Сурэ 26. Усакiуэхэр (iэшшугiэраi) — КиберПедия 

Своеобразие русской архитектуры: Основной материал – дерево – быстрота постройки, но недолговечность и необходимость деления...

Индивидуальные и групповые автопоилки: для животных. Схемы и конструкции...

Сурэ 26. Усакiуэхэр (iэшшугiэраi)

2018-01-03 323
Сурэ 26. Усакiуэхэр (iэшшугiэраi) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) ТIа, сиин, миим.

(2) Мыр Тхылъ IупщIым и Iэятхэращ.

(3) Абыхэм Iиман къызэрамыхьым щхьэкIэ уэ зыбукIыжынкIэ мэхъу.

(4) Дэ дыхуеямэ, телъыджэр уафэм къахуедгъэхынти, я пщэдыкъыр шияуэ къэдгъэнэнт.

(5) Алыхьым къыбгъэ-дэкIыу зы IэятыщIи абыхэм къахуэкIуэркъым я щIыб хуамыгъазэу.

(6) Абыхэм [КъурIэныр] пцIыуэ къалъытащ, ауэ ахэр зыщIэнакIэу щытам и хъыбар къахуэкIуэнущ.

(7) Абыхэм ялъагъуркъэ сыт хуэдиз къэкIыгъэфI зэгуэгъуу мы щIым къытедгъэкIами?

(8) Ар телъыджэщ, ауэ нэхъыбэм Iиман къахьыркъым.

(9) Уи Тхьэращ лъэщыр, гущIэгъущIыр!

(10) Арати уи Тхьэр Муса еджащ: «КIуэ щIэпхъаджэ жылэм я деж,

(11) ФиргIэун и жылэм я деж. Тхьэм фIэлIыкIынкъэ ахэр?»

(12) [Муса] жиIащ: «Уэ си Тхьэ! Сошынэ пцIыупсу сакъыщыхъункIэ,

(13) сигури гузавэу сымыпсалъэфынкIэ,Хьэруни [уэхьий] къыхуэгъакIуэ!

(14) Сэ абыхэм щIэпхъаджэу сыкъалъытэри[448] саукIынкIэ сошынэ».

(15) Езым къажреIэ: «Хьэуэ! Си Iэятхэр фхьыи тIури фыкIуэ. Дэ фэ дывигъусэщ, [псори] зэхыдох.

(16) ФиргIэун деж фыкIуи жефIэ: «Дэ дунейхэм я Тхьэм дырилIыкIуэщ.

(17) IисраIил и щIэблэр ди гъусэу нэутIыпщыж».

(18) [ФиргIэун] къыжриIащ: «Уэ дэ сабийуэ [укъэдгъуэтри] утпIакъэ? ИкIи зыкъомрэ укъытхэсакъэ?

(19) ИкIи а къыдэпщIар къыдэпщIакъэ, узэрыдгъэфIам уемыплъу?»

(20) [Муса] жиIащ: "Сэ ар къыщысIэщIэщIам щыгъуэ гъуэщахэм сащыщт;

(21) икIи сышынэри сыщIэпхъуэжат, итIанэ си Тхьэм Iущыгъэр (бегъымбарыгъэр) къызитри лIыкIуэхэм ящыщ сищIащ.

(22) Сэ уэ къысхуэпщIар къызыбохъуэныж, Iисраил и щIэблэр бгъэпщылIарэ пэт".

(23) ФиргIэун абы къеупщIащ: «Хэт дунейхэм я Тхьэр?» — жиIэри.

(24) Муса жеIэ: «Ар уафэхэми, щIылъэми абыхэм яку дэтми я Тхьэращ, пэжыр фи фIэщ хъумэ».

(25) ФиргIэун къыбгъэдэтхэм яжреIэ: "Зэхэфхрэ мыбы жиIэр!"

(26) Муса жеIэ: "Ар фэри фи Тхьэращ, фи адэжьхэми я Тхьэращ".

(27) [ФиргIэун] ЖиIащ: "Мы фэ лIыкIуэу къыфхуагъэкIуар делэщ!"

(28) [Муса] яжриIащ: "Ар къуэкIыпIэми, къухьэпIэми, абыхэм яку дэтми я Тхьэращ, зэхэфщIыкIыу щытмэ!"

(29) [ФиргIэун] жиIащ: "Уэ, сэр нэмыщI нэгъуэщI тхьэ къапщтэмэ, узгъэтIысынщ".

