Сурэ 18. Бгъуэнщiагъыр (iэл-кэхф) — КиберПедия 

Семя – орган полового размножения и расселения растений: наружи у семян имеется плотный покров – кожура...

Папиллярные узоры пальцев рук - маркер спортивных способностей: дерматоглифические признаки формируются на 3-5 месяце беременности, не изменяются в течение жизни...

Сурэ 18. Бгъуэнщiагъыр (iэл-кэхф)

2018-01-03 252
Сурэ 18. Бгъуэнщiагъыр (iэл-кэхф) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Щытхъур зыхуэфащэр зи пщылIым Тхылъыр къыхуезыгъэхаращ, пхэнж лъэпкъ хэмылъу!

(2) и щхьэр течауэ — [джаурхэр] и гIэзабышхуэм щигъэшынэн щхьэкIэ, икIи Iиман зиIэу фIы зыщIэхэр фIыгъуэшхуэ (жэнэт) къапэщылъымкIэ игъэгуфIэн щхьэкIэ,

(3) ахэр игъащIэкIэ абы исынущ;

(4) "Алыхьым бын иIэщ", — жызыIэхэр игъэшынэн щхьэкIэ.

(5) Абыхэми, я адэхэми а Iуэхум зыри хащIыкIыркъым. Ар псалъэшхуэIуэу абыхэм къажьдокI! Абыхэм жаIэр пцIы гъущэщ!

(6) Абыхэм укIэлъыплъурэ, Iиман къызэрамыхьым уригузавэурэ, уатекIуэдэнкIэ мэхъу.

(7) ЩIыр абы тет псомкIи дгъэщIэрэщIащ, цIыхухэр я IуэхущIафэкIэ зэхэдгъэкIын щхьэкIэ![382].

(8) [ИужькIэ] Дэ ар зыри къызытемыкIэж щIы щхьэфэ пцIанэ тщIыжынущ.

(9) Хьэмэрэ уэ уигугъэ бгъуэнщIагъым щIэсахэмрэ Ракъимымрэ[383] Ди телъыджэхэм я нэхъ телъыджэжу?

(10) ЩIалэхэм бгъуэнщIагъым зыщагъэпщкIури Тхьэм елъэIуащ:" Уэ ди Тхьэ, гущIэгъу къытхуэщIи фIым дыхуэшэ!"

(11) Дэ ахэр бгъуэнщIагъым илъэс IэджэкIэ щыжгъэжеящ.

(12) ИтIанэ Дэ ахэр къэдгъэушыжащ, зэрыжея зэманыр нэхъ тэмэму зыщIэр къэдгъэнаIуэн щхьэкIэ.

(13) Дэ абыхэм я хъыбар пэжыр ныбжидоIэ: ахэр Тхьэр зи фIэщ хъуа щIалэхэти, Дэ абыхэм я Iиманыр хэдгъэхъуащ.

(14) Дэ абыхэм ягур дгъэбыдат, ахэр къэуву:" Дэ ди Тхьэм уафэхэмрэ щIылъэмрэ я Тхьэращи, дэ, Абы нэмыщI, нэгъуэщI тхьэ деувэлIэнукъым: арыншамэ, дэ пэжым пэIэщIэ дохъу", - щыжаIэм.

(15) Мыр ди жылэращ, ахэр, Езым нэмыщI, нэгъуэщI тхьэхэм еувэлIащ, абыхэм я тхьэхэр къэзыгъэпэж гуэр дагъэлъэгъуами сыт хъунт! Алыхьым пцIы тезылъхьэхэм нэхърэ хэт нэхъ къуаншэ!"

(16) Абыхэми, Алыхьыр къагъэнауэ ахэр зыхуэпщылIхэми фи щIыб щахуэвгъазэкIэ, бгъуэнщIагъым фекIуэлIэж. Фи Тхьэм и гущIэгъур къыфлъигъэIэсынщи, фи псэукIэри нэхъыфI ищIынщ.

(17) Уэ плъагъунут, дыгъэр къыщыкъуэкIкIэ, абы бгъуэнщIагъыр ижьырабгъумкIэ къызэрикIухьыр, щыкъухьэжкIи сэмэгурабгъумкIэ къызэригъанэр, езыхэр икум къинэу. Ар Алыхьым и телъыджэхэм ящыщщ. Алыхьым иузэщIыр гъуэгу захуэм тоувэ. Абы игъэгъуащэм къыщыжынти гъуази къыхуэбгъуэтыжынукъым.

(18) Уэ къыпфIэщIынут ахэр мыжейуэ, ауэ ахэр мэжей; Дэ ахэр ижьымкIи сэмэгумкIи догъазэ, я хьэми и фIалъитIыр щIыхьэпIэмкIэ гъэзащ. Уэ абыхэм уаIуплъамэ, уащышынэнти ущIэпхъуэжынт.

(19) Арати, Дэ ахэр къэдгъэушыжащ, езыхэр зэупщIыжын щхьэкIэ. Языр щIэупщIащ: "Сыт хуэдизрэ фыщылъа?" КъыжраIащ: "Дэ зы махуэ е махуэ ныкъуэ дыщылъащ" ИтIанэ жаIащ: "Фи Тхьэм нэхъыфIу ещIэ сыт хуэдизрэ фыщылъами; фящыщ гуэр къалэм вгъакIуэ фи ахъшэр иIыгъыу: къырелъыхъуэ нэхъ шхын IэфIыр, икIи абы щыщ къыфхурехь. Ауэ иресакъ, зыми фыкъримыгъэщIэн щхьэкIэ.

(20) Абыхэм фыкъахутэмэ, е мывэкIэ фаукIынщ, е я диным фырагъэхьэжынщ, мис итIанэ фыунэхъуащ".


 

(21) Апхуэдэу Дэ ахэр [цIыхухэм] къедгъэгъуэтыжащ, Алыхьым и псалъэр зэрыпэжыр, Къемэт махуэм шэч зэрыхэмылъыр къагурыIуэн щхьэкIэ. Абдежым ахэр зэныкъуэкъури жаIащ: «Чэщанэ тефщIыхь, я Тхьэм ахэр нэхъыфIу ецIыху». Щызэныкъуэкъум текIуахэм: «Мэжджыт тетщIыхьынщ!» - жаIащ.

(22) Абыхэм жаIэнущ: «Ахэр щы мэхъу, хьэр еплIанэу»; [нэгъуэщIхэми] хуагъэфащэу жаIэнущ: «Ахэр тху мэхъу, хьэр еханэу»; [нэгъуэщIхэми] жаIэнущ: «Ахэр блы мэхъу, хьэр еянэу». ЯжеIэ: «Си Тхьэм нэхъыфIу ещIэ абыхэм я бжыгъэр. А бжыгъэр зыщIэр закъуэтIакъуэщ». Мы IуэхумкIэ уэ зыми уемыныкъуэкъу, ныбжетIам ущхьэдэхыу; икIи абыхэм я хъыбарымкIэ зыми уемыупщI.

(23) Зым щхьэкIи: «Мыр пщэдей сщIэнщ!» - жумыIэ,

(24) «Алыхьым жиIэмэ», - жыпIэу щIумыгъужу. Ауэ ар пщыгъупщэмэ, уи Тхьэр уигу къэгъэкIыж. ИкIи жыIэ: «Си Тхьэм нэхъри пэгъунэгъу сищIынкIэ хъунщ гъуэгу захуэм».

(25) Ахэр я бгъуэнщIагъым щIэлъащ илъэс щищкIэ, итIани илъэсибгъукIэ[384].

(26) ЯжеIэ: «Алыхьым нэхъыфIу ещIэ ахэр сыт хуэдизрэ щIэлъами, Езыращ зыIэщIэлъыр уафэхэмрэ щIылъэмрэ я щэхур. Сыту щыпкъэу илъагъурэ икIи зэхихрэ Абы! [КъигъэщIахэм] яIэкъым къащхьэщыжын, Езым нэмыщI; унафэ щищIкIи зыми еупщIыжыркъым.

(27) Уи Тхьэм къыпхуригъэха Тхылъым къахуеджэ; Абы и псалъэм хъуэж иIэкъым, Езым нэмыщIи егъэзыпIэ бгъуэтынкъым.

(28) Я Тхьэм хуэгъэзауэ пщэдджыжькIи пщыхьэщхьэкIи елъэIухэм гурэ псэкIэ гъусэ яхуэхъу. Ахэр къэбгъанэу, дуней хьэхум и тхъэгъуэм зыдомыгъэхьэх. ИкIи уемыдаIуэ зи псэм дэзыгъэшу дызыщыгъупщам, ар икъукIэ щхьэпрех.

