Сурэ 29. Бэджыр (iэл-гiэнкэбут) — КиберПедия 

Своеобразие русской архитектуры: Основной материал – дерево – быстрота постройки, но недолговечность и необходимость деления...

Автоматическое растормаживание колес: Тормозные устройства колес предназначены для уменьше­ния длины пробега и улучшения маневрирования ВС при...

Сурэ 29. Бэджыр (iэл-гiэнкэбут)

2018-01-03 232
Сурэ 29. Бэджыр (iэл-гiэнкэбут) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ ГущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым И цIэкIэ!

 

(1) Iэлиф. лаам, миим.

(2) ЦIыхухэм ягугъэ «Iиман къэтхьащ», — жаIэмэ‚

дымыгъэунэхуу къэдгъэнэну?

(3) Да абыхэм япэкIэ щыIахэр дгъэунэхуащ; Алыхьым наIуэ къищIынущ щыпкъэхэри пцIыупсхэри.

(4) АтIэ е зыщIахэр гугъэрэ Дэ тIэщIэкIыну? Ар гугъэ делэщ!

(5) Уэ Алыхьым IущIэжыну щIэхъуэпсхэ‚ Алыхьым игъэува пIалъэр къос. Езыращ [псори] зэхэзыхыу, [псори] зыщIэр.

(6) [Диным] хуэлажьэр и щхьэм хуэлэжьэжу аращ. [Хуэмылажьэми], Алыхьыр дунейхэм хуэныкъуэкъым.

(7) Мыдрейуэ, Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэм я гуэныхьыр яхуэдгъэгъунурэ, езым фIыуэ ящIам нэхърэ нэхъыфIыж яхуэтщIэжынущ.

(8) Дэ цIыхур доущий адэ-анэм яхуэгуфIэну. Ауэ уэ узыщымыгъуазэ гуэрхэр Iыхьэгъу къысхуэпщIыну къоныкъуэкъумэ, уемыдаIуэ. Сэращ зи пащхьэ фихьэжынур, фэ фщIэуэ щытахэри фэзгъэлъагъужынущ.

(9) Мыдрейуэ, Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэр фIэрафIэхэм яхэдгъэхьэнщ.

(10) ЦIыхухэм яхэтщ: "Дэ Аллыхьыр ди фIэщ хъуащ!"- жаIэу, ауэ диным щхьэкIэ гугъу ирагъэхьмэ, цIыхум я лажьэр Алыхьым и гIэзэбу къалъытэу. Ауэ Аллыхьым текIуэныгъэр къарита нэужь: "Дэри фэ дывигъусащ,"- жаIэ абыхэм. АтIэ Аллыхьым нэхъыфIу ищIэркъэ хэт игум илъри?

(11) Аллыхьым игъэунэхунущ Iиман зиIэхэри, игъэунэхунущ напитIхэри.

(12) Iиман зимыIэхэм Iиман къэзыхьахэм жраIэ: "Ди гъуэгум фыкъытехьи фи гуэныхьхэр дэ къэтщтэнущ". Ауэ абыхэм я гуэныхьым щыщ гуэри (джаурхэм) къахуэщтэнукъым, — ахэр пцIыупсщ!

(13) Абыхэм я гуэныхьхэри, я гуэныхьым ищIыIужкIэ нэгъуэщI гуэныхьхэри яхьынущ[463]. Къемэт махуэми къайупщIыжынущ къагупсыса пцIыхэм щхьэкIэ.

(14) Дэ Нухь и жылэм яхуэдгъэкIуати, ар абыхэм яхэсащ илъэс миным ирикъуным илъэс щэныкъуэ фIэкIа мычэму. Псыдзэри къатеуащ, щIэпхъэджагъэу зэрыщытам щхьэкIэ.

(15) Дэ езыри кхъухьым исхэри къедгъэлри дунейм телъыджэу къахуэдгъэнащ.

(16) Iибрэхьими Абы и жылэм яжриIащ: «Алыхьым фыхуэпщылI икIи фыфIэлIыкI, ар фи дежкIэ нэхъыфIщ, фщIэуэ щытмэ.

(17) Фэ Алыхьыр къывогъанэри тхьэнэпIцхэм фахуопщылI, ахэр пцIыуэ фогъэпс. Алыхьыр къэвгъэнауэ фызыхуэпщылIхэм фэ ерыскъы къыватыфынукъым; ерыскъыр Алыхьым деж къыщыфлъыхъуэ, Езыми фыхуэпщылI, фIыщIи хуэфщI! Аращ фэ зи пащхьэ фихьэжынур».

(18) Фэ мыр[464] пцIыуэ къэфлъытамэ, фяпэкIэ щыIа жылэхэми пцIыуэ къалъытэу щытащ. ЛIыкIуэм и къалэныр IупщIу къыфлъигъэIэсыныращ.

(19) Абыхэм ящIэркъэ Алыхьым къэгъэщIыныр къиублэу къызэрытригъэзэжыр; ар Алыхьым дежкIэ гугъукъым.

