Сурэ 27. Хъумпiэцiэджыр (iэннэмл) — КиберПедия 

Организация стока поверхностных вод: Наибольшее количество влаги на земном шаре испаряется с поверхности морей и океанов (88‰)...

Общие условия выбора системы дренажа: Система дренажа выбирается в зависимости от характера защищаемого...

Сурэ 27. Хъумпiэцiэджыр (iэннэмл)

2018-01-03 221
Сурэ 27. Хъумпiэцiэджыр (iэннэмл) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) ТIа, сиин. Мыр КъурIэным и Iэятхэращ, Тхылъ наIуэщ,

(2) гъуазэщ икIи гуфIэгъуэщ Iиман зиIэхэм я дежкIэ;

(3) нэмэз зыщIхэм, сэджыт зытхэм, Къемэт махуэр зифIэщ хъухэм я дежкIэ.

(4) Мыдрейуэ, ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэр, я IуэхущIафэм дихьэхыжащи, пэжым хуэнэфщ.

(5) Ахэращ гIэзабым я нэхъ Iейр зытехуэнур, Къемэт махуэми унэхъуауэ къыщIидзыжынур.

(6) Уэ [Мухьэммэд] Iущым, ЗыщIэм къыбгъэдэкIыу КъурIэныр къыпIэрохьэ.

(7) Муса и Iыхьлыхэм яжриIащ: "Сэ мафIэ къэслъэгъуащ; сэ абы е хъыбар къыфхуисхынщ, е пхъэдзакIэ къыфхуэсхьынщи зывгъэхуэбэжынщ".

(8) Ар [мафIэм] щыбгъэдыхьэм макъ къэIуащ: "Тхьэм и нэфIыр къыщыхуащ мафIэм къекIуэлIами, абы бгъэдэтми! Зихуэдэ щымыIэщ Алыхьу дунейхэм я Тхьэр!

(9) Уэ Муса, Сэращ Алыхьу лъэщыр, Iущыр!

(10) Уи башыр дзы!" И башым [блэм хуэдэу] зиIуантIэзишантIэу щилъагъум, [щтэри] щIэпхъуащ къызэмыплъэкIыу. [Алыхьыр еджащ]: "Уэ Муса! Умышынэ, Сэ си лIыкIуэхэр шынэ хабзэкъым.

(11) Ауэ зыгуэрым мыхъун къыIэщIэщIэрэ, ар фIыкIэ игъэзакIуэжмэ, - Сэракъэ гуэныхьгъэгъури гущIэгъущIри!

(12) Уи Iэр уи гуфIакIэм дэлъхьи, лажьэ имыIэу икIи хужь хъуауэ къыдэпхыжынщ. Ар ФиргIэунрэ и жылэмрэ яхуэпхьыну телъыджибгъум язщ. Ар жылэ фасикъщ!"

(13) Ди телъыджэхэр янэкIэ щалъагъум, абыхэм жаIащ: "Мыр гъэнэхуауэ удыгъэщ!"

(14) Зэрыпэжыр я псэм ищIа пэтми, щIэпхъаджэт, пагэти ядакъым. Еплъыт иужькIэ а дунейгъэутхъуэхэм къащыщIыжам.

(15) Дэ Даутрэ Сулимэнрэ щIэныгъэ яттащ. Абыхэм жаIащ: "ФIыщIэ худощIIиман зиIэ и пщылI куэдым дахэзыгъэфIыкIа Алыхьым!"

(16) Даут и щIэиныр Сулимэн къыхуэнати, жиIащ: "Уэ цIыхухэ! Дэ бзухэм я бзэри дагъэщIащ, псом щыщи тыгъэ къытхуащIащ. Ар Алыхьым и нэфIу къытщыхуащ".

(17) Жинрэ, цIыхурэ, къуалэбзууэ зэхэт и дзэр Сулимэн деж къекIуалIэри щхьэхуэ-щхьэхуэу къэуващ.

(18) Ахэр хъумпIэцIэдж къуэладжэм щынэсым, хъумпIэцIэдж гуэрым жиIащ: "Уэ хъумпIэцIэджхэ, фи унэ фихьэж, Сулимэнрэ абы и дзэмрэ ямыщIэххэу фызэтрапIытIэнкIэ хъунщ!"

(19) А псалъэхэр [Сулимэн] щызэхихым, пыгуфIыкIри жиIащ: "Уэ си Тхьэ! Сэри си адэанэми къытхуэпщIа фIыр зыщымыгъупщэн сыщI, Уэ арэзы узыщIIуэхуфI злэжьын хуэдэу, икIи гущIэгъу къысхуэщIи уи пщылI фIэрафIэхэм сахэбжэ".

