Сурэ 23. Мыiуминхэр (iэл-муiминун) — КиберПедия 

Типы сооружений для обработки осадков: Септиками называются сооружения, в которых одновременно происходят осветление сточной жидкости...

Биохимия спиртового брожения: Основу технологии получения пива составляет спиртовое брожение, - при котором сахар превращается...

Сурэ 23. Мыiуминхэр (iэл-муiминун)

2018-01-03 237
Сурэ 23. Мыiуминхэр (iэл-муiминун) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэАлыхьым и цIэкIэ!

 

(1) ЕхъулIащ мыIуминхэр:

(2) зигур Iэсэу нэмэз зыщIхэр,

(3) псалъэ надэм зыщызыдзейхэр,

(4) сэджытыр зытхэр,

(5) зи укIытапIэр зыхъумэхэр,

(6) я фызхэмрэ я пщылI фызхэмрэ нэмыщI, — абыхэмкIэ губгъэн къахьынукъым,

(7) нэгъуэщI къэзылъыхъуэхэм гуэныхь къахь,

(8) зи анэмэтхэр зыхъумэу зи псалъэ емыпцIыжхэр,

(9) зи нэмэзблэзымыгъэкIхэр

(10) ахэращзеинур,

(11) игъащIэкIэ исыну жэнэтыр къызыхуэнэнур.

(12) ДэцIыхур къыхэдгъэщIыкIащ ятIэ зэмыфэгъу зэхэщIам,

(13) итIанэ Дэ ар нэпсыр тщIыри хъумап1э щыпкъэм идгъэзэгъащ[431],

(14) итIанэ нэпсырыр псы дыуэм ещхь тщIащ, итIанэ псы дыуэм ещхьыр дзэкъапIэ иIэ хуэдэ тщIащ, итIанэ дзэкъапIэ хуэдэ зиIэм къупщхьэ къыхэтщIыкIри лы къытедгъэкIащ‚ итIанэ нэгъуэщI теплъэу дгъэпсащ[432]. Зихуэдэ щымыIэ Алыхьыр къэзыгъэщI псоми я нэхъ Iэзэщ!

(15) ИтIанэ, абы иужькIэ, фылIэжынущ.

(16) ИтIанэ къемэт махуэм фыкъэтэджыжынущ.

(17) Фи щхьэщыгум къидгъэуващ [уафэ] къатибл. Дэ къэдгъэщIахэм датеплъэкъукIыркъым.

(18) МардэкIэ псы уафэм ныдогъэхри щIыр идогъафэ, икIи Дэ тхузэфIэкIынущ ар дгъэжэщIыжын.

(19) АбыкIэ Дэ къыфхудогъэкI жыгхэмрэ жызумейхэмрэ зэрыт хадэхэр; абыхэм фэ пхъэщхьэмыщхьэ куэд къыфхупокIэри фошх.

(20) СинаI Iуащхьэм къыщыкI жыгми[433] дагъэрэ шхынхэлъхьэрэ къывет.

(21) Щапхъэ зытефхын Iэщхэми яхэлъщ. Абыхэм я ныбэм къикIым щыщ фофэ, я фIагъышхуи къывокI, ялри фошх.

(22) Абыхэми кхъухьхэми фаризокIуэ.

(23) Дэ Нухь и жылэм яхуэдгъакIуэри яжредгъэIащ: «Уэ ди жылэ! Алыхьым фыхуэпщылI Абы нэмыщI нэгъуэщI тхьэ фиIэкъым — щхьэ фыфIэмылIыкIрэ?»

(24) Абы И жылэм щыщ лIэкъуэлIэш джаурхэм жаIащ: «Мыр фэ фхуэдэу цIыху къудейщ, ауэ тхьэмадэ зыкъыфхуищIыну хэтщ. Алыхьыр хуеямэ, дауикI, мелыIыч къытхуригъэхынт; ди адэжьхэм жаIэжу дэ мыпхуэдэ зэхэтхакъым.

(25) Мыр цIыху къудейщ, и щхьэр зэкIуэкIауэ; зэкIэ фымыпIащIэ».

(26) [Нухь] жи1ащ: «Уэ си Тхьэ! Мы пцIыупсу сызылъытахэм сатегъакIуэ».

(27) Да абы уэхьий къыхуедгъэхащ[434]: «Дэ зэродгъэлъагъум, узэрыдгъэIущым тету кхъухьыр щIы. Ди унафэр къыплъэIэсу хьэкум псыр къыщиукIэ, игъэтIысхьэ сытым щыщуи зэгуэгъухэр, уи Iыхьлыхэр - Алыхьым и псалъэр зытехуар[435] хэмыту! - Ауэ мыдрей щIэпхъаджэхэм щхьэкIэ укъызэмылъэIу, ахэр итхьэлэнущ!

(28) Уэри уи гъусэхэри кхъухьым физэгъа нэужь, жыIэ: «ФIыщIэри щытхъури зыхуэфащэр мы щIэпхъаджэ жылэм дакъезыгъэла Алыхьыращ!»

(29) ИкIи жыIэ: «Уэ си Тхьэ! ЩIыпIэ махуэ сыщигъэкI. Уэ псэупIэ зытхэм уранэхъыфIщ».