(30) [Муса] жеIэ: "[А жысIар] къэзыгъэпэж гуэр къыпхуэсхьымэ щэ?"

(31) [ФиргIэун] жеIэ: "Къысхуэхь, уэ жыпIэр пэжмэ!"

(32) [Муса] и башыр едзри, ар занщIэу блэ мэхъу.

(33) И Iэр кърехри, хужьыбзэу ялъагъу.

(34) [ФиргIэун] и блыгущIэтхэм яжреIэ: "Мыр дауикI уд Iэзэщ!

(35) Мыбы и удыгъэмкIэ фищIым фырихуну хэтщ. Дауэ къыфщыхъурэ?"

(36) Абыхэм жаIэ: "Мыбырэ и къуэшымрэ пIалъэ ет; къалэхэм хъыбарегъащIэ гъакIуи

(37) уд Iэзэу щыIэхэр къегъашэ".

(38) Удхэр и чэзум зэхуашэсащ.

(39) Цыхухэм жраIащ: Фызэхуэсынукъэ?

(40) Удхэр текIуэмэ, гъусэ захуэтщIынщ".

(41) Удхэр къэсри ФиргIэун къеупщIащ: "Дэ дытекIуэмэ, текIуапщIэ къыдэптыну?"

(42) [ФиргIэун] жиIащ: "Ае! Абы щыгъуэ си IупэфIэгъухэми фахэзбжэнщ".

(43) Муса [удхэм] яжриIащ: "Вдзынур вдзы!"

(44) Абыхэм, я кIапсэхэмрэ я башхэмрэ ядзри, жаIащ: "ФиргIэун и лъэщыгъэкIэ, дауикI, нобэ текIуэнур дэращ!"

(45) Муса и башыр идзри абыхэм къагупсыса пцIыр зыIуридзащ.

(46) Абдежым удхэм щIым зыхаIубэри

(47) жаIащ: "Дэ ди фIэщ хъуащ дунейхэм я Тхьэр

(48) Мусэрэ Хьэрунрэ я Тхьэр!"

(49) [ФиргIэун] къажриIащ: "Сэ хуит фызмыщIу Iиман къэфхьауэ ара? Ар (Муса), дауикI, фэ фи нэхъыжьщ, удыгъэм фыхуигъэсауэ, сэ фэ фэзгъэлъагъунщ! Сэ фи Iэ фи лъэхэр зэблэдзауэ пызупщIынщи, [пкъом] фесIулIынщ!"

(50) КъыжраIэж: "Ар бэлыхькъым! Дэ ди Тхьэращ дызэкIуэлIэжынур.

(51) Дэ псом япэ Iиман къэтхьащи, ди Тхьэм дыщогугъ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну".

(52) Муса уэхьий къыхуедгъэхащ: "Си пщылIхэр жэщу ешэжьэж, фэ пхъэр ныфкIэлъыкIуэнущ".

(53) ФиргIэун къалэхэм джакIуэ игъэкIуащ [дзэр зэхуишэсыну]:

(54) "Мыхэр гуп цIыкIущ,

(55) дэ абыхэм дыкъагъэгубжьащи,

(56) зэгъусэу дысакъын хуейщ".

(57) Дэ ахэр (ФиргIэуни и гъусэхэри) къитшащ псынэхэр зэрыт я хадэхэм,

(58) къыбгъэдэтшащ я хъугъуэфIыгъуэмрэ я тхъапIэмрэ,

(59) апхуэдэуи IисраIил и щIэблэм а псори щIэину къахуэдгъэнащ.

(60) ИкIи [ФиргIэун и дзэр] абыхэм пщэдджыжьым якIэлъыпхъэращ.

(61) ГупитIыр зэрылъагъу щыхъум, Муса и гъусэхэм жаIащ: "Мыхэр къыткIэщIыхьащ!"

(62) [Муса] жеIэ: "Хьэуэ, си Тхьэр си гъусэщ, сэ Абы гъуэгур сигъэлъагъунущ".

(63) Дэ Муса уэхьий къыхуедгъэхащ: "Уи башымкIэ хым хэуэ!" - жытIэри. Хыр зэгуэури, лъэныкъуитIри къурш хуэдиз хъуащ.

(64) ИтIанэ Дэ адрейхэр къэдгъэблэгъащ.

(65) Дэ Мусэрэ и гъусэхэмрэ псори къедгъэлащ.

(66) ИтIанэ мыдрейхэр едгъэтхьэлащ.

(67) Ар телъыджэщ, ауэ нэхъыбэм Iиман къахьакъым.

