Сурэ 21. Бегъымбархэр (iэл-iэнбия) — КиберПедия 

Общие условия выбора системы дренажа: Система дренажа выбирается в зависимости от характера защищаемого...

Двойное оплодотворение у цветковых растений: Оплодотворение - это процесс слияния мужской и женской половых клеток с образованием зиготы...

Сурэ 21. Бегъымбархэр (iэл-iэнбия)

2018-01-03 250
Сурэ 21. Бегъымбархэр (iэл-iэнбия) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ ГущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым И цIэкIэ!

 

(1) Къоблагъэр цIыхухэм я хейр щащIэну Махуэр, итIани абыхэм, ар къафIэмыIуэхуу, я щIыб хуагъазэ.

(2)Я Тхьэм къыбгъэдэкIыу IэятыщIэ къащыхуэкIуэкIэ, ахэр зэредаIуэр

джэгуурэщ,

(3) псэкIэ къафIэмыIуэхуу. ИкIи а щIэпхъаджэхэр зоIущащэ: «Мыр фэ фэщхьу цIыху къудейкъэ? Ар (КъурIэныр) зэрыуд

IэщIагъэр флъагъурэ пэт къафщтэрэ?»

(4) [Мухьэммэд], яжри1ащ: «Си Тхьэм ещIэ уафэхэми щIылъэми щекIуэкI псалъэмакъыр. Ар [псори] зэхэзыхщ, [псори] зыщIэщ».

(5) ИкIи жаIащ: «[КъурIэныр] пщIыхь Iэрамэщ! ПцIыуэ къагупысысащ! Ар - усакIуэщ! [Абы жиIэр пэжщ], ипэрей лIыкIуэхэм ещхьу телъыджэ гуэр къытхуахьмэ!»

(6) Абыхэм япэкIэ Дэ зы жыли дгъэкIуэдакъым [телъыджэр] я фIэщ хъуауэ. АтIэ мыбыхэм я фIэщ хъуну пIэрэ?

(7) Уэ уяпэкIэ, уэхьий къыхуедгъэхыу, зыри лIыкIуэ тщIакъым, цIыхухъу фIэкIа. Фэ ар фымыщIэмэ, ФIыцIагъэ къызыхуэкIуахэм феупщI.

(8) Дэ ахэр шхын зымышх, игъащIэкIи мылIэжын Iэпкълъэпкъыу къэдгъэщIакъым.

(9) ИтIанэ ахэр къызэрыдгъэгугъар дгъэзэщIащ, езыхэри нэгъуэщI дызыхуейхэри къедгъэлри мыдаIуэхэр дгъэкIуэдащ.

(10) Дэ ныфхуедгъэхащ фэ фыкъэзыIэт ФIыцIагъэр (КъурIэныр) зэхэфщIыкIыу щытмэ.

(11) Сыт хуэдиз жылэ щIэпхъаджэ дгъэкIуэду япIэм нэгъуэщI жылэхэр къидгьэувэжа

(12) Ди гIэзабыр къахуэблэгъауэ гу щылъатэкIэ, ахэр щIопхъуэж.

(13) [Макъ зэхахынущ]: "ФыщIэмыпхъуэжу фыкъекIуэлIэж фыщызыгъэкIа тхьэгъуэм, фи унэхэм! КъывэупщIынкIи мэхъу"

(14) Абыхэм жаIащ: "Еууей мыгъуэ, сыту дыщIэпхъаджа!"

(15) Ахэр апхуэдэу тхьэусыхащ, мэш пхырым хуэдэу, дгъэзагъэжыху.

(16) Дэ дыджэгуу къэдгъэщIакъым уафэри, щIылъэри, абыхэм яку дэтри.

(17) Дэ зэштеупIэ къэтлъыхъуэу щытамэ, ар Ди деж къыщыдгъуэтыжынии зэфIэкIат.

(18) Ауэ дэ пэжымкIэ пцIым доуэ, ар докъутэри мэкIуэдыж. Фэ [Тхьэм] фытеунэхъуэнущ.

(19) Уафэхэми щIылъэми щыIэр Езым IэщIэлъщ, Абы и деж щыIэхэм (мелыIычхэм) загъэину хуэпщылIын къагъанэркъым икIи езэшыркъым.

(20) Абыхэм ар жэщми махуэми зэпамыгъэууэ ягъэлъапIэ.

(21) АтIэ абыхэм мы щIым щаIэ къэзыгъэхъужф тхьэхэр?

(22) Алыхьым нэмыщI нэгъуэщI тхьэхэр щыIамэ, дунейр зэIыхьат. ГIэршым и Тепшэу зихуэдэ щымыIэ Алыхьым абы хужаIэхэм нэхъри нэхъ лъагэщ.

(23) Езым ищIэмкIэ зыри къеупщIыркъым, ауэ адрейхэм къайупщIынущ.

(24) АтIэ ахэр Езым нэмыщI нэгъуэщI тхьэхэм еувэлIа? ЯжеIэ: "Ахэр къызэрывгъэрэжын щыIэмэ къафщтэ. Ар сэ сIыгъ ФIыцIагъэми сяпэкIэ къехами [къагъэпэжыркъым]. Ауэ нэхъыбэм пэжыр ящIэркъым, икIи я щIыбыр хуагъазэ".

(25) Дэ уяпэкIэ зы лIыкIуи нэдгъэкIуакъым, уэхьий ныхуедмыгъэхыу: «Сэр нэмыщI,нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, Сэ фыкъысхуэпщылI», — жытIэу.