(20) ЯжеIэ: «Мы дунейм фытехьи феплъыт Алыхьым къэгъэщIыныр къызэриублам. ИтIанэ Абы иужьрей къэгъэщIыныгъэри[465] игъэпсынущ. Алыхьым сытри лъокI

(21) Езым зыхуейм гIэзаб трелъхьэ, зыхуейми гущIэгъу хуещI, икIи Езым и пащхьэ фихьэжынущ.

(22) Фэ щIылъэми уафэми [Алыхьым] фыщыIэщIэкIыфынукъым‚ Алыхьым нэмыщIи фэ нэгъуэщI телъхьи дэIэпыкъуэгъуи фиIэкъым».

(23) Мыдрейуэ, Алыхьым и Iэятхэри Езым зэрыIущIэжынури зи фIэщ мыхъуахэр Си гущIэгъум щымыгугъыжу аращ. Ахэращ ГIэзаб гуащIэр зытехуэнур.

(24) [Iибрахьим] и жылэм жаIэну ягъуэтар зыщ: «ФыукI ар, е вгъэс!» Алыхьым ар мафIэм къригъэлащ. Ар [иман зиIэхэм я дежкIэ телъыджэщ.

(25) [Iибрахьим] яжриIащ: «Фэ Алыхьыр къэвгъэнауэ тхьэнэпцIхэр къыщIэфщтар дуней хьэхум фыщызэрылъэгъун щхьэкIэщ. ИужькIэ, Къемэт махуэм, фи щIыб зэхуэвгъэзэжынущ, нэлати зэфхыжынущ. Фи хэщIапIэ хъунури мафIэращ, абы фыкъезыгъэлыни вгъуэтыжынукъым».

(26) ЛутIи Iиман къихьащ. [Iибрахьим] жиIащ: «Сэ си хэкур собгынэ, Алыхьым папщIэ. Алыхьыращ лъэщри, Iущри!»

(27) Дэ абы Исхьэкърэ Екъубрэ къыщIэдгъэхъуащ, и щIэблэми бегъымбарыгъэрэ ФIыцIагъэмрэ къайттащ, езыри мы дунейм щыдгъэфIащ‚ ахърэтми ар, дауикI фIрафIэм ящыщынущ/

(28) ЛутIи Абы и жылэм яжриIащ: «Фэ цIапIагъэ фощIэ, фяпэкIи апхуэдэ мы дунейхэм зыми щищIакьым!

(29) Фэ цIыхухъухэм фокIуалIэ, гъуэгухэми фыщохъунщIэ, фи зэхуэсыпIэхэми къемызэгъхэри щывощIэ». И жылэм жэуапу къратаращ: «Алыхьым и гIэзабыр дыгъэлъагъу уэ жыпIэр пэжмэ!»

(30) [ЛутI] жиIащ: «Уэ си Тхьэ, мы жылэ щIэпхъаджэм сатегъакIуэ!»

(31) Ди лIыкIуэхэм, гуфIэгъуэр къыхуахьу Iибрахьим къыщыхуэкIуам[466] щыгъуэ, жаIащ: "Дэ мо къуажэм дэсхэр дгъэкIуэдынущ, ахэр щIэпхъаджэщ".

(32) [Iибрахьим] жиIащ: "Абы ЛутIи дэсщ!" [МелыIычхэм] жаIащ: "Дэ нэхъыфIу дощIэр абы хэт дэсми. Дэ ари и Iыхьлыхэри къедгъэлынущ, и фызым фIэкIа къэмынэу, ар къакIэрыхунущ".

(33) Ди лIыкIуэхэр ЛутI деж щынэсым, ЛутI ар и жагъуэ хъуащ икIи ятешыныхьащ. МелыIычхэм къыжраIащ: "Умышынэ икIи умынэщхъей! Дэ уэри уи Iыхьлыхэри къедгъэлынущ, уи фызым фIэкIа къэмынэу, ар къакIэрыхунущ.

(34) Дэ а къуажэдэсхэм гIэзаб къатедгъэхуэнущ, зэрымыдэIуахэм щхьэкIэ".

(35) Дэ а [къуажэм и къутахуэхэр] къэдгъэнащ акъыл зиIэхэм я дежкIэ щапхъэу.

(36) Мэдяндэсхэм я къуэш Шухьиб яхуэкIуащ: "Уэ ди жылэ, Алыхьым фыхуэпщылI! Къемэт махуэм фыщышынэ, дунейри вгъэутхъуэу фытемыт", — яжриIэу.

(37) Ар абыхэм пцIыупсу къалъытати, щIыр къэзджызджри, хьэдэу я унэхэм нэху къыщекIащ.

(38) ГIадхэми самудхэми апхуэдэ къазэрыщыщIар я унэ къащIэнахэм къагъэнаIуэ. ШейтIаным абыхэм я IуэхущIафэр яхуигъэдахэри я нэр къижу гъуэгу [захуэм] тригъэгъуэщыкIащ.

(39) Къаруни, ФиргIэуни, Хамани... Абыхэм, Ди телъыджэхэр къахуихьри, Муса къахуэкIуат, ауэ, мы дунейм зыщагъэпIия пэтми, ахэр Дэ тIэщIэкIакъым.