(30) Мыр телъыджэщ, Дэ апхуэдэкIэ [цIыхур] догъэунэху.

(31) ИтIанэ, абыхэм яужькIэ, Дэ къэдгъэхъуащ нэгъуэщI жылэ.

(32) ИкIи езыхэм ящыщ лIыкIуэ абыхэм яхуэдгъэкIуащ: «ФыхуэпщылI Алыхьым! Абы нэмыщI нэгъуэщI тхьэ фиIэкъым, - щхьэ фыфIэмылIыкIрэ?» — [жиIэу].

(33) Абы и жылэм щыщ лIэкъуэлIэшхэу Iиман зимыIэхэм, Къемэт махуэр пцIыуэ зылъытэхэм, мы дуней хьэхум щыдгъэтхъахэм жаIащ: «Мыр фэ фхуэдэ цIыху къудейщ, абы фэ фшхыри ешх, ар фэ фызэфэми йофэ.

(34) Фэ фхуэдэ цIыхум жыIэдаIуэ фыхуэхъумэ, фунэхъуащ.

(35) Абы фыкъигъэгугъэу ара, фылIэу сабэрэ къупщхьэрэ фыхъужа нэужь, фыкъагъэтэджыжыну?

(36) Ей, зей къэмыхъун Iуэхущ абы фыкъызэригъэгугъэр!

(37) Мы дуней гъащIэм фIэкIа зыри щыIэкъым, мыбы дыкъыщохъу, мыбы дыщолIэж. ИкIи дыкъагъэтэджыжынукъым.

(38) Мыр цIыху къудейщ, Алыхьым пцIы кIэрилъхьэу, дзыхьи хуэтщIыркъым».

(39) [ЛIыкIуэм] жиIащ: «Уэ си Тхьэ! Сэ пцIыупсу сызыбжхэм сатегъакIуэ!»

(40) [Тхьэм] къыжреIэ: «Куэд дымыкIыу ахэр щIегъуэжынущ!»

(41) ИкIи, яхуэфащэти, Дэ ахэр макъ лъэщым Iуедгъэхащ, псым ихь тхъурымбэм хуэдэу. ИрекIуэд джаур жылэр!

(42) ИтIанэ, абыхэм яужькIэ, Дэ къэдгъэхъуат нэгъуэщI жылэхэр.

(43) Зы жылэми хузэфIэкIынукъым щыкIуэдыну пIалъэр къигъэблагъэнуи игъэIэпхъуэнуи.

(44) ИужькIэ Ди лIыкIуэхэр зым яужь адрейр иту яхуэдгъэкIуащ. Дэтхэнэ жылэми, лIыкIуэ яхуэдгъэкIуэхукIэ, ар абыхэм пцIыупсу ягъэIурт. ИкIи, Дэ зыхэр адрейхэм якIэлъыдгъэкIуэдурэ, хъыбарыжьу дунейм къытедгъэнэжащ. ИрекIуэд Iиман зимыIэ жылэр!

(45) ИтIанэ Дэ Мусэрэ абы и къуэш Хьэрунрэ дгъэкIуащ Ди телъыджэ лъэщхэр яIэщIэлъу

(46) ФиргIэунрэ абы и блыгущIэтхэмрэ я деж. Ауэ ахэр къайпэгэкIащ, ахэр зызыгъэпIий жылэт.

(47) Абыхэм жаIащ: "Дауэ дэ тхуэдэ лIитIым жаIэр ди фIэщ тщIын, абыхэм я жылэр дэ щыдгъэпщылIкIэ!"

(48) Абыхэм а тIур пцIыупсу къалъытэри абы текIуэдахэщ.

(49) Дэ Муса Тхылъыр неттащ, [цIыхур] гъуэгу захуэм тришэн щхьэкIэ.

(50) Дэ Мэрям и къуэмрэ Езы Мэрямрэ [цIыхум] телъыджэ яхуэтщIащ, икIи псынэ къызыщIэж Iуащхьэр щхьэегъэзыпIэу яттащ[436].

(51) Уэ лIыкIуэхэ! Хьэлэлыр фшхы, фIыр фщIэ, фэ фщIэм Сэ сыщыгъуазэщ.

(52) Фэ фи диныр зы динщ, фи тхьэри Сэращ, фыкъысфIэлIыкI!

(53) Абыхэм я диныр ячэтхъащи, дэтхэнэ гупми къылъысам щогуфIыкI.

(54) Мы зэкIэ къэгъанэ ахэр, зэрыгъуэщауэ.

(55) Абыхэм ягугъэу пIэрэ Дэ мылъкурэ бынкIэ дащыхуэупсам деж,

(56) фIы яхуэтщIэн щхьэкIэ, дыпIащIэу? Хьэуэ, ар абыхэм къагурыIуэркъым.

(57) Зи Тхьэм щышынэу гулэзхэр,

(58) Тхьэм и Iэятхэр зи фIэщ хъухэр,

(59) Зи Тхьэм Iыхьэгъу хуэзымыщIхэр,

(60) къыратам хэзытыкIыжхэр, Тхьэм зэрекIуэлIэжынум щхьэкIэ зи псэр гузавэхэр

(61) ахэращ фIы щIэным хуэпIащIэр, абыкIи нэхъапэ ищынур.