(26) [Мушрикхэм] жаIащ ГущIэгъущIым бын зэришэлIауэ. Ар -зихуэдэ щымыIэщ![407] Ахэр[408] Езым И пщылI блыгущIэтхэращ.

(27) Абы япэ къищу [мелыIычхэм] псалъэ жаIэркъым, ягъэзащIэри Абы И унафэращ.

(28) Езым ещIэ абыхэм япэкIэ щыIари яужькIэ къэхъунури.ИкIи ахэр къащыжыфынукъым Езыр зыхуэмыарэзым: ахэр Абы и пащхьэм щогулэз.

(29) Абыхэм ящыщу: «Езым нэмыщIу сэри сытхьэщ», — жызыIэм Дэ жыхьэнмэрхуэдгъэплъынущ. Аращ Дэ щIэпхъаджэм яхуэдгъэфащэр.

(30) А джаурхэм ямыщIэу ара зыуэ щыта уафэхэмрэ щIымрэ иужькIэ зэрыдгуэшар! Дэ псэ зыпыт псори псым къыхэдгъэщIыкIащ[409]. АтIэ иджыри щхьэ Iиман къамыхьрэ?

(31) ЩIыр мыуфэфэн щхьэкIэ, Дэ абы хъурзэхэр[410] хэдгъэуващ, икIи и къуршхэм къуэладжэхэр гъуэгу щытщIащ, [цIыхухэр] щызекIуэн щхьэкIэ.

(32) Къэзыхъумэ унащхьэу уафэри къащхьэщыдгъэуващ, итIани Ди телъыджэхэм я щIыбыр хуагъазэ[411].

(33) Аржэщри махуэри, дыгъэри мазэри къэзыгъэщIаращ. Ахэр щхьэж и гъуэгукIэ уэгум щызокIуэ.

(34) Дэ уэ уяпэкIэ зы цIыхуи мылIэжын тщIакъым, атIэ уэ улIэу ахэрмылIэжу къэнэну?

(35) Псэ зыIут псоми лIэныгъэр къапэщылъщ. Дэ еми фIымифызэрыдихьэхымкIэ фыдогъэунэху. ИкIи фэ Ди пащхьэ фыкъихьэжынущ.

(36) Джаурхэм укъыщалъагъукIэ, [Мухьэммэд], ауан укъащIурэ жаIэ: "Мыра фи тхьэхэм я гугъу зыщIыр?" ИкIи абыхэм Гумахуэм и цIэр къипIуэу ядэркъым.

(37) ЦIыхур пIащIэхыу къэдгъэщIащ. Ди телъыджэхэр фэдгъэлъагъунущ, сывмыгъэпIащIэ!

(38) Абыхэм къыбжаIэ: "Мы дызэрыбгъэшынэр сытым щыгъуэ къыщысынур, уэ жыпIэр пэжмэ?"

(39) А джаурхэм я гупэми я щIыбми мафIэр къыщеIэкIэ, къезыгъэлын зэрамыгъуэтыжынур ящIамэ [сыт жаIэну пIэрэт?]

(40) Ае! А [Зэманыр] ямыщIэххэу къатеуэнурэ игъэгупсысэнущ, икIи ирагъэгъэзэфынукъым, [тобэ къахьыжынуи] пIалъэ къыратынукъым.

(41) УяпэкIэ щыIа лIыкIуэхэми къащIэнакIэу щытащ, ауэ ауаныщIхэм къатепсыхэжащ а къызэрыщIэнакIэу щыта [гIэзабыр].

(42) ЯжеIэ: "Хэт фыщихъумэн ГущIэгъущIым и гIэзабым жэщми махуэми?" ИтIани абыхэм я Тхьэм и цIэр къипIуэу ядэркъым.

(43) АтIэ, Дэр нэмыщIу, ахэр къэзыхъумэн тхьэхэр яIэ? Абыхэм я щхьэр яхъумэжыфынукъым, Дэри къытщахъумэфынукъым.

(44) Ае! Дэ ахэри я адэхэри дунейм щыдгъэтхъащ, я ныбжьыр хэкIуэтэху. Абыхэм ялъагъуркъэ дырикIуэурэ я щIылъэм зэрыхэдгъэщIыр?[412] АтIэ ахэра текIуэнур?

(45) ЯжеIэ: "Сэ уэхьий къысхуэкIуэмкIэ фызущий къудейщ". Ауэ дэгухэм узэхахыркъым уащеущиекIэ.

(46) Ауэ уи Тхьэм и гIэзабыр къащецырхъкIэ: "Еууей мыгъуэ, сыту дыщIэпхъаджа!" - жаIэнущ.

(47) Къемэт махуэм Дэ шэчалъэ щыпкъэхэр дгъэувынущ, зы псэми зыкIи декъуэншэкIынукъым, ар (псапэри гуэныхьри), хьэдзэ нэхъ мыхъуми, [шэчалъэм] тетлъхьэнущ. Дэ зылъытэхэм дыранэхъ щыпкъэщ.

(48) Дэ Мусэрэ Хьэрунрэ къеттащ [емрэ фIымрэ] зэрызэхагъэкIыр, Тхьэм фIэлIыкIхэмкIэ нэхунэрэ гукъэгъэкIыжу

(49) Ахэр зи Тхьэм щэхуу щышынэу Къемэт махуэм игъэгулэзхэращ.

(50) Мыри (КъурIэныр) укъэзыгъэуш ФIыцIагъэу недгъэхащ. Ар фэ фымыдэу ара?

(51) Дэ нэхъапэм Iибрахьим гъуэгу захуэр неттащ. Дэ ар тцIыхурт.

