Къуиижь цiыкiурэ иныжь зэшищымрэ — КиберПедия 

Особенности сооружения опор в сложных условиях: Сооружение ВЛ в районах с суровыми климатическими и тяжелыми геологическими условиями...

Адаптации растений и животных к жизни в горах: Большое значение для жизни организмов в горах имеют степень расчленения, крутизна и экспозиционные различия склонов...

Къуиижь цiыкiурэ иныжь зэшищымрэ

2017-06-02 709
Къуиижь цiыкiурэ иныжь зэшищымрэ 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

Еуэрэ-еуэрэт, жи: къуажэ гуэрым зы нанэжь дэст, жеIэ, зы къуэ закъуэ иIэу. Къуэ закъуэм зэреджэр Къуиижь ЦIыкIут, къуий лажьэ имыIэ пэтми, зэрыбзаджэм щхьэкIэ фIащауэ. Къуиижь ЦIыкIу цIымбыкъыу шхэрэ махуэр зи кIыхьагъым баш иупсу куэбжэпэм щыс мыхъумэ, зыри ищIэртэкъым.

Арати, махуэхэм ящыщу махуэ гуэрым Къуиижь ЦIыкIу и анэр къыщохьэ:

- Къуиижь ЦIыкIуу къуиижь цIыкIу, - жи, - уэ махуэ еным баш боупс, пцIы боупсри къокIухь, дэ тшхын диIэжкъым: е хьэрычэт щIэ е лIыщIэу хуежьи, зыгуэр къэлэжь, арыншауэ узгъэшхэнкъым!

И анэжьым шху кхъуэщын игъэпцIати, къэлътмакъым ирегъэувэ, гъунэгъум къратауэ зы кхъуей хьэл яIэти, и гуфIакIэм къыделъхьэри къыщIокI, бжьыхьэкIапэм фIэдза я кIапсэшхуэри къадегъакIуэр аби, йоуэри къыдокI. КIуэм-лъейм, кIуэм-лъейурэ ПсыжькIэ еджэу зы псышхуэ хуозэри зэпрымыкIыфу къоувыIэ. Псы уфIэм джэгуу здыIусым маплъэри, щхьищ фIэту зы иныжь къакIуэу къэлъагъу. «Алыхь-алыхь, уэлэхьи, зы хъуагъэщагъэ дыхуемыкIуэмэ, мы къуэбэбжьабэм дыIэщIэкIуэдэнкIэ тIэу емыплъын!» - жеIэри, шху кхъуэщынымрэ кIапсэшхуэмрэ пшахъуэм щIетIэ, кхъуей хьэлыр мывэм хедзэр аби, и лъакъуитI зэтедзауэ мэтIысыж.

Арати, иныжьыр къос, псым къыIуогъуалъхьэри и псыхуэлIэ ирегъэкI: apгъeй хэсмэ, зыIурегъэлъадэ, джей хуэзэми, зыIурегъэмэ­ракIуэ; ипщэкIэ къижым и нэр къышопкI, ищхъэрэкIэ блэжыр псыхьэлыгъуэщ. Иныжьым зегъэнщIри IукIыжыну щигъазэкIэ, Къуиижь ЦIыкIу кIэлъоджэ:

- Ей, гъуамэжь, къызэпрыкIи, мы псым сих! - жи.

Иныжьыр къызоплъэкIри - зыри илъагъуркъым. КъысфIэщIа­гъэнщ жиIэу щыIуигъэзыкIыжкIэ, Къуиижь ЦIыкIу гуэрыр кIэлъо­джэ:

- Ей, къуэбэбжьабэжь, цIыxy къыщоджэкIэ щхьэ къомыгъазэрэ!

Иныжьым зыкъегъазэ, Iэдакъэ жьауэ ещIри къоплъэ:

- Уэ цIыкIужьейра къызэджэр? - жи.

- Сэращ ноджэр, - жи Къуиижь ЦIыкIу. - КъызэпрыкIи сих! СынызэпрыкIрэ укъизмыхыу усшхмэ-щэ?

- КъызэпрыкI закъуэ! Сэ силъ сщIэжыну сыкъэкIуащ.

- IyoxoIy!

- CoxoIy! Ди былымыр фхури фшхащ, къыфпэщIэхуэр дэфхыурэ ди жылэм цIыxy къыдэвнэжакъым, дядэр лъыщIэж нежьати, къигъэзэжакъым. Ар къыфхуэгъун фи гугъэмэ, фыкъопцIэ!

Иныжьыр Iэнкун мэхъу: «МыфIэкIа сурэт зимыIэм щхьэ игурэ и щхьэрэ зэтелъу пIэрэ?» - жи.

