Сурэ 6. Iэшхэр (iэл-iэнгiам) — КиберПедия 

Кормораздатчик мобильный электрифицированный: схема и процесс работы устройства...

Наброски и зарисовки растений, плодов, цветов: Освоить конструктивное построение структуры дерева через зарисовки отдельных деревьев, группы деревьев...

Сурэ 6. Iэшхэр (iэл-iэнгiам)

2018-01-03 237
Сурэ 6. Iэшхэр (iэл-iэнгiам) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Алыхьу уафэхэри щIылъэри къэзыгъэщIу кIыфIымрэ нэхумрэ зэхэзыгъэкIам ейщ щытхъур! ИтIани джаурхэм Алыхьыр я тхьэ [напцIхэм] хуагъадэ.

(2) Аращ фэ ятIэм фыкъыхэзыгъэщIыкIар, иужькIи гъащIэ пIалъэ къывэзытар; Езым и деж нэгъуэщI пIалъи къыщызыгъэувар[209]. ИтIани фэ шэч къытивохьэ.

(3) Аращ уафэхэми щIылъэми Алыхьу щыIэр; Абы фи щэхури фи нахуэри ещIэ, ещIэ фи хэхъуэри!

(4) Я Тхьэм и Iэятхэм щыщу сыт хуэдэ Iэят къахуэкIуами [джаурхэм] я щIыбыр хуагъазэрт.

(5) Абыхэм пэжыр (КъурIэныр) къащыхуэкIуэм, пцIыуэ къалъытащ. Абыхэм къахуэкIуэнущ зыщIэнэкIам и хъыбар[210]!

(6) Ялъэгъуатэкъэ абыхэм япэкIэ Дэ щIэблэ дапщэ хьэлэч тщIами? Дэ абыхэм я лъэр щIым щыдгъэбыдат фэ фызэрыдгъэбыдам хуэмыдэу: уэшхыфIхэр уэру къахуедгъэшхат, псыхъуэхэр къахуэдгъэжат, ауэ иужькIэ я гуэныхьхэм тедгъэкIуэдэжащ икIи абыхэм япIэкIэ нэгъуэщI щIэблэ къэдгъэщIыжащ.

(7) Дэ ФIыцIагъэр тхауэ ныпхуедгъэхрэ ахэр IэкIэ абы еIусатэмэ, джаурхэм жаIэнут: «Мыр гъэнэхуауэ удыгъэщ!»

(8) ЖаIащ абыхэм: «МелыIыч къыхуехамэ арат [щыхьэту]!» МелыIыч къедгъэхамэ, абыхэм я Iуэхур зэфIэкIат[211], пIалъи яIэжынутэкъым.

(9) МелыIыч недгъэхамэ, лIы теплъэ иIэнут, ардыдэмкIи езыхэм ягъэутхъуар Дэ нэхъри дгъэутхъуэжынут[212].

(10) Уи япэкIэ щыIа лIыкIуэхэм [джаурхэр] къащIэнакIэрт, ауэ а къащыдыхьэшхахэм я щIэнэкIалъэр [гIэзабу] къатехуэжащ.

(11) ЯжеIэ: «Дунейм фытехьи, итIанэ феплъ, [лIыкIуэхэр] пцIыупсу зыбжахэм кIэух яхуэхъуам!»

(12) ЖыIэ: «Хэт зыIэщIэлъыр уафэхэми щIылъэми щыIэр?» ЖыIэ: «Алыхьыращ!» Абы Езым къалэн зыщищIыжащ гущIэгъур; Абы и пащхьэм фыщиугъуеижынущ шэч зыхэмылъыж Къемэт махуэм. Абы хэкIуэдэнур Iиман зимыIэхэращ!

(13) Ар жэщми махуэми псэу псоми я тепщэщ; Абы [псори] зэхех, ещIэ!

(14) ЖыIэ: «Сэ уафэхэмрэ щIылъэмрэ къэзыгъэщIа Алыхьым нэмыщI нэгъуэщI телъхьэ сщIын? Абы [псори] егъашхэ, Езыр [зыми] игъашхэркъым». ЖыIэ: «Сэ къысхуигъэуващ псом япэ муслъымэн сыхъуну. [ИкIи къызжиIащ]: «Тхьэм Iыхьэгъу хуэзыщIхэм ящыщ умыхъу», - [жиIэри]».

(15) ЖыIэ: «Сэ согузавэ, си Тхьэм семыдаIуэмэ, [Къемэт] махуэшхуэм и гIэзабыр къыстехуэнкIэ!»

(16) А махуэм ар (гIэзабыр) зыщхьэщихым гущIэгъушхуэ хуищIащ; ар наIуэу ехъулIэныгьэщ!

(17) Алыхьым лажьэ къыптрилъхьэмэ, Езым фIэкIа, зыми птырихыжыфынукъым. Абы фIыгъуэ къыплъигъэсми [ар зыми птырихыфынукъым], Абы сытри хузэфIокI!

(18) Ар я тепщэщ и пщылIхэм; Ар Iущщ, [псоми] щыгъуазэщ!

(19) ЯжеIэ: «Хэт щыхьэтыгьэмкIэ нэхъ лъэщыр?» ЖыIэ: «Алыхьыращ! Ар сэрэ фэрэ дякум итщ щыхьэту. Мы КъурIэнри къысхуехащ фыризузэщIыну - фэри зылъэIэсахэри. Фэ фыщыхьэт, Алыхьым нэгъуэщI тхьэхэри щIыгъуу!» ЯжеIэ: «Сэ абыкIэ сыщыхьэткъым». ЖыIэ: «Ар Тхьэ зи закьуэщ, икIи сэ си Iуэху хэлъкъым фэ Абы Iыхьэгъу зэрыхуэфщIым!»

(20) Дэ ФIыцIагъэ зыхуэдгъэкIуахэм ар (Мухьэммэд) ядIыху, я бынхэр зэрацIыхум хуэдэу. Абы хэкIуэдэнур Iиман зимыIэхэращ.

(21) Алыхьым пцIы тезылъхьэхэмрэ и Iэятхэр пцIыуэ зыбжымрэ нэхърэ хэт нэхъ къуаншэр? Къуаншэхэм уанэ махуэ тралъхьэнукъым!

(22) А махуэм Дэ псори дугъуейжынурэ, итIанэ Тхьэм Iыхьэгъу хуэзыщIу щытахэм дайупщIынущ: «Дэнэ щыIэ фэ къэвгупсысауэ щыта Iыхьэгъухэр?»

(23) ИужькIэ абы хэкIыпIэ ягьуэтынукъым, мыпхуэдэу жаIэн фIэкIа: «Алыхьу ди Тхьэм и цIэкIэ доIуэ, дэ Iыхьэгьу пхуэдмыщIакIэ!»

(24) Еплъыт абыхэм пцIы зэрызытралъхьэжам, къагупсысахэри зэрыкIуэдыжам!