(52) Абы и адэмрэ и жылэмрэ яжриIащ: "Мы фэ фызыхуэпщылI сурэтхэр сыт зищIысыр?"

(53) КъыжраIэж: "Мыхэр ди адэхэр зыхуэпщылIу щытаращ".

(54) ЯжреIэ: "Фэри фи адэхэри, нахуэу, фыгъуэщат".

(55) Ахэр къеупщIащ: "Уэ пэжыр къытхуэпхьауэ ара, хьэмэрэ укъыддэджэгуу ара?"

(56) [Iибрахьим] яжреIэ: "Фэ фи Тхьэр уафэхэмрэ щIылъэмрэ я Тхьэращ, ахэр къэзыгъэщIаращ, икIи сэ абыхэм щыхьэт ятехъуэм сащыщщ.

(57) Алыхьым и цIэкIэ соIуэ, а тхьэ сурэтхэр, я закъуэу къызарывгъанэу, сэ абыхэм яхуэфащэр ясщIэнкIэ!"

(58) Абы [тхьэнэпцIхэр] щыкъуейуэ икъутащ, я нэхъыщхьэм фIэкIа къимыгъанэу, мыбы[хуэпщылIхэр] еупщIынхэкIи мэхъу жыхуиIэу.

(59) Ахэр щIэупщIащ: «Хэт мыр ди тхьэхэм къезыщIар?Хэтми нэгъэсауэ щIэпхъаджэщ».

(60) [Зыгуэрхэм] къыжраIэж: «Дэ зэхэтхащ, IибрахьимкIэ зэджэ щIалэм абыхэм ягугъу ищIу».

(61) [Мыдрейхэм] жаIэ: «Къафши ар цIыхухэм я пащхьэ къивгъэувэ,щыхьэт къытехъуэн щхьэкIэ».

(62) Ахэр къеупщIащ: «Уэ Iибрахьим, уэра мыр ди тхьэхэм къезыщIар?».

(63) Iибрахьим яжреIэ: «Хьэуэ, ар зыщIар [тхьэнэпцIхэм] я нэхъыщхьэращ. ФеупщI езыхэм, ахэр псалъэу щытмэ».

(64) ИтIанэ ахэр зэщIэгупсысыжхэри, я щхьэм хужаIэжащ: «Фэ езыхэр фыщIэпхъаджэщ».

(65) ИтIанэ ахэр япэм зытетам теувэжри [Iибрахьим] жраIащ: «Уэ уощIэр ахэр зэрымыпсалъэр».

(66) [Iибрахьим] къажреIэ: «АтIэ Алыхьыр къэвгъэнауэ, зи фIагъи зи ягъи къывэмыкIынум фахуэпщылIрэ?

(67) Фэри, Алыхьыр къэвгъэнауэ фызыхуэпщылIхэри фызэхуэдэщ! Щхьэ фымыгупсысэрэ?»

(68) Абыхэм жаIащ: «Вгъэс мыр, икIи фи тхьэхэм факъыщыж, зыгуэр фщIэну фыхуеймэ!»

(69) Дэ жытIащ: «Уэ, мафIэ‚ Iибрахьим умыс, уи ягъэ йомыгъэкI!»

(70) Ахэр хъуэгъэщагъэ хуекIуэну хэтати, Дэ ахэр хущIэдгъэхьакъым.

(71) Да абырэ ЛутIрэ къедгъэлри Ди нэфI зыщыхуа щIым идгъэтIысхьащ.

(72) ИкIи [ИсмэгIил] ищIыIужкIэ Исхьэкърэ Екъубрэ [Iибрахьим] къыщIэдгъэхъуащ, псори фIэрафIэ защIэу!

(73) Дэ ахэр гъуазэ тщIащ, Ди унафэкIэ цIыхур яузэщIыну, уэхьий къахуедгъэхащ: фIы ящIэну, нэмэз ящIыну, сэджыт ятыну, икIи ахэр Дэ къытхуэжыIэщIащ.

(74) Дэ ЛутIIущыгъэрэ щIэныгъэрэ неттри, цIапIагъэ зылэжь жылэм къыдэтшащ, ахэр жылэ гъуамэ мыдаIуэт.

(75) Ар Ди гущIэгъум къыхиубыдащ, ар фIэрафIэхэм ящыщт.

(76) Нэхъапэми, Нухь къыдэлъэIури, и лъэIур хуэтщIащ, икIи езыри и Iыхьлыхэри лажьэшхуэм къедгъэлащ.

(77) Дэ ар щытхъумащ Ди Iэятхэр пцIыуэ къэзылъыта жылэм, ахэр жылэ гъуамэти, псори псыдзэм едгъэхьащ.

(78) Даутрэ Сулимэнрэ мэлым хьэлэч ящIа хьэсэм тращIыхьа унафэм Дэ дыщыгъуазэт.

(79) Дэ Сулимэн абыкIэ дгъэIущат. ТIуми щIэныгъэрэ Iущыгъэрэ неттащ, Даути къуршхэмрэ бзухэмрэ IурыщIэ хуэтщIащ, зэгъусэу дагъэлъапIэн щхьэкIэ Дэ ар апхуэдэу тщIащ.

(80) Дэ абы афэ ищIу дгъэсащ, фыщызауэкIэ фыкъихъумэну. Ар фэ фIыщIэ фщIа?

(81) Сулимэн жьапщэр жыIэщIэ хуэтщIат, Ди нэфI зыщыхуа хэкум абы и унафэкIэ нипщэну[413]. ИкIи Дэ а псоми дыщыгъуазэт.

