Сурэ 32. Щхьэгъэтiылъыр (iэссэждэ) — КиберПедия 

Своеобразие русской архитектуры: Основной материал – дерево – быстрота постройки, но недолговечность и необходимость деления...

Семя – орган полового размножения и расселения растений: наружи у семян имеется плотный покров – кожура...

Сурэ 32. Щхьэгъэтiылъыр (iэссэждэ)

2018-01-03 254
Сурэ 32. Щхьэгъэтiылъыр (iэссэждэ) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Iэлиф, лаам, миим.

(2) Не-ха Тхылъыр къызыбгъэдэкIар дунейхэм Тхьэращ, абы шэч хэлъкъым.

(3) Хьэмэрэ: "Ар езым къигупсысащ!" — жаIэрэ? Хьэуэ! Ар уи Тхьэм къыбгъэдэкIа пэжщ, уяпэкIэ узэщIакIуэ зыхуэмыкIуа жылэр бузэщIын щхьэкIэ: хэт ищIэрэ, ахэр гъуэгу захуэм техьэнкIи мэхъу.

(4) Алыхьыращ уафэхэри щIылъэри махуихым къэзыгъэщIу ГIэршми тепщэ хуэхъужар. Абы нэмыщI зыри телъхьи фхуэхъунукъым икIи къыфщыжынукъым. Щхьэ фызэщIэмыгупсысыжрэ?

(5) Абы щIым и унафэр уафэм щещIри кърегъэх, итIанэ фэ фи бжэкIэмкIэ[472] илъэс мин хъу махуэ гуэрым ар абы докIуеиж.

(6) Аращ щэхури нахуэри зыщIэр. Аращ лъэщри, гущIэгъущIри.

(7) Езыращ къигъэщIа псори нэгъэсауэ къэзыгъэщIар. ЦIыхум и къэгъэщIыныр ятIэмкIэ къиублэри,

(8) итIанэ абы и щIэблэр нэпсырым къыхэхъукI ищIащ,

(9) итIанэ, ар нэгъэса щыхъум, епщэри Езым и псэм щыщ хигъэхьащ. ИтIанэ зэхэфхи, флъагъуи, зэхэфщIыкIи фищIащ. ИтIани нэсу фIыщIэ хуэфщIыркъым!

(10) Абыхэм жаIащ: "Дэ щIым дыхэкIуэдэжа нэужь, щIэрыщIэу дыкъэхъужыну?" Ае, ауэ абыхэм я фIэщ хъуркъым я Тхьэм зэрыIущIэжынур.

(11) ЯжеIэ: "Ар къалэн зыщащIа псэхэхым фи псэр хихынурэ, итIанэ фи Тхьэм и пащхьэм фырашэжынущ".

(12) Плъэгъуащэрэт а гуэныхьыщIэхэр, я щхьэр къыфIэхуауэ, я Тхьэм и пащхьэ зэриувэнур: "Уэ ди Тхьэ! Дэ тлъэгъуащ икIи зэхэтхащ, — жаIэу, — [дунейм] дыгъэгъэзэж, дэ фIы тщIэн щхьэкIэ, пэжыр ди фIэщ хъуащ иджы".

(13) Дэ дыхуеямэ дэтхэнэ псэри дузэщIынт, ауэ Си псалъэр зэщIэнущ: "Сэ Жыхьэнмэр жинрэ цIыхукIэ згъэнщIынущ".

(14) ВгъэныщкIу, [Къемэт] махуэр зэрыфщыгъупщам къырикIуар! Дэри фытщыгъупщэжащ иджы. ВгъэныщкIу, фэ фщIам къыпэкIуа гIэзаб мыухыжыр!

(15) Ди Iэятхэр зи фIэщ хъухэр, [Iэятхэр] ягу къыщагъэкIкIэ, зи щхьэр зыгъэтIылъу зи Тхьэр зыгъэлъапIэхэращ. Абыхэм загъэпагэркъым*.

(16) Ахэр я пIэм хэзагъэркъым: я Тхьэм щышынэу, щыгугъыу йолъэIу, икIи Дэ ятта ерыскъым фIы хащIыкI.

(17) Зыми ищIэркъым ящIам къыпэкIуэу абыхэм къыпагъаплъэ тхъэжыгъуэр.

(18) АтIэ Iиман зиIар хуэдэ фасикъым? – Ахэр зэхуэдэкъым.

(19) Мыдрей Iиман къэзыхьу фIызыщIахэр Жэнэтым ягъэкIуэнурэ, я псапэм къыпэкIуэу, щагъэфIэнущ.

(20) Адрей фасикъхэм хэщIапIэ яхуэхъунур мафIэращ. Ахэр, абы къыхэкIыжыну щыхуежьэкIэ, ирагъэгъэзэжурэ, жыраIэнущ: "ВгъэныщкIу иджы фэ пцIыуэ флъыта Жыхьэнмэм и гIэзабыр!"

*Сэждэ

(21) Дэ абыхэм едгъэгъэныщк1унущ г1эзаб иным ипэ къихуэу дуней хьэхум и г1эзабри, — къагъэзэжынк1и мэхъу!

(22) И Тхьэм и 1эятхэр игу къыщагъэк1ыжк1э [1эятхэм] зи щ1ыб хуэзыгъазэм нэхърэ хэт нэхъ къуаншэр? Дэ щ1эпхъаджэхэр я гуэныхьым пыдогъэуджэж.

