Сурэ 63. Напитiхэр (iэл мунафикъыун) — КиберПедия 

Архитектура электронного правительства: Единая архитектура – это методологический подход при создании системы управления государства, который строится...

Организация стока поверхностных вод: Наибольшее количество влаги на земном шаре испаряется с поверхности морей и океанов (88‰)...

Сурэ 63. Напитiхэр (iэл мунафикъыун)

2018-01-30 121
Сурэ 63. Напитiхэр (iэл мунафикъыун) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Аллахьым и цIэкIэ!

 

(1) НапитIхэр уи деж къыщыкIуэкIэ, абыхэм жаIэ: «Щыхьэт дытохъуэ уэ Аллахьым и лIыкIуэу узэрыщытым» Аллахьым ещIэ уэ Езым узэрилIыкIуэр, икIи Аллахьыр щыхьэтщ напитIхэм я гум илъыр зэрыжамыIэмкIэ.

(2) Абыхэм я тхьэлъанэхэр мэIу ящIри цIыхухэр Аллахьым и гъуэгум тырагъэхьэркъым. Гъуамэщ абыхэм ящIэр!

(3) Ар къызыхэкIыр Iиман къахьауэ жаIэри, епцIыжахэщи аращ. Аращи, абыхэм я гур Аллахьым зэгуипIэжащи, зыри къагурыIуэжыркъым.

(4) Ахэр щыплъагъукIэ я теплъэм удехьэх, азэр щыпсалъэкIэ я псалъэм уодаIуэ. Ахэр пхъэ еупсеям хуэдэщ.[590] Абыхэм дэтхэнэ кIийри езым къатекIиеу къащохъу. Ахэр бийщ, зыщыдзей. Аллахьыр къиуэ абыхэм, сыту инату пцIыупс ахэр.

(5) «ФыкъакIуэ Аллахьым и лIыкIуэм деж, ар фхуелъэIунщ [Аллахьым] къыфхуигъэгъуну», – жаIэу щыжраIэкIэ, [напитIхэм] я щхьэр ираIуэнтIэкIри ар ямыдэу загъэпагэ.

(6) Абыхэм я дежкIэ тIури зыщ – уахуэлъаIуэми уахуэмылъаIуэми, абыхэм Аллахьым зэи къахуигъэгъунукъым. Аллахьым иузэщIыркъым фасикъхэр.

(7) Ахэращ жызыIэр: «Аллахьым и лIыкIуэм и гъусэхэм мылъку ятевмыгъэкIуадэ, ахэр абы къыбгъэдэкIыжыху». Аллахьым IэщIэлъщ уафэхэми щIыми я хъарзыналъэр, ауэ напитIхэм ар къагурыIуэркъым.


 

(8) Абыхэм жаIэ: «Мадинэ дгъэзэжмэ, зылъэкIхэм зылъэмыкIхэр къыдахунщ». ЛъэкIыныгъэ зиIэр Аллахьыращ, Абы и лIыкIуэращ, Iиман къэзыхьахэращ. Ауэ напитIхэм ар ящIэркъым.

(9) Уэ Iиман къэзыхьхэ! Фи мылъкумрэ фи бынымрэ зыдевгъэхьэхыу Аллахьыр зыщывмыгъэгъупщэ. Апхуэдэу зыщIэращ унэхъуар.

(10) Дэ фэтта мылъкум фIы хэфщIыкI, ажалыр къыфлъэмыIэс щIыкIэ. Ар къызылъэIэсым жиIэнущ: «Уэ си Тхьэ! ТIэкIу сыбгъэпсэужатэмэ, сэдэкъэ стыуэрэ фIэрафIэ сыхъунт».

(11) Зи ажал къэсам Аллахьым ар хуигъэIэпхъуэркъым. Аллахьыр щыгъуазэщ фэ фщIэм.


СУРЭ 64. КЪЫЗЭРЫГЪЭПЦIАХЭР (IЭН ТЭГЪАБУН)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Аллахьым и цIэкIэ!

 

(1) Уафэхэми щIыми щыIэм Аллахьыр ягъэлъапIэ! Езыращ тепщэгъуэр зейр, щытхъури зейр. Абы сыт ищIысри хузэфIокI!

(2) Аращ фыкъэзыгъэщIар, фэ фхэтщ джаури, фэ фхэтщ мыIумини. Аллахьым елъагъу фэ фщIэр.

(3) Уафэхэри щIыри [хабзэ] щыпкъэм тету Абы къигъэщIащ, теплъэ къывитащ, фи теплъэри дэгъуэу игъэпсащ. Зи пащхьэ фихьэжынури Езыращ.