(82) ШейтIанхэм ящыщхэри жыIэщIэ ныхуэтщIащ, псым зыщIагъэуэн[414], нэгъуэщI Iуэхутхьэбзэхэри къыхуащIэн щхьэкIэ. ИкIи Дэ абыхэм дахуэсакъащ[415].

(83) Iэюби Тхьэм еджат: «Сэ бэлыхь сыхэхуащ, гущIэгъу зиIэм я нэхъ ГущIэгъущIыр Уэращ!»

(84) Дэ абы и лъэIэур зэхэтхри, бэлыхьыр щхьэщытхащ. ИкIи, гущIэгъу хуэтщIри, и унагьуэр еттыжащ, абы хуэдизи хущIыдгъуащ, Дэ къытхуэпщыл Iхэхми зэхащIыкIын щхьэкIэ.

(85) ИсмэгIили, Iидриси, Зулчыфи псори шыIэныгъэ зиIэхэм ящыщт.

(86) Дэ абыхэм Ди нэфIыр ящыхуат: ахэри фIэрафIэхэм ящыщт.

(87) Джейм иригъэлъэтэхари[416] губжьри, тIэщIэкIын игугъэу, ежьэжат. ИужькIэ ар [джей ныбэ] кIыфIым илъу къэджащ: «Уэ зихуэдэ щымыIэ! Уэр фIэкIа тхьэ щыIэкъым! Сэ сыкъуэншащ», — жиIэри.

(88) Дэ абы и лъэIур зэхэтхри, гузавэгъуэм къедгьэлащ. Дэ апхуэдэу къыдогъэл Iиман зиIэхэр.

(89) ЗэчыреикI и Тхьэм еджат: «Уэ ди Тхьэ, щхьэзакъуэу сыкъомыгъанэ. Уэ яужь къинэхэм уранэхъыфIщ».

(90) Абы и лъэIури зэхэтхри, и фызыр лъхуэфын тщIыщ аби, Ехья къыщЬдгъэхъуащ[417]. Ахэр фIы щIэным хуэпIащIэрт, икIи къытщыгугьрэ гулэзу къыдэлъэIурт. Ахэр Ди пащхьэм щыIэдэбт.

(91) Мыдрей зи хъыджэбзыгъэ зыхъумэжами Ди псэм щыщкIэ дыкъепщэри, езыри и къуэри дуней псом телъыджэ яхуэтщIащ.

(92) Фэ фи диныр [Сэ къызбгъэдэкIа] дин закъуэращ, фи Тхьэри Сэращи фыкъысхуэпщылI!

(93) Абыхэм я (диныр) ячатхъэри зэгурыIуэжакъым. Ахэр псори Ди пащхьэ къихьэжынущ.

(94) Iиман зиIэу фIы зыщIахэм я псапэр кIуэдынукъым. Ар Дэ худотх.

(95) Дэ дгъэкIуэда жылэхэм къэгъэзэж яIэкъым.

(96) АIжужрэ МаIжужрэ хуит къэхъужу, бгы псоми къежэхыу щIадзэу,

(97) фыкъызэрагъэгугъа пэжыр[418] къыщыблагъэкIэ, джаурхэм я нэр къыщихуауэ жаIэнущ: "Еууей мыгъуэ, мыр дэ къытфIэIуэхуатэкъым. Дэ щIэпхъадэу дыщыта мыгъуэщ!"

(98) Фэри, Алыхьыр къэвгъэнауэ, фызыхуэпщылIхэри жыхьэнмэм пхъэ гъэсыну фихьэнущ.

(99) Ахэр тхьэуэ щытамэ, абы ихьэнутэкъым, арщхьэкIэ ахэр абы игъащIэкIэ хэсынущ.

(100) Ахэр абы джалъэу хэсынущ, зыри зэхамыхыу.

(101) Мыдрейуэ, нэхъапэм Ди нэфI зыщыхуауэ щытахэр абы пэIэщIэ хъунущ.

(102) Абыхэм [мафIэм] и макъ къудеикI зэхахынукъым, икIи зыщIэхъуэпсу щыта [жэнэтым] игъащIэкIэ исынущ.

(103) ИкIи ахэр шынагъуэшхуэм игъэнэщхъеинукъым, мелыIычхэр къапежьэнурэ: «Мыр фэ фыкъызэрагъэгугъа фи Махуэращ», - [къыжраIэнущ].

(104) А Махуэм, дэ тхылъымпIэ тхар зэрауплIэнщIым хуэдэу, уафэр дуплIэнщIыжынурэ [сытри] къэдгъэщIыжынущ, япэм къызэрыдгъэщIам хуэдэу. Ар къалэн зыщытщIыжащ. Ар Дэ дгъэзэщIэнущ.

(105) Дэ фIыцIагъэм[419] иужькIэ Забурым иттхащ щIыр Си пщылI фIэрафIэхэм къазэрыхуэнэнур.

(106) Мыр Iиман зиIэхэм я дежкIэ хъыбар щыпкъэщ.

(107) Уэ, [Мухьэммэд], Дэ къэдгъэщIа псоми Ди гущIэгъуу уахуэдгъэкIуащ».

(108) ЯжеIэ: «Сэ уэхьий къысхуокIуэ, фи Тхьэр Тхьэ Закъуэрауэ, ФыкъеувэлIа?»

(109) КъемыувэлIамэ, яжеIэ: «Сэ псоми зэхуэдэу ныфхузоIуатэ: фэ фыкъызэрагугъар жыжьэми благъэми сщIэркъым.