(20) Къуалэбзухэм яхэплъэри жиIащ: "Хьэрхьупыр щхьэ сымылъагъурэ? Хьэмэрэ къэмыкIуауэ ара?

(21) Сэ абы гIэзаб гуащIэ теслъхьэнщ е сукIынщ, щхьэусыгъуэншэу къэтмэ".

(22) Ар куэдрэ къэмыту къэкIуэжри жиIащ: "Уэ умыщIэ сэ къэсщIащ, хъыбар пэжи СабаI[451] къыпхуисхащ.

(23) Гу зэрылъыстамкIэ, абыхэм я пащтыхьыр бзылъхугъэщ. Абы псори иIэщ, икIи тахътэ иным исщ.

(24) Сэ слъэгъуащ ари абы и жылэри, Алыхьым и пIэкIэ, дыгъэм зэрыхуэпщылIыр; абыхэм я IуэхущIафэр шейтIаным яхуигъэдэхащ, гъуэгу захуэм тригъэгъуэщыкIащ,

(25) уафэхэми щIылъэми щыгъэпщкIуар къыщIэзыгъэщ, фэ фущэхури, фэ къэвгъэнаIуэри зыщIэ Алыхьым хуэмыпщылIын щхьэкIэ.*

* Сэдждэ

(26) Алыхьу ГIэршышхуэм и Тхьэм нэмыщI тхьэ щыIэкъым!"

(27) [Сулимэн] жиIащ: "Деплъынкъэ уэ жыпIар пэжрэ упцIыупсрэ!

(28) Мы си тхыгъэр хьыи яхэдзэ, икIи къыIукIуэти къазэрыщыхъум еплъ".

(29) [Пащтыхь гуащэм] жиIащ: "Уэ си блыгущIэтхэ! Тхыгъэ лъапIэ къысхурадзыхащ.

(30) Ар Сулимэн къыбгъэдэкIащ. ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ [къегъэжьащ]:

(31) "ЗыкъысхуэвмыгъэщIагъуэу муслъымэну фыкъысхуэкIуэ!" — [жи].

(32) [Пащтыхь гуащэм] жиIащ: "Уэ си блыгущIэтхэ! Мы IуэхумкIэ чэнджэщэгъу фыкъысхуэхъу. Сэ фэрыншэу унафэ къасщтэркъым".

(33) [БлыгущIэтхэм] къыжраIэ: "Дэ къаруи диIэщ, лъэщыгъэшхуи диIэщ, ауэ унафэр зыIэщIэлъыр уэращ, егупсыси унафэ щIы".

(34) [Пащтыхь гуащэм] жиIащ: "Пащтыхьхэм къуажэ къыщаубыдкIэ, зэтракъутэ икIи а жылэм щыщ тетыгъуэр зиIэхэр ягъэпуд, — аращ абыхэм ящIэр.

(35) Сэ абыхэм тыгъэ яхуезгъэхьынщи, лIыкIуэхэм къыздахьыжым деплъынкъэ".

(36) ЛIыкIуэр къыщыхуэкIуэм, Сулимэн жиIащ: "СлIожь, мылъкукIэ фыкъыздэIэпыкъуну ара? Сэ Алыхьым къызитар нэхъыфIщ, фэ къывитам нэхърэ. Фэращ апхуэдэ тыгъэм щыгуфIыкIыр!

(37) Уэ гъэзэж. Дэ ахэр зыпэмылъэщын дзэ нэтшэнщи дынэкIуэнщ, икIи я напэр тетхарэ дгъэпудауэ [къалэм] къыдэтхунщ".

(38) [Сулимэн и цIыхухэм] захуигъэзащ: "Уэ си блыгущIэтхэ, фэ фщыщу хэт абы и тахътэр къысхуихьын, езыхэр жыIэщIэу си пащхьэ къыхьэн ипэкIэ?"

(39) Жинхэм ящыщ ГIифритым жиIащ: "УкъызэфIэувэну ухунэмыс щIыкIэ къыпхуэзгъэсынщ, сэ апхуэдэ Iуэхум сыхуэижьщ, икIи сигурэ сищхьэрэ зэтелъщ".


