Сурэ 16. Бжьэхэр (iэн-нэхьл) — КиберПедия 

Типы оградительных сооружений в морском порту: По расположению оградительных сооружений в плане различают волноломы, обе оконечности...

Историки об Елизавете Петровне: Елизавета попала между двумя встречными культурными течениями, воспитывалась среди новых европейских веяний и преданий...

Сурэ 16. Бжьэхэр (iэн-нэхьл)

2018-01-03 363
Сурэ 16. Бжьэхэр (iэн-нэхьл) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Алыхьым и унафэр къэсынущ, фыхуэмыпIащIэ. Ар (Алыхьыр) зихуэдэ щымыIэщ,Iыхьэгъу хуащIхэм икъукIэ йолъэгэкI!

(2) Абы и уэхьийр и пщылIхэм щыщу зыхуэфащэм [мелыIычхэм] къахурегъэх. [ЦIыхур] хуэвущий Сэр нэмыщI тхьэ зэрыщымыIэм, Сэ фыкъысфIэлIыкI![342] – жеIэри

(3) Абы уафэхэмрэ щIылъэмрэ хабзэкIэ къигъэщIащ, Ар Iыхьэгъу хуащIхэм икъукIэ йолэгэкI!

(4) Абы цIыхур нэпсырым къыхигъэщIыкIащ,итIани ар инату ныкъуэкъуэгъущ.

(5) Абы Iэщхэри къигъэщIащ,абыхэм фэ фагъэхуабэ, я сэбэп къывокI,ящыщи фошх.

(6) Iэхъуэ дэкIыгъуэми Iэхъуэ къыдыхьэжыгъуэми ахэр фэ фи дежкIэ дахэщ.

(7) Фэ ерагъкIэ фIэкIа фыздынэмысыфыну щIыпIэхэм фи хьэлъэхэр фхуахь. Фи Тхьэр гумахуэщ, гущIэгъущIщ!

(8) Шыхэри, къыдырхэри, шыдхэри фыризекIуэну икIи зривгъэщIэгъуэну къыфхуигъэщIащ. Фигу къэмыкIхэри Абы къегъэщI.

(9) Алыхьыращ гъуэгу захуэм хуэзузэщIыр, ауэ гъуэгу пхэнжхэри щыIэщ. Алыхьыр хуеймэ псори гъуэгу захуэм фытришэнт.

(10) Абы уафэм псыр къыфхурегъэх, абы фофэ, абы фи [Iэщым] я хъунхэри къегъэкI.

(11) АбыкIэ Езым къыфхуегъэкI фи хьэсэхэри, зейтун жыгхэри[343], чыцIыбжьейхэри, жызумейхэри, адрей пхъэщхьэмыщхьэхэри. Ар гупсысэ зиIэхэмкIэ нэщэнэщ.

(12) Езым къыфхуигъэщIащ жэщри махуэри, дыгъэри мазэри; вагъуэхэри Езым и унафэм щIэтщ. Ар зэхэщIыкI зиIэхэм я дежкIэ нэщэнэщ.

(13) Зэмыфэгъуу щIым къытрипхъа [къэкIыгъэхэри] зэхэщIыкI зиIэхэм я дежкIэ нэщэнэщ.

(14) Абы хыри къыфхуигъэщIащ, лы щабэ фшхын щхьэкIэ, цIуугъэнэ къыхэфхыурэ зривгъэщIэращIэн щхьэкIэ. Фолъагъу и жумартагъэр къызэрыфлъыхъуэ кхъухьхэри, хыр зэкIэщIахуурэ, зэрыкIуэр. ФIыщIэ Езым хуэфщI!

(15) Абы щIым хъурзэхэр[344] хидзащ мыуфэфэн щхьэкIэ; псыхъуэхэри гъуэгухэри къывитащ фризекIуэну,

(16) нагъыщэхэмкIи[345] вагъуэхэмкIи гъуэгур къагъуэт.

(17) КъэзыгъэщIыр къэзымыгъэщIым хуэбгъадэ хъун, щхьэ фемыгупсысрэ?

(18) Алыхьым и фIыщIэр къэфлъытэну фыхуежьэмэ къыфхуэлъытэнукъым. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!

(19) Алыхьым ещIэ фущэхури къэвгъэнахуэри.

(20) Алыхьыр къагъэнауэ ахэр зэлъэIухэм зыри къагъэщIыркъым, ахэр езыхэр къагъэщIауэ аращ.

(21) Ахэр хьэдэхэщ, псэ яIуткъым икIи ящIэркъым [цIыхухэр] къыщагъэтэджыжыну [Махуэр].

(22) Фи Тхьэр Тхьэ закъуэращ. Ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэм ар я гум идэркъым, икIи езыхэм загъэин.

(23) Абыхэм яущэхумрэ къагъэнаIуэмрэ Алыхьым зэрищIэм шэч хэлъкъым, Езым зызыгъэинхэр фIыуэ илъагъуркъым.

(24) "АтIэ фи Тхьэм сыт къригъэхар?" - жаIэу щеупщIкIэ къыжраIэж: "Пасэрей псыжьхэращ[346].

(25) Абыхэм езыхэм къахьа гуэныхьри нэсу, щIэныгъэншагъэкIэ ягъэгъуэщахэм я гуэныхьым щыщхэри Къемэт махуэм япшыныжынущ. Сызижагъуэн и махуэщ абыхэм япшыныжынур!

(26) Нэхъапэм щыIахэри хуэгъэщагъэ хуекIуэрти, Алыхьым абыхэм лъэпсэрыхэр къахуигъэкIуащ, я унащхьэри къатригъэуэжащ, зыпымыплъа гIэзабэри къатепсыхащ.

(27) ИужькIэ, Къемэт махуэм, ахэр Езым игъэпудынурэ яжриIэнущ: «Дэнэ щыIэ фэ Iыхьэгъу къысхуэфщIу фыщIэдэуахэр?» ЩIэныгъэ зратахэм жаIэнущ: «Нобэрей махуэр Iиманыншэхэм я дежкIэ укIытэгъуэщ икIи гугъущ!»

(28) А лей зэзыхыжахэр, мелыIычхэм хейщIапIэм щрашалIэкIэ, Iурыщэ хъунурэ, жаIэнущ: «Дэ мыхъун тщIакъым!» [КъыжыраIэжынущ]: «Хьэуэ, Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэуэ щытам!»

(29) Жыхьэнмэм и куэбжэхэмкIэ фыдыхьэ, къэгъазэ фимыIэу. Гъуамэщ зыкъызыфIэщIыжахэм я хэщIапIэнур!

(30) «Фи Тхьэм сыт къыфхуригъэхар?» - жаIэу щеупщIкIэ, Тхьэм фIэлIыкIхэм жаIэнущ: «ФIыщ къытхуригъэхар». Мы дунейм фIы щызыщIэхэми ягъуэтыжынур фIыщ, ахърэт псэупIэри нэхъыфыжщ. Сыту дэгъуэ фIэлIыкIхэм я хэщIапIэнур!

(31) Жэнэту ахэр зэрыхьэнум псыхъуэхэр щожэх, зыхуей псори щагъуэтынущ. Алыхьыр апхуэдэу яхуоупсэ Езым фIэлIыкIхэм!

(32) МелыIычхэм гуэныхьыншэхэр хейщIапIэм щрашэлIэжкIэ, сэлам кърахынурэ, къыжраIэнущ: «Фихьэ жэнэтым, мыр фэ къэвлэжьащ!»

