Сурэ 40. Гуэныхьгъэгъур (гъафир) — КиберПедия 

Адаптации растений и животных к жизни в горах: Большое значение для жизни организмов в горах имеют степень расчленения, крутизна и экспозиционные различия склонов...

Индивидуальные очистные сооружения: К классу индивидуальных очистных сооружений относят сооружения, пропускная способность которых...

Сурэ 40. Гуэныхьгъэгъур (гъафир)

2018-01-03 243
Сурэ 40. Гуэныхьгъэгъур (гъафир) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) Хьа, миим.

(2) МыТхылъырнезыгъэхарАлыхьлъагэупсомищыгъуазэращ,

(3) гуэныхьырзыгъэгъуу, къэзыгъэзэжырзыщтэу, гIэзабымкIэлъэщыращ, жумартыращ. ТхьэщыIэкъымЕзымнэмыщI, фызэрыхьэжынуриАбыипащхьэращ.

(4) АлыхьымиIэятхэмкIэуэкъоныкъуэкъунурджаурхэращ. АбыхэмхэкумщаIэзэфIэкIымзумыгъэтхьэкъу.

(5) АбыхэмяпэкIэНухьижылэми, иужькIэкъэкIуагупхэми [Тхьэминэщэнэхэр] пцIыуэкъалъытащ; дэтхэнэIумэтрихэтащялIыкIуэряукIыжыну, икIи, пэжырпцIыкIэдагуэнщхьэкIэ, къеныкъуэкъуати, СэахэрдумпзэтесщIащ, дауэкъыпщыхъурэСитезырыр!

(6) АпхуэдэузэщIащуиТхьэмипсалъэр:джаурхэрЖыхьэнмэдакъэжьхъуащ!

(7) [МелыIычхэу], ГIэршырзыIыгъхэмрэабыкъеувэкIахэмрэяТхьэмщытхъурхуагъэш, псэкIибгъэдэтщикIиIиманзиIэхэмкъахуигъэгъунуйолъэIу: "УэдиТхьэ! УигущIэгъумрэуищIэныгъэмрэпсорикъызэщIаубыдэ! КъэзыгъэзэжуУигъуэгукъытехьэжахэмяхуэгъэгъуимафIэмигIэзабымщыхъумэ!

(8) УэдиТхьэ! Ахэри,абыхэмяадэжьхэу, ящхьэгъусэхэу, ящIэблэхэуфIэрафIэхъуахэрикъызэрыбгъэгугъаЖэнэтымгъакIуэ! Уэращ лъэщу Iущыр!

(9) Ахэр Iейм щыхъумэ,Уэ а Махуэм и гуэныхьыр зыщхьэщыпхым гущIэгъу хуэпщIауэ аращ. Ар насыпышхуэщ!

(10) [А Махуэм мелыIычхэр] джаурхэм егуоунущ: "Фэ фигу зэрызэбгъэжам нэхърэ нэхъ лъэщу Алыхьым и гур къывэбгъащ: фэ, Iиманым фыщыхураджэм, джауру зыкъэвгъэнащ".

(11) Абыхэм жаIэнущ:"Уэ ди Тхьэ!Уэ тIоней дыбгъалIэри тIэуней дыкъэбгъэхъужащ[527]. Дэ ди гуэныхьымкIэ зыдумысыжащ, мы Iуэхум хэкIыпIэ гуэр иIэ?"

(12) Ар къыщIыфтехуар Алыхь зи закъуэм фыщыхураджэкIэ Ар фи фIэщ хъуртэкъым, ауэ Iыхьэгъу щыхуащIкIэ,ар фи фIэщ хъурти, аращ. Унафэр зыIэщIэлъыр Алыхь лъагэу лъэщыращ!

(13) Аращ – Езыращ и нэщэнэхэр фэзыгъэлъагъур, фи шхыныгъуэри уафэм къыфхуезыгъэхыр. Ауэ ар зэхэзыщIыкIыр еувэлIахэм я закъуэщ.

(14) Алыхьым гу къабзэкIэ фыхуэпщылI икIи фыхуэжыIэщIэ, ар джаурхэм я жагъуэу щытми.

(15) Ар сыт нэхъри нэхъ лъагэщ, Ар ГIэршым и тепщэщ, Абы и пщылIхэм щыщу зыхуейм уэхьий къыхуегъакIуэ, [цIыхухэр къэтэджыжу]щызэIущIэжыну Махуэм хуигъэсакъыу,

(16) а Махуэм псори къэнэIуэнущ, Алыхьым зыри щыгъэпщкIуа хъунукъым. А Махуэм тепщэу щытыр хэт? Алыхь закъуэу лъэщыращ!