(110) Езым ещIэ фэ къэфпсэлъри фэ фущэхури.

(111) Сэ сщIэркъым фигъэунэхунумикI, пIалъэкIэ фигъатхъэу арамикI»

(112) [Мухьэммэд] жиIащ: «Уэ ди Тхьэ, хей щыпкъэ къытхуэщэI! Дт Тхьэ ГущIэгъущIым сыщогугъ фэ Абы кIэрыфцIэлъым сыщихъумэну!».


СУРЭ 22. ХЬЭЖЫР (IЭЛ-ХЬЭДЖ)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Уэ цIыхухэ, Фи Тхьэм фыфIэлIыкI! Дунейкъутэжыгъуэр – ар Iуэхушхуэщ.

(2) А Махуэм анэм и бгъафэм щIэлъ сабийр щыгъупщэнущ, уэндэгъум щинэжынущ, цIыхухэр чэфу къыпщыхъунущ, ауэ ахэр чэфкъым – Алыхьым и гIэзабыр гуащIэщи аращ.

(3) ЦIыхухэм яхэтщ, дэтхэнэ шейтIан мыдаIуэми итхьэкъуауэ, хамыщIыкI пэтми, Алыхьым теухуауэ ныкъуакъуэхэр.

(4) Ухащ [шейтIаныр] тельхэ зыщIыр игъэгъуащэу мафIэм и гIэзабым хуишэныр.

(5) Уэ цIыхухэ! Фэ фыкъызэрытэджыжынум шэч къытефхьэмэ, фи фIэщ фщIы Дэ фэ фыкъызэрыхэдгъэщIыкIар ятIэм, итIанэ нэпсырым; итIанэ псы дыуэм ещхь фохъу, итIанэ ар дзакъапIэ хуэдэ мэхъу, итIанэ цIыху теплъэ фиIэ мэхъу, зимыIэххи къыхокI. ИтIанэ лъхуалъэм илъыр дызэрыхуейуэ [хъуми бзыми] къыдогъэнаIуэри пIалъэкIэ идогъэлъ. ИтIанэ сабийуэ фыкъидогъэкI[420], цIыху фыхъун щхьэкIэ. Фящыщхэри мэлIэж, фящыщхэри кхъахэ мэхъури щIэныгъэу яIа псори ящогъупщэж. Зыри къызытемыкIэж щIым уэшх къытидогъашхэри, къызэщIохъаеж, мэбэгыж аби, зэгуэгъуу къэкIыгъэ дахэхэр къытокIэж.

(6) Арщи, Алыхьыр хьэкъщ, Абы лIахэри къегъэхъуж, Абы сытри хузэфокI,

(7) икIи а Сыхьэтыр (Къемэт махуэр) къэсынущ – абы шэч хэлъкъым! – кхъэм щIэлъхэри Алыхьым къигъэтэджыжынущ.

(8) ЦIыхухэм яхэтщ Алыхьым теухуауэ ныкъуакъуэ, щIэныгъи, зыгъэгъуазэни, тегъэщIапIэ хъун Тхылъи ямыIэрэ пэт.

(9) ИкIи упщIэ ящIурэ цIыхухэр Алыхьым и гъуэгум тырашыну хэтщ. Абыхэм мы дуней хьэхум я напэр щытекIынущ, Къемэт махуэм и гIэзабри едгъэгъэныщкIунущ.

(10) [КъыжраIэнущ]: «Ар уэ уи IитIымкIэ къэблэжьыжащ, Алыхьыр и пщылIхэм екъуншэкIыркъым».

(11) ЦIыхухэм яхэтщ гуитIщхитIу Алыхьым хуэпщылI: фIы къехъулIэмэ, игур мэзагъэри мэтIысыж; мыхъун къылъэIэсмэ, зэщIокIуэжри дуней хьэхури дуней пэжри фIокIуэд. Ар нэсауэ кIуэдыкIейщ!

(12) Алыхьыр къегъанэри, ар хуопщылI зи ягъи зи фIагъи къемыкIынум. Ар гъуэщэныгъэшхуэщ!

(13) Ар зыхуэпщылIым и фIагъэм нэхърэ и ягъэр нэхъ благъэщ. Ар тегъэщIапIэ гъуамэщ, ар гъусэ мыгIэнэншэщ!

(14) Iиман къэзыхьу фIы зыщIэхэр Алыхьым егъакIуэ псыхъуэхэр щежэх жэнэтым. Алыхьым ищIэр зыхуейращ.

(15) Мы дуней хьэхуми дуней пэжми Алыхьыр [бегъымбарым] къыщыдэмыIэпыкъуну зигугъэм, унащхьэм кIапсэ фIырещIи, хуейми зыфIыредзэж, абыкIэ и губжьыр тIысынумэ.

(16) Апхуэдэу Дэ недгъэхащ Iэят наIуэхэр. Алыхьым зыхуейр еузэщI.

(17) Iиман къэзыхьахэми, ехьуд хъуахэми, сабиIхэми, чыристэнхэми, мажусийхэми, Iыхьэгъу хуэзыщIхэми я Iуэхур Алыхьым зэхигъэкIынущ Къемэт махуэм. Алыхьыр сытми щыгъуазэщ.

(18) АтIэ уэ плъагъуркъэ уафэми щIылъэми щыIэхэм я щхьэр Алыхьым зэрыхуагъэтIылъыр * — дыгъэми, мазэми, вагъуэхэми, къуршхэми, жыгхэми, псэущхьэхэми[421], цIыху куэдми[422], гIэзаб къэзылэжьри куэдщ! Алыхьым игъэпудар зыми къыхуэIуэтэжынукъым. Алыхьым игъуэр ещIэ!