 

(40) Тхылъ щIэныгъэ зиIэм жиIащ: "Сэ ар къыпхуэзгъэсынщ зы напIэдзыгъуэм". [Тахътэр] къагъэсауэ щилъагъум, [Сулимэн] жиIащ: "ЗэхэсщIыкIынрэ зэхэзмыщIыкIынрэ сигъэунэхун щхьэкIэ, ар си Тхьэм къысхуищIа фIыщIэщ. ФIыщIэ зыщIым и щхьэм хуещIыж; зыгуэрым фIыщIэ имыщIми, си Тхьэр абы хуэныкъуэкъыми жумартщ!

(41) [Сулимэн] жиIащ: "Абы и тахътэм и теплъэр зэфхъуэкI. Деплъынщ ар абы къицIыхужрэ къимыцIыхужрэ!"

(42) [Пащтыхь гуащэр] къэкIуа нэужь, абы еупщIахэщ: "Мыпхуэдэ уи тахътэр?" Жэуап къаретыж: "Апхуэдэщ". [Сулимэн жиIащ]: "Дэ мыбы япэ щIэныгъэ къыдитащ, муслъымэни дыхъуащ.

(43) Абы [Iиман къихьыным] зэран хуэхъуащ, Алыхьым и пIэкIэ, нэхъапэм зыхуэпщылIу щытар. Ар джаур жылэм ящыщт".

(44) [Пащтыхь гуащэм] жраIащ: "Дэхьэ уардэ унэ [пщIантIэм]!" [ПщIантIэр] щилъагъум, псыуэ къыфIэщIри, и босцеикIэр къиIэтащ. Сулимэн къыжреIэ: "Мыр абджыпс лъэгущ". [Пащтыхь гуащэм] жиIащ: "Уэ си Тхьэ! Сэ лей зэсхыжат, ауэ иджы, Сулимэн игъусэу, дунейхэм я тхьэ Алыхьым сеувэлIащ!"

(45) Дэ Самудхэм я къуэш Салихь яхуэдгъэкIуащ: "Алыхьым фыхуэпщылI!" - жиIэу. Абдежым ахэр зэныкъуэкъу гупитIу зэпэуващ.

(46) [Салихь] яжриIащ: "Уэ ди жылэ! ФIым нэхърэ ер щхьэ нэхъ къафщтэрэ? Сыт Алыхьым къыфхуигъэгъуну фыщIемылъэIур? Хэт ищIэрэ, къыфхуигъэгъункIи мэхъу!"

(47) [Самудхэм] жаIащ: "Уэри уи гъусэхэми бзухэм я лъэтэкIэмкIэ дыфхуэплъат". [Салихь] яжриIащ: "Фэ фи бзур Алыхьым деж щыIэщ[452]. Ае, фэ фыжылэ тхьэкъуащ!"

(48) А къалэм цIыхуибгъу дэст, дунейр ягъэутхъуэу, фIы лъэпкъи ямыщIэу.

(49) Абыхэм жаIащ: "Алыхьым и цIэкIэ тхьэ зыхуэдывгъаIуэ, [Салихьрэ] и Iыхьлыхэмрэ нэху къедмыгъэкIыну. ИтIанэ абы и телъхьэм жетIэнщ: "Абы и Iыхьлыхэм я кIуэдыкIэр дэ тлъэгъуакъым, дэ жытIэр пэжщ".

(50) Ахэр хъуэгъэщагъэ хуекIуати, Дэри хъуэгъэщагъэ дыхуекIуащ, ауэ абыхэм гу лъатакъым.

(51) Еплъыт абыхэм я хъуэгъэщагъэр зэриухам! Дэ ахэри я жылэри - спорт думп тщIащ.

(52) Мисыр, щIэпхъаджэу зэрыщытам щхьэкIэ, хэкужьу къэдгъэнэжа я унэхэр. Ар телъыджэщ цIыху къызыгурыIуэхэм я дежкIэ.

(53) Ауэ Дэ къедгъэлащ Iиман къэзыхьу Тхьэм фIэлIыкI хъуахэр.

(54) ЛутIи [дгъэкIуати] и жылэм яжриIащ: "Иджыри цIапIагъэ фщIэрэ, ар зэрыгъуамэр къывгурыIуэрэ пэт?

(55) АтIэ цIыхухъухэм фыдахьэхыу фекIуалIэрэ, бзылъхугъэхэм япIэкIэ? Фэ фыжахьил защIэщ!"

(56) Жэуапым ипIэкIэ жылэм жаIащ: "ЛутIрэ и гъусэхэмрэ къуажэм дэфху: абыхэм къабзэу забжыж".

(57) Дэ езыри и Iыхьлыхэри къедгъэлащ, къакIэрыдгъэхуа и фызым нэмыщI.

