Сурэ 28. Хъыбархэр (iэл-къэщэщ) — КиберПедия 

Автоматическое растормаживание колес: Тормозные устройства колес предназначены для уменьше­ния длины пробега и улучшения маневрирования ВС при...

История развития хранилищ для нефти: Первые склады нефти появились в XVII веке. Они представляли собой землянные ямы-амбара глубиной 4…5 м...

Сурэ 28. Хъыбархэр (iэл-къэщэщ)

2018-01-03 209
Сурэ 28. Хъыбархэр (iэл-къэщэщ) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) ТIа, сиин, миим.

(2) Мыр Тхылъ IупщIым и Iэятхэращ.

(3) Дэ Iиман зиIэхэм щхьэкIэ дыкъыпхуеджэнщ[456] Мусарэ ФиргIэунрэ я хъыбар пэжым.

(4) ФиргIэун мы дунейм тетт щыкIауэ, жылэр гупгупу игуэшри языр тегушхуэгъуафIэ ищIауэ, я щIалэхэр иукIрэ я хъыджэбзхэр къигъанэу. Ар дунейр зыгъэутхъуэхэм ящыщт.

(5) Дэ дыхуейщ мы дунейм щагъэпудахэм гущIэгъу яхуэтщIыну, гъуази щытщIу щIылъэр къахуэдгъэнэну.

(6) Дэ абыхэм я лъэр щIым щыдгъэбыдэри, ФиргIэунрэ Хаманрэ[457], абыхэм я дзэм, ядгъэлъэгъуащ зыщышынэу щытар.

(7) Дэ Муса и анэм уэхьий къыхуэтщIащ: «Егъафэ [уи къуэр] быдзышэ; ухуэшынэ хъуа нэужь псым хэдзэ, икIи умыгузавэ икIи умынэщхъей! Дэ ар уэ къоттыжынущ лIыкIуи тщIынущ».

(8) ФиргIэун и унагъуэм ар псым къыхахыжащ, икIи бийрэ лажьэрэ яхуэхъуащ. ФиргIэуни, Хамани, абыхэм я дзэри щIэпхъаджэт.

(9) ФиргIэун и фызым [и лIым] жриIащ: «Мыр уэри сэри дызыгъэгуфIэнщ! ФымыукI! Е и фIагъ къыдэкIынщ, е бын тхуэхъунщ». Абыхэм ящIакъым [къахуихьынур].

(10) Муса и анэм и гур надэ хъуат. ИкIи зиумысыж пэтащ, Дэ и гур дгъэбыдэу Iиман зиIэхэм ящыщ дымыщIамэ.

(11) Абы и пхъум жриIащ: «КIэлъыплъ!» Ар лъэныкъуэкIэ щыту кIэлъыплъащ, модрейхэм гу къылъамытэу.

(12) Дэ абы дыгызэ[458] псори Iумпэм едгъэщIати, [и шыпхъум] яжриIащ: «Фыхуеймэ, сэ ар хуэсакъыу зыпIын унагъуэ къыфхуэзгъуэтынщ».

(13) Дэ ар и анэм къыIэрыдгъэхьэжащ, къэгуфIэжын, мынэщхъеин щхьэкIэ, Алыхьым и псалъэр зэригъэпэжри илъагъун щхьэкIэ. Ауэ ар нэхъыбэм ящIэркъым.

(14) И Iэпкълъэпкъыр зэрыубыду лIыпIэ щиувэм‚ Дэ абы бегъымбарыгъэрэ щIэныгъэрэ къеттащ. Дэ апхуэдэу Дахуогуапэ а фIы зыщIэхэм.

(15) [Зэгуэрым Муса] къалэм дыхьащ, абы къалэдэсхэм гу къыщылъамытэ зэманым. Абдежым лIитI щызэзауэу ирихьэлIащ: зыр и лъэпкъым щыщу, адрейр и бийхэм ящыщу. И лъэпкъэгъур къелъэIуащ къыщхьэщыжыну. Муса IэштIымкIэ еуэри [бийр] иукIащ. Муса жиIащ: «Мыр шейтIан Iэужьщ, ар узыгъэгъуащэщ, гъэнэхуауэ бийщ».

