Сурэ 7. Лъагэхэр (iэл-iэгiраф) — КиберПедия 

Своеобразие русской архитектуры: Основной материал – дерево – быстрота постройки, но недолговечность и необходимость деления...

История развития хранилищ для нефти: Первые склады нефти появились в XVII веке. Они представляли собой землянные ямы-амбара глубиной 4…5 м...

Сурэ 7. Лъагэхэр (iэл-iэгiраф)

2018-01-03 275
Сурэ 7. Лъагэхэр (iэл-iэгiраф) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ ГущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Iэлиф-лаам-миим-щаад.

(2) Уэ фIыцIагъэ ныпхуехащ - абы уримыгумэщI! – [джаурхэр] ирибгъэшынэн, Iиман зиIэхэм уареущиен щхьэкIэ.

(3) Фи Тхьэм ныфхуригъэхам тету фылажьэ икIи Абы нэмыщI нэгъуэщI телъхьэ фщIыуэ фемыдаIуэ. Сыту мащIэ фэ фи гум къинэжыр!

(4) Сыт хуэдиз къуажэ Дэ думп тщIар! Дэ ди фэбжьыр абыхэм къащытепсыхэр жэщырат е я [шэджагъуэ] зыгъэпсэхугъуэрат.

(5) Ди тазырыр къащытехуэкIэ абыхэм къажьэдэкIыр зыт: «ЩIэпхъаджэу дыщыта мыгъуэщ!» - жаIэрт.

(6) Дэ жэуап къеIытхынущ лIыкIуэхэми, жэуап къеIытхынущ ахэр зыхуэдгъэкIуахэми.

(7) Дыщыгъуазэу яжетIэнущ абыхэм [ящIа псори]: Дэ датеплъэкъукIакъым.

(8) А Махуэм и тэрэзэр щыпкъэнущ: зи псапэ нэхъ хьэлъэр ехъулIащ,

(9) ауэ зи псапэ псынщIэм езыхэм загъэунэхъужауэ аращ, Ди Iэятхэм екъуэншэкIати.

(10) Дэ фи лъэр щIым щыдгъэбыдащ, фызыхэпсэукIыни фэттащ, фэ фIыщIэу фщIыр мащIэщ.

(11) Дэ фыкъэдгъэщIащ, теплъэ фэттащ, итIанэ мелыIычхэм яжетIащ: «Iэдэм щхьэщэ хуэфщI!» Iиблис фIэкI къэмынэу, псоми щхьэщэ хуащIащ; ар щхьэщэ зыщIахэм ящыщкъым.

(12) Езыр еупщIащ: «Сыт уэ абы щхьэщэ щIыхуомыщIар, унафэ пхуэсщIарэ пэт?» Жэуап къретыж: «Сэ абы нэхърэ сынэхъыфIщ: Уэ сэ мафIэм сыкъыхэбгъэщIыкIащ, ар къызыхэбгъэщIыкIар ятIэращ».

(13) Езым жиIащ: Ех мыбы; уэ мыбдеж зыщыбгъэпIий хъунукъым! ИкI: уэ жьгъей хъуахэм уащыщщ!»

(14) ЕлъэIуащ [Iиблисыр]: «Ахэр къыщыбгътэджыжыну Махуэм нэс пIалъэу къызэт», — жиIэри.

(15) Езым къыжреIэ: «Уэ пIалъэ зэттахэм ящыщ ухъуащ»

(16) [Iиблис] жиIащ: «Сэ уэ сызэребудыхам щхьэкIэ, уи гъуэгу захуэм сакъыщыпэтIысынщ абыхэм.

(17) ИтIанэ сэ абыхэм сакъыбгъэдыхьэнщ я гупэкIи я щIыбкIи, ижьырабгъукIи сэмэгурабгъукIи, икIи абыхэм я нэхъыбэм Уэ фIыщIэ къыпхуамыщIыжу къыпхущIезгъэдзыжынщ».

(18) Езым жиIащ: «ИкI мыбы уи напэр текIауэ, пуд ухъуауэ! Уэри, уи лъагъуэм нырикIуэхэри псори жыхьэнмэм фыхэскIутэнщ.

(19) Уэ Iэдэм, уэрэ уи щхьэгъусэмрэ жэнэтым фыщыпсэу, сытри фшхы, ауэ мы зы жыгым фыбгъэдэмыхьэ, армырмэ мыдыIуэхэм ящыщ фыхъунщ!».

(20) Абыхэм я укIытапIэ гъэпщкIуахэр къигъэнэIуэн щхьэкIэ, шейтIаныр къохъуцацэри къажреIэ: «Фи Тхьэм мы жыгыр хьэрэм щIыфщиIщар е мелыIыч е мылIэжын фымыхъун щхьэкIэщ».

(21) Тхьэ къахуиIуащ: «Сэ фэ фIым фыхузогъэIущ», - жиIэри.

(22) Апхуэдэу къыдихьэхри къигъэдэIуащ. А жыгым щыщ щаIухуэм, я укIытапIэхэр наIуэ къащыхъури, жэнэт тхьэмпэкIэ щIахъумэу щIадзащ. Арати я Тхьэр къайджащ: «Сэ фыбгъэдэмыхьэ вжесIатэкъэ мы жыгым, икIи

(23) Абыхэм жаIащ: «Уэ ди Тхьэ! Дэ лей зэтхыжащ. Уэ къытхуэбгъэгъуу гущIэгъу къытхуомыщIмэ, дыунэхъуащ».

(24) Езым къажриIащ: «Фех, фэ зыр адрейм и бийуэ фыщытынущ. Фэ щIыр фи хэщIапIэу пIалъэкIэ абы фыщыпсэунущ».

(25) Езым къажриIащ: «Фэ абы фыщыпсэунущ, фэ абы фыщылIэжынущ, икIи абы (щIым) фыкъыщыхэкIыжынущ».

(26) Уэ Iэдэм и бынхэ! Дэ фэ къыфхуедгъэхащ[241] фи укIытапIэр зэрыщIэфхъумэ щыгъынрэ фащэ дахэрэ. Ауэ Тхьэм фIэлIыкIыныгъэр нэхъ щыгъыныфIщ. Ахэр Алыхьым и телъыджэхэм ящыщщ, зыщывмыгъэгъупщэ!


(27) Уэ Iэдэм и бынхэ! ШейтIаным зевмыгъэтхьэкъу, фи адэанэхэр иупцIэну, я укIытапIэхэр яригъэлъагъужу жэнэтым къызэрыришам хуэдэу. Абырэ и пэшэгъухэмрэ фэ щывмылъагъунум езыхэм фыкъыщалъагъу. Дэ шейтIанхэр Iиманыншэхэм я телъхьэу щытыну къэдгъэуващ.

(28) Абыхэм цIапIагъэ гуэр щащIэкIэ, жаIэр: «Дэ ди адэхэм ядэтлъэгъуащ, икIи ар Алыхьым унафэу къытхуищIащ». ЯжеIэ: «Алыхьым цIапIагъэ фщIыну унафэ ищIынукъым! Фэ фымыщIэр щхьэ Алыхьым тефлъхьэрэ?»

(29) ЯжеIэ: «Си Тхьэм унафэу къыфхуищIар захуагъэращ; дэнэ мэжджыт нэмэз щыфщIми, Езым зыхуэвгъази фи фIэщу фелъэIу, фыхуэжыIэдаIуэ; фыкъызэригъэщIам хуэдэу фыкъигъэхъужынущ!»

