Бзу гъуабжэжь цiыкiум и уэрэдыр — КиберПедия 

Индивидуальные и групповые автопоилки: для животных. Схемы и конструкции...

Организация стока поверхностных вод: Наибольшее количество влаги на земном шаре испаряется с поверхности морей и океанов (88‰)...

Бзу гъуабжэжь цiыкiум и уэрэдыр

2017-06-02 660
Бзу гъуабжэжь цiыкiум и уэрэдыр 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

 

Еуэрэ-еуэрэт, жи: зы бзу цIыкIy улъэпхъащэурэ дыщэ кIанэ къигъуэтащ. Дыщэ кIанэр иIыгъыу жыг щхьэкIэм пытIысхьэжри зигъэщIагъуэ-зигъэпIийуэ хуежьащ:

- Пщым ямыIэ сэ сиIэ,

Гуащэм ямыIэ сэ сиIэ! - жиIэурэ.

Ар щызэхихкIэ Гуащэр зэгуоп:

- ФыкIуи, къытефх хьэмэ къилъхуам! - жеIэри къытрырегъэх.

Къыщытрахым:

- Къызэфыгъуэри страха,

Къызэижри страха! - жеIэ бзу цIыкIу.

Ар щызэхихкIэ Гуашэр нэхъри зэгуоп:

- Фхьыи, ефтыж хьэ зэрахуэм къыхэкIам! - жеIэри ирырегъэтыж.

Щратыжым:

- Згъэшынэри къатесхыжа,

ЗгъэкIэцIри къатесхыжа! - жеIэ бзу цIыкIу.

Ар щызэхихкIэ Гуащэр нэхъ Iеижу зэгуоп:

- Къэвубыди, фыукI хьэ зэрахуэм къилъхуар! - жеIэри ире­гъэубыд.

ЩаукIым:

- Си пэ лъы къокI,

Си пэ лъы къокI! - жеIэр, жи, Бзу цIыкIу.

ЩафыщIым:

- Бацэ сопхъ, цы сопхъэх,

Бацэ сопхъ, цы сопхъэх! - жеIэр, жи, Бзу цIыкIу.

Щагъажьэм:

- Си щIыб мафIэ изогъэу.

Си щIыб мафIэ изогъэу! - жеIэр, жи, Бзу цIыкIу.

Щашхым: - Гуащэм и ныбэ гъуэмб изощIыхь,

Гуащэм и ныбэ гъуэмб изощIыхь! - жеIэр, жи, Бзу цIыкIу.

Гуащэр шхэри къубгъан щIихащ, жи. ЩыщIихым:

- Бзуужь цIыкIу бзаджэщ, ухуэмыбэлэрыгъ! - жаIэри джатэ къратащ.

Гуащэр щIэкIри, хьэмбыIу зыщищIым, зэрыгъуабжэжь цIыкIуу Бзур и ныбэм къолъэтыж. Бзу цIыкIур cоукI жиIэри, гуащэр джатэмкIэ щызэуэкIым, уэщхъущ аби, и лъакъуэр иуIэжащ, жи. Бзу цIыкIу абы къыщыдыхьэшхри, жыгыщхьэм итIысхьэжауэ исщ, и уэрэд цIыкIу кърешри:

- Пщым ямыIэ сэ сиIэ,

Гуащэм ямыIэ сэ сиIэ!­ - жиIэу.

 

ПIАПIУТIЭРЭ ИДАР ЦIЫКIУРЭ

Еуэрэ-еуэрэт, жи: зэлIзэфыз псэут, жеIэ, ПIапIутIэ и цIэу зыпхъурэ Идар и цIэу зы къуэрэ яIэу. Ауэрэ здэпсэум, я анэр къытехуэри лIащ. Фызыр и псэм еджэу здытелъым, ПIапIутIэ зыбгъэдишэри зы мажьэ, зы жыр лэныстэ, зы гъуджэ къритащ:

- Си хъыджэбз, сэ мылъкуу сиIэр мыхэращи, къыпхузогъанэ, - жиIэри. - Iэмал иIэу зыIэщIумыгъэкI, щимыIэжым дэжи уащы­мысхь: къыпщхьэпэнщ. Уи дэлъху закъуэри уи анэмэтщ! - жери.

Ар жиIэщ аби, фызыр лIэри, быныр зыгъэшхэн ямыIэу къызэхэнащ. Я адэр гузавэщ аби, хамэ къуажэ щылъыхъури, нэгъуэщI фыз къишэжащ. Къишэжар нэжьгъущIыдзэу къыщIокIри, зэдэлъхузэшыпхъур ишхыу, и лIыр тришхыхьыжыну мурад ещI.