(68) Уи Тхьэращ лъэщыр, гущIэгъущIыр!

(69) Къахуеджэ абыхэм Iибрахьим и хъыбарым.

(70) Абы и адэмрэ и жылэмрэ яжреIэ: "Сыт фэ фызыхуэпщылIыр?"

(71) Абыхэм къыжраIэ: "Дэ дахуопщылI тхьэ теплъэ IэрыщIхэм, икIи дахуэпщылIынущ".

(72) [Iибрахьим] яупщIащ: "Абыхэм фащелъэIукIэ зэхахрэ?

(73) Хьэмэрэ къывдэIэпыкъурэ, е зэран къыфхуэхъурэ?"

(74) Абыхэм жаIащ: "Хьэуэ! Ахэр ди адэхэм къапытхауэ аращ".

(75) [Iибрахьим] йоупщI: "Фэ [нэбдзэгубдзаплъэу] факIэлъыплъа а фызыхуэпщылIхэм,

(76) фи адэжьхэри зыхуэпщылIу щытахэм?

(77) Ахэращ сэ си бийр, армыхъумэ дунейхэм я Тхьэу,

(78) сыкъэзыгъэщIу гъуэгу захуэм сытезыгъэуваракъым.

(79) Сэ Абы сегъашхэ, сырегъафэ,

(80) сымаджэ сыхъуми сегъэхъуж,

(81) Езыращ сызыгъэлIэнури сыкъэзыгъэтэджыжынури,

(82) икIи сыщIохъуэпс Къемэт махуэм си гуэныхьыр къысхуигъэгъуну.

(83) Уэ си Тхьэ! Iущыгъэ къызэти фIэрафIэхэм сахэбжэ!

(84) СяужькIэ къэкIуэнухэми си цIэ дахэ жаIэн щIы,

(85) жэнэт лъапIэри къыслъыгъэс,

(86) си адэми къыхуэгъэгъу, ар гъуэщахэм яхэтащ,

(87) икIи сомыгъэукIытэ ахэр къыщагъэтэджыжыну Махуэм,

(88) мис а Махуэу мылъкуми бынми я фIагъ къыщомыкIыжынум,

(89) [къелынур] зи псэр къабзэу Алыхьым екIуэлIэжыращ".

(90) Тхьэм фIэлIыкIхэм жэнэтыр къахуэблэгъащ,

(91) гъуэщахэм жыхьэнмэр къалъэгъуащ.

(92) ИкIи абыхэм къайупщIынущ: "Дэнэ щыIэ фэ фызыхуэпщылIахэр,

(93) Алыхьыр къэвгъанэу? - [жаIэнурэ] - Абыхэм фэ фыкърагъэлыфыну, е езыхэм зыкърагъэлыжыфыну?"

(94) Ящхьэр ищIагъыу жыхьэнмэм хадзэнущ ахэри, гъуэщахэри,

(95) Iиблис и дзэри.

(96) Абыхэм зэрышхыурэ жаIэнущ:

(97) "Алыхьым и цIэкIэ доIуэ, дэ нахуэу дыгъуэщатэкIэ

(98) фэ дунейхэм я Тхьэм фыщыхуэдгъадэм!

(99) Дэ щIэпхъаджэхэм дагъэгъуэщауэ арат.

(100) Дэ диIэкъым къытщыжыни,

(101) ныбжьэгъу пэжи.

(102) Дэ зэ дагъэгъэзэжатэмэ, Iиман зиIэхэм ящыщ дыхъунт".

(103) Ар нэщэнэ ирокъу ауэ нэхъыбэм Iиман къахьыркъым.

(104) Уи Тхьэращ лъэщыр, гущIэгъущIыр!

(105) Нухь и жылэм лIыкIуэхэр пцIыупсу къалъытат.

(106) Абыхэм я къуэш Нухь яжриIащ: "[Алыхьым] фыщышынэнукъэ фэ?

(107) Сэ лIыкIуэ пэжу сыкъыфхуигъэкIуащ фэ.

(108) Алыхьым фыщышыни сэ фыкъызэдаIуэ!

(109) Сэ фэ улахуэкIэ сынывэлъэIуркъым: си улахуэр дунейхэм я Тхьэм деж щыIэщ.

(110) Алыхьым фыщышыни сэ фыкъызэдаIуэ!"

(111) Абыхэм къыжраIэж: "Дауэ уэ ди фIэщ ухъун, цIыху мыгIэнэншэхэр гъусэ щыпщIакIэ?"