(16) [Муса] жиIащ: «Уэ си Тхьэ! Сэ мыхъун къысIэщIэщIащи къысхуэгъэгъу!» Арати Езым

къыхуигъэгъуащ — Ар Гуэныхьгъэгъущ, ГущIэгъущIщ!

(17) [Муса] жиIащ: «Уэ си Тхьэ! Уэ къысхуэпщIа фIым иужькIэ сэ зэикI щIэпхъаджэхэм дэIэпыкъуэгъу сахуэхъункъым!»

(18) [Муса] къалэм кьыдэнащ гузавэу. Абдежым абы зэхихащ дыгъуасэ къызыщыжар аргуэру къеджэу. Муса жриIащ абы: «Уэ наIуэу уцIыху къиинщ».

(19) Муса тIуми я бийм щыпэувым, бийм жиIащ: «Уэ Муса, дыгъуасэ псэ зэрыбгъэнам хуэдэу, сэри сыбукIыну ара? Уэ мы дунейм ущызалымыну мыхъумэ, ущыцIыхуфIыну ухуейкъым».

(20) Къалэбгъум пIащIэу зылI къикIри къыжриIащ: «Уэ Муса, блыгущIэтхэм уаукIыну унафэ ящI. ДэкI къалэм! Сэ уифIщ зесхуэр».

(21) ИкIи ар къалэм дэкIащ, щтэIэщтаблэу зиплъыхьурэ. Абы жиIащ: «Уэ си Тхьэ, мы щIэпхъаджэ жылэм сакъегъэл!»

(22) ИтIанэ, Мэдян лъэныкъуэмкIэ иунэтIа нэужь, абы жиIащ: «Си Тхьэм гъуэгу захуэм сытришэну сыщогугъ».

(23) Ар Мэдян псыкъуийм щыбгъэдыхьэм, [Iэщхэр] псафэ къэзыхуа гупым ирихьэлIащ. Абыхэм япэIэщIэу бзылъхугъитI щытт, я Iэщхэр лъэныкьуэ ирагъэзауэ. ЯупщIащ: «Сыт къэхъуар?» Абыхэм къыжраIащ: «Мы Iэхъуэхэр IукIыжыху дэ ди Iэщхэр псы едгъафэ хъуркъым, ди адэри лIыжь тIысыжащ».

(24) [Я Iэщхэр] псы яхуригъафэщ, езыр жьауэм щIэувэжри жиIащ: «Уэ ди Тхьэ, сэ икъукIэ сыхуэныкъуэщ мы къысхуебгъэх фIыгъуэм».

(25) [БзылъхугъитIым] язым къигъэзэжри, укIытэу къыбгъэдыхьэщ аби, къыжриIащ: «Си адэр къоджэ, [ди Iэщыр] псы зэребгъэфам щхьэкIэ фIыщIэ къыпхуищIыну». [Муса] къакIуэри, и хъыбарыр щыхуиIуатэм, [лIыжьым] къыжриIащ: «Умышынэ, уэ джаур жылэм уакъелащ».

(26) [ПхъуитIым] язым жиIащ: «Уэ ди адэ, мыр лIыщIэу къащтэ. ЛIыщIэу къэпщтэнум я нэхъыфIыр - къарууфIэрэ цIыху пэжыращ».

(27) [ЛIыжьым] жиIащ: «Мы си пхъуитIым языр щхьэгъусэу уэстынщ, илъэсийкIэ укъысхуэлIыщIэмэ‚ ауэ илъэсипщI ирибгъэкъуми, ар уи фIыщIэщ. Сэ сыптехьэлъэну сыхуейкъым. Алыхьым жиIэмэ, сэ уэ фIэрафIэу сыкъыпхущIэкIынщ».

(28) [Муса] жиIащ: «Мыр уэрэ сэрэ ди зэгурыIуэныгъэщ. ПIалъитIым языр згъэзащIэмэ, емыкIу къыстехуэркъым. Дэ зэжетIамкIэ Алыхьыр ди щыхьэтщ».

(29) Муса [зэрылIыщIэну] пIалъэр иригъэкъури, и унагъуэр игъусэу ежьэжауэ здэкIуэм, ТIур[459] лъэныкъуэмкIэ мафIэ къыщилъэгъуащ. И бынунэм яжриIащ: «Фэ фи пIэ фис, сэ мафIэ слъэгъуащи абы е хъыбар къыфхуисхынщ, е пхъэдзакIэ къыфхуэсхьынщи зывгъэхуэбэжынщ».