Арати, махуэ гуэрым, лIыр губгъуэм кIуауэ хуигъазэри, нэжьгъущIыдзэр пэшым щIэтIысхьэщ аби, и дзэр илъу хуежьащ. ПIапIутIэ гуащэ игъэджэгуу бжэ лъабжьэм деж щысти, и тхьэкIумэ жанхэм къоIуэ нанэжьым «ПIапIутIэ Iэм-Iэм сщIын! Идар цIыкIуи Iэм-Iэм сщIын» жиIэу. «А дыдыд мыгъуэ, мы фызыжьыр нэжьгъущIыдзэу къыщIокIри!» - жиIэщ хъыджэбз цIыкIуми, пэ­шыбжэм бжэIулъэ иритщ, и дэлъху цIыкIур цIампIырэ джэгуу пщIантIэм дэтти, и Iэр иубыдри дишащ:

- Нажэ псынщIэу, Идар, мы ди нанэжьыр нэжьгъущIыдзэу къыщIэкIащ, тIури дишхыну и гъущIыдзэр елъ: ди адэм деж дынэмысмэ, докIуэд! - жиIэри.

АрщхьэкIэ я адэр здэщыIэ лъэныкъуэр ящIэртэкъыми, лъагъуэ пхэнж теува хъури, щIэпхъуауэ нэгъуэщI щIыпIэкIэ мажэ. МащIэрэ жа, куэдрэ жа - сытми зы зэман нэжьгъущIыдзэм къещIэ ахэр зэрыщIэпхъуэжари, бжэр лъапэкIэ къыIуеуд аби, якIэлъыщIопхъуэ. Зэдэлъхузэшыпхъури мажэ, нэжьгъущIыдзэри якIэлъожэ. Апхуэдэу­рэ жэм-лъэм, жэм-лъэурэ нанэжьыр ящIэрыхьэу хуожьэ. «Уийт, зэ сылъэжамэ, сащIэрыхьат! Уийт, зэ сыпкIэжамэ, Идар цIыкIу къысIэщIыхьат!» - щыжиIэм, ПIапIутIэ и щхьэцым хэлъ мажьэ къуаншэр, игу къэкIыжщ аби, къызэридзэкIащ. КъызэридзэкIар нэжьгъущIыдзэ и пащхьэм банэ мэзышхуэу къиуващ.

Куэдрэ банэ мэз Iувым езауэ-еныкъуэкъуу хэтащ ар. АпщIондэ­хуи ПIапIутIэрэ Идаррэ жыжьэ нэсащ. АрщхьэкIэ нэжьгъущIыдзэм и щыгъыныр зэфIитхъри и лыджанэр ичэтхъауэ, мэзыр зэпхритхъщ аби, аргуэру якIэлъыщIэпхъуащ. Зэдэлъхузэшыпхъури мажэ, на­нэжьри якIэлъожэ. Апхуэдэу жэм-лъэм, жэм-лъэурэ ящIэрыхьэ мэхъу. «Уийт, зэ сылъэжамэ, сащIэрыхьат! Уийт, зэ сыпкIэжамэ, Идар цIыкIур къысIэщIыхьат!» - щыжиIэм, ПIапIутIэ и гуфIакIэм дэлъ жыр лэныстэр къыдихри, къызэридзэкIащ. КъызэридзэкIар нэжьгъущIыдзэм и пащхьэм гъущI бжыхьышхуэу къиуващ.

Iэджэрэ бгъэдэтащ ар гъущI бжыхьым езауэ-еныкъуэкъуу.

АпщIондэхуи ПIапIутIэрэ Идаррэ жыжьэ нэсащ, уплъам, умылъа­гъужу. АрщхьэкIэ нэжьгъущIыдзэм и Iэ-и лъэр уфIыцIауэ гъущI бжыхьыр зэпхритхъри, аргуэру якIэлъыщIэпхъуащ. Зэдэлъху­зэшыпхъури мажэ, нанэжьри якIэлъожэ. Апхуэдэу жэм-лъэм, жэм­-лъэурэ ящIэрыхьэ мэхъу. «Уийт, зэ сылъэжамэ, сащIэрыхьат! Уийт, зэ сыпкIэжамэ, Идар цIыкIур къэзубыдат!» - щыжиIэм, ПIапIутIэ и жыпым илъ гъуджэр, игу къэкIыжри, къызэридзэкIащ. Къызэ­ридзэкIар нэжьгъущIыдзэм и пащхьэм гъунэрэ нэзрэ зимыIэж тенджызу къигъуэлъхьащ, къэукъубеярэ толъкъуныжьхэр зэрихуэу тету.

НэжьгъущIыдзэр абы хыхьэфынт! Хыхьэфакъым. Зэгуэпщ, бампIэри, у-у-у жиIэу кIийщ аби, тIомпI жиIэу зэгуэудри ехуэхы­жащ.

ПIапIутIэрэ Идаррэ ар щалъагъум, я гум зигъэпсэхужри, я занщIэр я гъуэгуу ежьэжащ: къагъэзэжмэ, тенджызым къикIыжы­фынутэкъым. КIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, махуэр хуабэти, Идар цIыкIур къэдзыхащ:

- А ПIапIутIэ, ПIапIутIэ, псы щхьэкIэ солIэ! - жиIэри.

- УмыпIащIэ, си дэлъху цIыкIу, псым дынэсмэ, уезгъэфэнщ, - жеIэри ПIапIутIэм Идар ирешэжьэж, и Iэпэр иIыгъыу.

КIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, шы лъакъуампIэм уэшхыпс иту хуозэ.