(30) Зыкъомыр гъуэгу захуэм тригъэуващ, адрейхэм гъуащэныр къалэжьащ. Абыхэм Алыхьыр къагъанэри шейтIаныр телъхьэ ящIащи гъуэгу захуэм тету къафIощIыж.

(31) Уэ Iэдэм и бынхэ! Дэтхэнэ мэжджытми фащэ дахэ фщыгъыу фыкIуэ. Фешхэ, фефэ, ауэ евмыгъэлей: Езым езыгъэлейхэр фIыуэ илъагъуркъым.

(32) ЯжеIэ: «Хэт хьэрэм зыщIар Алыхьым и пщылIхэм къарита фащэ дахэмрэ шхыныгъуэфIхэмрэ?» ЯжеIэ: «Ахэр дуней хьэхумкIэ псоми зэдайщ, ауэ Къемэт махуэм зылъысынур Iиман зиIэхэращ». Дэ апхуэдэу ди Iэятхэр къыдогъэнаIуэ щIэныгъэ зиIэхэм щхьэкIэ.

(33) ЯжеIэ: «Си Тхьэм хьэрэм ищIар цIэпIагъэращ, ар нахуэми, ар щэхуми; мыдаIуэныр, гуэныхь пщIэныр лажьэ зимыIэм зэран ухуэхъуныр, Алыхьым Iыхьэгъу хуэпщIыныр, ар къэзыгъэпэжын къыщримыгъэхакIэ; Алыхьым щхьэкIэ фымыщIэ жыфIэныр».

(34) Дэтхэнэ зы Iумэтми [кIуэдыжыгъуэ] пIалъэ иIэщ; а пIалъэр къыщыскIэ, ар зы сыхьэткIэ зыми хуэгъэгувэнукъым икIи хуэгъэпсынщIэнукъым.

(35) Уэ Iэдэм и бынхэ! Си Iэятхэр къыфхуаIуатэу фэ фщыщ лIыкIуэхэр къыщыфхуэкIуам къысфIэлIыкIыу фIы зыщIахэм шынагъуи нэщхъеягъуи къалъысынукъым.

(36) Ауэ Си Iэятхэр пцIыуэ ябжу епэгэкIахэр жыхьэнмэ дакъэжь хъунущ, къыхэкIи яIэнукъым.

(37) Алыхьым пцIы тезылъхьэхэмрэ Абы и Iэятхэр пцIыуэ зылъытэм нэхърэ нэхъ къуаншэ щыIэ? Абыхэм къалъысыжынущ я Iыхьэу Тхылъым итыр[242]. Ди лIыкIуэхэр къащыхуэкIуэкIэ къайупщIынущ: «Дэнэ щыIэ, Алыхьыр къэвгъанэу, фызэлъэIуу щытахэр?» Абыхэм жаIэнущ: «Бзэхыжахэщ!» ИкIи джауру зэрыщытамкIэ заумысыжынущ.

(38) Езым яжриIэнущ: "Фяпэ ища жинхэмрэ цIыхухэмрэ зыхыхьа мафIэм фыхыхьэ!" Зы гуп щыхыхьэкIэ, япэ ища яхуэдэхэм нэлат ирахынущ. Псори абы щызэхуэсыжа нэужь, иужьрейхэм жаIэнущ япэрейхэм щхьэкIэ: "Уэ ди Тхьэ! Мыхэращ дызыгъэгъуэщари мафIэм и гIэзабыр тIуащIэу къателъхьэ!" Езым къажриIэнущ; "Дэтхэнэми я гIэзабэр тIуащIэщ, ауэ ар фэ фщIэркъым!"

(39) Япэрейхэм жаIэнущ иужьрейхэм жыраIэу: "Фэ дэ нэхърэ зыкIи фынэхъыфIкъым; фшэч фэри къэвлэжьа гIэзабыр!"

(40) Ди Iэятхэр пцIыуэ зылъытэу къепэгэкIахэм хузэIуахынукъым уафэм и куэбжэр, ахэр жэнэтми ихьэнукъым, махъшэр мастэнэм икIыху. Дэ апхуэдэу яхуэфащэр ятыдолъхьэ щIэпхъаджэхэм.

(41) Абыхэм тепIэнуи щIэлъынуи яIэнур мафIэращ; аращ яхуэфащэр мыдаIуэхэм.

(42) Мыдрейуэ Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэр - Дэ зыми лъэмыкIын тетлъхьэркъым - ахэр жэнэт Iыхьлыщ, игъащIэкIи абы исынущ.

(43) [Жэнэтым щихьэкIэ] я гум фIейуэ илъыр къидгъэкъэбзыкIынущ. Абы псыхъуэхэр щежэхыу щытынущ. Абыхэм жаIэнущ: "Мыбы дыкъэзыша Алыхьым фIыщIэ худощI! Мыбы дыкъихьэнутэкъым Езы Алыхьым дыкъыримышатэмэ. Ди Тхьэм и лIыкIуэхэм пэжыр къытхуахьат". Абдежым макъ къэIунущ: "Мис къэвлэжьа жэнэтыр!"

(44) Жэнэтым исхэр жыхьэнмэм хэсхэм еджэнущ: «Дэ ди Тхьэм дыкъызэригъэгугъар нэрылъагъу тщищIащ, фэ фи Тхьэм фыкъызэригъэгугъар нэрылъагъу фщыхъуа?» Абыхэм жаIэнущ: «Ае». Абдежым гъуор къэджэнущ: «Алыхьым и нэлатыр къатехуащ джаурхэм,

(45) ахэращ цIыхухэр Алыхьым и гъуэгум тезышу, гъуэгу пхэнжым тезыгъэувэу, ахърэтыр зи фIэщ мыхъур!»

(46) Ахэр зэрылъагъуркъым, а гъунапкъэ лъагэм лIыхэр тетщи, абыхэм дэтхэнэри зыхуэдэр и теплъэмкIэ къацIыху. Ахэр жэнэтым кIуэхэм еджэнущ: «Сэлам алейкум», - жаIэнурэ; езыхэр иджыри [жэнэтым] ихьакъым, ауэ мэгугъэ.

(47) Ахэр жыхьэнмэмкIэ щеплъэкIкIэ жаIэнущ: «Уэ ди Тхьэ! Мы джаурхэм я гъусэ думыщI!»

(48) Гъунапкъэ лъагэм тет лIыхэр теплъэкIэ къацIыхуахэм егуоунущ: «Фыкърагъэла а фэ зэхуэфлъэфэсамрэ фызэрыпэгамрэ?

(49) Мыхэракъэ фэ Алыхьым и гущIэгъур къалъымысыну тхьэ щIэфIуэу щытар? [ЦIыхуфIхэм зыхуагъазэри] Фихьэ жэнэтым! – [жыраIэ.] – Фэ шынагъуи нэщхъеягъуи фиIэнукъым».

(50) Жыхьэнмэм исхэр жэнэтым исхэм къайджэнущ: «КхъыIэ, е псы е Алыхьым къыфтрикIута шхыным щыщ къытхуэфший!» Мыдрейхэм жаIэнущ: «Мори мыри Алыхьым хьэрэм ящищIащ джаурхэм,

(51) зи диныр ауанрэ джэгупIэрэ зыщIахэм, дуней хьэхум дихьэхахэм». Дэ нобэ абыхэм делIэлIэнукъым езыхэр нобэрей махуэм зэремыгупсысам хуэдэу, абыхэм Ди Iэятхэр кърадзэу щытакъым.

