Сурэ 25. Зэхэзыгъэкiыр (iэл-фуркъан) — КиберПедия 

История развития хранилищ для нефти: Первые склады нефти появились в XVII веке. Они представляли собой землянные ямы-амбара глубиной 4…5 м...

Опора деревянной одностоечной и способы укрепление угловых опор: Опоры ВЛ - конструкции, предназначен­ные для поддерживания проводов на необходимой высоте над землей, водой...

Сурэ 25. Зэхэзыгъэкiыр (iэл-фуркъан)

2018-01-03 216
Сурэ 25. Зэхэзыгъэкiыр (iэл-фуркъан) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) ЛъапIэщ [фIымрэ Iеймрэ] зэрызэхагъэкIыр зи пщылIым къыхуезыгъэхьар, дунейхэр къигъэушын щхьэкIэ.

(2) Езыращ уафэхэми щIылъэми я тепщэр, икIи Абы бын ищтакъым, Iыхьэгъуи иIэкъым. Абы сытри зэрыщытын хуейм хуэдэу къигъэщIащ.

(3) Ауэ абыхэм, Езыр къагъанэри, зыри къэзымыгъэщIыфу езы къагъэщIахэр тхьэ зыхуащIыжащ. Абыхэм я Iеягъи я фIагъи ящхьэ ирагъэкIыжыфынукъым, икIи абыхэм яхузыфIэкIынукъым къагъэщIыни, ягъэлIэни, къагъэтэджыжыни.

(4) Джаурхэм жаIащ:" Мыр (КъурIэныр) езым къигупсыса пцIы къудейщ, абыкIэ нэгъуэщIхэри къыдэIэпыкъуащ". Абыхэм залымыгъэ ялэжьащ, пцIыи яупсащ.

(5) Абыхэм жаIащ:" Ар пасэрейхэм я псысэщ! Ахэр езым яригъэтхащи пщэдджыжькIэри пщыхьэщхьэкIэри къыхуоджэхэр".

(6) ЯжеIэ:" Ар уафэхэми щIылъэми щыущэхуар зыщIэ [Тхьэм] къригъэхащ. Ар гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!"

(7) Абыхэм жаIащ:" Мыр дауэ лIыкIуэ? Шхыныр ешх, бэзэрхэри къызэхекIухь! Е мелыIыч игъусамэ арат, къигъэпэжыну!

(8) Е фIыгъуэ гуэр къыхуридзыхамэ арат, е ерыскъы къырихыну хадэ иIамэ арат!" ЩIэпхъаджэхэм жаIащ:" Мы фэ фызыбгъэдэувар удзым итхьэкъуа цIыху къудейщ".

(9) Еплъыт [Мухьэммэд], абыхэм узыхуагъадэм! Ахэр гъуэщащи гъуэгури къагъуэтыжынукъым!

(10) ЛъапIэращ, хуеймэ, абы нэхърэ нэхъыфI къывэзытыфынур - псыхъуэхэр щежэх жэнэту уардэ унэхэр зэрытыр.

(11) Ае! Абыхэм Къемэт махуэр пцIыуэ къалъытащ, Къемэт махуэр пцIыуэ къэзылъытахэм жыхьэнмэр яхуэдгъэплъащ.

(12) Ахэр [жыхьэнмэм] жыжьэу къыщилъагъукIэ, абыхэм зэхахынущ губжь макърэ джалъэрэ.

(13) Ахэр пхауэ егъэзыпIэ зэвым щырадзэкIэ, ягъэкIуэдыну щIэлъэIунущ.

(14) Нобэ зы кIуэдыпIэкIэ фымылъаIуэу кIуэдыпIэ куэдым фыщIэлъэIу.

(15) ЕупщI: "Дэтхэнэр нэхъыфI: мыра, хьэмэрэ Тхьэм фIэлIыкIхэр къызэрыгъэгугъа жэнэт мыухыжыра? Ар абыхэм къалэжьауэ я хэщIапIэщ.

(16) Зыхуей псори щагъуэту ахэр абы игъащIэкIэ исынущ; ар уи Тхьэу псори зэлъэIум [мыIуминхэр] къызэригъэгугъаращ.

(17) Езым [джаурхэри], Алыхьыр къагъэнауэ ахэр зыхуэпщылIу щытахэри щызэхуишэсыжыну Махуэм [Iыхьэгъу къыхуащIу щытахэм] къайупщIынущ: " Фэра мы си пщылIхэр зыгъэгъуэщар, хьэмэрэ езыхэр тегъуэщыкIауэ ара?" — жиIэнурэ.