(25) Абыхэм яхэтщ уэ [КъурIэн ущеджэкIэ] къыщIэдэIухэр, ауэ Дэ абыхэм я гум тебзэ хуэтщIащ, къагурымыIуэн щхьэкIэ; я тхьэкIумэхэри ткудащ. Абыхэм сыт хуэдэ нэщэнэ ялъагъуми, ар я фIэщ хъуркъым. уеблэмэ къоныкъуэкъуну уи деж къыщыкIуэкIэ, Iиман зимыIэхэм жаIэ: «Ар пасэрей шыпсэ кьудейщ!»[213]

(26) Абыхэм [цIыхур диным] бгъэдагьэхьэркъым, езыхэри бгъэдокI, икIи къагурымыIуэу езыхэм хьэлэч защIыж.

(27) Плъэгъуащэрэт ахэр, мафIэм щыпэрыдгъэувэкIэ! Абыхэм [гужьеяуэ] жаIэнущ: «Бетэмал, зэ [дунейм] дгъэзэжатэмэ, ди Тхьэм и Iэятхэр пцIыуэ дгьэIунтэкъым, Iимани кьэтхьынт!»

(28) Хьэуэ, абыхэм япэм яущэхуу щытар къэнэхуауэ аращ; абыхэм [дунейм] ягъэзэжами япэм зытетам теувэжынут! Ахэр гъэнэхуауэ пцIыупсщ!

(29) Абыхэм жаIэрт: «Мы дунейращ гъащIэ щыдиIэнур, дэ дыкъэтэджыжынукъым».

(30) Плъэгъуащэрэт ахэр я Тхьэм и пащхьэм щиувэжкIэ! Абы (Алыхьым) жиIэнущ: «Мыр (фыкъызэрыхъужар) пэжкъэ? «Мобыхэм жаIэнущ: «Ди Тхьэм и цIэкIэ доIуэ, пэжкIэ!» Езым къажриIэнущ: «АтIэ мис фи джаурыгъэм къыпэкIуэ гIэзабыр, вгъэныщкIу!»

(31) Алыхьым хуэмызэжыну зи гугъахэр хэкIуэдащ, Къемэт махуэр къащытеуэкIэ, абыхэм, я гуэныхьыр яплIэм илъу здэкIуэм, жаIэнущ: «Еууей мыгъуэ, дэ а дуней хьэхум щыдгъэкIуэдар!» Сыту Iей абыхэм яплIэм илъыр!

(32) Мы дуней гъащIэр джэгурэ узыIэпызышэ къудейрэщ; къэкIуэнур Тхьэм фIэлIыкIхэм я дежкIэ нэхъыфIщ. КъывгурымыIуэу ара!

(33) Дэ дощIэ уэ абыхэм жаIэм узэригъэнэщхъейр. Уэ абыхэм пцIыупсу уалъытэркъым, ауэ инатхэщи ядэркъым Алыхьым и Iэятхэр!

(34) УяпэкIэ щыIа лIыкIуэхэри пцIыупсу ягъэIуащ, ауэ пцIыупсу зэрабжари лей къазэрытехьари яшэчащ, текIуэныгъэр Дэ къедгъэхьыху; Алыхьым и псалъэри ихъуэжыркъым. ЛIыкIуэхэм я хъыбарри уи деж къэсащ.

(35) Абыхэм я щIыб къызэрыпхуагъэзар къохьэлъэкIмэ, е щIым щIыхьэ е пкIэлъей едзи уафэм дэкIуей аби [ахэр арэзы зыщIын] Iэят къахуэхь, пхузэфIэкIмэ! Алыхьыр хуеямэ, ахэр Езым гъуэгу захуэм тришэнт[214]; аращи зэхэщIыкIыншэ умыхъу!

(36) Ауэ къеувэлIэнур псэкIэ едаIуэхэращ. ЛIахэри, Алыхьым къигъэтэджыжынурэ, Абы и пащхьэ ихьэжынущ.

(37) Абыхэм жаIэ: «[Мухьэммэд] и Тхьэм къыбгъэдэкIыу телъыджэ къыхуигъэкIуамэ арат!» ЯжеIэ: «Алыхьым къригъэхыфынущ телъыджэ, ауэ нэхъыбэм ящIэркъым!»[215]

(38) Зы псэущхьи щIылъэм теткъым, зы къуалэбзуи уэм щылъатэркъым, фэ фэщхьу, жылэжылэу щымыт. Дэ Тхылъым идмытхэу зыри къэдгъанэркъым, иужькIэ ахэр я Тхьэм и пащхьэ ирашэжынущ.

(39) Ди Iэятхэр пцIыуэ зыбжахэр дэгущ, бзагуэщ, кIыфIыгъэм хэтщ. Алыхьым зыхуейр егъэгъуащэ, зыхуейрр гьуэгу захуэ трегъэувэ.

(40) ЯжеIэ: «ФызыщIэгупсысыжа фэ: Алыхьым и гIэзабыр къыфтепсыхэмэ, е Къемэт махуэр къэсмэ, Алыхьым нэмыщI, фызэлъэIун фиIэ фэ, [къыжыфIэт] фэ фыпэжмэ?

(41) Хьэуэ! Абы Iыхьэгъу хуэфщIу щытахэр къэвгъэнэнурэ, Езым фелъэIунущ икIи, хуеймэ, Езым фыщIелъэIур фщхьэщихынщ.

(42) УяпэкIи Дэ жылагъуэхэм [лIыкIуэ] яхуэдгъэкIуат. [ЩымыдаIуэкIэ] лажьэрэ тхьэмыщкIагъэрэ ятедгъэпсыхэрт, къэубзэн щхьэкIэ.

(43) А лажьэр къащытепсыхэм, ахэр къэубзамэ аратэкъэ! АрщхьэкIэ абыхэм ягухэр быдэ хъуащ, я IуэхущIафэри шейтIаным къахуигъэдэхащ.

(44) Ди ущиер IэщIыб щащIым, Дэ абыхэм [я хъуэпсапIэхэр] къахузэIутхащ. Ахэр къаIэрыхьам щыгуфIыкIрэ пэт, занщIэу гIэзабыр къатедгъэпсыхэри, гужьеяуэ къызэхэднащ.

(45) ИтIанэ лъапсэрыхэр къахуэдгъэкIуат. Щытхъур зейр дунейхэм я Тхьэращ!

(46) ЯупщI: «Дауэ феплърэ, Алыхьым фи тхьэкIумэри фи нэри фIихрэ, гунэфи фищIмэ, Алыхьым нэмыщIу, ар къывэзытыжыфын тхьэ щыIэ?» Еплъыт Ди Iэятхэр къызэрыдгъэнаIуэм, итIани абыхэм я щIыб хуагъазэ.

