Щауэ и къуэ Щауэрэ хъаныжьым и пхъу 3акъуэмрэ — КиберПедия 

Особенности сооружения опор в сложных условиях: Сооружение ВЛ в районах с суровыми климатическими и тяжелыми геологическими условиями...

Таксономические единицы (категории) растений: Каждая система классификации состоит из определённых соподчиненных друг другу...

Щауэ и къуэ Щауэрэ хъаныжьым и пхъу 3акъуэмрэ

2017-06-02 536
Щауэ и къуэ Щауэрэ хъаныжьым и пхъу 3акъуэмрэ 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

Еуэри, жеIэ, зы хъаныжь ябгэ щыIэти, и гуащэр уэндэгъушхуэу къигъанэри, зекIуэ ежьащ, шу гуп иришажьэри. Ежьэри, кIуэм­-лъейм, кIуэм-лъейурэ, я псыр яухауэ Къумыхум ихьащ. ЗдэкIуэм псынэ къалъыхъуэри, къаруи-псэруи къахуэмынэжауэ, йоуэри, зы псыкъуий IуощIэ. Фэндыр ебгъэжэхкIэ къихъуэнуIатэкъыми, хъаныжьым лIы гъусэхэр къиплъыхьащ:

- Хэт ихьэн?- жиIэри.

-Сэ сихьэнщ, - жери, зылI ихьащ, фэндыр и кIэпкъым кIэрыщIауэ; зытэлай дэкIри, щхьэ пымытыжу кърахыжащ.

- Иджыри хэт ихьэн?- жаIащ.

- Сэ сихьэнщ, - жери нэгъуэщI зы йохьэ, фэндыр и кIэпкъым кIэрыщIауэ; тэлай докIри, аргуэрым щхьэ пымытыжу кърахыж.

НэгъуэщI зыми сихьэнщ жиIа щхьэкIэ, хъаныжьым хуидакъым.

- Гуп дишри щхьэ япымыту къишэжащ къысхужаIэнщ, ­жиIэри. - Иджи сэ сихьэнщ, - жери, аркъэныр и бгым идзарэ фэндыр и кIэпкъым кIэрыщIауэ, езыр ехащ.

Еувэхри - зы щIыпIэкIэ псынэ дахэ дыдэ къыщIэжурэ ежэкIыу апхуэдэт, жи, псыкъуийр. ЛъитIым я щхьэри пыупщIауэ абдежым щылът, абы япэмыжыжьэу зы джатэ пцIанэжьи хэсауэ хэтт, жи. ЛъэныкъуэкIэ зы пхыщIыкI гуэр иIэти, плъэри - и щхьэр лъэныкъуэкIэ ежьэкIауэ зы щIалэ къабзэ гуэр Iэнэм пэрысщ, щхьэ къэIэт имыIэу матхэри.

Хъаныжьым ар щилъагъум:

- Сэлам алейкум! - жери сэлам ирихащ.

- Уэ алейкум сэлам, еблагъэ!- жи щIалэми, ауэ и щхьэр къимыIэту матхэ.

- Ярэби, - жи хъаныжьым, - мы псым сефэну хуит сыкъэпщIын?

- Ефэ, - жи, - урикъуху!

Щхьэщыгъуалъхьэри зигъэнщIыху ефащ хъаныжьыр.

- Ярэби, щIалэ, си щхьэр щхьэ игъэузрэ жумыIэнум, иджыри сыноупщIынут, - жеIэ, жи, хъаныжьым.

- УзыхуеймкIэ къызэупщI, сэ жэуап уэстынщ.

- АтIэ, мы псым щыщ дрезгъэхьеину хуит сыпщIын?

- Узыхуейм хуэдиз дрегъэхьей!

Фэндым псы из ищIри дригъэхьеящ, ткIуэпс кърамынэу ирафащ.

ЕтIуанэу из ищIри дригъэхьеящ, аби ткIуэпс кърамынэу ирафащ. Ещанэуи из ищIри дригъэхьеящ, фэнд лъащIэм псы тIэкIу иту кърагъэхыжащ: гупым загъэнщIыжат.

- Ярэби, - жеIэ хъаныжьым аргуэру, - мыпхуэдиз пIэщIэгъуэр птелъу птхыр сыт?