(18) Жэуапу къыратыжынущ: "Уэ зихуэдэ щымыIэ! Дэ уэ укъэдгъанэу нэгъуэщI телъхьэ тщIы хъунутэкъым. Ауэ Уэ ахэри абыхэм я адэхэри бгъэтхьащ, Уи цIэр ящыгъупщэжыху, икIи ахэр унэхъуа жылэт!"

(19) Абыхэм фэ фыкъаумысащи, [гIэзабми] фебэкъуэфынукъым, икIи фызэдэIэпыкъуфынукъым. Фящыщу щIэпхъаджэхэм Дэ гIэзаб гуащIэр едгъэгъэныщкIунщ!

(20) Дэ уяпэкIэ нэдгъэкIуа лIыкIуэхэми яхэтакъым шхын зымышхрэ бэзэрхэр къэзымыкIухьрэ. Фэ фязхэр адрейхэм гъэунэхуакIуэ яхуэтщIащ — фхуэшэчыну пIэрэ? Уи Тхьэм псори елъагъу!

(21) Ди пащхьэм къихьэжыну зимыгугъахэм жаIащ: "МелыIычхэр къытхуригъэхамэ, е ди Тхьэр тлъэгъуамэ арат!" Абыхэм загъэпагэри щыкIащ.

(22) МелыIычхэр щалъагъуну Махуэр гуэныхьыщIэхэм я дежкIэ гуфIэгъуэ хъунукъым, икIи къыжраIэнущ: "[Фи жэнэтыбжэр] гъэбыдащ".

(23) Дэ абыхэм я IуэхущIафэр сабэу иткъухьыжынущ.

(24) А Махуэм жэнэтыр къызылъысынухэм я хэщIапIэри я псэупIэри нэхъ дэгъуэщ.

(25) Уафэр зэгуэчу, пшэри къыдэкIыу мелыIычхэр къыщехыну Махуэм

(26) тепщэгъуэр зеинур ГущIэгъущIыращ, икIи а Махуэр джаурхэм я дежкIэ хьэлъэнущ.

(27) А Махуэм щIэпхъаджэр и Iэпэм едзэкъэжынущ: "Бетэмал, лIыкIуэм и гъуэгум сытехьамэ аратэкъэ! - жиIэнурэ

(28) Еууей мыгъуэ! Мопхуэдэр ныбжьэгъу сымыщIыгъамэ аратэкъэ!

(29) Абы сигъэщхьэрыуащ, пэжыр къысIэрыхьарэ пэт. ШейтIаным цIыхур къегъанэри йожьэж!"

(30) ЛIыкIуэм жиIащ:"Уэ си Тхьэ! Ди жылэм КъурIэныр IэщIыб ящIащ".

(31) Апхуэдэу Дэ щIэпхъаджэхэм ящыщхэр дэтхэнэ бегъымбарми бий хуэтщIащ. Уи Тхьэр уэркIэ гъуазэрэ дэIэпыкъуэгъурэ ирокъу.

(32) Iиман зимыIэхэм жаIащ: "Мы КъурIэныр зэуэ къригъэхамэ аратэкъэ!" Дэ ар IэятIэяту ныщIедгъэхар уи гум ибубыдэн щхьэкIэщ.

(33) Уэ абыхэм [гуитIщхьит уащIын щхьэкIэ] псалъэжь къыщыпхуахькIэ, Дэ абы и пэжыр гурыIуэгъуэу ныпхудогъэх.

(34) Мыдрейуэ, нэкIукIэ телъу жыхьэнмэм иралъэфалIэнур нэхъ гъуэщахэращ, икIи къалъысынур нэхъ хэщIапIэ Iейращ.

(35) Дэ Муса Тхылъыр ныхуедгъэхащ, икIи и къуэш Хьэрун дэIэпыкъуэгъу хуэтщIащ.

(36) Дэ яжетIащ: "Ди Iэятхэр пцIыуэ зылъытэ жылэм я деж фыкIуэ!" ИкIи [Iиман къыщамыхьым] Дэ ахэр думп тщIащ.