(47) ЯупщI: «Фегупсыса фэ, Алыхьым и гIэзабыр напIэзыпIэу е наIуэу къыфтепсыхэмэ, джаурхэм нэмышI, нэгъуэщI [цIыху] Абы хьэлэч зэримыщIынум?»

(48) Дэ лIыкIуэ ныщIэдгъакIуэр [Iиман къэзыхьхэр] дгъэгуфIэну, [къэзымыхьхэр] дгъэшынэну аркъудейщ; Iиман къэзыхьу зи Iейр зыгъэзэкIуэжхэм шынагъуи нэщхъеягъуи къалъэIэсынукъым.

(49)Мыдрейуэ, Ди Iэятхэр пцIыуэ зылъытахэм гIэзабыр къатехуэнущ, къызэремыувэлIахэм щхьэкIэ.

(50) ЯжеIэ: «Сэ фэ нывжесIэркъым Алыхьым и гъэтIылъыгъэхэр сIэщIэлъу, иущэхуахэри сщIэуэ, сымелыIычуи вжесIэркъым. Сэ Алыхьым къысхуригъэхым сытет къудейщ». ЯжеIэ: «Нэфымрэ къаплъэмрэ зэхуэдэ? Щхьэ фызыщIэмыгупсысыжрэ?»

(51) Нэхъ тхьэфIэлIыкI хъун щхьэкIэ, Езым нэмышI, телъхьи къащхьэщыжыни ямыIэу я Тхьэм и пащхьэ ихьэжыным щышынэхэр [КъурIэнымкIэ] ущий.

(52) Зыбгъэдумыху пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми я Тхьэм елъэIуу Абы и нэгум щIэхъуэпсхэр! Уэ къыптехуэркъым ахэр къэппщытэну, езыхэм къатехуэркъым уэ укъапщытэну; зыбгъэдэпхумэ лейзехьэхэм ящыщ уохъу.

(53) Апхуэдэу Дэ зыхэр адрейхэмкIэ догъэунэху: «АтIэ мыхэра Алыхьым дэ къытхигъэфIыкIар!» - жаIэу [зыкъагъэнэIуэн] щхьэкIэ. Алыхьыракъэ нэхъыфIу зыцIыхур фIыщIэ зыщIхэр?

(54) Ди Iэятхэр зи фIэщ хъуахэр уи деж къыщыкIуэкIэ: «Сэлам алейкум»[216], - яжеIэ. Фи Тхьэм Езым къалэн зыщищIыжащ гущIэгъущIу щытыныр. Аращи фящыщу мыхъун къызыIэщIэщIам къигъэзэжрэ игъэзэкIуэжмэ [Алыхьыр] гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ.

(55) Дэ апхуэдэу Iэятхэр гурыIуэгъуэ дощI, джаурхэм я гъуэгур IупщI хъун щхьэкIэ.

(56) ЯжеIэ: «Алыхьыр къэзгъанэу, сэ сахуэпщылI хъунукъым фэ фызэлъэIухэм». ЯжеIэ: «Фэ фыдэзыхьэхым сэ зыдэзгъэшынукъым, арыншамэ сэ сыгъуэщауэ, мыузэщIауэ сыкъыщIидзынущ».

(57) ЯжеIэ: «Сэ си Тхьэм и диным ситщ, фэ ар пцIыуэ фобж. Фэ къыспэвубыдыр сэракъым зыIэщIэлъыр[217]. Унафэр зыIэщIэлъыр Алыхьыращ: Абы пэжыр къегъэнаIуэ, Ар зэхэзыхухэм я нэхъыфIщ».

(58) ЯжеIэ: «Фэ фызэпIэщIэкI [гIэзабыр] сэ сIэщIэлъу щытамэ, фэрэ дэрэ ди Iуэхур ухат. Алыхьым нэхъ ецIыху мыдаIуэхэр!

(59) Щэхум и IункIыбзэр Аращ зыIэщIэлыр; Абы и закъуэщ ар зыщIэр. Абы ещIэ щIыми хыми щыIэр: тхьэмпи къыпыхуркъым Абы имыщIэу, щIы фIыцIэм зы жыли хэлъкъым, зы цIыни зы гьури щыIэкъым Тхылъым IупщIу имыту[218].

(60) Аращ фэ жэщым фызыгъалIэри, махуэм вгъахъэри зыщIэр; итIанэ Абы фыкъегъэхъуж[219], гъащIэу къывитар нэвгъэсын щхьэкIэ. ИужькIэ Абы и пащхьэ фохьэжри фэ фщIа псори фегьэлъагъуж.

(61) Ар и пщылIхэм я тепщэщ, и плъырхэри къахуегъакIуэри, зыгуэрым и ажалыр къыщыскIэ, абы и IуэхущIафэхэр, кIэрыху щымыIэу, драхьеиж.

(62) ИтIанэ ахэр Алыхьу я Тхьэ пэжым и пащхьэ ирашэжынущ. Аращ хеищIэри, Ар хей зыщIэхэм я нэхъ щIэхщ».

(63) ЯжеIэ: «Хэт щIымрэ хымрэ я кIыфIыгъэм фыкъезыгъэлыр? «Мыбы дыкъригъэламэ Iиман къэтхьынт», - жыфIэу зывгъэцIыкIуу, щэхуу фызэлъэIур?»

(64) ЯжеIэ: «Алыхьыращ абыи, сыт ищIыс лажьэми фыкъезыгъэлыр, итIани фэ Абы Iыхьэгъу хувощI».

(65) ЯжеIэ: «Аращ зылъэкIыр гIэзабыр къыфтригъэпсыхэнуми къыфщIигъэпсыхэнуми, е зэгурымыIуэж фищIу фызэрызыуштыжыфынури». Еплъыт Ди Iэятхэр къызэрыдгъэнаIуэм, зэхащIыкIын щхьэкIэ!

(66) Ар пэж пэтми уи жылэм пцIыуэ къалъытащ, ЯжеIэ: «Сэ фэ сывитепщэкъым.

(67) Дэтхэнэ хъыбарми зэман хэха иIэщи къыщыскIэ къэфщIэнщ!»

(68) Ди Iэятхэм теухуауэ псалъэ мышу къэзыбжхэр щыплъагъукIэ, уахэмыхьэ, нэгъуэщI хъыбар къыхадзэху. ШейтIаным пщигъэгъупщэрэ [уахыхьэмэ], уигу къызэрыкIыжу а цIыху бзаджэхэм къахэкIыж.

(69) [А цIыху бзаджэхэм] защызыхъумэхэм къатехуэркъым абыхэм я гуэныхьым щыщ, ауэ еущиен хуейщ, Тхьэм фIэлIыкIын щхьэкIэ.