- Мы гъэм зэхъузэбзу къалъхум я нэчыхьыр сотх, - жи щIалэм.

- АтIэ си гуащэр уэндэгъуу къэзгъэнащи, сыту пIэрэ къилъхунур?

- Хъыджэбз къилъхуащ, - жи.

- АтIэ абы и нэчыхьыр хэт хуэптхрэ?

- Уи унэIут фызым къуэ къилъхуати, абы хуэстхащ уи пхъум и нэчыхьыр.

- Уэлэхьи, хуэптхами, езмытын!- къолъ хъаныжьыр.

- Йомыт.

Аргуэру хъаныжьым жеIэ:

- Ей, щIалэ, - жи, - нэчыхьыр птхами, къутэж: уэлэхьи, езмытыну!

-Йомыт, - жи щIалэми.

- АтIэ, - жи хъаныжь гуэрым, - мы щхьэхэр щхьэ пыбупщIа?

- Ахэр сэракъым пызыупщIар, мо джатэ пцIанэжьыращ.

- Сыт щхьэкIэ?

- ЗанщIэу къызэреувэхыу, сэламыр ящыгъупщэщ аби, псым ефэну щхьэщыгъуэлъхьати, джатэжьым и къалэныр игъэзэщIащ, ­жи щIалэм, и тхэныр зэпимыгъэууэ.- Ар тхьэм иуха Iуэхущ. Уэ сэлам къыдэпхати, хуит ухъуащ.

- АтIэ щхьэхэр схьыж хъуну?

- Уи щхьэ кIуэдакъым, уи щхьэр пытмэ, кIуэж!

Арати, аркъэныр и бгым иридзэри хъаныжьыр къыдрахьеижащ.

И пхъум хуатха нэчыхьыр и щхьэм ихьати, хьэдитIыр шым къытрапхэри, хъаныр къокIуэж. И фызым пхъу къилъхуат, и унэIу­тым къуэ къилъхуати, тхьэ иIуащ зиусхьэным: «Уэлэхьи, ар абы иритами, сэ езмытын!» - жиIэри. Еуэщ аби, унэIут фызым и сы­маджэпIэм щIалэ цIыкIyp къыхилъэфщ аби, къэлътмакъым иригъэ­тIысхьэри, дихри ежьэжащ. Езым зы бгыху жыжьэ гуэр ицIыхути, абы ихьри, сабинр щидзащ, тхьэр игъэпцIакъэ иджы си пхъур имышэмэ, жиIэри.

УнэIут фызым цIутI жиIэну хуиттэкъым.

Йоуэри, а бгыхум ипщэIуэкIэ бгъуэнщIагъ иIэти, закъуэшитI щIэст, жеIэ абы, мэл-бжэн ягъэхъуу. Нэхъыжьым мэлыр игъэхъурт, нэхъыщIэм бжэныр игъэхъут.

Арати, нэхъыщIэм чицIхэр щIигъэфыну бжэнхэр къихужырт пщыIэми, а бгыхум деж къызэрысу, зы бжэн гъэшыфIэ яIэтн, ар хъушэм хэкIт, бгыхум кIэрыхьэрти бзэхырт, жи. Мыдрейхэр пщыIэм къэблэгъэжа нэужькIэ, бжэн джабэхур къахыхьэжырт, и шхуэлым шэ щIэмытыжу. Ар здэкIуэр къыхуэгъуэтыртэкъым щIалэми, еуэри, жэщ гуэрым и шынэхъыжьым жриIэжащ псори.

- АтIэ, - жи нэхъыжьым, - пщэдджыжь уэ мэлыр теху: сэ бжэныр тесхунщи, уэлэхьи, сэ ар здэкIуэр къэсхутэнмэ!- жери.

ЗэгурыIуэри, апхуэдэу ящIащ. Шэджагъуэр хъури, нэхъыжьым бжэнхэр кърехужьэж. Бгыхум къэсри, бжэн джабэхур бгыхум кIэрыхьауэ къилъэгъуащ. КIэлъежьэри, кIэлъыплъурэ, къуэ зэхуа­кум дохьэ бжэныр. Къуэ зэхуакум жыг дыкъуакъуэ цIыкIy дэтти, бжэн джабэхур абы еупсеяуэ уври, зыгуэр зыщIигъэфащ. «Алыхь­алыхь, уэлэхьи, мыр зы бзаджэнаджэ гуэру къыщIэкIынум!»­ - жиIэри, бжэныр къыдэкIыжа нэужь, езыр дыхьащ.

