Сурэ 41. Наiуэхэр (фушшилэт) — КиберПедия 

Своеобразие русской архитектуры: Основной материал – дерево – быстрота постройки, но недолговечность и необходимость деления...

Индивидуальные и групповые автопоилки: для животных. Схемы и конструкции...

Сурэ 41. Наiуэхэр (фушшилэт)

2018-01-03 234
Сурэ 41. Наiуэхэр (фушшилэт) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэрэ гущIэгьурэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Хьа, миим.

(2) [Мыр] гуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэм нригъэхащ

(3) гIэрыпыбзэ КъурIэну, и Iэятхэр гурыIуэгъуэу — жылэм зэхащIыкIын щхьэкIэ,

(4) уигъэгуфIэу икIи уигъэсакъыу. Ауэ нэхъыбэм, я щIыбыр хуагъэзащи, зэхахыркъым.

(5) КъыжраIащ: «Уэ дызыхуебджэм ди гур хузэхуэщIащ, ди тхьэкIумэхэри хуэдэгущ, дякуми куутI дэтщ. Аращи, уэри узыхуейр щIэ, дэри дызыхуейр дощIэ».

(6) ЯжеIэж, [Мухьэм-мэд]: «Сэри фэ фхуэдэу сыцIыхущ, ауэ сэ уэхьий къысхуокIуэ фи тхьэр Тхьэ закъуэрауэ. Абы, фи гупэр хуэвгъази, къыфхуигъэгъуну фелъэIу. Унэхъуащ [Тхьэм] Iыхьэгъу хуэзыщIхэр

(7) сэджытзымытхэу, ахърэтри зи фIэщ мыхъухэр».

(8) Мыдрейуэ, Iиман зиIэу фIы зыщIахэм фIыгъуэ мыухыжыр къалъысынущ!

(9) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: «АтIэ фи фIэщ мыхъуу ара щIыр махуитIым къэзыгъэщIар, икIи тхьэнэпцIхэр Езым хуэвгъадэу ара? Ар Дунейхэм я Тхьэращ.

(10) [ЩIым] къыщIэупщIэхэм [яжеIэ]: «Абы щIым хъурзэхэр къыхигъэуващ[530], берычэтри къыхилъхьащ, шхыныгъуэхэри къытригуэшащ — махуиплIым и кIуэцIкIэ!»

(11) Езым тепщэ зыхуищIащ уафэм — ар пшагъуэт — икIи уафэмрэ щIымрэ яжриIащ: «ФыкъакIуэ фыхуейми фыхуэмейми!» Жэуап къратыж: «ДыхуейуэдыкъэкIуащ».

(12) Езым махуитIым и кIуэцIкIэ абы уафибл къигъэщIри дэтхэнэ уафэми и къалэныр гуригъэIуащ. Уафэ гъунэгъур уэздыгьэхэмкIэ дгьэщIэращIэри хъумакIуи хуэтщIыжащ. Ар игъэпсащ Лъэщым, псоми Щыгъуазэм.

(13) Абыхэм я щIыб къагъазэмэ, яжеIэ: «Сэ фыхузогъэсакъ уафэхъуэпскIым, Падрэ Самудрэ зыхьа уафэхъуэпскIым».

(14) Абыхэм нэхъапэми иужькIи лIыкIуэхэр къахуэкIуэу: «Зыми фыхуэмыпщылI Алыхьым фIэкIа», — къыщыжраIэм, ядакъым: «Ди Тхьэр хуеятэмэ мелыIычхэр къытхуигьэкIуэнт, фэ фыкъыщIагъэкIуар ди фIэщ хъуркъым», — жаIэри.

(15) Мыдрей гIадхэр пэжым текIри дунейм зыщагъэпIийуэ жаIащ: «Хэт къарукIэ дэ нэхърэ нэхъ лъэщыр?» ИкIи Ди Iэятхэр ядакъым. АтIэ абыхэм ялъэгъуатэкъэ къэзыгъэщIа Алыхьыр къарукIэ зэрынэхъ лъэщыр?

(16) Арати, Дэ гIадхэм я махуаехэм жьапщэ фийр яхуэдгъакIуэри зыгъэпуд гIэзабыр дуней хьэхум щедгъэшэчащ, ауэ ахърэтым къащыпэщылъ гIэзабыр нэхъыкIэжщ икIи ахэр зыми къихъумэнукъым.