(58) Дэ абыхэм уэшх къатедгъэшхащ. Ар уэшх мыгъуэт мыдэIуахэм я дежкIэ.

(59) ЖыIэ, [Мухьэммэд]: "СогъэлъапIэ Алыхьыр, Абы къыхиха и пщылIхэми (бегъымбархэми) сэлам язох! Алыхьыра нэхъыфIыр, хьэмэрэ Абы Iыхьэгъу хуащIахэра?

(60) Хьэмэрэ [нэхъыфIыр] уафэхэри щIылъэри къыфхуэзыгъэщIу, уафэм псы къыфхуезыгъэхыу, а псымкIэ жыг хадэ дахэхэр къыфхуэзыгъэкIара? Фэ абыхэм щыщ зы жыг къыфхуэгъэкIынутэкъым! Хьэмэрэ [нэхъыфIыр] Алыхьым Iыхьэгъу хуэфщIу ара? Ае, ахэр Алыхьым Iыхьэгъу хуэзыщI жылэщ.

(61) Хьэмэрэ [нэхъыфIыр] щIыр зыгъэбыдэу, псы жапIэхэр хэзыщIыхьу, хъурзэхэр [щIым] хэзыгъэувэу[453], хитIым яку куутI дэзыгъэувара?[454] Хьэмэрэ [нэхъыфIыр] Алыхьым гъусэ хуэфщI тхьэра? Ае, ахэр нэхъыбэм ящIэркъым.

(62) Хьэмэрэ [нэхъыфIыр] дэкъузар къыщелъэIукэ гущIэгъу хуэзыщIу лажьэр щхьэщызыхыра, фэри щIыр псэупIэ чэзу фхуэзыщIара? Хьэмэрэ [нэхъыфIыр] Алыхьым гъусэ хуэфщI тхьэра? МащIэрэщ фигу къызэрывгъэкIыжыр [Тхьэм къыфхуищIар]!

(63) Хьэмэрэ [нэхъыфIыр] щIымрэ хымрэ я кIыфIым гъуазэ щыфхуэхъура, икIи, и гущIэгъум япэ къихуэу, жьыбгъэр хъыбарыфIу къыфхуезыгъапщэра? Хьэмэрэ [нэхъыфIыр] Алыхьым гъусэ хуэфщI тхьэра? Алыхьыр куэдкIэ нэхъ лъагэщ Iыхьэгъу хуащIхэм нэхърэ?

(64) Хьэмэрэ [нэхъыфIыр] дуней къэгъэщIыныр къэзыублауэ, аргуэру къытезыгъэзэжыра, икIи уафэхэми щIылъэми къахэкIыу ерыскъы къывэзытыра? Хьэмэрэ [нэхъыфIыр] Алыхьым гъусэ хуэфщI тхьэра? ЯжеIэ: "Фэ жыфIэр пэжмэ, къызэрывгъэпэжын къафщтэ".

(65) ЯжеIэ: "Алыхьым нэмэщI уафэхэми щIылъэми щыIэкъым ущэхуар зыщIэ. ИкIи къыщагъэтэджыжынур зыми ищIэркъым!"

(66) Ае, абыхэм пэжыр ахърэтым къащIэнущ; ае, ауэ иджыпсту абы шэч къытрахьэ, ахэр нэфщ.

(67) Iиман зимыIэхэм жаIэ: "Дэри ди адэхэри сабэ дыхъужа нэужь дыкъагъэтэджыжыну?

(68) Япэм абыкIэ дэри ди адэхэри къагъэгугъат. Ауэ ар пасэрей псысэщ".

(69) ЯжеIэ: "Дунейм фытехьи щIэпхъаджэхэм я кIуэдыкIэ хъуам феплъ".

(70) Уэ абыхэм (Iиман къэзымыхьхэм) щхьэкIэ умынэщхъей [Мухьэмэд], икIи абыхэм я хъуэгъэщагъэм щхьэкIэ узэгуэмып.

(71) [Джаурхэм] жаIэ: "Фэ жыфIэр пэжмэ, мы дызэрывгъэшынэр къыщысынур дапщэщ?"

(72) ЯжеIэ: "А фызэпIэщIэкIым щыщ гуэрхэр фяужьым кIэщIу итынкIэ мэхъу".

(73) Уи Тхьэм цIыхухэм куэд къахуещIэ ауэ нэхъыбэм ар фIыщIэ ящIыркъым.

(74) Уи Тхьэм ещIэ абыхэм ягум щаущэхури къагъэнаIуэри.

(75) Уафэхэми щIылъэми щэху гуэр щыIэкъым, ар Тхылъ наIуэм[455] имыту.