(33) АтIэ [джаурхэр] пэплъэу ара псэхэхыр къахуэкIуэным, е уи Тхьэм и гIэзабыр къатепсыхэным? Апхуэдэущ зэрыщытар япэм щыIахэри. Абыхэм Алыхьыр къайкъуэншэкIакъым, езыхэр зэкъуэншэк1ыжауэ аращ.

(34) Абыхэм ящIа бзаджэр къащIыхьэжащ, ахэр зыщыдыхьэшхыу щытари (гIэзабыр) къатепсыхащ.

(35) Езым Iыхьэгъу хуэзыщIхэм жаIащ: "Алыхьыр хуеямэ дэри, ди адэхэри, Езым нэмыщI, нэгъуэщIым дыхуэпщылIынтэкъым, икIи зыри хьэрэм тщIынтэкъым Езым и Iизыныншэу." Пасэрейхэми жаIэу щытар аращ; атIэ лIыкIуэм нэгъуэщI къалэн иIа, [диныр] наIуэу ялъигъэIэсыным нэмыщI?

(36) Дэ дэтхэнэ лъэпкъми лIыкIуэ хуэдгъэкIуащ: "Алыхьым фыхуэпщылI, ТIагъуутми[347] зыщыфхъумэ". Абыхэм яхэтащ Алыхьым иузэщIахэри; яхэтащ гъуэщэныр зи натIэхэри[348]. Мы дунейм фытехьи феплъыт [лIыкIуэхэр] пцIыупсу жызыIахэм я кIэух хъуам.

(37) Уэ ахэр бузэщIыну ухущIэкъуми, Алыхьым иузэщIыркъым игъэгъуэщахэр. Абыхэм дэIэпыкъуэгъуи яIэкъым.

(38) Тхьэлъанэу щыIэм я нэхъ ин Алыхьым и цIэмкIэ яIуащ: "ЛIар Алыхьым къигъэтэджыжынкъым!" - жаIэри. Хьэуэ, [къигъэтэджыжынщ]! Ар Езым зритыжа псалъэ пэжщ, ауэ цIыхум я нэхъыбэм ар къагурыIуакъым.

(39) [Къигъэтэджыжынщ], зэгурымыIуахэр щIызэгурымыIуэу щытар (Къемэт махуэр) къаригъэлъэгъун, джаурхэри пцIыупсу зэрыщытар къаригъэщIэжын щхьэкIэ.

(40) Дэ зыгуэр къэдгъэхъуну дыщыхуейм деж: "Къэхъу!" - жыдоIэри къохъу.

(41) Мыдрейуэ, [джаурхэр] къызэкъуэншэкIыу, Алыхьым папщIэ зи хэкур зыбгынахэм мы дунейм псэупIэ дэгъуэ къащеттыжынущ, ахърэтым щаIэну тыгъэри нэхъ иныжщ, ящIэу щытмэ.

(42) Ахэрщ бэшэчу зытари, зи Тхьэм щыгугъари!

(43) УяпэкIи уэхьий къахуэдгъакIуэу зыри лIыкIуэ тщIакъым, цIыхухъу фIэкIа. Ар фэ фымыщIэмэ, ФIыцIагъэ къызыхуехахэм феупщI.

(44) [Ахэр дгъэкIуащ] нэщэнэхэмрэ фIыцIагъэхэмрэ яIыгъыу. Уэри ныпхуедгъэхащ КъурIэныр, къахуедгъэхар цIыхухэм къагурыбгъэIуэн, езыхэри егупсысын щхьэкIэ.

(45) А хъуэгъэщагъэкIэ бзаджэ зыщIахэм я гугъэ ахэр Алыхьым кIуэцIримыгъэхуну, е зыпэмылъэ гIэзабыр къатримыгъэпсыхэну?

(46) [Хьэмэрэ я гугъэ] зыщахущыхьым деж я Тхьэм зэтримыукIэну? [Ахэр Алыхьым] IэщIэкIыфынукъым.

(47) [Хьэмэрэ я гугъэ] шынагъуэм щызэщIиубыдэм деж зэтримыукIэну? Уи Тхьэр гумахуэщ, гущIэгъущIщи [яхуешэч]!

(48) Абыхэм ялъагъуркъэ Алыхьым къигъэщIа псоми я жьауэм ижьымкIи сэмэгумкIи загъэшу Алыхьым щIыхь зэрыхуащIыр, икIи зэрызамыгъэиныр[349].

(49) Псэ зыIуту уафэхэми щIылъэми щыIэм я щхьэр Алыхьым хуагъэтIылъ*,мелыIычхэми [хуагъэтIылъ] икIи загъэиныркъым.

(50) Ахэр къащхьэщыт я Тхьэм фIолIыкI икIи и унафэр ягъэзащIэ.

(51) Алыхьым жиIащ: "ТхьитI щыIэу къэвмылъытэ, Тхьэр закъуэщ, Сэ фыкъысщышынэ!"

(52) Уафэхэми щIылъэми щыIэр псори Езым IэщIэлъщ, зи унафэ ущIэтын хуейри Аращ! АтIэ Алыхьым нэмыщI нэгъуэщI гуэрым фыфIэлIыкIрэ?

(53) Сыт хуэдэ фIыгъуэ фиIэми, ар къызыбгъэдэкIар Алыхьращ. ИужькIэ лажьэ къыфлъэIэсмэ, фызыхуэтхьэджэри Езыращ.

(54) ИужькIэ, лажьэр зэрыфщхьэщихыу, фящыщхэм я Тхьэм Iыхьэгъу хуащIу щIадзэж

(55) Дэ яхуэтщIар зыщагъэгъупщэри. НобэкIэ фытхъэ, иужькIэ зыфщIэжынщ.

(56) Дэ яхуэтщIам щыщ Iыхьэ тыхь хуащI абыхэм ямыцIыхухэм (тхьэнэпцIхэм)[350]. Алыхьым и цIэкIэ соIуэ, а фэ къэвгупсысам фыпагъэуджэжынукIэ.

(57) Абыхэм Алыхьым пхъу иIэу жаIэ[351], –ар Алыхьым еппэс мыхъунщ – Езыхэм яфIэфIыр[352] зыхуагъэфэщэж.

(58) Ящыщ гуэрыр пхъукIэ вгъэгуфIамэ,гуауэ щохъури IуроуфIыцIыкI.

(59) ИкIи зэрагъэгуфIам иринэщхъейуэ цIыхухэм защедзей. Iэнкунщ, зыгъэпудар[353] ипIынрэ щIитIэнрэ имыщIэу. Ахэр сыту гупсысэкIэ гъуамэ!

(60) Ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэм уадэплъеинкIэ гъуамэщ,узыдэплъеину щапхъэм я нэхъыфIыр Алыхьым IэщIэлъщ. Езыр лъагэщ,Iущщ

(61) Алыхьым цIыхухэр я къуаншагъэм тригъэкIуадэу щытамэ, мы дунейм и лъэ зекIуэу зыри[354] къытенэжынутэкъым, ауэ пIалъэ хэхар къэсыхукIэ къызэтрегъанэ. Я пIалъэр къэса нэужь, зы сыхьэткIэ яхуэгъэгувэнукъым икIи яхуэгъэпсынщIэнукъым.

(62) Абыхэм езыхэр зыхуэмейр Алыхьым хуагъэфащэ, абыхэм пцIы яупс, фIыр я натIэу жаIэу. Шэч хэмылъу, абы я натIэнур мафIэращ икIи ящыгъупщэжауэ [хэсынущ].