- А ПIапIутIэ, ПIапIутIэ, псы щхьэкIэ солIэ, мы тIэкIум сегъафэ! - жи Идар, и шыпхъум и Iэпэр къыIэщIичыжурэ.

- АIэ, си дэлъху цIыкIу, абы уефэмэ, хьэ ухъунщ, кхъуэ ухъунщ! - жеIэри, Идар и Iэпэр еубыдыжри, ирешэжьэж.

КIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, вы лъакъуампIэм уэшхыпс иту IуощIэ.

- А ПIапIутIэ, ПIапIутIэ, псы щхьэкIэ солIапэри, мы тIэкIум сегъафэ! – жи Идар, и Iэр къыIэщIечри.

- АIэ, си дэлъху цIыкIу, абы уефэмэ, хьэ ухъунщ, кхъуэ ухъунщ! – жеIэри, Идар и Iэпэр еубыдыжри, ирешэжьэж.

КIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, мэл лъакъуампIэм уэшхыпс иту щрихьэлIэкIэ, Идар, цIутI жимыIэу зредзыхри, а псы тIэкIур иреф. Зэрырифарауэ щынэ цIыкIу мэхъури «ма-аI», - жи. ПIапIутIэ къызэплъэкIмэ Идар щымытыжрэ ар здэщытам щынэ натIэху цIыкIу щыту! Хъыджэбз цIыкIум занщIэу къыгурыIуэщ къэхъуари, гъащ.

Сыт мыгъуэр пхуэсщIэжыфын иджы, си дэлъху цIыкIу! жиIэщ ПIапIутIи, щхьэцпыщIэр щынэм и пщэм ирищIэри, иришэ­жьэжащ. КIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, зы мэзышхуэ гуэрымнэсри щIыхьащ. Мэзым щIэмыкIа щIыкIэу, дыгъэр къуохьэри, жэщ къатохъуэ. Мэгузавэ ПIапIутIэ: «Дауэ мыгъуэ дыхъужыну иджы, дыгъужьыжьхэм дахуэзэмэ, дашхынкъэ!» -жи. Абдежым зы жы­гышхуэ къелъагъур аби, бгъэдохьэ, щынэ цIыкIур и лъабжьэм щIепхэри, езыр и щхьэкIэм потIысхьэж. Нэху щыху и нэбдзыпэ зэтрилъхьакъым ПIапIутIэ, идэлъху цIыкIум щхьэкIэ гузавэу тесащ: дыгъужьыжьхэр къакIуэмэ, Идар цIыкIур езгъэшхыу сэ дауэ зыкъэзгъэнэн, жиIэурэ. АрщхьэкIэ дыгъужьыжьхэр къыкъуэмыкIыу­рэ нэхущыри, а щIыпIэм ис хъаныр хъуакIуэщакIуэ къежьаш.

Хъаным и хьэ джафэхэр мэзым къызэрыщIэужьгъэри, щынэ цIыкIум и мэр къахуурэ, къэсщ аби, жыгыр къаувыхьауэ мэбанэ. Хъанри кIэщIкIэ я ужьым иту къэсри, хьэхэрзэтриуIэфIащ; щынэр щхьэцпыщIэкIэ жыгым епхати, уэлэхьи, мыбы зыгуэр щыIэн хуеим жеIэри, доплъей. Доплъейри, ПIапIутIэ жыг къудамэм тесу щилъагъукIэ, къоуIэбжьри, ипыIэр къыщхьэроху:

- Iэлоуэхь, уэ узидахагъыр утхьэIухуд хьэмэрэ уцIыху цIыкIу? - жеIэри.

- ТхьэIухудым я нэфI къыпщыхуэ, сыцIыxy цIыкIущ, - жи ПIапIутIэ.

- НтIэ, уцIыxy цIыкIyp пэжмэ, къех!

-Сынехынукъым.

- КхъыIэ, къэх!

- Сынехынукъым.

- Щхьэгъусэу укъэсшэнщ, къех!

- НтIэ, абдежым щIэт щынэ цIыкIур зэи умыукIыну тхьэ къысхуэIуи, сынехынщ, - жи ПIапIутIэ.

Хъаным лъэгуажьэмыщхьэ зрегъауэри, тхьэлъанэ ет:

- Уашхъуэ Мыващхъуэ КIанэ, уэ хуит сыкъомыщIауэ сэ мы щынэ цIыкIур сымыукIын! – жеIэри.

ПIапIутIэ жыгым зыкърегъэлъэтэхыжри щынэ цIыкIур къыкIэретIэтыкIыж. Хъаным бгъурысрэ щынэ цIыкIур и куэщIым иту фитонкIэ къуажэм къашэри, а махуэ дыдэм нэчыхьри ятх, хьэгъуэлIыгъуэри ящI. Тхъэрэ шхэуэ ПIапIутIэрэ хъанымрэ къызэхуонэ. Щынэ цIыкIур и щыпхъум и гъуэлъыпIэ къуапэм епхарэ алэрыбгъу цIыкIум тесу жэщкIэ мэжей, махуэкIэ пщIантIэ удзыпцIэм хэту мэджэгу-мэхъуакIуэ.