(52) Дэ къахуэдгъэкIуащ Тхылъ, зэхэхуауэ Ди щIэныгъэм щыщ иту, ар зи фIэщ хъухэм я дежкIэ гущIэгьурэ гъуазэу.

(53) Абы итыр къэнэIуэным нэмыщI нэгъуэщI гуэр пэплъэрэ ахэр? Абы итыр наIуэ къыщыхъу Махуэм ар зыщыгъупщауэ щытахэм жаIэнущ: «Ди Тхьэм и лIыкIуэхэм къытхуахьар пэжт. Дэ къытщыжу мыбы дыкъезыгъэлын гуэр диIэу пIэрэ? Е дагъэгъэзэжу дэ тщIам нэмыщI нэгъуэщI дагъэщIэжыну пIэрэ? Абыхэм езыхэм загъэунэхъужащ, [тхьэнэпцI] къагупсысахэри бзэхыжащ.

(54) Фэ фи Тхьэр уафэхэри щIыри махуихым къэзыгъэщIу тепщэ хуэхъужа Алыхьыращ. Абы жэщымкIэ маху эр щIеуфэ, зэпымыууэ зыр адрейм кIэлъигъакIуэурэ. Дыгъэри, Мазэри, вагъуэхэри Езым и унафэм щIэтщ. Аращ: къэгъэщIынри унафэ щIынри зыбгъэдэлъыр Езыращ. Сытри къохъулIэ Алыхьу дунейхэм я Тхьэм!

(55) Фи Тхьэм фелъэIу Iэдэбу икIи щэхуу. Абы и щIасэкъым езыгъэлейхэр.

(56) Дунейр зэгъэзэхуа хъуа нэужь зэIывмыщIэж. Езым фелъэIу фыфIэлIыкIыу икIи фыщыгугъыу. Нэгъэсауэ фIы зыщIэхэм япэблагъэщ Алыхьым и гущIэгъур.

(57) Аращ гуфIгъуэрр къихьу жьыр къезыгъапщэр, Езым и гущIэгъум (уэшхым) ипэ къиту. Пшэр уэндэгъу щыхъукIэ, Дэ ар щIылъэ гъущIам щхьэщыдохуэри, уэшхыу къыдогъэшх аби, къэкIыгъэхэр къыдоIэт. Ещхьыркъабзэу Дэ лIахэри къэдгъэтэджыжынущ - фызэгупсысыж.

(58) ЩIыгулъыфIым Алыхьым и IизынкIэ [бэву] къытокIэ, ауэ щIы уэдым къытекIыр хьэкъуейщ. Апхуэдэу фIыщIэ зыщI цIыхухэм къахудогъэнаIуэ Ди нэщэнэхэр.

(59) Дэ Нухь и лъэпкъым лIыкIуэ яхуэтщIри яжриIащ: «Уэ ди жылэ! ФыхуэпщылI Алыхьым! Абы нэмыщI нэгъуэщIытхьэ фиIэкъым. Сэ согузавэ Махуэшхуэм и гIэзабыр къыфтехуэнкIэ».

(60) Абы и лъэпкъым щыщ лIэкъуэлIэшхэм къыжраIащ: «Дэ долъагъу уэ наIуэу узэрыгъуэщар».

(61) [Нухь] яжриIащ: «Уэ ди жылэ! Сэ сыгъуащэкъым, сэ дунейхэм я Тхьэм сырилIыкIуэу аращ.

(62) Сэ си Тхьэм и псалъэр ныфлъызогъэIэс икIи сынывоущие; сэ Алыхьым къызигъэщIащ фэ фымыщIэхэр.

(63) Хьэмэрэ фэ вгъэщIагъуэрэ фэ фщыщ зылI гуэрым фи Тхьэм и уэхьийр къызэрыхуэкIуар, фыкъигъэушын, Тхьэм фыфIигъэлIыкIын, и гущIэгъур къыфлъигъэIэсын папщIэ».

(64) Абыхэм ар пцIыупсу ялъытащ, Дэ езымрэ и гъусэхэмрэ [псыдзэм] кхъухьымкIэ къедгъэлри Ди Iэятхэр пцIыуэ зыбжахэр едгъэтхьэлащ. А жылэр гунэфу щытащ.

(65) Падхэми я къуэш Хьудыр лIыкIуэ яхуэтщIащ. ЯжриIащ: «Уэ ди жылэ! ФыхуэпщылI Алыхьым! Абы нэмыщI нэгъуэщIытхьэ фиI’къым. Фэ Тхьэм фыфIэлIыкIыну фи гугъэкъэ?»

(66) Абы и лъэпкъым щыщ лIкъуэлIэш джаурхэм жаIащ: «Дэ долъагъу уэ узэрызэкIуэкIар икIи, ди гугъэмкIэ, упцIыупсщ».

(67) [Хьуд] яжриIащ: «Уэ ди жылэ! Сэ сызэкIуэкIакъым. Сэ дунейхэм я Тхьэм сырилIыкIуэщ.

(68) Сэ си Тхьэм и псалъэхэр къыфлъызогъэIэс, сэ сывиущиякIуэ щыпкъэщ.

(69) Хьэмэрэ фэ вгъэщIагъуэрэ фщыщ зылI гуэрым фи Тхьэм уэхьий къыхуигъэкIуамэ, фыкъигъэушын щхьэкIэ? Зыщывгъэгъупщэ Нухь и лъэпкъым я пIэм фызэригъэувар, фи Iэпкълъэпкъри я нэхъ лъэщу фыкъызэригъэщIар. Фигу ивгъэлъ Алыхьым и фIыщIэр, фехъулIэнщ".

(70) Абыхэм жаIэщ: "Уэ къытхуэпхьар Алыхь закъуэм дыхуэпщылIу ди адэжьхэр зыхуэпщылIар дыбгынэну ара? Уэ пцIы умыупсмэ, а дызэрыбгъэшынэр дэгъэлъагъу".

(71) Абы жиIащ: "Фэ къыфтехуащ фи Тхьэм и гIэзабымрэ и губжьымрэ, атIэ фыкъызэныкъуэкъурэ фи адэхэмрэ фэрэ цIэ зыфIэфща (тхьэнэпцIхэм) щхьэкIэ, ар къызэрывгъэпэжын Алыхьым къывимытарэ пэт? ФымыпIащIэ, сэри фи гъусэу сыпэплъэнущ".

(72) Дэ гущIэгъу яхуэтщIри езыри и гъусэхэри къедгъэлащ, ауэ Ди Iэятхэр пцIыуэ зылъытэхэм лъапсэрыхэр къахуэдгъэкIуащ: ахэр Iиманыншэу щытащ!

(73) Самуд лъэпкъми я къуэш Сэлихь лIыкIуэ яхуэтщIащ. ЯжриIащ: "Уэ ди жылэ! ФыхуэпщылI Алыхьым, Абы нэмыщI нэгъуэщI тхьэ фиIэкъым фэ! Фи Тхьэм къыбгъэдэкIри фэ къыфхуэкIуащ зыгъэнаIуэ телъыджэ: ар Алыхьым нэщэнэ фхуищIа и махъшэращ; игугъу фымыщIу Алыхьым и щIыгум щывгъэхъуакIуэ, фи зэран евмыгъэкI, гIэзаб гуащIэр къыфтехуэну фыхуэмеймэ.