- НтIэ апхуэдэу думыгъэщI, - жи иныжьым, - хэтIэхэсэ дыгъэ­джэгуи, укъыстекIуэмэ, укъисхынщ, сыныптекIуэмэ, усшхынщ.

Къуиижь ЦIыкIу мэдыхьэшх:

- ХэтIэхэсэр шкIахъуэ джэгукIэщ, - жи, - шкIахъуэм яужэ­гъужащ, - жи, - жылагъуэм ябгынэжащ, - жи. - Абы нэхърэ къа­рууищкIэ дызэпегъауи, тIyp къэзыхьыр текIуауэ дыгъэщI.

- Ар дауэ?

- Зи дауэращи, уэ улIыр пэжмэ, мы щIым кIуэцIыпкIи, и куцIыр къиху!

Иныжьыр щIым кIуэцIопкIэ, кIуэцIопкIэри, иубэ мыхъумэ, зыри кърихуфыркъым.

- НтIэ мыдэ къаплъэт, хуэмыху! - жеIэр Къуиижь ЦIыкIуи, и шху кхъуэщыныр зыщIивам деж кIуэцIопкIэр аби, шхур къыдреупцIеи.

- Iэлоуэхь! - жеIэри иныжьым егъэщIагъуэ. - Уэлэхьэ, абыкIэ укъыстекIуам, - жи. - Иджы дауэ дызэпеуэнv?

- Еуэ, - жи, - иныжь, уэ улIыр пэжмэ, мы щIым уи Iэр хэгъэлъади, щIым и бынжэр къыхэлъэф!

Иныжьым и Iэ ижьыр щIым хегъэлъадэри, Iэбэрабэурэ зы хьэмыпIэ хъун зэхевыхь.

- Уэлэхьэ, къыхэзмылъэфыф! - жи. - Еуэт уэ!

- Уэлэхьи, сэ абы щхьэкIэ си Iэ ижьыр сымыуцIэпIын! – жеIэри Iэ сэмэгумкIэ пшахъуэм хоIэбэр аби, и кIапсэшхуэм и кIапэр

иIыгъыу къыхелъэф.

- Iэлоуэхь! - жеIэри иныжьым и жьэр къыyIpoxy. - Иджы дауэ?

- Зи дауэращи, уэ лIы урикъур пэжмэ, зы мывэ къащти, хуз аби, псыр къыщIэху!

- Уэ щIыи сыгъэлъагъут! - жи иныжьым.

Къуиижь ЦIыкIу мэIэбэ, мывэм хидза кхъуей хьэлыр къещтэжри, ехуз аби, шышыш жиIэу шэжыпсыр къыщIеху. Ар зылъагъу иныжьым и лъэгуажьэпэхэр мэкIэзыз.

- Еуэт, цIапIэжь, уэри плъэкIым дегъэплъыт иджы! - жи Къуиижь ЦIыкIу.

Иныжьым зы мыващхьэ къещтэри и нэхэр къыщихуауэ ехуз, арщхьэкIэ мывэм щIэмыт псыр къыщIэпхун? Иныжьым лъэ­гуажьэмыщхьэ зрегъауэри, къолъаIуэ:

- CумыукI закъуэ, - жи, - сыт ухуейми пхуэсщIэнщ!

- КъызэпрыкIи сызэпрых!

Иныжьыр кIэзызу Псыжь къыхохьэри и лъэгуажьэм къэмысу къызэпрокI. Къуиижь ЦIыкIуp и дэмэм трегъэтIысхьэри псым хохьэж. Бзу тесуи къыщыхъуркъым ар иныжьми, егъэщIагъуэ:

- Субхьон алыхь, - жи, - апхуэдиз зи лъэщэгъ уэ апхуэдиз щхьэ уи псынщIагъ?

Къуиижь ЦIыкIу дэхьэш, нэпцI зещI:

- УзмыпIытIын щхьэкIэ, зыптызоIэтыкIри аращ.

- ТIэкIу зыкъыстегъэхьэлъэт-тIэ!- жи иныжьым.

Къуиижь ЦIыкIу баш зэриупс и сэр кърехри иныжьым и дамэм xeIy.

- СопIытI мыгъуэр, зыстеIэтыкIыж! - мэкIий иныжьыр. Къуиижь ЦIыкIу и сэр къыхечыж.

Иныжьыр Псыжь зэпрокIри Къуиижь ЦIыкIу къригъэпсыхыжыну хуожьэ, модрейм идэркъым.

- Сыхь, - жи, - фи деж!

Иныжьыр магъ:

- Си къуэшхэр пшхынущ, - жи.

- Адэ дынэсмэ, абы и унафэри тщIынщ, - жи Къуиижь ЦIыкIу. - ЦIыxy хуэдэукъысхущIэкIмэ, я гугъу сымыщIынкIи хъунщ.