(40) Дэ щхьэж и гуэныхьым тедгъэкIуэдэжащ: хэт жьым едгъэхьащ, хэт макъым едгъэукIащ, хэт щIым кIуэцIрыдгъэхуащ, хэти [хым] едгъэтхьэлащ. Алыхьыр абыхэм къахуэзалымынутэкъым, езыхэр залым зыхуэмыхъужамэ.

(41) Алыхьыр къагъанэу нэгъуэщIхэр телъхьэ зыщIар бэджым ещхьщ. Абы унэ ищIат, ауэ унэу щыIэм я нэхъ махэр абы и унэрат, ящIэу щытмэ!

(42) Алыхьым ещIэ Езыр къагъанэу ахэр сытым хуэпщылIами. Езыращ лъэщыр, Iущыр! (43) Дэ мы псалъэжьхэр цIыхухэм къахудохь, ауэ ахэр зэхэзыщIыкIыр щIэныгъэ зиIэхэм я закъуэщ.

(44) Алыхьыращ уафэхэри щIылъэри хабзэм тету къэзыгъэщIар. Ар Iиман зиIэхэм я дежкIэ нэщэнэщ!

(45) ФIыцIагъэм щыщу уэ къыплъэIэсахэм къахуеджэ, нэмэзри щIы. Нэмэзым ущехъумэ цIапIагъэмрэ къемызэгъымрэ. Алыхьым и цIэр къипIуэныр сытым нэхъри нэхъ лъапIэщ! Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэм.

(46) ФIыцIагъэ къызыхуэкIуа Iумэтхэм, лей къывахыну къыфпэувхэр хэмыту, адрейхэм нэхъыфIкIэ фIэкIа фемыдауэ. ИкIи яжефIэ:"Дэ къытхурагъэхари ди фIэщ хъуащ. Ди Тхьэри фи Тхьэри зыщ, икIи дэ Абы деувэлIащ".


 

(47) Апхуэдэу Дэ Тхылъыр уэ ныпхуедгъэхьащ. Дэ Тхылъ нызыхуедгъэхьахэм мыр (КъурIэныр) я фIэщ хъуащ. Мыбыхэми (къурейшхэми) яхэтщ ар зи фIэщ хъу. Ди Iэятхэр зымыдэр джаурхэм я закъуэщ.

(48) Уэ мыбы ипэкIэ ФIыцIагъэ уеджакъым, уи IэкIи птхакъым, арыншамэ мыр зымыдэхэм шэч къыпхуащIынт.

(49) Ае, мыр Iэят наIуэхэу щIэныгъэ зиIэхэм ягум илъщ. Ди Iэятхэр зымыдэхэр щIэпхъаджэхэм я закъуэщ.

(50) Абыхэм жаIащ: "И Тхьэм телъыджэ къыхуригъэхамэ аратэкъэ!" ЯжеIэ:"Телъыджэхэр зыIэщIэлъыр Алыхьыращ. Сэ сыущиякIуэ наIуэу аращ".

(51) Уэ ныпхуедгъэхауэ уакъызыхуеджэ Тхылъыр ирикъуркъэ! Ар Iиман зиIэхэм я дежкIэ гущIэгъущ икIи ущиещ.

(52) ЯжеIэ: "Алыхьыр фэрэ дэркIэ щыхьэт ирокъу. Абы ещIэ уафэхэми щIылъэми щыIэр. Мыдрейуэ, тхьэнэщIхэр зи фIэщ хъууэ, Алыхьыр зи фIэщ мыхъухэр унэхъуащ.

(53) Абыхэм гIэзабымкIэ уагъэпIащIэ, икIи, пIалъэ хуэдгъэувауэ щымытамэ, ар абыхэм къатехуэнт. Ар абыхэм ямыщIэххэу къатепсыхэнущ.

(54) Абыхэм гIэзабымкIэ уагъэпIащIэ, ауэ ахэр Жыхьэнмэм къеувыхь!

(55) Абыхэм гIэзабыр ищхьэмкIи илъабжьэмкIи къащылъэIэсыну Махуэм Езым къажриIэнущ: "ВгъэныщкIу иджы къэвлэжьар!"

(56) Уэ Iиман къэзыхьа Си пщылIхэ! Си щIылъэр инщ[467], фызыхуэпщылIынур Сэращ!

(57) Дэтхэнэ зы псэми лIэныгъэр къыпэщылъщ, иужькIи Си пащхьэ фыкъихьэжынущ.

(58) Мыдрейуэ, Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэр Дэ Жэнэтым дгъэкIуэнущ, псыхъуэхэр зыщIэж унэхэм щIэсыну, игъащIэкIи ахэр абы исынущ. Ар къалэжьащ фIы зыщIахэм,

(59) бэшэчу икIи я Тхьэм щыгугъыу щытахэм.

(60) Сыт хуэдиз псэущхьэ щыIэ и шхыныр хьэрычэт хуэмыщIыжу. Алыхьым фегъашхэ ахэри фэри. Езыращ зэхэзыхри зыщIэри.