(17) А Махуэм щхьэж ищIам пэкIуэр игъуэтыжынущ, а Махуэм зыми зыри къекъуэншэкIынукъым. Алыхьым и хейр щIэхщ!

(18) Хуэгъэсакъ, [Мухьэммэд], ахэр Махуэ къэблагъэм, шынагъуэм я гур къурмакъейм къыщихусыну [Махуэм]. Лейзехьэхэми къэзыхъумэнрэ къащыжынрэ ягъуэтынукъым.

(19) Езым ещIэ нэм имылъагъури, гум игъэпщкIури.

(20) Алыхьым хейр захуэу ещIэ; мыдрейуэ, Езым и пIэкIэ, зыхуэпщылIхэм зыми и хей ящIэркъым. Алыхьым псори зэхех, елъагъу!

(21) Ахэр мы дунейм тетакъэ, щхьэ ямылъэгъуарэ ипэрей [джаурхэм] я кIэух хъуар? [Ипэрейхэр] къарукIи нэхъ лъэщт, нэхъ лъэужьышхуи щIым къытранат. Ауэ Алыхьым ахэр я гуэныхьым тригъэкIуэдэжащ, Алыхьым щызыхъумэни ягъуэтыжакъым.

(22) Аращ — къэзыгъэпэж нэщэнэхэр яIыгъыу лIыкIуэхэр къащыхуэкIуэкIэ, къеувалIэртэкъыми ахэр Алыхьым думп ищIащ: Ар лъэщщ, тезырымкIи гуащIэщ!

(23) Дэ Мусэ Ди Iэятхэмрэ къэзыгъэпэж нэщэнэхэмрэ иIыгъыу дгъэкIуат (24) ФиргIэун, Хьэман, Къарун сымэ я деж. Ауэ абыхэм жаIащ: "Мыр удщ,пцIыупсщ".

(25) Ди пэжыр ихьу, ар щахуэкIуэм, абыхэм жаIащ: "Мыбы гъусэ хуэхъуахэм я къуэхэр фукIи я бзылъхугъэхэр къэвгъанэ".Ауэ джаурхэм я хуэгъэщагъэм, гъуэщэныгъэ фIэкIа, зыри къихьыркъым.

(26) ФиргIэун жиIащ: "Мыдэ сывгъэукI Муса, езыр и Тхьэм ирелъэIу [къызигъэлыну]; сэ согузавэ абы фи диныр ихъуэжынкIэ е дунейр игъэутхъуэнкIэ!"

(27) Муса жиIащ: "Сэ си Тхьэми фи Тхьэми солъэIу сащихъумэну Къемэт махуэр зи фIэщ мыхъуу зызыгъэпIийхэм".

(28) ФIиргIэун и дамэщIэтхэм ящыщу зи Iиманыр зыущэху гуэрым жиIащ: "АтIэ си тхьэр Алыхьыращ зэрыжиIэм щхьэкIэ фукIыну, абы и Тхьэм и нэщэнэ пэжхэр къыфхуихьарэ пэт. Ар пцIыупсмэ, и пцIыр зытехуэжынур езыращ. Ар цIыху пэжмэ, фызыщигъэшынэм щыщ гуэр къыфтепсыхэнщ. Алыхьым иузэщIыркъым щыкIахэмрэ пцIыупсхэмрэ.

(29) Уэ ди жылэ!Нобэ фэ мы щIыгум тетыгъуэр щывиIэщ. Ауэ Алыхьым и гIэзабыр къыттепсыхэмэ, абы хэт дыщихъумэн?" ФиргIэун къажреIэ: "Сэ фэзгъэлъагъур сэ слъагъуращ, сэ фызытезгъэувар гъуэгу захуэращ".

(30) Iиман зиIэ лIым къажриIащ:"Уэ ди жылэ!Сэ сошынэ джаур гупым я махуэр къыфтепсыхэнкIэ, (31) Нухь и жылэми, гIадхэми, самудхэми, абыхэм яужькIэ къэкIуахэми къатепсыхам хуэдэ. Алыхьыр и цIыхухэм екъуэншэкIыу хуейкъым!

(32) Уэ ди жылэ! Сэ Къемэт махуэм и гIэзабымкIэ сыфхуошынэ,

(33) фи щIыб къэвгъазэу фыщыщIэпхъуэжыну Махуэм фэ Алыхьым зыми фыщихъумэфынукъым. Алыхьым игъэгъуэщам гъуазэ иIэжкъым".