Иныжьхэм я унэр мывэ сэреишхуэт, жи, бзу лъэтар щхьэпры­мылъэтыфу. Къуиижь ЦIыкIу иныжьыр куэбжэм деж къыщегъэу­выIэри къопсых:

- КIуэ, - жи, - уи къуэшхэм хъыбар егъащIэ сыкъызэрыкIуам­кIэ. ЕкIурэ-ещхьу срамыгъэблагъэмэ, ясщIэнури яжеIэ!

Иныжьыр дохьэжри и шынэхъыжьитIым лъэгуажьэмыщхьэ зэхурегъауэ:

- Дыунэхъужа мыгъуэщ! - жеIэри.

- Къэхъуар сыт?

- Иужь дыдэ тшха цIыкIужьейм и къуэр къэкIуащ.

- Пшэр хьэмэ уэд? - Я гурыIупсыр иракъух иныжьхэм.

- Чш-ш-ш! - жи нэхъыщIэм. - Ар зэхихмэ, дыкIуэдащ. Мыр цIыкIужьей къызэрыкIуэкъым: лъэдакъэкIэ щIым и куцIыр къреху­ри ебзеиж...

НэхъыжьитIым я фэр покI.

- ХоIэбэри щIым и бынжэр къыхелъэф..

ИныжьитIыр мэкIэзыз.

- Мывэр ехузри псыр къыщIегъэж!

ЗэшитIыр мэкIэкуакуэ.

- ГъущI гъэплъа IэдакъэкIэ къегъэшри шыкIэ закъуэкIэ уафэм докIуей.

- НтIэ уунэхъуну къытхуэпша! - жаIэри нэхъыжьитIыр къощ­хьэфауэ я шынэхъыщIэм. - ЛIо иджы тщIэжынур?

- ЦIыхугъэ къызахмэ, къызэлынкIэ хъунщ, жеIэ. Фыпежьи, зэрыхуэфащэкIэ къевгъэблагъэ!

ИныжьитIыр кIэкуакуэу докI. Зым щхьибл фIэту, адрейм щхьибгъу фIэту - иныжьитIым яку дэту Къуиижь ЦIыкIу ирагъэб­лагъэ хьэщIэщымкIэ.

- Мэл пхуэдукIын, бжэн пхуэдукIын - сыт нэхъ къапщтэрэ? - ­зыкъыхуагъэщхъ иныжьхэм.

Къуиижь ЦIыкIу и щхьэр егъэкIэрахъуэ:

- Уэлэхьи, сэ мэл-бжэнкIэ шха сымыхъун: вы ехъуа схуэвукI!­ - жи.

- Iay, вы ехъуа пшхыфыну?

- АбыкIэ сызэфIэкIмэ, фыгуфIэ!

Зэшищыр щIыбкIэ икIуэтурэ щIокIыж, выгъашхэр яукIри ягъавэ, лэгъупитIкIэ пIастэ хуащI. Махъсымэ кIадэ щIыгъужу Iэнэр къыхуаухуэри къыщхьэщоувэж:

- Шхэ, ди хьэщIэ лъапIэ! - жаIэри.

- Сэ сыщышхэкIэ си нэм лъы къытолъадэ, сфIызэхэгъуащэрэ фэри фыдэзгъакIуэм, дауэ хъужын?

Иныжьхэр щIожри мэзым зыщIагъапщкIуэ. Къуиижь ЦIыкIу хуэшхыр ешх, хуифыр ирефри къэнар мащэм ирекIутэж. Иныжьхэм къагъэзэжмэ - жьэм жьэдэплъхьэн щымыIэжу. Зэшищым загъэпщ­кIури, мэчэнджащэ. «Дауэ тщIым дауэ хъуну? - жаIэри. - Мыр къытхуинэмэ, зы мазэм ди мылъкур ишхынщ. ДывгъэvкI! Ныжэбэ зэрыжейуэ дывгъэукI!» - жаIэри зэгуроIуэ. Жэщ зэрыхъуу къауцы­пIэ хуащI, Къуиижь ЦIыкIу ягъэгъуэлъыжри, щIыбкIэ икIуэтурэ иныжьхэр щIокIыж.

- Догуэ, цIыкIужьейр жейрэ мыжейрэ сыткIэ къэтщIэну? - жи нэхъыжьым. - Ар мыжея щIыкIэ дыщIыхьэмэ, дянэр тхуигъагъын­къэ!

НэхъыщIэрат цIыкIужьейр зыхьари, тезыру къытралъхьэри къагъакIуэ и жеикIэр кърагъэщIэну. Псы къыхущIихьа хуэдэ къыщIохьэри къоупщI:

- Сыт уи жеикIэ? - жери. - Ужейуэ дыкъыщIыхьэрэ укъэдгъэу­шмэ, жыдоIэри догузавэ.