(74) Зыщывмыгъэгъупщэ Езым ГIадхэм я пIэ фригъэувэу щIылъэр хэщIапIэ зэрыфхуищIар - губгъуэхэм уардэ унэхэр ифщIыхьрэ къуршхэм унэ къыхэвуIукIыу. Алыхьым и фIыщIэр фигу ивгъэлъ, дунейр фуцIэпIу къэвмыкIухь".

(75) Абы и лъэпкъым щыщ лIэкъуэлIэш зызгъэинхэр еупщ1ащ Iиман къэзыхьа цIыху къызэрыгуэкIхэм: «Фэ фи фIэщ хъурэ Сэлихь и Тхьэм къигъэкIуауэ?» Жэуап къыратыжащ: «Ар къыщигъэкIуа Iуэхур ди фIэщ хъуащ».

(76) Абдежым зызыгъэинхэм жаIащ: «А фэ фи фIэщ хъуар дэ ди фIэщ хъуркъым».

(77) Я Тхьэм и унафэм ебакъуэри, абыхэм махъшэр фIагъэжщ аби, жаIащ: «Уэ Сэлихь! Уэ улIыкIуэр пэжмэ, дыгъэлъагъу а дызэрыбгъэшынэр».

(78) Къэзджызджри къызэтриукIащ икIи зэхэIубауэ я унэхэм нэху къыщекIащ.

(79) [Сэлихь] абыхэм къабгъэдэкIыжащ: «Уэ ди лъэпкъ! Си Тхьэм и псалъэр къыфлъэзгъэIэсат икIи сывэущият, ауэ фэ ущиякIуэхэр фи щIасэкъым», - жиIэурэ.

(80) ЛутIи [къахуэдгъакIуэри] и жылэм яжриIащ: «АтIэ мы дуней псом япэ фызэрища цIэпIагъэр иджыри фщIэну?

(81) Фэ бзылъхугъэхэр къывогъанэри цIыхухъухэм фокIуалIэ. Аращ, фэ хабзэр хэвутэжащ»,

(82) и жылэм жэуапу къыратар мыращ: [Мы ЛутI и гупыр] фи къуажэм дэфху, абыхжм езыхэм зафIэкъабзэжщ!"

(83) Дэ [ЛутIи] и Iыхьлыхэри къедгъэлащ, и фязым нэмыщI: ар къуажэм къыдэнахэм ящыщт.

(84) Абыхэм [зыгъэк1уэдын] уэшх къатедгъэшхащ. Плъагъурэ а щIэпхъаджэхэм я щхьэм къыриукIар!

(85) Мэдйенхэми я къуэш Шухьиб лIыкIуэ къахуэтщIащ. Абы яжриIащ' "Уэ ди жылэ! ФыхуэпщылI Алыхьым! Абы нэмышI нэгъуэщI тхьэ фиIэкъым. Фи Тхьэм къыбгъэдэкIри нэщэнэ наIуэ къыфхуэкIуащ. Пщалъэри шэчалъэри ириагъэкъу, цIыхум я мылъкум фемыпIэскIу, дуней зэгъэзэхуар зэ1ывмыщ1эж. Ар фи дежкIэ нэхъыфIщ, Iиман фиIэу щытмэ!

(86) Дэтхэнэ гъуэгуми фытетIысхьэу Iиман къэзыхьахэр вгъэшынэурэ Алыхьым и гъуэгум тефшу гъуэгу пхэнжым хуэвмыунэтI. Фигу къэвгъэкIыж фымащIэу. Езым фвзэригъэбэгъуар икIи феплъ мыдаIуэхэм я щхьэм кърикIуэм.

(87) Фэ фщыщ зы гупым сэ сыкъыщIигъэкIуар я фIэщ хъуамэ, адрей гупым я фIэщ мыхъуамэ, зыфшыIэ, Алыхьым Iуэхур зэхигъэкIыху, Ар хеящIэхэм я нэзъыфIщ".

(88) Абы и лъэпкъым щыщ лIэкъуэлIэш зызыгъэинхэм жаIащ: «Уэ Шухьиб! Уэри, Iиман къэзыхьа уи гъусэхэри е ди диным фыкъихьэжынщ е ди къуажэм фыдэтхунщ». Абы яжриIащ: «Дыхуэмеймэ-щэ?»


 

(89) Дэ Алыхьым абы дыщихъума нэужь, фи диным дынихьэжмэ, Алыхьым пцIы тетлъхьа мэхъу. Алыхьу ди Тхьэр хуэмеймэ, дэ абы нэдгъэзэж хъунукъым. Ди Тхьэм и щIэныгъэм псори къызэщIеубыдэ! Дэ Алыхьыр телъхьэ тщIащ. Ди Тхьэ, дэрэ ди лъэпкъымрэ хеящIэ къытхуэхъу, Уэ хеящIэхэм уранэхъыфIщ!»

(90) Абы и лъэпкъым щыщ лIэкъуэлIэш джаурхэм жаIащ: «Фэ Шухьиб и лъагъуэм фытеувэмэ фыунэхъуащ».

(91) Къэзджызджри зэтриукIащ икIи зэхэIубауэ я унэхэм нэху къыщекIащ.

(92) Шухьиб пцIыупсу зылъытэу щытахэр щымыIагъэххэм хуэдэу кIуэдащ. Шухьиб пцIыупсу зылъытахэр унэхъуащ.

(93) [Шухьиб] абыхэм къабгъэдэкIыжащ: «Уэ ди лъэпкъ! Си Тхьэм и псалъэр къыфлъэзгъэIэсат икIи сывэущият, - жиIэурэ. – Дауэ джаур къомым сахуэщыгъуэн?»

(94) Дэ зы жыли зы бегъымбар дгъэкIуакъым, иужькIэ лажьэрэ бэлыхьрэ ятетлъхьэжын хуей мыхъуу, даIуэнхэ щхьэкIэ.

(95) ИужькIэ дэ абыхэм ятетлъхьа лажьэр фIыкIэ яхузэблэтхъужырти, псэхужахэ нэужь, жаIэрт: «Ди адэхэми Iейри фIыри къалъэIэсу щытащ». Мис абдеж ахэр дэ думп тщIырт.

(96) А жылэхэм Iиман къахьрэ Тхьэм фIэлIыкI хъуатэмэ, уафэмрэ щIылъэмрэ я берычэтыбжэр яхузэIутхынт, арщхьэкIэ [Ди Iэятхэр] пцIыуэ къалъытащи, ящIам тедгъэкIуэдэжащ.

(97) АтIэ а жылэхэм я гугъэт жэщу ахэр щыжейм деж Ди гIэзабыр къатемыпсыхэну?

(98) Хьэмэрэ а жылэхэм я гугъэт махуэу щызэрызехьэкIэ Ди гIэзабыр къатемыхуэну?

(99) АтIэ ахэр Алыхьым и хъуэгъэщагъэм IэщIэкIыну гугъэрэт? Алыхьым и хъуэгъэщагъэм щахъумауэ зызылъытэжыр унэхъуахэращ.

(100) ЩIым тетахэр текIуэдыкIа нэужь, ар къызыхуэнахэм гу лъатакъэ Дэ дыхуеймэ, ахэр я гуэныхьым зэрытедгъэкIуэдэфынум, ягухэри зэIутпIэу дэгу зэрытщIыфынум?

(101) А жылэхэм я хъыбархэм щыщ ныбжыдоIэ уэ. А жылэхэм нэщэнэ наIуэхэр къыхуахьри лIыкIуэхэр къахуэкIуат, арщхьэкIэ абыхэм япэм пцIыуэ къалъытэу щытар я фIэщ хъужакъым. Мис апхуэдэу а джаурхэм ягур Алыхьым зэIуепIэж.