(112) [Нухь] яжреIэ: "Абыхэм ящIэу щытам сэ зыри хэсщIыкIыркъым,

(113) Абыхэм жэуап яIизыхынур си Тхьэращ, фщIэуэ щытмэ!

(114) Сэ Iиман зиIэхэр зыбгъэдэсхунукъым.

(115) Сэ сыущиякIуэ къудейщ".

(116) Абыхэм къыжраIащ: "УмыдаIуэмэ, Нухь, мывэкIэ удукIынщ!"

(117) [Нухь] жиIащ: "Уэ си Тхьэ! Си жылэм пцIыупсу сыкъалъытащ!

(118) Хей къытхуэщIи, сэри си гъусэ мыIуминхэри дыкъегъэл!"

(119) Дэ езыри и гъусэхэри къедгъэлащ зи хьэлъэ ирикъуа кхъухьым ису.

(120) ИтIанэ къэнахэр едгъэтхьэлащ.

(121) Ар нэщэнэ ирокъу, ауэ нэхъыбэм Iиман къахьыркъым.

(122) Уи Тхьэращ лъэщыр, гущIэгъущIыр!

(123) ГIадхэми лIыкIуэхэр пцIыупсу къалъытат.

(124) Абыхэм я къуэш Хьуд яжриIат: "[Алыхьым] фыщышынэнукъэ фэ?

(125) Сэ лIыкIуэ пэжу сыкъыфхуагъэкIуащ фэ.

(126) Алыхьым фыщышыни сэ фыкъызэдаIуэ!

(127) Сэ фэ улахуэкIэ сынывэлъэIуркъым: сэ си улахуэр дунейхэм я Тхьэм деж щыIэщ.

(128) Фэ дэтхэнэ лъэгапIэми уардэ унэхэр, зывгъэпIиин щхьэкIэ, тефщIыхьрэ,

(129) икIи, игъащIэкIэ фыпсэун нэхъей, быдапIэхэр фщIырэ!

(130) Зыгуэрым фытегушхуэми ивогъэлей!

(131) Алыхьым фыщышыни сэ фыкъызэдаIуэ!

(132) Фыщышынэ, фэ фиIэр къывэзытам!

(133) Абы фэ къывитащ хъушэхэри, фи бынхэри,

(134) жыг хадэхэри, псынэхэри.

(135) Сыфхуошынэ а Махуэшхуэм и гIэзабыр къыфтехуэнкIэ".

(136) Абы къыжраIэж: "Ди дежкIэ тIури зыщ - укъыдэущиеми, укъыдэмыущиеми.

(137) Уэ жыпIэр пасэрейхэми жаIаращ (пцIыщ),

(138) дэ гIэзаб къыттехуэнукъым".

(139) Абыхэм ар пцIыупсу къалъытати, Дэ ахэр хэдгъэкIуэдащ; ар нэщэнэт, ауэ нэхъыбэм Iиман къахьыркъым.

(140) Уи Тхьэращ лъэщыр, гущIэгъущIыр!

(141) Самудхэми лIыкIуэр пцIыупсу къалъытат.

(142) Абыхэм я къуэш Салихь яжреIэ: "[Алыхьым] фыщышынэнукъэ фэ?

(143) Сэ лIыкIуэ пэжу сыкъыфхуагъэкIуащ фэ.

(144) Алыхьым фыщышыни сэ фыкъызэдаIуэ!

(145) Сэ фэ улахуэкIэ сынывэлъэIуркъым, сэ си улахуэр дунейхэм я Тхьэм деж щыIэщ.

(146) Шынагъуэншэу фыщагъэпсэун фигугъэ мыбдежым

(147) жыг хадэхэм, псыхъуэхэм,

(148) хьэсэхэм, зи пхъэщхьэмыщхьэхэр IэфI пальмэхэм фахэсу,

(149) къуршхэм унэ щIэращIэхэр къыхэфIущIыкIыу!

(150) Алыхьым фыщышыни сэ фыкъызэдаIуэ!

(151) ФемыдаIуэ щыкIахэм я унафэм,

(152) дунейр зыгъэутхъуэу ящIар зымыгъэзакIуэжхэм".

(153) Абыхэм жаIащ: "Уэ [удым] ятхьэкъуахэм уащыщщ.

(154) Уэри, дэ удэщхьу, уцIыху къудейщ; уэ жыпIэр пэжмэ, укъэзыгъэпэж дыгъэлъагъу".