- ЛIо си жеикIэр? - жи Къуиижь ЦIыкIу. - ЦIыху жеикIэу сожеи: сыIурихамэ, сыпхъэ дакъэжьщ, сыкъэушамэ, сысыринапщэщ. Сыпырхъыу зэхэфхмэ. фыкыщIыхьэ, сыпхъэ тыкъырмэ, си гугъу къэвмыщIу сывгъэжей!

Иныжьыр арат зыхуейри щIокIыж: ар зэрыщIэкIыжу, Къуиижь ЦIыкIу и пIэм зы пхъэ дакъэжь хегъэукIурие, шхыIэныр трепIэжри, езыр докIуейри бгыкъум къеплъыхыу къытотIысхьэж. Жэщ ны­къуэм деж лэгъупышхуэкIэ псы къагъэкъуалъэри къахь. Щхьэгъу­бжэмкIэ къыдоплъри, пIэм пхъэ дакъэжь хэлъу щалъагъукIэ, цIыкIужьейр жеящ жаIэр аби, мэгуфIэри псывэ лэгъупыр къытракIэри, щхьэж и занщIэр и гъуэгуу мэзым щIолъэдэж, лIа нэужь къэдгъэзэжынщ жыхуаIэу. Къуиижь ЦIыкIу, зыхуеиххэрати, къо­хыжри мэгъуэлъыж.

Нэху мэщри иныжьхэр плъакIуэ къокIуэж. ХьэщIэщым къы­щIохьэри - цIыкIужьейр къэушащи, пырхъыжу хэлъщ. Ягу фIы щыщIэнт иныжьхэм! КIэкуакуэу щхьэщохьэ цIыкIужьейми:

- ПщэдджыжьфIохъу апщий! - жраIэ. - Дауэ ужея, зиусхьэн?

Къуиижь ЦIыкIу къызэщоу, и нэм щIоIуэтыхьри къахоплъэ.

- Е уанэ мыгъуэр тезылъхьэн, - мэхъурджауэ Къуиижь ЦIыкIу, - апхуэдэ лей хьэщIэм ирах хабзэ! Щхьэгъубжэри бжэри къэвгъэбыдэщ аби, сыщIэбэмпIыхьащ, пщIэнт Iэпсыр къыспыжу сыхэлъащ. Флъагъурэ мы си пIэр зэрыпсыф!

Иныжьхэр зоплъыж: е зи унэр кIуэдын, а псывэ лэгъупыр пщIэнтIэпсу фIэкI зыщымыхъуам дауэ уеплърэ жыхуаIэу.

Зэшищыр зэхотIысхьэжри зочэнджэщ: «Дауэ тщIым дауэ хъуну? - жаIэри. - Е дэбзэджэкIынщи, дыукIынщ, е дыкъищIэнщи, дызэтриукIэнщ. Девгъауи, ныжэбэ пхъэ дакъэжь зэрыхъуу, джатэ­кIэ дывгъэупщIатэ!» - жари зэгуроIуэ. Жэщ хъуху я джатэхэр ялъри мывопцIи дадзэж, жэщ зэрыхъуу хьэщIэр ягъашхэри ягъэгъуэлъыж. Иныжьхэр зэрыщIэкIыжарауэ, Къуиижь ЦIыкIу аргуэру и пIэм пхъэ дакъэжьыр щIегъэукIурие, езыр бгыкъум докIуейри къеплъыхыу тотIысхьэж.

Арати, жэщ ныкъуэр мэхъу. Жэщ ныкъуэр зэрыхъуу зэшищыр щхьэкъубжэмкIэ къыщIоплъэ: цIыкIужьейр пхъэ дакъэжь хъуауэ хэлът. Я псэр дзапэкIэ яIыгъыу зэшищыр къыщIохьэри пхъэ дакъэжьыр джатэкIэ яупщIатэ цIыкIу-цIыкIуу. ЯупщIатэри, щхьэж и занщIэ и гъуэгуу, мэзым щIолъэдэж, цIыкIужьейр лIэху дыщIэсынщи, къэдгъэзэжынщ жыхуаIэу.

Къуиижь ЦIыкIу, зыхуеиххэрати, къохыж, и пIэр егъэкъэбзэжри мэгъуэлъыж. Нэху къокIри иныжьхэр лъапэпцIийуэ къыщIохьэ хьэщIэщым: цIыкIужьейр къэушауэ хэлъщ.

- ПщэдджыжьфIохъу апщии, зиусхьэн! - жаIэ. - Дауэ нэху укъекIа?