(30) Ар [мафIэм] щыбгъэдыхьэм, къуэладжэм и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ, щIыпIэ махуэм тет чыцэм макъ къыхэIукIащ: «Уэ Муса, Сэращ Алыхьу дунейхэм я Тхьэр!


 

(31) Уэ башыр дзы!» И башым [блэм хуэдэу] зиIуантIэ-зишантIэу щилъагъум, [щтэри] щIэпхъуащ къызэмыплъэкIыу. [Аргуэру макъ къэIуащ]: «Уэ Муса, умышынэу къызбгъэдыхьэ! Уэ шынагъуэ зылъэмыIэсынухэм уащыщщ.

(32) Уи Iэр уи гуфIакIэм дэлъхьи, лажьэ имыIэу икIи хужь хъуауэ къыдэпхыжынщ, итIанэ уи дамэр (Iэр) зэхьэлIэжи шынагъуэр пщхьэщыкIынщ. Мыхэр уи Тхьэм къыбгъэдэкI телъыджитIу ФиргIэунрэ и блыгущIэтхэмрэ яхуэхь, ахэр жылэ мыдаIуэщ».

(33) Муса жиIащ: «Уэ си Тхьэ! Сэ абыхэм ящыщ псэ згъэнащи, сошынэ саукIыжынкIэ.

(34) Си къуэш Хьэруни, сэр нэхърэ нэхъ жьакIуэщи, нэгъакIуэ си дэIэпыкъуэгъуу, сызэрыпэжми и щыхьэту. Сэ сошынэ пцIыупсу сабжынкIэ».

(35) [Тхьэм] къыжриIащ: «Уи къуэшыр щIэгъэкъуэн пхуэтщIынщ, къаруи фэттынщи, ахэр къыфпэлъэщынкъым. Фэри, фэ гъусэ фхуэхъуахэри Ди телъыджэхэмкIэ фатекIуэнщ».

(36) Ди телъыджэ наIуэхэр къахуихьу Муса къащыхуэкIуэм, абыхэм жаIащ: "Мыр уд хъуэгъэщагъэщ, дэ ди адэжьхэм мыпхуэдэ жаIэу зэхэтхакъым".

(37) Муса жиIащ: "Си Тхьэм нэхъыфIу ещIэ хэт Езым гъуазэу къигъэкIуами, хэт иужьрей псэукIэфIыр къылъысынуми. Лейзехьэхэр зэикI ехъулIэркъым".

(38) ФиргIэун жиIащ: "Уэ си блыгущIэтхэ, сэр нэмыщI фэ нэгъуэщI тхьэ фиIэу сщIэркъым. Уэ, Хаман, ятIэр схуэгъажьи чэщанэ лъагэ схуэщI, сыдэкIуеинщи Муса и Тхьэм сеплъынщ. СигугъэмкIэ [Муса] пцIыупсщ!"

(39) Абырэ и дзэмрэ, пэжым ебакъуэри, дунейм зыщагъэпагащ, Ди пащхьэ къихьэжын ямыгугъэу.

(40) Езыри и дзэри дыубыдри хым хэдзащ, - плъагъурэ щIэпхъаджэхэм я кIэухыр!

(41) ИкIи Дэ ахэр жыхьэнмэм хуэзышэхэм пашэ яхуэтщIащ, Къемэт махуэми абыхэм зыри къащыжынукъым.

(42) Дэ абыхэм мы дунейм нэлатыр къащытедгъэхуащ, Къемэт махуэми абыхэм я напэр текIынущ.

(43) Ипэрей щIэблэхэр дгъэкIуэда нэужь, Дэ Муса Тхылъыр къеттащ, цIыхухэм я дежкIэ пэж гъэнаIуэу, гъуазэу, гущIэгъуу - зыщIэгупсысыжынхэ щхьэкIэ.

(44) Уэ [Мухьэммэд] къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ ущыIакъым Дэ Муса а Iуэхум теухуауэ унафэ къыщыхуэтщIым[460], зылъэгъуахэми уащыщакъым. (45) Дэ, абы иужькIэ, щIэблэ Iэджи кьэдгъэщIащ, зэман куэди блэкIащ. Уэ мэдяндэсхэм уахэтакъым, Ди Iэятхэми уакъыхуеджакъым, ауэ Дэ абыхэм лIыкIуэ яхуэдгъэкIуащ[461].