(63) Алыхьым и цIэкIэ соIуэ, лIыкIуэхэр яхуэдгъэкIуакIэ уяпэ щыIа жылэхэм, ауэ абыхэм я IуэхущIафэр шейтIаным яхуигъэдэхащ, НобэкIэ абыхэм ар я телъэхьэщ, ауэ къапэщылъыр гIэзаб гуащIэщ

(64) Дэ ФIыцIагъэр (КъурIэныр) ныщIыпхуедгъэхар ахэр щIызэгурымыIуэр яхузэхэпхун щхьэкIэщ, - ар Iиман зиIэхэм я дежкIэ гъуазэщ икIи гущIэгъущ.

(65) Алыхьым уафэм псыр кърегъэхри, псэ зыпымытыж щIыр къегъэпсэуж. Ар жылэ даIуэхэм я дежкIэ нэщэнэщ.

(66) Щапхъэ зэтепхын Iэщхэми яхэлъщ. Абыхэм я шхалъэм фIеймрэ лъымрэ къыхокI шэ гурыхь къабзэ, абы фыдогъафэ.

(67) ЧыцIыбжьэмрэ жызумымрэ къахывощIыкI зыгъэудафэ фадэри ерыскъы къабзэри. Ар губзыгъэхэм я дежкIэ нэщэнэщ.

(68) Уи Тхьэм бжьэми игу кърилъхьащ: "Уи унэр щыщI къуршхэми, жыгхэми, ухуагъэхэми;

(69) итIанэ къэкIыгъэ псоми щыщ шхы, икIи уи Тхьэм пхуиубзыхуа гъуэгум утемыкI." Абыхэм я кIуэцIым узэфэн IэфI зэмыфэгъухэр къокI, цIыхухэм хущхъуэ яхуэхъуу. Ар гупсысэ зиIэ жылъэм я дежкIэ нэщэнэщ.

(70) Алыхьым фыкъегъэщI икIи фегъэлIэж. Фящыщхэри кхъахэ Алыхьым псори ещIэ, хузэфIокI!

(71) Алыхьым фэ фщыщ гуэрхэр адрейхэм ерыскъыкIэ яхигъэфIыкIащ. Ауэ хигъэфIыкIахэм я Iыхьэм щыщ пщылIхэм хуашиIркъым, зэхуэдэ ирихъун щхьэкIэ. АтIэ абыхэм Алыхьым и фIыщIэр яущэхуу ара?[355]

(72) Алыхьым фэ фщыщу щхьэгъусэхэр къывитащ, фи щхьэгъусэхэм быни, быным я быныжи къащIигъэхъуащ, шхыныгъуэфIхэри къывитащ. АтIэ ахэр пщIым (тхьэнэпцIхэм) еувалIэрэ, Алыхьым и фIыщIэр (Iиманыр) IуагъэкIуэту?

(73) Ахэр, Алыхьыр къагъэнауэ, хуопщылI уафэм кърахьэхыу е щIым къыхахыу щхыныгъуэ къезымытыфынухэм, зыри зыхузэфIэмыкIхэм.

(74) Алыхьыр вгъэIущыжыну фыхуемыжьэ. Алыхьым [псори] ещIэ фэ зыри фщIэркъым.

(75) Алыхьым зэрегъапщэ зыми хуимыт пщылIымрэ Дэ фIыгъуэ зэттауэ абы нахуэуи щэхууи хэзытыкIымрэ. А тIум [я зэфIэкIыр] зэхуэдэ?[356] Щытхъур зыхуэфащэр Алыхьыращ, ауэ нахъыбэм яр ящIэркъым.

(76) Алыхьым [аргуэру] зэрегъапщэ цIыхуитI: зыр дэгубзагуэщ, зэфIэкIыншэщ, и пщыри гугъу ирегъэхь. Дэнэ игъакIуэми зыри зыфIикъэкIыркъым. АтIэ зэхуэдэ абырэ захуагъэм ухуезыджэу гъуэгу захуэм тетымрэ?[357]

(77) Алыхьым IэщIэлъщ уафэхэми щIылъэми щыущэхуар. Къемэт махуэм [и къэсыныр] напIэдзыгъуэщ, уеблэмэ нэхъ псынщIэжщ. Алыхьым сытри хузэфIокI!

(78) Алыхьым фи анэхэм я ныбэм фыкъригъэкIащ зыри фымыщIэу, итIанэ зэрызэхэфхыни, зэрыфлъагъуни, зэрызэхэфщIыкIыни къывитащ: фIыщIэ хуэфщI!

(79) АтIэ ялъагъуркъэ абыхэм уэгум хуиту щылъэтэну къигъэщIа къуалэбзухэр? Ахэр зыIыгъыр Алыхьым и закъэущ. Ар Iиман зиIэхэм я дежкIэ нэщэнэщ

(80) Алыхьым фи унэхэр тыншыпIэ фхущIащ. Фи Iэщхэм я фэхэри унэу къывитащ, фыщыкIуэкIи фыкъыщыувыIэкIи зехьэгъуафIэу, яцхэми щыгъынрэ унэ хьэпшыпрэ къыхывощIыкI, пIалъэкIэ[358] къэвгъэсэбэпыну.

(81) Алыхьым жьауэ зыщIхэри къыфхуигъэщIащ, къуршхэми щхьэегъэзыпIэ (бгъуэнщIагъ) къыщывитащ, хуабэвэхым фыщихъумэну щыгъынхэри, [удын] гуащIэм фыщызыхъумэ [зауэлI] фащэхэри къывитащ. Апхуэдэу Алыхьым къыфхуищIэ фIыр негъэс: феувалIэ!

(82) Ауэ ахэр емыувалIэмэ, уэ уи къалэныр [диныр] науэу ялъэбгъэIэсыныр аркъудейщ.

(83) Абыхэм ящIэ Алыхьым кьахуищIэ фIыр, ауэ иужькIэ ябзыщIыж: Абыхэм я нэхъыбэр джаурщ.

(84) А Махуэу [цIыхухэр къыщыдгъэтэджыжынум] дэтхэнэ зы Iумэтми езым ящыщ щыхьэт къахуэдгъэувынущ, икIи джаурхэр хурагъэтынукъым [заухеижынуи] гущIэгъум щIэлъэIунуи.

(85) ЩIэпхъаджэхэм я гIэзабыр къыщыблагъэкIэ, ар абыхэм хуагъэщабэнукъым, икIи хуагъэгувэнукъым.

(86) Алыхьым Iыхьэгъу хуэзыщIу щытахэм, а Iыхьэгъухэр щалъагъукIэ, жаIэнущ: "Уэ ди Тхьэ! Мыхэращ Iыхьэгъу пхуэтщIу Уи пIэкIэ дызэлъэIуу щытар." Къыпадзыжынущ: "Фэ фыпцIыупсщ!"[359]

(87) А Махуэм ахэр Алыхьым еувэлIэнущ, пцIыуэ къагупсысахэри (тхьэнэпцIхэр) бзэхыжынущ.

(88) Мыдрей джаурхэм, Алыхьым и гъуэгум цIыхухэр тезымыгъэхьэу щытахэм, гIэзабыр тIуащIэу ятетлъхьэнущ, зэIыщIакIуэу зэрыщытахэм щхьэкIэ.

(89) А Махуэу [цIыхухэр къыщыдгъэтэджыжынум] дэтхэнэ зы Iумэтми езым ящыщ щыхьэт къахуэдгъэувынущ, уэри [Мухьэммэд, абыхэм] щыхьэту уахуэдгъэувынущ. КъурIэнри къыпхуедгъэхащ псори къигъэнаIуэу икIи гъуазэу, муслъымэнхэм я дежкIи гущIэгъурэ узыгъэгуфIэу.