ФокIэщI иIыгът щIалэми, гынжьейр тригъащхьэщ, иригъапщэри тригъэуащ, арщхьэкIэ, гынжьейр трисыкIа мыхъумэ, уакъым. ЕтIуанэу тригъащхьэри тригъэуа щхьэкIэ, уакъым, гынжьейр трисыкIа мыхъумэ. Ещанэми уакъым. «Янэр ишхыж, сишхыну щытми, сэ а уэ узыгъэшынам семыплъым!» - жиIэри екIуалIэмэ - сабийт! Мо шэ ефа сабийр «пыху» жиIэу жейуэ щылът, жи.

ЩIалэм ар игъэщIагъуэри, ищIэнур имыщIэу къэкIуэжащ.

- Къэбгъуэта?- жи шынэхъыщIэм.

- Къэзгъуэтащ, - жи мыдреqми.- Сабий цIыкIуу къыщIэкIащ.

Хъыданжэрумэм кIуэцIылъу мэжейри мыпхуэдэ къуэ зэхуакум дэлъщ.

- НтIэ дауэ тщIыну?

- ТщIэнуращ: мэлымрэ бжэнымрэ зэхэгъыхьи уэ гъэхъу, сэ сехыжынщи, дянэм сечэнджэщынщ. Абы ищIыр унафэщ.

ЗэгурыIуэри, нэхъыжьыр къехыжщ аби, и анэм хуиIуэтэжащ псори.

Фызыжьри игъэгупсысащ абы:

- Хъыджэбз цIыкIу, хьэмэ щIалэ цIыкIу?

- Хъыданжэрумэм кIуэцIылъщ, сщIэркъым.

- АтIэ, сыту щытми, цIыхущ, къэтхьынщи, тпIынщ, - жи фызыжьым.- Сэ къанышэ сокIуэ жысIэнщи, хьэблэ фызым се­джэнщ аби, згъэпщэфIэнщ, фадэ езгъэщIынщ. Уэ мопхуэдэ махуэм къехыжи, гур зэщIэщIи, дегъажьэ, мо фызыжьыр къанышэ макIуэ жаIэу цIыхур къызэхъуапсэу, - жи.- Армыхъумэ, зинэкIэ къалъхуа къыкIэщIадзащ жаIэнщи, тфIагъэпудынщ.

АбыкIэ зэгурыIуэри апхуэдэу ящIащ.

Сабийр пщыIэм къахьри, псы ягъэхуабэщ аби, къабзэу ягъэпс­кIащ, хъыданжэрумэ къабзэм кIуэцIашыхьри пщыхьэщхьэхуэкIуэу къежьэжащ. Фадэмрэ шхынымрэ пщыIэм къытранащ. «Насып зиIэ, мо фызыжьым къан къихьащ», - жаIэу псори къехъуапсэу къэкIуэ­жащ. Къаным Щауэ и къуэ Щауэ фIащащ.

Ауэрэ екIуэкIыурэ - бетэмалкъэ, лIы къыхэкIынум!- щIалэ цIыкIур лIы хъуащ - Щауэ и къуэ Щауэр.

ЗэкъуэшитIыр хуэщIауэ псэути, былымхэр Iэхъуэм ягъэкIуамэ, пщыхьэщхьэм Щауэ и къуэ Щауэ шэсурэ, былымхэр хъушэм къыхигъэкIыжурэ, къихужу щIидзащ. Шууей хъуащ, джатэрыжэ, шабзэрыуэ хъуащ. ЗэкъуэшитIри щIалэм щыгуфIыкIырт - и шы­уанэ зэтелъыр щхьэхуэу, цIыхум зэрахыхьэ щыгъыныр щхьэхуэу, унэм зэрыдэс щыгъыныр щхьэхуэу, и аркъэныр мэракIуапцIэм хуэдэрэ фIьщIэу - мис апхуэдэу ягъафIэрт Щауэ и къуэ Щауэр.

БлэкIыр къыхуеплъэкIыу щIалэ дыгъэ къищIыкIащ.