АрщхьэкIэ дунейр дыгъэпсу игъащIэкIэ кIуэн: махуэ гуэрым пшэ фIыцIэжьыр къызэрыкъуохри дыгъэм къытогъуалъхьэ, хъаныр зекIуэ кIуэн хуей мэхъури ныдошэсыкI, ПIапIутIэ абы ежьэу шэнтжьейм исщ. Щынэ цIыкIур мэджэгури къежыхь, ПIапIутIэ мэзэш-мэгузавэри щIэсщ. Апхуэдэурэ здэкIуэм, хъаным и унэIут фызыр - фыз фIьщIэ нащхъуэр - и набдзэхэр хишу къыщIохьэ:

- Ярэби, ПIапIутIэ, гузэвэным щхьэ зебгъэхьрэ! - жи. - На­кIуэ, псыхьэ хуэдэу псым дыгъакIуи, уи зэшри птеунщ, уи нэгуи тIэкIу зиужьынщ.

НакIуэ-сыкIуэ жаIэри пэгун зырыз яIыгъыу Урыхужь макIуэ. ПIапIутIэ псы къригъэхъуэну зыщригъэзыхкIэ, фыз фIыцIэ нащ­хъуэр йоIунщIри, псым хедзэр аби, джейм и ныбэм йохуэ. Ар зылъэ­гъуа щынэ цIыкIур Iуейуэ къыдолъэдэж. УнэIут фызыжьыр къо­кIуэж, ПIапIутIэ и щыгъын дахэхэмкIэ зехуапэри: зигъэзыжу шэнт­жьейм йотIысхьэж. И чэзур къосри хъанри къокIуэж, унэм къыщIы­хьэжмэ - шэнтжьейм ис цIыхубзыр къыхуэцIыхужыркъым:

- Уэ ухэт? - жи.

- Сы- ПIапIутIэщ.

- НтI уи щхьэцыр апхуэдэу щхьэ къетхъуха? - Iэнкун мэхъу хъаныр.

- Уэ щхьэкIэ сызэшым-сыгупсысэурэ къетхъухащ.

- НтIэ уи нэкIур щхьэ уфIьщIа? - хъаным и гур Iэпоху.

- Уэ щхьэкIэ сыгупсысэм-сыгузавэурэ уфIыцIащ.

- НтIэ уи нэ дахитIри щхьэ плъыжь хъуа? - хъаным и гур къызэфIонэ.

- Уэ щхьэкIэ сыгузавэм-сыгузавэурэ нэпсым щIисыкIащ.

Хъаныр къэгумахэри гъы пэтащ, арщхьэкIэ лIыгъэр зытригъа­кIуэри фызым IэплIэ хуищIащ.

Арати, хъанымрэ фыз фIыцIэ нащхъуэмрэ зэдопсэу. Ауэ сыт ищIами, фыз бзаджэм щынэ цIыкIур хузэшэлIакъым. Мы гъуамэм и зэранкIэ сыкъащIэнущ, жеIэри, мурадмыгъуэр ещI аби, пщэдджыжь гуэрым хъаным йоубзэрабзэ:

- Уа хъан, хъан, си нэм и нэху, си псэм и хъуахуэ, мы щынэр егъэукIи, дыгъэшхыж! - жери.

Хъаным и жагъуэ мэхъу ар - мо Iэш угъурлы цIыкIур и псэм къыдыхьат абыи:

- Iay, зэи сымыукIыну тхьэ сыбгъэIуати, - жи, - иджы сыт къэхъужар?

- УэзгъэIуами, сыщIегъуэжащ, унэр къеуцIэпI, гугъу срегъэхь. Сыт ищIэнт хъаным, къыщIокIри пщIантIэдэтхэм унафэ яхуещI:

- Мы щынэ цIыкIyp фыукIи, зэIыфх! - жеIэри.

Мо щынэ IэрыпI цIыкIyp фIыуэ зылъэгъуа пщIантIэдэтхэм я жагъуащэ мэхъу ар:

- Ярэби, хъан, мы шынэ угъурлы цIыкIур думыгъэукIмэ, уи хъушэм мэл хэтыжкъэ! - жаIэри.

- КъывжаIар вгъэзащIэ! - жеIэри хъаныр щIохьэж.

ПщIантIэдэтхэм сыт я Iэмалт, хэт сэр елъ, хэт Iэнлъэр етхьэщI. Щынэр игу техуэу зыукIын къахэкIыркъыми, зралъэфыхь, щэхуу нэпс щIагъэкI. Щынэ цIыкIуми гу лъетэ аекIуэкIми, гузавэу къежыхь, итIанэ дожри Урыхужь мажэ, урыху нэпкъым тоувэри, маджэ:

- А ПIапIутIэ, ПIапIутIэ, Iэдакъэсэр ялъ, Iэнлъэжьейр ят­хьэщI! - жеIэри.

Ар ПIапIутIэ зэхимыхыу къэнэнт, зэхехри къыподжэж:

- А ПIапIутIэ зрахьэкIын си дэлъху цIыкIу мыгъуэ, сытыр си Iэмал: брамбыху джанэр сщыгъыу джейм и ныбэм силъщ.