(4) Абы ещIэ уафэхэми щIыми щыIэр, ещIэ фэ фыущэхури, къэвгъэнахуэри. Аллахьыращ зыщIэр гум илъыр.

(5) Фэ къыфлъэIэсакъэ нэхъапэм Iиман къэзымыхьахэм я хъыбарыр? Абыхэм ящIар я щхьэм къытеуэжащ, гIэзаб гуащIэри къапэщылъщ.

(6) Ар апхуэдэу щIэхъуар, Iэят наIуэхэр яIыгъыу Ди лIыкIуэхэр къащыхуэкIуэкIэ: «АтIэ дэ дызыузэщIынур цIыху?»[591] – жаIэурэ, Iиман къамыхьу, я щIыб къагъазэрти аращ. Аллахьыр абыхэм яхуэныкъуэкъым. Аллахьыращ зыми хуэмыныкъуэжу щытхъур зейр.

(7) Iиман къызымыхьахэм я фIэщу жаIэ къамыгъэпсэужыну. ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: «Хьэуэ, си Тхьэм и цIэкIэ соIуэ фыкъагъэтэджыжынурэ, итIанэ фщIа псори къывжаIэжынукIэ!» Ар Аллахьым дежкIэ IэщIэхщ.

(8) Аращи Аллахьыр, Абы и лIыкIуэр, нуру ныфхуедгъэхари (КъурIэныр) фи фIэщ вгъэхъу. Аллахьыр щыгъуазэщ фэ фщIэм.

(9) А Махуэу езым фыщиугъуейжынуращ къызэрыкъапцIэхэм я махуэ [мыгъуэр]. Аллахьыр зи фIэщ хъууэ фIы зыщIахэм я гуэныхьыр яхуигъэгъунурэ жэнэту псыхъуэхэр щежэхым иришэнущ, игъащIэкIэ исыну. Аращ ехъулIэныгъэшхуэр.

(10) Мыдрейуэ, Iиман къэзымыхьу, Аллахьым и Iэятхэр пцIыуэ зыбжахэр жыхьэнмэ дакъэжьщ. Ар егъэзыпIэ мыгъуэщ.

(11) Аллахьым и Iизыныншэу зы лажьи къэхъуркъым. Iиман къэзыхьам и гур Аллахьым иузэщIынущ, Аллахьыр сытми щыгъуазэщ.

(12) Аллахьым фыхуэжыIэщIэ, лIыкIуэми фыхуэжыIэщIэ. Ауэ фи щIыб къэвгъэзамэ, [ар лIыкIуэм и ягъэкъым]: Ди лIыкIуэм и къалэныр [диныр] къыфлъигъэIэсын къудейращ.

(13) Езы Аллахьым нэмыщI нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым. Iиман зиIэ псори Аллахьым щырегугъ.

(14) Уэ Iиман къэзыхьахэ! Фи щхьэгъусэхэми фи бынхэми яхэтщ фэркIэ бий, фахуэсакъ! ФафIэмынэжу дэфчыхрэ яхуэвгъэгъумэ, Езы Аллахьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ.

(15) Фи мылъкумрэ фи бынымрэ фэркIэ гъэунэхупIэ къудейщ. Тыгъэшхуэр здэщыIэр Аллахьым и дежщ.

(16) ЗэрыфлъэкIкIэ Аллахьым и гIэзабым зыщыфхъумэ, фыдаIуэ, фыжыIэщIэ, псапэ фщIэ! Хэт и псэр къузгъуныгъэм щихъумэфми ехъулIащ.

(17) Аллахьым щIыхуэфI ептмэ[592], пхуигъэбагъуэнщи [фи гуэныхьри] къыфхуигъэгъунщ. Аллахьым фIыр щыгъупщэркъым, тэмакъкIыхьщ.

(18) Езыращ нэрымылъагъури нэрылъагъури зыщIэр, лъэщыр, Iущыр!



Поделиться с друзьями:

История развития хранилищ для нефти: Первые склады нефти появились в XVII веке. Они представляли собой землянные ямы-амбара глубиной 4…5 м...

Историки об Елизавете Петровне: Елизавета попала между двумя встречными культурными течениями, воспитывалась среди новых европейских веяний и преданий...

Адаптации растений и животных к жизни в горах: Большое значение для жизни организмов в горах имеют степень расчленения, крутизна и экспозиционные различия склонов...

Индивидуальные и групповые автопоилки: для животных. Схемы и конструкции...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.008 с.