Йоуэри, зы пщыхьэщхьэ гуэрым къуажэ гупэм деж хъаныжьыр лIы уэршэрым яхэту, щIалэр мэшэсри хъушэм пожьэ, я былымыр къыхигъэкIыжыну. Уэршэр гупым щаблэкIым, хъаныжьыр къеплъщ­къеплъри къыхуэцIыхуакъым. КъыщыхуэмьщIыхум, йоупщI и уэр­шэрэгъухэм:

- Мы щIалэ блэкIар сцIыхуркъым, хэт зи къуэр?- жери.

- А зиунагъуэрэ, ар мопхуэдэ фызыжьым къихьа къаныращ, ауэ хэт и къуэми тщIэркъым, - жаIэ лIы уэрщэрым.

«Плъагъуркъа упщIэ бгырыпхым я Iуэху зэрыIукI, - жи хъаны. жьым игукIэ.- Уэлэхьи, хъанымрэ пщымрэ дымыгъуэм апхуэдэ къан, а фызыжьым дэнэ къриух? КъурIэнкIэ соIуэ, алыхьым фIигъэ­кIуэдамэ, сэ абы и къаныр фIэзгъэкIуэдынкIэ!» - жери мурад ещI.

Йоуэри, махуэ зытIущ докI аби, хъаныжьым бейгуэл (1) егъакIуэ фызыжьым деи.

- Фызыжьым и къаныр къысхуэфшэ! - жери. ИгъакIуэри, фызыжьыр къыщIокI:

- Сыт фыхуей? - жи.

- Дызыхуейращ: хъаныр уи къаным къоджэ.

- Хъанри хьэщ, фэри хьитIым я кум фыкъыдэкIащ: сыт щIалэ сабийм хъаныр къыщIеджэнур? - жери фызыжыр яхуолъ. ­ФыдэкIи, фыкIуэж! - жери бейгуэлитIри къыдехуж.

Ягъэзэж бейгуэлитIми, хъаным хуотхьэусыхэ:

- Мыращ, мыращ, фызыжьым дыкъыдихужащ, - жаIэри.

- Езы фызыжьыр къафшэ-тIэ! - жери ярегъэгъэзэж.

Псалъэ химылъхьэу къокIуэ, фызыжьыр.

- Уэ еблагъэ, ди шыпхъужь, еблагъэ, тIыc! - куэду къыщыгу­фIыкIыу егъэтIыс цIыхубзыр.

Хъаныжьым цIыхухэр щIегъэкIри:

- Уа, ди шыпхъу, - жеIэ, - а уи къаныр зыIурыздзэн уи гугъэрэ, шхьэ къыумыгъэкIуарэ?

- Тхьэ, щIалэ сабийм хъаныр къыщIеджэнур сыт зысIэри, сыгубжьри, нэбгъэкIуагънтIым я щхьэр зэгуэзуд пэтам! - жи фызыжьым.

- Ей, ди шыпхъу, ди шыпхъу, сэ абы есщIэнIауэ аракъым, ­жиIащ, жи, хъаныжьым.- ЩIалэ къабзэу, щIалэ eкIyy слъэгъуат, и шы тесыкIэри сигу ирихьати, цIыхум яхэсшэнщ, цIыхум езгъэлъагъунщ жысIэри зекIуэ здэсшэну ара къудейщ: дуней илъагъунщ, лIыгъэ зэращIэ, хабзэ зэрызэрахьэ ищIэнщ, - жи.­ И адэми и жагъуэ хъупу къыщIэкIынкъым, ар сэ гъусэ сщIымэ.

- Тхьэ, арамэ содэм! - жи, цIыхубзыр къэгъэпцIэгъуафIэкъэ! - Алыхь, ар дэгуъэм! - жи. - Сэ къыщIеджэн хуейр сыт жысIэри сыгузэват...

- Зий, пшэдей жыпIэми дыхуэхьэзырщ шыкIи, Iэщэ-фащэкIи, щыгъынкIи, гъуэмылэкIи! - жиIэщ фызыжьми, зэгурыIуауэ зэбгъэ­дэкIыжащ.