(17) Самудхэм Дэ дайущият, ауэ захуагъэм нэхърэ къуаншагъэр нэхъ къащтати, къалэжьам пэкIуэу, зыгъэпуд гIэзабыр уафэхъуэпскIыу къатедгъэпсыхащ.

(18) Iиман къэзыхьу Тхьэм фIэлIыкIыу щытахэр Дэ къедгъэлащ.

(19) Алыхьым и бийхэр мафIэм щрахулIэну Махуэм ахэр къызэтрагъэувыIэнущ.

(20) Абдежым, абыхэм я тхьэкIумэри, я нэри, я щ1ыфэри щыхьэту къытеувэнущ ящIэу щытамкIэ.

(21) Ахэр я щIыфэхэм еупщIыжынущ: «Сыт щыхьэту фыкъыщIытпэувар?» — жаIэнурэ. Жэуапу къатынущ: «Алыхьу сытри къэзыгьэпсалъэу фэри япэу фыкъэзыгъэщIам дыкъигъэпсэлъащ, фэри Езым и пащхьэ фохьэж».

(22) Фи тхьэкIумэр, фи нэр, фи щIыфэр щыхьэту къыфпэмыувыжын хуэдэу защывгъэпщкIуфынукъым, ауэ фэ фигугъащ фщIэм щыщ куэдым Алыхьыр щымыгъуазэу.

(23) Арат фи Тхьэм хувиIэ еплъыкIэри абы фытекIуэдэжащ, унэхъуахэми ящыщу фыкъыщIидзыжащ.

(24) Яхуэшэчыну щытмэ, мафIэращ хэщIапIэ яхуэхъунур, ауэ гущIэгъум щIэлъэIужхэми гущIэгъу зыхуащIхэм ящымыщу къыщIидзыжынущ.

(25) Дэ ныбжьэгъу зыгуэрхэр яхуэтщфи, абыхэм я IуэхущIафэри ящIари къыхуагъэдахащ; абыхэм япэкIэ щыIа жинхэмрэ цIыхухэмрэ ятетIуа гIэзабри зэщIащ. Ахэр унэхъуауэ къыщIидзыжащ.

(26) Джаурхэм жаIащ: «КъурIэным [къыщеджэкIэ] фемыдаIуэу джэгупIэ фщIы: хэт ищIэрэ, фатекIуэнкIи мэхъу!»

(27) Дэ а джаурхэм гIэзаб гуащIэр фIэкIыпIэ имыIэу едгъэгъэныщкIунщ, икIи Дэ ахэр я гуэныхьым пэдгъэуджэжынщ.

(28) А мафIэращ Алыхьым и бийхэм яхуэфащэр, игъащIэкIи абы хэсынущ, Ди Iэятхэр зэрамыдэм щхьэкIэ.

(29) Джаурхэм жаIэнущ: «Уэ ди Тхьэ, жинымрэ цIыхумрэ ящыщу дэ дызыгъэгъуэщахэр дыгъэлъагъу, дэ абыхэм датеувэнщи хэдутэнщ».

(30) «Ди Тхьэр Алыхьыращ», — жызыIэу, гъуэгу захуэм тетхэм мелыIычхзр къахуэкIуэнурэ: «Фымышынэ, фымынэщхъей, жэнэт фыкъызэрагъэгугъами фыщыгуфIыкI!» - [къыжраIэнущ].

(31) Дэ дывителъхьэщ мы дуней хьэхумкIи ахърэтымкIи, Фэ абы фигу къыпылъадэр щывгъуэтынущ, фызыщIэупщIэри къыфхуахьынущ.

(32) Апхуэдэщ гуэныхьгъэгъуу гущIэгъущIым фызэригъэхьэщIэнур.

(33) Алыхьым хуезыджэу, фIы зыщIэу «сэ сымуслъымэнщ!» — жызыIэм и псалъэм нэхъ дахэ хэт жиIэн!

(34) ФIымрэ емрэ зэхуэдэкъым. ФIыр ем пэгъэуви уи бийр ныбжьэгъу пзж къыпхуэхъунщ.

