Сурэ 8. Къуентхъыр (iэл-iэнфал) — КиберПедия 

Автоматическое растормаживание колес: Тормозные устройства колес предназначены для уменьше­ния длины пробега и улучшения маневрирования ВС при...

Папиллярные узоры пальцев рук - маркер спортивных способностей: дерматоглифические признаки формируются на 3-5 месяце беременности, не изменяются в течение жизни...

Сурэ 8. Къуентхъыр (iэл-iэнфал)

2018-01-03 288
Сурэ 8. Къуентхъыр (iэл-iэнфал) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Ахэр уэ къуентхъ [гуэшыкIэмкIэ] къоупщI. ЯжеIэ: "Къуентхъым [и унафэр] Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ яIэщIэлъщ". Алыхьым фыфIэлIыкI, хабзэкIэ фызэхэт,

Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фахуэжыIэдаIуэ, Iиман фиIэр пэжмэ.

(2) Iиман зиIэр, Алыхьым и цIэр къыщраIуэкIэ, гумащIэхэращ; и Iэятхэм къащыхуеджэкIэ зи Iиманыр хэхъуэхэращ; зи Тхьэм щыгугъхэращ;

(3) зи нэмэзхэр зыщIу Дэ яттами хэзытыкIхэращ.

(4) Ахэращ мьIумин щыпкъэр. Абыхэм я Тхьэм деж лъапIэныгъи, гъэгъуныгъи, жумартагъи щагъуэтынущ.

(5) Ещхьыркъабзэу[254], уи Тхьэм и унафэкIэ уи унэм укъыщIишу, Тхьэм и Iэмырыр къыщыхэпхьэм, мыIумин зыкъомым я жагъуэ хъуащ [зауэм кIуэныр].

(6) Пэжыр (зауэм кIуэныр Тхьэм и унафэу зэрыщытыр) наIуэ къэхъуа нэужьи, ахэр къоныкъуэкъуащ [зауэм кIуэну хуэмейуэ], я нэр къижу ажалым бгъэдахуэ нэхъей.

(7) ГупитIым языр фыфей хъуну Алыхьым фыкъыщигъэгугъэм, фэ фыхуеят Iэщэншэхэр къыфпэщIэхуэну[255]. АрщхьэкIэ Алыхьыр зыхуейр Езым и IэмыркIэ пэжыр пхигъэкIыу джаурхэм я лъапсэр ирихыну аращ,

(8) пэжыр тригъакIуэу пцIыр игъэкIуэдын щхьэкЬ, ар щIэпхъаджэхэм я жагъуэу щытми.

(9) Арати, фи Тхьэм къывдэIэпыкъуну фыщелъэIум къывжиIащ: "Сэ мелыIыч мин ныфхуэзгъэкIуэнщ зэкIэлъхьэужьу!"

(10) Алыхьым ар щIищIар фигъэгуфIэу фигухэр къиIэтын щхьэкIэщ. ТекIуэныгъэр Алыхьым нэмыщI нэгъуэщIым къыбгъэдэкIыркъым, Алыхьыр лъэщщ, Iущщ!

(11) Абы фигъэщхьэукъуащ фымыгузэвэн щхьэкIэ, уэшхи къыфтригъэшхащ фигъэкъэбзэн, шейтIаным и фIейр фкIэригъэкIын, фи гур игъэину фи лъэр игъэбыдэн щхьэкIэ.

(12) Арати, уи Тхьэм мелыIычхэм уэхьий къахуегъакIуэ: "Сэ сывигъусэщ, Iиман зиIэхэр вгъэлъэщ! Сэ Iиман зимыIэхэм ягум шынагъэр ислъхьэнщ. Фыдэуэ я пщэдыкъхэм, феуэ я Iэпэхэм!"

(13) Ар къащIытехуэр Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ зэрыбгьэдэкIахэращ, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ бгъэдэкIхэмкIэ Алыхьым и гIэзабыр гуащIэщ.

(14) Аращ [къэвлэжьари] -вгъэныщкIу! Джаурхэми мафIэм и гIэзабыр къапэщылъщ!

(15) Уэ Iиман зиIэхэ! Фи бийхэр къэхъеяуэ фащыIууэкIэ фи щIыб яхуэвмыгъазэ.

(16) А махуэм абыхэм зи щIыб яхуэзыгъазэм Алыхьым и губжьыр къытехуэнущ, зауэкум зыщигъазэу щымытмэ е адрей гупым ядэIэпыкъун щхьэкIэ зимыгъазэмэ. Апхуэдэм хэщIапIэ хуэхъунур жыхьэнмэращ, ар хэщIапIэ Iейщ!

(17) Фэракъым ахэр зыукIар, Алыхьыращ ахэр зыукIар; уэракъым ар щыбдзым зыдзар[256], Алыхьыращ зыдзар; Iиман зиIэхэр къахуищIамкIэ игъэунэхун щхьэкIэ. Алыхьым псори зэхех, ещIэ!

(18) Аращ фхуэфащэр: Алыхьым джаурхэм я хъуэгъэщагъэр къегъэтIасхъэ.

(19) Фэ текIуэныгъэм фыщIэлъэIуати, текIуэныгъэр къыфхуэкIуащ[257], щывгъэтмэ ар фи дежкIэ нэхъыфIщ, ауэ къытевгъазэмэ, дэри къытедгъэзэнщ. Фи дзэр сыт хуэдизу мыкуэдми фыкъыригъэлыфынукъым: Алыхьыр Iиман зиIэхэм я гьусэщ.

(20) Уэ Iиман зиIэхэ! Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фахуэжыIэщIэ, икIи фи щIыб хуэвмыгъазэ [абы и псалъэр] щызэхэфхкIэ.

(21) ИкIи: "Зэхыдох", - жызыIэу емыдэIуахэм ещхь фымыхъу.

(22) Псэ зыпытым ящыщу Алыхьым и пащхьэм щынэхъыкIэр дэгуу, бзагуэу, къагурыIуэну [хуэмейхэращ].

(23) Алыхьым абыхэм фIы гуэр ядищIэу щытамэ, захригъэхынт, ауэ захригъэхами, абыхэм [диныр] ямыдэу я шIыб хуагъэзэнт.

(24) Уэ Iиман зиIэхэ! Фэ псэ къыфхэзылъхьэнум фыщыхуриджэкIэ Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ федаIуэ. ЗэвгъащIэ, Алыхьыращ цIыхумрэ и псэмрэ яку дэтыр[258], икIи Аращ зи пащхьэ фихьэжынур.

(25) ФитIнэм[259] зыщыфхъумэ, абы ихьынур бзаджащIэхэм я закъуэкъым. ИкIи зэвгъащIэ Алыхьыр гIэзабкIэ зэрылъэщыр.

(26) Фигу къэвгъэкIыж, фымащIэу, фытегушхуэгъуафIэу, цIыхухэм фызэбгырахынкIэ фышынэу щыщытам фэ Абы егъэзыпIэ къызэрывитар, къывдэIэпыкъуу фызэрытригъэкIуар, фIыгъуэхэри къызэрыфлъигъэсар, - фIыщIэ хуэфщI.

(27) Уэ Iиман зиIэхэ! Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ файмыпцIыж, апхуэдэ фщIэмэ анэмэт къыфхуащIам фепцIыжауэ аращ, фепцIыж зэрымыхъунур фщIэрэ пэт.

(28) Зыщывмыгъэгъупщэ фи мылъкумрэ фи бынымрэ фатхьэкъункIэ зэрыхъунур, Алыхьым и тыгъэр нэхъ инщ.

(29) Уэ Iиман зиIэхэ! Алыхьым фыфIэлIыкIмэ [Iеймрэ фIымрэ] зэхэфщIыкI фищIынщ, мыщIапхъэу фщIари фщхьэщихынщи, къыфхуигъэгъунщ. Алыхьыр гущIэгъукIэ жумартщ.

(30) Мис, уэ джаурхэм хъуэгъэщагъэ къыпкIэлъызэрахьэ уаубыдын, е уаукIын, е урахун щхьэкIэ. Абыхэм хъуэгъэщагъэ зэрахьэ, Алыхьми хъуагъэщагъэ зэрехьэ, ауэ Алыхьыр хъуэгъэщагъэкIэ нэхъ Iэзэщ.

(31) Ди Iэятхэм къащыхуеджэкIэ абыхэм жаIэ: "Дэ ар зэхэтхакIэщ. Дыхуеямэ дэри апхуэдэ жытIэфынут. Ар пасэрейхэм я псысэ къудейщ!"