(155) [Салихь] яжриIащ: "Мис махъшэбз[449]. Ар зы махуэм псы йофэ, фэ адрей махуэм фофэ.

(156) ГIэзабышхуэр къыфтехуэну фыхуэмеймэ, фи зэран евмыгъэкI".

(157) Ауэ абыхэм ар яукIри, итIанэ щIегъуэжын хуей хъуащ:

(158) гIэзабыр къатепсыхащ. Ар нэщэнэ ирокъу, ауэ нэхъыбэм Iиман къахьыркъым.

(159) Уи Тхьэращ лъэщыр, гущIэгъущIыр!

(160) ЛутI и жылэми лIыкIуэхэр пцIыупсу къалъытат.

(161) Абыхэм я къуэш ЛутI яжриIащ: "[Алыхьым] фыщышынэнукъэ фэ?

(162) Сэ лIыкIуэ пэжу сыкъыфхуигъэкIуащ фэ.

(163) Алыхьым фыщышыни сэ фыкъызэдаIуэ!

(164) Сэ фэ улахуэкIэ сынывэлъэIуркъым, сэ си улахуэр дунейхэм я Тхьэм деж щыIэщ.

(165) Мы дуней псом щыщу фи закъуэкъэ цIыхухъухэм екIуалIэр,

(166) фи Тхьэм къыфхуигъэщIа фи фызхэр къэвгъанэурэ? Фэ фыщIэпхъаджэ жылэщ!"

(167) Абыхэм къыжраIащ: "Уэ, ЛутI, щомыгъэтмэ узыхэтхунщ".

(168) [ЛутI] жиIащ: "Сэ слъагъу хъуркъым фэ фи IуэхущIафэр.

(169) Уэ ди Тхьэ! Сэри си Iыхьлыхэри дыщыхъумэ мыбэхэм ящIэм!"

(170) ИкIи Дэ езыри и Iыхьлыхэри - псори къедгъэлащ,

(171) яужь къина фызыжьым нэмыщI.

(172) ИтIанэ адрейхэр Дэ думп тщIащ,

(173) Дэ абыхэм уэшх къатедгъэшхащ; ар уэшх мыгъуэт мыдаIуэхэм я дежкIэ.

(174) Ар нэщэнэ ирокъу, ауэ нэхъыбэм Iиман къахьыркъым.

(175) Уи Тхьэращ лъэщыр, гущIэгъущIыр!

(176) Iейкэ жылэми лIыкIуэхэр пцIыупсу къалъытат.

(177) Мис абыхэм Шухьиб яжриIащ: "[Алыхьым] фыщышынэнукъэ фэ?

(178) Сэ лIыкIуэ пэжу сыкъыфхуигъэкIуащ фэ.

(179) Алыхьым фыщышыни сэ фыкъызэдаIуэ!

(180) Сэ фэ улахуэкIэ сынывэлъэIуркъым, сэ си улахуэр дунейхэм я Тхьэм деж щыIэщ.

(181) [Зыгуэр щыфщэкIэ] пщалъэхэм из фщIы, хуэныкъуэу къизыгъахъуэхэм ящыщ фымыхъу.

(182) Шэчалъэ щыпкъэкIи фышачэ.

(183) ЦIыхухэм къалъысым фемынэцIыж. Дунейр вгъэутхъуэуи щIым фытемыт.

(184) Фыщышынэ фэри фяпэкIэ щыIахэри фыкъэзыгъэщIам".

(185) Абыхэм жаIащ: "Уэ [удым] ятхьэкъуахэм уащыщщ.

(186) Уэри, дэ удэщхьу, уцIыху къудейщ, икIи пцIыупсхэм уащыщу дигугъэщ.

(187) Уэ жыпIэр пэжми, гIэзаб Iыхьэ къытхуегъэхуэхыт уафэм".

(188) [Шухьиб] жиIащ: "Си Тхьэр нэхъ щыгъуазэщ фэ фщIэм".

(189) Ар абыхэм пцIыупсу къалъытати, хьэлэч зэтетщIащ пшагъуэр[450] къащытеуа махуэм. А махуэм ар гIэзабышхуэт.

(190) Ар нэщэнэ ирокъу, ауэ нэхъыбэм Iиман къахьыркъым.

(191) Уи Тхьэращ лъэщыр, гущIэгъущIыр!

(192) [КъурIэныр] дунейхэм я Тхьэм къригъэхащ.