Щынэ цIыкIум къегъэзэжри аргуэру пщIантIэр къызэхежыхь, арщхьэкIэ зэгъапIэ имыгъуэту дожыжри, Урыхужь мажэ, урыху нэпкъым тоувэри, аргуэру маджэ:

- А ПIапIутIэ, ПIапIутIэ, Iэдакъэсэр ялъ, Iэнлъэжьейр ятхьэщI!- жеIэри.

Ар ПIапIутIэ зэхимыхыу хъурэт, зэхехри къыподжэж:

- А ПIапIутIэ зрахьэкIын си дэлъху цIыкIу мыгъуэ, сытыр си Iэмал: брамбыху джанэр сщыгъыу джейм и ныбэм силъщ.

Абы гу лъатэ пщIантIэдэтхэми, хъаныр къраджэ:

- Хъаныжь, мыбы зы щIэщхъу къэхъуащ, мы щынэ цIыкIум кIэлъыплъыт! - жаIэри.

Щынэ цIыкIур ещанэу щыдэжым, хъаныр кIэлъыдокIри, кIэлъоплъ: щынэ цIыкIур урыху нэпкъ тоувэри, аргуэру маджэ:

- А ПIапIутIэ, ПIапIутIэ, Iэдакъэсэр ялъ, Iэнлъэжьеир ятхьэщI! - жеIэри.

- А ПIапIутIэ зрахьэкIын си дэлъху цIыкIу мыгъуэ, сытыр си Iэмал: брамбыху джанэр сщыгъыу джейм и ныбэм силъщ! - жеIэри псым къыхэIукIыу макъ зэхех хъаным.

«Уэлэхьэ, шэч хэмылъу мыбы зы фэбжь къыщыхъуам»! - жеIэ хъаныжьми, жылэр къыдешри, Урыхужь дрегъэгъэуэх. Джеижьыр къаубыдри, и ныбэр зэгуапхъу аби, ПIапIутIэ цIыкIур зы лажьэ къыщымыщIауэ ису къыщIокI.

- НакIуэ, ПIапIутIэ, псынщIэу никIыж мыбы! - щыжаIэкIэ къахуикIыркъым:

- Брамбыху джанэкIэ сэ дунеим сынытехьэжыну тхьэм имыухкIэ! - жеIэри.

ИтIанэ и фащэ дахэр къыхуахь аби, зрагъэхуапэри, пщэдджыжь дыгъэр къыщIэкI хуэдэ, ПIапIутIэр джеим и ныбэм кърашыж.

- Уа ПIапIутIэ, мы джейм и ныбэм ущIипщхьэр сыт: сэ сыкъэплъагъу мыхъужу ара? - игъэщIагъуэу къоупщI хъаныр.

- А хъан махуэ хъун, сэ слъэкIыу сихьа мыгъуэт абы: фыз фIыцIэ нащхъуэр къызэIунщIри сридзауэ арат.

Хъаныжьым унафэ ищIри фыз фIыцIэ нащхъуэр шы мыгъа­сиблкIэ зэкIэщIатхъащ.

Щынэ цIыкIур джэгуу я пэм къиту ПIапIутIэрэ хъаныжьымрэ къыздэкIуэжым, хъаныжьым илъэгъуар игу къокIыжри, къоувыIэ:

- Уа ПIапIутIэ, мы щынэ цIыкIур адыгэбзэ къабзэкIэ мэпсалъэри! - жи.

- Бетэмал, ар зищIысыр и чэзум бжесIэгъамэ, мыпхуэдизыр къэхъунтэкъым! - жи ПIапIутIэ. - Мыр щынэкъым, хъаныжь, мыр си анэм къилъхуауэ си дэлъху цIыкIущ.КъызэмыдаIуэу мэл лъакъуампIэм ит уэшхыпсым ефати, щынэ хъуауэ аращ.

Я Iуэхур къызэрекIуэкIар псори хъаныжьым хуиIуэтэжащ. ЩыхуиIуэтэжым, Iэзэ къриджэщ аби, щынэ цIыкIум и кIапэр пригъэупщIащ. И кIапэр зэрыпаупщIарауэ, щынэ цIыкIур«Ma-aI» - жиIэри къызэфIэуващ; абдежым, и щынафэр техужри, Идар цIыкIу къыщIэщыжащ. ПIапIутIэ гуфIащэри гъыуэ IэплIэш­хуэ хуищIащ и дэлъху цIыкIум. ХъаныжьригуфIэри и щыкъу щауэм шагъдий къунан къритащ. ИтIанэ унафэ ищIри, хъаным и щыкъу адэри къригъэшэжщ аби, тхьэлъэIушхуэ яхуищIыжащ. Иджы матхъэ-машхэри Урыху къуажэкIэм деж щопсэу. Уи фIэщ мыхъумэ, кIуэи, плъэ.

 

ДЖЭГУАКIУЭМ Я ПЦIЫ УПСЫКIЭР

Пасэрей зэманым джэгуакIуэкIэ еджэу щыIащ уэрэд яусу, пшынэ еуэу, зыкъагъэлъагъуэрэ цIыхухэр ягъэдыхьэшхыу.