Арати, жыхуиIа пIалъэр къэсри хъан гупыр зэхуэсащ, Щауэ и къуэ Щауэри абы яхыхьэри, еуэщ аби, зэдежьащ. МакIуэри малъэ, игъащIэм губгъуэ имыхьа щIалэлри къакIэрымыхуу макIуэ.

Апхуэдэу кIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ - алыхьым ещIэ ахэр зэры­кIya махуэ бжыгъэр! - псышхуэ гуэрым и Iуфэм носри, абы хэщIапIэ щаIэ хъунти, щызэхопсыхэ.

- Иджы, - жи хъаныжьым, - мыбдей жэщищ-махуищкIэ зыщыдгъэпсэхунщи, абы и ужькIэ мы псым дикIынщ аби, адрыщIым ис иныжьым и шыбзыр къитхунщ! - ар унафэу гупым къахуещI.­ АпщIондэху щыхэр хэт игъэхъун?

- Сэ згъэхъунщ, - жи Щауэ и къуэ Щауэ.

- АтIэ, бгъэхъунумэ, мис, мопхуэдэ щIыпIэхэм деж щыгъэхъу, уэри укъекIуэлIэжурэ мыбы шышхэ! - къыжриIэщ аби, щIалэм шыхэр зэщIикъуэри ихуащ а хъаныжьым жыхуиIа губгъуэм.

Пщыхьэщхьэм къытехьэжри шхащ, текIыжри, кIыфI зэрыхъуу, шыхэр ауз гуэрым щригъэзщ аби, еуэри, езыр а псышхуэм зэпрыкIащ. ЗэпрыкIри - нэм къиплъыхьыр шыбзт, жеIэ. Зыкъо­мыфI къыпихущ аби, псым къызэприхури, бгышхуэ гуэр екIуэкIти, абы щхьэприхури, дытъэмыхъуэ мэзыжьым хигъэпщкIуащ.

ЕтIуанэ жэщыр къэсри, аргуэру псышхуэм зэпрыкIщ, нэхъыбэж къызэприхури а дыгъэмыхъуэ мэз дыдэм хиутIыпщхьащ.

Ещанэ жэщми апхуэдэу ищIащ.

Еплъанэ пщыхьэщхьэм гупыр зэрыгупу кIуэн хуейт адрыщIым шыр кърахуну.

- Иджы, щIалэ, ныщхьэбэ дишхэр къехулIэжи, уанэ тхутелъ­хьэж, - жи хъаныжьым.- Ныжэбэ иныжьым и шыбзыр къет­хужьэнущ.

Абдеж Щауэ и къуэ Щауэ йоупщI абы:

- Уа, хъан, адрыщIым щыIэ шыхэр нэхъ шы лъэпкъыфI мыдрыщIым щыIэм нэхърэ? - жери.

- Хьэуэ, - ЖИ, - зэщхьыркъабзэщ.

- АтIэ, - жи щIалэм, - уэлэхьи, мо бгы екIуэкIым адэкIэ дыгъэмыхъуэ мэзыжьым щIэмыхуэжу щIэтым щыбзыр: ущхьэдэха­мэ, шы фIэкIа зыри умылъагъу.

- Ар пэжмэ, слIо дэ нэгъуэщIыпIэ дыщIэкIуэнур! - жи хъанми. Хъан гупыр мэшэсри макIуэ дыгъэмыхъуэ мэзым. Дунейр яуфэбгъуауэ шыр итт, жеIэ, абдежым; хъаныжьыр емплъщ-еплъри:

- Уэлэхьи, мыр сыт къэкIуэкIэкIэ мыбы къэкIуами, адрыщI иныжьым и шым щыщкIэ! - жери хъаныжьыр къыхуоплъэкI Щауэ и къуэ Щауэм, мыдрейри и пащIэкIэм щIогуфIыкI.

ПщIэгъуалэр пщIэгъуалэу, къарэр къарэу; пцIэгъуэплъыр пцIэгъуэплъу, щхъуантIэр щхъуантIэу мо дахэ къомыр мэзым къыщIахури, губгъуэ щхъуантIэм къытрахуэщ аби, кърахужьащ.

Шыр иныжьым ишмэ, ауэ уигъэхунт? ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ щIыр зджызджу щIедзэ. Хъаныжьым и фэр, шэхум хуэдэу, покI:

- Иныжьыр къожэ, - жи.