(23) Дэ нэхъапэм Муса Тхылъыр къыхуедгъэхащ – уэри шэч къытомыхьэ мыбы (Къур1эным) узэры1ущ1энум! – ик1и ар (Тауратыр) 1исра1ил и щ1эблэм гъуазэ яхуэтщ1ащ.

(24) Дэ бэшэчрэ жыIэдаIуэу щытхэр абыхэм гъуазэ яхуэтщIащ, цIыхухэр яузэщIын щхьэкIэ. Абыхэм Ди Iэятхэр я фIэщ хъурт.

(25) Къемэт махуэм уи Тхьэм яхузэхихунущ ахэр щIызэгурымыIуэу щытар.

(26) АтIэ Дэ нэхъапэм дгъэкIуэда щIэблэ къомым къигъэушакъэ ахэр? Ахэр абыхэм я лъапсэм щызокIуэ, ар нэщэнэщ. Щхьэ зэхамыхрэ я (хъыбархэр)?

(27) Абыхэм ялъагъуркъэ Дэ уэшхыр дгъакIуэу, щIы гъущIам тедгъашхэу, гъавэр къызэрыдгъэкIыр? Абы щыщ я Iэщхэми езыхэми яшх. Ар къагурымыIуэу ара?

(28) [Джаурхэм] жаIэ: "ХеищIэ Махуэм джаурхэм Iиман къахьыжми ар къащхьэпэжынукъым, пIалъи къыратынукъым".

(30) Ахэр къэгъани уэ пэплъэ, езыхэри поплъэ!


СУРЭ 33. [ДЖАУР] ГУПХЭР (IЭЛ-IЭХЬЗАБ)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Уэ бегъымбар! Алыхьым фIэлIыкIи джаурхэмрэ напитIхэмрэ уаймыдаIуэ. Алыхьыр псоми щыгъуазэщ, Iущщ!

(2) Уи Тхьэм къыпхуигъакIуэ уэхьийм ирилажьэ, Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэм.

(3) Алыхьым щыгугъ! Алыхьыр гугъапIэ щыпкъэщ.

(4) Алыхьым цIыхум и бгъэм гуитI ирилъхьакъым; фи щIыб зыхуэвгъэзэжа[473] фи фызхэри анэ фхуищIакъым; фэ фпIыжахэри бын фхуищIакъым. Ахэр псалъэ гъущэ къудейщ. Пэжыр жызыIэр Алыхьыращ, гъуэгу захуэм утезышэри Езыращ.

(5) [ФпIыжахэм] я адэхэм я цIэр къахуэвгъанэ, ар Алыхьым и пащхьэм щынэхъ захуэщ; ауэ я адэхэр фымыщIэмэ, ахэр фи динымкIэ фи къуэшщ, фи благъэщ. Фэ фыщыуамэ, гуэныхь фиIэкъым, ауэ фщIэуэ, хъуэгъэщагъэкIэ, [и цIэр] зэфхъуэкIамэ, ар гуэныхьщ. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!

(6) МыIуминхэр зэрызэпэгъунэгъум нэхърэ я бегъымбарыр нэхъ я пэгъунэгъущ, абы и щхьэгъусэхэри я анэщ. ЗэIыхьлыхэр, Алыхьым и ТхылъымкIэ, нэхъ зэпэгъунэгъущ мыIуминхэмрэ мухьэжырхэмрэ зэрызэпэгъунэгъум нэхърэ. Ауэ фэ фIы фщIэнумэ фыхуитыжщ. Ар [Алыхьым] и Тхылъым итщ.

(7) Дэ бегъымбархэм псалъэ къайIытхащ – уэри, Нухьи, Iибрахьими, Муси, Мэрям и къуэ ГIиси.Дэ абыхэм къеIытхар псалъэ быдэщ,

(8) пэжхэм (лIыкIуэхэм) я пэжыгъэмкIэ Езыр яупщIыжын щхьэкIэ. Мыдрей джаурхэм гIэзаб гуащIэр къахуигъэхьэзыращ.

(9) Уэ Iиман зиIэхэ! Фигу къэвгъэкIыж Алыхьым и фIыщIэр: фэ дзэр къыщыфтеуам щыгъуэ жьапщэрэ нэрымылъагъу дзэрэ ныфхуэдгъэкIуащ, [фыкъахъумэн щхьэкIэ]. Алыхьым елъагъу фэ фщIэр.

(10) Ахэр фэ ипщэкIи ищхъэрэкIи къыщыфтеуэм, фи нэр къыщхьэрипхъуащ, фигури къилъэт пэтащ, Алыхьми гурыщхъуэ хуэфщIыжащ.

(11) Абдежым мыIуминхэр дгъэунэхуащ, икIи лъэщу дгъэзджызджащ.

(12) НапитIхэмрэ гурыщхъуэ зыщIахэмрэ жаIащ: "Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ дыкъызэрагъэгугъар пцIыуэ къыщIэкIащ".

(13) Абыхэм ящыщ гупым жаIащ: "Уэ ясрибдэсхэ[474], мыбдежым фи Iуэху щыIэкъым фыкIуэж" НэгъуэщI гупи бегъымбарым елъэIуащ: "Ди унэхэр пцIанэу къэнащи[475] [дыутIыпщыж]". Ауэ пцIанэу къэнатэкъым, езыхэр щIэпхъуэжыну арат.

(14) [Бийр] дэнэ лъэныкъуэкIи къалэм къыдэхьэрэ, фи диныр фыутIыпщ къыжраIэмэ, яутIыпщынут куэдрэ мычэнджащэу.