Еуэщ-еIэри, апхуэдэ джэгуакIуэ гуп КIахэм къикIыу Къэбэрдей къэкIуэну къожьэ. МыдэкIи апхуэдэ зы гуп Къэбэрдейм икIыу КIахэм кIуэну йожьэ. Куэд якIуа, мащIэ якIуа - сытмимахуэхэм ящыщу зы махуэ гуэрым а гупитIыргубгъуэ щхъуантIэм щызэIуо­щIэ. ЩызэIуощIэри, сэлам зэрах:

- Дэнэ фыкъикIрэ?

- Къэбэрдейм дыкъокI, КIахэм докIуэ.

- Дэри КIахэм дыкъокI, Къэбэрдей докIуэ.

Арати, хьэщIагъэ зэрамыхыу хъунт - еуэри, я гъуэмылэ зэхалъ­хьэ, я фадэ зэхакIэри тхьэрыкъуэф Iэнэ пэротIысхьэ. Йошхэ-йофэ.

- АтIэ, Къэбэрдей сыт щыхъыбар? - жи КIахэм я джэгуакIуэ тхьэмадэм.

- Уэлэхьэ, ди хэку хъыбарышхуэ илъмэ, - жи Къэбэрдейм я джэгуакIуэ тхьэмадэм. - Еуэри, зы выщIэ мылъхуэс дгъашхэрт зэрыкъэбэрдейуэ, и кIэбдз лъакъуитIырДжылахъстэнейм итрэ и кIэ бацэмкIэ нэгъуейм бадзэ яхуеуэу, и фIалъэ лъакъуитIыр къурш лъабжьэм щIэтрэ езыр Дзэлыкъуэ щехъуу. Бжьыхьэр къэсмэ, дыукIыжын дигугъэу, къыздикIари-къыздихуари дымыщIэу зы бгъэжь къытеуэри выщIэр ихьащ.

Куэдрэ уэгум уфэразэу итаи ар, выщIэр щишхын тIысыпIэ имыгъуэту, сытми зы зэман зэ къыр папцIитI къигъуэтри, а тIум яку дэтIысхьащ, зэран къысхуэмыхъуIауэ сышхэнщжыхуиIэу. Зыдэ­тIысхьаp бжэным яхэт ажэжь гуэрым и бжьакъуэ зэхуакурауэ къыщIокI. А дакъикъэм уэшх къешхыу къыщIэкIынти, бжэныхъуэ Къуиижь ЦIыкIy ажэм и жьакIэщIагъыр гъущапIэщ жиIэри щIэтIысхьауэ щIэсти, Iэуэлъауэ гуэр зэхихри къыдэплъеящ. Ажэ жьакIэр зэгуихри, жьакIитI зэхуакум къыщыдэплъым, бгъэжьым выщIэ блэгъуркъыщIитхъауэ ишхырти, Къуиижь ЦIыкIyм щыщтэри лъэтэжащ. Щылъэтэжым, блэгъур къыIэпохури бжэныхъуэм и нэм къыщIохуэ.

Блэгъур и нэм щIэлъу Къуиижь ЦIыкIy жэщ хъуху бжэныр игъэхъури къыдихуэжащ. Пщэдджыжьым аргуэру бжэныхъуэ кIуэну къыдокI. Бжэн къыдэзыхуахэм гу лъатэ Къуиижь ЦIыкIy нэкIэпсы­жэ зэрыхъуам.

- Сыт уи лажьэ, Къуиижь ЦIыкIy? - къоупщI и къуажэгъухэр.

- Си нэм аргъуей щIэхуащ. къыпхуэмыщIэу.

Церпышхуэ щагъэлъадэ, вышхуищэ щIащIэжри, выщIэ блэгъур къыщIалъэф, хьэблэхьэр ежауэ Шэчэр Iуфэ ялъэфри абы къы­щагъанэ.

Абдежыр куэншыб идзыпIэ мэхъури щIы пшэр трещIэ, удзыпцIэ дахэ мэхъуж. АдэкIэ къиIэпхъукI, мыдэкIэ иIэпхъукIыурэ зы жылэ цIыкIу къытотIысхьэ абдеж. ХъуапсэхуэкIуэукъакIуэм къахэтIыс­хьэм, загъэпщкIуну къакIуэм къапытIысхьэурэ къуахошхуэ мэхъу. Блэгъум и кIапэр зы щIыпIэ деж къыщIэщырти, ар зы бажэжь цIыкIу къигъэунэхури, мэжэлIэху къакIуэурэ къегъуу щIидзащ. Блэгъум бажэр къегъуху, жылэм щIыр мэхъей жаIэурэ тыхь тхьэлъэIу ящI. Бажэри етащи, блэгъур кърэлъэфэкI, егъэкIэрахъуэ-къегъэкIэрэхъуэж. Мэгузавэ жылэр: зэм дыгъэр къуажэ гупэм къыщыщIокI, зэм къуажэ щIыбым къыщIокI, зэм я псыр къуажап­щэмкIэ блэж мэхъу, зэм кьуажэщIыбымкIэ щежэхыу къыщIедзыж. Гужьеиху тхьэлъэIу ящIурэ жылэшхуэр къулейсыз мэхъу.