(61) "Уафэхэмрэ щIылъэмрэ къэзыгъэщIу, дыгъэмрэ мазэмрэ IурыщIэ зыщIар хэт?" — жыпIэу уащеупщIкIэ, абыхэм, дауикI: "Алыхьращ!" – къыбжаIэнущ. ИтIани пцIым щхьэ итхьэкъурэ ахэр?[468]

(62) Алыхьым и пщылIхэм ящыщу зыхуейм ерыскъыр хуегъэбагъуэ, зыхуейми хуегъэмащIэ. Алыхьыр псоми щыгъуазэщ.

(63) "Уафэхэм псыр къезыгъэхыу зыри къызытемыкIэж щIыр къэзыгъэпсэужар хэт?" — жыпIэу уащеупщIкIэ, абыхэм, дауикI: "Алыхьыращ!", — къыбжаIэнущ. ЯжеIэ: "ФIыщIэр зейр Алыхьыращ! Ауэ нэхъыбэм ар къагурыIуэркъым.

(64) Мы дуней гъащIэр теупIэджэгупIэщ, гъащIэ пэжыр ахърэтыращ. Бетэмал, ар ящIэу щытамэ аратэкъэ!

(65) Ахэр кхъухьым исмэ, яфIэщу Алыхьым йолъэIу; къыригъэлауэ щIым къыщытехьэжкIэ, Езым Iыхьэгъу хуащIу къыщIадзэж.

(66) Абыхэм яттар хуейми фIыщIэ ирамыщI, мы дунейми щыретхъэ, иужькIэ сыкъащIэнщ!

(67) Ялъэгъуакъэ абыхэм а щIыпIэр (Мэчэр) лъапIи, шынагъуэнши зэрахуэтщIар, ихъуреягъыр зэрапхъуэ пэтми? АтIэ пцIыр я фIэщ хъууэ, Алыхьым и фIыщIэр я фIэщ мыхъуу ара?

(68) Алыхьым пцIы тезылъхьэм, е, пэжыр къащIа нэужь, ар пцIыуэ зылъытэм нэхърэ хэт нэхъ къуаншэ? Жыхьэнмэм хэщIапIэ щагъуэтынкъэ джаурхэм?

(69) Мыдрейуэ, Дэр щхьэкIэ гугъу зезыгъахьэхэр Ди гъуэгухэм тетшэнущ. Алыхьыр фIы зыщIэхэм я гъусэщ.


СУРЭ 30. УРЫМХЭР (IЭРРУМ)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Iэлиф,лаам,миим.

(2) Урымхэр щыхагъэщIащ

(3) щIыпIэ лъахъшэм. Ауэ ахэр, хагъэщIа пэтми,ятекIуэжынущ

(4) илъэс зыбжанэ дэкIмэ. Алыхьыращ унафэр зыIэщIэлъри зыIэщIэлъари. ИкIи а махуэм Iиман зиIэхэр щыгуфIыкIынущ

(5) Алыхьым къарита текIуэныгъэм. Алыхьым зыхуэфащэр тырегъакIуэ. Ар лъэщщ,гущIэгъущIщ!

(6) Аращ Алыхьым иухар. Алыхьым иухар ихъуэжыркъым, ауэ цIыхум я нэхъыбэм ар ящIэркъым.

(7) Абыхэм ящIэр дуней хьэхум щыщу наIуэращ, ауэ ахърэтыр къафIэIуэхукъым.

(8) Ахэр щхьэ зыщIэмыгупсысыжрэ: Алыхьым уафэхэри, щIылъэри, абыхэм яку дэтри къызэригъэщIар пэжым тетущ икIи пIалъэкIэщ. Ауэ цIыху куэдым я фIэщ хъуркъым я Тхьэм и пащхьэ зэрихьэжынур!

(9) Ахэр мы дунейм теткъэ икIи ялъагъуркъэ япэкIэ щыIа [джаурхэм]я кIэух хъуар? Ахэр нэхъ лъэщт, щIыми елэжьат, мыбыхэм яухуам нэхърэ нэхъыби яухуат. Абыхэми Ди лIыкIуэхэр къахуэкIуат, къэзыгъэпэжхэр яIыгъыу. Алыхьыр абыхэм якъуэншэкIакъым, зэкъуэншэкIыжар езыхэращ.

(10) ИтIанэ Iей зыщIахэм якIэр Iейуэ иухыжащ, Алыхьым и Iэятхэр пцIыуэ къалъытэу джэгупIэ зэращIам щхьэкIэ.

(11) Алыхьым къэгъэщIыныр къеублэри аргуэру къытрегъэзэж, иужькIи и пащхьэ фихьэжынущ.

(12) Къемэт махуэм гуэныхьыщIэхэм гугъапIэ яIэжынукъым,

(13) Алыхьым Iыхьэгъу хуащIу щытахэм щыщ гуэри къащыжынукъым, езыхэми ар я фIэщ хъужынукъым.

(14) Къемэт махуэм [цIыхухэр] зэхадзыжынущ.

(15) Мыдрейуэ, Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэр ЖэнэткIэ ягъэгуфIэнущ.

(16) Адрейуэ, Iиман къэзымыхьу Ди Iэятхэмрэ Къемэт махуэмрэ пцIыуэ зыбжахэр гIэзабым ирашэлIэнущ.