(102) Абыхэм я нэхъыбэр жаIам тедгъуэтэжакъым: абыхэм я нэхъыбэр фасикъыу къыщIэкIащ.

(103) ИтIанэ, абыхэм яужькIэ, Дэ Муса Ди нэщэнэхэр ФиргIэунрэ и блыгущIэтхэмрэ яхуедгъэхьащ, ауэ абыхэм ахэр ядакъым. Еплъ а дунейгъэутхъуэхэм я щхьэм кърикIуам.

(104) Арати, Муса жиIащ: "Уэ ФиргIэун! Сэ дунейхэм я Тхьэм срилIыкIуэщ.

(105) Сэ Алыхьым щхьэкIэ пэж фIэкIа жысIэ хъунукъым. Сэ фи Тхьэм къыбгъэдэкIыу нэщэнэ къыфхуэсхьащ. НэутIыпщыж си гъусэу IисраIил и щIэблэр».

(106) Модрейм жиIащ: «Уэ нэщэнэ къэпхьар къащтэ, уэ жыпIэр пэжмэ».

(107) Арати, и башыр идзри, ар занщIэу блэ къэхъуащ.

(108) И Iэр кърихри, ар хужьу ялъэгъуащ.

(109) ФиргIэун и блыгущIэтхэм жаIащ: «Мыр уд Iэзэщ.

(110) Мыр зыхуейр хэкум фригъэкIыну аращ. Фэ дауэ феплърэ абы?»

(111) Абыхэм жаIащ: «Мыбырэ и къуэшымрэ зэтегъэувыIи, къалэхэм цIыху гъакIуи,

(112) уд Iэзэхэр къызэхуегъэшэс».

(113) Арати, удхэр ФиргIэун деж къакIуэри: «Дэ дытекIуэмэ, текIуапщIэ къыдэптыну?» - жаIащ.

(114) Жэуап къаретыж: «Ае, абы нэмыщIкIэ си блыгущIэтхэми фахэзгъэхьэнщ».

(115) [Удхэм] жаIащ: «Уэ Муса! Уэ бдзын хьэмэрэ дэ дзын?»

(116) «Фэ вдзы» — къажриIащ. Абыхэм ядзри, цIыхухэм я нэр щапхъуэщ, удыгъэшхуэ къагъэлъагъуэщаби, [цIыхухэр] ягъэшынащ.

(117) Муса и гум къитлъхьащ: «Дзы уи башыр!» [Щидзым] модрейхэм къагъэлъэгъуахэр зыIуридзащ.

(118) Пэжыр наIуэ къэхъури, модрейхэм я пцIыр къыщIэщащ.

(119) Арати, [Муса] ятекIуэри, мобыхэм я напэр текIащ.

(120) Удхэм зрадзыхащ щхьэщэ ящIу,

(121) жаIащ: «Дэ ди фIэщ хъуащ дунейхэм я Тхьэр.

(122) Мусарэ Хьэрунрэ я Тхьэр!»

(123) ФиргIэун къажриIащ: «Сэ хуит фызмыщIу фи фIэщ фщIа? Ар фэ хъуэгъэщагъэу къалэм щызэхэфлъхьащ, къалэдэсхэр иридэфшыну. Ауэ сэ фэ фэзгъэлъагъунщ!

(124) Сэ фи Iэ фи лъэхэр зэблэдзауэ пызупщIынщи, [пкъом] фытесIулIэнщ.»

(125) Абыхэм жаIащ: «[Дышынэркъым], дэ ди Тхьэм докIуэлIэж.

(126) Уэ ди Тхьэм и нэщэнэр ди фIэщ зэрыхъуам дыпэбгъэуджэжу аращ. Уэ ди Тхьэ! ШыIэныгъэ къыдэти, муслъымэну дунейм дегъэхыж».

(127) Арати, и блыгущIэтхэм ФиргIэун жраIащ: «АтIэ уэри уи тхьэхэри фыкъагъанэу, Мусарэ и жылэмрэ бутIыпщыжрэ, дунейр ягъэутхъуэну?» КъажриIащ: «Абы я къуэхэр дукIынщи, япхъухэр къэдгъэнэнщ. Дэ абыхэм датекIуэнщ!»

(128) Муса и жылэм яжриIащ: «Алыхьыр дэIэпыкъуэгъу фщIы, шыIэныгъи зивгъэIэ! ЩIыр зейр Алыхьыращ, ар Абы и пщIылIхэм щыщу зыхуейм къыхуегъанэ, фIыр зи натIэ хъунур Алыхьым фIэлIыкIхэращ.»

(129) Абыхэм жаIащ: «Дэ лей къытлъысащ уэ укъытхуэкIуэн и пэкIи уэ укъытхуэкIуа нэужьи». ЯжриIащ: «Хэт ищIэн, фи Тхьэм фи бийхэр игъэкIуэду щIыр фэ къыфхуигъэнэжынкIи хъунщ. ИкIи иужькIэ фигъэунэхунщ».

(130) Арати, ФиргIэун и жылэм къатедгъэпсыхащ уэгъурэ гъейрэ, защIэжын щхьэкIэ.


 

(131) Абыхэм фIыр къащехъулIэкIэ жаIэрт: "Мыр [къэдлэжьауэ] дыдейщ". Ер къащытепсыхэкIэ Мусарэ и гъусэхэмрэ къытралъхьэрт, лъэIужьейуэ[243] къалъытэрти. Ауэ [фIыри Iейри] къызыбгъэдэкIыр Алыхьыращ, я нэхъыбэм ящIэркъым армыхъумэ.

(132)Абыхэм жаIэ: "Дэ дриптхьэкъуну сыт хуэдиз нэщэнэ къэбгъэлъэгъуами ди фIэщ хъунукъым!"

(133) Арати, Дэ абыхэм нэщэнэ наIуэу къахуэдгъэкIуащ псыдзэ, мацIэ, цIэхьэпIацIэ, хьэндыркъуакъуэ, лъы[244]. Ауэ абыхэм загъэинащ, щIэпхъаджэхэти.

(134) Абыхэм лажьэр къащытехуэм жаIащ: "Уэ Муса! Уи Тхьэ укъэзыгъэгугъам тхуелъэIу. Мы лажьэм дыкъебгъэлмэ, ди фIэщи ухъунщ, IисраIил и щIэблэри уи гъусэу нэдутIыпщыжынщ".

(135) Дэ а лажьэр пIалъэкIэ щащхьэщытхым, ахэр жаIам епцIыжащ.

(136) Дэ ахэр тенджызым едгъэтхьэлащ: Ди Iэятхэр пцIыуэ къалъытэу къазэрыфIэмыIуэхуар яхуэдгъэгъуакъым.

(137) ТегушхуэгъуафIэу къалъытэ цIыхухэм Дэ къахуэдгъэнащ къуэкIыпIэми къухьэпIэми щыщу берычэтыр зыхэлъ щIыгур. IисраIил и щIэблэм яшэча [бэлыхьым] щхьэкIэ уи Тхьэм къызэригъэгугъа фIыгъуэри зэщIащ. ФиргIэунрэ и лъэпкъымрэ яухуахэри ягъэкIахэри зэтеткъутащ.

(138) IисраIил и щIэблэр тенджызым зэпрытша нэужь, хуэзащ тхьэнэпцIхэм яхуэпщылI жылэм. [IисраIил и щIэблэм] жаIащ: «Уэ Муса! Дэри тхуэщI Тхьэ, мыбыхэм я тхьэхэм хуэдэу». КъажриIащ: "Фэ фыжылэ зэхэщIыкIыншэщ!