(46) Уэ ТIурми убгъэдэтакъым Дэ [Муса] дыщеджэм, ауэ уи Тхьэм и фIыщIэкIэ уяпэкIэ лыкIуэ зыхуамыгъэкIуа жылэм къэбгъэушынхэу уахуэдгъэкIуащ, зыщIэгупсысыжынхэ щхьэкIэ.

(47) Арыншамэ, абыхэм къалэжьыжа лажьэр къащытехуэкIэ, жаIэнут: «Уэ ди Тхьэ, лIыкIуэ къытхуэбгъэкIуамэ аратэкъэ, Уи Iэятхэр къэтщтэнти, Iиман къэтхьынт».

(48) Ауэ Дэ къыдбгъэдэкIыу пэжыр къащыхуэкIуэм, абыхэм жаIащ: «Муса къыритам хуэдэ мыбыи щхьэ къыримытарэ?» Абыхэм IэщIыб ящIатэкъэ нэхъапэм Муса къыхуэдгъэкIуар? Абыхэм жаIат: «Мыр зэдэIэпыкъужу уд IэужьитIщ!» ИкIи жаIат: «Дэ [ахэр] зыри ди фIэщ хъуркъым».

(49) ЯжеIэ [Мухьэммэд]: «Фэ жыфIэр пэжмэ, Алыхьым къыбгъэдэкIа нэгъуэщI Тхылъ къэфхьи, ар мы тIум (Тауратымрэ КъурIэнымрэ) нэхърэ нэхъыфIмэ, сэ абы срилэжьэнщ».

(50) Жэуап къущамыткIэ, зэгъащIэ: абыхэм я псэм зыдагъэшу аращ. АтIэ, Алыхьым имыгъэгъуазэу, зи псэм зыдэзыгъэшхэм нэхърэ хэт нэхъ гъуэщар? Алыхьым иузэщIыркъым щIэпхъаджэхэр.

(51)Дэ ди псалъэр (Iэятхэр) абыхэм зэкIэлъхьэужьу къахуедгъэхьащ, зыщIэгупсысыжын щхьэкIэ.

(52) Мыбы япэкIэ Дэ ФIыцIагъэ зыхуэдгъэкIуахэм ар (КъурIэныр) я фIэщ мэхъу.

(53) Абыхэм, (КъурIэным) къыщыхуеджэкIэ, жаIэ: "Дэ мыр ди фIэщ хъуащ. Ар ди Тхьэм къыбгъэдэкIа пэжщ. Дэ нэхъапэми муслъымэну дыщытащ".

(54) Мыбыхэм тыгъэ тIуащIэ ялъос, бэшэчу зэрыщытам щхьэкIэ. Ахэр ем фIыкIэ поув, Дэ яттами [сэджыт] хатыкI.

(55) Абыхэм псалъэмакъ надэ щызэхахкIэ, я щIыб хуагъазэри, жаIэ: "Дэ тщIэр дыдеижщ, фэри фщIэр фыфеижщ. ФIыкIэ! Дэ жахьилхэр пэшэгъу тщIыркъым".

(56) Уэ пхуэузэщIынукъым узыхуейр, зыхуейр Езы Алыхьым еузэщI, узэщIыпхъэр Езым нэхъыфIу ещIэр.

(57) Абыхэм жаIащ: "Дэ уэ уи гъуэгум дынытехьэмэ, ди щIым дытрахунущ". Дэ абыхэм я лъэр щыдгъэувакъэ хьэрэм щамыщIэ щIыпIэ быдэм? Дэ къетта ерыскъы псом щыщхэри абы щызэхуахьэсыркъэ? Ауэ нэхъыбэм ар ящIэркъым!

(58) Я псэукIэм ириудэфауэ сыт хуэдиз къуажэ хьэлэч тщIа дэ! Мис абыхэм я псэупIэхэр, щIагъуэ къэмынэу, нэщI тщIащ. Ахэр Дэ щIэину къытхуэнэжащ.

(59) уи Тхьэм къуажэхэр зэтрикъутэркъэм, я къалащхьэм лIыкIуэ игъакIуэу и Iэятхэм къахуримыгъэджауэ. Iиман къахьауэ Дэ зы къуажи дгъэкIуэдакъым.