(29) ЯжеIэ: «Пэжыр къызыбгъэдэкIыр уи Тхьэращ: хэт хуейми Iиман къырехь, хуэмейми къыремыхь». Дэ джаурхэм яхуэдгъэхьэзыращ зэщIэзыубыдэну мафIэр. Ахэр псы щхьэкIэ щылъаIуэкIэ, абыхэм къыхуашиинущ псывэр, гъущI гъэткIуам хуэдэу, нэкIур къилыпщIу. Ар узэфэн гъуамэщ! Ар хэщIапIэ мыгъуэщ!

(30) Ауэ Iиман зиIэу фIы зыщIэхэм къахьа псапэр дгъэкIуэдынукъым.

(31) Ахэращ псыхъуэхэр щежэх жэнэтыр зеинур. Ахэращ дыщэ Iэпщэхъухэр яIэрылърэ дарий щхъуантэкIэ хуэпауэ шэнтжьейхэм тегъэщIар. Ар сыту тыгъэфI! Ар сыту хэщIапIэ дэгъуэ!

(32) Щапхъэу къахуэхь лIитIым я хъыбарыр. Язым еттащ жызум хадитI, пальмэкIэ къэухъуреихьарэ якум гъавэ дэсэжауэ.

(33) ХадитIри бэгъуащ ныкъусаныгъэншэу. А тIум якум псы дэдгъэлъэдащ

(34) Абы и жыгхэм къыпыкIати, и ныбжьэгъу и уэршэрэгъум жриIащ: «Сэ уэр нэхърэ мылъкукIи сынэхъ бейщ, цIыхукIи сынэхъыбэщ».

(35) Ар и хадэм ихьэжащ, езыр зэран зыхуэхъужауэ, жиIащ:" Си гугъэкъым мыр зэгуэр кIуэдыжыну,

(36) си гугъэкъым Къемэт махуэри къэсыну. Ауэ сэ си Тхьэм и пащхьэ сихьэжмэ, мыбы нэхърэ нэхъыфIыж абы щызгъуэтынущ".

(37) Къыдэуэршэр и ныбжьэгъум къыжриIащ:" уэ ятIэм, итIанэ нэпсырым укъыхигъэщIыкIыу цIыху узыщIар уи фIэщ мыхъуу ара?

(38) Ауэ сэ си Тхьэр Алыхьыращ, икIи сэ Абы Iыхьэгъу хуэсщIыркъым.

(39) Уи хадэм ущихьэжам щыгъуэ:"Мыр Алыхьым и тыгъэщ, Алыхьым нэмыщI къару щыIэкъым!" — жыпIэгъамэ арат. Сэ уэр нэхърэ мылъкукIи бынкIи сынэхъ тхьэмыщкIэу къэплъытэми,

(40) си Тхьэм къызитынкIи мэхъу уи хадэм нэхърэ нэхъыфI. Е [уи Тхьэр] къеуэу уи хадэр щIы щхьэфэ пцIанэ ищIыжынкIэ,

(41) е псыр игъэкIуэду уимыгъуэтыжынкIи мэхъу".

(42) Жыгым къыпыкIам хьэлэчыр къахуэкIуауэ щилъагъум, абы тригъэкIуэдар игум къыщIитхърэ и Iэпэм едзэкъэжу жиIащ:" Еууей, си Тхьэм зыри Iыхьэгъу хуэзмыщIащэрэт!" (43) Алыхьым нэмыщI абы къыдэIэпыкъун гъуси иIакъым, езыри зыдэIэпыкъужыфакъым.

(44) Апхуэдэм деж Алыхь зи закъуэращ хъумакIуэр. Езыращ нэхъ жумартыр, хэкIыпIэмкIи нэхъ Iущыр.

(45) Дуней гъащIэр щапхъэу къахуэхь: псыр уафэм нидогъэхри, ар къакIыгъэхэм ираф аби [мэбагъуэ], иужькIэ мэщэщэжри жьым ехьыж. Абы хуэдэщ дуней хьэхур. Алыхьым сытри лъокI.

(46) Мылъкури бынри дуней хьэхур зыгъэщIэращIэ къудейщ. Ауэ кIуэдыж зимыIэр уи Тхьэм и хьэтыркIэ блэжьа фIыращ, ар псапэми гугъапIэми я нэхъыфIщ.

(47) А Махуэу, къуршхэр итщIыкIыу, щIылъэр сэтей щыхъужкIэ, Дэ зыри къэмынэу псори дугъуеижынущ.

(48) Ахэр уи Тхьэм и пащхьэм сатырсатыру ирагъувэнущ. "ФыкъызэрыдгъэщIам хуэдэ къабзэу Ди пащхьэм фыкъихьэжаи, - къыжраIэнущ. - Фэ жыфIэрти пIалъэ пыухыкIа фхуэдмыгъэувауэ!"

(49) Тхылъыр[385] къыщагъэтIылъкIэ, плъагъункъэ абы итым щIэпхъаджэхэр зэригъэшынэр. Абыхэм жаIэнущ: "Дунэхъуащ, мы тхылъым мащIи куэди къимыгъанэу псори къызэщIикъуаи! Абыхэм я IуэхущIафэр наIуэу ялъэгъужынущ. Уи Тхьэр зыми екъуэншэкIынукъым.

(50) Дэ мелыIычхэм яжетIащ: "Щхьэщэ хуэфIщI Iэдэм!" Псоми щхьэщэ хуащIащ, Iиблис нэмыщI. Ар жинхэм ящыщт, и Тхьэм едэIуакъым. АтIэ, Сэ си пIэкIэ, абырэ абы и щIэблэмрэ телъхьэ фщIыну? Ахэр фэ фи бийщ! Сыту хъуэжыкIей хъуа щIэпхъаджэхэр!

(51) Сэ ахэр зыдэзгъэIэпыкъуакъым, уафэхэри щIылъэри къыщызгъэщIым, езыхэри къыщызгъэщIым. Сэ зыгъэгъуащэхэр дэIэпыкъуэгъу сщIыркъым.

(52) А Махуэм Езым жиIэнущ: " Къевджэт иджы, Сэ Iыхьэгъу къысхуэфщIу щытахэр!" Ахэр еджэнущ абыхэм, ауэ модрейхэр къапэджэжынукъым. Дэ абыхэм якум куутI дэдгъэуващ.

(53) ЩIэпхъаджэхэм мафIэр ялъэгъунурэ къагурыIуэнущ абы зэрыхэхуэнур, къыIузышыжыни ягъуэтынукъым.

(54) Дэ мы КъурIэным цIыхухэм щхьэкIэ псалъэжь Iэджи къыщытхьащ — цIыхур ерыщу мэныкъуакъуэ.

(55) ЦIыхухэм гъуазэ къащыхуэкIуэм Iиман къыщIамыхьар, тоби къыщIамыхьыжар, пасэрейхэм къащыщIар къащыщIыну, е гIэзабыр наIуэу ялъэгъуну хуейуэ аракъэ.

(56) Дэ лIыкIуэхэр щIахуэдгъакIуэр [даIуэхэр] ягъэгуфIэну, [мыдаIуэхэр] ягъэшынэну аркъудейщ. Джаурхэр мэдауэ пцIымкIэ пэжыр щIахъумэн ягугъэу, икIи Ди Iэятхэми Ди ущиехэми къащодыхьэшх.

(57) Тхьэм и Iэятхэр игу къыщыдгъэкIыжкIэ, абы и щIыб хуигъазэу, езым ищIар зыщыгъупщэжым нэхърэ хэт нэхъ щIэпхъаджэ? Дэ абыхэм ягум тебзэ хуэтщIащ, я тхьэкIумэхэри ткудащ [КъурIэныр] къагурымыIуэн хуэдэу. Ахэр гъуэгу захуэм хуебджэми гъуэгу захуэр зэикI къагъуэтынукъым.

(58) Уи Тхьэр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ - я IуэхущIафэм ахэр пигъэуджэжыну хуеямэ, гIэзабыр щIэхыу къатригъэпсэхэнт. Ауэ абыхэм пIалъэ уха яIэщ, икIи, Езым нэмыщI, нэгъуэщI егъэзыпIэ ягъуэтынукъым.

(59) Дэ мы жылэхэр щIэпхъаджэ щыхъум дгъэкIуэдащ, кIуэдыгъуэ пIалъэу яхуэдгъэувам хуэзэу.

(60)[386] Муса и гъусэ щIалэм жриIащ:" Илъэс куэд тезгъэкIуэдами, сэ сыкъэувыIэнкъым хитIыр щызэхэхуэм сынэмысауэ!"

(61) Ахэр [хитI] зэхэхуапIэм щынэсым, бдзэжьейр ящыгъупщэжащ, езыри хым хэпкIэри ежьэжащ.