(62) Дэ зы псэми лъэмыкIын тетлъхьэркъым, тхылъи[437] диIэщ пэжыр къыжиIэу, икIи абыхэм къайкъуэншэкIынукъым.

(63) Ауэ [джаурхэм] ягур апхуэдэ [IуэхуфIхэм] пэжыжьэщ. ИкIи абыхэм мыхъунхэр ящIащ, иджыри ящIэ.

(64) Абыхэм ящыщу тхъэуэ щытахэм гIэзабыр къащытехуэкIэ мэтхьэджэ.

(65) Фымытхьэджэ нобэ, Дэ зыми фыкъытщихъумэфынукъым.

(66) Си Iэятхэм къыщыфхуеджэкIэ [фымыдэу] фикIуэтыжырт,

(67) абыкIэ[438] зывгъэпагэури жэщкIэ фыкъавэрт.

(68) АтIэ ахэр щхьэ емыгупсысрэ [я Тхьэм] и Псалъэм, хьэмэрэ абыхэм я адэжьхэм къахуэмыкIуа езыхэм къахуэкIуауэ ара?

(69) Хьэмэрэ я лIыкIуэр я фIэщ мыхъуауэ ара щIамыдар?

(70) Хьэмэрэ: "Мыр цIыху зэкIуэкIащ", — жаIэу ара? Хьэуэ, абы пэжыр къахуихьауэ арат, ауэ нэхъыбэм пэжыр ялъагъу хъуркъым.

(71) Алыхьым абыхэм я псэм зыдигъэшу щытамэ, уафэхэри, щIылъэри, абы щыIэхэри зэкIуэкIынут. Дэ абыхэм нахуедгъэхат ахэр къэзыIэт ФIыцIагъэ, ауэ абыхэм ФIыцIагъэм я щIыб хуагъэзащ.

(72) Хьэмэрэ уэ абыхэм зыгуэр къапыпхыну уайлъэIурэ? Уи Тхьэм къыпыкIынур нэхъыфIщ, Езыр тэ псоми янэхъыфIщ.

(73) Ахэр уэ гъуэгу захуэм къыхубоджэ.

(74) Мыдрейуэ, ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэр а гъуэгум бгъурокI.

(75) Ауэ Дэ абыхэм гущIэгъу яхуэтщIрэ лажьэр ящхьэщытхамэ, я джаурыгъэм хагъэхъуэнти, щхьэрыуауэ къэнэнт.

(76) Дэ абыхэм гIэзабыр къатедгъэпсыхат, ауэ ахэр я Тхьэм жыIэщIэ хуэхъуакъым икIи елъэIуакъым.

(77) Ауэ гIэзаб гуащIэм и куэбжэр щахузэIутхым, абыхэм ягур кIуэдащ.

(78) Аращ — Езыращ зэхэфхыу, флъагъуу, гу лъыфтэу фызыщIар. ИтIани мащIэщ фIыщIэ зэрыхуэфщIыр!

(79) Аращ — Езыращ фэ щIым фытезыгуэшар, икIи Езым и пащхьэм фыщаугъуеижынущ.

(80) Аращ — Езыращ къэзыгъэщIри зыгъэлIэжри, жэщымрэ махуэмрэ зэкIэлъызыгъакIэри, щхьэ къывгурымыIуэрэ?

(81) ИтIани абыхэм жаIэр пасэрейхэми жаIаращ.

(82) Абыхэм жаIащ: «АтIэ дэ дылIэу сабэрэ къупщхьэрэ дыхъужа нэужь дыкъагъэтэджыжыну?

(83) АбыкIэ дэри ди адэхэри дыкъагьэгугъауэ щытащ. Ауэ ар пасэрей псысэ къудейщ».

(84) ЯупщI: «Хэт мы щIылъэри абы тетри зейр, ар фщIэуэ щытмэ?»

(85) «Алыхьыращ!» — къыбжаIэнущ. ЯжеIэ: «АтIэ щхьэ фыкъэмыушрэ?»

(86) ЯупщI: «Хэт уафиблым я тхьэри, хэт Пэршышхуэм и тхьэри?»

(87) «Алыхьыращ!» — къыбжаIэнущ. ЯжеIэ: «АтIэ щхьэ фыфIэмылIыкIрэ?»

(88) ЯупщI: «Хэт псори зи IэмыщIэ илъыр? Хэт псори къэзыхъумэу зыри зыщамыхъумэфыр, фщIэуэ щытмэ?»

(89) «Алыхьыращ!» — къыбжаIэнущ. ЯжеIэ: «Сыту тхьэкъуща фыхъуа!»[439]

(90) Аращ, Дэ пэжыр къахуэтхьащ, ауэ езыхэм пцIы яупс.

(91) Алыхьым къуэ лъэпкъ ищтакъым, тхьэ лъэпкъи щIыгъукъым! Арыншамэ, дэтхэнэ тхьэми езым къигъэщIар зыIэщIилъхьэжынти, зыхэр адрейхэм ялъэгэкIыу зилъытэжынт. Алыхьыр зихуэдэ щымыIэщ! Ар къырапэсым нэхърэ нэхъ лъагэщ,

(92) ущэхуари наIуэри зыщIэр Аращ. Ар куэдкIэ нэхъ лъагэщ Абы Iыхьэгъу къыхуащIхэм нэхърэ!