(139)Мыхэр зяужь итым текIуэдэжынущ, я Iуэхури псыхэкIуадэ хъунущ".

(140) Абы яжриIащ: "Сэ фэ Алыхьым нэмыщI нэгъуэщIытхьэ дауэ сыфхуэлъыхъуэн, Абы фэ дуней псом фахигъэфIыкIарэ пэт?"

(141) ИкIи мис, фэ бэлыхь бзаджэр къыфтезылъхьэу, фи къуэхэр зыукIыу, фипхъухэр къэзыгъанэу щыта ФиргIэун и лъэпкъым фыкъедгъэлащ. АбыкIэ фэ фи Тхьэм гуащIэу фигъэунэхуащ.

(142) Дэ Муса жэщ тIощIрэ пщIыкIэ зыпэдгъаплъэри пщIы къыхущIэдгъужащ[245]. Уи Тхьэм къигъэува пIалъэр плIыщI ирикъуащ. [Ежьэн и пэкIэ] Муса и къуэш Хьэрун жриIащ: "Си пIэкIэ мы жылэм къахэни зэгурыгъаIуэ икIи зэIыщIакIуэхэм я гъуэгум утемыхьэ".

(143) Муса хуэдгъэува пIалъэм ирихьэлIэу къакIуэри, и Тхьэр къепсэлъа нэужъ, елъэIуащ: "Уэ си Тхьэ! Зызгъэлъагъу!" - жиIэри. Езым къыжриIащ: "Уэ сэ сыкъэплъагъунукъым, ауэ мо бгым еплъ; ар къызэтенэмэ, итIанэ сыкъэплъагъунщ". [Муса] и Тхьэм и нурыр щытридзэм бгыр къэщащэри, Муси къызэфIэмэхащ. ЗыкъищIэжа нэужь абы жиIащ: " Уэ Зихуэдэ щымыIэ! Сэ тобэ къэсхьыжащ. [Уи лъэщагъыр] зи фIэщ хъуахэм япэ ситщ.

(144) Езым жиIащ: "Уэ Муса! Сэ уэ цIыхухэм уакъыхэсхащ. Си фIыцIагъэри Си Псалъэри зепхьэну. Сэ уэстыр къащти, фIыщIэ щIы".

(145) Дэ [мывэ] пIащIэм хутеттхащ сыт хуэдэ Iуэхуми теухуа ущиехэр, сыт хуэдэ Iуэхуми теухуа ущиехэр, сыт хуэдэ Iуэхури зэхэзыхухэр. "Мыр быдэу убыди уи жылэми унафэ яхуэщI, мыбы и нэхъыфIхэр[246] ящтэну. Сэ фэзгъэлъагъунщ а мыдаIуэхэм я унэхэм [къатепсыхар].

(146) Мы дунейм Си Iэятхэм щепагэкIхэр Сэ абы пэIэщIэ хуэсщIынущ. Абыхэм сыт хуэдэ Iэят ялъагъуми ар я фIэщ хъуркъым, гъуэгу захуэр ялъагъуми, абы техьэркъым; ауэ зыгъэгъуащэ гъуэгу ялъагъумэ, абы занщIэу тоувэ. Ар апхуэдэу щIэхъуар, Ди Iэятхэр пцIыуэ къалъытэу, къафIэмыIуэхуу зэрыщытарщ.

(147) Ди Iэятхэмрэ Къемэт Махуэмрэ пцIыуэ зылъытахэм я Iуэхур псыхэкIуадэщ. АтIэ абыхэм къалэжьам нэмыщI нэгъуэщI къалъысыжын?

(148) Муса щахэкIым, абы и жылэм дыщэхэкIыу яIэм бууэ танэ теплъэ къыхащIыкIри хуэпщылIахэщ. Абыхэм ялъагъуртэкъэ ар къазэремыпсалъэри, гъуэгу захуэм зэрытримышэри? Ахэр абы хуэпщылIри диным икIахэщ.

(149) ЩIегъуэжахэщ, зэрыгъуэщар къагурыIуэжри, жаIащ: "Ди Тхьэм гущIэгъу къытхуищIу къытхуимыгъэгъумэ дыунэхъуащ".

(150) Муса и жылэм къигъэзэжа нэужь, губжьарэ нэщхъейуэ жиIащ: «Сэ сяужькIэ фэ фщIар гъуамэщ! Фэ фи Тхьэм и унафэм фепIэщIэкIауэ ара?» Абы [мывэ] пIащIэр хыфIидзэри, и къуэшым и щхьэр иубыдщ аби, зрилъэфэлIащ. [Хьэрун] къыжриIащ: «Уэ си анэкъилъху! ЦIыхухэр къыстегушхуэри саукI пэтащ. Бийхэр къысщомыгъэгуфIыкI, мыдаIуэхэми сахыумыбжэ».

(151) [Муса] жиIащ: «Уэ си Тхьэ! Сэри си къуэшми къытхуэгъэгъу, Уи гущIэгъуми дыхыумын, Уэ гущIэгъущIхэм уранэхъ гумахуэщ!»

(152) Танэ теплъэ зиIэм хуэпщылIахэм Тхьэм и губжьыр къатехуэнущ, мы дунейми щыпудынущ. Аращ яхуэфащэр [зи Тхьэм] епцIыжхэм.

(153) Мыхъун зыщIэу, иужькIэ щIегъуэжу Iиман къэзыхьыжахэм уи Тхьэм къахуигъэгъунущ, гущIэгъуи къахуищIынущ.

(154) Муса и губжьыр теужа нэужь, [мывэ] пIащIэр къищтэжащ. Абы тетхат зи Тхьэм фIэлIыкIхэр зыузэщIымрэ гущIэгъу къахуэзыхьымрэ.

(155) Муса и жылэм щыщу цIыху блыщI къыхихащ пIалъэ къыхуэдгъэувам екIуэлIэнхэу. [ЩIыр] къыщызджызджым абы жиIащ: "Уэ си Тхьэ! Уэ ухуеямэ сэри мыхэри нэхъапэм дыбгъэкIуэдынт. Дэ тщыщу зи акъыл хунэмысхэм щхьэкIэ псори дыбгъэкIуэдын? [А танэ теплъэ зиIэмкIэ] Уэ дыбгъэунэхуауэ аращ: Уэ узыхуейр уогъэгъуащэ, узыхуейри уоузэщI. Уэ удителъхьэщ, къытхуэгъэгъу, гущIэгъуи къытхуэщI. Уэ зыгъэгъухэм уранэхъыфIщ.

(156) Мы дуней хьэхуми ахърэтми фIыр ди натIэ щыщI, дэ уи деж къэдгъэзэжащ!" Езым жиIащ: "Сэ си гIэзабыр зыхуэфащэм тызолъхьэ, Си гущIэгъум псори къызэщIеубыдэ. Аращи, Сэ ар зи натIэ истхэнур Тхьэм фIэлIыкIхэращ,сэджыт зытхэращ, ди Iэятхэр зи фIэщ хъухэращ –

(157) ахэр еджэкIэ зымыщIэ бегъымбар лIыкIуэм иужь иувэхэращ, абы и цIэр Тауратми Инджылми къыщыкIуащ; абы Iейм убгъэдишынурэ фIым ухуишэнущ; фIыр хьэлэл, Iейр хьэрэм пщещI; япэм ятелъа хьэлъэр ятрех, ярылъа лъэхъури къырех [Мухьэммэд] зи фIэщ хъууэ, абы зыщIэзыгъакъуэу,дэIэпыкъуу, къахуеха Нурым кIэлъыкIуэхэращ ехъулIар".