Къуиижь ЦIыкIу къызэщоури, и нэм щIэIуэтыхьурэ, къахоплъэ, къохъурджауэ:

- Е уанэ мыгъуэр тезылъхьэн, - жи, - апхуэдэ лей хьэщIэм ирах хабзэ: нэху щыху бжьыдзэм сагъэжеякъым, сызэхашхыхьащ!

Иныжьхэр зоплъыж: е зи унэр кIуэдын, джатищыр бжьыдзэу фIэкIа зыщымыхъуам удэджэгурэ уэ жыхуаIэу. ИтIанэ зэшищми зэуэ лъэгуажьэмыщхьэ зыкърагъауэри къолъаIуэ:

- Зиусхьэну ди хьэщIэ лъапIэ, мылъкуу диIэ псор удот, домыукIыу кIуэж закъуэ! - жаIэри.

- Хъунщ, - жи Къуиижь ЦIыкIу, зыхуейр арати. - Апхуэдизу фыщылъаIуэкIэ, фи шыгъупIастэм и хьэтыр слъагъунщ, ауэ фи дыщэр къэпищу, фи дыжьыныр къэпиблу, фи ахъшэ хужьыр къэпибгъуу фязым къытефлъхьи, севгъэхьыж, фыкъызэлыну фы­хуеймэ!

- Уэращ къэзыхьари уэ хьыж! - жаIэри я шынэхъыщIэ гуэрым къытракъуэ.

Я дыщэр къэпищу, я дыжьыныр къэпиблу, я ахъшэ хужьыр къэпибгъуу шынэхъыщIэм трапхэ, Къуиижь ЦIыкIу абы къытрагъэ­тIысхьэжри, къыдагъэкIыж.

- КхъыIэ, зыкъыстумыгъэхьэлъэ зэ хуэдэу! - жиIэурэ къехьыж иныжь делэм.

Къуажэбгъум къэсыжауэ къегъэувыIэри, Къуиижь ЦIыкIу къоп­сых:

- Сэ сыдыхьэжынщи, Iуэхур дянэм гурызгъэIуэнщ, - жи, ­армыхъумэ зэрымыщIэкIэ укъилъагъумэ, уIэщIэкIуэдэнкIэ хъунщ.

Къуиижь ЦIыкIу къыдохьэжри Iуэхур и анэм хуеIуатэ, иныжьым зэрызыкъригъэлъагъун хуеймкIи къегъэIущ аби, итIанэ, махъшэ хуэдэ, и IумпIэр иIыгъыу иныжьыр къыдешэ, хьэ лъакъуиплI зрегъэщIри, унэм щIешэр аби, хьэлъэр къытрех.

- TIыс, иныжь, уеша хъунщ, - жеIэри егъэтIыс, и анэм йоджэри къыщIешэ. - Умыгубжь, дянэ! - жи, - мы иныжьыр си ныбжьэгъуу аращ, тIэкIу дегъэдзакъэ!

Нанэжьым и нэщхъыр уфауэ къехьри шей къытрегъэувэ. - Уа, дянэ, дэ шейкIэ шха дыхъунукъым, - жи Къуиижь ЦIыкIу, - лы тхуэгъажьэ!

- Тхьэ, лы димыIэж! - жи нанэжьым. - Ауэ зы иныжьыкуэ къытхуэнэжащи, иджыпсту фхуэзгъэжьэнщ.

Ар зэрызэхихыу, самышх щIыкIэ жыхуиIэу, иныжьыр къы­щолъэтри цIытхъытхъ! - Я бжэ блыпкъыр хеуд аби, макIуэ-мэцIыв, щIопхъуэж. Хьэчэхьэпсэу здэжэм, зы бажэжь ЦIыкIу къыхуозэ:

- Мыр слIо, иныжь, хьэчэхьэпсэу уздэжэр дэнэ? - жи.

- Къуиижь ЦIыкIу сишх пэтащ, - жи иныжьым. - ЕрагъкIэ сыкъыIэщIэкIауэ сокIуэж.

- Сыту уиныжь делэ уэ! - жи бажэм. - Къуиижь ЦIыкIу уи лъэджажэм къэсыркъым, дауэ уэ абы узэришхынур? Утеувэм, хьэндыркъуакъуэм хуэдэу, упIытIынущ; уепщэм, бжэныцрэ хьэцыпэу I уебгъэхынущ!

- Пэжуи?

- Пэжу!

- Уащхъуэ Мыващхъуэ КIанэ, дэ абы къыдищIар хуэзмыгъэгъун - жиIэри къигъэзэжащ. - Хьэндыркъуакъуэм хуэдэуи сымыпIытIын, бжэныцрэ хьэцыпэуи Iуезмыгъэхын: зыIурыздзэнщ аби, сшхынщи сыхэхьэжынмэ!