(62) Абдежым блэкIауэ [Муса] и гъусэ щIалэм жриIащ: «Ди гъуэмылэр къытхуэхь, дэ мы гъуэгуанэм дыригъэзэшащ».

(63) ЩIалэм къыжреIэ: «ПщIэжрэ а къырым дыщыкъуэтIысхьам бдзэжьейм [къыдищIар] ныбжесIэну сщыгъупщащ, ар сщызыгъэгъупщари шейтIаныращ. [Бдзэжьейр] телъыджэу хым хэпкIэжат»

(64) [Муса] жиIащ: «Аракъэ дызыхуейххэр!» Арати, тIуми къагъэзэжри я лъэужьым къырикIуэжащ.

(65) Абдежым ахэр Си пщылIхэм ящыщ зы пщылI хуэзащ, Дэ абы Ди нэфI щыхуэри Ди щIэныгъэм щыщ едгъэщIат.

(66) Муса абы жриIащ: «Уи гъусэу сынакIуэ хъун, уэ къызэрыпхуэупса щIэныгъэм щыщ сыбгъэщIэн щхьэкIэ?»

(67) Модрейм къыжреIэ: «Сэ узигъусэмэ, уэ зыпхуэшыIэнкъым,

(68) уэ къыбгурымыIуэм [ущIэмыупщIэу] дауэ пшэчын?»

(69) [Муса] жеIэ: «Алыхьым жиIэмэ, сэ бэшэчу сыкъыщIэкIынщи, уи зы псалъи себакъуэнкъым»

(70) Модрейм къыжреIэ: «Си гъусэу унежьэмэ, зыкIи укъызэмыупщI, сэ ар уэ къыпхуэсIуатэху».

(71) Ежьэхэри, кхъухьым итIысхьа нэужь, модрейм абы и щIэр иугъуэнащ. Муса жиIащ: «Мыр щIэбугъуэнар мыбы исхэр ебгъэтхьэлэну ара? Хьэдэгъуэдахэщ мы уэ пщэр!»

(72) КъыжреIэж: «БжесIатэкъэ сэ узигъусамэ зэрызумышыIэфынур?»

(73) [Муса] жеIэ: «Ар зэрысщыгъупщам щхьэкIэ губгъэн къысхуомыщI, гугъуи сомыгъэхь».

(74) Ахэр ежьэжри, щIалэ цIыкIу къахуэзати, ар модрейм щиукIым, [Муса] жиIащ: «Псэ имыгъэнауэ мы хей цIыкIур щIэбукIар сыт? Къемызэгъщ мы уэ пщIар!»

(75) КъыжреIэж: «БжесIатэкъэ сэ узигъусэмэ зэрызумышыIэфынур?»

(76) [Муса] жеIэ: «Мыбы иужькIэ, зыгуэркIэ сыноупщIмэ, сызумыгъэгъусэж. Абы щыгъуэ уэ щхьэусыгъуэ бгъэутащ сызумыгъэгъусэжыну».

(77) Ежьэжхэри, зы къуажэ гуэрым щынэсым, къуажэдэсхэм ягъэшхэну елъэIуащ. Ауэ абыхэм ягъэхьэщIэн ядакъым. Абдежым ахэр къэуэн хьэзыру блын гуэр хуэзати, лIым ар игъэбыдэжащ. Муса жиIащ: «Ухуеямэ абы и пщIэр къеIыпхыфынут».

(78) КъыжреIэж: «Мис иджы дызэбгъэдокIыж, ауэ зыпхуэмышыIэу укъыщIызэупщIахэр иджы пхуэсуэтэнщ.

(79) Кхъухьым и Iуэхур: ар хым щылажьэ тхьэмыщкIэхэм яйт. Ар сэ щIэзугъуэнар, кхъухь псори къатезых пащтыхьыр къалъеIэрти аращ.

(80) Мыдрейуэ, щIалэ цIыкIум и Iуэхур: абы и адэанэр мыIуминти, Дэ дыгузавэрт; ахэр а щIэпхъаджэжь цIыкIум бэлыхь хидзынкIэ.

(81) Дэ дыхуейт абыхэм нэхъ быныфI Тхьэм къаритыну – и къэбзагъкIи и гумахуагъэкIи.

(82) Блыным и Iуэхур: ар къалэм щIалэ ибэ цIыкIуитIым яйт, абы и лъабжьэм хъарзынэ щIэлът. Абыхэм я адэр фIэрафIэти, уи Тхьэм иухат, ахэр лIыпIэ иува нэужь, а хъарзынэр къыщIахыжыну – ар уи Тхьэм и фIыщIэщ. Ар си щхьэм къисхыу сщIакъым. Аращ уэ пхуэмышыIэхэм я пэжыпIэр»

(83) Ахэр Зулкъарнейн щхьэкIэ къоупщIри, яжеIэ: «Сэ къыфхуэсIуатэнщ абы и тхыдэм щыщ.

(84) Дэ абы и лъэр мы щIым щыдгъэбыдэри, сытми хуэижь тщIащ.

(85) Езым ахэр къигъэсэбэпащ.

(86) Ар къухьэпIэм щынэсым, илъэгъуащ дыгъэр псы утхъуам хыхьэжу, абдежми жылэ гуэр щысу. Дэ жытIащ: «Уэ Зулкъарнейн! Абыхэм е гIэзабыр ятеплъхьэнщ е фIы хуэбгъэзэнщ».

(87) [Зулкъарнейн] жиIащ: «Дэ щIэпхъаджэм гIэзабыр тетлъхьэнщ, Тхьэм и пащхьэ ихьэжа нэужь нэхъ гуащIэжыр иригъэшэчынщ.

(88) Мыдрей Iиман зиIэу фIы зыщIахэм жэнэтыр къапэщылъщ, [дунеягъэкIи] гугъу езыгъэхьын япэдгъэувынукъым».

(89) ИтIанэ абы нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ игъэзащ.

(90) КъуэкIыпIэм щынэсым, ар ирихьэлIащ дыгъэм щызыхъумэн зимыIэ жылэ гуэрым.

(91) Аращ зэрыщытар. Дэ къызэщIэдубыдащ абы и IуэхущIафэр.

(92) ИтIани абы нэгъуэщI лъэныкъуэкIи игъэзащ.

(93) Къурш къуэладжэм щынэсым, ерагъкIэ фIэкIа псалъэ зэхэзымыщIыкI жылэ гуэрым хуэзащ.

(94) Абыхэм жаIащ: «Уэ Зулкъарнейн! АIужужхэмрэ МаIжужхэмрэ[387] дунейр ягъэутхъуэ. Дэ зэхуэтхьэсурэ тыгъэ пхуэтщIынт, ахэр тпэIэщIэ зыщIын блын къытхуэбгъэувамэ»

(95) ЯжреIэ: «[А тыгъэм] нэхърэ нэхъ лъапIэщ си Тхьэм си лъэр зэригъэбыдар. КъарукIэ фыкъыздэIэпыкъуи [зэпэIэщIэ фызыщIын] фякум дэзгъэувэнщ.

(96) ГъущIыпэ куэд къысхуэфхь». КъуршитIым якур щигъэсейм, жиIащ: «Гъуаплъэ ткIуаткIуэр къэфхьи дэскIэнщ».

(97) Абы щхьэпрыкIыни, ар яугъуэныни ялъэкIакъым [АIжужхэмрэ МаIжужхэмрэ].

(98) [Зулкъарнейн] жиIащ: «Мыр си Тхьэм и гущIэгъущ. Си Тхьэм иуха пIалъэр къыщыскIэ, ар игъэщэщэжынущ. Си Тхьэм и ухыгъэр шэч зыхэмылъыжщ!»

(99) А Махуэм Дэ ахэр, толъкъуным хуэдэу, зэрызехьэу къызэхэднэнущ. [Iисрафил и] сурым [етIуанэу] къыщещэкIэ, Дэ псори къэдугъуеижынущ.

(100) А махуэм джаурхэм я пащхьэ кидгъэувэнущ жыхьэнмэр

(101) ахэр Си диным хуэнэфрэ хуэдэгуу щытхэращ.

(102) АтIэ Iиман къэзымыхьахэм ягугъэу пIэрэт, Сэ си пIэкIэ, Си пщылIхэр телъхьэ къахуэхъуну? Дэ джаурхэм хэщIапIэу къахуэдгъэхьэзыращ жыхьэнмэр.

(103) ЯжеIэ: «НыфхуэсIуэтэн-нэхъ унэхъуахэм я хъыбар?

(104) Ахэр, фIы ящIэ ягугъэжу, дуней хьэхум елIалIэурэ гъуэщахэращ».

