Сурэ 45. Лъэгуажьэмыщхьэу щытхэр (iэл джасьия) — КиберПедия 

Археология об основании Рима: Новые раскопки проясняют и такой острый дискуссионный вопрос, как дата самого возникновения Рима...

Историки об Елизавете Петровне: Елизавета попала между двумя встречными культурными течениями, воспитывалась среди новых европейских веяний и преданий...

Сурэ 45. Лъэгуажьэмыщхьэу щытхэр (iэл джасьия)

2018-01-03 203
Сурэ 45. Лъэгуажьэмыщхьэу щытхэр (iэл джасьия) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Хьа, миим.

(2) Мы ФIыцIагъэр Алыхь лъэщу Iущым къригъэхащ!

(3) Iиман зиIэхэм я дежкIэ уафэхэми щIылъэми нэщэнэхэр щыIэщ.

(4) Фэ фыкъызэригъэщIри, [щIым] къы-триутIыпщхьэ псэущхьэхэри нэщэнэщ шэч къытезымыхьэж цIыхухэм я дежкIэ.

(5) Жэщымрэ махуэмрэ зэрызэкIэлъыкIуэри, Алыхьым уафэм [псыр] къригъэхыу псэ зыхэ-мытыж щIыр къызэригъэпсэужри, Езыр зыхуеймкIэ жьыр зэрыригъапщэри - псори нэ-щэнэщ акъыл зиIэхэм я дежкIэ.

(6) Мыхэр Алыхьым и нэщэнэ пэжщи дыкъыпхуоджэ. Алыхьым и Iэятхэм иужькIэ сыт хуэдэ хъыбар абыхэм я фIэщ хъунур?

(7) Уанэ мыгъуэр тралъхьащ дэтхэнэ пцIыупсми, дэтхэнэ гуэныхьыщIэми!

(8) Алыхьым и Iэятхэм къыщыхуеджэкIэ ар йодаIуэ, иужькIэ, зэхимыха нэхъей, инату зегъэпагэ. ГIэзаб гуащIэмкIэ гъэгуфIэ ахэр.

(9) Абы Ди Iэятхэм ящыщ гуэр къищIа нэужь, ар джэгупIэ ещI. Апхуэдэхэращ зыгъэпуд гIэзабыр зытепсыхэнур.

(10) Абыхэм жыхьэнмэр къапэщылъщ. Ахэр къаугъуеями, Алыхьыр къагъанэу телъхьэ ящIами кърагъэлыфынукъым. ГIэзаб иныр къапэщылъщ.

(11) Мыращ (КъурIэныращ) гъуэгу захуэм утезышэр; мыдрейуэ я Тхьэм и Iэятхэр зи фIэщ мыхъухэм къапэщылъщ гIэзаб гуащIэ гъуамэр.

(12) Алыхьыращ Езым и унафэкIэ хыр IурыщIэ фхуэзыщIар, кхъухьхэр щызекуIуэну, и фIыгъуэхэр къырифлъыхъуэн щхьэкIэ. Ар зэхэфщIыкIыпхъэкъэ!

(13) Уафэхэми щIылъэми щыIэхэр, Езым къигъэщIа псори, фэ къыфхуегъэлажьэ. Ар нэщэнэщ гупсысэ зиIэ цIыхухэм я дежкIэ.

(14) Я гуэныхьхэр Алыхьым и пащхьэм зэрыщапшыныжынур зи фIэщ мыхъухэм къра-щIар хуагъэгъуну яжеIэ, [Мухьэммэд], Iиман къэзыхьахэм.

(15) ФIы зыщIэм и щхьэм хуе-щIэжри, Iей зыщIэм езым къытохуэж. ИужькIэ фэ фи Тхьэм и пащхьэ фырашэжынущ.

(16) Дэ IисраIил и щIэблэм къеттащ фIыцIагъэри, тепщэгъуэри, бегъымбарыгъэри; шхыны-гъуэфIхэмкIи дакъыхуэупсащ, дунейхэми яхэдгъэфIыкIащ.

(17) Дэ абыхэм къахуэдгъэ-кIуащ Iуэхур къэзыгъэнаIуэ псалъэхэр[550]. Ауэ езыхэм я бзэджагъэкIэ ахэр зэгурымыIуэж хъуащ, щIэныгъэр къахуэкIуа нэужь. Къемэт махуэм уи Тхьэм зэхигъэкIынущ ахэр щIызэ-гурымыIуар.

(18) ИтIанэ Дэ уэ шэригIэтым и гъуэгу захуэм утедгъэхьащ. А гъуэгум ирикIуэ, икIи щIэныгъэншэхэм я гукъыдэжым зыдумыгъэхьэх.

(19) Абыхэм уэ Алыхьым укърагъэлынукъым. ЩIэпхъаджэхэр зыр адрейм и телъхьэщ. Алыхьыр тхьэм фIэлIыкIхэращ зи телъхьэр.