Бажэжь цIыкIури абы бгъурыту къожэ, Къуиижь ЦIыкIу зэрашхым еплъыну.

Къуиижь ЦIыкIу унэм щIэплъри, ар щилъагъум, щIэжри япежьащ:

- А си шыпхъу цIыкIу, а си Iущ цIыкIу, иныжь делэр къэбгъэп­цIауэ къысхуэпшэжу ара? - жиIэри.

- А емынэр си унэм ихьэщ, мыр мыбы и шыпхъу пцIыупсу къыщIокIри! - жиIэщ аби, иныжьыр къелъэпауэри, бажэжь цIыкIур хьиру щIихуащ, езым игъазэри бауэбапщэу я пщIантIэ дэлъэдэжащ:

- Уэихь! - жиIэри. - Уэихь!

- Сыт аргуэру къэхъуар? - жаIэри шынэхъыжьитIыр къыщIож.

- ЦIыкIужьейм иныжьил яшхыу къыщIэкIащ, иджы дишхыну къокIуэ!

- Емынэр ди унэм ихьэщ! Хьайдэ маржэ, мы щIыпIэр дывгъэб­гынэ: дэ дишх мыбы щыIэжу къыщIэкIынкъым! - жаIэри, я мылъкуи я щIапIи къанэу щIэщтэри, хэкум икIыжащ.

Къуиижь ЦIыкIурэ и анэмрэ Iэпхъуэри иныжь зэшищым я унэм щIэтIысхьауэ ноби ныжэби щIэсщ. Къуиижь ЦIыкIу хъаным и пхъур къишэри бынунагъуэшхуэ хъуауэ матхъэ-машхэри мэпсэу, ауэ зыдэс къуажэм и цIэр сщыгъупщэжащ. УкIуэ хъумэ, сэлам схуехыж.

 

ТУМЭН УАСЭ АПЭСЫ

Еуэрэ-еуэрэт, жи: мис мы ди къуажэжьым хуэдэ зы къуажэфI гуэрым дэст, жеIэ, зы лIы бэлыхь, и унагъуэ исыжу. Мэш ищIэмэ, къехъулIэрт, Iэщ игъэхъум, хуэбагъуэрт. Гузэвэгъуэ къэхъуамэ, шэсырти, жылагъуэм яхыхьэрт, гуфIэгъуэ къэхъуами, и цIыхугъэ Iыхьэ иIыгъыжт. Фыз иIэти, фызыфIт, пхъу иIэти тхьэIухуд нэ закъуэт, ауэ къуэ закъуэ иIэти, сыт ищIами, цIыxy хуэхъуртэкъым: еущиемэ, сэмэгумкIэ ихьэрти, ижьымкIэ икIыжырт; ешхыдэмэ, ижьымкIэ ихьэрти, сэмэгумкIэ икIыжырт; къэгубжьрэ иубэрэжьмэ, узыр зэрыхэвыкIыжу, псори щыгъупщэжырт.

ЛIы бэлыхьым и къуэ закъуэр щыхуэмыгъасэм, и пыIэжьыр игъэтIысри ечэнджэщыжащ, жи:

- Ярэби, си пыIэжь, мыхъур щыхъуж, ямыщIэри зыщIэ, мы си щIалэ делэм сытыр и Iэмал, сытыр и бгъэдыхьэкIэ? Ижь зыхузощIри зэхищIыкIыркъым, сэмэгу зыхузощIри гурыIуэркъым - сIэщIэу­кIэнкIэ сошынэ.

Ар къыщыхъуар зэман жыжьэт, жи, абыхэм щыгъуэ пыIэхэри псалъэу щытагъэнти, лIы бэлыхьым и пыIэр къэпсалъэри, къыж­риIащ мыпхуэдэу:

- ЛIы бэлыхьу лIы бэлыхь, - жи, - а уи къуэ закъуэр уэркIэ гъэса хъунукъым.

- АтIэ хэт зыгъэсэнур?

- Илъэс лIыщIэу ты!

Къуажэ гуэрым дэст, жеIэ, ТэнащыкъуэкIэ еджэу зы лIы хъарзыни, абы иритыну мурад ещI. Мэшэс, и къуэ закъуэр и ужь ирегъэувэри докI. КIуэм-лъейм, кIуэм-лъейурэ, дыргъыпс лъэмыжым нэсауэ къызэплъэкIмэ - и къуэ закъуэр бгъуэтмэ къащтэ! Къигъэ­зэжри жыг щIагъ гуэрым жейуэ щIэлъу къигъуэтыжащ.