(105) Ахэр – я Тхьэм и Iэятхэмрэ Езым и пащхьэм зэрихьэжынумрэ зи фIэщ мыхъухэращ. Абыхэм я Iуэхур псыхэкIуадэщ, икIи Къемэт махуэм Дэ абыхэм пщIэ яхуэтщIыжынукъым.

(106) Аращ, жыхьэнмэращ, яхуэфащэр, джаурхэу къызэрынам, Ди Iэятхэмрэ Ди лIыкIуэхэмрэ ауан къызэращIам щхьэкIэ!

(107) Мыдрейуэ, Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIэхэм, хьэщIапIэу яIэнур жэнэтым и Фирдаусыращ (жэнэтым и нэхъыфIыпIэращ).

(108) ИкIи игъащIэкIэ абы щытхъэнущ, нэгъуэщIым щIымыхъуэпсу.

(109) ЖыIэ: «Хыр си Тхьэм и псалъэр зэрыптхын шакъэ хъуами, си Тхьэм и псалъэхэр птхын умыухыу, хыр игъуэщыкIынт, апхуэдиз къыхэхъуэжами».

(110) ЖыIэ: «Сэри фэ фхуэдэу сыцIыхущ; ауэ сэ уэхьий къысхехащ фи Тхьэр Тхьэ Закъуэрауэ. И Тхьэм хуэзэжыну щыгугъым IуэхуфI ирелэжь, икIи и Тхьэм щыхуэпщылIкэ Iыхьэгъу хуремыщI».


СУРЭ 19. МАРЯМ

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Кааф, ха йе, гIэиин, щаад.

(2) Мыр [зытеухуар] Езым и пщылI Зэчырей Тхьэм м нэфI къызэрыщыхуаращ.

(3) Ар и Тхьэм щэхуу елъэIуащ.

(4) Абы жиIащ: «Уэ си Тхьэ! Си къупщхьэхэр махэ хъуащ, си щхьэри къетхъухащ. СынолъэIуакIи зэикI сыбгъэщIэхъуакъым.

(5) Сяужь къинэну си Iыхьлыхэм сахуошынэ [гъуащэжынкIэ]. Си фызри фыз мылъхуэщи сынолъэIу си Iуэхур къызыхуэнэн къызэптыну.

(6) Сэри, Екъуб и лъэпкъми ди Iуэхур къыхуэнэнущи, си Тхьэ, арэза къыхуэхъу!»

(7) [Жэуапу зэхех]: «Уэ Зэчырей! ЩIалэкIэ удогъэгуфIэ, абы и цIэри Ехьящ. Абы ипэкIэ ар зыми фIэтщакъым».

(8) [Зэчырей] жеIэ: «Си Тхьэ, сэ дауэ щIалэ згъуэтын: си фызыр фыз мылъхуэу, си ныбжьри хэкIуэтауэ?»

(9) [Аргуэру] зэхех: «Уи Тхьэм жиIащ: «Ар сэркIэ гугъукъым, уэ ущымыIауэ укъэзыгъэщIари Сэращ».

(10) [Зэчырей] жеIэ: «Уэ си Тхьэ! Нэщэнэ къысхуэщI!» [Жэуапу зэхех]: «Уузыншэ пэтми, жэщищ-махуищкIэ уи бзэр иубыдынущи, ар уи дежкIэ нэщэнэщ»[388]

(11) Мухьэрэбым къихьэри и лъэпкъым IэпэтэрмэшкIэ къажриIащ, пщэдджыжькIи пщыхьэщхьэкIи зэчыр жаIэну.

(12) «Уэ Ехья ФIыцIагъэм щыпкъэу ирилажьэ!» - жытIэри, щыщIалэ танэм Iущыгъэри,

(13) гумахуэгъэри, къабзагъэри къеттащ. Ар къэхъуащ Тхьэм ФIэлIыкIыу,

(14) адэанэми яхуэмахуэу; икIи пхъашэуи жыIэмыдаIуэуи щытакъым.

(15) Абы Алыхьым и сэламыр къылъэIэсащ къыщалъхуа махуэми, щылIэжа махуэми, къыщытэджыжыну махуэми къылъэIэсынущ.

(16) Марям [и хъыбару] ФIыцIагъэм итыр къэIуатэ. Ар и Iыхьлым яхэкIщ, къуэкIыпIэмкIэ игъазэри, [и Тхьэм хуэпщылIыну][389]

(17) лъэныкъуэ зыригъэзащ. Дэ абы ДжэбрэIил хуэдгъакIуэри, цIыху сурэту и пащхьэм иуващ.

(18) [Марям] жиIащ: «Уэ Тхьэм уфIэлIыкIмэ, сэ ГущIэгъущIым солъэIу сыпщихъумэну».

(19) [ДжэбрэIил] жиIащ: «Сэ уи Тхьэм сыкъигъэкIуауэ аращ, щIалэ къабзэ къузэритынур [ныбжесIэну]»

(20) [Мэрям] жеIэ: «Сэ дауэ щIалэ згъуэтын, цIыхухъуи къызэмыIусауэ икIи сымыхьэулеяуэ?»

(21) КъыжреIэж: «Уи Тхьэм жиIащ: «Ар СэркIэ гугъукъым. Дэ ар телъыджэу къэдгъэхъунурэ Ди гущIэгъуу къахуэдгъэкIуэнущ. Ар уха Iуэхущ».

(22) [Марям] уэндэгъу хъури жыжьэу IукIащ.

(23) Къытелъадэ щыхъум, ар пальмэ лабжьэм щIэтIысхьэри, жиIащ: «Еууей мыгъуэ, мыбы ипэкIэ сылIэрэ сызэгъэжамэ аратэкъэ!»

(24) [МелыIычым] къыжриIащ: «Умынэщхъей: уи Тхьэм мыбдеж псыхьэлыгъуэ къыпхущIигъэжащ.

(25) Пальмэр гъэсыси къыпылъэлъынущ чыцIыбжьэ хъуахэр:

(26) ешхэ, ефэ, уи гур гъэтынш. ЦIыху плъагъумэ, яжеIэ: «Сэ ГущIэгъущIыр къэзгъэгугъащ си жьэр сыубыдынуи, нобэ зыми сепсалъэнукъым».

(27) [Марям] сабийр къихьыжри жылэм къыхэхьэжащ. Абыхэм къыжраIэ: «Уэ Марям! Мы пщIар хьэдэгъуэдахэщ.

(28) Уэ Хьэрун и шыпхъу! Уи адэр цIыху Iейуэ щытакъым, уи анэри хьэулеякъым».

(29) [Марям] и Iэпэр [сабийм] хуишиящ, [мыбы феупщI жыхуиIэу]. Мыдрейхэм [ягъэщIагъуэу] жаIащ: «Дауэ гущэм хэлъ сабийм дызэрепсэлъэнур?»

(30) Сабийм жеIэ: «Сэ Алыхьым сырипщылIщ. Сэ Абы ФIыцIагъэ къызитри бегъымбари сищIащ.

(31) ДэнэкIэ згъазэми фIэрафIэ сищIащ, къалэни къысщищIащ, сыпсэухукIэ нэмэзи сщIыну, сэджыти стыну,

(32) си анэми сыхуэмахуэну. Лейзехьэ насыпынши сищIакъым.

(33) Сыкъыщалъхуа махуэм И сэламыр къыслъэIэсащ, сыщылIэжыну махуэми сыкъыщытэджыжыну махуэми къыслъэIэсынущ».

(34) Аращ Марям и къуэ ГIиса [и хъыбарыр], шэч къызытырахьэ щыпкъэр жыпIэмэ.

(35) Алыхьым бын иIэныр епэсакъым, Ар зихуэдэ щымыIэщ! Абы зыгуэр щищIэнум деж, «Ирехъу!» - жеIэри мэхъу.

(36) Алыхьыр сэри си Тхьэщ, фэри фи Тхьэщ: фыхуэпщылI Абы. Аращ гъуэгу захуэр.

(37) ЦIыхухэм ящыщ гупхэр зэгурыIуэркъым[390]. Джаурхэр унэхъуащ, Къемэт махуэм гIэзабыр къапэщылъщи.

(38) Ахэр Ди пащхьэ къыщихьэжкIэ, псори наIуэу ялъэгъунущ икIи зэхахынущ. Ауэ щIэпхъаджэхэр нобэ мэгъуащэ.

(39) ФIэгъэлIыкI ахэр а щыщIегъуэжыну махуэм. Абдежщ унафэр щащIынур ауэ ахэр щхьэприхащи Iиман къахьыркъым.

(40) Дэ къытхуэнэжынущ щIыри абы тетхэри, [цIыхухэри] Ди пащхьэ къихьэжынущ.