*Сэждэ.

(19) Мисыр я Тхьэм щхьэкIэ зэныкъуэкъуитI. Iиман къэзымыхьахэм я щыгъыныр мафIэм къыхэщIыкIащ, я щхьэми псывэ къытракIэ.

(20) А [псывэм] абыхэм я кIуэцIри я фэри егъэткIу.

(21) Абыхэм хуагъэхьэзыращ гъущI башхэр.

(22) Ахэр абы и гIэзабым къыIэщIэкIыну хуежьэхукIэ, ирагъэгъэзэж: «МафIэм и гIэзабыр вгъэныщкIу!» — [жаIэурэ].

(23) Iиман зиIэу фIы зыщIахэр Алыхьым игъэкIуэнущ псыхъуэхэр щежэх жэнэтым. Ахэр дыщэмрэ лыIулыIумрэ[423] къыхэщIыкIа IэпщэхъухэмкIэ гъэщIэрэщIауэ, шылэкIэ хуэпауэ щытынущ[424].

(24) Ахэр псалъэфIым хуаузэщIат, зихуэдэ щымыIэм и гъуэгум хуаунэтIат.

(25) Мыдрейуэ, Iиман зимыIэу, цIыхур Алыхьым и гъуэгум тезышхэм, цIыху псоми – мэчэдэсхэми къекIуэлIахэми я зэхуэдэу духуа Мэжджыт лъапIэм [цIыху] щIэзымыгъэхьэхэм, ар хэти ирехъуи, абдежым диныр щызыгъэпудхэм Дэ гIэзаб гуащIэр едгъэгъэныщкIунущ.

(26) Iибрахьим хуэдгъэнаIуат Унэр щиухуэну щIыпIэр: «Сэ зыри Iыхьэгъу къысхуумыщI, Си унэри яхуэгъэкъабзэ ар къэзыкIухьхэм, нэмэз щызыщIхэм, щхьэщэ зыщIхэм, зи щхьэр зыгъэтIылъхэм», - жетIэри.

(27) ЦIыхум яжеIэ хьэж ящIын зэрыхуейр. Ахэр къэкIуэнущ лъэсуи, Iэщ увыIахэм тесуи, дэнэ лъэныкъуэкIи къикIыу,

(28) фейдэ къахухэкIын, Алыхьыр ягъэлъапIэурэ, Езым къарита Iэщхэр махуэ хэхахэм тыхь хуащIыжын щхьэкIэ: Фэри фшхы, тхьэмыщкIэхэми евгъэшх.

(29) ИтIанэ зырагъэкъабзэжхэ[425], нузыр ящIахэри ирагъэзэщIэж, пасэрей унэжьри (Чэбэр) хъурейуэ къыракIухьыж.

(30) Аращ, Алыхьым игъэлъапIэхэм пщIэ хуэпщыIныр уи Тхьэм и пащхьэм щынэхъыфIщ. Табу зытетлъхьахэм нэмыщI, адрей Iэщхэр фи хьэлэлщ. ТхьэнэпцIхэм я гъуамэм пэIэщIэ зыфщI, щыхьэт нэпцIи фымыхъу,

(31) Алыхьым фыхуэпэж, Iыхьэгъуи хуэвмыщI. Алыхьым Iыхьэгъу хуэзыщIхэр уафэм къехуэхыу къуалэбзум къапхъуэтам, е жьым ирихьэжьэу къуэладжэ жыжьэм дидзам хуэдэщ.

(32) Аращ, Алыхьым къигъэува хабзэхэр бгъэлъапIэныр псэкIэ ухуэпщылIыным щыщщ.

(33) Ахэр (Iэщхэр) пIалъэ пыухыкIакIэ къывогъэсэбэпри, итIанэ унэжьым и деж тыхь щывощIыж.

(34) Iумэт псоми тхьэлъэIу щIыкIэ зырыз яхуэдгъэуващ, Дэ ятта Iэщхэм щыщ Алыхьым и цIэкIэ фIагъэжын щхьэкIэ. Фи Тхьэр Тхьэ Закъуэращи феувалIэ; уэри [Мухьэммэд] гъэгуфIэ жыIэдаIуэхэр,

(35) Алыхьым и цIэр къыщыраIуэкIэ зи псэр гулэзхэр, лажьэ къатехуамэ зызышыIэфхэр, зи нэмэз блэзымыгъэкIхэр, Дэ ятта ерыскъым фIы хэзыщIыкIхэр.

(36) ПIащэхэр[426] Алыхьым и цIэкIэ тыхь фщIыну дгъэдурысащ, абы и фIагъи фэ къывокI[427]. [ФукIыну] щывгъэувкIэ[428], Алыхьым и цIэр тефIуэ. Я псэр хэкIа нэужь фшхы, къывэлъэIухэми укIытэу мылъаIуэхэми явгъэшх. Апхуэдэу [Iэщым] хуит фахуэтщIащи, фIыщIэ фщIы.

(37) Алыхьым и деж нэсынкъым абыхэм ялри ялъри, Алыхьым деж нэсынур фи фIэлIыкIыныгъэращ. Мис апхуэдэу Езым [Iэщхэм] хуит фахуищIащ, фызэриузэщIам щхьэкIэ Алыхьыр вгъэлъапIэн хуэдэу. УэрикI [Мухьэммэд] фIы зыщIэхэр гъэгуфIэ!