(35) Ар къызэхъулIэнур шыIэныгьэ зиIэхэращ, ар къызэхъулIэнур насыпышхуэ зиIэхэращ.

(36) ШейтIаным зыгуэр уигу къригьэхьэу гуитIщхьитI уищIмэ, Алыхьым укъихъумэну елъэIу. Аращ псори зэхэзыхыу, псоми щыгьуазэр.


 

(37) Езым и телъыджэхэм ящыщщ махуэмрэ жэщымрэ, дыгъэмрэ мазэмрэ. Дыгъэмрэ мазэмрэ фахуэмыпщылIу ахэр къэзыгъэщIа Алыхьым фи щхьэр хуэвгъэтIылъ. Езым феувэлIар пэжмэ!*

*Сэдждэ

(38) Абыхэм загъэпагэмэ, мыдрейуэ уи Тхьэм деж щыIэхэм (мелыIычхэм), Ар жэщми махуэми емызэшу ягъэлъапIэ.

(39) Абы и телъыджэхэм ящыщщ гъущIауэ плъагъу щIыр, абы уэшх къыщытедгъашхэкIэ, ар пIейтейуэ зэрыбэгыр. Ар къэзыгъэпсэужыращ лIахэри къэзыгьэпсэужынур. Абы сытри хузэфIокI!

(40) Мыдрейуэ, Ди Iэятхэр зэIызыщIэхэм Дэ гу лъыдмытэу къанэркъым. АтIэ мафIэм хадзэнур нэхъыф! хьэ-мэрэ Къемэт махуэм ехъулIауэ къэтэджыжынур нэхъыф!? Фэ фызыхуейр фщIэ, фэ фщIэр Езым елъагъу!

(41) Мыдрейуэ КъурIэныр къащыхуэкIуэм зымыдахэри [дымылъагъуу къанэркъым]. Ар Тхылъ лъапIэщ!

(42) Абы зыщIыпIэкIи къикIыу пцIы къыхыхьэфы-нукъым, ар къригьэхащ Iущым, щытхъушхуэ зиIэм.

(43) Уэ, [Мухьэммэд], уяпэкIэ щыIа лIыкIуэхэм жрамыIа къыбжаIэркъым. Уэ уи Тхьэм IэщIэлъщ гьэгьуныгьэри, гIэзаб гуащIэри.

(44) Дэ КъурIэныр нэгъуэщIыбзэкIэ къедгъэхауэ щытамэ, абыхэм: «Мыбы и Iэятхэр къыдгурыIуэу щытамэ аратэкъэ!» — жаIэнут. АтIэ гIэрыпым нэгъуэщIыбзэкIэ къахуебгъэх хъун? ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: «Ар Iиман зиIэхэмкIэ гъуазэщ, Iэзэгъуэщ». Мыдрейуэ Iиман зимыIэхэм я тхьэкIумэхэр кудащ икIи абы хуэнэфщ. Ахэр жыжьэу зэпсалъэм хуэдэщ.

(45) Муса ФIыцIагъэ ныхуедгьэхьат, ауэ абы итыр зэдащтакъым. Уи Тхьэм нэхъапэм къыжиIа псалъэм нэмыщIамэ, абыхэм я Iуэхур зэфIэкIат. Мыбыхэми шэчышхуэ къытрахьэ [КъурIэным] икIи гуитIщхьитIщ[531].

(46) ФIы зыщIэм и щхьэм хуещIэж, Iей зыщIэм и щхьэм тохуэж, уи Тхьэр и цIыхухэм екъуэншэкIыркъым.


 

(47) Езыращ Къемэт махуэр къыщысыну пIалъэр зыщIэр; Алыхьым имыщIэу гулъым мыщхьэ къикIыркъым, бзыми и ныбэм иридзэркъым икIи къилъхуркъым. “Дэнэ щыIэ Iыхьэгъу схуэфщIахэр?” — жиIэу [Тхьэр] къащуепщIыну Махуэм абыхэм жэуап къыратынущ: «Дэ апхуэдэ тхэткъым», — жаIэнурэ.

(48) [Алыхьыр къагъанэу] нэхъапэм зыхуэпщыл Iахэр бзэхыжащ, [гIэзабым] къызэремылынури къагурыIуэжащ.