(15) Нэхъапэм абыхэм Алыхьым псалъэ иратат, биIм я щIыб хуамыгъэзэну. А псалъэ иратамкIэ Алыхьыр къайупщIыжынущ.

(16) ЯжеIэ: "УщIэпхъуэжкIэ улIэни уаукIыни къэнэнукъым, абы щыгъуэми дунейм фызэрыщытхъэнур мащIэ дыдэщ".

(17) ЯжеIэ: "Алыхьым зэран къывигъэкIыну е гущIэгъу къыфхуищIыну хуеймэ, хэт ар зэпигъэуфын?" Алыхьым нэмыщI абыхэм телъхьи дэIэпыкъуэгъуи ягъуэтыжынукъым.

(18) Алыхьым ецIыху фэ фщыщу [зауэным] фытезымыгъэгушхуэри, "Ди деж къэвгъэзэж", — жаIэу я къуэшхэм еджэхэри. Абыхэм ящыщу зауэм Iухьэр закъуэтIакъуэщ.

(19) фи телъхьэкъыми, Шынагъуэр къащыщIэзэрыхькIэ, лIэныгъэм игъэгузэвам худэу, я нэр къижу къоплъ. Шынагъуэр ящхьэщыкIа нэужь, къуентхъым щIэнэцIурэ,псалъэ дыджкIэ къыфкIуэцIотIыхь. Абыхэм Iиман къахьатэкъыми я Iуэхур Алыхьым пхригъэхуащ. Ар Алыхьым дежкIэ гугъукъым!


 

(20) Абыхэм ягугъэщ [джаур] гупхэр IумыкIыжауэ. [Джаур] гупхэм аруэру къагъэзэжмэ, ахэр хуеинут гIэрып Iэпхъуэшапхъуэхэм яхэхьэжу фи хъыбарым жыжьэу къыщыщIэупщIэнхэу. Ахэр фэ къыфхэтами мащIэт къызэрывдэзауэнур.

(21) Фящыщу, Алыхьымрэ Къемэт махуэмрэ (гущIэгъум) щыгугъыу, Алыхьым и цIэр куэдрэ къизыIуэхэм я дежкIэ Алыхьым и лIыкIуэр щапхъэ дэгъуэщ,

(22) Iиман зиIэхэм [джаур] гупхэр щалъагъум жаIащ:"Мыр Алыхьымрэ Абы и лIыкIуэмрэ зи гугъу къытхуащIаращ. Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ жаIар пэжт!" Абы [мыIуминхэм] я Iиманымрэ я дэIуэныгъэмрэ игъэбэгъуащ.

(23) Iиман къэзыхьахэм яхэтщ Алыхьым ирата псалъэр зыгъэпэжахэр. Абыхэми яхэтщ зи гъащIэр зыухаи, зи гъащIэр нэблэгъаи; абыхэм зэикI захъуэжакъым,

(24) пэжу щытахэм я пэжыгъэм пэкIуэр Алыхьым къаритыжын, Езыр хуеймэ, напитIхэм гIэзаб къатрилъхьэн е къахуигъэгъун щхьэкIэ. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ,гущIэгъущIщ!

(25) Алыхьым джаурхэм яригъэгъэзэжащ, [къуентхъым ипIэкIэ]я губжьыр зыдахьыу, Iиман къэзыхьахэри зауэм щихъумащ. Алыхьыр лъэщщ,лъапIэщ!

(26) ФIыцIагъэ къызыхуэкIуа жылэхэм ящыщу [джаур гупым] ядэIэпыкъуахэр я быдапIэм къыдишщ,ягухэм шынагъуэр къырилъхьэри языныкъуэр[476] зэтевукIащ,языныкъуэри гъэр фщIащ.

(27) Фэ абыхэм ящIхэри, я унэхэри, я мылъкури, фызытемыува я щIыналъэхэри щIэину къыфхуигъэнащ. Алыхьым сытри хузэфIокI!

(28) Уэ бегъымбар, уи щхьэгъусэхэм яжеIэ: "Дуней хьэхумрэ абы и дахэмрэ фыхуеймэ, фыкъакIуэ: сэ къыфлъысыр фэстынщи,дахэкIэ дызэпыкIынщ.

(29) Ауэ Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ ахърэтымрэ къыхэфхмэ фIы зыщIэхэм Алыхьым къахуигъэхьэзыращ тыгъэ ин.

(30) Уэ бегъымбарым и щхьэгъусэхэ! Фящыщу хьэрэм зыщIэм гIэзаб тIуащIэр къытехуэнущ. Ар Алыхьым дежкIэ гугъукъым!

(31) Фящыщу, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ едаIуэу фIы зыщIэм, и псапэр тIуащIэу къеттынущ, ерыскъыфIри (жэнэтри) къыхуэдгъэхьэзыращ.

(32) Уэ бегъымбарым и щхьэгъусэхэ! Фэ адрей бзылъхугъэхэм фахуэдэкъым. Тхьэм фыфIэлIыкIмэ, [хамэм] фахуэмыбзэрабзэ, цIыху хьэрэмхэм къывамыкун щхьэкIэ, намысыфIэуи фыпсалъэ.

(33) Фи унэхэм физагъэ, жэхьил зэманым зэрызапхъэхыу щытам хуэдэуи зывмыпхъэх, нэмэзыр фщIы, сэджытыр хэфтыкI, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фахуэжыIэщIэ. Алыхьыр хуейщ [бегъымбарым] и бынунагъуэр фIейм фыщихъумэну, икIи фигъэкъабзэну.