(90) Алыхьым и унафэщ захуэу фыщытыныр, фIы фщIэныр, благъэхэм фахуэжумартыныр, напэншагъэм, гъуамагъэм, щIэпхъаджaгъэм зыщывдзеиныр. Езыр къывоущие зыщывмыгъэгъупщэну.

(91) Алыхьым псалъэ ефтамэ, абы фытемыкI. Тхьэ фIуамэ фемыпцIыж, фэ абыкIэ Алыхьыр шэсыпIэ ивгъэуващ. Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэм.

(92) Цы Iуданэр зыджу, игъэбыдэжын щыхъум, зыгъэлъэлъэжа [бзылъхугъэм] ещхь фымыхъу. ТхьэрыIуэкIэ фызэувэлIа жылэм фопцIыж, жылэ нэхъ лъэщ къыкъуэкIмэ. АбыкIэ Алыхьым фигъэунэхуу аращ, икIи Къемэт махуэм Езым къыфхузэхихунущ фыщIызэдауэу щыта Iуэхур.

(93) Алыхьыр хуеймэ зы Iумэт фищIынт, ауэ Езым зыхуейр егъэгъуащэ, зыхуейри еузэщI, [иужькIи] фэ фщIамкIэ къывэупщIыжынущ.

(94) Фи тхьэрыIуэхэмкIэ фыкъызэрымыгъэпцIэж, быдэу ува фи лъэр цIэнтхъуэну фыхуэмеймэ. Армырамэ Алыхьым и гъуэгум цIыхухэр зэрытевгъэкIам[360] и Iейр къыфщIыхьэжынщ, гIэзабышхуэри къыфтехуэнщ.

(95) Алыхьым ефта псалъэр фымыгъэпудыж [дуней фIыгъуэмкIэ]. Алыхьым къыфхуищIэжынур нэхъыфIщ, фщIэуэ щытмэ!

(96) Фэ фIэщIэлъыр кIуэдыжынущ, Алыхьым хуэфщIэр мыкIуэдыжщ. ШыIэныгъэ зиIахэм Дэ яхуэтщIыну тыгъэр езыхэм къалэжьам пэкIуэм нэхърэ нэхъыфIыжщ.

(97) Хъулъхугъэми бзылъхугъэми, Iиман зиIэу фIы зыщIар, дахэу дгъэпсэунущ, икIи Дэ яхуэтщIыну тыгъэр езыхэм къалэжьам пэкIуэм нэхърэ нэхъыфIыжщ.

(98) КъурIэным укъыщеджэм деж, Алыхьым елъэIу, шейтIан нэлатым ущихъумэну,

(99) Ар япэлъэщынукъым Iиман къэзыхьахэу зи Тхьэм щыгугъхэм.

(100) Зыпэлъэщынур, ар телъхьэ зыщIауэ, абы и зэранкIэ Алыхьым Iыхьэгъу хуэзыщIхэращ.

(101) Дэ зы Iэятыр нэгъуэщIIэяткIэ щызэтхъуэкIыжым деж – Езы Алыхьым нэхъыфIу ещIэ, а къригъэхыр зихуэдэр – абыхэм жаIэ: «Уэ [Мухьэммэд], мыр уэ къыбогупсыс!» Хьэуэ! Нэхъыбэр [Iуэхум] щыгъуазэкъым.

(102) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: «МыIуминхэм я Iиманыр игъэбыдэн щхьэкIэ, уи Тхьэм Псэ Аущым[361] пэжыр къригъэхьащ, муслъымэнхэм я дежкIэ гъуазэрэ гуфIэгъуэу».

(103) Дэ дощIэ: «Мыр езыгъаджэр цIыху къудейщ», - зэрыжаIэр. [Ауэ] абыхэм зи гугъу ящIым и бзэр хамэбзэщ, мыр (КъурIэныр) – гIэрыпыбзэ къабзэщ.

(104) Алыхьым и Iэятхэр зи фIэщ мыхъухэр Алыхьым иузэщIыркъым, абыхэм гIэзаб гуащIэри къапэщылъщ.

(105) Алыхьым и Iэятхэр зи фIэщ мыхъухэращ Абы пцIы тезылъхьэфынур, ахэращ пцIыупсыр!

(106) Iиман къихьа нэужь, зи щIыб Алыхьым хуэзыгъэзэжу джаурыгъэм зи гур хузэIузыхам Алыхьым и нэлатыр къытехуащ, гIэзаб гуащIэри къыпэщылъщ – джаурыгъэм ирахулIауэ зи гум Iиман щызыхъумахэр хэмыту.

(107) Ар къызыхэкIыр, ахърэтым нэхърэ дуней хьэхур нэхъыфIу зэралъэгъуаращ: Алыхьым иузэщIыркъым джаур жылэхэр.

(108) Ахэращ Алыхьым зэхэзымыщIыкIи, зэхэзымыхи, зымылъагъуи ищIар. Ахэращ [диныр] къызыфIэмыIуэхур.

(109) Шэч хэмылъу ахэращ ахърэтым щыунэхъунур.

(110) Уи Тхьэм я гуэныхьыр яхуигъэгъунущ гущIэгъуи яхуищIынущ, псэзэпылъхьэпIэ ихуа нэужь, Iэпхъуэу, диным щIэбэну гугъу зезыгъэхьахэм.

(111) [Ягу къэгъэкIыж, Мухьэммэд], а Махуэу, щхьэж и щхьэм фIэкIа, нэгъуэщI къыщыфIэмыIуэхунур, дэтхэнэ зы псэми къилэжьар ирикъуу къыщратыжынур, зыми лей къыщытемыхуэнур.

(112) Алыхьым щапхъэу къехь къуажэ гуэр: ар мамыру гузавэгъуэншэу псэурт, я шхыныр дэнэ лъэныкъуэкIи къахуикIыу. Ауэ Алыхьым и фIыщIэхэр щабзыщIым, Алыхьым къатригъэпсыхащ гъаблэмрэ шынагъуэмрэ, я щытыкIэм пэкIуэу.

(113) Абыхэм[362] ящыщ лIыкIуэу къахуэдгъэкIуат ауэ пцIыупсу къыщалъытэм, Алыхьым гIэзабыр къатригъэпсыхащ, зэрыкъуаншэхэм щхьэкIэ.

(114) Алыхьым хьэлэл фхуищIа ерыскъыфIыр фшхы, Алыхьым и фIыщIэри хуэфщI, Езым феувалIэу щытмэ.

(115) Абы хьэрэм фщищIар псэхэлIэращ, лъыращ, кхъуэлыращ, Алыхьым нэмыщIу нэгъуэщIым и цIэкIэ фIагъэжаращ. Ауэ, джаурыгъэкIэ имышхыу, IэмалыншагъэкIэ зышхам Алыхьым къыхуегъэгъу, гущIэгъу къыхуещI.

(116) Фи жьэм къихь пцIыр жывмыIэ: "Мыр хьэлэлщ, мыр хьэрэмщ", - жыфIэу Алыхьым пцIы тефлъхьэу. Алыхьым пцIы тезылъхьэхэр ехъулIэркъым!

(117) Абыхэм я тхъэгъуэр кIэщIщ, къапэщылъ гIэзабыр гуащIэщ.

(118) Мыдрей ехьуд хъуахэм Дэ хьэрэм ящытщIар нэхъапэм[363] уэ къыпхуедбжэкIахэращ. Дэ абыхэм дайкъуэншэкIакъым. Езыхэращ зэкъуэншэкIыжар.