(93) ЖыIэ: «Уэ си Тхьэ, мохэр зэрыбгъэшынэр сэри сыбгъэлъагъунумэ,

(94) уэ си Тхьэ, а щIэпхъаджэхэм сахыумыубыдэ!»

(95) Дэ тлъэкIынущ ахэр зэрыдгъэшынэр уэдгъэлъагъун.

(96) Iейр фIыкIэ игъэкIуэтыж. Дэ нэхъ тэмэму дощIэ абыхэм къырабжэкIыр.

(97) ИкIи жыIэ: «Уэ си Тхьэ! Сыщыхъумэ шейтIаным и хъуэгъэщагъэм,

(98) уэ си Тхьэ, сыкъэхъуми къызбгъэдомыгъэхьэ!»

(99) [Джаурхэм] ящыщ гуэрым, лIэныгъэр къыщылъыскIэ, жиIэнущ: «Уэ ди Тхьэ, сыгъэгъэзэж:

(100) сэ сымылэжьауэ щыта фIыхэр злэжьыжынт». Хьэуэ, ар псалъэ къудейщ. Абы къэтэджыж иIэкъым, Къемэт махуэр къэсыху.

(101) Сурым къыщепщэкIэ абыхэм ящIэжынукъым благъагъи, зыри адрейм щIэупщIэжынукъым.

(102) Зи шэчалъэр хьэлъэу къыщIэкIхэр ехъулIащ,

(103) зи шэчалъэр псынщIэу къыщIэкIхэр унэхъуащи, игъащIэкIэ жыхьэнмэм хэсынущ.

(104) Абыхэм я нэкIухэр мафIэм къилыпщIынущ, зэхэуфауэ хэсынущ.

(105) Си Iэятхэм фэ къыфхуеджэу щытакъэ? Ауэ фэ ахэр пцIыуэ флъытащ.

(106) Абыхэм жаIэнущ: «Уэ ди Тхьэ! Ди насыпыншагъэр къыттекIуэри зэрыгупу дыгъуэщат.

(107) Уэ ди Тхьэ, мыбы дыхэшыжи, дызытетам дытехьэжмэ, мис итIанэ дыкъуаншэщ».

(108) Тхьэм яжриIэнущ: «Фызэрыпуда фыпуду фыхэс, икIи фыкъызэмыпсалъэ!

(109) Си пщылIхэм ящыщ гуэрхэм жаIэрт: «Уэ ди Тхьэ, дэ Iиман къэтхьащи, къытхуэгъэгъуи гущIэгъу къытхуэщI, Уэ гущIэгъущIхэм уранэхъыфIщ!»

(110) Фэ ахэр джэгупIэ фщIыри фащыдыхьэшхащ, Сэ сыфщыгъупщэжыху.

(111) Сэ ахэр нобэ згъэгуфIэжащ бэшэчу зэрыщытам щхьэкIэ, икIи ахэр ехъулIащ».

(112) [Тхьэр] къоупщI «Илъэс дапщэкIэ щIым фыщIэлъа?» — жеIэри.

(113) Абыхэм жаIэнущ: «ДызэрыщЬлъар зы махуэщ е махуэ ныкъуэщ, еупщI зыбжахэм».

(114) [Тхьэм] жиIэнущ: «Фэ абы фызэрыщIэлъар мащIэщ, ар фэ сыткIэ фщIэн!

(115) Фэ фигугъа Дэ дыджэгуу фыкъэдгъэщIауэ, Ди пащхьэми фыкъимыхьэжыну?»

(116) Алыхьыр лъагэщ, Ар Тепщэ щыпкъэщ, тхьэи щыIэкъым Езым нэмыщI, Ар ГIэрш лъапIэм и Тхьэщ!

(117) Къызэригъэпэжын имыIэ пэтми, Алыхьым Iыхьэгъу хуищIу, [тIуми] елъэIум хуэфащэр и Тхьэм деж щигъуэтыжынущ. Джаурхэр зэикI ехъулIэнукъым!

(118) ЖыIэ [Мухьэммэд]: «Уи си Тхьэ! Къысхуэгъэгъуи гущIэгъу къысхуэщ!! Уэ гущIэгъущIхэм уранэхъыфIщ!».


СУРЭ 24. НУРЫР (IЭННУР)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) Мы сурэр Дэ недгъэхри къалэн фщытщIащ. Абы хэту недгъэхащ Iэят наIуэхэр, фыкъигъэушын щхьэкIэ.

(2) Бзылъхугъэми хъулъхугъэми, зинэ зыщIам чищэ феуэ. Алыхьымрэ Къемэт махуэмрэ фи фIэщ хъууэ щытмэ, [зинэ зыщIам] фыщысхьу диныр къэвмыгъэтIасхъэ. Абы гIэзаб зэратефлъхьэр Iиман зиIэхэм евгъэлъагъу.

(3) Зинэ зыщIа цIыхухъум къишэр зинэ зыщIа, е Тхьэм Iыхьэгъу хуэзыщI цIыхубзщ. Зинэ зыщIа цIыхубзыр зышэ хъунур зинэ зыщIа, е Тхьэм Iыхьэгъу хуэзыщI цIыхухъущ. [Зинэр] Iиман зиIэхэм я дежкIэ хьэрэмщ.