(38) Алыхьым къехъумэ Iиман зиIэхэр, Алыхьым и щIасэкъым епцIыжахэри къемывэлIахэри.

(39) Лей къызылъысахэр лейзехьэхэм езауэжыну хуитщ, Алыхьыр ядэIэпыкъуфынущ абыхэм

(40) «Дэ ди Тхьэр Алыхьыращ!» — зэрыжаIэм нэхъ лажьэ ямыIэу я хэку къырахуахэм. Алыхьым цIыхухэр я щхьэ къыщыжыну хуит имыщIатэмэ. Якъутэжынт къулъшырыфхэр[429], члисэхэр, [ехьудхэм я] тхьэлъэIупIэхэр. Алыхьым и цIэр куэдрэ къыщыраIуэ мэжджытхэр. Алыхьыр къахуэпэжхэм ядэIэпыкъунущ – Алыхьыр лъэщщ, лъапIэщ!

(41) [ЯдэIэпыкъунущ], я лъэр щIым щыдгъэбыда нэужь нэмэзыр зыщIхэм. Сэджытыр зытхэм, фIым хуезыджэхэм. Мыхъуным бгъэдэзышхэм. Iуэху псори зэкIуэлIэжынур Алыхьыращ.

(42) Уэ [Мухьэммэд] абыхэм пцIыупсу укъалъытэмэ [умыгумэщI], уяпэкIэ щыIа [бегъымбархэри] пцIыупсу къалъытэу щытащ Нухь и жылэми, ГIади, Самуди,

(43) Iибрахьим и жылэми, ЛутI и жылэми,

(44) мэдяндэсхэми; Муси пцIыупсу ягъэIуат. Джаурхэм пIалъэ ястри итIанэ пэзгъэуджэжащ: я щIэпхъаджагъэр яхуэзгъэгъуакъым!

(45) Сыт хуэдиз жылэ дгъэкIуэда Дэ, зэрыджаурхэм щхьэкэ! Абыхэм я къуажэхэр дгъэуэжащ, я псыкъуийхэри я уардэ унэхэри бгынауэ къэдгъэнэжащ.

(46) Мы щIылъэратэкъэ ахэр (мэчэ дэсхэр) зытетыр, ягукIэ щхьэ зэхамыщIэрэ, я тхьэкIумэмкIэ щхьэ зэхамыхарэ? АрщхьэкIэ гур мыплъэмэ нэр плъэркъым.

(47) Ахэр гIэзабым хуопIащIэр, ауэ Алыхьыр иухам текIыркъым, икIи уи Тхьэм и зы махуэр фи илъэс минным хуэдиз мэхъу!

(48) Сыт хуэдиз джаур жылэм. Сэ пIалъэ ясту, иужькIэ [щымыдаIуэм] думпыр яхэслъхьхэжа! Си дежщ [псори] зэкIуэлIэжынур!

(49) ЯжеIэ: «Уэ цIыхухэ! Сэ фэркIэ сыущиякIуэ наIуэщ».

(50) Iиман зиIэу фIы зыщIахэм я гуэныхьыр яхуэгъунущ, ерыскъыри куэду ягъуэтынущ.

(51) Мыдрейуэ, Ди Iэятхэр пцIы ящIыну хущIэкъуахэр жыхьэнмэ дакъэжь хъунущ.

(52) Дэ уяпэкIэ зы лIыкIуи зы бегъымбари нэдгъэкIуакъым, ахэр ФIыцIагъэм къыщеджэкIэ, шейтIаныр къыхэмыIэбэу, ауэ шейтIаным и Iэужьыр къыхимыгъэхьэу Алыхьым и Iэятхэр къабзэу къегъанэ, Алыхьым [псори] ещIэ. Ар Iущщ!

(53) А шейтIаным и IэужьымкIэ Езым егъэунэху зигу зэкIуэкIахэмрэ зигу быдэ хъуахэмрэ – щIэпхъаджэхэр диным пэжыжьэщ!

(54) [Iэятхэр къабзэу къегъанэри] щIэныгъэ зиIэхэм я фIэщ ещI пэжыр уи Тхьэм къызэрыбгъэдэкIыр, Iиман къарегъэхь. ягухэр щабэ ещI. Iиман зиIэхэр Алыхьым гъуэгу захуэм тырешэ.

(55) Джаурхэм [КъурIэным] шэч къытрахьэн щагъэтынукъым дунейкъутэжыр къатеуэху, е яужьрей Махуэм и гIэзабыр къатехуэху.

(56) А Махуэм унафэр зыIэщIэлъынур Алыхьыращ. Абы [цIыхухэм] я хейр ищIэнущ. Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэр жэнэтым щытхъэнущ.

(57) Мыдрейуэ, Iиман зимыIэу Ди Iэятхэр пцIыуэ зыбжахэм зыгъэпуд гIэзабыр къатехуэнущ.

(58) Алыхьым и диным щхьэкIэ Iэпхъуахэу иужькIэ къаукIахэм, е лэжьахэм Алыхьым, дауикI, тыгъэфI къахуищIынущ. Алыхьыр тэхэм я нэхъ такIуэщ!

(59) Абыхэм [жэнэтым] и фIыпIэр Езым къалъигъэсынущ. Алыхьым псори ещIэ, ар тэмакъкIыхьщ!

(60) Аращ! Лей къызылъысам илъ ищIэжрэ [и бийхэр] аргуэру къекъуэншэкIыжмэ, Iэмал имыIэу, Алыхьыр абы къыщыжынущ. Алыхьыр гущIэгъущIщ!