(17) Алыхьу зихуэдэ щымыIэр вгъэлъапIэ пщыхьэщхьэми пщэдджыжьми.

(18) Езыращ пщыхьэщхьэми шэджагъуэми фIыщIэ зыхуащIыр уафэхэми щIылъэми щыIэхэм.

(19) Абы псэур псэншэм къыхегъэщIыкI, псэншэри псэ зыпытым къыхегъэщIыкI. Абы зи псэр хэкIа щIыри къегъэпсэуж. Фэри апхуэдэу фыкъигъэтэджыжынущ.

(20) Абы и телъыджэхэм ящыщщ фэ щIым фыкъыхигъэщIыкIыу, цIыху фищIу фызэригъэбэгъуар.

(21) Абы и телъыджэхэм ящыщщ фи фызхэри фэ къызэрыфхигъэщIыкIар; фызэдэпсэун щхьэкIэ, фякум гу хуабагъэрэ гущIэгъурэ къыдилъхьащ. Ар гупсысэхэм я дежкIэ телъыджэщ.

(22) Абы и телъыджэхэм ящыщщ уафэхэмрэ щIымрэ къызэригъэщIар, фи бзэхэмрэ фи фэхэмрэ зэхуэмыдэ зэрищIар. Ар щIэныгъэ зиIэхэм я дежкIэ телъыджэщ.

(23) Абы и телъыджэхэм ящыщщ жэщкIи махуэкIи фызэрыжейр, икIи И жумартыгъэм фызэрылъыхъуэр. Ар телъыджэщ зэхэзых псом я дежкIи.

(24) Абы и телъыджэхэм ящыщщ шынагъуэрэ гугъапIэу уафэр къызэригъэхъуэпскIыр, уафэм псыр къригъэхыу псэ зыхэмытыж щIыр къызэригъэпсэужыр. Ар губзыгъэхэм я дежкIэ телъыджэщ.

(25) Абы и телъыджэхэм ящыщщ Езым и унафэкIэ уафэмрэ щIымрэ зэрызэтриIыгъэр. ИтIанэ Ар къывэджэнурэ фэ щIым фыкъыхэкIыжынущ.

(26) Уафэхэми щIыми щыIэр Абы IэщIэлъщ, псори Езым и унафэм щIэтщ.

(27) Езыращ къэгъэщIыныр къэзыублари къытезыгъэзэжри, ар Езым дежкIэ нэхъ тыншщ. Езыращ нэхъ щапхъэ лъапIэу уафэхэми щIыми щыIэр, аращ Лъэщыр, Iущыр!

(28) Абы фэ къыфхехри щапхъэ къыфхуехь. Фэ фи пщылIхэм яхэт Дэ фэттамкIэ Iыхьэгъу зыхуэфщIу фи щхьэм хуэвгъадэ? Фэ фхуэдэм фызэрыщышынэм ещхьу абыхэми фащышынэрэ? Дэ апхуэдэу Iэятхэр яхудогъэнаIуэ акъыл зиIэхэм.

(29) Ае, щIэпхъаджэхэм я гурыщIэм зыдагъэшащ, щIэныгъэ ямыIэрэ пэт. Алыхьым игъэгъуэщар хэт иузэщIыжын? Абыхэм къащыжыни яIэкъым.

(30) Алыхьым цIыхухэм я псэр диным зэрыхуигъэпсам тету уи гупэр уи Тхьэм хуэгъазэ; лъэныкъуэкIи уемыплъэкI. Алыхьым къигъэщIа [диныр] ихъуэжыркъым. Аращ дин захуэр, ауэ ар цIыхум я нэхъыбэм ящIэркъым!

(31) Тобэ къэфхьыж: Езым фыфIэлIыкI, нэмэзхэри фщIы, Iыхьэгъу хуэзыщIхэми ящыщ фымыхъу

(32) мис а диныр зэпкърызыхыу гуп-гуп зэрыгъэхъуахэм. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зы гупри къыIэрыхьам щогуфIыкIыж.

(33) ЦIыхухэм лажьэ къатехуэмэ, я Тхьэм зыхуагъазэри йолъэIу. ИтIанэ, гущIэгъу яхуищIа нэужь, языныкъуэм Тхьэм Iыхьэгъу хуащIу къыщIадзэж.

(34) Абыхэм яттар хуейми фIыщIэ ирамыщI. Зывгъатхъэ, итIанэ сыкъэфщIэнщ!

(35) Дэ абыхэм тегъэщIапIэ къахуедгъэхьа, Езым Iыхьэгъу хуащIхэр къигъэпэжу?

(36) ЦIыхум гущIэгъу яхуэтщIмэ, ахэр мэгуфIэ. Ауэ я IэкIэ къалэжьыжа лажьэр къатехуэмэ, ягур мэкIуэд.

(37) Абыхэм ялъагъуркъэ Алыхьым зыхуейм ерыскъыр зэрыхуигъэбагъуэр е зэрыхуигъэмащIэр? Ар Iиман зиIэхэм я дежкIэ нэщэнэщ!