(20) Мыр (КъурIэныр) цIыхухэм я дежкIэ пэжгъэнаIуэщ, икIи шэч къытезымыхьэж жылэм я дежкIэ гъуэгу гъуазэщ, гущIэгъущ.

(21) Хьэмэрэ Iей зылэжьахэр гугъэрэт, Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэмрэ абыхэмрэ дунейми ахърэтми щызэхуэдгъэдэну? Абыхэм я гупсысэкIэр пхэнжщ!

(22) Алыхьым уафэхэри щIыри пэжым тету къигъэщIащ, дэтхэнэ зы псэми къилэжьар къылъысыжыну, лейкI къырамыхыну.

(23) Уэ плъэгъуакъэ зи гукъыдэжыр тхьэ зыхуэзыщIыжар? Алыхьым ар ищIэрти игъэгъуащэри и тхьэкIумэми игуми мыхъур тригъэуэжащ, и нэри щипхъуащ. Ар, Алыхьым нэмыщI, хэт иузэщIыжын? Щхьэ фымыгупсысэрэ!

(24) Абыхэм жаIащ: «Мы дуней гъащIэращ гъащIэу щыIэр, икIи дыщолIэ икIи дыщопсэу. Дэ дызыгъэкIуэдыр зэманыращ!» Абы а Iуэхум зыри хащIыкIыркъым, хуагъэфащэ къудейщ.

(25) Ди Iэят наIуэхэм къащыхуеджэкIэ, абыхэм фIэгъэнапIэ ящIыр зыщ: «фэ жыфIэр пэжмэ, ди адэжьхэр къытхуэфшэж», — жаIэ.

(26) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: «Алыхьым фыкъегъэщI, итIанэ фегъэлIэж, итIанэ шэч зыхэмылъыж Къемэт махуэм фызэхуешэсыж. Ауэ цIыхухэм я нэхъыбэм ар ящIэркъым.

(27) Алыхьыращ уафэхэри щIылъэри зыIэщIэлъыр. Къемэт махуэр къыщыскIэ, [диныр] пцIыуэ зылъытахэр унэхъуауэ къыщIидзыжынущ.

(28) Уэ плъагъунущ дэтхэнэ Iумэтри лъэгуажьэмыщхьэу щыту. Дэтхэнэ Iумэтри и тхылъым ирашэлIэжынущ. Нобэ фэ фщIаращ къыфлъысыжынур.

(29) Мы Ди тхылъым фэ фтеухуа пэжыр щыхьэту къыфпегъэув. Дэ ттхыуэ щытащ фэ фщIэ псорикI.

(30) Мыдрейуэ Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэм я Тхьэм и гущIэгъур къалъигъэсынущ. Аращ ехъулIэныгъэ нэсыр.

(31) Модрей Iиман къэзымыхьахэм [къыжраIэнущ]: «Фэ къыфхуеджатэкъэ Сэ си Iэятхэм? Ауэ фэ зывгъэпагэри гуэныхьыщIэ жылэу фыкъыщIэкIащ».

(32) «Алыхьым фыкъызэригъэгугъар хьэкъщ, Къемэт махуэр шэч зыхэмылъыжщ», — къыщывжаIэм, фэ жыфIащ: «Дэ тщIэркъым Къемэт махуэр: къэхъуни - къэмыхъуни. АбыкIэ дигурэ дищхьэрэ зэтелъкъым».

(33) Абыхэм ялэжьу щыта цIэпIагъэхэри къэнаIуэнущ, зыщIэнакIэу щыта [гIэзабри] къатепсыхэнущ.

(34) Абыхэм къыжраIэнущ: «Фэ нобэ фыкъытфIэIуэхукъым, нобэрей Махуэр фэ къызэрыффIэмыIуэхуам хуэдэу; фи хэщIапIэнури жыхьэнмэращ, дэIэпы-къуэгъуи фиIэнукъым.

(35) Ар фэ къыщIыфтехуар Алыхьым и Iэятхэр щIэнэкIалъэ фщIыуэ дуней хьэхум фызэрыдихьэхаращ». А Махуэм абыхэм [мафIэм] къыхэкI яIэнукъым, икIи зыри къайгиижынукъым.

(36) Щытхъур зыхуэфащэр Алыхьу уафэхэми я Тхьэр, щIыми и Тхьэр, дунейхэми я Тхьэращ!

(37) Ар уафэхэми щIыми щылъапIэщ! Ар лъэщщ, Iущщ!



Поделиться с друзьями:

Механическое удерживание земляных масс: Механическое удерживание земляных масс на склоне обеспечивают контрфорсными сооружениями различных конструкций...

Кормораздатчик мобильный электрифицированный: схема и процесс работы устройства...

Автоматическое растормаживание колес: Тормозные устройства колес предназначены для уменьше­ния длины пробега и улучшения маневрирования ВС при...

Адаптации растений и животных к жизни в горах: Большое значение для жизни организмов в горах имеют степень расчленения, крутизна и экспозиционные различия склонов...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.011 с.