(34) Алыхьым и Iэятхэм щыщу фи унэм щагъэIухэмрэ диным и хабзэмрэ зэвгъащIэ. Алыхьыр гумахуэщ, сытми щыгъуазэщ!»

(35) ЦIыхухъуми бзылъхугъэми муслъымэнхэм, Iиман зиIэхэм, жыIэдэIуэхэм, пэжхэм, бэшэчхэм, Тхьэм фIэлIыкIхэм, сэджыт зытхэм, нэщI зыIыгъхэм, зинэ зымыщIэхэм, Алыхьым и цIэр куэдрэ къизыIуэхэм – абыхэм Алыхьым къахуигъэхьэзыращ гъэгъуныгъэмрэ тыгъэ инымрэ (жэнэтымрэ)!

(36) ЦIыхухъум и бзылъхугъэми – Iиман зиIэхэм хуэдэ яIэжкъым, Iуэхур Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ яуха нэужь. Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ емыдаIуэр икъукIэ гъуэщащ.

(37) Мис, [Мухьэммэд], Алыхьым фIы зыхуищIам, уэри фIы зыхуэпщIам жепIэгъат: «Алыхьым фIэлIыкIи уи фызыр йомыгъэкIыж!» Уэ цIыхухэм уафIэлIыкIри Алыхьым къигъэнаIуэнур уи гум щыбгъэпщкIуат, ауэ Алыхьырат нэхъ узыфIэлIыкIын хуеяр. Зейд иригъэкIыжа нэужь, ар (Зейнэб) уэ къодгъэшэжащ, я къанхэм ирагъэкIыжа фызхэ Iиман зиIэхэм къашэжыну хуитын щхьэкIэ. Алыхьым и унафэр мэзащIэ!

(38) Алыхьым къыхуищIа унафэм бегъымбарыр теукIытыхьын хуейкъым: ар пасарейхэм Алыхьым къарита хабзэт. Ар Алыхьым и пасэрей фIэкIыпIыншэ ухыгъэт

(39) [ар зыхуэгъэзар] Алыхьым и ФIыцIагъэр цIыхум ялъэзыгъэIэсу, Езым фIэлIыкIу, Алыхьым фIэкIа зыми фIэмылIыкIхэращ. Алыхьыр къэпщытакIуэ ирокъу!

(40) Мухьэммэд фэ фщыщ лIы гуэрми и адэу щытакъым, ар Алыхьым и лIыкIуэт, икIи яужьрей бегъымбарт. Алыхьыр сытми щыгъуазэщ!

(41) Уэ Iиман зиIэхэ! Алыхьым и цIэр куэдрэ къифIуэ,

(42) пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми вгъэлъапIэ!

(43) Езым и нэфIкIэ, мелыIычхэм я лъэIукIэ кIыфIым фыкъыхешри нэхум фыхешэ, — Ар Iиман зиIэхэмкIэ гущIэгъущIщ!

(44) Ахэр Езым и пащхьэ щихьэжыну Махуэм фIэхъусу къарихынур сэламщ, тыгъэ лъапIэри къахуигъэхьэзыращ.

(45) Уэ бегъымбар! Дэ уэ уахуэдгъэкIуащ щыхьэт уахуэхъуну, [даIуэр] бгъэгуфIэну, [мыдаIуэм] уеущиену,

(46) Алыхьым и IизынкIэ цIыхур диным хуебджэну, нуру уахуэблэну.

(47) Iиман зиIэхэр гъэгуфIэ Алыхьым къапигъаплъэ фIыгъуэшхуэмкIэ.

(48) Джаурхэмрэ напитIхэмрэ уахуэмыжыIэщIэ, абыхэм уи жагъуэ къызэращIыр зыфIомыгъэIуэхуу Алыхьым щыгугъ! Алыхьыр гугъапIэ щыпкъэщ.

(49) Уэ Iиман зиIэхэ! Фэ Iиман зиIэ къэфшауэ, фемыIуса щIыкIэ ивгъэкIыжмэ, гIиддэ[477] ятефлъхьэ хъунукъым, ялъысыр ефти дахэкIэ фапыкI.

(50) Уэ бегъымбар! Щхьэгъусэ пщIыну хьэлэл пхуэтщIащ нэчыхь уасэ зыщIэптахэр, Алыхьым къуитахэр, уи адэкъуэшхэм япхъухэр, уи адэшыпхъухэм япхъухэр, уи анэдэлъхухэм япхъухэр, уи анэшыпхъухэм япхъухэу уи гъусэу хьэжрэт зыщIахэр; икIи, уэ ухуеймэ къэпшэну ухуитщ нэчыхьуасэншэу зыкъозыта мыIумин бзылъхугъэр. Ар зи хуитыныгъэр бегъымбарым и закъуэщ. Уэ къыптемыхьэлъэн щхьэкIэ, Дэ къэдгъэнаIуащ мыIуминхэм я фызхэмрэ гъэру къахьахэмрэ я хьэкъыу къатехуэр. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!

(51) Уи щхьэгъусэхэм ящыщу узыхуэмейр IубогъэкIуэтри узыхуейр зыбошалIэ[478]. IубгъэкIуэтахэм ящыщ зэпшэлIэжкIи гуэныхь уиIэкъым. Ар щIэщыгъуэ уащыхъун, гукъеуэ ямыIэн, яхуэпщIэмкIи аразы хъун щхьэкIэщ. Алыхьым ещIэ фигум илъыр. Алыхьыр псоми щыгъуазэщ, тэмакъкIыхьщ!