- А хыпIым я кум къыдэкIа! - жиIэри, и пэ иригъэувэщ аби, Урыхужь зэприхури Тэнащыкъуэм деж ихуащ:

- Мыр лIыщIэу cIых! - жиIэри. - ИлъэскIэ гъэлажьи, къилэжьаIами нети, нэутIыпщыж.

Тэнащ и къуэр цIыхуфIыщэ хъунти, и ныбжьэгъум и къуэ закъуэм тримыундагъуэурэ илъэскIэ иIыгъащ. И ныбэ изу игъашхэу, и фэм хуэфIу ихуапэу, джэгу къэхъумэ, игъакIуэу... Апхуэдэу илъэскIэ игъэхьэщIэщ аби, лIыщIапщIэ хуэдэу дыщэ тумэни къритри къигъэкIуэжащ.

Ар щилъагъум, лIы бэлыхьым и пыIэжьыр щхьэрихри, и пащхьэ къригъэтIысхьэщ аби, аргуэру ечэнджэщащ:

- Ярэбийуэ си пыIэжь, мыхъур щыхъуж, ямыщIэр зыщIэ, зыщIэри зэупщIыж, си къуэ закъуэр илъэс лIыщIэ къикIыжащи, дауэ хъум дауэ хъуну? - жиIэри.

ПыIэжьым жеIэ:

- ЛIыщIапщIэу къихьар къеIыхи, езым илъагъуу Урыху хэдзи, зэрыхъур плъагъунщ! - жери.

ЛIы бэлыхьыр йоупщI и къуэ закъуэм:

- ЛIыщIапщIэу сыт къэпхьа, си щIалэ?

- Дыщэ тумэн.

- Мыдэхьыт-тIэ! - жери, къыIех аби, зегъэкIэрахъуэри дыщэ тумэныр Урыхужь хедзэ.

И къуэ закъуэр и пащIэкIэ щIогуфIыкIри йожьэж. ЛIы бэлыхьыр аргуэру, и пыIэжьыр щхьэрех аби, йочэнджэщ:

- Плъагъурэ зэрыхъуар! - жи. - 3ыри къикIакъым. Ар дауэ?

- Уи къуэ закъуэм щай и мыуасэу зы тумэн къихьати, къызыхэкIам хэхьэжащ. Уи къуэ закъуэр лIы хъуну ухуеймэ, тумэн уасэ апэсы къыщилэжьын гъакIуэ!

- Дэнэ згъэкIуэн?

- Ботэщэй Абазыкъуэм деж гъакIуэ.

ЛIы бэлыхьыр мэшэсри, и щIалэ закъуэр Ботэщэй ешэ, Абазыкъуэм деж:

- Сэлам алейкум, Абазэ и къуэжь! Уэ алейкум сэлам, лIы бэлыхь! Еблагъэ!

- ФIым дыхуиблагъэ! - жи лIы бэлыхьым. - Ярэби, Абазыкъуэжь, мы щIалэ закъуэр илъэс лIыщIэy схуэщтэ!

- Ерэхъу, къэгъанэ.

- ИлъэскIэ гъэлIыщIи, къилэжьIами ныIэщIэлъхьи, нэутIып­щыж.

ЛIитIыр зэгурыIуэщ. Iэгулъэ, зэхуеуэжри зэбгъэдэкIыжащ. ЩIалэ закъуэр лIыщIэу къонэ. Абазыкъуэри йогупсыс: «Уэлэхьи, мы лIы бэлыхьым и къуэ закъуэр гугъу езгъэхьмэ, и жагъуэ хъунмэ! Мыр къыщIишар сигъэунэхуну арагъэнщи, цIыхугъэншэу сыкъыху­щIэкIынкъым», - жиIэри щIалэжьыр илъэс енкIэ игъэфIащ, игъэт­хъащ, дыщэ тумэни къыIэщIилъхьэщ аби, къигъэкIуэжащ.

- ЛIыщIапщIэу сыт къуата, си щIалэ закъуэ?

- Дыщэ тумэн.

- Мыдэ къащтэт-тIэ! - жеIэри, Дыщэ тумэныр къыIехыр аби, зегъэкIэрахъуэри Урыхужь хедзэ.

Ар зылъэгъуа и къуэ закъуэр и пащIэкIэ щIогуфIыкIри джэгуакIуэ иожьэж. ЛIы бэлъыхьым аргуэру и пыIэжьыр зыщхьэрех, и пащхьэм кърегъэтIысхьэжри йочэнджэщ:

- Сытыр си Iэмал, дауэ тщIымэ, дауэ хъуну? - жеIэри.

- Уи къуэ закъуэм сыт къилэжьыфа? - жи пыIэжьым.

- Щай и мыуасэу дыщэ тумэн.