(37) Нухь и жылэми, лIыкIуэхэр пцIыупсу щагъэIум, Дэ ахэр едгъэтхьэлэри цIыхухэм щапхъэ яхуэтщIащ, икIи щIэпхъаджэхэм гIэзаб гуащIэр къахуэдгъэхьэзыращ

(38) ГIадми, Самудми[443], Рэсс [псыкъуийм][444] къетIысэкIахэми, а зэманым псэуа жылэ куэдми.

(39) Дэ абыхэм псоми щапхъэ зытрахын къахуэтхьат, [ауэ къыщемыдаIуэм] Дэ ахэр хьэлэч тщIащ.

(40) Ахэр блэкIат уэшх мыгъуэр зытешха къуажэм[445]. АтIэ ар ялъэгъуакъэ абыхэм? Ялъэгъуат, ауэ ахэр (джаурхэр) къэтэджыжынкIэ гугъэркъым.

(41) Абыхэм [Мухьэммэд] уэ укъыщалъагъукIэ гушыIапIэ уащI: "АтIэ мыра дэ Алыхьым лIыкIуэу къыдипэсар? - [жаIэурэ]

(42) Дэ ерыщу ди тхьэхэм дабгъэдэмытамэ, даригъэпцIыж пэтат". Абыхэм гIэзабыр къыщалъагъукIэ къащIэнущ, хэт нэхъ гъуэщауэ щытами!

(43) Уэ плъэгъуакъэ зи гукъыдэжыр тхьэ зыщIыжар, уэ абы уриплъыр?

(44) Хьэмэрэ уэ уигугъэ [цIыхум] я нэхъыбэм [яжепIэр] зэхахыу е къагурыIуэу? Ахэр Iэщым хуэдэщ, уеблэмэ нэхъри нэхъ гъуэщащ.

(45) АтIэ уэ плъагъуркъэ уи Тхьэм жьауэр зэрыхишыр? Ар хуеямэ, [жьауэр] мыхъей ищIынт. ИужькIэ Дэ дыгъэр абы и гъуазэ тщIащ.

(46) ИтIанэ Дэ ар хуэмхуэмурэ зыIэщIыдоубыдэж.

(47) Аращ — Езыращ жэщыр тепIэн, жейр псэхугъуэ, махуэр лэжьэгъуэ фхуэзыщIар.

(48) Аращ Езыращ зи гущIэгъукIэ жьы къезыгъапщэу гуфIэгъуэр (уэшхыр) къыфхуезыгъэхьыр. Дэ уафэм псы къабзэр ныдогъэх,

(49) зыри къызытемыкIэж щIыр къэдгъэпсэужын, Дэ къэдгъэщIа псэущхьэхэмрэ цIыхухэмрэ едгъэфэн щхьэкIэ.

(50) Дэ ар (псыр) фэ ныфхуэдгуэшащ, фыкъридгъэушын щхьэкIэ, ауэ цIыхум я нэхъыбэм, джаурыгъэм нэмыщI, адрей псори IэщIыб ящI.

(51) Дэ дыхуеямэ [Мухьэммэд] дэтхэнэ къуажэми ущиякIуэ дигъэкIуэфнут.

(52) Аращи, джаурхэм уемыдаIуэ, икIи плъэкI къомыгъанэу абыхэм мы [КъурIэнымкIэ] еныкъуэкъу.

(53) Аращ – Езыращ хитIыр зэIузыгъауэр. Мыр – IэфIщ, гуакIуэщ, мор – шуугъуэщ, дыджщ. А [хитIым] якум Езым куутI дигъэуващ, зэхэмыхьэну[446].

(54) Аращ –Езыращ цIыхур псым[447] къыхигъэщIыкIыу якум лъырэ нэчыхькIэ благъагъэ къыдэзылъхьар. Уи Тхьэм псори хузэфIокI!

(55) ИкIи ахэр, Алыхьыр къагъэнауэ, сэбэпи зэрани къахуэмыхъуфынум хуопщылI. Джаурым и щIыбыр и Тхьэм хуэгъэзащ.

(56) Дэ ущIэдгъэкIуар фIым щыбгъэгугъыну, Iейм щыбгъэшынэну аркъудейщ.

(57) ЯжеIэ: «Сэ фэ нэгъуэщI тыгъэкIэ сывэлъэIуркъым, сыщIывэлъэIур хэт хуейми ар и Тхьэм и гъуэгум техьэну аращ».

(58) Уэ мылIэжыну псэум щыгугъи Абы щытхъур хуэIэт. Ар и пщылIхэм я гуэныхьым нэсу щыгъуазэщ.