(158) ЖыIэ:"Уэ цIыхухэ!Сэ фэ псоми лIыкIуэу сыкъыфхуигъэкIуащ Алыхьу уафэхэри щIылъэри зейм. Езым нэмыщI нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым. Езыращ къэзыгъэщIри зыгъэлIэжри. Фи фIэщ фщIы Алыхьри, Абы и лIыкIуэ еджэкIэ зымыщIэ бегъымбарри, абы Алыхьри и фIыцIагъэхэри и фIэщ мэхъу и гъуэгум фытеувэ,узэщIа фыхъунщ".

(159) Муса и жылэм зы гуп яхэтщ пэжым ухуишэрэ захуагъэкIи лажьэу.

(160) Ахэр Дэ лIакъуэ пщыкIутIу дгуэшащ. И жылэр псы хуэлIэ щыхъум, Муса уэхьий хуэтщIащ: "Уи башымкIэ къырым еуэ!" - жытIэри. Абдежым псынэ пщыкIутI къыщIэури, дэтхэнэ гупми я псыфапIэр къацIыхуащ. Пшэр жьауэ къахуэтщIри мэнымрэ[247] ныбгъуэхэмрэ къахуедгъэхащ. Фшхы Дэ къывэтта шхыныгъуэфIхэр! Дэракъым ахэр зэран зыхуэхъуар, я щхьэм зэран хуэхъужащ[248].

(161) Дэ зэгуэр яжетIауэ щытар [ягу къэгъэкIыж]: "Мы къуажэм фыдэтIысхьи фызыхуейр фшхы икIи: "Ди гуэныхьыр къытхуэгъэгъу!" - жыфIэурэ, шхьэщэ фщIыуэрэ, куэбжэмкIэ фыдыхьи, Дэ мыхъуну фщIар фхуэдгъэгъунщ. IуэхуфIыр нэгъэсауэ зыщIам хуэдгъэбагъуэнущ".

(162) Ди псалъэр зэрахъуэкIащ[249] абыхэм ящыщ бзаджащIэхэм; арати, Дэри абыхэм гIэзабыр къатедгъэхуащ, зэрыбзаджащIэхам щхьэкIэ.

(163) ЕупщIыт абыхэм хы Iуфэм Iуса къуажэр щэбэтым зэребэкъуамкIэ! Щэбэт махуэм абыхэм бдзэжьейр хъушэу къахуэкIуэрт, адрей махуэхэм къахуэкIуэртэкъым. Мис апхуэдэу догъэунэху мыдаIуэхэр.

(164) Абыхэм ящыщ зы гупым жаIащ: "Сыт фэ фащIеущиер Алыхьым игъэкIуэдынухэм е гIэзаб гуащIэ зытрилъхьэнухэм?" [Ущиехэм] жаIащ: "Фи Тхьэм и пащхьэм зыщыдухеижын щхьэкIэщ; хэт ищIэн, мобыхэми къагъэзэжынкIи хъунщ!"

(165) А ущиер щамыщтэм гIэзаб гъуамэр къатетлъхьащ, зэрымыдаIуэхэм щхьэкIэ, мыдрей ущиякIуэхэр къедгъэлащ.

(166) Хьэрэм ящытщIам загъэпагэу ебэкъуахэм: "Номин гъуамэ фыхъу!" - яжетIащ.

(167) Аращи, [ягу къэгъэкIыж] Къемэт махуэр къэсыху гIэзаб гуащIэ ятезыгъэлъынур яхуигъэкIуэну уи Тхьэм зэрыжиIэгъар. Уи Тхьэм и тазырыр щIэхщ. Ар гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ.

(168) Дэ ахэр жылэжылэу щIым тедгуэшащ. Абыхэм нэхъыфIи нэхъыкIи яхэтщ. Дэ ахэр фIырэ екIэ дгъэунэхуащ, къагъэзэжын щхьэкIэ.

(169) Абыхэм яужькIэ къэхъуа щIэблэм фIыцIагъэр къахуэнащ. Дуней хьэхум и фIыгъуэхэр зэралъэфалIэрт: "Къытхуэгъунщ", - жаIэурэ. Аргуэруи апхуэдэ хуэзэхукIэ зралъэфалIэ. Абыхэм, я фIыцIагъэм иткъэ Алыхьым теухуауэ пэж фIэкIа жаIэ зэрымыхъунур, ахэр абы еджакъэ? Тхьэм фIэлIыкIхэм я дежкIэ иужьрей дунейр нэхъыфIщ, щхьэ къывгурымыIуэрэ?

(170) Мыдрейуэ, ФIыцIагъэм ирилажьэу нэмэз зыщIхэм... Дэ фIы зыщIэхэм я фIыщIэр дгъэкIуэдыркъым.

(171) Мис къуршыр къыхэттхъри, жьауэм хуэдэу, къащхьэщыдгъэувати, къатехуэнкIэ шынащ. [ЯжетIащ]: "Мы къыфхуедгъэхьар къафщти, быдэу фIыгъ, итри фигу ивгъэлъ, тхьэфIэлIыкI фыхъунщ».

(172) Мис, [ягу къэгъэкIыж]: у и Тхьэм Iэдэм и бынхэм я тхыцIэм щIэблэр къыхихри еупщIащ: "Сэракъэ фи Тхьэр?" - жиIэри. "Ае, дыщыхьэтщ", - къыжраIащ. Ар Къемэт махуэм: "Абы гулъытэншэу дыхущытащ", - жывмыIэжын щхьэкIэщ.

(173) Е жывмыIэжын щхьэкIэ: "Япэм ди адэжьхэми Алыхьым Iыхьэгъу хуащIу щытащ, дэ абыхэм дращIэблэщ. АтIэ абыхэм ящIа пхэнжым дэ дытебгъэкIуэдэну?" - жыфIэу.

(174) Апхуэдэу Дэ Iэятхэр догъэнаIуэ абыхэм къагъэзэжын щхьэкIэ.

(175) Къахуеджэ, [Мухьэммэд], Ди Iэятхэр зэтту къэзымыщтам и хъыбарым, ар шейтIаным иришэжьащ. ИкIи гъуэщахэм ящыщ хъуащ.

(176) Дэ дыхуеямэ ар а IэятхэмкIэ тIэтынт, ауэ, дуней хьэхум дихьэхри, и псэм зыдигъэшащ. Ар хьэм хуэдэщ: ухуэгубжьми мэджалъэ и гугъу умыщIми, мэджалъэ. Мыр Ди Iэятхэр пцIыуэ зылъытэ цIыхухэм ятеухуа псалъафэщ. ЯжеIэ а хъыбархэр, игъэгупсысэнкIи хъунщ.

(177) Ди Iэятхэр пцIыуэ зылъытэхэм я щапхъэр Iейщ: абыхэм езыхэм лей зрахыжащ.

(178) Алыхьым иузэщIахэр гъуэгу захуэм ирокIуэ, игъэгъуэщахэр мэунэхъу.