Къэсащ иныжьыр, къуалэбзур и ужьым иту. Къэсыпэри, къуалэбзу къафIэщIар абы и шы лъэгум къыщIидз ятIэр уэгум ирипхъэу арт.

-Хэту пIэрэ мы хьитIым я кум къыдэкIауэ зи мымылъку енэцIыр?-жери къаъхогуауэ щхьибл зыфIэт иныжьыр.

Гупыр щхьэж и занщIэр и гъуэгуу зэбгрож.

- Сэращ уи щыбзыр зыхур! - жи Щауэ и къуэ Щауэ зыкъегъа­зэри, - СылIти, къесхужьащ, улIмэ сомыгъэху!

ШабзэкIэ зэзэуэну зэпоув. ШабзэкIэ зэрытемыгъакIуэмэ, джатэ­кIэ зэзэуэнущ; джатэкIэ зэпэмылъэщмэ, хэтIэхэсэ зэдэджэгунущ.

Иныжьым и шэр къедзри, мо цIыкIум къыхутемыгъахуэу, блоцIэфтри йожьэж. Щауэ и къуэ Щауэ и шэр еутIыпщри мо иныжьым инэр хурещI - хъарбыз хуэдиз хъурт абы и зы нэр­темыхуэу блэкIынт! Апхуэдэу зэзауэурэ и нэ пщыкIуплIри хури­щIащ. Иныжьыр хьэфиз щыхъум, кIийуэ щIэпхъуэщ, мо Индылыжьым хэхуэри хитхьэлыхьыжащ.

Ар зи нэгу щIэкIа гупыр къызэхуэсыжри щIалэм къыщытхъуащ, тIэкIуи къехъурджэуащ: «апхуэдэу иныжьым упэщIэувэ хъурэ: уипIымIамэ, уи быфанэм (2) сыт напэр диIэу дыIуплъэжынт!»­ - жаIэри.

Шыр кърахужьэжри къаху. Еуэм, къахум-къакIуэурэ, хъанхэр мэужьэжь, Щауэ и къуэ Щауэ къыщежьэжа махуэм хуэдэу жанщ.

- МобыкIэ негъазэ! - жаIэмэ, щIалэр екIэрэхъуэкIыурэ, шыбэр ныщIегъэджэразэ.

- МыбыкIэ къегъазэ! - жаIэмэ, щIалэр къекIэрэхъуэкIыурэ, къыщIегъэджэразэ.

Хъан гупыр ауэрэ щхьэукъуэ хъуащ. Езы хъаныжьри пэкIэ хэуэу хуожьэ.

Щауэ и къуэ Щауэ хъан гурыр шыбэм и кум хегъыхьэри шыр езым и закъуэ къеху. Зы зэман зэ хъаныжьыр къызэщоури, езыри и гъусэхэри шым хэту къахуу: «Уэлэхьи, мы щIалэр сэ згъэкIуэдын сщIэкъым, езым сигъэкIуэдыимэ!» - жеIэри зы псыхъуэ гуэрым деж гупыр къыщызэтрегъэувыIэ:

- ТIэкIу зыдгъэпсэхуащ, дишхэми жьы Iурыдгъэхьэнщ, - жери.

Арати, а псыхъуэм деж щызэтоувыIэ. Хъаныжьыр мэтIысри тхылъ етх: «Мы тхылъыр нэзыхь щIалэр, нызэрысарауэ, феуи, фыукI! ФымыукIауэ сынэсыжмэ, фэ фызэтезукIэнщ!» - жери. ИтIанэ щIалэр къреджэри ирет:

- ДыздэкIуэжым дызэрыкIуэжыр, ди Iуэхур тэмэм зэрыхъуар, дызэрыузыншэр ящIэн хуеищ. Пщэдей мэремщ, жумэхьэщIыр къыщIэмыкIыж щIыкIэ мэжджытым нэси, мы тхылъыр ефэндым ет, ефэндым сыт къыбжиIэми къыбжиIар гъэзащIэ! - жери.

Тхылъыр и бгъэгущталъэм кърелъхьэ; къошэсыжри, йоуэр аби, Щауэ и къуэ Щауэ къожьэж.