(76) Мы КъурIэным IисраIил и щIэблэм яхуеIуатэ ахэр зэрызэгурымыIуэм и нэхъыбэр.

(77) Ар - гъуазэщ, Iиман зиIэхэм я дежкIи гущIэгъущ.

(78) [Ахэр зэрызэгурымыIуэмкIэ] уи Тхьэм абыхэм захуэу хей яхуищIэнущ. Езыращ лъэщыр, [псори] зыщIэр!

(79) Алыхьым щыгугъ, уэ пэжым утетщ.

(80) Уэ лIахэм зэхебгъэхыфынукъым, дэгухэми уи джэ макъыр зэхебгъэхыфынукъым, я щIыб къагъазэу щIэпхъуэжа нэужь.

(81) Гъуэщыныгъэм нэф ищIахэр уэ пхуэузэщIыжынукъым. Уэ зэбгъэдаIуэфынур Ди Iэятхэр зи фIэщ хъууэ къеувэлIахэращ.

(82) Ди псалъэр (гIэзабыр) къатехуэн щыхъукIэ, Дэ щIым псэущхьэ гуэр къыхэтшынурэ, къедгъэпсалъэнущ абыхэм - Ди Iэятхэр зи фIэщ мыхъуу щыта цIыхухэм.

(83) Дэтхэнэ зы Iумэтми щыщу Ди Iэятхэр пцIыуэ зылъытэу щыта гупхэр, а Махуэм зыхуэтхусынурэ, жэуапым етшэлIэнущ.

(84) Ахэр зэхуэса нэужь, Езыр къайупщIынущ: "Си Iэятхэр пцIыуэ къыщIэфлъытар фи щIэныгъэм къимытIэсауэ ара, хьэмэрэ сыт фщIар?"

(85) ЗэрыщIэпхъаджэхэм щхьэкIэ гIэзабыр къатехуэнущ, жаIэни ягъуэтыжынукъым.

(86) Ялъагъуртэкъэ жэщыр псэхугъуэ, махуэр нэху (лэжьэгъуэ) зэрахуэтщIар. Ар Iиман зиIэхэм я дежкIэ нэщэнэщ!

(87) Сурым къыщепщэну Махуэм уафэми щIылъэми щыIэр шынэнущ, Алыхьым шынагъэм щихъумэхэм нэмыщI. ИкIи псори абы и пащхьэм къихьэжынущ, Iэсэ хъуахэу.

(88) Къуршхэм ущеплъкIэ мыхъей уи гугъэщ, ауэ ахэр пшэм хуэдэу блокI. Ар нэгъэсауэ псори зыухуа Алыхьым и IэщIагъэщ. Ар щыгъуазэщ фэ фщIэм.

(89) Хэтми, фIы зыщIэм, нэхъыфIыж къылъысыжынущ, икIи а Махуэм ахэр шынагъуэм щыхъума хъунущ.


 

(90) Iей зыщIахэр нэкIукIэ мафIэм хадзэнущ. Фэ къэвлэжьам нэмыщI нэгъуэщI къыфлъысыжыну?

(91) [ЯжеIэ Мухьэммэд]: "Сэ унафэ къысхуащIащ хьэрэм зыщыпщIэ мыхъуну къалэм (Мэчэм) и Тхьэм сыхуэпщылIыну. Езым псори IэщIэлъщ. Унафи къысхуащIащ сымуслъымэныну.

(92) КъурIэнми седжэну". Хэт гъуэгу захуэм тету кIуэми фIы зыхуищIэжыр и щхьэращ. Гъуэщам яжеIэ: "Сэ сыущиякIуэ къудейщ".

(93) ЯжеIэ [Мухьэммэд]: "Алыхьым фIыщIэ хузощI! Абы и телъыджэхэр къывигъэлъагъунурэ, итIанэ ахэр фэ къывгурыIуэнущ". Уи Тхьэр теплъэкъукIыркъым абыхэм ящIэм.



Поделиться с друзьями:

Организация стока поверхностных вод: Наибольшее количество влаги на земном шаре испаряется с поверхности морей и океанов (88‰)...

Своеобразие русской архитектуры: Основной материал – дерево – быстрота постройки, но недолговечность и необходимость деления...

История развития хранилищ для нефти: Первые склады нефти появились в XVII веке. Они представляли собой землянные ямы-амбара глубиной 4…5 м...

Особенности сооружения опор в сложных условиях: Сооружение ВЛ в районах с суровыми климатическими и тяжелыми геологическими условиями...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.035 с.