(70) Къэгъанэ зи диныр джэгупIэрэ зэштеупIэрэ зыщIхэу дуней хьэхум итхьэкъуахэр! [КъурIэнымкIэ] ягу къэгъэкIыж зытекIуадэр къилэжьарауэ зэрыщытыр. Алыхьым нэмыщI, абыхэм дэIэпыкъуэгъуи къащхьэщыжыни яIэнукъым. Зыкъригъэлын мурадкIэ сыт яхуишийми Iахынукъым. Ахэращ къалэжьам текIуэдэжар. Ахэр зэфэнури жыхьэнмэм щыщ къэкъуалъэщ, гIэзаб гуащIэри къапэщылыц, джауру зэрыщытам щхьэкIэ.

(71) ЯжеIэ: «АтIэ Алыхьыр къэдгъанэу дэ делъэIун зи ягъи зи фIагъи къыдэмыкIынум? Абы, Алыхьым диузэщIа нэужь, дызэщIэкIуэжауэ къокI, шейтIаным дунейм щитхьэкъуу Iэнкун ищIам хуэдэу. Абы и ныбжьэгъухэр къоджэ, гъуэгу захуэм трашэжыну: «Къытхыхьэ!» - жаIэурэ», ЯжеIэ: «Алыхьым иузэщIаращ узэщIа хъур, дэ унафэ къытхуащIащ дунейхэм я Тхьэм деувэлIэну:

(72) «Нэмэзыр фщIы, Езыми фыфIэлIыкI, Аращ фэ зи пащхьэ фырашэжынур!» - жаIэри».

(73) Аращ уафэхэри щIылъэри хабзэм тету къэзыгъэщIар: а [Къемэт] махуэр: «Къэхъу!» зэрыжиIэу занщIэу къэхъунущ. Абы и псалъэм къэгъазэ иIэкъым. [Iисрафил] и сурым[220] къыщепщэну махуэм и тепщэри Аращ. Ар щыгъуазэщ нэрылъагъуми нэрымылъагъуми. Ар Iущщ, [псори] зыщIэщ!

(74) Iбрахьим жриIащ и адэ Iазэрым: «Уэ уи фIэщыпэу тхьэнапэхэр Тхьэуэ къэплъытэрэ? Сэ сызэреплъымкIэ, уэри уи жылэри нэрылъагъуу фыгъуэщащ».

(75) Апхуэдэу Дэ Iибрахьим идогъэлъагъу уафэхэми щIылъэми щыдиIэ тепщэгъуэр, фIэщхъуныгъэ быдэ иIэн щхьэкIэ.

(76) Жэщ къыщытехъуэм вагъуэ къилъагъури: «Мыр си Тхьэращ!» — жиIащ. Ар щыкъухьэжым идэжакъым: «Сы фIыуэ слъагъуркъым къухьэжхэр», — жиIэри.

(77) Мазэр къыщIэкIауэ щилъагъум: «Сэ си Тхьэр моращ!» — жиIащ. Ар щыкъухьэжым идэжакъым: «Сэ си Тхьэм гъуэгу захуэм сытримышэмэ, цIыху гъуэщахэм ящыщ сыхъунущ», - жиIэри.

(78) Дыгъэри къыщIэкIауэ щилъагъум: «Мыращ си Тхьэр, Мыр нэхъ инщ!» — жиIащ. Ари щыкъухьэжым: «Уэ жылэ махуэ хъун! Фэ Абы Iыхьэгъу зэрыхуфщIым сэ си Iуэху хэлъкъым.

(79) Сэ си гупэр хуэгъэзащ уафэхэмрэ щIылъэмрэ къэзыгъэщIам, лъэныкъуэкIэ семыплъэкIыжу, икIи Тхьэм Iыхьэгъу хуэзыщIхэм сащыщкъым».

(80) Жылэр къедауэу щыхуежьэм яжриIащ: «АтIэ Алыхьым щхьэкIэ фыкъызэныкъуэкъуу ара: сэ Абы гъуэгу захуэм сытригъэуващ. Фэ Абы Iыхьэгъу хуэфщIхэм сэ сащышынэркъым, Езы си Тхьэм къызимыщIэIамэ. Сэ си Тхьэм и щIэныгъэмIкIэ псори къызэщIеубыдэ. Щхьэ зэхэвмыщIыкIрэ?

(81) Фэ Абы Iыхьэгъу хуэфщIхэм сэ дауэ сащышынэн, фэ Алыхьым Iыхьэгъу зэрыхуэфIщIым фыщыримышынэкIэ, ар къызэрывгъэпэжын къыфхуримыгъэха пэтрэ? Дэтхэнэра а тIум нэхъ шынапхъэр, [жыфIэт] фщIэуэ щытмэ?».

(82) Iиман къэзыхьахэу, зи Iиманыр къуаншагъэкIэ зымыуфIеяхэр щIэшынэн щыIэкъым: ахэр гъуэгу захуэм тетщ.

(83) Аращ Iибрахьим и жылэм япигъэувын псалъэу еттар. Дэ зыхуэфащэхэр увыпIэувыпIэкIэ доIэт. Уи Тхьэр Iущщ, [псори] зыщIэщ!

(84) Дэ къеттащ абы [быну] Исхьакърэ Екъубрэ; псори гъуэгу захуэм иридгъэкIуащ; - нэхъапэм Нухьи тедгъэуващ, - абы и щIэблэм щыщу Даути, Сулимэни, Iэюби, Исуфи, Муси, Хьэруни. Апхуэдэу фIы зыщIэхэм дахуоупсэ.

(85) Зэчреи, Ехьяи, ГIиси, Iиляиси – ахэр псори фIэрафIэм ящыщщ.

(86) ИсмагIили, IэлисэгIи, Инуси, ЛутIи –Дэ ахэр псоми яхэдгъэфIыкIащ.

(87) Абыхэм я адэхэми, я щIэблэхэми, я къуэшхэми щыщхэр къахэтхри гъуэгу захуэм тетшащ.

(88) Апхуэдэущ Алыхьым и пщылIхэм щыщу зыхуэфащэхэр зэриузэщIыр; абыхэм Езым Iыхьэгъу хуащIамэ, ящIа псори псыхэкIуадэ хъуат!

(89) Ахэращ Дэ ФIыцIагъэри, тепщэгъуэри, бегъымбарыгъэри зэттар; мыбыхэм ахэр я фIэщ мыхъумэ, ахэр зи фIэщ хъун нэгъуэщI жылэм я пщэ итлъхьэнщ.

(90) Ахэр (бегъымбархэр) Алыхьым иузэщIахэращи, абыхэм я гъуэгу захуэм ирикIуэ! ЯжеIэ [цIыхухэм]: «Сэ фэ улахуэкIэ сыфщыгугъыркъым.» Мыращ (КъурIэныращ) дунейхэр къызэыбгъэушынур.