ИтIанэ жылэ унафэкIэ уд гуэр ягъаплъэри, бажэр блэгъум зэрегъур абы къехутэ. ЩакIуибл кIуэри, бажэжь цIыкIyp гъуэм къыщикIым еуэщ аби, къаукIащ. Жылэр дэкIри, бажэми джабэ къыдэгъэзеям фэр трахри адрей лъэныкъэр къахудэмыгъэзеиуэ къагъэ­нащ. Зы джабэм къытраха фэр къуажэм цIыхухъуу дэсым джэдыгурэ пыIэу яхурикъуащ.

Къуажэжьымрэ къуажэщIэмрэ яку псыр дэжти, къуажэжьым щыщу зэнысэзэгуащэ псыхьэ макIyэ, лэгъупым бжэгъу щIаури. Бажафэ щIэлъэныкъуэр темыхыу къызэрынарщалъагъум, нысэр гуащэм йолъэIу:

- Мо бажафэ къэнэжар къытезгъэх! - жеIэри.

Гуашэм хунт къищIри, нысэр адрыщIым икIри, къуажэ псом къыхузэмыдзэкIа бажэр лъапэкIэ къызэридзэкIщ аби, фэм и кIапэр иубыдри къытрилъэфащ. А бажэфэ ныкъуэркъыздихьри, илъэс мыхъуа и къуэм пыIапхъэ хурикъуакъым. Залэ закъуэ хуэчэмти, тIыфибгъурэ ныкъуэрэ хилъхьэжри пыIэ хъурей хуищIащ.

Ар зи нэгу щIэкIа Къэбэрдейм хьэIусыпэ зрату исыр зэхуэсауэ мазибл мэхъури зэхэсщ зэныкъуэкъуу: дэтхэнэра абыхэм нэхъ иныр жаIэри: выщIэра? бгъэжьыра?ажэжьыра? Къуиижь ЦIыкIy? бажэра? нысэра? и къуэра?

- Аращ ди хэку щыхъыбарыр, - жи Къэбэрдейм я джэгуакIуэ тхьэмадэм. - Иджи уэри къыджеIэ фи дежкIэ щыхъер-щыхъыба­рыр.

- Ди дежкIэ щыхъер-щыхъыбарыращ, - жи КIахэм я джэгуа­кIуэ тхьэмадэм. - КIахэр зэрыкIахэу дызэхыхьауэ лэгъуп цIыкIу идогъэщI. А лэгъуп цIыкIум гъуaплъащIэ щиййолэжь, хъурейуэ къетIысэкIауэ. Абы къетIысэкIа гъуаплъащIэ щийр зым и уадэ макъыр адрейм зэхимыхыу зэпэIэщIэщ...

Ар щызэхихым Къэбэрдейм я накъырапщэр къэуIэбжьри и жьэр къыIурыхуащ, жи:

- А гъуэгу махуэ ежьэн, апхуэдиз зи инагъ лэгъупымкIэ фщIэнур? - жиIэри.

KIaхэм я къамылапщэр къопсалъэри:

- Къэбэрдейм я выщIэ мылъхуэсыр иридгъэвэну арат!­ - щыжиIэм, мы дунейр икъутэжу дыхьэшх макъ къэIуащ.

ДжэгуакIуэхэр къызэплъэкIмэ, жылагъуэр къызэхуэсауэ къе­даIуэрти:

- Хэт нэхъ Iэзэу иупсрэ? - щыжаIэм, КIахэм я пцIы кIэщIыp трагъэкIуащ Къэбэрдейм и пцIы кIыхьым.

 

 

79. МЫЩЭМ СЫТ И КЪЭУБЫД!

ХьэтIохъущокъуэхэ япхъу Баринэ, хъыджэбз дэсу арати, махуэ гуэрым пэзубыдащ, мы си пащIэ лъабжьэм зы ба къыхуомыщIауэ сыарэзыкъым, жысIэри. Сэри сыдогушыIэ, езыми ар ещIэри «kIыр-кIыр-кIыр-кIыр» жеIэри, къызэрылъэлъу мэдыхьэшх. Хэзгъэ­зыхьыпэ щыхъум, зыкъысхуритIащ:

- Уэрэ дэрэ дызэрызэпылърэ илъэс дапщэ хъуа, Къуэдзо­къуэ? - жеIэри къызоупщI.

- Уэлэхьэ, зыбжанэ хъуам!

- АтIэ, - жиIащ, - Хьэмырзыкъуэ Аслъэнджэрий зэрысцIыхурэ мазэ хъуакъым; мыхъуа пэтми, дыгъуасэ мыщафэ къысхуихьри кIуэжащ. Уэ зогъэщакIуэ бэлыхь, сыту зэ уигу сыкъэкIыу, бажафэ нэхъ мыхъуми, схущомынарэ? - жери.