КъакIуэм-къалъэм, къакIуэм-къалъэурэ, жэщ хъуауэ я къуажэм къосыжри, къуажэ гупэм щопсых: «Сэ ныщхьэбэ сынэсыжмэ, си ныбжьэгъухэр къызэхуэсынщи, зызагъэпсэхункъым. Абы нэхъ­рэ ныжэбэ мыбдей сишми сэри жэщырыпщ щитхынщи (3), пщэдджыжь сыдыхьэжыпщи, нэхъыфIщ» - жери, уанэр и пIэщхьагърэ щIакIуэр и тепIэну мэгъуэлъ. Мо щIалэ гъуэгу тетам, мо гугъу ехьам жэщыр жеипэ закъуэ къыщымыхъуу нэху щащ, къулъшыкъу хъуащ.

Йоуэри, жылэр мэракIуэхьэ къыдокI. Хъаныжьым и пхъур яхэту зы гуп шыгукIэ блэкIырти, мо шу закъуэр абдей щылъу щалъагъум, хъыджэбзым игъэщIэгъуащ, жеIэ, ар:

- Ан-на, къуажэм ныдэмыхьэу мыбдей щепсыха шу закъуэр сыту пIэрэ? ФыкIун феплъыт! - жери хъыджэбзитI къигъэкIуащ.

ЩIакIуэр яIэтри - пурыр къышхьэщихыу щIалэ дахэт! Къахуэ­цIыхуакъым. Къагъэзэжащ хъыджэбзхэми:

- А джыдэ, - жаIащ, - а щIакIуэ щIагъым зы щIалэ щIалъщи плъэгъуащэрэт! Хэтхэ ейми къытхуэцIыхуркъым.

- НакIуэт, сэри сеплъынти! - жери, хъаным и пхъур къокIуэ абы, щIакIуэ кIапэр еIэт: щIалэр дыгъэ жейм хуждэт.

«Ярэби, зи хэтыр къритщIэну тхылъ гуэр иIыгъыу пIэрэ?» - жери и бгъэгущталъэм йоIэбэри тхылъыр кърех. И адэм и хъэтIыр занщIэу къицIыхужащ: «Мы тхылъыр нэзыхь щIалэр, нызэрысарауэ, феуи, фыукI! ФымыукIауэ сынэсыжмэ, фэ фызэтезукIэнщ!» - жиIэри къуажэ ефэндым деж къитхырт.

Хъыджэбзым игу ирихьакъым ар. А тхылъыр езым и жып ирилъхьэри, абы и пIэкI езым нэгъуэщI итхащ: «Мы щIалэр нызэрысым хуэдэу, си пхъум нэчыхь хуэфтхи, къефт! Ар фымыщIауэ сынэсыжмэ, зы хъулъхугъэ къуажэм фыкъыдэзнэнкъым!»- жиIэу иту, ар щIалэм и бгъэгущталъэм ирилъхьэри езыхэр мэракIуэхьэ кIуащ. аби къулъшыкъушхуэ хъуати,

Щауэ и къуэ Щауэр къэушщ аби къулъшыкъушхуэ хъуати ­сыкъыкIэроху жиIэри, псынщIэу зридзри, къуажэм къыдэлъэдэжащ. Мэжджытым нэсри - лIыжьхэр къыщIэкIыжырт. Шым зыкъригъэлъэтэхри, тхылъыр ефэндым иритащ.

Тхылъыр зэгуихри, ефэндыр къеджэщ аби и пащIэкIэхэр щIигъэгуфIыкIащ:

-ЛIо итыр, ефэнды? - жаIэ лыжьхэм.

-Уэлэхьи, дефэнум, - жи. - Хъаным унафэ къытхуещI мы щIалэмрэ и пхъумрэ нэчыхь яхуэттхыну: фынакIуэ хъанхэ я дей!

Мобыхэми ефэн-ещхэнур я жагъуэтэкъыми, зэрыхьу кIуащ хъанхэ я дей. Ефэндым тхылъыр гуащэм ирегъэлъагъу:

- Мисс, нэчыхь фтхы жеIэ хъаным, - жери.

- АтIэ, хъаным ищIыр унафэщ, - жи гуащэми. – Фтхы!