(119) ИтIани уи Тхьэм гущIэгъу къахуищIынурэ къахуигъэгъунущ щыуахэм, тобэ къахьыжу ягъэзэкIуэжмэ.

(120) Ибрахьим Алыхьым хуэпэж Iимаму, хьэнифу[364] щытащ, Тхьэм Iыхьэгъу хуэзыщIхэм ящыщакъым.

(121) Алыхьым и фIыщIэр зэхищIыкIырти, Езым къахигъэфIыкIри гъуэгу захуэм тригъэуващ.

(122) Абы мы дунейм и фIыгъуэри къеттащ, ахърэтми фIэрафIэхэм щахэдгъэхьащ.

(123) ИужькIэ уэхьий къыпхуедгъэхащ, [Мухьэммэд]: "Ибрахьим хьэнифым23 и диныр къащтэ, ар Тхьэм Iыхьэгъу хуэзыщIхэм ящыщакъым".

(124) Щэбэтыр махуэщI[365] зыхуэтщIар [щэбэтымкIэ] зэгурымыIуэхэращ, икIи Къемэт махуэм уи Тхьэм зэхихунущ ахэр щIызэгурымыIуа Iуэхур.

(125) (Муслъымэнхэр) уи Тхьэм нэхъыфIу ещIэ Абы и гъуэгум тегъуэщыкIари, нэхъыфIу ещIэ узэщIахэри.

(126) Тазыр щатефлъхьэжкIэ фагъэшэчам нэхъыбэ евмыгъэшэчыж, ауэ вгъэгувэмэ ар зыгъэгъухэм я дежкIи нэхъыфIщ.

(127) ЗышыIэ, [Мухьэммэд], уэ щIэпшэчыр Алыхьыращ. Абыхэм щхьэкIэ умыгузавэ, я хъуэгъэщагъэри уи гум къомыгъауэ.

(128) Алыхьыр зи гъусэр фIэлIыкIхэмрэ фIы зыщIэхэмрэщ.


СУРЭ 17 ЖЭШ ГЬУЭГУАНЭ (IЭЛ-IИСРА)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Зихуэдэ щымыIэращ, и телъыджэхэр иригъэлъагъун щхьэкIэ, жэщу зи пщылIыр, Мэжджыт лъапIэм[366] изыхыу, и нэфIыр зыщыхуа лъахэм ит Мэжджыт жыжьэм[367] зыхьар. Ар псори зэхэзыхщ, псори зылъагъущ!

(2) Дэ, ИсраIил и щIэблэр иригъуазэн щхьэкIэ, Муса ФIыцIагъэ къыхуэдгъэкIуащ: «Сэр нэмыщI, нэгьуэщI телъхьэ фымыщI, — [жытIэри].

(3) Уэ Нухь игъусэу [псыдзэм] къедгъэлахэм я щIэблэ, [фэри Алыхьым фIыщIэ хуэфщ!]: хуэпщIар зэхэзыщIыкI цIыхуу щытащ Нухь».

(4) Дэ ИсраIил и щIэблэм ФIыцIагъэмкIэ къажетIащ: «Фэ мы дунейр тIонейрэ зэIыфщIэнущ, тIонейри тетыгъуэ вгъуэтынущ».

(5) Япэрей тетыгъуэм иужькIэ, ди пщылI лъэщхэр къыфтедгъауэри, абыхэм фи псэупIэхэм фыщаубыдащ[368], апхуэдэуи ди псалъэр зэщIащ.

(6) ИтIанэ фи тетыгъуэм къедгъэгъэзэжри, быни фэдгъэгъуэтщ аби, [бийхэм] ебэкI фытщIыжащ.

(7) ФIы фщIэмэ, зыхуэфщIэжыр фи щхьэращ; Iей фщIэми, зытехуэжынур фи щхьэращ. ЕтIуанэ тетыгъуэм иужькIи, [бийр къыфтедгъауэри], фи напэр трахащ, фи мэжджытми, япэм зэрыщIэхьам хуэдэу, щIэхьэри яхуэкъутэр якъутащ[369].

(8) Фи Тхьэм гущIэгъу къыфхуищIынкIи хъунщ, ауэ къытевгъэзэжмэ, дэри къытедгъэзэжынщи джаурхэм жыхьэнмэр гъэрыпI яхуэтщIынщ.

(9) Мы КъурIэным гъуэгум я нэхъ захуэм утырешэ икIи мыIумину фIы зыщIэхэр егъэгуфIэ ящIам къыпэкIуэр бэгъуауэ зэрагъуэтыжынумкIэ,

(10) мыдрейуэ ахърэтыр зифIэщ мыхъухэм гIэзаб гуащIэр къахуэдгъэхьэзыращ.

(11) ЦIыхур фIым зэреджэм ещхьу, Iейми йоджэ: цIыхур пIащIэхщ.

(12) Дэ жэщымрэ махуэмрэ телъыджитIу къэдгъэщIащ: жэщым и телъыджэр тыдогъэкIри махуэм и телъыджэр къыдогъэхъу [дунейр] уигъэлъагъуу, фи Тхьэм и жумартыгъэм фылъыхъуэн, илъэс бжыгъэр ирифщIэн щхьэкIэ; Дэ сыт ищIысри гъэнаIуауэ дубзыхуащ.

(13) Дэтхэнэ цIыхуми и бзур[370] и пщэм ищIащ икIи Къемэт махуэм ар абы тхылъ зэIухауэ хуэзэжынурэ:

(14) «Еджэ уи тхылъым икIи уэр-уэру зыкъэпщытэж!» - [къыжраIэнущ]

(15) Гъуэгу захуэм ирикIуэм и щхьэм псапэ къыхуехьыж, гъуащэм и щхьэм гуэныхь къыхуехьыж: зым и хьэлъэ (и гуэныхь) нэгъуэщIым ихьынукъым, икIи Дэ зыми гIэзаб тетлъхьэркъым, лIыкIуэ хуэдмыщIа щIыкIэ.

(16) Жылэ гуэр дгъэкIуэдын хуей щыхъукIэ, абыхэм я [гъуазэ] удэфахэм унафэ яхудощI [даIуэну], ауэ фасикъхэщи [щымыдаIуэкIэ], Ди псалъэр мэзащIэ аби, хьэлэч дощI.

(17) Нухь иужькIэ сыт хуэдиз щIэблэ дгъэкIуэда Дэ! Уэ уи Тхьэм нэсу ещIэ икIи елъагъу и пщылIхэм къахь гуэныхьыр.

(18) Мы дуней хьэхум и фIыгъуэм [фIэкIа] нэгъуэщI хуэмейхэм Дэ яхуэдгъэфащэм хуэдиз фIыгъуэ мы дунейм щеттынущ. ИужькIэ Дэ абыхэм Жыхьэнмэр яхудогъэплъ, пуд хъуахэу, Тхьэм и щIыбыр къахуигъэзауэ хэсын щхьэкIэ.

(19) Ахърэтым хуейуэ, абы зэрыхуэлэжьапхъэу хуэлажьэу Iиман зиIэхэм ящIа псапэр кIуэдынукъым.

(20) Дэ псоми – мобыхэми мыбыхэми – дахуоупсэ уи Тхьэм и тыгъэхэмкIэ. Уи Тхьэм и тыгъэр зыми хуэубыдынукъым.

(21) Еплъыт Дэ [мы дунейм] зыхэр адрейхэм зэрахэдгъэфIыкIым! Ауэ ахърэтым нэхъ иныжу щызэхэдгъэфIыкIынущ.