(38) Благъэми, тхьэмыщкIэми, гъуэгум къытенами я Iыхьэр ят. Ар нэхъыфIщ зи гупэр Алыхьым хуэзыгъазэхэм я дежкIэ. Ахэращ ехъулIар.

(39) Ахъшэтелъхьэ[469] щхьэкIэ зи мылъкур зытым и мылъкур Алыхьым деж щыбэгъуэнукъым. Ауэ фэ Алыхьым и хьэтыркIэ хэвгъэкI сэджытыр тIукIэ бэгъуэнущ.

(40) Алыхьыр фыкъэзыгъэщIу, фызыпIу, фызыгъалIэу фыкъэзыгъэтэджыжынуращ. Iыхьэгъу хуэфщIхэм яхэт апхуэдэ гуэр зыхузэфIэкIын? Ар зихуэдэ щымыIэщ! Iыхьэгъу хуащIхэм нэхъри куэдкIэ нэхъ лъагэщ!

(41) ЩIыми хыми мыхъумыщIэу къытехьар цIыхум ялэжьам кърикIуащ, ящIар зихуэдэр къагурыIуэжу къагъэзэжын щхьэкIэ.

(42) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: "Дунейм фытехьи феплъ фяпэкIэ щыIахэм я кIэух хъуам, абыхэм янэхъыбэм [Алыхьым] Iыхьэгъу хуащIырт".

(43) Уи гупэр дин пэжым хуэгъазэ, Алыхьым иуха Махуэр къэмыс щIыкIэ. А Махуэм абыхэм загуэшынущ.

(44) Iиман зимыIам я Iиманыншагъэр къатехуэжынущ, фIы зыщIахэм я щхьэм хуащIэжащи

(45) Iиман зиIэу фIы зыщIахэм Езым и фIыщIэр къалъигъэIэсынущ. Езым и щIасэкъым Iиманыншэхэр.

(46) Мыр Езым и телъыджэхэм щыщщ: жьыр къырегъапщэри гуфIэгъуэр (уэшхыр)къыфхурегъэхь, и гущIэгъур къыфлъэIэсын, и унафэкIэ кхъухьхэр зекIуэн, и жумартыгъэми фылъыхъуэн щхьэкIэ.Ягъэ кIынкъым фIыщIэ фщIымэ!

(47) Уэ уяпэкIэ лIыкIуэхэр я жылэхэм яхуэдгъэкIуат, къэзыгъэпэжхэр яIыгъыу. ИкIи щIэпхъаджэхэр [я щIэпхъэджагъэм] пэдгъэуджэжащ. Дэ ди къалэнщ Iиман зиIэхэм дакъыщыжыну.

(48) Алыхьыращ жьыр къезыгъапщэу пшэр къезыгъэIэтыр. ИтIанэ Езыр зэрыхуейуэ ар уафэм ирегуашэ. ИкIи плъагъуурэ уэшхыр къыхокI. Зыхуей и пщылIхэм ар щахуигъакIуэкIэ, ахэр мэгуфIэ,

(49) ар къахуешхын ипэкIэ я гугъэр хахыжауэ щыта пэтми.

(50) Плъагъурэ Алыхьым и гущIэгъум (уэшхым) къырикIуар: псэ зыхэмытыж щIыр къигъэпсэужащ! Ещхьыркъабзэу Абы лIахэри къигъэхъужынущ, Езым сытри хузэфIокI!

(51) Ауэ Дэ жьы [бзаджэр]яхуэдгъакIуэу, [я хьэсэхэр] гъуэжьу дгъэгъужмэ, япэм яхуэтщIар ящогъупщэж.

(52) Зи щIыб къэзыгъэза хьэдэхэмрэ[470] дэгухэмрэ уэ уи макъыр зэхебгъэхыфынукъым.

(53) Уэ нэф гъуэщахэр пхуэузэщIыжынукъым, уэ узэхэзыхынур Ди Iэятхэр зи фIэщ хъуахэм я закъуэщ, ахэр къеувэлIащ.

(54) Алыхьыращ фэ къарууншагъэм фыкъыхэзыгъэщIыкIыу, къарууншагъэм иужькIэ къару къывэзыту, къарум иужькIэ къарууншэ фызыщIыу фызыгъэтхъужыр. Езым сыт хуейми къегъэщI. Езыращ щIэныгъэри зэфIэкIри зиIэр!

(55) Къемэт махуэр къыщыскIэ гуэныхьыщIэхэм тхьэ яIуэнущ сыхьэт нэхърэ нэхъыбэ къэмытауэ. Апхуэдэу абыхэм [дуней хьэхуми] пцIы щаупсу щытащ.

(56) ЩIэныгъэмрэ Iиманымрэ зыритахэм жаIэнущ: "Алыхьым и ФIыцIагъэм зэритымкIэ, фэ Къемэт махуэр къэсыху фыкъэтащ. А Къемэт махуэр мис, ауэ ар фэ фщIакъым!"

(57) А Махуэм гуэныхьыщIэхэм щхьэусыгъуэу къахьыр зыкIи къащхьэпэнукъым, тоби кърагъэхьыжынукъым.