(49) ЦIыхур фIым емызэшу щIолъэIу, ауэ ер къыщылъыскIэ, гужьеяуэ и гугъэр хехыж.

(50) Дэ абы ер щхьэщытхрэ Ди гущIэгъур къылъыдгъэIэсмэ, дауикI, жеIэ: «Мыр сэ къэзлэжьыжащ, Къемэт махуэри къэсыну си гугъэкъым, ауэ си Тхьэм и пащхьэ сырашэжмэ, сэ Абы деж, дауикI, фIыгъуэр щызгъуэтынщ». Дэ джаурхэм ящIэу щытар ядгъэлъагъужынщи гIэзаб гуащIэри ядгьэгьэныщкIунщ!

(51) Дэ цIыхум фIы хуэтщIамэ, и щIыб къегъазэри, зигъэщIагъуэу йожьэж. Ауэ лажьэ къытехуэмэ, емызэшыжу къыдолъэIу.

(52) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: «Дауэ феплърэ, мы фи фIэщ мыхъуа [КъурIэныр] Алыхьым къыбгъэдэкIауэ къыщIэкIыжмэ? АтIэ абы бгъэдэкIам нэхърэ хэт нэхъ гъуэщар!»

(53) Дунейми цIыхуми телъыджэу яхэтлъхьар къэдгъэлъэгъуэнущ, [КъурIэныр] зэрыпэжыр наIуэ ящыхъуху. Сытми щыгъуазэ уи Тхьэр щыхьэт ирикъуркъэ!

(54) Еей, абыхэм шэч къытырахьэ я Тхьэм зэрыIущIэжынум! Еей, Абы и щIэныгьэр дэни нос!


СУРА 42. ХАСЭ(IЭШШУРА)

ГуащIэмрэ гущ1эгъумрэ зиIэ Алыхьым и ц1эк1э.


(1) Хьа, миим.

(2) ГIэин, сиин, къааф.

(3) Апхуэдэу Алыхь лъэщу Iyщым уэхьий къыфхурегъэх уэри, уяпэкIэ щыIахэми.

(4) Езым IэщIэлъщ уафэхэми щIыми щыIэр. Ар лъэщщ, лъагэщ!

(5) Къащхьэщыт уафэхэр зэгуэчыным нэсащ[532], икIи мелыIычхэм Тхьэм щытхъур хуагъэш, щIым тетхэм яхуэлъаIуэу. Еей, Алыхьыращ гуэныхьгъэгъур, гущIэгъущIыр!

(6) Мыдрейуэ, Езыр къагъанэу, нэгъуэщI телъхьэ зыщIахэм Алыхьыр якIэлъоплъ, ауэ [Мухьэммэд], абыхэм уэ урауэчылкъым.

(7) Апхуэдэуи Дэ уэ гIэрыпыбзэкIэ КъурIэныр ныпхуэдгъэкIуащ, къуажэхэм я анэмрэ[533] абы къетIысэкIахэмрэ буущиин, шэч зыхэмылъыж. Махуэу псори щызэхуэсыжынум хуэбгъэсакъын щхьэкIэ.Зы гуп жэнэтым кIуэнущ, зы гупи жыхьэнэмэм кIуэнущ.

(8) Алыхьыр хуеямэ, Iумэт [цIыху псори] йщIынт, ауэ Абы зыхуейр еузэщI. ЩIэпхъаджэхэм телъхьи къащыжыни ягъэтыжынукъым.

(9) Езыр къагъанэу, нэгъуэщI телъхьэ зэращIам къыхэкIкIэ.Алыхьыращ телъхьэр; Аращ лIахэр къэзыгъэтэджыжыр, сытри зыхузэфIэкIыр!

(10) Фэ фызэрызэгурымыIуэр Алыхьым зэхигъэкIынущ. Аращ Алыхьу си Тхьэр, гугъапIэу сиIэри Аращ, сызэлъэIури Аращ.

(11) Ар уафэхэми щIыми я къэгъэщIакIуэращ. Езым фэ фщыщхэр щхьэгъусэ фхуищIащ, Iэщхэри зэгуэгъуу къигъэщIащ. АбыкIи фегъэбагъуэ. Езым хуэдэ зыри щыIэкъым, Абы псори зэхех, елъагъу!