(41) Iибрахьим и хъыбар[391] Тхылъым итыр яхуэIуатэ, - ар цIыху щыпкъэт, бегъымбарт.

(42) Абы и адэм жреIэ: «Уэ си адэ, сыт уэ ущIыхуэпщылIыр зыри зэхэзымыхыу, зыри зымылъагъуу, зыри къыпхуэзымыщIэфынум?

(43) Уэ си адэ! Уэ уимыIэ щIэныгъэр сэ къысхуэкIуащ. Сяужь къиуви, сэ гъуэгу захуэм утесшэнщ.

(44) Уэ си адэ! ШейтIаным ухуэмыпщылI. ШейтIаныр ГущIэгъущIым едаIуэкъым.

(45) Уэ си адэ! Сэ согузавэ уэ ГущIэгъущIым и гIэзабыр къыптехуэнкIэ, уэ шейтIаным пэшэгъу ухуэхъункIэ».

(46) [И адэм] къыжреIэж: «Уэ Iибрахьим, ди тхьэхэр умыдэжу ара? Щумыгъэтмэ, мывэкIэ узубэрэжьынщ. ЗыIуегъэхи, щIэх зызомыгъэлъагъу»

(47) [Iибрахьим] жиIащ: «Узыншэу ущыт! Си Тхьэм къыпхуигъэгъуну сыпхуелъэIунщ: Ар сэ къысхуэмахуэщ.

(48) Сэ фэри, Алыхьым нэмыщIу фызыхуэпщылIхэми сывбгъэдокI. Сэ си Тхьэм солъэIу, сыкъимыгъэщIыхъункIи согугъэ».

(49) Ар абыхэмрэ Алыхьым нэмыщIу ахэр зыхуэпщылIымрэ къащыбгъэдэкIым, къыщIэдгъэхъуащ Исхьэкърэ Екъубрэ, икIи псори бегъымбар тщIащ.

(50) Дэ абыхэм Ди гущIэгъур къалъэдгъIэсащ, я цIэ дахи жаIэну тщIащ.

(51) Муса и хъыбару Тхылъым итри яхуэIуатэ. Ар яхэзгъэфIыкIат, икIи лIыкIуэт, бегъымбарт.

(52) ТIурым[392] и ижьырабгъумкIэ дыкъыщеджэри, депсалъэн щхьэкIэ, гъунэгъу къэтщIащ.

(53) Дэ абы дыхуэупсэри и къуэш Хьэруныр бегъымбару бгъурыдгъэуващ.

(54) ИсмэгIил и хъыбару Тхылъым итыр яхуэIуатэ. Абы и псалъэр игъэпэжырт икIи лIыкIуэт, бегъымбарт.

(55) Абы и Iыхьлыхэр хуриджэрт нэмэз ящIыну, сэджыт хатыкIыну, езыми и Тхьэр къыхуэаразыт.

(56) Идрис и хъыбару Тхылъым итыр яхуэIуатэ. Ар щытащ цIыху щыпкъэу, бегъымбару.

(57) УвыпIэ лъаги къеттащ.

(58) Ахэр Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа бегъымбархэм ящыщщ: ахэр Iэдэм, Нухь и гъусахэм, Iибрахьим, IисраIил сымэ я щIэблэм къахэкIащ икIи дузэщIри яхэдгъэфIыкIащ. ГущIэгъущIым и Iэятхэм (КъурIэным) къащыхуеджэкIэ гъыуэрэ щIым зыхаIубэ *

(59) Абыхэм къащIэхъуа щIэблэ гуэрхэм нэмэзри ханащ, я гурыщIэми зыдагъэшащ, икIи ахэр кIуэдыпIэ ихуэнущ.

(60) Ауэ тобэ къахьыжу, къеувалIэу фIы зыщIахэр жэнэтым кIуэнущ, зыкIи я жагъуи къащIынукъым.

(61) Ар Гумахуэм и пщылIхэр къызэригъэгугъа жэнэт ямылъэгъуаращ. Абы къызэригъэгугъар егъэзащIэ!

(62) Абы щызэхахынукъым псалъэ надэ, зэхахынур сэламщ. Ахэр жэщи махуи ерыскъы щыщIэнукъым.

(63) Аращ Ди пщылIхэм ящыщу Тхьэм фIэлIыкIхэм къеттыну жэнэтыр.

(64)[393] «Дэ уи Тхьэм и унафэкIэ фIэкIа дыкъехыркъым: Аращ зыIэщIэлъыр къэхъунури, къэхъуари, а тIум яку дэтри. Уи Тхьэр щыгъупщэхкъым!

(65) Ар уафэхэми, щIылъэми, яку дэтми я Тхьэщ. ХуэпщылI Абы, ущыхуэпщылIкIи шыIэныгъэ зигъэIэ! Абы цIэджэгъу иIэу пщIэрэ?»

(66) ЦIыхум жеIэ: «АтIэ сылIа нэужь сыкъагъэтэджыжыну?»

(67) АтIэ цIыхум щыгъупща ар щымыIауэ къызэрыдгъэщIар?

(68) Уи Тхьэм и цIэкIэ соIуэ, Дэ ахэри шейтIанхэри зэхуэтхусыжынщи, жыхьэнмэм лъэгуажьэмыщхьу къедгъэувэкIынкIэ!

(69) ИтIанэ дэтхэнэ гупми Дэ къахэтшынщ нэхъ инату ГущIэгъущIым емыдаIуэхэр.

(70) Дэ нэхъыфIу дощIэр нэхъ гуащIэу [мафIэм] исыпхъэр.

*Сэждэ

(71) Фящыщу зыри къэнэнукъым абы ирамышэлIэн. Ар уи Тхьэм иуха Iуэхущ.

(72) ИтIанэ Тхьэм фIэлIыкIыу щытахэр къедгъэлынурэ щIэпхъаджэхэр лъэгуажьэмыщхьу къыхэднэнущ.

(73) Ди Iэятхэм гурыIуэгъуэу къащыхуеджэкIэ, джаурхэм жаIэнущ, мыIуминхэм жыраIэу: «Мы гупитIым дэтхэнэр нэхъыфI (фэра хьэмэрэ дэра) я псэупIэрэ я зэхтыкIэкIэ?»

(74) Абыхэм япэ сыт хуэдиз щIэблэ дгъэкIуэда Дэ, я унэлъащIэрэ я теплъэкIэ нэхъ дахэу!

(75) ЯжеIэ: «Гумахуэм а гъуэщахэм пIалъэр яхуегъэIэпхъуэ». Ахэр зэрагъэшынар – гIэзабыр е Къемэт махуэр – щалъагъукIэ, абыхэм къагурыIуэнущ, хэт и увыпIэр нэхъ Iейми, хэт нэхъ къарууншэми.

(76) Мыдрейуэ, гъуэгу захуэм тетхэр, Алыхьым нэхъри еузэщI. IуэхуфIу блэжьаращ уи Тхьэм и пащхьэм псапэу щыбгъуэтыжынур.

(77) Плъагъурэ, Ди Iэятхэр зи фIэщ мыхъуу: "Сэ мылъкурэ щIэблэрэ [адрей дунейм] къыщызатынущ", — жызыIэр!

(78) АтIэ абы ущэхуар къищIауэ ара, хьэмэрэ ГущIэгъущIым къигъэгугъауэ ара?

(79) Хьэуэ! Дэ абы жиIэр ттхынурэ и гIэзабыр нэхъ кIыхь хуэтщIынущ.

(80) А зи гугъу ищIхэр къыщIэдгъэныжынурэ и закъуэ Ди пащхьэ къихьэжынущ.

(81) Алыхьыр къагъанэри, ахэр нэгъуэщI тхьэхэм хуэпщылIащ ирилъапIэн я гугъэу.

(82) Хьэуэ! Ахэр зыхуэпщылIахэм къадэжынукъым, икIи бий къахуэхъужынущ.

(83) АтIэ уэ плъагъуркъэ Дэ джаурхэм шейтIанхэр зэредуштар, къызэщIагъэстын щхьэкIэ?

(84) Абыхэм я кIуэдыгъуэм ухуэмыпIащIэ, Дэ абыхэм дакIэлъоплъ.

(85) Дэ Тхьэм фIэлIыкIхэр ГущIэгъущIым и пащхьэм дгъэлъапIэу щитшэж Махуэм,

(86) джаурхэри, псафэ яху Iэщхэм хуэдэу, жыхьэнмэм щетхулIэ Махуэм

(87) зыр зыгуэрым къыщхьэщыжыну хуитынукъым, Езы гущIэгъущIым хуит ищIахэм фIэкIа.

(88) Абыхэм жаIэ ГущIэгъущIым къуэ иIэу.