(22) Алыхьым нэгъуэщI тхьэ Iыхьэгъу хуумыщI, уи напэр текIауэ, зэфIэкIыншэу укъэнэну ухуэмеймэ!

(23) Уи Тхьэм унафэ ищIащ, Езым нэмыщI, нэгъуэщIым фыхуэмыпщылIыну, фи анэ-адэми фIыуэ фахущытыну. Языр е тIури жьы хъуауэ къыпхуэнэмэ, къохьэлъэкIыу къащумыгъэхъу икIи "IыI" яжомыIэ, Iэдэбу япсалъэ.

(24) Абыхэм гущIэгъу яхуэщIи уи щхьэр яхуэгъэлъахъшэ, икIи жыIэ: " Уэ си Тхьэ, мыбыхэм гущIэгъу къахуэщI, сэ сыщыцIыкIум сызэрапIам хуэдэу!"

(25) Фи Тхьэм нэхъыфIу ещIэ фи гумм илъыр, фэ фыцIыхуфIу [фыщыуамэ] – къэзыгъэзэжым Алыхьым хуегъэгъу.

(26) Уи благъэми, тхьэмыщкIэми, гъуэгум къытенами я Iыхьэр(сэджытыр) етыж, ауэ ущымысхьу умыгъэкIуэд,

(27) щысхь имыщIэу [мылъкур] зыгъэкIуэдыр – шейтIаным и къуэшщ. ШейтIаным и Тхьэм фIыщIэ хуищIыркъым.

(28) Тхьэм и гущIэгъум ущыгугъыу, мобыхэм уадэIэпыкъуну ухуейрэ, ар пхузэфIэмыкIмэ, псалъэ гуапэ яжеIэ.

(29) Уи Iэгум илъыр умыкъуз (умыкъузгъун), уи Iэгури умыущIыщэ (уи мылъкур губгъуэм йомыпхъэ), ауан укъащIу, ущIегъуэжауэ дунейм укъытыненэну ухуэмеймэ.

(30) Уи Тхьэм ерыскъыр зэрыхуэфащэкIэ цIыхум яхуегъэбагъуэ е яхуегъэмащIэ, Абы и пщылIхэр ецIыху икIи елъагъу.

(31) ТхьэмыщкIагъэм фигъэшынэу фи бынхэр фымыукIыж; Дэ ахэри фэри фытпIынущ, ахэр быукIыныр гуэныхьышхуэщ.

(32) Зинэм пэIэщIэ зыхуэфщI, ар цIапIагъэщ икIи гъуэгу Iейщ.

(33) Псэ хей фымыгъэн, ар Алыхьым хьэрэм ищIащ. Зыгуэр хейуэ яукIамэ, абы и Iыхьлыр хуит дощI и лъэр ищIэжыну,ауэ нэхъыбэ иремыукIыж. Хабзэр абы и телъхьэщ.

(34) Ибэм и мылъкум фемыIусэ, вгъэбагъуэнкIэ фIэкIа, езыр балигъ хъуху. Фи псалъэм фемыпцIыж, абыкIэ жэуап фхьынущ.

(35) Къэфпщын щыхъукIэ пщалъэр иривгъэкъу. Фшэчын щыхъукIэ шэчалъэ тэмэмкIэ фышачэ. Ар дунеймкIи фIыщ, ахърэтымкIм нэхъыфIыжщ.

(36) Уэ зыхыумыщIыкIым ухэмыIэбэ; уи тхьэкIумэри, уи нэри,уигури щыхьэту къагъэувыжынущ.

(37) ЩIым зыбгъэпагэу утемыт: уэ щIыри пхуэугъуэнынукъым, лъагагъэкIи къуршым упэхъунукъым!

(38) Абы къырикIуэ ер уи Тхьэм дежкIэ гъуамэщ.

(39) Аращ Iущыгъэм щыщу уи Тхьэм къыплъигъэIэсар, икIи Алыхьым нэгъуэщI тхьэ гъусэ хуумыщI, армырамэ Жыхьэнмэм ухадзэнущ, уагъэмысарэ уагъэпудауэ.

(40) АтIэ фи Тхьэм къуэхэр фэ къывиту мелыIычхэм ящыщ бзылъхугъэхэр Езым къызыхуигъэна?[371] ПсалъэшхуэIуэщ мы фэ жыфIэр!

(41) Мы КъурIэным Дэ къыщытхьащ цIыху зыузэщI Iэджи, ауэ абыхэм (Iиманыншэхэр) диным нэхъри бгъэдаш.

(42) ЯжеIэ [Мухьэммэд]: "А зэрыжаIэм хуэдэу, Езым тхьэ гъусэхэр иIэу щытамэ, ахэр хущIэкъунут ГIэршыр яубыдыну".

(43) Ар Езыр зихуэдэ щымыIэщ! Ар Абы хужаIэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъагэщ.

(44) Езыр ягъэлъапIэ уафиблми, щIылъэми, абы тетхэми. Ар щытхъукIэ зымыгъэлъапIэ щыIэкъым, ауэ абыхэм Тхьэр зэрагъэлъапIэ щIыкIэр къывгурыIуэркъым. Ар тэмакъкIыхьщ, гуэныхьгъэгъущ!

(45) Уэ КъурIэным укъыщеджэкIэ уэрэ ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэмрэ фякум Iупхъуэ нэрымылъагъу дыдогъэувэ.

(46) Дэ абыхэм ягухэм тебзэ хуэтщIащ, ар (КъурIэныр) къагурымыIуэн щхьэкIэ, я тхьэкIумэхэри ткудащ[372]. Уэ уи Тхьэм и закъуэныгъэр КъурIэным къыщибджыкIкIэ, абыхэм я щIыбыр къагъазэри йожьэж.

(47) Ахэр уи деж дэIуакIуэ къыщIэкIуэр Дэ нэъыфIу дощIэ; абыхэм къодаIуэ хуэдэ защIри, зоIущэщэж аби: "Мы фэ фызэдаIуэр удым ятхьэкъуа цIыхущ", — къыпхужаIэ щIэпхъаджэхэм.

(48) Плъагъурэ, [Мухьэммэд], уэ абыхэм дзы къыпфIащурэ гъуэщащи, гъуэгу захуэр къахуэгъуэтыжыркъым.

(49) Абыхэм жаIэ:"Дэ ди къупщхьэхэр щэщэжа нэужь щIэрыщIэу дыкъэхъужыну?"

(50) ЯжеIэ: "Ае:фымывэми,фыгъущIми,

(51) е нэхъ быдэжым фыкъыхэщIыкIами [фыкъигъэхъужынущ]!" Абыхэм жаIэнущ: "Хэт дыкъэзыгъэхъужынур?" ЯжеIэ: "Мис а япэу фыкъэзыгъэщIаращ!" Я щхьэр къыпхуащIурэ жаIэнущ: "Дапщэщ?" ЯжеIэ: "Ар къэблэгъауэ къыщIэкIынкIи мэхъу".

(52) Ар Езыр къывэджэу фыкъыщигъэтэджыжыну махуэращ,икIи абдежым фэ [щIым фызэрыщIэлъар][373] пIалъэ мащIэ дыдэ къыфщыхъунущ.

(53) ЯжеIэ Си пщылIхэм, щыпсалъэкIэ, нэхъыфIыр жаIэну; шейтIаным ахэр зэщегъэхьэ, шейтIаныр гъэнэхуауэ цIыхум и бийщ.

(54) Фи Тхьэм фэ нэхъыфIу фыкъецIыху. Абы,хуеймэ гущIэгъу къыфхуищIынущ, хуейми гIэзаб къыфтрилъхьэнщ. Дэ, [Мухьэммэд],уэ абыхэм плъыр уахуэтщIакъым.