(91) Алыхьым хуэфэщэн пщIэ хуащIакъым: Аллыхьым зы цIыхуми зыри къыхуригъэхакъым», — щыжаIам щыгъуэ. ЯжеIэ: «ЦIыхухэм я дежкIэ нэхунэрэ гъуазэу Муса къыфхуихьа Тхылъыр къыфхезыгъэхьар хэт? Фэ ар тхьэмпэ-тхьэмпэхэм тефтхэри къэвгъэлъэгъуащ, ауэ зыкъомри вгъэпщкIуащ. Фи адэхэми фэри фымыщIэу щытахэр хэт фэзыгъэщIар?» ЯжеIэ: «Алыхьыращ [къезыгъэхари фэзыгъэщIари]!» ИужькIэ я псалъэ надэхэми ириджэгуу къызэхэнэ.

(92) ИкIи мыр фIэрафIэу, япэм недгъэхьахэр къигъэпэжу ныпхуэдгъэкIуа ФIыцIагъэращ, къалэхэм я анэмрэ (Мэчэрэ) абы къетIысэкIахэмрэ кърибгъэушын щхьэкIэ. Ахърэтыр зи фIэщ хъуахэм мыри (КъурIэнри) я фIэщ хъунущ, абыхэм я нэмэз благъэкIыркъым.

(93) Хэт нэхъ джаурыр: Аллыхьым пцIы тезылъхьэхэра? Хьэмэрэ зыри къыхуемыхауэ: «Уэхьий къысхуехащ», - жызыIэра? Хьэмэрэ «Аллыхьым къыригъэхам хуэдэ къезгъэхынщ», - жызыIэра? Уэзгъэлъэгъуащэрат джаурхэм я псэр щыхэкIкIэ, мелыIычхэм я Iэр яшийуэрэ: «Фи псэр фи IэкIэ хэфхыж, - зэрыжыраIар, - нобэ фызыгъэпудын гIэзабыр къыфлъысащ. Алыхьым щхьэкIэ пэж жывмыIэу, Абы и Iэятхэм фепэгэкIыу зэрыщытам щхьэкIэ!».

(94) ФыкъызэрыдгъэщIауэ щытам ещхьу, зэрызыххэу Ди пащхьэ фыкъихьэжащ, фэттауэ щытахэр къызэвнэкIри; икIи фи гъусэу тлъагъуркъым къыфщхьэщыжыну фызыщыгугъахэр, сэ Iыхьэгъу къысхуфщIу щытахэр. Фяку дэлъа зэпыщIэныгъэр къутэжащ, гугъапIэхэри кIуэдыжащ.

(95) Алыхьыращ хьэдзэри жылэри къизыгъэкIыкIыр, псэур псэншэм къыхегъэщIыкI, псэншэри псэум къыхегъэщIыкI. Апхуэдэщ Алыхьыр! Дауэ Абы фыбгъэдэкIрэ?

(96) Алыхьым пщэдджыжь нэхулъэр къызэкIэщетхъ, жэщри гъэпсэхугъуэ ещI, дыгъэмрэ мазэмрэ хьисэпкIэ игъэпсащ. Ар зыубзыхуар Езы лъэщу щIэныгъэшхуэ зиIэращ!

(97) Абы вагъуэхэр къыфхуигъэпсащ щIыми хыми жэщу фыщызекIуэкIэ фыригъуазэн хуэдэу. Дэ Iэятхэр зэхэхуауэ дгъэнэхуащ щIэныгъэ зиIэхэм щхьэкIэ.

(98) Аращ зы псэм фыкъыхэзыгъэщIыкIари, иужькIэ увыIэпIи хъумапIи [къывэзытыжар[221]]. Дэ Iэятхэр зэхэхуауэ дгъэнэхуащ къызыгурыIуэхэм щхьэкIэ.


 

(99) Аращ уэшхыр къезыгъэшхыу абы сэбэпкIэ къэкIыгъэ псори къэзыгъэкIыжыр; Да абы купсэр къыхыдогъэкI, абыи хьэдзэ зэпэщысхэр къыпыдогъэкIэж. ЧыцIыбжьейм къыпыдогъадзэри Iэрамэ къелэлэх дощIыж; къыдогъэкI жызум, зейтун[222], румман[223]зэщхьзэхуэмыдэхэр зэрыт хадэхэр. Феплъыт абыхэм къапыкIэм, а къыпыкIахэри зэрыхъум! Ар Iиман зиIэхэм я дежкIэ нэщэнэщ!

(100) Алыхьым жиным щыщ Iыхьэгъухэр хуащIащ, ахэр Езым къигъэщIарэ пэт. ХамыщIыкIIауэ Абы ирипэсащ къуэхэмрэ пхъухэмрэ[224] иIэу. [Алыхьыр] зихуэдэ щымыIэщ, а ирапэсам нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъагэщ!

(101) Уафэхэри щIылъэри щымыIауэ къэзыгъэщIар Аращ! Дауэ Абы бын иIэн, щхьэгъусэ имыIэу; сыт ищIысри къэзыгъэщIар Езыращ, сыт ищIысми щыгъуазэр Езыращ!

(102) Аращ Алыхьу фэ фи Тхьэр, икIи Абы нэмыщI тхьэ щыIэкъым, сыт ищIысри къэзыгъэщIар Аращи фыхуэпщылI! Ар сыт ищIысми и тепщэщ!

(103) А зыми илъагъуркъым, Езым псори елъагъу; Аращ [цIыхухэм] яхуэщабэри, [къащхьэпэнур] зыщIэри.

(104) Фи Тхьэм къыбгъэдэкIри Iэят нэрылъагъухэр къыфхуигъэкIуащ. Ар зылъагъум и щхьэм хуелъэгъуж, абы хуэнэфыр хэран зыхуохъуж: сэ[225] фэ сивыплъыркъым!

(105) Дэ апхуэдэу ди Iэятхэр къыдогъэнаIуэ: «Уэ [мыр нэгъуэщIым] къыибджыкIащ», - жамыIэн щхьэкIэ, икIи щIэныгъэ зиIэ цIыхухэм зэхащIыкIын щхьэкIэ.

(106) Уи тхьэм къыпхуригъэхам тет: «Езым нэмыщI тхьэ щыIэкъым». Тхьэм Iыхьэгъу хуэзыщIхэм уи щIыбыр язуэгъазэ.

(107) Аллыхьыр хуеятэмэ абыхэм Iыхьэгъу къыхуащIынутэкъым. Дэ уэ абыхэм плъыр уахуэтщIакъым икIи уэ абыхэм я жэуап пхьыкъым.

(108) Аллыхьым нэмыщIу, ахэр зыхуэпщылIхэм Iей хужывмыIэ, арыншамэ, биигъэм къыхэкIыу, зыри хамыщIыкIыу езыхэми Алыхьым Iей хужаIэу щIадзэнщ. Апхуэдэ дэтхэнэ жылэми я IуэхущIафэхэр къригъэлъагъужынущ.