 

(34) Исуфи нэхъапэм къыфхуэкIуат къэзыгъэпэжхэр иIыгъыу, ауэ а къыфхуихьам шэч къытефхьэн щывгъэтакъым. Ар лIа нэужьым фэ жыфIащ: "Абы иужькIэ Алыхьым лIыкIуэ къигъэкIуэжынкъым", — жыфIэри. Апхуэдэу Алыхьым егъэгъуащэ щыкIхэр, [динымкIэ] гуитIщхьитIхэр.

(35) Мыдрейуэ, къэзыгъэпэж къаримыта пэтми, Алыхьым и нэщэнэхэм иридауэхэр Алыхьми Iиман зиIэхэми ялъагъу хъуркъым! Апхуэдэу зызыгъэпIийхэмрэ залымхэмрэ я гур Алыхьым зэгуепIэж.

(36) ФиргIэун жиIащ: "Уэ Хаман,чэщанэ лъагэ схуэщI, хэт ищIэрэ, гъуэгу къэзгъуэтынкIи мэхъу,

(37) уафэм сынэсу Муса и Тхьэм сеплъын щхьэкIэ; сэ си гугъэщ ар пцIыупсу". Апхуэдэу фиргIэун и Iуэху бзаджэр къыхуагъэдахэри ягъэгъуэщащ. ФиргIэун и хъуэгъэщагъэр зытекIуэдэжын Iуэхут.

(38) А Iиман зиIэм жиIащ:"Уэ ди жылэ! Сяужь фыкъиуви пэжым фыхуэсшэнщ.

(39) Уэ ди жылэ! Мы дуней хьэхур кIэщIщ; ух зимыIэжыр ахърэтыращ.

(40) Iей зыщIэм ищIам пэкIуэращ къылъысыжынур; цIыхухъумрэ бзылъхугъэмрэ ящыщу Iиман зиIэу фIы зыщIахэр Жэнэтым кIуэнурэ фIыгъуэр бжыгъэншэу къратынущ.

(41) Уэ ди жылэ! Сэ фыкъызэрелынум фыхузоджэ, фэ мафIэм щхьэ сыхуевджэрэ?

(42) Фэ сэ сыхуводжэ Алыхьыр си фIэщ мыхъуну, зыхэзмыщIыкIхэри Езым Iыхьэгъу хуэсщIыну; сэ фызыхуезджэр Лъэщыращ, Гуэныхьгъэгъуращ!

(43) Шэч хэлъкъым, сэ фэ сызыхуевджэр дунейми ахърэтми узыхуэмейращ; дэ дызэкIуэлIэжынур Алыхьыращ, щыкIахэр Жыхьэнмэ дакъэжь хъунущ!

(44) Мы сэ нывжесIэр зэ фигу къэкIыжынущ;сэ си Iуэхур Алыхьым IэщIызолъхьэ, Алыхьым и цIыхухэм [я IуэхущIафэр] елъагъу".

(45) Къыхуагъэхьэзыра хъуэгъэщагъэ бзаджэм ар Алыхьым щихъумащ, ФиргIэунрэ и жылэмрэ гIэзаб гуащIэр къатехуащ

(46) ахэр пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми мафIэмкIэ ягъэлыгъуэнущ, ауэ Къемэт махуэми [мелыIыч къэджэнущ]: "ФиргIэунрэ и блыгущIэтхэмрэ гIэзаб гуащIэм хэфшэ!" –жиIэнурэ.

(47) Ахэр Жыхьэнмэм щызэрышхынущ; цIыху цIыкIум жаIэнущ, тепщэу щытахэм жраIэу: "Дэ фэ дынывэдаIуэу щытащ, иджы мы мафIэм щыщ тIэкIу тхьэщыфхыфыну?"

(48) ЗызыгъэпIийуэ щытахэм жаIэнущ:"Дэ псори [Жыхьэнмэм] дыхэсщ, Алыхьым цIыхухэм я хейр ищIащ!"

(49) МафIэм хэсхэм Жыхьэнмэм и плъырхэм жраIэнущ: "Фи Тхьэм фытхуелъэIу, ди гIэзабыр зы махуэ нэхъ мыхъуми тщигъэпсынщIэну".

(50) [Плъырхэм] къыжраIэнущ:"Сыт щхьэкIэ, къэзыгъэпэжхэр яIыгъыу фи лIыкIуэхэр къыфхуэкIуатэкъэ?" Мыдрейхэм жаIэнущ: "Ае мыгъуэ, [къытхуэкIуат]". [Плъырхэм] аргуэру къыжраIэнущ: "АтIэ фылъаIуэ!" Ауэ джаурхэм я лъэIум зыри кърикIуэркъым!