(32) ИкIи мис, абыхэм жаIэрт: "Уэ ди Тхьэ! Мыр Уэ къыббгъэдэкIар пэжмэ, мывэ уэшх къыттегьашхэ, е гIэзаб гуащIэ къыттелъхьэ!"

(33) Ауэ Алыхьым абыхэм гIэзаб ятрилъхьэнукъым уэ уахэтыху; Тхьэм елъэIухэр яхэту абыхэм Алыхьым гIэзаб къатрилъхьэнукъым.

(34) АтIэ сыт Алыхьым гIэзаб щIатримылъхьэнур абыхэм, мэжджыт лъапIэм кIуэхэр щыщIамыгъэхьэкIэ? Ахэр абы и хъумакIуэкъым, абы и хъумакIуэхэр Алыхьым фIэлIыкIхэращ. Ауэ ар нэхъыбэм ящIэркъым.

(35) Абыхэм Унэм, (Чэбэм деж), щащIу щыта нэмэзхэр фийрэ Iэгуауэ къудейт. Иджы фи джаурыгъэм къыфхуихьа гIэзабыр вгъэныщкIу!

(36) Джаурхэм я мылъкур трагъэкIуадэ цIыхур Алыхьым и гъуэгум темыгъэхьэным, [щымысхьуи] трагъэкIуэдэнущ. ИужькIэ хущIегъуэжынущ икIи [я мурадыр] къайхъулIэнукъым. Iиман къэзымыхьахэр жыхьэнмэм щызэхуахусыжынущ,

(37) Алыхьым гъуамэхэмрэ фIэрафIэхэмрэ зэхидзу, гъуамэхэр зэкIэлъхьэужьу

жыхьэнмэм хикIутэн щхьэкIэ. Ахэращ унэхъуар.

(38) ЯжеIэ Iиман къэзымыхьахэм: "Абыхэм щагъэтмэ, япэм ящIар къахуэгъунущ, ауэ къыщIадзэжмэ - ипэрей [джаурхэм] я махуэр къахуэкIуэнущ.

(39) [Къывэзауэм] фезэуэж абыхэм, егъэзыныгъэрэ хьэргъэшыргъэрэ щымыIэжу диныр псори Алыхьым IэщIэлъ хъуху". Ауэ абыхэм щагъэтмэ, Алыхьым елъагъу абыхэм ящIэр.

(40) ЩымыдаIуэхэкIэ, зэвгъащIэ, Алыхьыр фи телъхьэу зэрыщытыр. Ар телъхьэ гъуэзэджэщ икIи дэIэпыкъуэгъу гъуэзэджэщ.

(41) ЗэвгъащIэ: къуентхъыу къыфIэрыхьа псоми[260] я Iыхьэ тхуанэр яйщ: Алыхьым, лIыкIуэм, Iыхьлыхэм[261], ибэхэм, тхьэмыщкIэхэм, гъуэгурыкIуэхэм[262]фэ Алыхьыр фи фIэщ хъуамэ, гупитIыр щызэхуэза махуэ зэхэгъэкIыпIэм Ди пщылIым ныхуедгъэхар фи фIэщ хъумэ! Алыхьым сытри хузэфIокI.

(42) Мис, фэ ГIудуэ [къуэладжэ] благъэм фыдэтщ, адрейхэр ГIудуэ [къуэладжэ] жыжьэм дэтщ, чэруаныр фящхъэрэкIэ къыщытщ. Фэ пIалъэ зэфтауэ щытами апхуэдэу фызэхуэзэнтэкъым. Ар апхуэдэу щIэхъуар Алыхьым и Iэмырыр зэщIэн щхьэкIэщ: хэт хэкIуадэми щIыхэкIуадэр наIуэ хъун щхьэкIэ; хэт къелми къыщIелар наIуэ хъун щхьэкIэ[263]. Алыхьым [псори] зэхех, ещIэ!

(43) Арати, Алыхьым уэ пщIыхьэпIэу уигъэлъэгъуащ ахэр мащIэу; ахэр уэ куэду уи нэгу щIэкIатэмэ, Iэнкун фыхъунти а Iуэхум теухуауэ фызэдауэжынт. Ауэ Алыхьым абы фыщихъумащ: Езым ещIэр гум илъыр.

(44) Арати, [дзитIыр] фыщызэхуэзэм, Езым фэ ахэр мащIэу къыфщигъэхъуащ, фэри абыхэм мащIэу факъыщигъэхъуащ, Алыхьым и Iэмырыр зэщIэн щхьэкIэ. Iуэхугъуэ псори зэкIуэлIэжыр Алыхьыращ.

(45) Уэ Iиман зиIэхэ! [Джаур] гуп фыхуэзэмэ, фыкъимыкIуэт, Алыхьым и цIэри куэдрэ къифIуэ - фехъулIэнщ.

(46) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фахуэжыIэщIэ, фызэмыдауэ, арыншамэ фи къарур щIэкIынщи фехъулIэнкъым. ШыIэныгъэ зивгъэIэ, Алыхьыр шыIэныгъэ зиIэхэм ягъусэщ. (47) Загъэпагэу къежьахэм, фэрыщIхэм, Алыхьым и гъуэгур цIыхум япэзыубыдхэм ещхь фымыхъу. Абыхэм ящIэ псоми Алыхьыр щыгъуазэщ.

(48) Арати, шейтIаным абыхэм я IуэхущIафэхэр яхуигъэдэхащ, икIи яжриIащ: «Нобэ фэ къыфтекIуэн цIыху щыIэкъым, сэри сывителъхьэщ». ДзитIыр къыщынаIуэм икIуэтыжри къажриIащ: «Фэ си Iуэху ныфхэлъкъым, фэ фымылъагъур сэ солъагъу[264]. Сэ Алыхьым сыщошынэ, Алыхьыр тезыркIэ лъэщщ!»

(49) Мис, напитIхэмрэ зи гур узым иубыдахэмрэ жаIэ: «Мыхэр я диным итхьэкъуащ». Ауэ

Алыхьым щыгугъхэм [ящIэ]: Алыхьыр лъэщщ, Iущщ!

(50) Плъэгъуащэрэт уэ джаурхэм я гъащIэр зэраухыр, мелыIычхэр я напэми я щIыбми къеуэу: «ВгъэныщкIу мафIэм и гIэзабыр!» — жаIэурэ.

(51) Ар фэ фи IэкIэ къэвлэжьыжащ, Алыхьыр и пщылIхэм яхуэзалымкъым.

(52) Мыбыхэм я Iуэхур зэщхьыр ФиргIэун и жылэмрэ абыхэм япэкIэ щыIахэмрэщ. Абыхэм Алыхьым и Iэятхэр я фIэщ хъуртэкъыми я гуэныхьым тригъэкIуэдэжащ. Алыхьыр лъэщщ, тазыркIи гуащIэщ!

(53) Аращ, жылэм къазэрыхуэупса фIыгъуэр Алыхьым зэрихъуэкIыжынукъым, езыхэм я гурылъыр яхъуэжыху: Алыхьым [псори] зэхех, ещIэ!

(54) Мыбыхэм я Iуэхур зэщхьыр ФиргIэун и жылэмрэ абыхэм япэкIэ щыIахэмрэщ. Абыхэм Алыхьым и Iэятхэр пцIыуэ къалъытэрти, я гуэныхьым тедгъэкIуэдэжащ, ФиргIэун и жылэри [хым] едгъэтхьэлащ. Ахэр псори щIэпхъаджэт.

(55) Алыхьым и дежкIэ щIым тетым я нэхъ Iейр джаурхэращ, абыхэм Iиман яIэкъым:

(56) ахэр уэ псалъэ къуатыхукIэ зи псалъэм епцIыжхэращ, ахэр Тхьэм фIэлIыкIыркъым.

(57) Абыхэм зауэм уащытекIуэмэ, абыхэм къакъуэтхэри зэбгырыху, зыщIэгупсысыжын щхьэкIэ.

(58) Жылагъуэ гуэр къопцIыжыну гурыщхъуэ яхуэпщIмэ, быдагъэ япщIылIар къутэж, зэхуэдэ фыхъун папщIэ. Алыхьым и щIасэкъым епцIыжакIуэхэр.

(59) Джаурхэр иремыгугъэ къелауэ, абыхэм [Алыхьыр] яхурикъунущ.

(60) Абыхэм зэрыфлъэкIкIэ захуэвгъэхьэзыр фи къарукIи фишкIи; абыкIэ фэ вгъэшынэ Алыхьми фэри фи бийхэр, адрейуэ фэ фымыщIэхэри; ахэр Алыхьым ецIыху. Алыхьым щхьэкIэ сыт вгъэкIуэдами вгъуэтыжынущ, зыкIи къывэкъуэншэккIынукъым.