(55) Уи Тхьэм нэхъыфIу ещIэ уафэхэми щIылъэми щыIэхэр зихуэдэ. Дэ бегъымбархэр зыр адрейм едгъэфIэкIащ, Даути забурыр къыхуедгъэхащ.

(56) ЯжеIэ: "Езыр къэвгъэнауэ фызэлъэIухэм лажьэри фщхьэщахыфынукъым, икIи зэрахъуэкIыфынукъым".

(57) Ахэр зэлъэIухэр езыхэр я Тхьэм пэгъунэгъу зыщIын гъуэгу мэлъыхъуэ, Езым и гущIэгъуми щогугъу, и гIэзабми щошынэ. Уи Тхьэм и гIэзабым щышынапхъэщ!

(58) Зы [джаур] жыли щыIэкъым Къемэт махуэм ипэкIэ Дэ думп дымыщIыну, е гIэзаб гуащIэр ятедмылъхьэну. Ар Тхылъ [ущэхуам]итхауэ итщ.

(59) Дэ телъыджэхэр [мэчэдэсхэм] щIедмыгъэлъэгъуар пасэрей жылэхэм ахэр пцIыуэ къабжати аращ. Дэ самудхэм телъыджэ наIуэу махъшэбзыр къахуэдгъэкIуат [къридгъэушыну], ауэ екъуэншэкIахэщ[374]. Дэ телъыджэхэр ныщIедгъэхыр иридгъэшынэну аркъудейщ!

(60) Арати уэ ныбжетIащ: «Уи Тхьэм и щIэныгъэм цIыху псори къызэщIеубыдэ». Дэ уи нэгу щIэдгъэкIахэри[375], нэлат зырахауэ КъурIэным къыщыкIуа жыгри[376] цIыхухэм я дежкIэ гъэунэхупIэу аращ. Дэ ахэр догъэшынэ, ауэ [Iиман къахьыным ипIэкIэ] я джаурыгъэм хохъуэ.

(61) Дэ мелыIычхэм яжетIэгъат: «Фи щхьэр хуэвгъэтIылъ Iэдэм!» - икIи, Iиблис нэмыщI, псоми я щхьэр хуагъэтIылъащ. [Iиблис] жиIащ: «ЯтIэм къыхэбгъэщIыкIам сэ дауэ си щхьэр хуэзгъэтIылъын?»

(62) Аргуэру жиIащ: «Еплъыт, моракъэ сэ нэхърэ нэхъ бгъэлъэпIар? Сэ Къемэт махуэр къэсыху пIалъэ къысхуэпщIмэ, абы и щIэблэм и нэхъыбэр къыдэсхьэхынщ».

(63) Езым къыжреIэж: «ЗыIуегъэх! Уэри, [цIыхум] ящыщу ныпкIэлъыкIуэхэми фхуэфащэр жыхьэнмэращ, ар тазыр ирокъу!

(64) КъыпхуэгъапцIэм хуэдизыр къэгъапцIэ уи макъкIэ, уи шуудзэри уи лъэсыдзэри еутIыпщ, я мылъкумрэ я бынымкIи Iыхьэгъу яхуэхъу, икIи гъэгугъэ. ШейтIаным укъыщIигъэгугъэр укъигъэпцIэн щхьэкIэщ.

(65) Ауэ си пщылIхэм уэ уапэлъэщынукъым, уи Тхьэр абыхэм я хъумакIуэщ».

(66) Фи Тхьэращ кхъухьхэр хым щызезыгъакIуэр, Езым и жумартыгъэр къэфлъыхъуэн щхьэкIэ. Ар фэркIэ гумахуэщ.

(67) Хым фытету ер къыщыфщIэрыхьэкIэ, Езым нэмыщIу, фызэлъэIу псори мэкIуэдыж; Езым фыкъригъэлу щIым фытехьэжа нэужь, фи щIыб хувогъэзэж. ЦIыхум хуэпщIа фIыр псынщIэу щогъупщэж!

(68) Фэ фигугъэ а [фыкъызытехьэжа] щIым щыщ кIуэцIримыгъэхуну, е мывэ уэс къыфтримыгъэсэну? Абыщыгъуэ Фэкъыфщыжын вгъуэтыжынукъым.

(69) Хьэмэрэ фыгугъэрэ, фи джаурыгъэм къыхэкIыу, Езым аргуэру фигъэзэжу толъкъун лъэщыр къывиутIыпщу [хым] фыримыгъэтхьэлэну? Мис итIанэ фэ къыфщхьэщыжын вгъуэтыжынкъым.

(70) Дэ Iэдэм и щIэблэр дгъэлъэпIащ, щIыми хыми щызетхьащ, ерыскъыфIхэм щыщи къеттащ, икIи къэдгъэщIа куэдым яхэдгъэфIыкIащ.

(71) А Махуэм Дэ цIыху псори къедджэжынущ я узэщIакIуэхэр ягъусэу. Хэт и тхылъыр и Iэ ижьым къыIэщIалъхьэжми, ар [гуфIэу] и тхылъым къеджэнущ, икIи нэбдзыпэм ишэчын лей къылъысынукъым.

(72) Мы дунейм гунэфу тетар ахърэтми щыгунэфынущ, нэхъ Iеижуи гъуэщэнущ.

(73) Дэ уэ ныпхуедгъэха пэжым убгъэдашу Дэ пцIы къыттеплъхьэным ухуашэ пэтащ. Ар яхуэпщIамэ, ныбжьэгъуу укъащтэнут.

(74) Дэ уэ зыпщIэдмыгъэкъуамэ, абыхэм укъытрагъэхьэным тэкIущ иIэжар.

(75) ИтIанэ Дэ дунейми ахърэтми я гIэзабыр тIуащIэу уэдгъэгъэныщкIунт. Абдежым уэ укъытщызыхъумэни бгъуэтыжынтэкъым.

(76) Ахэр къоныкъуэкъуащ уэ хэкум урахужыну. Ар къайхъулIатэмэ, езыхэри куэдрэ абы исыжынутэкъым.

(77) Аращ уяпэкIэ лIыкIуэ зыхуэдгъэкIуа жылэхэм дызэрыхущытар, а хабзэм[377] уэ зэхъуэкIыныгъэ хэбгъуэтэнукъым.

(78) Нэмэзыр щIы, дыгъэм зигъазэу кIыфIым хыхьэжыху[378], нэхущми КъурIэным еджэ. Нэхущ къурIэнаджэм [мелыIыч] щыхьэтхэр иIэщ.

(79) Жэщми уегугъуу гупыкI нэмэз щIы. Уи Тхьэм увыIэпIэфI къуитынщ.

(80) ЖыIэ: "Уэ си Тхьэ, дыхьэпIэ пэжымкIэ сыдэши. КъыдэкIыпIэ пэжымкIэ сыкъыдэшыж[379], икIи сыкъэзыхъумэн къару къызэт".

(81) ЖыIэ: "Пэжыр къакIуэри пцIыр кIуэдыжащ, пцIым лъакъуэ щIэткъым".

(82) Дэ КъурIэнымкIэ нидогъэх мыIуминхэм хущхъуэрэ гущIэгъурэ яхуэхъун, ауэ абы щIэпхъаджэхэм я хэщIыныгъэр егъэбагъуэ.

(83) Дэ цIыхум фIы хуэтщIамэ, кIэбгъу зещIри йожьэж; ер къыщIэзэрыхьамэ, и гур мэкIуэд.