(12) Уафэхэми щIыми я IункIыбзэIуххэр Езым IэщIэлъщ. Абы зыхуейм и Iыхьэр хуегъэин, зыхуейми хуегъэмащIэ.Ар сытми щыгъуазэщ!

(13) Фэ дину къыфхуэдгъэуващ Нухь зэрыдущияри. Дэ уэ ныпхуедгъэхьари, Iибрахьими, Муси, ГIиси зэрыдущияри: "Диныр къабзэу фIыгъ икIи фызэкIэщIэмыкI!" Тхьэм Iыхьэгъу хуэзыщIхэм я дежкIэ хьэлъэщ уэ ахэр зыхуебджэр! Аллыхьым зыхуейр зэрешалIэ, къэзыгъэзэжри ещтэ.

(14) Ахэр щызэкIэщIэкIар щIэныгъэр къыхуэкIуа нэужьщ, [щызэкIэщIэкIари] я бзэджагъэращ. Нэхъапэм Алыхьым и псалъэкIэ [джаурхэм] я ПIалъэр яхуимыгъэIэпхъуатэмэ, абыхэм я Iуэхур зэфIэкIат. Мыдрейуэ ФIыцIагъэр[534] щIэин зыхуэхъуахэм абы шэч къытрахьэ, ахэр гуитIщхьитIщ.

(15) Апхуэдэу щыхъуакIэ, диным хуеджэ, унафэ пхуэтщIами утемыкIыу тет, я псэми зыдомыгъэш икIи яжеIэ: "Тхылъу Алыхьым къыригъэхьар псори си фIэщ мэхъу. Унафэ къысхуащIащ захуагъэкIэ фи хейри сщIэну. Алыхьыр дэри ди Тхьэщ, фэри фи Тхьэщ.Дэ тщIар дэ къытхуонэж, фэ фщIар къыфхуонэж. Фэрэ дэрэ дякум зэныкъуэкъу дэлъыжкъым. Алыхьым псори дызэхуишэсыжынущ, и пащхьэми псори дихьэжынущ".

(16)Мыдрейуэ,диныр [цIыхум] ящта нэужь,Алыхьым щхьэкIэ зэмыкъуэкъухэм я щхьэусыгъуэр Тхьэм дежкIэ мыгIэнэншэш:абыхэм Тхьэр къатегубжьэнущ,гIэзаб гуащIэри къапэшылъщ!

(17)Алыхьыращ пэжымрэ захуагъэмрэ иту Тхылъыр ныпхуезыгъэхьар. Уэ сыткIэ пщIэн — ПIалъэр къэсагъэнкIи мэхъу!

(18) [Къемэт махуэм] хуэпIащIэр ар зи фIэщ хъухэр абы ирогузавэ,абы фIэкIыпIэ зэримыIэри ящIэ.Еей,а ПIалъэм шэч къытезыхьэхэр икъукIэ гъуэщащ.

(19)Алыхьыр и цIыхухэм яхуэнумахуэщ,зыхуейм ерыскъышхуэ ирет.Аращ лъэщу лъагэр!

(20)Ахърэтым щхьэкIэ [жылэ] зысэну хэтхэм ясар яхуэлгъэбэгъуэнущ.Дуней хьэхум щхьэк1э зысыну хуейхэм ясар къайттыжынущ,ауэ ахърэтым Iыхьэ щаIэжынукъым!

(21)Хьэмэрэ Алыхьым имыдахэр дину къахуэщыгъэува тхьэнэпцIхэм едаIуэу ара ахэр? Нэхъапэм Алыхьым ищIа унафэм[535] нэмыщIамэ,абыхэм я Iуэхур зэфIэкIат.Шэч хэмыльу,щIэпхъэджэхэм гIэзаб гуащIэр къапэшылъщ!

(22) Уэ плъагъунущ щIэпхъэджэхэр ящIам зэрыщIэщтэжыр,абы пэкIуэ гIэзабри къатехуэнущ.Мыдрейуэ Iиман къэзыхьыу фIы зыщIахэр жэнэтым и дахапIэм исынущ.Абыхэм зыхуей псори я Тхьэм деж щагъуэтынущ.Ар сыту тыгъэшхуэ!