(61) Ауэ мамырыгъэр нэхъ къащтэмэ, уэри ар къащти Алыхьым щыгугъ. Езым [псори] зэхех, ещIэ!

(62) Ауэ укъагъэпцIэну хэтмэ, Алыхьыр уэ уи телъхьэщ. Аращ уэ къыбдэIэпыкъуар текIуэныгъэмкIи, мыIуминхэмкIи,

(63) абыхэм ягухэри зэзышэлIар. ЩIым тет мылъкур тебгъэкIуэдами уэ абыхэм ягухэр пхузэшэлIэнтэкъым, абыхэм ягухэр зэзышэлIар Алыхьыращ. Ар лъэщщ, Iущщ!

(64) Уэ бегъымбар! УэркIи, Iиман зиIэ уи гъусэхэмкIи Алыхьыр телъхьэ ирокъу.

(65) Уэ бегъымбар! Iиман зиIэхэр зауэм тегъэгушхуэ, фэ фщыщу бэшэч тIощIыр щитIым ятекIуэнущ, икIи [апхуэдэу] щэ фхэтмэ, ахэр джаур миным ятекIуэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр (джаурхэр) къызыгурымыIуэ жылэщи.

(66) Нобэ фи Iуэхур Алыхьым къигъэпсынщIащ, Абы ещIэр фэ тIэсхъапIэ фызэриIэр. Ауэ фэ бэшэчу щэ къыфхэтмэ, ахэр щитIым ятекIуэнущ; [апхуэдэу] мин къыфхэтмэ, ахэр, Алыхьым и IизынкIэ, минитIым ятекIуэнущ. Алыхьыр бэшэчхэм ягъусэщ.

(67) Зы бегъымбарми гъэр ищI хъунукъым, мы дунейм и лъэр быдэу щыувыху[265]. Фэ фызыщIэкъур дуней хьэхум и фIыгъуэращ, Алыхьым къыфхуигъэлъагъуэр ахърэтым [и фIыгъуэращ]. Алыхьыр лъэщщ, Iущщ!

(68) Нэхъапэм, Алыхьым итхам[266] нэмыщIамэ, фэ гIэзабышхуэ къыфтехуэнут мы къеIыфхам щхьэкIэ[267].

(69) Зауэм къыщыфхьа къуентхъыр фIыщи, фи хьэлэлщ, Алыхьми фыфIэлIыкI. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гумахуэщ!

(70) Уэ бегьымбар! Гъэр къэфщIахэм, яжеIэ: «Фи гум фIы илъу Алыхьым къищIэмэ, фэ фи хэщIым нэхърэ нэхъыбэ къывитыжынущ икIи къыфхуигъэгъунущ. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гумахуэщ!»

(71) Ахэр къопцIыжыну ягу илъмэ, нэхъапэм Алыхьым епцIыжати, уи IэмыщIэ кърилъхьэжащ. Алыхьым [псори] ещIэ, Iущщ!

(72) Iиман къэзыхьахэу, хьэжрэт зыщIахэу, зи мылъкурэ зи псэкIэ Алыхьым щхьэкIэ ныкъуэкъуахэмрэ абыхэм бысым къахуэхъуу къадэIэпыкъуахэмрэ - благъэ зэхуэхъуащ[268]. Мыдрейуэ, Iиман къэзыхьахэу, ауэ хьэжрэт зымыщIахэм фыраблагъэкъым, хьэжрэт ящIыху. Ауэ дин IуэхукIэ фадэIэпыкъуну къывэлъэIумэ, фадэIэпыкъуну фи къалэнщ, фэ быдагьэ зэфщIылIа жылэм фезауэну къыфпамыубыдмэ. Фэ фщIэ псори Алыхьым елъагъу.


 

(73) Модрей джаурхэр зыр адрейм и телъхьэщ, фэри апхуэдэу фыщымытмэ, хьэргъэшыргъэ хъунщи, дунейр ину зэIыхьэнщ.

(74) Iиман къэзыхьахэу, хьэжрэт зыщIахэу, Алыхьым щхьэкIэ ныкъуэкъуахэмрэ, абыхэм бысым къахуэхъуу къадэIэпыкъуахэмрэ мыIумин щыпкъэщ. Абыхэм я гуэныхьри къахуэгъунущ, ерыскъыри куэду къалъысынущ.

(75) ИужькIэ Iиман къэзыхьу, хьэжрэт зыщIу, фи гъусэу ныкъуэкъуахэр фэ фщыщ хъуащ. Ауэ лъыкIэ зэблагъэхэр, Алыхьым и ФIыцIагьэм зэрыжиIэмкIэ, нэхъ зэпэгъунэгъухэщ[269]. Алыхьыр сытми щыгъуазэщ.


СУРЭ 9. ТОБЭР (IЭТ-ТЭУБЭ)

ГуащIмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Тхьэм Iыхьэгъу хуэзыщIхэм ефщIылIа быдагъэр Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ якъутэж.

(2) МазиплIкIэ дэнэ фыщызекIуэнуми фыхуитщ, икIи зэгъащIэ Алыхьым фызэрыпэмылъэщынур, джаурхэм я напэри зэрытрихынур.

(3) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ хьэжышхуэ махуэм цIыхухэм хъыбар ирагьащIэ, Апыхьымрэ и лIыкIуэмрэ мушрикхэм[270] зэрапыкIамкIэ. Ауэ [мушрикхэм] къэвгъэзэжмэ, ар фи дежкIэ нэхъыфIщ; къэвмыгъэзэжмэ, зэвгъащIэ, фэ Алыхьым фыпэлъэщынукъым. [Уэ Мухьэммэд], джаурхэр гъэгуфIэ гIэзаб гуащIэ къазэрыпэщылъымкIэ,

(4) ауэ [абыхэм] ящыщкъым фэ быдагьэ зэфщIылIэу къывэмыпцIыжа, фи бийхэм ядэмыIэпыкъуа мушрикхэр. Абыхэм ефщIылIа быдагъэр и чэзум нэсыху ядэфIыгъ: Алыхьым и щIасэщ Езым фIэлIыкIхэр.

(5) Мазэ лъапIэхэр[271] икIа нэужь, дэнэ къыщывгъуэтми, мушрикхэр зэтевукIэ, къэвубыд, къэфтIысыхь, фапэтIыс. Ауэ къагъэзэжрэ нэмэз ящIмэ, сэджыт хатыкIмэ, футIыпщыж. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гумахуэщ.

(6) Мушрикхэм ящыщ гуэрым и щхьэр къуихьэлIэмэ, зэшалIи гьэхьэщIэ, Алыхьым и псалъэр зэхихыху. ИтIанэ гузэвэгъуэ къыщылъэмыIэсын щIыпIэ нэгъэсыж. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр [иджыри] къызыгурымыIуэ жылэщ.

(7) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ дауэ быдагъэ даIыгъын мушрикхэм, ахэр Мэжджыт ЛъапIм деж быдагъэ зэфщIылIахэр армырамэ! Ахэр къыфхуэпэжыху, фэри фахуэпэж: Алыхьым и щIасэщ Езым фIэлIыкIхэр.

(8) Ар дауэ - фэ къыщыфтекIуэкIэ, я тхьэрыIуи я быдагьи ягъэпэжыжыркъым, [ауэ фащытекIуэкIэ] псалъэкIэ къыфхуоIужажэ, ягур къывбгъэдэмыхьэу! Абыхэм я нэхъыбэри фасикъщ.

(9) Пуду ящащ абыхэм Алыхьым и Iэятхэр, Алыхьым и гъуэгури цIыхухэм паубыд. Гъуамэщ абыхэм ящIэр.

(10) Дэтхэнэ мыIуминри абыхэм яукIыфынущ, тхьэрыIуэми быдагъэми ебакъуэнурэ. Ахэр щIэпхъаджэщ.

(11) Абыхэм къагъэзэжрэ, нэмэзыр ящIу сэджытыр ятмэ, ахэр динкIэ къуэш фхуохъу. Дэ ди Iэятхэр яхудогъэнаIуэ зэхэщIыкI зиIэхэм.

(12) Ауэ ахэр быдагъэм иужькIэ, тхьэлъанэм епцIыжрэ фи диным къыхэпыджэмэ, джаур пашэхэм фезауэ увыIэху — абыхэм тхьэлъанэр кърадзэркъым.

(13) Дауэ фемызауэнрэ зи тхьэлъанэм епцIыжу лIыкIуэр хэкум къизыхуну хуежьа жылэм? Ахэращ япэу къыщIэзыдзар. Фэ абыхэм фащышынэрэ? Алыхьым нэхъ фыщышынапхъэщ, Iиман фиIэр пэжмэ!