(4) Мыдрейуэ, зи нэмыс зыхъумэжам пцIы тезылъхьэхэм, щыхьэтиплI къытрамыгъэувэмэ, удын пщIей явдз, икIи зэикI щыхьэт фымыгъэхъу. Ахэр фасикъщ.

(5) Ауэ иужькIэ тобэ къэзыхьыжу, ар зыгъэзэкIуэжхэм Алыхьым къахуегъэгъу, гущIэгъу къахуещI.

(6) Мыдрейуэ, зи щхьэгъусэ пцIы тезылъхьэхэм, езыхэм нэмыщI нэгъуэщI щыхьэт ямыIэмэ, плIэней Алыхьым и цIэкIэ тхьэ яIуэн хуейщ, жаIэр зэрыпэжымкIэ,

(7) етхуанэрейуи тхьэ яIуэн хуейщ, пцIы яупсмэ, Алыхьым и нэлатыр къатехуэну.

(8) Фызым гIэзабыр щхьэщахынущ, Алыхьым и цIэкIэ плIэней тхьэ иIуэмэ и лIыр зэрыпцIыупсымкIэ,

(9) етхуанэрейуи тхьэ иIуэн хуейщ, Алыхьым и нейр езым къыщыхуэну, илIым жиIэр пэжмэ.

(10) Алыхьыр къыфхуэгумахуэу, гущIэгъу къыфхуищIу щымытамэ, [фи тхьэрыIуэхэм фытекIуэдэнт], ауэ Алыхьым къэзыгъэзэжыр ещтэ, Ар Iущщ!


 

(11) А пцIыр[440] къэзыхьар фэ фщыщ гупщ. Ар фи дежкIэ еуэ фымылъытэ, хьэуэ, ар фи дежкIэ фIыщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми [а пцIым] хилъхьам хуэдиз гуэныхь къихьащ. Мыдрейуэ, абы нэхъ гуащIэу хэтам нэхъ гIэзабышхуэр къыпэщылъщ.

(12) Ар щызэхэфхым, Iиман зиIэхэм, [лIыхэми фызхэми], фигум фIы къэкIыу щхьэ жывмыIарэ: «Мыр наIуэу пцIыщ», — жыфIэу.

(13) Сыт абыхэм а Iуэхум щыхьэтиплI къыщIытрамыгъэувар? Щыхьэтхэр къытрамыгъэувэмэ, ахэр Алыхьым и пащхьэм щыпцIыупсщ.

(14) Дуней хьэхуми ахърэтми Алыхьыр къыщыфхуэгумахуэу, гущIэгъу къыфхуищIу щымытамэ, мы фэ зэхэфщIыхьам щхьэкIэ гIэзабышхуэр къыфтехуэнт.

(15) Фэ фызыщымыгъуазэ Iуэхур вгъэныщкIуурэ къывохьэкI; ар фэ мыгIэнэншэу фигугъэ щхьэкIэ, Алыхьым и пащхьэм щыгуэныхьышхуэщ.

(16) Ар щызэхэфхым жыфIэн хуеящ: «Къезэгъыркъым абы дытепсэлъыхьыну. Уэ зихуэдэ щымыIэ, ар пцIышхуэщ!».

(17) Алыхьыр къывоущие, дяпэкIэ апхуэдэ Iуэху къэвмыIэтыжыну, Iиман фиIэмэ.

(18) Алыхьым Iэятхэр къыфхуегъэнаIуэ, Алыхьым [псори] ещIэ, Ар Iущщ!

(19) Iиман зиIэхэр зыгъэулъиину хэтхэм гIэзабышхуэ къащыпэщылъщ мы дуней хьэхуми ахърэтми. Алыхьым [пэжыр] ещIэ, фэ фщIэркъым.

(20) Алыхьыр къыфхуэгумахуэу, гущIэгъу къыфхуищIу щымытамэ, [фи псалъэ мышухэм фытекIуэдэнт], ауэ Алыхьыр щабэщ, гущIэгъущIщ!

(21) Уэ Iиман зиIэхэ! ШейтIаным и лъагъуэм фытемыхьэ, шейтIаным и лъагъуэм техьэр абы хуишэнущ цIапIагъэмрэ гъуамагъэмрэ. Алыхьыр къыфхуэгумахуэу, гущIэгъу къыфхуищIу щымытамэ, фэ зэикI зывгъэкъэбзэжыфынтэкъым. Ауэ Алыхьым егъэкъабзэ зыхуэфащэр. Алыхьым [псори] зэхех, ещIэ!

(22) Фэ фщыщ гупыкI зыщIу хуэщIауэ псэухэм тхьэ ирамыIуэ ди благъэхэм, тхьэмыщкIэхэм, Алыхьым и диным щхьэкIэ зи хэку зыбгынахэм дадэIэпыкъункъым жаIэу, икIи хурагъэгъу, шыIэныгъэ хурыраIэ. Фэ фыхуейкъэ Алыхьым къыфхуигъэгъуну? Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!

(23) Зи нэмыс зыхъумэж, цIапIагъэ зигу къэмыкI, Iиман зиIэ бзылъхугъэр зыгъэулъийм дуней хьэхуми ахърэтми нэлат къыщрахынущ! Абы гIэзабышхуэр къытепсыхэнущ

(24) ищIамкIэ и бзэгури, и Iэхэри, и лъакъуэхэри щыхьэту къыщыувыну Махуэм.