(52) Мыбы иужькIэ уэ нэгъуэщI бзылъхугъэ къэпшэну ухуиткъым, удихьэхауэ щытми; гъэру къэпхьахэм нэмыщI, адрей щхьэгъусэхэм ящыщи ибгъэкIыж хъунукъым. Алыхьыр псоми кIэлъоплъ!

(53) Уэ Iиман зиIэхэ! Бегъымбарым и унэ фимыхьэ, фигъэшхэну фыримыгъэблэгъамэ; пIалъэр къэмысуи фимыхьэ. Ауэ фыригъэблэгъамэ фихьэ, шхэн щывухкIи фызэбгырыкIыж уэршэрым зыдевмыгъэхьэхыу. Арыншамэ бегъымбарыр гугъу ивогъэхь, къывжиIэнкIи мэукIытэ, ауэ Алыхьым пэжыр жиIэну укIытэркъым. [И щхьэгъусэхэм] зыгуэркIэ фелъэIумэ, Iупхъуэр фи зэхуакуу фепсалъэ, ар нэхъ къабзэщ фэ фигухэмкIи абыхэм ягухэмкIи. Алыхьым и лIыкIуэм и жагъуэ фщIыну къезэгъыркъым, езыр дунейм ехыжа нэужькIи и щхьэгъусэхэм ящыщ къэфшэж хъунукъым. Ар Алыхьым и пащхьэм щыгуэныхьышхуэщ.

(54) Фэ сыт ищIыс къэвгъэнаIуэми е вгъэпщкIуми, — Алыхьыр сытми щыгъуазэщ.

(55) [Бзылъхугъэхэм] я адэхэм, якъуэхэм, я дэлъхухэм, дэлъхухэм якъуэхэм, шыпхъухэм якъуэхэм, абыхэм я щхьэгъусэхэм, я унэIутхэм я пащхьэм зыщапхъэхыным гуэныхь пылъкъым, Алыхьым фыфIэлIыкI! Алыхьыр сыт ищIысми и щыхьэтщ.

(56) Алыхьым и нэфIыр бегъымбарым къыщыхуащ, мелыIычхэри къыхуолъаIуэ. Уэ Iиман зиIэхэ, [бегъымбарым] фыхуэлъаIуэ, гурэ псэкIи сэлам ефх.

(57) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ къемызэгъ яхужызыIэхэм дуней хьэхум Алыхьым и нэлатыр къащытохуэ, ахърэтми зыгъэпуд гIэзабыр къащыпоплъэ.

(58) ЯмыщIа кIэрилъхьэу Iиман зиIэ цIыхухъумрэ бзылъхугъэмрэ зыгъэпудыр пцIыупс мэхъури, гуэныхьышхуэ къелэжь.

(59) Уэ бегъымбар, яжеIэ уи щхьэгъусэхэм, уипхъухэм, Iиман зиIэхэм я щхьэгъусэхэм джанэхэр нэхъ быхъу ящIыну. Ар нэхъыфIщ, [зэрыкъабзэр] къагъэнаIуэу захъумэжынымкIэ. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!

(60) НапитIхэмрэ зигум бзаджэ илъхэмрэ Мэдинэ пцIы щызезыхьэхэмрэ, мыбэяумэ, уайдутIыпщынщи ахэр куэдрэ уи гъунэгъужынкъым

(61) абыхэм нэлат ятелъщ. Дэнэ къыщагъуэтми яубыдынурэ яукIынущ,

(62) ипэрей [бзаджащIэхэм] щхьэкIэ Алыхьым къигъэува хабзэм тету. Алыхьым и хабзэм зэхъуэкI иIэкъым!

(63) Къемэт махуэр къыщысынумкIэ цIыхухэр къоупщIри яжеIэ: «Ар зыщIэр Алыхьыращ!» Хэт ищIэрэ ар къэсагъэнкIи мэхъу!

(64) Алыхьым джаурхэм нэлат ярихащ, жыхьэнмэри къахуигъэплъащ,

(65) ИгащIэкIэ абы хигъэсыну! Абыхэм къезыгъэлыни къадэIэпыкъуни ягъуэтыжынукъым.

(66) Я нэкIухэр зэрагъэдзэкIыу мафIэм здыхэлъым абыхэм жаIэнущ: «Уэ бетэмал, лIыкIуэм дедаIуэу Алыхьым дыхуэжыIэщIамэ аратэкъэ!» (67) ИтIани жаIэнущ: «Уэ ди Тхьэ! Ди зиусхьэнхэмрэ ди лIэкъуэлIэшхэмрэ дедаIуэри дагъэгъуэщащ».

(68) «Уэ ди Тхьэ, абыхэм гIэзаб тIуащIэр ятелъхьи нэлат инри ях!»


 

(69) Уэ Iиман зиIэхэ, Муса и жагъуэ зыщIахэм ящхь фымыхъу! Алыхьым ар хуэхей ищIащ къыхужаIам[479], абы Алыхьым пщIэ къыхуищIащ.

(70) Уэ Iиман зиIэхэ! Алыхьым фыфIэлIыкIи пэж фIэкIа жывмыIэ

(71) фи Iэхухэр иузэщIынщи фи гуэныхьхэри къыфхуигъэгъунщ. Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ яхуэжыIэщIэр икъукIэ ехъулIащ.