(14) Фезауэ абыхэм — Алыхьым фэ фи IэкIэ гIэзабыр ятрилъхьэнущ, я напэр трихынущ, фэ абыхэм фатригъэкIуэнущ; мыIуминхэм ягури ятригъэпщэхэнущ,

(15) ягум илъ губжьри ирихыжынущ. Зыхуэфащэм и тобэри Iихынущ. Алыхьым [псори] ещIэ, Ар Iущщ.

(16) Хьэмэрэ фэ фигугъа Алыхьым имыщIэну фэ фщыщу [диным] щIэзэуахэу, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ мыIуминхэмрэ нэмыщI, нэгъуэщI телъхьэ зымыщIахэр? Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэм.

(17) Къезэгьыркъым мушрикхэр Алыхьым и Мэжджытым къекIуалIэну, абыхэм зэрыджаурхэмкIэ зыумысыжащ[272]. Абыхэм я Iуэхур псыхэкIуадэщ, игьащIэкIи мафIэм хэсынущ.

(18) Алыхьым и Мэжджытым кIуапхъэр Алыхьымрэ Къемэт Махуэмрэ зи фIэщ хъуауэ, нэмэз зыщIу, сэджыт зыту, Алыхьым нэмыщI нэгъуэщIым щымышынэращ, ахэр узэщIа хъуащ.


 

(19) АтIэ хьэжыщIхэр псы езыгъафэхэр, Мэжджыт ЛъапIэм и IуэхутхьэбзащIэхэр фэ хуэвгъадэрэ Алыхьымрэ Къемэт Махуэмрэ зи фIэщ хъуахэу Алыхьым и диным щIэбэнхэм? Ахэр Алыхьым и пащхьэм щызэхуэдэкъым. Алыхьым иузэщIыркъым залымхэр.

(20) Iиман къэзыхьахэу, хьэжрэт зыщIахэу, Алыхьым и диным щхьэкIэ зи мылъкумрэ зи псэмрэ зыгъэтIылъахэр Алыхьым и пащхьэ щынэхъ лъагэщ. Ахэращ ехъулIар.

(21) Ахэр я Тхьэм егъэгуфIэ и гущIэгъумкIэ, къазэрыхуэарэзымкIэ, тхъэгъуэр щызэпымычыж жэнэтымкIэ.

(22) Ахэр абы игъащIэкIэ исынущ. Алыхьым и тыгъэр инщ!

(23) Уэ Iиман зиIэхэ! Фи адэхэмрэ фи къуэшхэмрэ Iиманым нэхърэ Iиманыншагъэр нэхъ къащтэмэ, ахэр пэшэгъу фымыщI. Фящыщу ахэр пэшэгъу зыщIыр къуаншэщ.

(24) ЯжеIэ [Мухьэммэд]: «Фи адэхэр, фи бынхэр, фи къуэшхэр, фи щхьэгъусэхэр, фи лъэпкъыр, мылъку къэвугъуеяр, фи гур зэрыгъу сатур, фигу зыхуэзэгъа унэхэр — ахэр Алыхьым нэхърэ, Абы и лIыкIуэм нэхърэ, Абы и диным щIэбэныным нэхърэ нэхъыфIу флъагъумэ, Алыхьым и Iэмырыр (гIэзабыр) къыфлъэIэсыным фыпэплъэ. Алыхьым иузэщIыркъым фасикъ жылэхэр.

(25) Алыхьыр фэ щIыпIэ куэдым къыщывдэIэпыкъуащ. Ауэ Хьунэйн[273] махуэу фи куэдагъэм фыщигъэпэгам [а куэдагьэр] къыфщхьэпэжакъым, дунеишхуэри зэв къыфщыхъуащ. ИтIанэ фи щIыб къэвгъазэри фыщIэпхъуэжащ.

(26) ИужькIэ Алыхьым и гупсэхугъуэр и лIыкIуэмрэ мыIуминхэмрэ къалъигъэIэсащ, нэрымылъагъу дзэ къахуигъакIуэри джаурхэм гIэзаб ятрилъхьащ. Аращ джаурхэм яхуэфащэр.

(27) Абы иужькIэ, зыхуейм я тобэр Алыхьым яIихащ. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!

(28) Уэ Iиман зиIэхэ! Мушрикхэр гъуамэщи мы гъэм иужькIэ Мэжджыт ЛъапIэм бгъэдыхьэ хъунукъым. Ауэ тхьэмыщкIагъэм фигъэгузавэмэ, и жумартагъэмкIэ Езыр къывэтэнщ, къыфхуигъэфащэмэ.

(29) Фезауэ ФIыцIагъэ къызыхуэкIуахэм ящыщу Алыхьымрэ Къемэт Махуэмрэ зи фIэщ мыхъухэм, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ ягъэхьэрэмар зыгъэхьэлэлахэм, дин щыпкъэр зымыдэхэм - [фезауэ] яхуэмыхъуу я IэкIэ джизйер[274] къуат хъуху.

(30) Ехьудхэм жаIащ: «ГIузер Алыхьым и къуэщ». Чыристанхэми жаIащ: «Масихьыр (ГIиса) Алыхьым и къуэщ”. Къызэрагъэпэжын ямыIэу а псалъэр жаIэ. Ар ипэрей джаурхэм я жыIэм хуэдэщ. Алыхьым и бэлыхьыр къатихуэ! Сыту пэжыжьэ ахэр пэжым!

(31) Абыхэм Алыхьыр къагъанэри я Iэхьбархэр, я рухьбанхэр[275], Мэрям и къуэ Масихьыр тхьэ зыхуащIыжащ; абыхэм унафэ хуащIар Тхьэ Закъуэм хуэпщылIыну арат — Абы нэмыщI тхьэ щыIэкъым. ФIыщIэри щытхъури зейр аращ, Ар нэхъ лъагэщ Iыхьэгъу хуащIахэм нэхърэ!

(32) Ахэр хэтщ Алыхьым и нурыр (диныр) жьэкIэ ягъэункIыфIыну, ауэ Езы Алыхьым а нурыр иримыгъэкъуу идэркъым, ар джаурхэм ялъагъу мыхъуми.

(33) Езыращ узэщIакIуэмрэ (КъурIэнымрэ) дин щыпкъэмрэ къыздихьу и лIыкIуэр къэзыгьэкIуар, ар (Iисламыр) дин псоми ящхьэ ищIын щхьэкIэ, абы мушрикхэр хуэмей пэтми.

(34) Уэ Iиман зиIэхэ! Iэхьбархэмрэ рухьбанхэмрэ куэд яхэтщ нэгъуэщIым и мылькур хьэрэмкIэ яшхрэ, Алыхьым и гъуэгур [цIыхум] паубыду. Мыдрейуэ, дыщэмрэ дыжьынымрэ зэхуэзыхьэсу Алыхьым и хабзэмкIэ зымыгъэлажьэр гъэгуфIэ гIэзаб гуащIэмкIэ.

(35) А Махуэм ахэр жыхьэнмэ мафIэкIэ ягъэплъынурэ я натIэхэм, я джабэхэм, я тхыцIэхэм нэпкъыжьэ къытрадзэнущ: «Мис фи щхьэм хуэвгъэпщкIуар, вгъэныщкIу иджы а фхъумар», - [жаIэурэ].

(36) Алыхьым и ФIыцIагъэм зэритымкIэ, уафэхэмрэ щIылъэмрэ къызэригъэщIрэ Алыхьым и мазэхэр пщыкIутIу къокIуэкI. Абыхэм ящыщу плIыр гьэлъэпIащ. Ар ямыхъуэж хабзэщ. А лъэхъэнэм зэран фызэхуэмыхъуж икIи мушрикхэр зэгъусэу къызэрывэзауэм хуэдэу фэри зэгъусэу файзэуэж. ЗэвгъащIэ, Алыхьым фIэлIыкIхэр и щIасэщ.

(37) [Мазэ лъапIэхэр] зэпхъуэкIмэ, абы джаурыгъэм ухуешэ; абыкIэ джаурхэр мэгъуащэ: зы илъэсым ахэр ягъэлъапIэм, адрей илъэсым зэрахъуэкI[276], мазэ лъапIэхэм я бжыгъэр ирагъэкъун щхьэкIээ. Абыхэм ягъэхьэлэл Алыхьым игъэхьэрэмар. [ШейтIаным] къахуегъэдахэ абыхэм ящIэ мыщIапхъэр. Алыхьым джаур жылэр иузэщIыркъым.