(23)Аращ Алыхьым и цIыху Iиман къэзыхьу фIы зыщIэхэр зэригъэгуфIже.ЯжеIэ,[Мухьэмэ]: "Сэ фэ улахуэкIэ сывэлъэIуркъым,сыщIывэлъэIур благъэм пщIэ хуэфщIыну аращ".ФIы зыщIэм Дэ фIы хущIыдгъужынщ.Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, фIыр зымыгъэкIуэдщ.

(24)Хьэмэрэ абыхэм:"[Мухьэмэд] Алыхьым пцIы тырелъхьэ" — жаIэрэ? Ар пэжу щытамэ,Алыхьым уи гур зэIуипIэжынт,икIи Езым и псалъэкIэ пцIыр игъэкIуэдынти пэжыр къигъэнаIуэнт.Абы ещIэ хэт и гум илъри.

(25) Аращ — Езыращ и цIыхухэм я тобэр Iизыхыр,мыщIархъэхэр яхуэзыгъэгъур,фэ фщIэ псомикI щыгъуазэр.

(26) Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэм я лъэIур къахуещIэ,Езым и фIэрафIагъэкIи я псалъэм хегъэхъуэ.Джаурхэм къапэщылъыр гIэзаб гуащIэращ.

(27)Алыхьым и цIыхухэм я ерыскъыр уэру къахуиутIыпщу щытамэ,ахэр дунейм щысэхъунут.АрщхьэкIэ ар абыхэм къазэрыхуиутIыпщыр мардэкIэщ.Ар и цIыхухэм фIыуэ щыгъуазэщ,ецIыху.

(28) Аращ — Езыращ цIыхухэм гугъэр хахыжа нэужь, уэшхыр къыхуезыгъэшхыу гущIэгъуи къахуэщыщIыр.Езыращ телъхьэ нэсыр,щытхъу зыхуэфащэр!

(29)[Алыхьым]и телъыджэхэм ящымыщщ уафэхэмрэ щIымрэ къызэригъэщIари,абы къытриутIыпщхьа псэущхьэхэри.Щыхуейм дежи ахэр Абы иугъуеижыфынущ.

(30)Сыт хуэдэ насыпыншагъэ къыфлъысми,ар фэ къэвлэжьауэ аращ,абы щыщ куэдри Езым къыфхуегъэгъу.

(31)Фэ Ар мы дунейм къыщыфхуэгъэтIасхьэнукъым,Езым нэмыщIи нэгъуэщIтелъхьи дэIэпыкъуэгъуи фиIэкъым.

(32) Езым и телъыджэхэм щыщщ уардэу хым щызекIуэ кхъухьхэр.

(33)Езыр хуеймэ,жьапщэр игъэбэяунщи,[кхъухьхэр] земыкIуэжыфу хым къытринэнщ. Ар нэщэнэщ дэтхэнэ бэшэчу фIыр зэхэзыщIыкIхэм я дежкIэ

(34) Е я гуэныхьым пэкIуэу ахэр игъэкIуэдынщ,ауэ куэд яхуегъэгъу.

(35) Мыдрейуэ Ди Iэятхэм щхьэкIэ ныкъуакъуэхэм иращIа къызэремыплъынур.

(36) Сыт ищIысу фэ къыфлъыса псори дуней хьэхум и тхъэгъуэу аращ.Ауэ Iиман зиIэу зи Тхьэм щыгугъхэм я дежкIэ нэхъыфIыр,нэхъ мыухыжыр Алыхьым и деж [ахърэтым] щагъуэтыжынуращ.

(37) [Iиман зиIэр] гуэныхьышхуэмрэ цIапIагъэмрэ зыщызыхъумэхэращ,зи губжьыр езыкъухыжу зыгъэгъухэращ;

(38) из Тхьэм хуэжыIэщIэу, нэмэзыр зыщIу, унафэ зэдэзыщIу,Дэ етта ерыскъым псапэ хэзыщIыкIхэращ;

(39)сэхъуахэр къащытегуплIэкIэ,зэкъуэувэу япэувэжыфхэращ.

(40) Iейм пэкIуэжыпхъэр езым хуэдиз Iейщ.Ауэ хуэзыгъэгъуу екIужыфым ар псапэу Алыхьым и деж щигъуэтыжынущ.Езым и щIасэкъым щIэпхъаджэхэр.