(72) Дэ уафэхэми, щIыми, къуршхэми анэмэтыр къащеттым, шынэри къащтэн ядакъым. Ар къэзыщтар цIыхуращ – ар залымт, жэхьилти аращ[480]

(73) Алыхьым напитIхэм, Тхьэм Iыхьэгъу хузыщIхэм гIэзаб ятрилъхьэу Iиман къэзыхьхэм я тобэр яIихын щхьэкIэ. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!


СУРЭ 34. СЭБЭI [481].

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Уафэхэри щIылъэри зыIэщIэлъ Алыхьыращ щытхъур зыхуэфащэр; ахърэтымкIи щытхъур зыхуэфащэр Езыращ. Ар Iущщ, псори зыщIэщ!

(2) Абы ещIэ щIым хыхьэри къыхэкIри; уафэм къехри дэкIуейри. Ар гущIэгъущIщ, гуэныхьгъэгъущ!

(3) Iиманыншэхэм: «Къемэт махуэр къэсынукъым!» - жаIэ. ЯжеIэ: «Къэсынущ! Ущэхуар зыщIэ си Тхьэм и цIэкIэ соIуэ, къэсынукIэ!» Уафэхэми щIылъэми Езым щыгъэпщкIуа щыхъунукъым зы налъи, нэхъ цIыкIуи, нэхъ ини, - Тхылъ наIуэм имыт щыIэкъым.

(4) [Къэсынущ], Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэм къалэжьа псапэр яритыжын щхьэкIэ, абыхэм я гуэныхьыр яхуигъэгъунурэ фIыгъуэ лъапIэри (жэнэтри) къалъигъэсынущ.

(5) Мыдрейуэ, Ди Iэятхэр ягъэпудыну хущIэкъуахэм гIэзаб гугъур къатехуэнущ.

(6) ЩIэныгъэ зыратахэм къагуроIуэ уи Тхьэм къыбгъэдэкIыу уэ къыпхуехар зэрыщыпкъэр, ЛъапIэу Лъэщым и гъуэгум узэрытришэр.

(7) Iиманыншэхэм жаIэ: «Феплъыт, фэ фылIэу фыхэкIуэдэжа нэужь, щIэрыщIэу фыкъагъэщIэжыну жызыIэм!

(8) Абы Алыхьым пцIы трилъхьэу ара, хьэмэрэ зэкIуэкIауэ ара?» Аращ, ахърэтыр зи фIэщ мыхъуахэр икъукIэ гъуэщащи гIэзабыр къатехуэнущ!

(9) АтIэ абыхэм ялъагъуркъэ уафэхэмрэ щIымрэ щыщу я гупэм къитри я щIыбым къыдэтри? Дэ дыхуеймэ, ахэр щIым кIуэцIрыдгъэхунщ, е уафэм къедгъэхуэхынщи я [гIэзаб] Iыхьэр къатедгъэхуэнщ. Ар телъыджэщ тобэ къэзыхьыжыну зи мурад дэтхэнэ цIыхум дежкIи.

(10) Дэ Даут фIыгъуэ куэд къылъыдгъэсащ: «Уэ къуршхэ, уэ бзухэ! Фэри, мыбы щIыгъуу, [Алыхьыр] вгъэлъапIэ», — [жытIэри]. Дэ абы гъущIыр IурыщIэ хуэтщIри [жетIащ]:

(11) «Афэ джанэр тхьэгъу зэхуэдэзэгъэкIуауэ зэфIэхъэ! ФIыи фщIэ, фэ фщIэр Сэ солъагъу».

(12) Сулимэн жьапщэр [IурыщIэ хуэтщIащ], мазэ гъуэгур и шэджэгъуакIуэу, мазэ гъуэгур и пщыхьэщхьакIуэу. Дэ абы гъуаплъэ ткIуар щIым къыхущIэдгъэжащ. Жинхэми яхэтащ, Алыхьым и IизынкIэ, абы хуэпщылI. Абыхэм ящыщу Ди Iизыным ебакъуэм Дэ мафIэм и гIэзабыр едгъэгъэныщкIунущ.

(13) [Жинхэм] ар зыхуейр хуащIырт — тхьэлъэIупIэри, сурэт гъэпсахэри, чей хуэдиз фалъэхэри, лэгъуп гъэувахэри. Уэ Даут и лъэпкъ, ар фIыщIэ фщIы! Ауэ Ди пщылIхэм ящыщу ар зэхэзыщIыкIыр мащIэщ.

(14) [Сулимэн] щыдгъэлIам ар зэрылIар и башыр зышха хьэпIацIэм фIэкIа зыми къыхуэгъэнэIуакъым. Ар укIурия нэужь, жинхэм къагурыIуащ, къэхъункъэщIэныр ящIэу щытамэ, зыгъэпуд гIэзабым IэщIэкIыфыну зэрыщытар.

(15) СэбэIхэм я псэупIэр езыхэм я дежкIэ нэщэнэт: ижьрабгъумкIи жэнэтт, сэмэгурабгъумкIи жэнэтт. [ЯжетIащ]: «Фи Тхьэм къывита шхыныр фшхы, Езыми фIыщIэ хуэфщI! Фи хэкури дэгъуэщ, фи Тхьэри гуэныхьгъэгъущ!»

(16) Ар щамыдэм, псыдзэр къатедгъауэри, я жэнэтитIыр жыг хадитI тщIыжащ – зыкъомым къапыкIэр дыджу, зыкъомым къапыкIэр мащIэу, адрейхэм къапыкIэр пшхы мыхъуу.