(89) Ар Алыхьым деж нэмысын псалъэщ.

(90) Уафэхэр къигъэчэнщ, щIылъэр зэгуичынщ, къуршхэр игъэщэщэнщ

(91) ГущIэгъущIым къуэ иIэу зэрыжаIам.

(92) ГущIэгъущIыр къуэ хуэныкъуэкъым.

(93) Уафэхэми щIылъэми щыIэ дэтхэнэри ГущIэгъущIым и пщылIу и пащхьэ ихьэжынущ.

(94) Езым ахэр зэрызыххэу ецIыху, я бжыгъэри ещIэ.

(95) ИкIи ахэр Къемэт махуэм зэрызыххэу Езым и пащхьэ ихьэжынущ.

(96) Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэм ГущIэгъущIым и нэфIыр къащыхуэнущ.

(97) Дэ [КъурIэныр] уи бзэмкIэ гурыIуэгъуэ пхуэтщIащ, Тхьэм фIэлIыкIхэр ирибгъэгуфIэн, инатхэр ирибгъэшынэн хуэдэу.

(98) Дэ абыхэм япэкIэ сыт хуэдиз щIэблэ дгъэкIуэда - уэ абыхэм ящыщ гуэрым е и мэ къыпщIихьэрэ е и Iэуэлъауэ зэхэпхрэ?


СУРЭ 20. ТIА-ХА

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) ТIа-ха.

(2) Дэ мы КъурIэныр ныщIыпхуедгъэхар гугъу уригъэхьыну аракъым,

(3) атIэ фIэлIыкI зиIэхэм Тхьэр ягу къэдгъэкIыжын щхьэкIэщ.

(4) Ар незыгъэхар щIылъэмрэ уафэ лъагэхэмрэ къэзыгъэщIаращ,

(5) Ар ГущIэгъущIыращ, ГIэршым тепщэ хуэхъуаращ.

(6) Абы IэщIэлъщ уафэхэми щIылъэми щыIэр, а тIум якум щыIэри, щIым щIэлъри.

(7) [Тхьэм ущелъэIукIэ] уи макъым зомыгъэIэт. Езым ещIэ щэхури гъэпщкIуари.

(8) Езыращ Алыхьыр! Абы нэмыщIи тхьэ щыIэкъым. ЦIэ дахэхэри зиIэр аращ!

(9) Муса и хъыбар къыплъэIэса?

(10) Абы мафIэ щилъагъум и Iыхьлыхэм яжриIащ: "Фи пIэ фис, сэ мафIэ слъэгъуащи, абы щыщ пхъэдзакIэ къыфхуэсхьынщ, е мафIэм деж гъуазэ къыщызгъуэтынщ".

(11) Ар абы щыбгъэдыхьэм: "Уэ Муса! - жиIэри къэджащ,

(12) Сэращ уи Тхьэр, уи вакъэр щых. Уэ ТIууа къуэладжэ лъапIэм удэтщ.

(13) Сэ уэ укъыхэсхащи, уэхьийуэ къыпхуэкIуэм едаIуэ.

(14) Сэращ Алыхьыр, Сэр нэмыщIи тхьэ щыIэкъым, къысхуэпщылI, нэмэзри щIы, сыпщымыгъупщэн щхьэкIэ.

(15) Сыхьэтыр къоблагъэ, ар [къыщысынур] Сэ соущэху, дэтхэнэ зы псэми хуэфащэр къылъысыжын щхьэкIэ.

(16) УхэкIуэдэну ухуэмеймэ, ар (Къемэт махуэр) зи фIэщ мыхъуу зи гукъыдэжым зыдэзыгъэщым зыдомыгъэхьэх.

(17) Уи Iэ ижьым IэщIэлъыр сыт, Муса?"

(18) "Ар си башыращ, - жеIэ Муса, - сэ абы зытызогъащIэ, си мэлхэми тхьэмпэ абыкIэ къахупызоуд. НэгъуэщIIуэхукIи къызогъэсэбэп".

(19) [Тхьэм] къыжриIащ: "ХыфIэдзэ ар, Муса!"

(20) ХыфIидзэри - ар зепщыпщэу блэ хъуащ.

(21) КъыжреIэ: "Къащтэж умышынэу! Ар зэрыщыта тщIыжынщ.

(22) УиIэр уи блыгум щIэлъхьи, ныкъусаныгъэншэрэ хужьу къыщIэпхыжынщ. Ари зы телъыджэщ,

(23) Ди телъыджэ инхэм щыщу.

(24) ФиргIэун деж кIуэ, - ар щыкIащ".

(25) Муса жеIэ: "Уэ си Тхьэ! Си гур схуэIуэти,

(26) си Iуэхур къэгъэпсынщIэ!

(27) Си бзэ бзэгурэфри къысхуэутIыпщыж,

(28) си псалъэр къагурыIуэн хуэдэу.

(29) Си Iыхьлыхэми ящыщу дэIэпыкъуэгъу къысхуэщI

(30) си къуэш Хьэрун.

(31) АбыкIэ си къарум къыхэгъахъуэ,

(32) си IуэхумкIи гъусэ къысхуэщI,

(33) ину удгъэлъапIэнщ,

(34) Уи цIэри куэду къитIуэнщ:

(35) Уэ уи нэр къытхуэжанщ".

(36) Езым къыжреIэ: "УзыщIэлъэIуар пхуэтщIакIэщ, Муса.

(37) Аргуэру мыри пхудощIэ.

(38) Уи анэм игу къэдгъэкIащ щIапхъэхэр:

(39) "[Сабийр] пхъуантэм дэлъхьи хым[394] хэдзэ. Ар хы Iуфэм къыIуихьэжынурэ, уэрэ Дэрэ ди бийм къищтэнущ". Сэ си нэфIыр ныпщызгъэхуащ, Си нэIэ птету уезгъэпIын щхьэкIэ.

(40) Арати, уи шыпхъур макIуэри яжреIэ: "Фыхуеймэ, мыр зыпIын къыфхуэзгъуэтынщ". ИкIи уи анэм уIэщIэдгъэхьэжащ, къэгуфIэжу мынэщхъеин щхьэкIэ. Уэ зы псэ бгъэнати, Дэ укъедгъэлри, гугъуехькIэ удгъэунэхуащ. Уэ илъэс бжыгъэкIэ Мэдяндэсхэм уахэсащ, итIанэ игъуэр къэсати, укъэкIуэжащ, Муса!

(41) [УзгъэлIыкIуэн щхьэкIэ] уакъыхэсхащ.

(42) Уэри уи къуэшри, Си телъыджэхэр фIыгъыу, фыкIуэ, фигуми сивмыгъэху.

(43) ФыкIуэ ФиргIэун деж, - ар щыкIащ.

(44) ИкIи щабэу фепсалъэ, хэт ищIэрэ, е зыщIэгупсысыжынщ, е шынэнщ)".

(45) [ЗэшитIым] жаIэ: Уэ ди Тхьэ! Дэ догузавэ бэлыхь къыттрилъхьэнкIэ, е нэхъри щыкIынкIэ".

(46) КъажреIэ: "Фымышынэ, Сэ сывигъусэщ, [псори] зэхызох икIи солъагъу.

(47) ФыкIуи жефIэ: "Дэ уи Тхьэм дырилIыкIуэщ. IисраIил и щIэблэм гIэзабыр ятехи ди гъусэу нэутIыпщыж. Дэ уи Тхьэм и телъыджэхэр къэтхьащ, гъуэгу захуэм техьэращ [гIэзабым] къелынур.

(48) Дэ уэхьий къытхуехащ: гIэзаб къэзылэжьыр [ФIыцIагъэр] пцIыуэ къэзылъытэу зи щIыб хуэзыгъэзаращ, жиIэу".

(49) [фиргIэун] къоупщI: "Хэт фи Тхьэр, Муса?"

(50) [Муса] жеIэ: "Ди Тхьэр сытри [къэзыгъэщIу], теплъэ езыту, зузэщIыжаращ".

(51) [ФиргIэун] къоупщI: "Ипэрей щIэблэхэм я Iуэху зуIутыр сыт?"

(52) Муса жеIэ: "Абы я Iуэху зыIутыр си Тхьэращ зыщIэр ар и Тхылъым[395] итщ. Ар зэикI щыуэркъым, Абы зыри щыгъупщэркъым.

(53) Езыращ щIылъэр тафэ фхуэзыщIар, гъуэгухэр хэзышар, псыр уафэм къезыгъэхыу къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэри зэгуэгъуу къэзыгъэкIар,

(54) фшхы, фи Iэщхэми евгъэхъу! Ар акъыл зиIэхэм я дежкIэ нэщэнэщ.