(38) Уэ Iиман зиIэхэ! «Алыхьым и диным щхьэкIэ фыпхъэр», — жаIэу фыщыхураджэкIэ, щхьэ зивгъанэрэ? Фэ дуней хьэхур нэхъ къафщтэрэ ахърэтым нэхърэ? Дуней хьэхум и фIыгъуэр зырикIщ ахърэтым елъытауэ.

(39) Фымыпхъэрмэ, Алыхьым гIэзаб гуащIэр къыфтрилъхьэнщ икIи нэгъуэщI жылэкIэ фихъуэжынщ, фэ Абы зэран фыхуэхъуфынукъым. Алыхьым сытри хузэфIокI!

(40) Фэ [Мухьэммэд] фыдэмыIэпыкъуми, Езы Алыхьыр къыдэIэпыкъуащ: ахэр тIууэ зэгъусэу джаурхэм [Мэккэ] къыщыдахуам, бгъуэнщIагъым щIэсхэу [Мухьэммэд] и ныбжьэгъум жреIэ: «Умынэщхъей, Алыхьыр ди гъусэщ!» Арати, Алыхьым и гупсэхугъуэр абы къылъегъэIэс, нэрымылъагъу дзэи къыхуегъакIуэ, икIи джаурхэм я псалъэр егъэпуд, Алыхьым и псалъэр еIэт. Алыхьыр лъэщщ, Iущщ!

(41) Фыпхъэр, псынщIэхэри хьэлъэхэри[277], икIи фи мылъкукIи фи псэкIи Алыхьым и диным фыщIэбэн. Ар фи дежкIэ нэхъыфIщ, фщIэмэ.


 

(42) Хэхъуэр наIуэрэ гъуэгур кIэщIу щытамэ, ахэр уи гъусэу нежьэнут. Ауэ гъуэгур яфIэжыжьэти [нежьакъым]. [Иджы] Алыхьым и цIэкIэ тхьэ къыпхуаIуэнущ: «ТлъэкIамэ уи гъусэу дынежьэнут», - жаIэурэ. Абыхэм загъэунэхъуж, Алыхьым ещIэ ахэр зэрыпцIыупсыр.

(43) Пэж жызыIэмрэ пцIы зыупсхэмрэ зэхэкIын ипэкIэ ахэр [немыжьэну] хуит зэрыпщIар Алыхьым къыпхуигъэгъуащ.

(44) Алыхьымрэ Къемэт махуэмрэ зи фIэщ хъухэм уэ Iизын къыпIахынукъым я мылъкумрэ я псэмкIэ диным щIэбэнын щхьэкIэ. Алыхьым ещIэ Езым фIэлIыкIхэр.

(45) Уэ Iизын пIызыхынур Алыхьымрэ Къемэт Махуэмрэ зи фIэщ мыхъу гуитIщхьитIхэращ, абыхэм зыдагъэзэнур иджыри ящIэркъым.

(46) Ахэр нежьэну хуеятэмэ, IэщэфащэкIэ зыхуагъэхьэзырынт. Ауэ Алыхьыр хуейтэкъым ахэр нежьэнуи зэтриIыгъащ: «Къэнахэм фахэс», - къыжраIат абыхэм.

(47) Ахэр фи гъусэу нежьамэ, Iейт къапыкIынур, къывэхъуцацэурэ хьэргъэшыргъэ къыфхалъхьэнт: фэ фхэтщ абыхэм дахьэхын. Алыхьым ещIэ щIэпхъаджэхэр.

(48) Нэхъапэми ахэр хьэргъэшыргъэ къыфхалъхьэну, уи Iуэхури зэIащIэну хэтащ, пэжыр (текIуэныгъэр) къакIуэу Алыхьым и Iэмырыр наIуэ къэхъуху, ар абыхэм я жагъуэу щытми.

(49) Абыхэм яхэтщ жызыIэ: «Сыкъыдэнэ, сызытхьэкъун сыхуумышэ!» Ахэр тхьэкъуа зэпыткъэ? Джаурхэр жыхьэнмэкIэ къэухъуреихьащ.

(50) ФIы гуэр къохъулIэмэ, ахэр абы иронэщхъей; бэлыхь ухэхуэмэ, абыхэм: «Дэ и чэзум зыщытхъумат абы!» — жаIэурэ, гуфIэу зэбгырокIыж.

(51) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: «Дэ зыри къыттепсыхэнукъым, Алыхьым имыухауэ. Ар дэ ди телъхьэщ!» Алыхьым щырегугъ мыIуминхэр.

(52) ЯжеIэ: «Фэ фыпэплъэрэ фIыгъуитIым[278] нэмыщI нэгъуэщI дэ кыттепсыхэну? Дэ дыпоплъэ Алыхьым и гIэзабыр е Езым къыбгъэдэкIыу, е дэ къыдбгъэдэкIыу къыфтригъэпсыхэну. Аращи, фыпэплъэ, дэри фи гъусэу дыпоплъэ”.

(53) ЯжеIэ: «[Мылъкур] фигу пыкIыу вгъэкIуэдми фырахулIэу вгъэкIуэдми, тIум щыгъуи къабыл ищIынукъым — фэ фыжылэ фасикъщи».

(54) Абыхэм ятыр къабыл щIимыщIыр, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ я фIэщ зэрымыхъуращ, нэмэзым щхьэхынэу зэрекIуалIэращ, хамыгъэзыхьауэ зэрымытэхэращ.

(55) Уемыхъуапсэ абыхэм я мылъкумрэ я бынымрэ, абыхэмкIэ Алыхьым [фасикъхэм] гIэзаб щатрелъхьэ[279] мы дуней хьэхум, икIи ахэр джауру лIэжынущ.

(56) ИкIи абыхэм тхьэлъанэ ящI ахэр фэ (мыIуминхэм) фщыщу, фщымыщрэ пэт. Ар — мэшынэхэри аращ.

(57) Абыхэм егъэзыпIэ, е бгъуэнщIагъ, е дурэш ягъуэтатэмэ, щIэпхъуэнурэ загъэпщкIунут.

(58) Абыхэм яхэтщ сэдэкъэм щхьэкIэ къыпхуэпсалъэхэр. Абыхэм зыгуэр ялъысмэ арэзы мэхъу, ялъымысмэ мэгубжьхэр.

(59) Ахэр Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ къыратамкIэ арэзы хъурэ, жаIамэ арат: «Алыхьым къытхуищIамкIэ дыарэзыщ. Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ дяпэкIи къытхуэжумартынущ. Алыхьыращ ди гугъапIэр».

(60) Сэдэкъэ зылъысыр: факъырэхэр, тхьэмыщкIэхэр, сэджытым елэжьхэр, диным къыхуезыджэхэр, пщылI щхьэщэхужхэр, щIыхуэ зытелъхэр, Алыхьым и диным щIэбэнхэр, гъуэгум къытенахэращ, — ар Алыхь унафэщ. Алыхьым [псори] ещIэ, Iущщ!

(61) Абыхэм яхэтщ бегъымбарым и жагъуэ зыщI: «Ар тхьэкIумэ къудейщ»[280], — жаIэурэ. ЯжеIэ [абыхэм]: «Ар фэркIэ тхьэкIумэ махуэщ». Абы Алыхьыр и фIэщ мэхъу, мыIуминхэри и фIэщ мэхъу, фэ фщыщу Iиман зиIэхэмкIи махуэщ. Мыдрейуэ, Алыхьым и лIыкIуэм и жагъуэ къэзыщIхэм гIэзаб гуащIэр къапэщылъщ.

(62) Абыхэм фи пащхьэм Алыхьым и цIэкIэ тхьэлъанэ щащI арэзы фащIын щхьэкIэ, ауэ Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ нэхъ яхуэфащэщ арэзы ящIыну, Iиман яIэр пэжмэ!

(63) Абыхэм ящIэркъэ Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ пэувхэр жыхьэнмэ дакъэжь зэрыхъунур? Ар укIытэгъуэшхуэщ!

(64) НапитIхэр мэгузавэ ягум илъхэр къигъэнаIуэу сурэ къехынкIэ. ЯжеIэ: «Зэпывмыгъэу фи ауаныр! Алыхьым къыщIигъэщынущ а фэ фыщIэгузавэр».

(65) Абыхэм уайупщIмэ, дауи, къыбжаIэнущ: «Дэ зэштегъэууэ дыгушыIэу арат». ЯжеIэ: «Фэ джэгупIэ фщIыр Алыхьыра, И Iэятхэра, И лIыкIуэра?»

(66) «Къытхуэгъэгъу!» — жывмыIэ! Фэ Iиман къэфхьа нэужь, джаур фыхъужащ. Дэ зы гупым яхуэдгъэгъуми, адрей гупым гIзаб ятетлъхьэнущ, щIэпхъаджэу зэрыщытахэм щхьэкIэ.