(109) Абыхэм тхьэрыIуэу яIэм я нэхъ лъэщымкIэ – Алыхьым и цIэмкIэ тхьэ яIуащ: телъыджэ къахуэкIуэмэ, Iэмал имыIэу, ар я фIэщ хъуну. ЯжеIэ: «Телъыджэхэр Алыхьыращ зыIэщIэлъыр, ауэ фэ дэнэ къыщыфщIэнур, ар къэкIуа нэужьи, я фIэщ зэрымыхъунур?»

(110) Япэм Iиманыншэу зырыщытам ещхьу, ягухэри я нэхэри зэдогъэдзэкIыжри, гъуэщахэрэ пэжым хуэнэфхэу къызэхыдонэ.

(111) МелыIычхэр къахуедгъэхами, хьэдэхэр къедгъэпсалъами, [къэдгъэщIа] псори я пащхьэм къидгъэувами, итIани абыхэм Iиман къахьынукъым, Алыхьыр хуэмеймэ[226]. Ауэ нэхъыбэм ар ящIэркъым.

(112) Апхуэдэуи Дэ дэтхэнэ бегъымбарми бий яхуэтIщIащ цIыхухэмрэ жинхэмрэ ящыщ шейтIанхэр; абыхэм зыр адрейм егъэIущ удэзыхьэх псалъэ надэкIэ, ауэ уи Тхьэр хуеямэ, абыхэм ар ящIэнутэкъым; къэгъанэ ахэри, абыхэм къагупсысхэри,

(113) – ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэм ягухэри дахьэхын, аразы ирихъун, а къалэжь [гуэныхьхэри] къалэжьын щхьэкIэ.

(114) [ЯжеIэ]: «Алыхьым нэмыщI, нэгъуэщI хеящIэ дауэ сыхуеин, аракъэ наIуэу зэхэхуа ФIыцIагъэр къыфхуезыгъэхар?» Мыдрейуэ Дэ ФIыцIагъэр зэттахэм ящIэ ар пэжу уи Тхьэм къызэрыбгъэдэкIар. Шэч къытезыхьэхэм ящыщ умыхъу!

(115) Уи Тхьэм и псалъэр пэжыгъэрэ захуагъэкIэ узэщIащ. Абы и псалъэм зэхъуэкI иIэкъым: Абы [псори] зэхех, ещIэ!

(116) Дунейм тетым я нэхъыбэм уедаIуэмэ, Алыхьым и гъуэгум утрашынущ. Ахэр зыкIэлъыкIуэр къафIэщIымрэ пцIыуэ къагупсысымрэщ!

(117) Уи Тхьэм нэхъыфIу ещIэ Абы и гъугум текIахэри, Абы нэхъыфIу ещIэ гъуэгу захуэм тетри.

(118) Езым и Iэятхэр фи фIэщ хъумэ, Алыхьым и цIэкIэ фIагъэжахэр фшхы.

(119) Сыт фэ щIэвмышхынур Алыхьым и цIэкIэ фIагъэжар дахуэхагъэм фыримыхулIауэ[227] фшхы мыхъунур къыщигъэнаIуэкIэ. Куэдым, езыхэм къагурымыIуэ пэтми, я гукъыдэжымкIэ уагъэгъуэщэнущ. Уи Тхьэм нэхъыфIу ещIэр [хьэрэм-хьэлэлым] ебакъуэхэр.

(120) Гуэныхь зыпылъ Iуэхур наIуэуи щэхууи фымылэжь. Гуэныхь къэзылэжьахэм абы пэкIуэр къалъысыжынущ!

(121) Алыхьым и цIэкIэ фIамыгъэжар фымышх: ар хьэрэмщ! ШейтIанхэм я пэшэгъухэр къагъэIущ абыкIэ къывэдэуэну, фэ абыхэм задэгъэшмэ. Тхьэм Iыхьэгъу хуэфщIащ.

(122) ЛIауэ къэдгъэхъужу[228], нэхум хэту цIыхум ягъусэр хуэбгъадэ хъун кIыфIымI къыхэмыкIыфу хэтым[229]? Апхуэдэу джаурхэм я IухущIафэр хуагъэдахэ[230].

(123) Апхуэдэу дэтхэнэ къуажэми тепщэ хуэтщIащ бзаджэхэр, абы хъуэгъэщагъэ щызэрахьэн щхьэкIэ, ауэ ахэр къагурымыIуэу, я щхьэм хъуэгъэщагъэ хуекIуэжу аращ.

(124) Iэят къахуеха нэужь абыхэм жаIэ: «Ди фIэщ хъунукъым Алыхьым и лIыкIуэ ипэрейхэм къаритам хуэдэу дэри къыдимытауэ». Алыхьым нэхъыфIу ещIэ и ФIыцIагъэр зыIэщIилъхьэнур. А хъуэгъэщагъэ зезыхьахэм къатепсыхэнущ Алыхьым и пащхьэм щызыгъэпуд тазыррэ гIэзабышхуэрэ!

(125) Алыхьым зыгуэр иузэщIыну хуеймэ, и гур Iислъамым хузэIуех; зыгуэр игъэгъуэщэну хуеймэ, абы и гур зэв ещI, ехуз, уафэм дэкIуей нэхъей. Апхуэдэу Алыхьым гIэзаб къатрелъхьэ Iиман къэзымыхьым.

(126) Аращ уи Тхьэм и гъуэгу захуэр. Гупсысэ зиIэ цIыхухэм Дэ наIуэ яхуэтщIащ Iэятхэр.

(127) Абыхэм мамыр унэр (жэнэтыр), я Тхьэм деж щагъуэтыжынущ; абыхэм я IуэхущIафэм щхьэкIэ ар телъхьэ яхуохъу.

(128) А махуэу псори абы щызэхуихусыжынум яжриIэнущ: «Уэ жинхэ! Сыту цIыху куэд [вгъэгъуэща]!» ЦIыхухэм ящыщу абыхэм я телъхьэхэм жаIэнущ: «Уэ ди Тхьэ! Дэ зым и фIагъэ адрейм екIыжу дызэхэтащ, икIи къытпэбгъэува ажалым дыкъэсащ». Езым къажриIэнущ: «Фи хьэщIапIэр мафIэращ, къыхэкIи фиIэнукъым, Алыхьым нэгъуэщI фхуимыухмэ». Уи Тхьэр Iущщ, [псори] зыщIэщ!

(129) Апхуэдэу лейзехьэхэр зыр адрейм тепщэ худощI, къалэжьым къыхэкIыу.

(130) Уэ жинхэ, цIыхухэ! Фэ фщыщ лIыкIуэхэр къыфхуэкIуатэкъэ, Сэ си Iэятхэр къыфхуаIуатэу, мы [Къемэт] махуэм фызэрыIущIэнум фыщагъэшынэу? Абыхэм жаIэнущ: «Зыдоумысыж». Ахэр дуней хьэхум итхьэкъуат икIи джауру зэрыщытамкIэ заумысыжащ.

(131) Аращи, уи Тхьэм къуэншагъэкIэ зы жыли игъэкIуэдынукъым, япэ щIыкIэ къигъушыну яужь имыхьауэ.