хъа-

Хьайдэ, лIыжьхэр зэхотIысхьери Щауэ и къуэ Щауэрэ хъаныжьым и пхъумрэ я нэчыхьыр дахэу ятх. Нэчыхьытхыр ешхэрэ ефэу зэхэсу хъыбар къоIу: хъаныжьым шыбэ къихури Урыхужь деж къэсыжащ, - жаIэри.

«Уэлэхьи, сыпежьэнщи, сыхуэгуфIэным сехъуэхъуным!»- жери, я зыр мэшэсри, макIуэ. Носри:

- Уэ къохъусыж, хъан, къохъусыж!- жи.

- Упсэуж!

- Къэпхуар тхьэм хъер пхуищI!

- Тхьэр арэзы къыпхухъу!

- Малъхъэ бгъуэтащи, уи малъхъэми и хъер улъагъу! – жи.

«Агъ, мыр сыт мыбы жиIэр!» - жери егъэщIагъуэ хъаным, ауэ абы къыфIигъэкIыркъым.

Аргуэру нэгъуэщI зы носри ар дыдэр жеIэ. Хъаным зыхуихьынуp имыщIэу егъэщIагъуэ, сыт гъэщIэгъуэн мыбыхэм жаIэр жери.

Абы хэту и ныбжьэгъужь носри, аргуэрыр апхуэдэу къохъуэхъу. «Уэлэхьи, мыбы къэмыхъупхъэ гуэр къыщыхъуа хуэдэм!» - жери Iуеш аби, и ныбжьэгъужьым къоупщI:

- Сыт малъхъэ зи гугъу фщIыр? – жери.

- Агъ, пщIэжыркъэ къебгъэхьа тхылъыр? –жеIэри мобыи егъэщIагъуэ ap. Мы тхылъыр нэзыхьым си пхъур къефт жыпIэри къэптхати, ныжэбэ кIуам нэчыхьыр ттхащ. Иджы догуфIэри дызэхэсщ.

Хъаныжьым и щхьэр занщIэу къыфIэхуащ: «ЗгъэкIуэдыным и пIэкIэ си пхъу закъуэр зыIэщIилъхьауэ къыщIокI! - жери. - Ярэби атIэ а псыкъуийм иса щIалэм итха нэчыхьыр къыстекIуауэ пIэрэ?»­ - жеIэр аби, шыбзу къахуари гъусэу иIари фIэмыIуэхужу къахэкIри, я унэм мыкIуэжу, къаныр зей фызыжьым деж щопсых хъаныжьыр.

- Къохъусыж, хъан, сыту фIыт узыншэу укъызэрысыжар!­ - жери фызыжьыр къыпожьэ.

- Уа, ди шыпхъужь, - жи хъаным, - шыни хэмылъу, укIыти хэмылъу уи къаныр къыздипхар къызжеIэ!

- Алыхь, икIи сыпщымышынэн икIи сыпщымыукIытэн, пцIы хэмылъуи бжесIэнмэ! - жеIэри, Iуэхур къызэрекIуэкIар хуеIуатэ.

- Тхьэр арэзы къыпхухъу, пэж къызжепIащ. Уи къаными и хъер улъагъу!- жери хъаныжьыр ядей къэкIуэжащ.

«Сэ сымьщелэтэмэ, а тIум я натIэ итыр скъутэну щхьэ, сы­пыхьат!» - жиIэри жэщибл-махуиблкIэ емыфэ-емышхэу тобэ къихьыжащ, жеIэ, хъаныжьым.

Арати, унэIутым и къуэр хъаным и малъхъэ хъущ аби, а хэкум я унафэ ищIу псэуащ, жаIэри жаIэж.

 

(1) Бейгуэл - пщым и IэхутхьэбзащIэ.

(2) Быфанэ - атэлыкъ анэ, къаныр зыпI анэ.

(3) Жэщырыпщихын - зы жэщ зыгъэпсэхун, жеин.


Поделиться с друзьями:

Общие условия выбора системы дренажа: Система дренажа выбирается в зависимости от характера защищаемого...

Индивидуальные и групповые автопоилки: для животных. Схемы и конструкции...

История развития пистолетов-пулеметов: Предпосылкой для возникновения пистолетов-пулеметов послужила давняя тенденция тяготения винтовок...

Поперечные профили набережных и береговой полосы: На городских территориях берегоукрепление проектируют с учетом технических и экономических требований, но особое значение придают эстетическим...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.055 с.