(193) Ар Псэ Аущым (ЖэбрэIил) кърихьэхри

(194) уи гум кърилъхьащ, ущиякIуэхэм ящыщ ухъун щхьэкIэ,

(195) гIэрыпыбзэ къабзэкIэ [цIыхухэм ялъэбгъэIэсын щхьэкIэ]

(196) [КъурIэныр къызэрехынур] ипэрей фIыцIагъэхэм итат.

(197) Ар IисраIил и щIэблэм ящыщ еджагъэшхуэхэм зэращIэм къигъэпэжыркъэ?

(198) Ар хамэ гуэрым къыхуедгъэхрэ

(199) [гIэрыпхэм] къахуеджами я фIэщ хъунутэкъым.

(200) Апхуэдэу Дэ ар щIэпхъаджэхэм ягум идолъхьэ!

(201) Ауэ абыхэм Iиман къахьынукъым гIэзаб гуащIэр я нэкIэ ялъагъуху.

(202) Ар абыхэм ямыщIэххэу къатепсыхэнущ.

(203) ИкIи жаIэнущ: "Ярэбий, пIалъэ къыдамытыну пIэрэ?"

(204) Ахэратэкъэ ди гIэзабым хуэпIащIэу щытар!

(205) Уэ плъагъуркъэ, [Мухьэммэд], Дэ ахэр иджыри илъэс бжыгъэкIэ дунейм щыдгъатхъэрэ,

(206) итIанэ а зэрыдгъэшынар къатедгъэпсыхэжамэ,

(207) а тхъэгъуэ еттами къригъэлынутэкъым ахэр.

(208) Дэ зы жыли дгъэкIуэдакъым, ущиякIуэ яхуэдмыгъакIуэу,

(209) [Алыхьыр] ягу къэдмыгъэкIыжу, икIи Дэ абыхэм дахуэзалымакъым.

(210) Ар (КъурIэныр) шейтIанхэм къырахьэхакъым.

(211) Ар абыхэм ящIэ хъунукъым икIи яхуэщIэнукъым.

(212) Ахэр абы едаIуэнуи бгъэдагъэхьэххэркъым.

(213) Алыхьым Iыхьэгъу хуэпщIу уемылъэIу, гIэзаб зытралъхьэхэм ящыщ ухъуну ухуэмеймэ.

(214) Уи благъэ нэхъ гъунэгъухэри ущий.

(215) Iиман къэзыхьу уэ гъусэ пхуэхъуахэм уемыпагэкI.

(216) Ахэр уэ къомыдаIуэмэ, яжеIэ: "Сэ сыхуэхейщ фэ фщIэм!"

(217) ИкIи щыгугъ Лъэщым, ГущIэгъущIым,

(218) уэ абы укъелъагъу нэмэзым ущытеувэкIи,

(219) нэмэз зыщIхэм уащыхэувэкIи,

(220) Езыращ [псори] зэхэзыхыр, зыщIэр!

(221) НывжесIэн фэ, шейтIанхэр нызыкIэлъыкIуэр?

(222) Ахэр накIэлъокIуэ дэтхэнэ пцIыупсми, гуэныхьыщIэми.

(223) Ахэр [мелыIычхэм] якIэщIодэIухьри зэхахыр яIуэтэж, ауэ [зыхуэбзэгуфIэхэми] я нэхъыбэр пцIыупсщ.


 

(224) УсакIуэхэм гъусэ яхуохъу гъуэщахэр.

(225) Плъагъуркъэ абыхэм я нэр къыщипхъуауэ дэтхэнэ къуэладжэми къызэрыщаджэдыхьыр,

(226) ямылэжьар яIуатэу.

(227) Абыхэм ящыщкъым Iиман къэзыхьу, фIы зыщIэу, Алыхьым и цIэр куэдрэ къизыIуэхэр;

(228) лей къызылъысахэм къащыжхэр. А лейзехьэхэм мыгувэу къащIэнущ я Iуэхур къызэрыщIидзыжынур.



Поделиться с друзьями:

Опора деревянной одностоечной и способы укрепление угловых опор: Опоры ВЛ - конструкции, предназначен­ные для поддерживания проводов на необходимой высоте над землей, водой...

Биохимия спиртового брожения: Основу технологии получения пива составляет спиртовое брожение, - при котором сахар превращается...

Организация стока поверхностных вод: Наибольшее количество влаги на земном шаре испаряется с поверхности морей и океанов (88‰)...

Двойное оплодотворение у цветковых растений: Оплодотворение - это процесс слияния мужской и женской половых клеток с образованием зиготы...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.227 с.