(132) Хэт сыт ищIами, абы елъытауэ и увыпIэр къылъосыж, уи Тхьэри теплъэкъукIыркъым абыхэм ящIэм.

(133) Уи Тхьэр бейщ, гущIэгъур ибэщ: Ар хуеймэ, фэ фигъэкIуэдынщи, фэ фипIэм Езыр зыхуейр къыригъэувэнщ, фэ нэгъуэщI лъэпкъым фыкъызэрытригъэпщIыкIам хуэдэу.

(134) А зи гугъу къыфхуащIа [Къемэт махуэр] къэсынущ; икIи абы фыIэщIэкIыфынукъым.

(135) ЯжеIэ: «Уэ жылэ махуэ хъун! Фэ фхузэфIэкIыр фщIэ, сэ [схузэфIэкIыр] сощIэ[231], иужькIэ къэфщIэнущ ахърэтым щехъулIэнур. МыдаIуэхэр ехъулIэнукъым».

(136) Гъавэрэ Iэщу къаритам щыщ Алыхьымрэ я тхьэхэмрэ[232] Iыхьэ хуащIырти: «Мыр Алыхьым ейщ», - жаIэрт, «Мыдрейр ди тхьэхэм яйщ» - жаIэрт. Я тхьэхэм хуащIа Iыхьэм щыщ Алыхьым и деж нэсыртэкъым, ауэ Алыхьым и Iыхьэм щыщ я тхьэхэм лъагъэсырт[233]. Гъуамэщ абыхэм я гуэшэкIэр!

(137) Ещхьыркъабзэу я тхьэнэпцIхэм къыхуагъэдахэрт мушрикхэм я бынхэр яукIыжыныр[234], [жылэр] ягъэкIуэдын, ядинри зэIащIэн щхьэкIэ. Ауэ, Алыхьыр хуеятэмэ, абыхэм ар яхуэщIынутэкъым. Къэгъанэ ахэри, абыхэм къагупсысхэри.

(138) Абыхэм жаIэрт: «Мы Iэщри мы гъавэри фэркIэ хьэрэмщ: ар зылъысыпхъэр дэ зыхуэдгъэфащэращ». Iэщхэри яутIыпщырт, цIыху тетIысхьэнкIэ хьэрэму жаIэрти[235]. Iэщхэри, Алыхьым и цIэр трамыIуэу, тхьэнэпцIхэм я цIэкIэ яукIырт. А къагупсысахэм пэкIуэр къалъысыжынущ!

(139) ИкIи абыхэм жаIэрт: «Мы Iэщхэм я ныбэм илъыр цIыхухъухэращ зылъысыр, бзылъхугъэм я дежкIэ хьэрэмщ». Ауэ, лIауэ къалъхумэ, псоми я зэхуэдэт[236]. А зэхагъэзэрыхьар Алыхьым къахуигъэгъунукъым: Езыр Iущщ, [псори] ещIэ!

(140) Унэхъуащ делагъэкIэ, къагурымыIуныгъэкIэ зи бын зыукIыжхэр; Алыхьым пцIы тралъхьэу, къарита ерыскъыр хьэрэм зыщIахэр. Ахэр гъуэщащ, гъуэгу захуэм текIащ.


 

(141) Езыращ къэзыгъэщIар щIэгъэкъуэн зыхуащI хадэхэри, зыхуамыщI хадэхэри, финикхэри, я IэфIагъкIэ зэхухэмыдэ пхъэщхьэмыщхьэхэри, зейтунхэри, румманхэри, зэщхь зэхуэмыдэхэу[237]. Абыхэм къапыкIар хъуа нэужь фшхы, къыщефхьэлIэжкIи хьэкъыр хэвгъэкI. Ауэ евмыгъэлей. Абы и щIасэкъым езыгъэлейхэр!

(142) Iэщхэм ящыщхэр къывитащ хьэлъэзехьэуи, шхыныгъуэуи. Алыхьым ерыскъы фхуищIар фшхы, ауэ шейтIаным и лъагъуэм фыримыкIуэ! Ар гъэнэхуауэ фи бийщ.

(143) [КъыфхуигъэщIащ фшхынкIэ хьэлэлу] Iэщий зэгуэгъууу: мэлым щыщу тIу, бжэным щыщуи тIу. ЖыIэт: «А тIум щыщу хьэрэм ищIар хъухэрэ хьэмэрэ бзыхэра? Хьэмэрэ абыхэм я ныбэм илъыра? Абы и пэжыр фщIэмэ къызжефIэт».

(144) Махъшэм ящыщуи тIу, жэмым ящыщуи тIу. ЖыIэт: «А тIум щыщу хьэрэм ищIар хъухэрэ хьэмэрэ бзыхэра? Хьэмэрэ бзыхэм я ныбэм илъыра? Хьэмэрэ фэ щыхьэту фыщыта абы и унафэр Алыхьым щищIам?» ЩIэныгъэншэу, Алыхьым пцIы тезылъхьэу, цIыхухэр зыгъэгъуащэм нэхърэ нэхъ лейзехьэр хэт? Алыхьым лейзехьэхэр гъуэгу захуэм тригъэувэркъым!

(145) ЖыIэ: Сэ къысхуехам пшхынкIэ хьэрэму хэслъагъуэркъым: псэхэлIэм, лъы къижам, кхъуэлым – ар фIейщи! – е нэгъуэщIым щхьэкIэ Абы имыцIэкIэ фIагъэжам нэмыщI. Зыгуэрым IэмалыншагъэкIэ, ауэ димыхьэхыу, иримыгъэлеуэ, [ишхмэ] уи Тхьэр гущIэгъущIщ, къыпхегъэгъу.

(146) Ехьуд хъуахэм хьэрэм ящытщIащ лъабжьэ [зэгуэмыкI] зиIэ псори, жэмхэмрэ мэлхэмрэ ятелъ щэр, я тхыцIэм трищIам, я кIуэцIым ирищIам е я къупщхьэм кIэрылъым нэмыщI. Ар лей зэрахьам пэкIуэ тазырщ: Дэращ пэжыр зыщIэр.

(147) Уэ абыхэм пцIыупсу уалъытэмэ яжеIэ: «Фи Тхьэм и гущIэгъур инщ [арыншамэ Абы куэд щIауэ фигъэкIуэдынт], икIи жылэ гуэныхьыщIэр Абы и лъэщыгъэм зыми къригъэлыфынукъым»


 

(148) Езым Iыхьэгъу хуэзыщIхэм жаIэнущ: «Алыхьыр хуеятэмэ, дэри ди адэхэми Абы Iыхьэгъу хуэтщIынтэкъым икIи зыри хьэрэм тщIынутэкъэм». Абыхэм япэкIэ щыIахэми, ещхьыркъабзэу, пцIы яупсу щытащ, Ди гIэзабыр къатехуэу. ЖыIэ: «ЩIэныгъэ гуэрхэр фиIэ [мы жыфIэр] къривгъэпэжыну? Фэ хуэвгъэфащэ къудейщ, пцIы къэвгупсыс къудейщ!»