(55) Фэри абы фыкъыхэдгъэщIыкIащ, абыи фыхэдгъэхьэжынущ, аргуэруи фыкъыхэтшыжынущ.

(56) Дэ [ФиргIэун] Ди телъыджэ псори едгъэлъэгъуат, ауэ абы ахэр пцIыуэ къилъытэри идакъым.

(57) ЖиIащ: "Уэ Муса! Уи удыгъэкIэ ди щIым дипшыну ара укъыщIытхуэкIуар?

(58) Дэри уэдгъэлъагъуфынущ апхуэдэ удыгъэ. ПIалъэ къэгъэуви, уэри дэри абы дебакъуэнкъым, щIыпIэ хэхам дыщызэхуэзэнщ".

(59) [Муса] жиIащ: "ПIалъэ фхуэтщIыр махуэщI[396] махуэращ, пщэдджыжьым цIыхур абдеж ныщызэхурес".

(60) ФиргIэун IукIри, и удхэр къишэри, пIалъэм къекIуэлIащ.

(61) Муса абыхэм яжриIащ: "Гъуэгумыгъуэ ежьэнхэ! Алыхьым пцIы тевмылъхьэ, арыншамэ фыкIуэцIригъэхунщ. ПцIыупсыр мэуэщхъу".

(62) Ахэр зэIущащэурэ я Iуэхум тепсэлъыхьащ.

(63) ЖаIащ: "Мы тIур, дауикI, удщ. Абыхэм я мурадщ, ди щIым удыгъэкIэ дырашу, зихуэдэ щымыIэж ди диныр якъутэну".

(64) "Фи хъуэгъэщагъэхэр зэхэфлъхьи фызэбгъэдэувэ, нобэ текIуэр ехъулIащ", — [къажриIащ ФиргIэун].

(65) Абыхэм жаIащ: "Уэ Муса! Уэ бдзыну, хьэмэрэ дэ япэ дзыну?"[397]

(66) [Муса] жеIэ: "Хьэуэ! Фэ вдзы". Арати, удыгъэ халъхьэри, абыхэм я кIапсэхэмрэ я башхэмрэ зепщыпщэу къыфIагъэщIащ.

(67) Муса къэгузэващ.

(68) Дэ абы жетIащ: "Умышынэ! Уэ унэхъ лъэщщ.

(69) Уэ Iэ ижькIэ пIыгъыр дзыи, абыхэм къуагъэлъэгъуар зэIуридзэнущ. Абыхэм къуагъэлъэгъуар уд хъуэгъэщагъэщ, удыр, дэнэкIэ игъазэми, ехъулIэнукъым".

(70) Удхэм щIым зыхаIубэри жаIащ: "Дэ Мусарэ Хьэрунрэ я Тхьэр ди фIэщ хъуащ".

(71) [ФиргIэун] къажриIащ: "Сэ хуит фызмыщIу фи фIэщ фщIауэ ара? Ар дауикI фэ удыгъэм фыхуезыгъэджа фи нэхъыжьыращ. Сэ фи Iэ фи лъэхэр зэблэдзауэ пызупщIынщ, пальмэм фесIулIынщи, мис итIанэ къэфщIэнщ хэт и гIэзабыр нэхъ гуащIэми, нэхъ мыухыжми".

(72) [Удхэм] жаIащ: "Дэ тлъэгъуа телъыджэхэмрэ дыкъэзыгъэщIамрэ къэдгъанэу уэ укъыхэтхынкъым. Уэ пщIэнур щIэ. Уэ ущытепщэр мы дуней хьэхуращ.

(73) Дэ ди Тхьэм деувэлIащ, ди гуэныхьхэмрэ уэ дызэпхулIа удыгъэмрэ къытхуигъэгъун щхьэкIэ. Алыхьыращ нэхъыфIри, зи фIагъэр мыухыжри!"

(74) Зи Тхьэм джауру екIуэлIэжым жыхьэнмэр къыхуагъэплъащ, мылIэмыпсэууэ хэсыну.

(75) Iиман иIэрэ фIы ищIауэ Абы и пащхьэм ихьэжхэм я увыпIэр лъагэщ

(76) псыхъуэхэр щежэх жэнэтым игъащIэкIэ исынущ. Ар гуэныхьыншэм яхуэфащэщ.

(77) Муса уэхьий къыхуедгъэхащ: "Си пщылIхэр жэщу ешажьи хым хэуи гъуэгу гъущэ яхузэпрыш, пхъэрми ущымышынэ икIи умыгузавэ".

(78) ФиргIэун и дзэр игъусэу абыхэм къакIэлъыпхъэращ, ауэ хым зэрыщIилъафэ хабзэкIэ щIилъэфащ.

(79) ФиргIэун и жылэр игъэгъуащэри гъуэгу захуэм тригъэхьакъым.

(80) Уэ IисраIил и щIэблэ! Дэ фи бийм фыкъедгъэлри ТIурым и ижьырабгъур[398] пIалъэу фэттыгъат, мэнымрэ (шхын IэфIымрэ) ныбгъуэхэмри къыфхуедгъэхат.

(81) ЕрыскъыфIу фэттахэр фшхы, ауэ фыщымыкI, арыншамэ Си губжьыр ныфтехуэнщ, Си губжьыр зытехуэр унэхъуащ.

(82) Сэ тобэ къэзыхьыжу, Iиман къэзыхьу, фIы зыщIэу, итIанэ гъуэгу захуэм техьахэм я гуэныхьыр яхузогъэгъу.

(83) "Уи жылэм япэ щхьэ укъища Муса?"

(84) [Муса] жеIэ: "Ахэр сяужьым иту къокIуэ. Уэ си Тхьэ, сэ арэзы усщIын щхьэкIэ япэ сыкъищащ".

(85) [Тхьэм] къыжреIэ: "Уэ уакъыхэкIа нэужь, уи жылэр дгъэунэхуащ: ахэр самирим[399] игъэгъуэщащ".

(86) Муса и жылэм къахэхьэжащ нэщхъейрэ губжьауэ. Мыпхуэдэу яжриIащ: "Уэ ди жылэ! Фи Тхьэм фIыкIэ фыкъигъэгугъатэкъэ; фэ пIалъэр кIыхь къыфщыхъуа, хьэмэрэ фи Тхьэм и губжьыр зытевгъэхуэн мурадкIэ сыкъызэрывгъэгугъам фепцIыжа?"

(87) Жэуап къыратыж: "Укъызэрыдгъэгугъам тлъэкIыу депцIыжакъым; дэ жылэм я дыщэхэкIыр[400] къыдагъэхьри [мафIэм] хэддзащ, самирими къыхидзащ".

(88) [Дыщэм] танэ теплъэ иIэу къыхищIыкIащ бууэ. [Лъэпкъми] жраIащ: «Мыращ фэри фи Тхьэр, Муси и Тхьэр, ауэ ар абы къыщыгъупщащ».

(89) Ялъагъуркъэ абыхэм, щепсалъэкIэ, ар къазэремыпсэлъэжыфри, IеикI фIыикI къазэрыхуимыщIэфри?

(90) Нэхъапэм абыхэм Хьэрун яжриIэгъат: «Уэ ди жылэ! Фэ мыбыкIэ фатхьэкъуу аращ. Ауэ фи Тхьэр Гумахуэращи, сяужъ фыкъиуви си унафэм фыкъедаIуэ!»

(91) Абыхэм къыжраIэж: «Дэ мыбы хуэпщылIыныр щыдгъэтынукъым, Муса къигъэзэжыху».

(92) [Муса къигъэзэжа нэужь] жиIащ: «Уэ Хьэрун, мыхэр зэрыгъуэщар щыплъагъум сыт зэран къыпхуэхъуар

(93) уныскIэлъыкIуэну? Си унафэм утекIауэ ара?

(94) [Хьэрун] жеIэ: «Уэ си анэкъилъху! Си жьакIэми уемыIэ, си щхьэри умыубыд: сэ сышынащ IисраIил и щIэблэр зэгурымыIуэж пщIащ, си псалъэми уебэкъуащ къызжепIэнкIэ».

(95) [Муса] жеIэ: «Уэ, самири, абы утезыгъэгушхуар сыт?»

(96) Жэуап къретыж: «Сэ слъэгъуащ мыбыхэм ямылъэгъуар: сэ лIыкIуэм[401] и лъэужьым щыщ сабэ Iэбжьыгу къасщтэри [танэм] теспхъащ - абы си псэм сытригъэгушхуат».

(97) [Муса] жиIащ: «ЗыIуегъэх! Уэ мы дунейм зыри къоIусэ мыхъуу утетынущ. Уэ [ахърэт] гIэзабыр пхуагъэуващи, абы ублэкIыфынукъым. Еплъыт уи тхьэ узыхуэпщылIам: дэ ар дгъэсынурэ яжьэу хым хэткIутэжынущ.