(17) АбыкIэ ахэр пэдгъэуджэжащ зэрыIиманыншэхэм. Дэ джаурхэм нэмыщI нэгъуэщIым апхуэдэ ятщIэрэ?

(18) Дэ абыхэмрэ Ди нэфI зыщыхуа жылэхэмрэ[482] якум нэрылъагъуу къуажэхэр дэдгъэтIысхьащ, гъуэгуи яхуэтщIащ: «Жэщми махуэми фыщызекIуэ фымышынэу», — [яжетIэри].

(19) Абыхэм жаIащ: «Уэ ди Тхьэ! Ди къуажэхэр зэпэжыжьэ щIы». АрдыдэмкIи лей зырахыжащ: Дэ ахэр [дунейм] теткъухьри [цIыхум] хъыбару къахуэдгъэнащ. Ар дэтхэнэ бэшэчми, зэхэзыщIыкIми я дежкIэ нэщэнэщ.

(20) Iиблис и гухэлъыр абыхэм къагъэпэжащ, Iиман зиIэ тIэкIум фIэкIа къэмынэу, адрейхэр кIэлъежьащ.

(21) [Iиблис] абыхэм япэлъэщынутэкъым, [ахърэтыр я фIэщ хъууэ щытамэ], ауэ абы зэхигъэкIащ ахърэтыр зи фIэщ хъухэмрэ шэч къытезыхьэхэмрэ. Уи Тхьэр псоми я плъырщ.

(22) ЯжеIэ: «ФайлъэIу иджы Алыхьым ипIэкIэ фэ къэвгупсысахэм!» Абыхэм уафэхэми щIыми налъэ хуэдиз щаIэкъым, [абы и къэгъэщIынми] хэIэбакъым, Тхьэм дэIэпыкъуэгъу хуэхъуни яхэткъым.

(23) Езым Iизын зыритам нэмыщI, Абы и пащхьэ зыри къыщыпщхьэщыжыфынукъым. Абыхэм ягум шынэр щикIуэдыжкIэ, щIэупщIэнущ: «Сыт Фи Тхьэм жиIар?» - жаIэнурэ. [МелыIычхэм] къыжраIэнущ: «Пэжыращ! Аращ лъапIэу лъэщыр!»

(24) ЯупщI: «Хэт уафэхэми щIылъэми къыхэкIыу шхын къывэзытыр?» ЯжеIэ: «Алыхьыращ!» Фэрэ дэрэ дязыхэзыр е гъуэгу захуэм тетщ, е гъуэщащ.

(25) ЯжеIэ: «Дэ щIэпхъэджагъэ тщIамэ, ар фэ фагъэпшынынукъым; фэ фщIари дэ къыттралъхьэнукъым».

(26) ЯжеIэ: «Ди Тхьэм дызэхуишэсынурэ, пэжкIэ ди хейр ищIэнущ, сытри зыщIэр!»

(27) ЯжеIэ: «Сывгъэлъагъут Езым Iыхьэгъу хуэфщIахэр!» Хьэуэ, [Ар зи закъуэщ]! Аращ Алыхь лъэщу Iущыр!

(28) Дэ уэ цIыху псоми уазэрыхуэдгъэкIуар гъэгуфIакIуэрэ ущиякIуэущ[483], ауэ цIыхум я нэхъыбэм ар ящIэркъым.

(29) Абыхэм жаIэ: «Сытым щыгъуэ дызыщыбгъэшынэр къыщысынур, уэ жыпIэр пэжмэ?»

(30) ЯжеIэ: «Фэ зы Махуэ пIалъэ къыфхуагъэуващи, ар зы сыхьэткIи фхуэгъэгувэнукъым, зы сыхьэткIи къыфхуэгъэблагъэнукъым».


 

(31) Iиманыншэхэм жаIащ: «Ди фIэщ хъунукъым мы КъурIэнри, абы япэкIэ щыIа фIыцIагъэхэри». Уэзгъэлъэгъуащэрэт джаурхэр я Тхьэм и пащхьэм иригъэувэжа нэужь зэрызэдауэнур. ЦIыху цIыкIум жаIэнущ, зызыгъэпIийуэ щытахэм жыраIэу: «Фэр мыхъуамэ дэ Iиман къэтхьынут!»

(32) ЗызыгъэпIиуэ щытахэм жаIэнущ, цIыху цIыкIухэм жыраIэу: «АтIэ гъуазэр къыфхуэкIуа нэужьи дэра фызыгъэгъуэщар? Хьэуэ! Фэ щIэпхъэджагъэу фыщытащ».

(33) ЦIыху цIыкIухэм жаIэнущ, зызыгъэпIийуэ щытахэм жыраIэу: «Хьэуэ! Жэщми махуэми хъуэгъэщагъэкIэ фэ къытпэвубыдащ Алыхьыр ди фIэщ дымыщIыну, зыгуэри хуэдгъэдэну». Абыхэм гIэзабыр щалъагъукIэ, зэрыщIегъуэжар наIуэ къэхъунщ. Дэ джаурхэм пщэхъур япщIэхэтлъхьэнущ. Абыхэм къалэжьам нэмыщI нэгъуэщI къалъысыну?

(34) Дэ зы жыли ущиякIуэ дгъэкIуакъым мылъкум щигъэкIахэм: «Мы фэ фыкъыщIагъэкIуар ди фIэщ хъуркъым!» — къыжримыIэу.

(35) Абыхэм жаIащ: «Дэ мылъкукIи бынкIи дынэхъ бейщ. Дэ гIэзаб къыттралъхьэнукъым».