(149) ЖыIэ: «Алыхьым иIэщ къэзыгъэнаIуэ лъэщ. Ар хуеямэ псори гъуэгу захуэ фытригъэувэнт».

(150) ЯжеIэ: «Къевджэ Алыхьым ар хьэрэм ищIауэ жызыIэ фи щыхьэтхэр!». Ахэр щыхьэту къэувми, уэ абыхэм щыхьэту уабгъурымыувэ икIи Ди Iэятхэр пцIыуэ зылъытэу, иужьрей гъащIэр зи фIэщ мыхъу я гурыщIэм зыдумыгъэш. Абыхэм [тхьэнэпцIхэр] я Тхьэм хуагъадэ!

(151) ЯжеIэ: «ФыкъакIуэт, сэ сыкъыфхуеджэнщ фи Тхьэм хьэрэм фщищIахэм: Езым зыри Iыхьэгъу хуэвмыщI; адэанэм фахуэфIэрафIэ; тхьэмыщкIагъэм къыхэкIыу фи бын фымыукIыж, — Дэ ахэри фэри фытпIынщ; — цIапIагъэм фыбгъэдэмыхьэ нахуэуи щэхууи[238], псэ фымыгъэн, хуит Алыхьым фыхуимыщIамэ; аращ Езым и ущиер, къывгурыIуэмэ.

(152) Ибэм и мылъкум фемыIусэ, езыр балигъ хъуху, вгъэбагъуэнкIэ фIэкI; пщалъэмрэ шэчалъэмрэ захуагъэкIэ фрилажьэ. Дэ зы псэми хузэфIэмыкIын тетлъхьэркъым. [ФыщыпсалъэкIэ[239]] пэжыр жыфIэ, [фызытепсэлъыхьыр] фи благъэу щытми. Алыхьым къалэн къыфщищIахэр вгъэзащIэ. Аращ Езым и ущиер, зыщывмыгъэгъупщэ!

(153) Аращ Сэ си гъуэгу захуэр, фырикIуэ абы! НэгъуэщI гъугухэм фытемыхьэ Аллыхьым и гъугум фытрашынш. Ар Абы и ущиещ, фыфIэлIыкI!»

(154) ИкIи Дэ Муса Тхылъыр къыхуедгъэхащ сыт хуэдэ Iуэхури къигъэнаIуэу, гъуази хъууэ, гущIэгъуи хэлъу, я Тхьэм и пащхьэ зэрихьэжынур я фIэщ хъун щхьэкIэ.

(155) Мы Тхылъри Дэ къедгъэхащ фIэрафIэу. ФырикIуэ абы и гъуэгум икIи Тхьэм фыфIэлIыкI гущIэгъу къыфхуищIынщ!

(156) ЖывмыIэжын щхьэкIэ: «ДяпэкIэ ФIыцIагъэ къызыхуехауэ щытар жылагъуитIти[240] дэ абыхэм деджэн тхузэфIэкIакъым».

(157) Е жывмыIэн щхьэкIэ: «Дэ тхылъыр къытхуехыгъатэмэ, абыхэм нэхърэ нэхъ узэщIа дыхъунт». Мис [КъурIэн] наIуэр фи Тхьэм къыбгъэдэкIри къыфхуэкIуащ гъуазэу, гущIэгъуу. Алыхьым и Iэятхэр пцIыщ жиIэу зи щIыб хуэзыгъазэм нэхърэ хэт нэхъ къуаншэр? Ди Iэятхэм зи щIыб хуэзыгъазэм гIэзаб гуащIэр ятетлъхьэнущ я щIыб зэрыхуагъэзам щхьэкIэ!

(158) АтIэ ахэр зыпэплъэр мелыIыч къахуэкIуэну, е уи Тхьэр къахуэкIуэну, е уи Тхьэм къыбгъэдэкI телъыджэ гуэр къахуэкIуэну ара? А Махуэу уи Тхьэм и телъыджэр къыщылъагъуэм къахьа Iиманыр сэбэп къахуэхъужынукъым, абы ипэкIэ Iиман къамыхьамэ е Iиман къахьам фIы гуэр къримыкIуамэ. ЯжеIэ: «Фыпэплъэ, дэри дыпоплъэ!»

(159) Зи диныр зэпкърызыхыу гупгуп зэрыгъэхъуахэм уэ уи Iуэху яхэлъкъым. Абы я Iуэхур Алыхьыращ зыIэщIэлъыр. ИужькIэ Езым къаригъэлъэгъужынущ абыхэм ящIар.

(160) IуэхуфI зыщIам хуэдипщIкIэ хуигъэбагъуэнущ, Iей зыщIам къытехуэжынур [ищIам] хуэдизщ. ИкIи абыхэм къамылэжьа къатехуэнукъым.

(161) ЖыIэ: «Си Тхьэм сэ гъуэгузахуэ сытригъэуващ Iибрахьим хьэнифым и диным. Ар Тхьэм IыхьэгъумхуэзыщIхэм ящыщакъым».

(162) ЖыIэ: «Си нэмэзри, си тыхьри, си псэуныгъэри, си лIэныгъэри дунейхэм я Тхьэ Алыхьым хуэгъэпсащ.


 

(163) Абы Iыхьэгъу иIэкъым. Ар сэ къысхуащIа унафэщ икIи [Алыхьым] еувэлIахэм япэ ситщ».

(164) ЖыIэ: «Дауэ къэслъыхъуэн Алыхьым нэмыщI нэгъуэщI тхьэ? Ар псоми я Тхьэщ». Щхьэж къилэжьар езым къытехуэжынущ, хым и хьэлъи нэгъуэщIым тралъхьэнукъым. ИтIанэ фи Тхьэм и пащхьэм фихьэжынурэ къывжиIэжынущ фыщIызэдауэу щытар.

(165) Езыращ чэзучэзууэ мы дунейм фыкъытезышар, икIи зыхэр адрейхэм увыпIэувыпIэкIэ къахиIэтыкIащ, къаритамкIэ игъэунэхун щхьэкIэ. Уи Тхьэм и тазырыр щIэхщ икIи Ар гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!



Поделиться с друзьями:

Индивидуальные и групповые автопоилки: для животных. Схемы и конструкции...

Историки об Елизавете Петровне: Елизавета попала между двумя встречными культурными течениями, воспитывалась среди новых европейских веяний и преданий...

Организация стока поверхностных вод: Наибольшее количество влаги на земном шаре испаряется с поверхности морей и океанов (88‰)...

История развития хранилищ для нефти: Первые склады нефти появились в XVII веке. Они представляли собой землянные ямы-амбара глубиной 4…5 м...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.013 с.