(25) А Махуэм абыхэм яхуэфащэр ирикъуу Алыхьым къатрилъхьэжынущ, икIи къагурыIуэнущ Алыхьыр наIуэу зэрыхьэкъыр.

(26) [ЦIыхубз] гъуамэхэр - [цIыхухъу] гъуамэхэм, [цIыхухъу] гъуамэхэр - [цIыхубз] гъуамэхэм, [цIыхубз] къабзэхэр - [цIыхухъу] къабзэхэм, [цIыхухъу] къабзэхэр - [цIыхубз] къабзэхэм яйщ. [ПцIы зытралъхьэхэр] хуэхейщ хужаIэм, абыхэм [Алыхьым] къахуигъэгъунурэ ерыскъыфIи къаритынущ.

(27) Уэ Iиман зиIэхэ! Фи унэхэм нэмыщI нэгъуэщI унэ фимыхьэ, Iизын къывамытауэ, исхэм сэлам евмыхауэ. Ар фи дежкIэ нэхъыфIщ, къывгурыIуэу щытмэ!

(28) Зыри имысмэ фимыхьэ, Iизын къыватыху. «Вгъазэ!» - къывжаIэмэ, къэвгъэзэж, ар фэркIэ нэхъ къабзэщ, Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэм.

(29) ЦIыху зыщымыпсэу унэхэм, фи мылъку щIэлъмэ, фыщIыхьэкIэ гуэныхь къэфхьыркъым. Алыхьым ещIэ фэ къэвгъэнаIуэри фущэхури!

(30) ЯжеIэ, Iиман зиIэ [цIыхухъум] я напIэр ягъэлIэну, я укIытапIэр яхъумэну. Ар абыхэм я дежкIэ къабзагъэщ. Алыхьыр щыгъуазэщ абыхэм ящIэм.


 

(31) ЯжеIэ Iиман зиIэ [бзылъхугъэм] я напIэр ягъэлIэну, я укIытапIэр яхъумэжыну; къагъэлъэгъуапхъэм[441] нэмыщI адрей дахапIэхэр къамыгъэлъагъуэну; IэлъэщIхэри я бгъэм тырырапхъуэ; загъэщIэрэщIауэ зыми ирамыгъэлъагъу, ялIхэм, я адэхэм, я тхьэмадэхэм, я къуэхэм, я мылъхукъуэхэм, я дэлъхухэм, я дэлъхурыкъуэхэм, я шыпхъурылъхухэм, унэIут фызхэм, я пщылI фызхэм, цыхубз зигу къэмыкIыж унэIутхэм, цIыхубз зигу къэмыкIа сабийхэм нэмыщI. ЛъакъуэкIи тыремыпкIэхэ я цIуугъэнэ щIахъумэр къагъэщхъыщхъыну. Уэ Iиман зиIэхэ! Псоми тобэ къэфхьыж, фехъулIэнщ!

(32) Фэ фщыщ щхьэгъусэншэхэмрэ фи пщылI къабзэ щхьэгъусэншэхэмрэ зэрывгъашэ, пщылI къабзэхэри езырезыру зэрывгъэшэж. Ахэр тхьэмыщкIэмэ, Алыхьым и жумартыгъэкIэ къадэIэпыкъунщ. Алыхьыр жумартщ, [псоми] щыгъуазэщ.

(33) Къашэну мылъкукIэ хуэмыщIахэм зэрашыIэ, Алыхьым и жумартыгъэр къалъэIэсыху. Мыдрейуэ, зи щхьэ зыщэхужыну хуей пщылIхэм, ящхьэ ягъэпсэуфыну къэфлъытэмэ, зэгурыIуэныгъэ тхылъ ядэфтхи, [хуит хъужа нэужь], Алыхьым къывита мылъкумкIэ фадэIэпыкъу. Дуней хьэхум и хэхъуэм зыдевгъэхьэхыу фи пщылI хъыджэбзхэр цIапIагъэ ящIэну хэвмыгъэзыхь, я къабзагъэр яхъумэжыну хуеймэ. Ауэ ахэр хэгъэзыхькIэ ирахулIамэ, [хагъэзыхьахэм] Алыхьым къахуигъэгъунущ, Ар гущIэгъущIщ.

(34) Дэ Iэят IупщIхэр къыфхуедгъэхащ, фяпэкIэ щыIахэм я тхыдэм щыщи щапхъэу къыфхуэтхьащ, Тхьэм фIэлIыкIхэр игъэгупсысэн щхьэкIэ.

(35) Алыхьыр уафэхэми щIылъэми я Нурщ, Абы и нурыр дапхъэм тет уэздыгъэм хуэдэщ, уэздыгъэр абджым итыжщ, абджри вагъуэм хуэдэу мэлыд, Ар зэрагъаблэр къуэкIыпIэми къухьэпIэми щымыIэ зейтункIэ зэджэ жыг махуэращ. Абы и дагъэр къэблэн хьэзырщ, мафIэ лъэмыIэсми. Нурым и щIыIу Нур! Зыхуэфащэр Алыхьым и нурым хуешэ. ИкIи Алыхьым псалъэжьхэр къахуехь цIыхухэм, Алыхьыр сытми щыгъуазэщ.