(67) ЦIыхухъу напитIхэри бзылъхугъэ напитIхэри зэхуэдэщ: Iейм ухуашэри фIым убгъэдаш, яубыдари яутIыпщыркъым [нэпсей-хэщи]. Абыхэм Алыхьыр ящыгъупщати, Алыхьми ахэр зыщигъэгъупщащ. НапитIхэр фасикъщ.

(68) Алыхьым цIыхухъу напитIхэри, бзылъхугъэ напитIхэри, джаурхэри жыхьэнмэ мафIэмкIэ къигъэгугъащ, игъащIэкIи хэсынущ. Ар яхурикъунущ абыхэм! Алыхьым нэлат абыхэм ярихащ, гугъуехь мыухыжри къапэщылъщ,

(69) пасэрейхэм хуэдэу! Ахэр фэ нэхърэ къарукIэ нэхъ лъэщт, мылъкууи бынуи нэхъыбэ яIэт. Дуней тхъэжыгъуэми хэсащ, фэри мы дунейм фыщотхъэ, пасэрейхэр зэрыщытхъам хуэдэу. МыхъумыщIэм фыщIигъэнащ, пасэрейхэр щIигъэнауэ зэрыщытам хуэдэу. Абыхэм я IуэхущIафэр дунеягъэмкIи ахърэтымкIи псыхэкIуадэщ, унэхъуащ ахэр.

(70) КъалъэмыIэсауэ пIэрэт абыхэм пасэрейхэм я хъыбарыр: Нухь и жылэм, ГIадрэ Самудрэ, Iибрахьим и жылэм, Мэдйендэсхэм, зэтрикъутахэм[281] я хъыбарыр? Абыхэм къахуэкIуат лIыкIуэхэр, къэзыгъэпэж нэщэнэхэр яIыгъыу. Абыхэм Алыхьым лей къатрилъхьэнутэкъым, езыхэм я IэкIэ зытралъхьэжащ.

(71) МыIумин цIыхухъухэмрэ мыIумин бзылъхугьэхэмрэ зэдэIэпыкъуэгъущ. Абыхэм фIым убгъэдашэри Iейм убгъэдаш, нэмэзыр ящI, сэджытыр ят, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ хуэжыIэщIэщ. Ахэращ Алыхьым гущIэгъу зыхуищIынур. Алыхьыр лъагэщ, Iущщ!

(72) Алыхьым мьйумин цIыхухъухэри мыIумин бзылъхугъэхэри къигъэгугъащ псыхъуэхэр зыщIэж жэнэтымкIэ, игъащIэкIэ абы исыну! [Къигъэгугъащ] ГIэдн жэнэтым ит псэупIэфIхэмкIэ. Алыхьым и арэзыныгъэр нэхъыфIыжщ. Ар ехъулIэныгъэшхуэщ.

(73) Уэ бегъымбар! Джаурхэмрэ напитIхэмрэ ебэн икIи уащымысхь. Абыхэм я хэщIапIэнур жыхьэнмэращ, ар екIуэлIапIэ Iейщ.

(74) Алыхьым и цIэкIэ тхьэлъанэ ящI [мыхъун] жамыIауэ; арщхьэкIэ джаурыгъэ псалъэр къажьэдэкIат, икIи муслъымэныгъэр къащта нэужь джаур хъужат, яхузэфIэмыкIынумкIи[282] зэгурыIуат.

Абыхэм яхуэмышэчыр Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ я жумартагъэкIэ ахэр бей зэращIарат. Къагъэзэжмэ, я дежкIэ нэхъыфIщ, къамыгъэзэжмэ, Алыхьым гIэзаб гуащIэр къащытрилъхьэнущ мы дунейми ахърэтми. Абыхэм мы дунейм къащыжыни къадэIэпыкъуни щаIэкъым.

(75) Абыхэм яхэтщ Алыхьым псалъэ езыта: «Ар дэ жумарту къыдэтэмэ, сэджыт хэттыкIынщ, фIэрафIи дыхъунщ», — жаIэу.

(76) Езыр жумарту къащетэм, мыхэр къузгъун хъущ аби, я псалъэми епцIыжри, я щIыби хуагъэзэжащ.

(77) Абыхэм Алыхьыр къызэрагъэгугъар зэрамыгъэзэщIэжам, пцIы зэраупсам къыхэкIкIэ напитIагъэр къахилъхьащ, Езым IущIэжыхукIэ яхэлъыну.

(78) АтIэ ящIэртэкъэ Алыхьым абыхэм я щэхури я Iущащэри зэрищIэр, икIи Алыхьым ущэхуа псори зэрищIэр!

(79) Iиман зиIэу ягу пыкIыр сэдэкъэ зытхэм [мунафикъхэр] яхуопсальэ, яхузэфIэкI мащIэр зытхэми яхуопсальэ. Абыхэм Алыхьыр къащIэнакIэжынурэ гIзаб гуащIэри кьахрилъхьэнущ.

(80) Къахуигъэгъуну уахуэлъаIуэми, уеблэмэ блыщIрэ уахуэлъаIуэми, Алыхьым къахуигъэгъунукъым. КъащIыхуимыгъэгъунур, ахэр Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ зэремыувэлIаращ: Алыхьым иузэщIыркъым фасикъхэр.

(81) Бегъымбарыр ежьа нэужь, къыдэнахэр щыгуфIыкIырт езыхэр зэремыжьам. Я мылъкумрэ я псэмкIэ Алыхьым и диным щIэбэныныр къайхьэлъэкIырт, икIи жаIэрт: «Фемыжьэ мы хуабэвэхым!» ЯжеIэ: «Жыхьэнмэ мафIэр нэхъ гуащIэжщ!» — ящIэу щытмэ.

(82) ИрегуфIэ тIэкIу, иужькIэ куэдрэ гъыжынхэщ, ящIам хущIегъуэжауэ.

(83) Алыхьым уигъэгъэзэжрэ, абыхэм ящыщ гуп уахуэзэрэ, уи гъусэу нежьэну къолъэIумэ, яжеIэ: «Фэ зэикI си гъусэу фынежьэнкъым, си гъусэуи бийм фезауэнкъым! Япэм щыгъуэ зыкъивгъэнащ, иджыри къинахэм фахэс».

(84) ЛIа нэужь, ящыщ зыми жэназы томыщIэ, я кхъащхьэми ущхьэщымыувэ. Ахэр Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ еувэлIакъым, фасикъыуи лIэжащ.

(85) Уемыхъуапсэ абыхэм я мылъкумрэ я бынымрэ, абыхэмкIэ Алыхьым [фасикъхэм] гIэзаб щатрелъхьэ мы дуней хьэхум, икIи ахэр джауру лIэжынущ[283].

(86) «Алыхьыр фи фIэщ фщIы, Абы и лIыкIуэм и гъусэуи фызауэ», - жиIэу сурэ къыщехым, хуэщIауэ псэухэр къолъэIуащ: «Дыкъыдэнэ, къэнахэм дахэсу», - жаIэри.

(87) Ахэр арэзыт къанэхэм къадэнэну, ахэр гунэфщи къагурыIуэркъым.

(88) Ауэ лIыкIуэмрэ абы и гъусэу Iиман къэзыхьахэмрэ я мылъкури я псэри хуагъэтIылъ [диным]. Ахэращ фIыгъуэ псори зейр, ахэр ехъулIащ!

(89) Абыхэм Алыхьым къахуигъэхьэзыращ псыхъуэхэр зыщIэж жэнэтыр, игъащIэкIи исынущ. Ар ехъулIэныгъэшхуэщ.

(90) Щхьэусыгъуэ зиIэ къумырысхэр[284] къэкIуащ, дынемыжьэну хуит дыщI, жаIэри. Ауэ, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ пцIыуэ зылъытэхэм загъэхъеиххакъым. Абыхэм ящыщу Iиман зимыIэхэм гIэзаб гуащIэр къатехуэнущ.

(91) ХэкIуэтахэм, сымаджэхэм, хуэмыщIахэм губгъэн къахьыркъым, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ хуэпэжмэ. А щыпкъэхэм уехъурджауэ хъунукъым. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!

(92) Ещхьыркъабзэу, губгъэн къахьыркъым дегъажьэ жаIэу уи деж къакIуэу: «Фызэрежьэн сиIэкъым», - зыжепIахэми. Ахэр, зэрежьэн зэрамыгъуэтам щхьэкIэ, нэщхъейуэ, я нэпсыр къызэпижыхьауэ IуокIыж.

(93) Ауэ гуэныхь зытехуэр немыжьэну Iизын пIызых бейхэращ. Ахэр арэзыт къэнахэм къадэнэну, абыхэм я гур Алыхьым зэIуипIащи ящIэркъым.