(60) Фэ тыгъэ къыфхуэтщIыр дуней хьэхум и тхъэгъуэмрэ ар зыгъэщIэращIэмрэщ; ауэ Алыхьым деж щыIэр нэхъыфIщ икIи мыкIуэдыжынщ. Щхьэ къывгурымыIуэрэ?

(61) Дэ фIыкIэ къэдгъэгугъауэ ар [ахърэтым] щызыгъуэтыжымрэ, дуней хьэхум щыдгъатхъэу Къемэт махуэм: [жэуапым] етшэлIэжын хуей хъунумрэ зэхуэдэ?

(62) А Махуэм Езыр къэджэнурэ къайупщIынущ: «Дэнэ щыIэ фэ Iыхьэгъу къысхуэфщIу щытахэр?»

(63) Ди гIэзабыр зытехуэнухэм жаIэнущ: «Уэ ди Тхьэ! Мыхэращ дэ дгъэгъуэщар. Дэ дыгъуэщати мыхэри дгъэгъуэщащ. Дэ ди зэранкъым ахэр уэ кьызэрыпхуэмыпщылIар, ахэр дэри къытхуэпщылIакъым».

(64) КъыжраIэнущ: “Феджэт иджы Iыхьэгъу фщIыуэ щытахэм!” Ахэр еджэнущ, ауэ жэуап ягъуэтынукъым, икIи гIэзабыр ялъэгъунущ. Бетэмал, гъуэгу захуэм тетамэ аратэкъэ ахэр!»

(65) А Махуэм Езыр къэджэнурэ къайупщIынущ: «Сыт фэ лIыкIуэхэм къажефIэжар?»

(66) А Махуэм абыхэм псори яфIызэхэзэрыхьыжынущ, езыр-езырхэу зэупщIыжыфынукъым.

(67) Ауэ къэзыгъэзэжу, Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэр ехъулIауэ къыщIэкIыжынущ.

(68) Уи Тхьэм зыхуейр къегъэщI икIи къыхех; адрейхэр хэдэну хуиткъым. Алыхьыр зихуэдэ щымыIэщ! Ар куэдкIэ нэхъ лъагэщ Iыхьэгъу хуащIхэм нэхърэ.

(69) Уи Тхьэм ещIэ абыхэм ягум щагъэпщкIури къыщагъэнаIуэри.

(70) Ар - Алыхьыращ, Езым нэмыщIи тхьэ щыIэкъым. Аращ дунеймкIи, ахърэтымкIи щытхъур зыхуэфащэр. Езыращ унафэр зыIэщIэлъри зи пащхьэ фихьэжынури.

(71) ЯжеIэ: "Фегупсысыт- Аллыхьым жэщыр Къемэт махуэм нэс зэпишамэ, Алыхьым нэмыщI тхьэ щыIэ нэху къуитыфыну?"

(72) ЯжеIэ: "Фегупсысыт- Аллыхьым махуэр Къемэт махуэм нэс зэпишамэ, Аллыхьым нэмыщI тхьэ щыIэ жэщыр псэхупIэу къывитыжифыну? Ар флъагъуркъэ фэ?

(73) Езым и гущIэгъукIэ Абы жэщымрэ махуэмрэ къыфхуигъэщIащ зывгъэпсэхуну, Езым и жумартыгъэми фылъыхъуэну, фIыщIи хуэфщIыну".

(74) А махуэм Езыр къэджэнурэ къайупщIынущ: "Дэнэ щыIэ фэ Iыхьэгъу къысхуэфщIу щытахэр?"

(75) Дэ дэтхэнэ Iумэтми щыхьэт зырыз къахэтшынурэ яжетIэнущ: "Къафщтэт тегъэщIапIэ фщIахэр!" Абдежым абыхэм къащIэнущ пэжыр Алыхьым зэрыIэщIылъыр, икIи нэпцIу къагупсыса [тхьэхэр] кIуэдыжынущ.

(76) Къарун Муса и жылэм щыщт, ауэ абыхэм яхуэпхъашэрт. Дэ абы къетта хъугъуэфIыгъуэм я IункIыбзэ къомым пелуанхэр зэщIигъэтIысыкIырт. Арати, я жылэм къыжраIащ: "ЗумыгъэпIий, зызэгъэпIийхэр Алыхьым и щIасэкъым.