(36) Алыхьым и IизынкIэ яухуауэ, Абы и цIэр жэщми махуэми щагъэлъапIэ унэхэм [а нурыр щоблэ].

(37) [Ар зыгъэлъапIэ] цIыхухэм щэнкъэщэхуным Алыхьри, нэмэз щIынри, сэджыт тынри ящигъэгъупщэркъым. Ахэр щошынэ гухэр къэгузасэу нэхэр щыункIыфIыну Махуэм.

(38) [А Махуэм] Алыхьым абыхэм ящIам я нэхъыфIым пэкIуэр къаритыжынущ, икIи и жумартыгъэкIэ яхуигъэбагъуэнущ. Алыхьым зыхуейм мылъытэу къырет!

(39) Мыдрейуэ, Iиман зимыIэхэм ящIар къумым къыщыхъу нэкъыфIэщIым хуэдэщ. Псы хуэлIэм ар псыуэ къфIощI, бгъэдыхьэмэ мэкIуэдыж, Алыхьыр къегъуэтри жэуапыр Iехыж[442]. Алфхьым и хьисэпыр щIэхщ.

(40) [А джэурхэм я Iуэхур] хым и кIыфIым хуэдэщ, зы толъкъуным зы толъъун къытолъадэ, абы ищIыIур пшэ фIыцIэщ, кIыфIым кIыфI къыщхьэщытыжщ. И Iэр къырихмэ, илъагъужыркъым. Алыхьым нур зыримытым нур илъагъунукъым.

(41) Уэ плъагъуркъэ Алыхьыр уафэхэми щIылъэми щыIэхэми, уэгум ит бзухэми зэрагъэлъапIэр? Дэтхэнэми яригъэщIащ зэрелъэIунури зэрагъэлъапIэнури. Алыхьыр щыгъуазэщ абыхэм ящIэм.

(42) Алыхьым IэщIэлъщ уафэхэми щIылъэми щыIэр, зэкIуэлIэжынури Алыхьыращ.

(43) Уэ плъагъуркъэ Алыхьым пшэхэр зэрызэрихуэр, итIанэ ахэр зэриугъуейр, итIанэ Iэрамэ зэрищIыр, икIи уэшхыр къазэрыхэкIыр? Пшэ гуэрэным уэфыр къырегъэхьри кърегъэлъэлъэх, зыхуейм тырегъэлъалъэ, зыхуейми щхьэщех. Абы къыхэкI уафэхъуэпскIым уи нэр щегъэункIыфIыкI.

(44) Алыхьым жэщымрэ махуэмрэ зэблехъу. Ар зи нэ къаплъэхэм я дежкIэ нэщэнэщ.

(45) Алыхььым псэущхьэ псори псым къихигъэщIыкIащ. Абыхэм яхэтщ ныбафэкIэ зепщыпщэ, яхэтщ лъакъуитIкIэ зекIуэ, яхэтщ лъакъуиплIкIи зекIуэ. Алыхьым зыхуейр къегъэщI. Алыхьым сытри хузэфIокI.

(46) Дэ недгъэхащ [фIымрэ Iеймрэ] зэхэзыгъэкI Iэятхэр, икIи зыхуейр Алыхьым гъуэгу захуэм трешэ.

(47) Абыхэм (фэрыщIхэм) жаIэ: "Дэ ди фIэщ хъуащ Алыхьри, Абы и лIыкIуэри икIи дахуожыIэдаIуэ!" ИужькIэ абыхэм ящыщхэм я щIыбыр къагъэзэж, абыхэм Iиман яIэкъым.

(48) Абыхэм я Iуэхур Алыхьым и хабзэмкIэ лIыкIуэм зэхигъэкIыну щраджэкIэ ящыщхэр къахуэкIуэркъым.

(49) Ауэ захуэу зыщалъытэжым деж, ахэр езым деж жыIэдаIуэу къокIуэ.

(50) Абыхэм я гур зэкIуэкIауэ ара, хьэмэрэ гуитIщхьитI хъуауэ ара, хьэмэрэ Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ къайкъуэншэкIынкIэ шынэу ара? Хьэуэ, езыхэр къуаншэу аращ!

(51) Iиман зиIэхэр Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ я унафэм щыхураджэкIэ, жаIэпхъэщ: "Зэхэтхащ, дыжыIэдаIуэщ!" Ахэращ ехъулIар.

(52) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ хуэжыIэдаIуэу, Алыхьым щышынэу фIэлIыкIхэращ зи Iуэху къикIар.

(53) Абыхэм тхьэлъанэу щыIэм я нэхъ лъэщ Алыхьым и цIэкIэ тхьэ яIуэ, уеджэмэ уи гъусэу нежьэну. ЯжеIэ: "Тхьэ фымыIуэ, фи даIуэкIэнур наIуэщ! Алыхьым щыгъуазэщ фэ фщIэм!".

(54) ЯжеIэ: "Алыхьым фыхуэжыIэщIэ, и лIыкIуэми фыхуэжыIэщIэ! Я щIыб къагъазэмэ, [бегъымбарым] къалэн къыщащIаращ жэуап зэрихьынур, фэри къалэн къыфщащIаращ жэуап зэрыфхьынур. Абы фыхуэжыIэщIэмэ, гъуэгу захуэ фытехьэнщ. ЛIыкIуэм и къалэныр - наIуэу къывгуригъэIуэн къудейращ".