(51) Дэ ди лIыкIуэхэмрэ Iиман къэзыхьахэмрэ дуней хьэхуми щыхьэтхэр къыщыувыну Махуэми дадэIэпыкъунущ.

(52) А Махуэм гуэныхьыщIэхэм заумысыжми, ар къащхьэпэжынукъым. Абыхэм нэлатыр ятелъщ, хэщIапIэ мыгъуэри къапэщылъщ.

(53) Дэ Муса гъуазэ къеттащ, IисраIил и щIэблэми ФIыцIагъэр щIэину къахуэдгъэнащ,

(54) акъылыфIэхэр иригъуазэу икIи иущийуэ.

(55) ЗышыIэ, [Мухьэммэд], Алыхьым укъызэригъэгугъар фIэкIыпIэ зимыIэщ; уи гуэныхьыр къыпхуигъэгъуну елъэIуи, пщыхьэщхьэми пщэдджыжьми уи Тхьэм щытхъур хуэIэт.

(56) Къэзыгъэпэж къахуэмыкIуэрэ пэт Алыхьым и Iэятхэм щхьэкIэ ныкъуакъуэхэм загъэпагэу аращ, ауэ зыхуейм я Iэр лъэIэсынукъым. Уэ, [Мухьэммэд], Алыхьыр телъхьэ щIы, — Аращ псори зэхэзыхыр, зыыылъагъур!

(57) Уафэхэмрэ щIымрэ я къэгъэщIыныр куэдкIэ нэхъ гугъущ цIыхухэм я къэгъэщIыным нэхърэ, ауэ ар цIыхум я нэхъыбэм ящIэркъым.

(58) Нэфымрэ зи нэ къаплъэмрэ зэхуэдэкъым,Iиман зиIэу фIы зыщIэмрэ Iей зыщIэмрэ [зэхуэдэкъым], щхьэ фемыгупсысрэ!

(59) Шэч хэмылъу [Къемэт махуэм] и пIалъэр къэсынущ, ауэ цIыхум я нэхъыбэм я фIэщ хъуркъым.

(60) Фи Тхьэм жиIащ: "ФыкъызэлъэIуи, фхуэсщIэнщ! Сэ къысхуэпщылIыну зэзымыпэсхэр я напэр текIауэ Жыхьэнмэм кIуэнущ".

(61) Алыхьыращ жэщыр псэхугъуэ, махуэри нэху (лэжьэгъуэ) фхуэзыщIар. Алыхьыращ цIыхум яхуэжумартыр, ауэ цIыхум я нэхъыбэм ар фIыщIэ ящIыркъым.

(62) Апхуэдэщ Алыхьу фи Тхьэр, сытми и къэгъэщIакIуэр; Езым нэмыщIи тхьэ щыIэкъым. Сыту Iейуэ фыкъагъэпцIа!

(63) Ещхьыркъабзэу къопцIэ Алыхьым и Iэятхэр зымыдахэри.

(64) Алыхьыращ щIылъэр псэупIэ фхуэзыщIар, уафэр къыфщхьэщызыгъэувар, фи теплъэр игъэпсу бжьыфIэ фызыщIар, фIыгъуэ къывэзытар. Апхуэдэщ Алыхьу фи Тхьэр! ЛъапIэщ Алыхьу дунейхэм я Тхьэр!

(65) Езыращ мылIэжынур, Езым нэмыщIи тхьэ щыIэкъым. Езым гукъабзэкIэ фелъэIу икIи фыхуэжыIэщIэ! Щытхъур зыхуэфащэр дуней псом я тхьэ Алыхьыращ!

(66) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: "Си Тхьэм къыбгъэдэкIыу Iэят наIуэхэр къысхуэкIуа нэужь, Алыхьыр къэвгъэнауэ фэ фызыхуэпщылIхэм сахуэмыпщылIыну къысхуагъэуващ. Унафи къысхуащIащ дунейхэм я Тхьэм сеувэлIэну".

(67) Аращ – Езыращ ятIэм, итIанэ нэпсырым фыкъыхэзыгъэщIыкIар, итIанэ псыдыуэм ещхь фызыщIыр, итIанэ сабийуэ [дунейм] фыкъытезыгъэхьэр, итIанэ лIыпIэм фынэзыгъэсыр, итIанэ жьы фызыгъэхъур. Фэ фхэтщ къымылъхуу лIэжи, къалъхуари и ажалыр къэсыху мэпсэу- щхьэ зэхэвмыщIыкIрэ![528]

(68) Аращ – Езыращ къэзыгъэпсэури зыгъэлIэжри. Ар зыхуейуэ "Ирехъу!" жыхуиIэр мэхъу[529].