(179) Дэ жыхьэнмэм къыхуэдгъэщIащ жин[250] куэдрэ цIыху куэдрэ. Абыхэм гу яIэщ, ауэ къагурыIуэркъым, нэ яIэщ, ауэ ялъагъуркъым, тхьэкIумэ яIэщ, ауэ зэхахыркъым. Ахэр Iэщым хуэдэщ, уеблэмэ нэхъ делэжщ, ахэр къаплъэнэфщ, гъуэщащ.

(180) Алыхьым цIэ дахэхэр иIэщи, абыхэмкIэ фелъэIу. ИкIи факъыбгъэдэкI Абы и цIэхэр зэзыхъуэкIыу диным икIхэм. Абыхэм ящIам пэкIуэр ялъысыжынущ.

(181) Дэ къэдгъэщIахэм яхэтщ жылэ, пэжым ухуашэрэ захуагъэкIи лажьэу.

(182) Мыдрейуэ, Ди Iэятхэр пцIыуэ зылъытэхэр, Дэ езыхэм ямыщIэурэ кIуэдыпIэм худошэ.

(183) Сэ абыхэм пIалъэ ястащ, Сэ си хъуэгъэщагъэр быдэщ.

(184) КъагурыIуакъэ абыхэм я лъэпкъэгъур зэрымыделэр, ар гъэнэхуауэ ущиякIуэщ.

(185) Щхьэ емыплърэ ахэр Алыхьым и уафэхэмрэ щIылъэмрэ, Абы къигъэщIа псоми - абыхэм я ажалыр къэсагъэнкIи мэхъу? Сыт хуэдэ псалъэ абы (КъурIэным) иужькIэ я фIэщ хъунур?

(186) Алыхьым гъуэщауэ къилъытам гъуазэ иIэжкъым, ахэр Абы нэфу щхьэрыуауэ къегъанэ.

(187) Ахэр уэ къоупщI [дунейр щыкъутэжыну] сыхьэтымкIэ. ЯжеIэ: "Ар зыщIэр си Тхьэращ. И чэзур къэсмэ, ар къэзыгъэнэIуэнур Езыращ. [Дунейкъутэжыр] уафэхэми щIылъэми къатехьэлъэнущ. Ар фымыщIэххэу къыфтеуэнущ". Ахэр уэ къоупщI абы ущыгъуазэ хуэдэ. ЯжеIэ: "Ар зыщIэр Алыхьым и закъуэщ". Ауэ цIыхум и нэхъыбэм ар ящIэркъым[251].

(188) ЯжеIэ: "Алыхьым имыухауэ, си щхьэм и сэбэпи и зэрани сэ зесхуэжыфынукъым. [Къэхъуну] щэхур сэ сщIэуэ щытамэ, си щхьэм фIыр хуэзгъэбагъуэнт, Iейр зылъэзгъэIэсынтэкъым. Ауэ сэ зи фIэщ сыхъухэр фIым щызгъэгугъ, Iейм щызгъэшынэ къудейщ».

(189) Аращ фэ зы псэм фыкъыхигъэщIыкIыу фыкъэзыгъэщIар, и щхьэгъусэри абы къыхэзыгъэщIыкIар, гупсэхупIэ хуэхъун щхьэкIэ. [Iэдэм] абы щекIуалIэм, [Хьэуа] уэндэгъу хъуащ, зэман дэкIри, ар нэхъ хьэлъэ щыхъум, тIури я Тхьэм елъэIуащ: "Бын къабзэ къыдэпттэмэ, фIыщIэ пхуэтщIынт", - жаIэри.

(190) Бын къабзэ къащритым, а къаритамкIэ[252] Iыхъэгъу хуащIащ. А Iыхьэгъу къыхуащIхэм нэхърэ Алыхьыр куэдкIэ нэхъ лъагэщ

(191) АтIэ зыри къэзымыгъэщIыфыр Абы щхьэ Iыхьэгъу хуащIрэ? Псори къэзыгъэщIар Езыращ.

(192) Ахэр (ТхьэнэпцIхэр) абыхэм къадэIэпыкъуфынукъым, я щхьэми дэIэпыкъужыфынукъым.

(193) Фэ абыхэм (тхьэнэпцIхэм) фаузэщIыну файлъэIуми, къыфхуащIэфынукъым. Фи дежкIэ тIури зыщ - фелъэIуми фемылъэIуми.

(194) Алыхьыр къэвгъэнауэ, фызыхуэпщылIхэр фэ фхуэдэ пщылIхэщ. ФелъэIу, жэуапи къывырат, фэ жыфIэр пэжмэ.

(195) Абыхэм лъакъуэ яIэ иризекIуэну, хьэмэрэ Iэ яIэ ириIэбэну, хьэмэрэ нэ яIэ ириплъэну, хьэмэрэ тхьэкIумэ яIэ иридэIуэну? ЯжеIэ: А фэ [Тхьэм] Iыхьэгъу хуэфщIхэм факъеджи фызыхуейр къызэфщIэ, пIалъи къызэвмыт.

(196) Сэ си телъхьэр КъурIэныр къезыгъэха Алыхьыращ. Ар фIэрафIэхэм ядоIэпыкъу.

(197) Мыдрейуэ, Тхьэр къэвгъэнауэ, фэ фызэлъэIухэр, фэри къывдэIэпыкъуфынукъым я щхьэми дэIэпыкъужыфынукъым.

(198) Абыхэм фаузэщIыну файлъэIуми зэхахыркъым. Ахэр къоплъу къыпфIэщI щхьэкIэ ялъагъуркъым.

(199) [ЦIыхум] Яхуэгъэгъу, фIыкIэ ядызекIуэ, жэхьилхэм къуащIэм хуэдэ йомыщIэж.

(200) ШейтIаным уитхьэкъуну хуежьэмэ, АлыхьымкIэ зыщыхъумэ, Абы псори зэхех, ещIэ.

(201) Тхьэм фIэлIыкIхэр шейтIаным итхьэкъуну шыхуежьэкIэ, абыхэм, [Алыхьыр] ягу къокIыжри, я нэхэр къоплъэж.

(202) (ШейтIанхэм) я къуэшхэр[253] ягъэгьуащэну хущIокъу, абыкIи ялъэкI къагъанэркъым.

(203) Уэ абыхэм Iэят къащыхуумыхькIэ, жаIэр: "Кьэбгупсысыркъэ!" ЯжеIэ: "Сэ си Тхьэм къысхуищI уэхьийм сытет къудейщ. Мыр (КъурIэныр) наIуэу фи Тхьэм къыбгъэдэкIа нэхунэщ, Iиман зиIэхэм я дежкIэ гъуазэщ, гущIэгъущ".

(204) КъурIэным къыщеджэкIэ щыму федаIуэ, Тхьэм гущIэгъу къыфхуищIынщ.

(205) Пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми уи Тхьэм и цIэр къэпсэлъ уфIэлIыкIыу, ущышынэу, Iэдэбу. Ар зигу къэмыкIхэм ящыщ умыхъу.

(206) Уи Тхьэм бгъэдэтхэр (мелыIычхэр) Абы хуэпщылIыным епэгэкIыркъым. Ар ягьэлъапIэ икIи я шхьэр хуагъэтIылъ*.



Поделиться с друзьями:

История развития пистолетов-пулеметов: Предпосылкой для возникновения пистолетов-пулеметов послужила давняя тенденция тяготения винтовок...

Архитектура электронного правительства: Единая архитектура – это методологический подход при создании системы управления государства, который строится...

Индивидуальные и групповые автопоилки: для животных. Схемы и конструкции...

Своеобразие русской архитектуры: Основной материал – дерево – быстрота постройки, но недолговечность и необходимость деления...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.136 с.