(55) Фящыщу, Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэр, Алыхьым къигъэгугъащ мы щIыр къахуигъэнэну, фяпэкIэ щыIахэм къазэрыхуигъэнам хуэдэу; икIи яхухиха динри яхуигъэбыдэну, шынагъуэри ящхьэщихыу шынагъуэншэ ищIыну - [Алыхьым] хуэжыIэдаIуэрэ зыри Iыхьэгъу хуамыщIмэ. Абы иужькIэ мыжыIэдаIуэр фасикъщ.

(56) Нэмэз фщIы, сэджытри хэвгъэкI, лIыкIуэми фыхуэжыIэдаIуэ, [Алыхьым] гущIэгъу къыфхуищIыну фыхуеймэ.

(57) Фимыгугъэ Алыхьым иухар джаурхэм къахуэгъэтIасхъэну. Абыхэм я хэщIапIэр жыхьэнмэращ, ар егъэзыпIэ мыгъуэщ.

(58) Уэ Iиман зиIэхэ! Фи пщылIхэри фэ фщыщу балигъ мыхъуахэри, [фи деж ныщIыхьэн щыхъукIэ], щэней Iизын фIырах: нэхущ нэмэзым ипэкIэ, шэджагъуэ зытIэщIыгъуэм, пщыхьэщхьэ нэмэзми иужькIэ - зытIэщIыгъуищым деж. Абыхэм нэмыщI, адрей зэманхэм фызэкIэлъыкIуэмэ, фэри езыхэми гуэныхь фиIэкъым. Апхуэдэу Алыхьым къыфхуегъэнаIуэ и Iэятхэр. Алыхьым [псори] ещIэ, Ар Iущщ!

(59) Фи сабийхэми, ахэр балигъыпIэ щихьэкIэ, Iизын къэфхь, нэхъыжьхэм зэращIым хуэдэу. Апхуэдэу Алыхьым къыфхуегъэнаIуэ и Iэятхэр. Алыхьым [псори] ещIэ, Ар Iущщ!

(60) ЦIыхубз тIорысэу дэкIуэну мыгугъэжхэм гуэныхь яIэкъым запхъэхкIэ, загъэхьэфотэну хэмытмэ. Ауэ Iэдэбу щытмэ, езыхэм я дежкIэ нэхъыфIщ. Алыхьым [псори] зэхех, ещIэ!

(61) Гуэныхь пылъкъым нэфыр, лъашэр, сымаджэр, фэ езыхэри фыщышхэным фи унэхэм, фи адэхэм я унэхэм, фи анэхэм я унэхэм, фи къуэшхэм я унэхэм, фи шыпхъухэм я унэхэм, фи адэкъуэшхэм я унэхэм, фи адэшыпхъухэм я унэхэм, фи анэдэлъхухэм я анэхэм, фи анэшыпхъухэм я унэхэм, е зи IункIыбзэ фIэщIэлъ унэхэм, е фи ныбжьэгъу и унэм — гуэныхь пылъкъым фэ абы псори фыщызыжэшхэным. Ауэ унэхэм фыщыщIыхьэкIэ Алыхьым и цIэкIэ салам гуапэ, сэлам махуэ зэфх. Апхуэдэу Алыхьым къыфхуегъэнаIуэ и Iэятхэр, зэхэфщIыкIын щхьэкIэ.

(62) Iиман зиIэр Алыхьымрэ Абы и лIыкIуэмрэ зи фIэщ хъуахэращ; жылагъуэ IуэхукIэ зэхуэса нэужь, абы и Iизыныншэу IумыкIыжхэращ. А Iизын щхьэкIэ къоупщIхэращ Алыхьри и лIыкIуэри зи фIэщ хъуахэр. Ауэ ахэр ящхьэ IуэхукIэ къыщолъэIум деж зыхуэфащэр хуит щIы, икIи къахуигъэгъуну Алыхьым елъэIу. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ!

(63) Фэ фызэрызэджэхэм хуэдэу лIыкIуэм фемыджэ. Алыхьым ещIэ фящыщу щэхуу зэрыIушхэр. Хуресакъ абы и унафэм ебакъуэхэм лажьэ къатехуэнкIэ е гIэзаб яшэчынкIэ зэрыхъунум.

(64) Аращ! Алыхьым IэщIэлъщ уафэхэми щылъэми щыIэр. Абы ещIэ фэ фи щытыкIэр, икIи и пащхьэ фыщихьэжыну Махуэм Абы къывжиIэнущ фэ фщIар. Алыхьым сытри ещIэ.



Поделиться с друзьями:

Типы сооружений для обработки осадков: Септиками называются сооружения, в которых одновременно происходят осветление сточной жидкости...

Двойное оплодотворение у цветковых растений: Оплодотворение - это процесс слияния мужской и женской половых клеток с образованием зиготы...

Архитектура электронного правительства: Единая архитектура – это методологический подход при создании системы управления государства, который строится...

Автоматическое растормаживание колес: Тормозные устройства колес предназначены для уменьше­ния длины пробега и улучшения маневрирования ВС при...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.06 с.