(77) Алыхьым тыгъэ къыпхуищIамкIэ ахърэтыр къэлэжь! Дуней насыпми зыхомыгъэн. ИкIи фIы щIэ, уэ Алыхьым къызэрыпхуищIам хуэдэу; дунейри бгъэутхъуэну ухущIэмыкъу; Алыхьым и щIасэкъым гъэутхъуакIуэхэр".

(78) [Къарун] яжриIащ: "Сэ сиIэр си щIэныгъэм къихьащ!" Абы ищIэртэкъэ нэхъапэм Алыхьым жылэ куэд зэригъэкIуэдар, къарукIэ езым нэхърэ нэхъ лъэщу, зэхуалъэфэсамкIи нэхъ бейуэ? ГуэныхьыщIэхэм я гуэныхьым щхьэкIэ еупщIыжыркъым[462].

(79) Ар зигъэщIэрэщIауэ и жылэм къахэхьащ. Дуней хьэхур нэхъ къэзыщтэхэм жаIащ: "Бетэмал, мы Къарун къылъысам хуэдэ дэри диIамэ аратэкъэ! Сыту насыпышхуэ иIэ!"

(80) Мыдрей щIэныгъэ зыритахэм жаIащ: "Сыту фынасыпыншэ: Алыхьым и тыгъэр нэхъыфIщ Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэм я дежкIэ! Ауэ ар зылъысынур бэшэчхэращ".

(81) Дэ ар езыри и унэри кIуэцIрыдгъэхуащ. Ар Алыхьым щызыхъумэн гупи игъуэтыжакъым, икIи къелакъым.

(82) Нэху къыщекIым, абы ехъуапсэу щытахэм жаIащ: "Плъагъурэ: Алыхьым и пщылIхэм ящыщу зыхуейм ерыскъыр куэду ирет, зыхуейми хуегъэмащIэ. Алыхьым гущIэгъу къытхуимыщIамэ, дэри дыкIуэцIрыхунут. Плъагъурэ, джаурхэр зэремыхъулIэр!"

(83) Мис иужьрей хэщIапIэр, Дэ ар зылъыдгъэсынур щIым зыщызымыгъэпIийхэр, дунейр зымыгъэутхъуэхэращ. ФIыр зи натIэ хъунур Алыхьым фIэлIыкIхэращ.

(84) ФIы зыщIам нэхъыфIыж къылъысыжынущ, Iей зыщIам пэкIуэращ къылъысыжынур.


 

(85) Урилэжьэну КъурIэныр къыпIэщIэзылъхьам уигъэгъэзэжынущ укъыздикIам. ЖыIэ: «Си Тхьэм нэхъыфIу ещIэ гъуэгу захуэм тетымрэ наIуэу гъуэщамрэ».

(86) Уэ Тхылъыр къыпхурагъэхыну угугъакъым, ауэ уи Тхьэм И гущIэгъукIэ къыпIэщIилъхьащ. Аращи, джаурхэм дэIэпыкъуэгъу уахуэмыхъу.

(87) ИкIи, Алыхьым и Iэятхэр къыщыпхуехакIэ, [а Iэятхэм] пэIэщIэ зомыгъэщI. ЦIыхухэр диным хуеджэ, Iыхьэгъу хуэзыщIхэми ящыщ умыхъу!

(88) Алыхьым и гъусэу нэгъуэщI тхьэм уемылъэIу. Езым нэмыщI нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым. Псори кIуэдыжынущ‚ Езым и напэм фIэкIа къэмынэу. Езыращ унафэр зыIэщIэлъыр, икIи и пащхьэ фрашэжынущ!



Поделиться с друзьями:

Механическое удерживание земляных масс: Механическое удерживание земляных масс на склоне обеспечивают контрфорсными сооружениями различных конструкций...

Своеобразие русской архитектуры: Основной материал – дерево – быстрота постройки, но недолговечность и необходимость деления...

Кормораздатчик мобильный электрифицированный: схема и процесс работы устройства...

Наброски и зарисовки растений, плодов, цветов: Освоить конструктивное построение структуры дерева через зарисовки отдельных деревьев, группы деревьев...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.037 с.