(69) Уэ плъагъуркъэ Алыхьым и Iэятхэм щхьэкIэ ныкъуакъуэхэр? Сыту пэжым пэIэщIэ

(70) ахэр, Ди Тхылъымрэ Ди лIыкIуэхэм яхуедгъэхьамрэ пцIыуэ къэзылъытахэр. Ауэ сыкъащIэнщ абыхэм

(71) пщэхъумрэ лъэхъумрэ ярылъу щыхалъафэкIэ

(72) псывэм, итIанэ мафIэм щрагъэскIэ.

(73) ИтIанэ абыхэм къыжраIэнущ: "Дэнэ щыIэ фызыхуэпщылIу щыта тхьэнэпцIхэр,

(74) Алыхьыр къэвгъэнауэ? Абыхэм жэуап къатынущ:" ТщIэркъым. Дэ япэм зыми дыхуэпщылIакъым". Апхуэдэу Алыхьым егъэгъуащэ джаурхэр.

(75) Ар къыщIыфтехуар мы дунейм фи къуаншагъэм фригуфIэу, абы зривгъэпIийуэ фызэрытетаращ!

(76) Фихьэ Жыхьэнмэм, игъащIэкIэ фисыну! ЗызмыщIэжхэм я хэщIапIэр мыгъуэщ.

(77) ЗышыIэ, [Мухьэммэд], Алыхьым укъызэригъэгугъар фIэкIыпIэ зимыIэщ; е ахэр зэрыдгъэшынэм щыщ гуэрхэр уэдгъэлъагъунщ, е [уэдмыгъэлъагъуу] дунейм уетшэхыжынщ. Псоми ди деж къагъэзэжынущ.

(78) Дэ уияпэкIи лIыкIуэхэр дгъэкIуат; абыхэм ящыщ зыкъомым я тхыдэр Дэ ныпхуэтIуэтащ, зыкъомым яйри ныпхуэтIуэтакъым. Зы лIыкIуэми телъыджэ къыхуэгъэлъэгъуэнутэкъым Алыхьым и Iизыныншэу. Алыхьым иуха пIалъэр къыщыскIэ, и унафэр зэщIэнущ, Ди Iэятхэр пцIыуэ зыбжахэри хилъэфэнущ.

(79) Алыхьыращ Iэщхэр къывэзытар: иныкъуэм фризекIуэну, адрейхэр фшхыну.

(80) Абыхэм я фIагь фэ къывокI; фызыхуейм фринос, абыхэм фыкърахьэкI, кхъухьхэми фыкърашэкI.

(81) Абы и телъыджэхэри фегъэлъагъу, Алыхьым и телъыджэхэм ящыщу дэтхэнэра фымыдэр?


 

(82) Ахэр мы дунейм тетакъэ, щхьэ ямылъэгъуарэ пасэрей [джаурхэм] я кIэух хъуар? Ахэр (джаурхэр) бжыгъэкIи нэхъыбэт, къарукIи щIылъэм къытрана лъэужьымкIи нэхъ лъэщт. Ауэ а зралъэфэлIам къригъэлакъым ахэр!

(83) Къэзыгьэпэжхэр яIыгъыу Ди лIыкIуэхэр къащыхуэкIуэм, ахэр я щIэныгьэм иригуфIэрт. Ауэ ахэр зыщIэнакIэу щытам ихьыжащ.

(84) Ди лъэщагъыр щалъагъум, абыхэм жаIащ: «Алыхьым и закъуэныгъэр ди фIэщ хъуащ, Iыхьэгъу хуэтщIу щытахэри дбгынэжащ».

(85) Абыхэм Ди лъэщагъыр ялъэгъуа нэужь, къахьыжа Iиманыр къащхьэпэжынукъым. Ар Алыхьым и цIыхухэм къахуигъэува хабзэщ. Абдежым джаурхэр хилъэфэнущ!



Поделиться с друзьями:

Индивидуальные очистные сооружения: К классу индивидуальных очистных сооружений относят сооружения, пропускная способность которых...

Типы оградительных сооружений в морском порту: По расположению оградительных сооружений в плане различают волноломы, обе оконечности...

История развития пистолетов-пулеметов: Предпосылкой для возникновения пистолетов-пулеметов послужила давняя тенденция тяготения винтовок...

Историки об Елизавете Петровне: Елизавета попала между двумя встречными культурными течениями, воспитывалась среди новых европейских веяний и преданий...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.029 с.