(36) ЯжеIэ: «Си Тхьэм зыхуейм и Iыхьэр хуегъэбагъуэ, зыхуейми хуегъэмащIэ, ауэ цIыхум я нэхъыбэм ар ящIэркъым».

(37) Фи мылъкуми фи бынми Дэ гъунэгъу фыкъытхуащIыркъым. Дэ гъунэгъу къытхуэхъур Iиман зиIэу фIы зыщIэхэращ. Ахэращ къалэжьам пэкIуэр тIуащIэу зыратыжынур, ахэр жэнэтым и фIыпIэм щытыншынущ.

(38) Мыдрейуэ, Ди Iэятхэр ягъэпудыну хущIэкъуахэр, гIэзабым ирашэлIэнущ.

(39) ЯжеIэ: «Си Тхьэм и цIыхухэм щыщу зыхуейм и Iыхьэр хуегъэбагъуэ, зыхуейми хуегъэмащIэ. ФIыкIэ сыт бгъэкIуэдми, Езым къывитыжынущ, Ар тэхэм я нэхъыфIщ».

(40) Псори щыззэхуишэсыжыну Махуэм Езыр и мелыIычхэм яупщIынущ: «Мыхэр фэ къыфхуэпщылIа?» — жиIэнурэ.

(41) [МелыIычхэм] жаIэнущ: «Уэ зи хуэдэ щымыIэ! Уэращ ди телъхьэр, абыхэм ди Iуэху яхэлъкъым. Ахэр жиным яхуэпщылIащ, нэхъыбэми ахэр [тхьэуэ] къалъытащ!»

(42) Къемэт махуэм зым адрейм и ягъи и фIагъи иригъэкIыжыфынукъым. Дэ къуаншэу щытахэм яжетIэнущ: «ВгъэныщкIу иджы фи фIэщ мыхъуу щыта мафIэм и гIэзабыр!»

(43) Ди Iэят наIуэхэм [Мухьэммэд] къащыхуеджэкIэ, абыхэм жаIэ: «Мыр цIыху къудейщ, фи адэжьхэр зыхуэпщылIам пэIэщIэ фыхуищIыну хэтщ». ИкIи жаIащ: «Мыр (КъурIэныр) къагупсыса пцIы гъущэщ!» Пэжыр къащыхуэкIуэм джаурхэм жаIащ: «Мыр наIуэу уд Iэужьщ!»

(44) Дэ абыхэм яджыну Тхылъ яттакъым, уяпэкIи ущиякIуэ яхуэдгъэкIуакъым.

(45) Мыбыхэм япэкIэ щыIахэм [Ди Iэятхэр] пцIыуэ ябжат. Абыхэм Дэ ятта псэукIэм и Iыхьэ пщIани мыбыхэм (мэчэдэсхэм) яIэрыхьакъым. ИтIани абыхэм Ди лIыкIуэхэр пцIыупсу къалъытат, пэзгъэуджэжащ Сэ ахэр ящIам!

(46) ЯжеIэ: «Мы зымкIэ фызогъэIущ: тIурытI, зэрыз зыфщI аби, Алыхьым щхьэкIэ пэжым фегупсыси, фи ныбжьэгъур (Мухьэммэд) зэрызэмыкIуэкIар къывгурыIуэнщ. Ар гIэзаб гуащIэм фыхуэзыгъэсакъ ущиякIуэщ».

(47) ЯжеIэ: «Сэ улахуэкIэ сывэлъэIуакъым, ар фэ къыфхуренэж. Сэ си улахуэр Алыхь закъуэм и деж щыIэщ. Ар сытымкIи щыхьэтщ!»

(48) ЯжеIэ: «Ущэхуар зыщIэ си Тхьэм [пцIыр] пэжымкIэ хегъащIэ».

(49) ЯжеIэ: «Пэжыр къэунэхуащи, пцIыр къыкъуэкIыжынукъым, пцIым къигъэзэжынукъым».

(50) ЯжеIэ: «Сэ сыгъуэщамэ, си щхьэм сыхуэгъуэщащ; гъуэгу захуэм сытетмэ, си Тхьэм и уэхьийм сиузэщIауэ аращ. Езым псори зэхех, ар благъэщ».

(51) Уэзгъэлъэгъуащэрэт ахэр, щIэпхъуэжыпIэ щамыгъуэткIэ ззэрыгузэвэнур, жыжьэ ямыгъакIуэуи къызэраубыдынур.

(52) Абыхэм жаIэнущ: «Иджы Iиман къэтхьыжащ!» Дауэ иджы ахэр Iиманым зэрылъэIэсыжынур!

(53) Абыхэм нэхъапэми Iиман яIакъым, икIи ущэхуам дуней хьэхум щытепсэлъыхьу щытащ.

(54) Ауэ езыхэмрэ ахэр зыщыгугъхэмрэ зэпэIэщIэ хъуащ, ипэрейхэр зэрыхъуам хуэдэу. Ахэр шэч къэхьыным илъэхъат.



Поделиться с друзьями:

Наброски и зарисовки растений, плодов, цветов: Освоить конструктивное построение структуры дерева через зарисовки отдельных деревьев, группы деревьев...

Эмиссия газов от очистных сооружений канализации: В последние годы внимание мирового сообщества сосредоточено на экологических проблемах...

Механическое удерживание земляных масс: Механическое удерживание земляных масс на склоне обеспечивают контрфорсными сооружениями различных конструкций...

Индивидуальные и групповые автопоилки: для животных. Схемы и конструкции...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.091 с.