(41)Лей къызылъысар и щхьэм къыщыжыжамэ,ар бгъэмысэ хъунукъым.

(42)Мысэу къэлъытапхъэр цIыхухэм яхуэщIэпхъаджэу, мыхъун ищIэу,хабзэншэу дунейм тетыращ.Абыхэм гIэзаб гуащIэр къалэжь.

(43)Ауэ зыгуэрым зишыIэфрэ игъэгъумэ,ар, дауикI,лIыгъэм и нэщэнэщ.

(44)Алыхьым игъэгъуэщам нэгъуэщI телъхьэ игъуэтыжынукъым.ИкIи уэ уи нэгу щIэкIынущ джаурхэр гIэзабым Iуплъа нэужь:"Еууей,зэрыдгъэзэжын гъуэгу щымыIэу пIэрэ?" — зэрыжаIэнур


 

(45) Уэ плъагъунущ,ахэр мафIэм щырашалIэкIэ,къылъыса пудыгъэм я щхьэр къыфIигъэхуарэ я напIэр къахуэмыIэту.Абдежым Iиман зиIэхэм жаIэнущ:"Унэхъуар Къемэт махуэм зи щхьэмрэ зи Iыхьлыхэмрэ хэзыгъэкIуэдаращ".Еей,щIэпхъаджэхэм я гIэзабыр мыухыжщ!

(46) Абыхэм нэгъуэщI дэIэпыкъуэгъу ягъуэтыжынукъым,Алыхьым нэмыщI.Алыхьым игъэгъуэщам гъуэгу игъуэтыжынукъым.

(47)Фи Тхьэм фыхуэжыIэщIэ,фIэкIыпIэ зимыIэ Махуэр къэсын ипэкIэ.А махуэм фэ зыгъэпщкIупIи вгъуэтыжынукъым,[фи гуэныхьхэри] фхуэбзыщIынукъым.

(48)Ауэ я щIыб къагъазэмэ,Дэ уэ абыхэм плъыру уахуэдгъэкIуакъым.Уэ уи къалэныр[Ди псалъэр] ялъэбгъэIэсын къудейщ.Дэ цIыхум фIы щыхуэтщIэкIэ,ар абы щогуфIыкI;ауэ езым къилэжьыжа ер къыщылъэIэскIэ,[япэм] хуэтщIа фIыр щогъупщэж.

(49)Алыхьым уафэхэри щIыри IэщIэлъщ.Езым зыхуейр къегъэщI: зыхуейм бзылъхугъэ къырет,зыхуейм хъулъхугъэ къырет.

(50) Е хъулъхугъэри бзылъхугъэри зэгъусэу къарет,ауэ зыхуейри мылъхуэ ещI.Езыращ
псори зыщIэр,псори зылъэкIыр.

(51)ЗэикI къэхъуакъым Алыхьыр и щхьэкIэ цIыхум къапсалъэу,е уэхьийкIэ фIэкIа,е нэрымылъагъуу фIэкIа,е лIыкIуэ (мелыIыч) къигъакIуэурэ Езыр зыхуейр уэхьий къыхуищIыжу фIэкIа.Ар лъагэщ,Iущщ!

(52) Ещхьыркъабзэу Дэ КъурIэныр уэ [ЖэбрэIил] ныпхуедгъэхьащ уэ пщIэуэ щытакъым ФIыцIагъэри Iиманри,ауэ Дэ ар нур тщIащ,Ди цIыхухэм ящыщу дызыхуейр иридузэщIыну.ИкIи уэ,[Мухьэммэд],ахэр гъуэгу захуэм тыбошэ,

(53) уафэхэри щIыри зыIэщIэлъ Алыхьым и гъуэгум.Еей,Алыхьыращ Iуэху псори зэкIуэлIэжыр!



Поделиться с друзьями:

Типы сооружений для обработки осадков: Септиками называются сооружения, в которых одновременно происходят осветление сточной жидкости...

История развития пистолетов-пулеметов: Предпосылкой для возникновения пистолетов-пулеметов послужила давняя тенденция тяготения винтовок...

Кормораздатчик мобильный электрифицированный: схема и процесс работы устройства...

Своеобразие русской архитектуры: Основной материал – дерево – быстрота постройки, но недолговечность и необходимость деления...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.051 с.