(94) Къэвгъэзэжа нэужь, ахэр къывэлъэIунущ яхуэвгъэгъуну. ЯжеIэ: «Фхуэдгъэгъуну фымылъаIуэ! Дзыхь фхуэтщIыжыркъым! Алыхьым фи хъыбарыр къытлъигъэIэсащ. Алыхьымрэ И лIыкIуэмрэ ялъэгъунущ фи дуней тетыкIэр. ИтIанэ щэхури нахуэри зыщIэм И пащхьэ фихьэжынурэ фщIар къывжиIэжынущ».

(95) Вгъэзэжа нэужь, ахэр Алыхьым И цIэкIэ къывэлъэIунущ я гугъу фымыщIыну. Уи щIыб яхуэгъазэ абыхэм: ахэр гъуамэщ, я хэщIапIэр жыхьэнмэращ, аращ абы къалэжьар.

(96) Ахэр Тхьэм И цIэкIэ къывэлъэIунущ, арэзы фахуэхъуну. Ауэ фэ арэзы фахуэхъуми Алыхьыр арэзы яхуэхъунукъым фасикъ жылэм.

(97) Къумырысхэр джаурыгъэрэ фэрыщIыгъэкIэ псоми ятокIуэ. Абыхэм Алыхьым И лIыкIуэм къыхуригъэха шэригIэтыр къагурымыIуэным зыри хуэIуакъым, Алыхьым [псори]ЕщIэ, Iущщ!

(98) Къумырысхэм яхэтщ [сэджыту] ятыр тазыр къызыщыхъу, икIи фи Iуэхур зэIыхьэным щыгугъ; зэIыхьэнур езыхэм я Iуэхуращ. Алыхьым псори Зэхех, ЕщIэ!

(99) Къумырысхэм яхэтщ Алыхьымрэ Къемэт Махуэмрэ зи фIэщ хъуахэри; я сэджытхэмкIи Алыхьым пэгъунэгъу хъууэ, лIыкIуэр зыхуэлъэIуэнухэми ящыщ хъууэ къэзылъытэхэр. Ае! Ар [Алыхьым] пэгъунэгъу зыщIщ. Абыхэм Алыхьым гущIэгъу къахуищIынущ. Алыхьыр Гуэныхьгъэгъущ, ГущIэгъущIщ!

(100) Япэу Iиман къэзыхьахэм ящыщу хьэжрэт зыщIахэм, бысым къахуэхъуахэм, абыхэм я гъуэгуфIым ирикIуахэм Алыхьыр арэзы къахуэхъуащ, езыхэри Абы хуэарэзыщ. [Алыхьым] псыхъуэхэр зыщIэж жэнэтыр къахуигъэхьэзыращ игъащIэкIэ исынхэу. Аращ ехъулIэныгъэшхуэр!

(101) Фэ къывэтIысэкIа къумырысхэм яхэтщ напитIхэр, Мадинэдэсхэми яхэтщ напитIыгъэм есахэр. Ахэр уэ пщIэркъым, Дэ дощIэ. Дэ абыхэм тIэунейрэ[285] гIэзаб ятетлъхьэнурэ итIанэ гIэзабышхуэм[286] етшэлIэжынущ.

(102) НэгъуэщIхэм мыхъун ящIамкIэ заумысыжащ: абыхэм IуэхуфIымрэ Iуэху Iеймрэ зэхагъэзэрыхьат. Абыхэм я тобэр Алыхьым яIихащ. Алыхьыр Гуэныхьгъэгъущ, ГущIэгъущIщ!

(103) Абыхэм я мылъкум хэкIыу сэджыт къеIых, ирикъэбзэжын, я псапэри ирибэгъуэн щхьэкIэ. ИкIи Тхьэ яхуелъэIу, уи тхьэлъэIур абыхэм я дежкIэ гупсэхугъуэщ. Алыхьым [псори] зэхех, ещIэ!

(104) Абыхэм ящIэркъэ, Алыхьым И пщылIхэм я тобэр зэраIихыр, я сэджытыр къабыл зэрищIыр, Алыхьым зэригъэгъур, Ар зэрыгумахуэр!

(105) ИкIи яжеIэ: "ФщIэнур фщIэ! Фэ фи IуэхущIафэр ялъэгъунущ Алыхьми, и лIыкIуэми, мыIуминхэми. ИкIи, щэхури, нахуэри ЗыщIэм И пащхьэ фихьэжынурэ, фщIар зыхуэдэр къывжиIэжынущ".

(106) ЩыIэщ нэгъуэщIхэри - Алыхьым и Iэмырым пэплъэхэр: е гIэзабыр къатрилъхьэнщ, е я тобэр яIихынщ. Алыхьыр [псоми] щыгъуазэщ, Iущщ.

(107) Мыдрейуэ, джаурыгъэм къыхэкIыу зэран хъун, мыIуминхэр зэбгъэдашын, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ езэуам пэплъэн щхьэкIэ‚ мэжджыт зыухуахэм[287] Тхьэ яIуэнущ: «Дэ фIы тщIэну аращ дызыхэтар», — жаIэнурэ. Ауэ Алыхьыр щыхьэтщ ахэр зэрыпцIыупсымкIэ! (108) Абы зэикI нэмэз щумыщI. Нэмэз щыпщIыпхъэр Алыхьым фIэлIы-кIыныгъэкIэ япэ махуэхэм яухуа мэжджытыращ. Абы кIуэр
зызыгъэкъабзэжыну[288] хущIэкъу цIыхухэращ. Алыхьым и щIасэщ зызыгъэкъабзэжхэр.

(109) Дэтхэнэра нэхьыфIыр: Алыхьым и фIэлIыкIыныгъэрэ и арэзыныгъэкIэ яухуара, хьэмэрэ нэпкъ махэм тращIыхьу жыхьэнмэ мафIэм хэлъэлъэжара? Алыхьым иузэщIыркъым жылэ щIэпхъаджэхэр.

(110) А яухуар [зэракъутэжар] узу я гум илъынущ, я гур зэгуэудыху. Алыхьыр [псоми] щыгъуазэщ, Iущщ!

(111) Алыхьым жэнэтымкIэ къищэхуащ мыIуминхэм я псэмрэ я мылъкумрэ. Ахэр Алыхьым И диным щIозэу, езыми яукI, езыхэри къаукI. Ар псалъэ пэжу Тэурэтми, Инджылми, КъурIэнми[289] къыщыкIуащ. Алыхьым нэхърэ зи псалъэр нэхъ зыгъэпэж щыIэ? ФыщыгуфIыкI Алыхьым дэфщIа сатум! Ар ехъулIэныгъэшхуэщ!

(112) Тобэ къэзыхьыжхэр, хуэпщылIхэр, зыгъэлъапIэхэр, къэзыкIухьхэр[290], щхьэщэ зыщIхэр, зи щхьэ хуэзыгъэтIылъхэр, фIым хуезыджэхэр, Iейм щызыхъумэхэр, Алыхьым и хабзэм емыбакъуэхэр - [мыIуминщ]. ГъэгуфIэ мыIуминхэр!

(113) Тхьэм Iыхьэгъу хуэзыщIхэр жыхьэнмэ дакъэжь Зэрыхъуар къэнэIуа нэужь, абыхэм бегъымбарри мыIуминхэри яхуэлъаIуэ хъунукъым, ахэр я Iыхьлыуэ шытми.

(114) Iибрахьим и адэм [къыхуэгъуну] щIыхуэлъэIуар нэхъапэм къигъэгугъауэ щытати аращ. Ауэ ар Алыхьым зэрибийр къыщынаIуэм, и Iуэху хихыжащ. Iибрахьим гу щабэт, бэшэчт.

(115) Алыхьым иузэщIа зы жыли игъэгъуэщэжынукъым, зызыщахъумэнур ягуригъэIуа нэужь, [Алыхьым и хабзэм емыбакъуэмэ]. Алыхьыр сытми щыгъуазэщ!

(116) Алыхьым уафэхэри щIылъэри IэщIэлъщ. Абы икIи къегъэщI икIи егъэлIэж. Алыхьым нэмыщI фэ къыфщыжыни къывдэIэпыкъуни фиIэкъым.

(117) Алыхьым бегъымбарым и тобэр Iихащ, сыхьэт гугъум абы и гъусэу ежьа мухьэжырхэмрэ бысымхэмрэ ящыщ гуэрхэм я гум шэч къихьэ зэрыпэтари псоми къахуигъэгъуащ. Ар абыхэм яхуэщабэщ‚ яхуэгумахуэщ.