- НтIэ, Аргудан уи ныбжьэгъужь дэс?

- Дэсщ.

- НтIэ, мис абы деж гъакIуэ илъэс лIыщIэу.

ЛIы бэлыхьым и къуэ закъуэр къреджэ:

- Еуи, си щIалэ, Аргудан дэс си ныбжьэгъужьым деж кIуэи, илъэскIэ хуэлIыщIи, къэкIуэж! - жери.

ЩIалэжьыр лIыщIакIуэ здэкIуэм щагъафIэ-щагъатхъэу есати, гуфIэри, кIыфI зэхэту къэтэджщ аби, кIуащ Аргудан:

Мыращ, си адэм и ныбжьэгъужь, си адэм илъэс лIыщIэу сыкъыпхуигъэкIуащ, - жиIэри.

- Си ныбжьэгъужьым и Iуэхухэр дауэ щыт?

- Алыхьым узэрелъэIунщ.

Ныбжьэгъужьыр тIысри гупсысащ: «Уэлэхьи, си ныбжьэгъужьыр лIыщIапщIэ хуэмыныкъуэ! Сэ сощIэ ар къыщIигъэкIуауэ зы­хуейр!» - жиIэри, щIалэжьыр ириджэри, хьэнцэ къритащ:

Пщэдджыжьышхэ ушхэн уи гугъэмэ, кIуэи, си шэщри, си бори, си чэтри къэтхъуи, IэщIэлъын яхуиудэж! - жиIэри.

ЩIалэжьым хьэнцэр къыIихри, шэщыр къитхъуу уващ, ар­щхьэкIэ емысар лэгъупэжь хъурэ: щIалэм чэтыр къэтхъун щиухам, шэджагъуэ нэблъгъати, шэджагъуашхэ ягъашхэри, мэз ягъэкIуащ. Мо игъащIэм мэз мыкъуaм пхъэгулъэ къишэу къэкIуэжыху жэщ ныкъуэ хъуати, пщыхьэщхьэшхэр фIэкIащ жаIэри ямыгъашхэу ягъэгъуэлъыжащ. Апхуэдэу и кIэтIий и вакъэпсу ягъэлажьэм, къилэжьам нэхъыбэ кърамыгъэшхыурэ, щIалэжьыр Iуэхум хагъэ­гъуэзащ, ауэрэ лэжьакIуэфIи хъури, илъэсыр дэкIа нэужь, и адэм деж къагъэкIуэжащ.

- УкъэкIуэжа, си щIалэ закъуэ! - къьшожьэ лIы бэлыхьыр.

- СыкъэкIуэжащ, дядэ.

- Сыт къэблэжьыфа?

- Апэсы.

- Мыдэ къэхьыт-тIэ! - жиIэри, апэсыр къыIихщ аби, зигъэкIэ­рахъуэри, Урыхужь хидзэну щыхуежьэм, и къуэ закъуэр пхъуэри къыIэщIичыжащ:

- Хозгъэдзэнкъым! - жиIэри. - Сэ илъэс псом си кIэтIийр си вакъэпсу къэзлэжьа тIэкIур уэ псым щIыхэбдзэнур сыт?

И адэр гуфIэри къыщIыхьэжащ, и пыIэжьыр щхьэрихщ аби, и пащхьэм къригъэтIысхьэжри, Iуэхур зэрыхъуар жриIэжащ. ПыIэжьри къопсалъэри мэгуфIэ:

- Уи къуэр лIы хъуащ, - жи. - Тумэн уасэ апэсы къылэжьащ. Къыхуэши, гъэтIысыж. Уигу мыныкъуэу зыхэгъэкIи, гъэтIысыж, си Iуэхущ иджы ар шхын щхьэкIэ лIэмэ!

ЩIалэ закъуэм хъыджэбзыфI къыхуашэри, зыхагъэкIын щхьэкIэ унэ щыхуащIым, тумэн уасэ апэсыр унэ лъабжьэм щIрагъэубыдащ, жи. Иджы матхъэ-машхэри ди къуажэкIэм деж щысщи, умыщхьэх­мэ, кIуэи плъэ!

 


Поделиться с друзьями:

Эмиссия газов от очистных сооружений канализации: В последние годы внимание мирового сообщества сосредоточено на экологических проблемах...

Механическое удерживание земляных масс: Механическое удерживание земляных масс на склоне обеспечивают контрфорсными сооружениями различных конструкций...

Наброски и зарисовки растений, плодов, цветов: Освоить конструктивное построение структуры дерева через зарисовки отдельных деревьев, группы деревьев...

Организация стока поверхностных вод: Наибольшее количество влаги на земном шаре испаряется с поверхности морей и океанов (88‰)...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.071 с.