(61) Аращ, Алыхьым жэщыр махуэм пещэ, махуэр жэщым пещэ. Алыхьым [псори] зэхех.

(62) Аращ, Алыхьыр хьэкъщ! ИкIи, Ар къагъанэу, адрей зэлъэIухэр пцIыщ. Алыхьыр лъагэщ, инщ!

(63) АтIэ уэ плъагъуркъэ, Алыхьым псыр уафэм къыщригъэхкIэ, щIыр щхъуантIэ зэрыхъур! Алыхьыр гущIэгъущIщ, [псоми] щыгъуазэщ!

(64) Езым IэщIэлъщ уафэхэми щIылъэми щыIэр, Алыхьыр бейщ, щытхъур ибэщ!

(65) АтIэ уэ плъагъуркъэ Алыхьым щIым тетхэри хым щызекIуэ кхъухьхэри Езым и IэмыркIэ IурыщIэ зэрыфхуищIар? Абы уафэри зэтреIыгъэ, езым и IизынкIэ фIэкIа, щIым къытехуэ мыхъуну. Алыхьыр цIыхухэм яхуэщабэщ, гущIэгъущIщ!

(66) Езыращ фыкъэзыгъэщIари, итIанэ фызыгъэлIэжынури, иужькIэ фыкъэзыгъэхъужынури. ИтIани цIыхур инатщ!

(67) Iумэт псоми Дэ тхьэлъэIу щIыкIэ зырыз яхуэдгъэувауэ абы иролъаIуэхэр. А IуэхумкIэ ахэр уэ къоныкъуэкъуу яхуумыдэ, ахэр уи Тхьэ и диным къыхуеджэ, уэ гъуэгу захуэм утетщ.

(68) Ахэр уэ къыщодауэкIэ яжеIэ: «Алыхьым нэхъыфIу ещIэ фи IуэхущIафэр!

(69) Къемэт махуэм Алыхьым зэхигъэкIынщ фэ фыщIызэгурымыIуа Iуэхур».

(70) АтIэ уэ пщIэркъэ уафэми щIылъэми щыIэм Алыхьыр зэрыщыгъуазэр? Ахэр тхылъым[430] итщ. Ар алыхьым дежкIэ IэщIэхщ.

(71) Алыхьыр къагъэнауэ ахэр нэгъуэщIым хуопщылI, ар къызэрагъэпэжын къахуэмыкIуа, икIи абы зыри хамыщIыкI пэтрэ. Джаурхэм дэIэпыкъуэгъу лъэпкъ яIэнукъым!

(72) Ди Iэят наIуэхэм къащыхуеджэкIэ, Iиман къэзымыхьахэм я нэгум иплъагъуэнущ ар зэрамыдар. Ахэр ди Iэятым къеджэхэм къатеуэн хьэзырщ. ЯжеIэ: «НывжесIэн абы (зызэрыфщIым) нэхърэ нэхъ Iейжыр? – Ар Алыхьым джаурхэм къахуигъэхьэзыра МафIэращ! Ар хэщIапIэ гъуамэщ!»

(73) Уэ цIыхухэ! Псалъэжь къыфхудохьри фыкъедаIуэ! Алыхьыр къэвгъэнауэ фызыхуэпщылIхэр псори зэхуэсами зы бадзэ къудей къахуэгъэщIынукъым. Бадзэм зыгуэр

яфIихьми къытрахыжыфынукъым. ХуэпщылIри зыхуэпщылIри хуэмыхущ!

(74) Алыхьым хуэфащэ пщIэ абыхэм хуащIакъым. Алыхьыр Лъэщщ, Лъагэщ!

(75) Алыхьым И лIыкIуэхэр мелыIычхэми цIыхухэми къахех. Алыхьым [псори] зэхех, елъагъу!

(76) Езыр щыгъуазэщ абыхэм ящIами ящIэнуми, икIи Iуэху псори зэкIуэлIэжынур Алыхьыращ.

(77) Уэ Iиман зиIэхэ! Щхьэщэ фщIы, фи щхьэхэр вгъэтIылъ‚ фи Тхьэм фыхуэпщылI, фIы фщIэи фехъулIэнщ!

(78) Алыхьым И диныр къэфIэтын щхьэкIэ флъэкI къэвмыгъанэ! Езым фэ фыкъыхихащ, динымкIи флъэмыкIын къыфтрилъхъэркъым: ар фи адэ Iибрахьим и диныращ, Езыращ нэхъапэми муслъымэн къыффIэзыщар, иджыри абыкIэ къывэджэр, лIыкIуэр (Мухьэммэд) фэ щыхьэт къыфтехъуэн, фэри цIыхум щыхьэт фатехъуэн щхьэкIэ. Нэмэзыр фщIы, сэджытри хэвгъэкI, Алыхьми фыбгъэдэмыкI Аращ фэ фи телъхьэр. Ар телъхьэ дэгъуэщ, дэIэпыкъуэгъу гъуэзэджэщ!



Поделиться с друзьями:

Механическое удерживание земляных масс: Механическое удерживание земляных масс на склоне обеспечивают контрфорсными сооружениями различных конструкций...

Таксономические единицы (категории) растений: Каждая система классификации состоит из определённых соподчиненных друг другу...

Эмиссия газов от очистных сооружений канализации: В последние годы внимание мирового сообщества сосредоточено на экологических проблемах...

Папиллярные узоры пальцев рук - маркер спортивных способностей: дерматоглифические признаки формируются на 3-5 месяце беременности, не изменяются в течение жизни...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.106 с.