(98) Фи Тхьэр Алыхьыращи, нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, Абы и щIэныгъэм псори къеубыд (къызэщIеубыдэ-?)».

(99) Апхуэдэу Дэ къыпхудоIуатэ уяпэкIэ къэхъуахэм я хъыбарыр. Ахэр уигу къэзыгъэкIыжын [КъурIэныр] Дэ къоттащ.

(100) Ар зымыдэм Къемэт махуэм гуэныхьышхуэр къытехуэнущ,

(101) игъащIэкIэ ипшыныжыну. Ар Къемэт махуэм къатехуэну мыгъуагъэщ.

(102) Бжьэмийм къыщепщэну Махуэм Дэ джаурхэр зэхуэтхусыжынущ ущхъуэнтIахэу.

(103) Ахэр зэIущащэурэ жаIэнущ: «Фэ абы[402] фызэрыщыIар махуипщI къудейщ».

(104) Ахэр зытепсэлъыхьыр Дэ нэхъыфIу дощIэ, нэхъ тэмэму щыгъуазэм жиIащ: «Махуэ закъуэщ фызэрыщыIар».

(105) ЦIыхухэр къоупщI къуршым щхьэкIэ, яжеIэ:

«[Дунейр щыкъутэжкIэ] ахэр си Тхьэм сабэу ирикъухьыжынурэ

(106) щIы щхьэфэ пцIанэ ищIыжынущ.

(107) Быркъуи шыркъуи щыплъагъужынукъым.

(108) А Махуэм ахэр а къэджэнум кIэлъыкIуэнущ, дэдзых ямыIэу. ИкIи ГущIэгъущIым И пащхьэм я макъхэр щыужьыхынурэ Iущащэ фIэкIа зэхэпхыжынукъым.

(109) А Махуэм зыми зыри къыщыжыну хуитынукъым, Гумахуэм Iизын зыритамрэ зыхуэарэзымрэ нэмыщI.

(110) Езым ещIэ япэм щыIари, иужькIэ къэхъунури. Ауэ мыдрейхэм я щIэныгъэм ар къиубыдыркъым.

(111) Дунейм и Тепщэу кIуэдыж зимыIэм и пащхьэм псом я щхьэри [а Махуэм] кьыщыфIэхунущ - щыуат щIэпхъаджэ зыщIахэр.

(112) Iиман зиIэу фIы зыщIахэр щIэгузэвэн щыIэкъым, абыхэм я жагъуэ къащIынукъым, я псапэми кIэрачынукъым.

(113) Дэ КъурIэныр гIэрыпыбзэкIэ недгъэхащ, зэрыдгъэшынэ псалъэхэри хэту — хэт ищIэрэ, ахэр [Тхьэм] фIэлIыкIынкIэ е ягу къигъэкIыжынкIэ мэхъу

(114) Алыхьу Тепщэ щыпкъэр псом нэхъри нэхъ лъагэщ! КъурIэн къеджэныр умыгъэпIащIэ, Iэятыр и кIэм нэс зэхэпхыу. ИкIи жыIэ: "Уэ си Тхьэ, си щIэныгъэр гъэбагъуэ!" (115) Дэ нэхъапэм Iэдэм дгъэIущат, ауэ ар абы щыгъупщащ, зэрызишыIэн лIыгъи къыкъуэкIакъым.

(116) Дэ мелыIычхэм: "Iэдэм фи щхьэр хуэвгъэтIылъ!" — щажетIэм, псоми я щхьэр хуагъэтIылъащ, ауэ Iиблис идакъым.

(117) Абдежым Дэ жетIащ: "Уэ Iэдэм, мыр уэри уи фызми фи бийщ. Мыбы фемыдаIуэ, жэнэтым фыхигъэкIыжынщи фигъэунэхъунщ.

(118) Уэ [жэнэтым] ущымэжалIэнкъым, пцIани ущыхъункъым,

(119) псыи ущыхуэлIэнкъым, хуаби зэхэпщIэнкъым".

(120) ШейтIаныр[403] къехъуцацэри къыжриIащ: Уэ Iэдэм, уэзгъэлъагъун гъащIэ мыухыжрэ мылъку мыкIуэдыжрэ къызыпыкI жыгыр?"

(121) ТIуми абы пытым щыщ яшхри, я укIытапIэр наIуэ къэхъуати, жэнэт тхьэмпэкIэ щIахъумэу хуежьащ. Iэдэм и Тхьэм жиIам фIэкIати гъуэщащ.

(122) ИтIанэ абы и тобэр Тхьэм къабыл ищIщ, езыр къахигъэфIыкIщ[404] аби, иузэщIащ.

(123) Тхьэм жиIащ: "Зэгъусэу фикI мыбы, фызэбийуэ[405]. Сэ къызбгъэдэкIыу гъуазэ къыщыфхуэкIуэкIэ, абы иригъуазэр гъуэщэнкъым, насыпынши хъункъым!

(124) Ар зымыдэм и гъащIэр дэгъэзеигъуэу ихьынущ, икIи Къемэт махуэм нэфу зэсшэлIэжынущ".

(125) Абы жиIэнущ: "Уэ си Тхьэ! Щхьэ нэфу сызэпшэлIэжа, сэ си нэр къаплъэу щытати?"

(126) [Тхьэм] къыжриIэнущ: "Уэ Си Iэят ныпхуэкIуахэр зыщыбгъэгъупщати, Дэри нобэ гулъытэ пхуэтщIыжыркъым".

(127) Дэ апхуэдэр ядощIэ щхьэприхыу Тхьэм и Iэятхэр зымыдахэм, ауэ, дауи, ахърэтым и гIэзабыр нэхъ гуащIэщ икIи нэхъ кIыхьщ.


(128) Нэхъапэм Дэ дгъэкIуэда щIэблэу зи унэхэр кIуапIэ хъужахэм щхьэ къамыгъэушрэ ахэр? Ар акъылыфIэхэм я дежкIэ нэщэнэщ.

(129) Уи Тхьэм нэхъапэ къыжиIа псалъэмрэ[406] къигъэува пIалъэмрэ нэмыщIамэ, ахэр гъэкIуэдыпхъэт.

(130) Зыхуэгъэшэч абыхэм жаIэр, уи Тхьэри гъэлъапIэ дыгъэр къыщIэкIын ипэкIи къухьэжын ипэкIи, гъэлъапIэ жэщ зэманхэми махуэми, арэзы укъащIынщ.

(131) Уемыхъуапсэ абыхэм ящыщ унагъуэ гуэрхэм мы дунейм и дахагъэр зэреттам: Дэ ахэр абыкIэ дгъэунэхуу аращ. Уи Тхьэм Iыхьэ пхуищIар нэхъыфIщ икIи нэхъ мыухыжщ.

(132) Уи Iыхьлыхэм унафэ яхуэщI нэмэз ящIыну, уэри уемызэш. Уэ шхын къэплъыхъуэну къалэн пщытщIыркъым, уэ узыгъэшхэнур Дэращ. ИкIэм ехъулIэнур Тхьэм фIэлIыкIхэращ.

(133) Абыхэм жаIэ: "И Тхьэм къыбгъэдэкIыу абы телъыджэ гуэр къытхуихьамэ аратэкъэ!" Япэрей фIыцIагъэхэм итакъэ [ГIиси Мухьэммэди къызэрыкIуэнум] и пэжыр?

(134) [КъурIэным] ипэкIэ Дэ абыхэм гIэзаб ятетлъхьамэ, жаIэнут: "Уэ ди Тхьэ! Сыт ягъэ кIынт мы гIэзабымрэ емыкIумрэ дыбгъэшэчын ипэкIэ лIыкIуэ къытхуэбгъэкIуамэ? Дэ Уи Iэятхэр гъуазэ тщIынт".

(135) ЯжеIэ: "Псори [къэхьунум] дыпоплъэ, фэри фыпэплъэ, итIанэ къэфщIэнщ хэт гъуэгу захуэм тетми, хэт узэщIа хъуами".



Поделиться с друзьями:

Особенности сооружения опор в сложных условиях: Сооружение ВЛ в районах с суровыми климатическими и тяжелыми геологическими условиями...

Организация стока поверхностных вод: Наибольшее количество влаги на земном шаре испаряется с поверхности морей и океанов (88‰)...

Биохимия спиртового брожения: Основу технологии получения пива составляет спиртовое брожение, - при котором сахар превращается...

Типы оградительных сооружений в морском порту: По расположению оградительных сооружений в плане различают волноломы, обе оконечности...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.273 с.