(58) Дэ мы КъурIэным цIыхухэм псалъэжь Iэджэ къащыхуэтхьащ. Ауэ уэ телъыджэ къахуэпхьми, Iиманыншэхэм: "Фэ фыпцIыупсщ", — къыбжаIэнущ.

(59) Апхэдэу щIэныгъэншэхэм я гур Алыхьым зэгуепIэж.

(60) ЗышыIэ,[Мухьэммэд], Алыхьым укъызэригъэгугъар зэщIэнущ. Шэч къэзыхьхэми цIыху псынщIэу закъомыгъэлъытэ.


СУРЭ 31. ЛЭКЪУМЭН (ЛУКЪМАН)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Iэлиф, лаам, миим.

(2) Мыр Тхылъ Iущым и Iэятхэращ,

(3) ар гъуазэщ икIи гущIэгъущ фIы зыщIэхэм я дежкIэ:

(4) ахэращ нэмэзри зыщIу, сэджытри зыту, ахърэтри зи фIэщ хъур.

(5) Ахэращ я Тхьэм и гъуэгу захуэм тетыр. Ахэращ ехъулIар.

(6) ЦIыхухэм яхэтщ, химыщIыкIIауэ, цIыхухэр игъэгъуэщэн щхьэкIэ, хъыбар дыхьэшхэнхэр къэзыщэхуу Алыхьым и Iэятхэр джэгупIэ зыщI. Апхуэдэм зыгъэпуд гIэзабыр къатехуэнущ.

(7) Абы Ди Iэятхэм къыщыхуеджэкIэ, зигъэину и щIыб къегъазэ, зэхимыха, и тхьэкIумэри куда хуэдэ. ГъэгуфIэ ар гIэзаб гуащIэмкIэ!

(8) Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэм Жэнэт тхъапIэр къапэщылъщ,

(9) игъащIэкIэ исыну. Ар Алыхьым и псалъэ пэжщ. Аращ лъэщыр, Iущыр!

(10) Алыхьыращ нэм къимыщтэ щIэгъэкъуэнкIэ уафэхэр зыIэтар. Абы щIым хъурзэхэр[471] хидзащ, мыуфэфэн щхьэкIэ; сыт хуэдэ псэущхьэри дунейм триугуэшащ. Уафэм псыр недгъэхри, къэкIыгъэфIхэр зэгуэгъуу къыщыдгъэкIащ.

(11) Мыр Алыхьым и IэщIагъэщ, нэмыщIым къигъэщIар сывгъэлъагъут! Ае, Iыхьэгъу хуэзыщIхэр наIуэу гъуэщащ!

(12) Дэ нэхъапэм Iущыгъэр Лэкъумэн къеттри, жетIащ: "Алыхьым фIыщIэ хуэщI! ФIыщIэ зыщIым и щхьэращ щIищIыжыр. Зыгуэрым фIыщIэ имыщIми [Алыхьыр абы хуэныкъуэкъым]: Ар бейщ,лъапIэщ!"

(13) Лэкъумэн и къуэм еущиеу жриIащ: "Уэ си щIалэ! Алыхьым Iыхьэгъу хуумыщI: Iыхьэгъу хуэпщIыныр къуэншагъэшхуэщ".

(14) Дэ цIыхур дгъэIущащ адэ-анэм [яхуэфIыну]. Ар и анэм ныбэкIэ зэрехьэ кIуэ пэтми нэхъ лъэрымыхь хъууэрэ, и бгъэм щыщIичыжри илъэситIым дежщ: "Сэри уи адэ-анэми фIыщIэ къытхуэщI: Сэращ зи пащхьэ уихьэжынур.

(15) Ауэ уэ узыщымыгъуазэ гуэрхэр Iыхьэгъу къысхуэпщIыну къоныкъуэкъумэ, абыхэм уемыдаIуэ. Мы дунейми дахэкIэ щабгъэдэт [укъэзылъхуахэм] икIи Сэ къызэувэлIахэм я гъуэгум ирикIуэ. ИужькIэ Си пащхьэ фыкъихьэжынурэ фэ фщIэуэ щытахэр нывжесIэжынущ".

(16) "Уэ си щIалэ! – [жиIащ Лэкъумэн], — [уи IуэхущIафэр] мэскъал фIэкIа мыхъуу къырым хэлъми, уафэм телъми, щIым щIэлъми, ар Алыхьым къигъэнаIуэжынущ. Алыхьыыр гумахуэщ, стми щыгъуазэщ.

(17) Уэ си щIалэ! Нэмэзыр щIы [цIыхури] фIым хуеджэ, бзаджэм щыхъумэ, уэ къыптехуэри шэч. Ар лIыгъэм щыщщ.

(18) ЦIыхум IупщIэ яхуумыщI, дунейм зыбгъэину утемыт, - Алыхьым и щIасэкъым пагэхэри щхьэщытхъухэри.

(19) Iэдэбу зекIуэ, уи макъми зомыгъэIэт, макъым я нэхъ Iейр шыдым и макъыращ".