 

(118) Мыдрей къэнагъищми[291] [къахуигъэгъуащ]. Абыхэм дунеишхуэр къайзэвэкI хъуа, я псэхэр гузэва, Алыхьым нэмыщI нэгъуэщI егъэзыпIэ зэрамыIэр къагурыIуа нэужь, тобэ къахьыжри, къахуигъэгъуащ. Алыхьым къэзыгъэзэжыр ещтэ, ГущIэгъущIщ!

(119) Уэ Iиман зиIэхэ! Алыхьым фыфIэлIыкI, цIыху пэжхэми ящыщ фыхъу!

(120) Мадинэдэсхэри, абы къетIысэкIа къумырысхэри Алыхьым и лIыкIуэм зыкъыкIэрагъэхуу, ар къагъанэу, я щхьэ зэрыхахыным хущIэкъун хуеятэкъым. Алыхьым и диным здыщIэбэным абыхэм сыт къатепсыхами: псы хуэлIами, ешами, мэжэлIами, джаурхэр къэзыгъэгубжьын лъэбакъуэ ячами, бийм сыт къарищIами псори псапэу ягъуэтыжынущ. ФIы зыщIэхэм я фIыщIэр Алыхьым игъэкIуэдынукъым!

(121) Абыхэм [Алыхьым и цIэкIэ] мащIэ ягъэкIуэдми, куэд ягъэкIуэдми, сыт хуэдэ къуэладжэ зэпачми, псори хуатхынущ, езыхэм ящIам нэхърэ нэхьыфI Алыхьым къахуищIэжын щхьэкIэ.

(122) МыIуминхэр псори зэдэпхъэр хъунукъым. Дэтхэнэ жылэм щыщуи зы гуп къренэ, диныр яджын, [зауэм] къикIыжа жылэр яузэщIу зыхуагъэсакъыжын щхьэкIэ.

(123) Уэ Iиман зиIэхэ! Фезэуэж фэ нэхъ фпэгъунэгъу къэхъу джаурхэм. Пхъашэу закъевгъэлъагъу. ИкIи зэвгъащIэ, Алыхьыр къыфIэлIыкIхэм зэрагъусэр.

(124) Сурэ къыщехкIэ, жызыIэн щыIэщ: «Хэт и Iиманым хигъэхъуа мыбы?» МыIуминхэм я Iиманым хегъахъуэ, ахэр абы щогуфIыкI.

(125) Ауэ зигу сымаджэхэм я гъуамагъэм гъуамагъэ хигъэхъуащ, икIи ахэр джауру лIэжащ.

(126) Ямылъагъуу пIэрэт абыхэм илъэс къэс зэ, тIэу гъэунэхупIэ зэрихуэр? ИтIани абыхэм тобэ къахьыжыркъым, я гум къэкIыжыркъым [зэрагъэунэхуар].


 

(127) Сурэ къыщехкIэ, абыхэм, зэплъыжхэурэ: «Зыгуэрым дыкъилъагъуу пIэрэ?» — жаIэурэ зэбгрокIыж. Алыхьым ягухэр Iиманым бгъэдишаш, а къызыгурымыIуэ кьомым!

(128) Фэ фщыщу лIыкIуэ кьыфхуэкIуащ. Абы къохьэлъэкI фэ гуэныхь зэрыфщIэр. Ар фэ къыфхуосакъ, мыIуминхэм яхуэщабэщ, гущIэгъу яхуещI.

(129) Ауэ я щIыб къагъазэмэ, яжеIэ: «Сэ срокъу АлыхьымкIэ! Абы нэмыщI нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым. Аращ сызыщыгугъыр - Аращ ГIэршышхуэм и Тхьэр!».


СУРЭ 10. ИНУС

ГуащIэмрэ гущIэгьумрэ зиIэ Алыхьым И цIэкIэ!

 

(1) Iэлеф, лаам, ра. Мыхэр тхылъ Iущым и Iэятхэщ.

(2) ЦIыхухэм щхьэ ягъэщIагъуэрэ езыхэм ящыщ зым: «ЦIыхухэр ущий, Iиман зиIэхэри гъэгуфIэ я Тхьэм и пащхьэм увыпIэ дахэ зэрыщаIэмкIэ!» - жытIэу къахуэтIуэхуамэ? Джаурхэм жаIэ: «Мыр дауи гъэнэхуауэ удщ!»

(3) Фи Тхьэр Алыхьу уафэхэри щIылъэри махуихым къигъэщIу ГIэршым тепщэ хуэхъужаращ, унафэри Езым IэщIэлъщ. Абы И Iизын хэмылъу зыри къыпщхьэщыжынукъым, аращ Алыхьу фи Тхьэри фыхуэпщылI! Щхьэ фыкъэмыушрэ?

(4) Псори зи пащхьэ фихьэжынур Езыращ - ар Алыхьым и псалъэ пэжщ. Езыращ фыкъэзыгъэщIари‚ иужькIэ фыкъэзыгъэтэджыжынури: фэ фщыщу Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэм къалэжьар ирикъуу яритыжынущ; Iиманыншэхэм гIэзаб яригъэшэчынущ, зэфэнухэри псывэщ, зэремыувэлIахэм щхьэкIэ.

(5) Аращ - Езыращ зыщIар дыгъэр къепсу, мазэр нуррэ и теплъэми зихъуэжу, илъэсхэр къривбжын щхьэкIэ. Алыхьым ахэр хабзэ щыпкъэм тету
къигъэщIащ, а телъыджэхэр наIуэ къещI щIэныгьэ зиIэхэм щхьэкIэ.

(6) Жэщымрэ махуэмрэ зэрызэкIэлъыкIуэр‚ Алыхьым уафэхэмрэ щIылъэмрэ къыщигъэщIахэр - Тхьэм фIэлIыкIхэм я дежкIэ нэщэнэщ.

(7) Ди пашхьэ къихьэжыну зи мыгугъахэм, дуней хьэхумкIэ ирикъуахэм, Ди Iэятхэр къызыфIэмыIуэхухэм –

(8) абыхэм я хэщIапIэр мафIэращ, къалэжьам пэкIуэу.

(9) Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэр я Iиманым щхьэкIэ Тхьэм хуиунэтIынущ псыхъуэхэр зыщIэж жэнэт тхъапIэм.

(10) Абы я лъэIур къызэрыщIадзэнур: «Уэ Алыхьу Зи хуэдэ щымыIэ!», фIэхъус зэрызэрахынур: «Сэлам!» я лъэIур зэраухынури: «Алыхьу дунейхэм я Тхьэм фIыщIэ худощI» - жаIэурэщ.

(11) Алыхьым‚ фIыр къазэрыхуигъэ- псынщIэм ещхьу, Iейри къахуигъэпсынщIэу шытамэ, я ажалыр къэсат. Ди пащхьэ къихьэжыну мыгугъэхэр зэрыщыкIарэ зэрынэфу къыдогъанэ.

(12) ЦIыхум Лажьэ къыщытепсыхэкIэ, ар щылъуи, щысуи, щытуи къыдолъэIу, а лажьэр щащхьэщытхкIэ, абы зыблрагъэх а къытепсыхам щхьэкIэ къыдэмылъэIуа нэхъей. Езыгъэлейхэм апхуэдэу дахэ къащохъуж я щытыкIэр.

(13) Дэ фяпэкIэ псэуа щIэблэ зыбжанэ дгъэкIуэдащ, залымхэти: къэзыгъэпэжхэр яIыгъыу къахуэдгъэкIуа лIыкIуэхэр я фIэщ хъуртэкъым. Аращ Дэ щIэпхъаджэхэм ятщIэр.

(14) ИтIанэ Дэ абыхэм я пIэ щIым фыщидгъэуващ, фщIэнум деплъыну.

(15) Ди Iэят наIуэхэм къащыхуеджэкIэ, Ди пащхьэ къихьэжыну мыгугъэхэм жаIэ: «Е нэгъуэщI КъурIэн къытхуэхь, е [мыбы щыщ зыгуэрхэр] зэхъуэкI!» ЯжеIэ: «Къезэгъыркъым ар сэ си жэрдэмкIэ зэсхъуэкIыну. Сэ къысхуэкIуэ уэхьийр згъэзащI<


Поделиться с друзьями:

История создания датчика движения: Первый прибор для обнаружения движения был изобретен немецким физиком Генрихом Герцем...

Архитектура электронного правительства: Единая архитектура – это методологический подход при создании системы управления государства, который строится...

Организация стока поверхностных вод: Наибольшее количество влаги на земном шаре испаряется с поверхности морей и океанов (88‰)...

Общие условия выбора системы дренажа: Система дренажа выбирается в зависимости от характера защищаемого...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.151 с.