(59) Аращ уафэхэри, щIылъэри, абы якум дэтри махуихым къэзыгъэщIар, итIанэ ГIэршми хуэхъужар, ГущIэгъущIыр. АбыкIэ еупщI щыгъуазэм!*

*Сэждэ

(60) «ГущIэгъущIым фи щхьэр хуэвгъэтIылъ!» - щыжаIэкIэ, абыхэм къыжраIэж: «Хэт ГущIэгъущI жыхуиIэр? Сыт уэ жыхуэпIэр дэ ди щхьэр щIыхуэдгъэтIылъынур?» ИкIи ахэр абыкIэ [пэжым] нэхъ пэжыжьэ мэхъу.

(61) ЛъапIэщ уафэм вагъуэ бынхэр, уэздыгъэр, мазэ нэхур къизыгъэувар.

(62) Аращ — Езыращ жэщымрэ махуэмрэ зэкIэлъхьэужь зыщIар, хуейр егупсысын, хуейм фIыщIэ хуищIын щхьэкIэ.

(63) ГущIэгъущIым и пщылIхэр щIылъэм Iэдэбу щызекIуэхэр, жахьилхэр къащепсалъэкIэ, Iэсэу епсалъэжхэращ;

(64) Тхьэм я щхьэр хуагъэтIылъу, нэмэз хуащIу жэщхэр зыгъакIуэхэращ;

(65) «Уэ ди Тхьэ! Жыхьэнмэм и гIэзабым дыщыхъумэ, ар гIэзаб мыухыжщ», - жызыIэхэращ,

(66) ар екIуэлIапIэпсэупIэ мыгъуэщ;

(67) я мылъкум щыхэIэбэкIэ, ирамыкъухьу икIи мыкъузгъуну зэзыгъэзахуэхэращ;

(68) Алыхьым нэгъуэщI тхьэ Iыхьэгъу хуэзымыщIхэращ, хабзэншагъэкIэ псэ хей зымыгъэнхэращ, зинэ зымыщIэхэращ. Мыпхуэдэр зыщIэм гуэныхь къехь.

(69) Абы Къемэт махуэм гIэзаб тIуащIэ къытралъхьэнущ, икIи пудауэ игъащIэкIэ [мафIэм] хэсынущ.

(70) Ауэ къэзыгъэзэжу, Iиман къэзыхьу, фIы зыщIам я гуэныхьыр Алыхьым псапэкIэ яхуихъуэжынущ, Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!

(71) Къэзыгъэзэжу фIы зыщIэр Алыхьым ещтэри арэзы къыхуохъу.

(72) Щыхьэт нэпцIу мыувхэу, псалъэ надэ щызэхахкIэ, я щхьэ пщIэ хуащIыжу, блэкIхэм;

(73) я Тхьэм и Iэятхэр ягу къыщагъэкIыжкIэ, дэгурэ нэфу къыхущIэмыкIхэм;

(74) "Уэ ди Тхьэ! Ди щхьэгъусэхэм къабгъэдэкIыу дызыщыгуфIыкIын щIэблэ къыдэт, Тхьэм фIэлIыкIхэми щапхъэ дахуэщI" — жызыIэхэм

(75) абыхэм шыIэныгъэ зэраIам щхьэкIэ, жэнэтым и фIыпIэр къалъысынущ, икIи фIэхъус-сэламкIэ къапежьэнущ.

(76) Ахэр игъащIэкIэ [жэнэтым] исынущ. Ар екIуэлIапIэпсэупIэ дэгъуэщ.

(77) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: "Си Тхьэр къывэлIэлIэнукъым, фелъэIуу щымытмэ. [Джаурхэм] Iэятхэр пцIыуэ къэфлъытащи, иджы [гIэзабым] фыIэщIэкIынукъым!".



Поделиться с друзьями:

Архитектура электронного правительства: Единая архитектура – это методологический подход при создании системы управления государства, который строится...

Папиллярные узоры пальцев рук - маркер спортивных способностей: дерматоглифические признаки формируются на 3-5 месяце беременности, не изменяются в течение жизни...

Организация стока поверхностных вод: Наибольшее количество влаги на земном шаре испаряется с поверхности морей и океанов (88‰)...

Автоматическое растормаживание колес: Тормозные устройства колес предназначены для уменьше­ния длины пробега и улучшения маневрирования ВС при...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.018 с.