(20) Фэ флъагъуркъэ уафэхэми щIылъэми щыIэр Алыхьым IурыщIэ зэрыфхуищIар, И фIыгъуэ наIуэри щэхури къызэрыфхуикIутар? ЦIыхухэм яхэтщ щIэныгъи, гъуази зыузэщI ФIыцIагъи имыIэрэ пэт Алыхьым теухуауэ ныкъуакъуэ.

(21) "Алыхьым ныфхуригъэхам фырилажьэ!" — щыжраIэкIэ, абыхэм жаIэ: "Хьэуэ! Дэ дызэрылэжьэнур ди адэжьхэм къащIэнаращ". ШейтIаным Жыхьэнмэ гIэзабым хуишэу щытми [кIуэну]?

(22) Зи гупэр Алыхьым хуэзыгъазэу фIы зыщIэм щIэгъэкъуэн быдэ игъуэтащ. Iуэху псори зэкIуэлIэжынур Алыхьыращ.

(23) Iиман къэзымыхьам и Iиманыншагъэм уримынэщхъей, [Мухьэммэд]. Ахэр Ди пащхьэ къихьэжынурэ я IуэхущIафэр яжетIэжынущ. Алыхьым ещIэ хэт игум илъри!

(24) Ахэр [дунейм] тIэкIу щыдгъэтхъэнщи, итIанэ гIэзаб гуащIэм етхулIэжынщ.

(25) "Уафэхэмрэ щIымрэ хэт къэзыгъэщIар?", -жыпIэу уеупщIкIэ, абыхэм, дауикI: "Алыхьыращ!" – къыбжаIэнущ. ЯжеIэ: "ФIыщIэр зейр Алыхьыращ!" Ауэ нэхъыбэм ар къагурыIуэркъым!

(26) Алыхьым IэщIэлъщ уафэхэми щIыми щыIэр. Алыхьыращ зыми хуэмыныкъуэжыр, фIыщIэри зыхуэфащэр.

(27) Мы дунейм жыгыу тетыр къэлэм хъурэ, хыри шакъэ хъужу, апхуэдибл къыхэхъуэжами, Алыхьым и псалъэр тхын пхуэухынукъым. Алыхьыращ лъэщри, Iущри!

(28) [ЦIыху псоми] фи къэгъэщIынымрэ къэгъэтэджыжынымрэ Езым дежкIэ зы псэм [и къэгъэщIынымрэ къэгъэтэджыжынымрэ] хуэдэщ. Алыхьым псори зэхех, елъагъу!

(29) Уэ плъагъуркъэ Алыхьым жэщыр махуэм зэрыхигъэхьэр, махуэри жэщым зэрыхигъэхьэр; дыгъэмрэ мазэмрэ игъэIурыщIауэ, дэтхэнэми и пIалъэр къэсыхукIэ зэрызекIуэнур, икIи фэ фщIэм Алыхыьр зэрыщыгъуазэр?

(30) Ар къызыхэкIыр Езы Алыхьыр хьэкъщи аращ; мыдрейуэ, Езым нэмыщI, зэлъэIухэр мыхъунщ. Алыхьыр лъагэщ, инщ!

(31) Уэ плъагъуркъэ. И телъыджэхэр къигъэнаIуэн щхьэкIэ, Алыхьым кхъухьыр хым зэрыщызэригъакIуэр? Ар дэтхэнэ бэшэчу фIыщIэ зыщIхэм я дежкIэ нэщэнэщ.

(32) Толъкъуныр, жьауэм хуэдэу, къащытеуэкIэ, ахэр я фIэщу Алыхьым йолъэIу; ауэ къригъэлу щIым къыщытехьэжкIэ, абыхэм къахокI емыгугъуж. Ауэ Ди Iэятхэр зымыдэр тхьэгъэпцIхэмрэ фIыщIэ зымыщIхэмрэщ.

(33) Уэ цIыхухэ! Фи Тхьэм фыфIэлIыкI, икIи адэр и быным сэбэп щыхуэмыхъужыфыну, бынри и адэм сэбэп щыхуэмыхъужыфыну Махуэм фыщышынэ! Алыхьым фыкъызэригъэгугъар зэщIэнущ. Дуней хьэхум зыдевмыгъэхьэх, икIи, гъэпцIакIуэм зыкъевгъэгъапцIэу Алыхьым зыбгъэдевмыгъэш.

(34) Алыхьыращ дунейкъутэжыгъуэр зыщIэр. Абы уэшхри къырегъэшх, ныбэм илъри ещIэ, ауэ зы псэми ищIэркъым пщэдей къыщыщIынури щылIэжыну щIыпIэри. Алыхьыращ [псоми] щыгъуазэри зыщIэри!



Поделиться с друзьями:

Адаптации растений и животных к жизни в горах: Большое значение для жизни организмов в горах имеют степень расчленения, крутизна и экспозиционные различия склонов...

Археология об основании Рима: Новые раскопки проясняют и такой острый дискуссионный вопрос, как дата самого возникновения Рима...

Механическое удерживание земляных масс: Механическое удерживание земляных масс на склоне обеспечивают контрфорсными сооружениями различных конструкций...

Индивидуальные очистные сооружения: К классу индивидуальных очистных сооружений относят сооружения, пропускная способность которых...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.081 с.