(84) ЖыIэ: "Щхьэж и гъуэгур езым къыхехыж, ауэ уи Тхьэм нэхъыфIу ещIэ хэт нэхъ гъуэгу захуэм тетми."

(85) Ахэр псэм теухуауэ къоупщI. ЯжеIэ: "Псэр си Тхьэм и унафэщ, фэ щIэныгъэу къывитар мащIэ дыдэщ [къывгурыIуэнукъым]".

(86) Дэ дыхуеятэмэ, уэхьийм къыпхуедгъэхьа щIэныгъэр къыптетхыжынт, абы щыгъуэ а IуэхумкIэ уэ къыпщыжын бгъуэтыжынтэкъым,

(87) уи Тхьэм и гущIэгъур мыхъуамэ. Абы къыпхуищIа фIыр инщ!

(88) ЖыIэ:" ЦIыхухэри жинхэри зэхуэсрэ къурIэным хуэдэ ятхыну хуежьамэ, абы хуэдэ яхуэтхынутэкъым, зэдэIэпыкъуу зэдэлэжьами".

(89) Дэ цIыхухэм щхьэкIэ мы КъурIэным псалъэжь Iэджи хэдгъэуващ, ауэ цIыхум я нэхъыбэм джауру щытыныр нэхъ къащтащ.

(90) Абыхэм жаIащ:"Ди фIэщ ухъункъым щIым псы къытхущIумыгъэуауэ,

(91) е пальмэ, жызум хадэ уиIэу абы псы щежэхыу умыщIауэ;

(92) е, уэ зэрыжыпIэу, уафэр щыкъуей къыттомыгъэлъэлъауэ, е Алыхьымрэ мелыIычхэмрэ къапшэу ди пащхьэм къомыгъэувауэ;

(93) е унэ гъэщIэрэщIа уиIэ мыхъуауэ, е уафэм удэмыкIуеяуэ. Ауэ узэрыдэкIуеяри ди фIэщ хъунукъым, тхылъ къытхуепхьэхыу дыкъемыджауэ". ЯжеIэ:" Уэ сэ си Тхьэу зихуэдэ щымыIэ! Сэ сылIыкIуэу сыцIыху къудейкъэ?"

(94) ЛIыкIуэ къыщытхуагъакIуэкIэ, цIыхухэм Iиман къезымыгъэхьыр:"Дауэ Алыхьым лIыкIуэ къытхуищIын цIыху?" — жаIэри аращ.

(95) ЯжеIэ: "ЩIым тетхэр мелыIычу щытамэ, Дэ абыхэм лIыкIуэу мелыIыч къахуедгъэхынт".

(96) ЯжеIэ: "Фэрэ дэркIэ Алыхьыр щыхьэт ирокъу: Езым и пщылIхэр елъагъу, ецIыхк!"

(97) Алыхьым иузэщIаращ узэщIа хъур. Абы игъэгъуэщами, езым нэмыщI нэгъуэщI телъхьэ игъуэтыжынукъым. Къемэт махуэм ахэр нэкIукIэ телъу зэхуэтлъэфэсыжынущ — нэфхэу, дэгухэу, бзагуэхэу. Абыхэм я хэщIапIэнур жыхьэнмэращ: ар щыужьыхкIэ зэщIыдогъэстыж.

(98) аращ яхуэфащэр ди Iэятхэр я фIэщ мыхъуу: "Дэ къупщхьэрэ сабэрэ дыхъужа нэужь щIэрыщIэу дыкъигъэхъужыну?" — зэрыжаIэм щхьэкIэ.

(99) Абыхэм ялъягъукъэ уафэмрэ щIылъэмрэ къэзыгъэщIа Алыхьым езыхэм хуэдэ къызэригъэщIыфынур[380], шэч зыхэмылъыж пIалъэри къазэрыхуигъэувар? Ауэ щIэпхъаджэхэм къыхахар джаурыращ.

(100) ЯжеIэ: "Фэ си Тхьэм и фIыгъуэхэр гуэныр фIэщIэлъами фыщысхьынут, хэщIынкIэ фышынэу". ЦIыхур нэпсейщ!

(101) Дэ Муса телъыджэ наIуэу бгъу къеттат[381] Исраил и щIэблэм еупщIи [къыбжаIэнщ], ар Фиргэун деж щыкIуам: "Уэ Муса, удым уитхьэкъуа си гугъэщ", — къызэрыжыриIар.

(102) [Муса] абы жыриIэжащ: "Уэ уощIэр мыхэр уафэхэмрэ щIылъэмрэ я Тхьэм нэмыщI, нэгъуэщIым къызэримыгъэхар, [къыщIыригъэхари и зэфIэкIыр] къигъэнэIуэн щхьэкIэщ. ИкIи сигугъэщ, Фиргэун, уэ укIуэдауэ".

(103) Ар зыхуеяр [Исраил и щIэблэр] щIым трихужыну арати, Дэ езыри и гъусэхэри, — псори [хым] едгъэтхьэлащ.

(104) Абы иужькIэ Исраил и щIэблэм яжетIащ: "Фыщыпсэу щIыгум, ауэ, Къемэт махуэр къэса нэужь, Дэ фэ псори фыкъэдугъуеижынущ".

(105) Дэ [КъурIэныр] пэжу ныпхуедгъэхьащ, икIи зэрыпэжу нехащ. Дэ уэ, [Мухьэммэд], ущIэдгъэкIуар [къодаIуэр] бгъэкIуфIэну, [къомыдаIуэр] бгъэшынэну аркъудейщ.

(106) Дэ КъурIэныр [Iэят-Iэяту] дгуэшащ, цIыхухэм зэхэхауэ уакъыхуеджэн щхьэкIэ, икIи пычыгъуэ-пычыгъуэу недгъэхащ.

(107) ЯжеIэ:" Фыхуейми фи фIэщ фщIы, фыхуейми фымыщI, ауэ нэхъапэм щIэныгъэ (фIыщIагъэ) зыхуэдгъэкIуахэм [КъурIэным] къащыхуеджэкIэ щхьэщэ ящIу щIым зыхаIубэ* "

(108) "Уэ ди Тхьэу зихуэдэ щымыIэ! Дыкъызэрыбгъэгугъар зэщIащ", — жаIэурэ.

(109) ИкIи гъыуэрэ щIым зыхаIубэ, [а зэхахами] я Iэдэбагъым хегъахъуэ.

(110) ЯжеIэ:" ФелъэIу Алыхьым е Гумахуэм; сыткIэ феджэми цIэм я нэхъ дахэхэр зиIэр Езыращ". Нэмэз щащIкIэ, ину укъемыджэ икIи умыIущащэ, щабэу къеджэ.

(111) ЖыIэ:" Алыхьыу щытхъур зыхуэфащэр быныншэщ, тетыгъуэмкIи Iыхьэгъу зимыIэщ, дзыусхэм щызыхъумэни хуэмыныкъуэщ". ИкIи езыр ину гъэлъапIэ".

 

*Сэждэ



Поделиться с друзьями:

История развития хранилищ для нефти: Первые склады нефти появились в XVII веке. Они представляли собой землянные ямы-амбара глубиной 4…5 м...

История развития пистолетов-пулеметов: Предпосылкой для возникновения пистолетов-пулеметов послужила давняя тенденция тяготения винтовок...

Индивидуальные и групповые автопоилки: для животных. Схемы и конструкции...

Механическое удерживание земляных масс: Механическое удерживание земляных масс на склоне обеспечивают контрфорсными сооружениями различных конструкций...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.158 с.