- Iау, уэлэхьэ. Хьэмырзыкъуэм мыщафэ къыпхуихьамэ, сэ мыщэ псэу къыпхуэсшэным! - жызоIэ.

Езыми:

- Тлъагъум, тIуэтэжынщ!- жи.

- EI, уэ сэ пцIыупсыфэ къызуплъауэ щхьэ мы дуней сытет! - жысIэри сыкъэшэсыжащ, ди унэкIэ къэзмыгъэзэжу, мэзым мыщэ лъыхъуэ сыщIыхьэжащ.

Махуэ сощакIуэри згъуэтыркъым, махуитI сохьэулейри и лъэужь сытехьэркъым. «Къуэдзокъуэр къокIуэ», - жаIэри, мэзым щы­щIэIуэм, хьэкIэкхъуэкIэр щIэкIауэ арат. «Фэ тхьэр вгъэпцIакъэ, щIыгум фимыкIыжым!» - жысIэри сакIэлъежьащ. Сэри сыкIуэм, хьэкIэкхъуэкIэри кIуэурэ, къуршым щынэсым, гъуахъуэ къахэкIыу щIидзащ. «Хуэза фи Iуэхур!» - жысIэри, схууэрэ, къуршым и зы къуэ куу дэсхуащ. ХьэкIэкхъуэкIэр кIуэм, сэри сакIэлъыкIуэурэ, къуэр зэв хъууэ хуежьащ, мыгувэу къуэм и кIэм нэсри къыр блыным щыжьэхэуэм, зэщIэгъуэгащ, Къуэдзокъуэм дыIэщIокIуадэ, жаIэри.

- Фымыгъуахъуэ, хуэмыхухэ! - жысIэри сахэгуоуащ. - Сэ фэ къомым сыфхуейкъым: сэ сызылъэхъуэр зы мыщэ закъуэщ.

ХьэкIэкхъуэкIэм, къэгуфIэжри, къаагъэзэжащ; псом япэ мэз бжэнхэр къэзутIыпщыжаш, абы я ужь кIэщIкIэ иту мэзыкъуэхэрp гъуахъуэу къыдэжыжащ. къыкIэлъыкIуэу бажэхэр къыдэущыкIы­жащ, къыкIэлъылъэри тхьэкIумэкIыхьхэр къыдэцIэфтыжащ... Ап­хуэдэурэ псори къэзутIыпщыжри, мыщэ гупыр къыдэзнащ. Къэзбж­ри - мыщэ минищрэ мыщэ щищрэ хъурт, акъуш тIощIырыпщIи я гъусэжу. А къомым къахэтэджыкIщ аби, зы мыщэ зэрамыщIэж къэуващ:

- Къуэдзокъуэ, уэ къэплъыхъуэр, шэч хэмылъу, сэрауэ къыщIэкIынущ, - жиIащ. - Мы гупым сэ нэхърэ нэхъ ини сэ нэхърэ нэхъ блани яхэткъым: мыбы я пщыр сэращ.

Пэж ухуеймэ, мыщэр дом бейт, витI нэхърэ нэхъ ин жыпIэну.

- Мы тхьэмыщкIэ къомыр утIыпщыжи, уэрэ дэрэ дыкъызэ­хуэгъанэ! - жи. - Зи насып текIуэм деплъынщ.

Хъунщ жысIэри, мыщэ къомыр къэзутIыпщыжри, дэ тIyp дыкъызэхуэнащ. Сызижэгъуэн и махуэт, ар зыуэ гъуахъуэрти! Абдежым дыщызэрыубыдщ аби, хьэкIэкхъуэкIэми, къуалэбзуми, цIыхуми я щхьэр къыкъуэгъэжауэ къаплъэ мыхъумэ, къыкъуэкIын дзыхь ямыщIу, дызэрызехьащ мыщэжьым сэрэ; дызэрызехьэщ, дызэрыфыщIщ аби, щIы зэдэтшха мыхъумэ, дызэрытегъэкIуакъым. Брус зырыз къатщтэри дызэзауэу щIэддзащ, арщхьэкIэ, тIуми ди брусхэр къутэри хыфIэддзэжа мыхъумэ, дызэрытегъэкIуакъым. Щымыхъужым, къуэ джабэ зырызыр дыубыдри мывэкIэ дызэзауэу едгъэжьащ. Щхьэл цIыкIу хуэдиз хъу мывэжьхэр къырым къыгуэт­чурэ дызэзэуащ мывэ дымыгъуэтыж хъуху, арщхьэкIэ тIури дызэрытегъэкIуакъым. Сабэу къэтIэтар пшэ фIыцIэу дыгъэм трихьэ­ри, дунейр жэщ мазэхэу кIыфI ищIащ. Абдежым мыщэр къопсалъэ­ри:

- Куэдщ ар, - жи, - Къуэдзокъуэ и къуэ: уэрэ дэрэ ди лIыгъэ зэрыгъэунэхуащи, дахэкIэ дызэбгъэдэгъэкIыж!

- Уи адэ зыгъэпсэун ар!- жызоIэ. - Уэ узутIыпщыжмэ, сэ Баринэ хуэзбгъэшэнур сыт? ПцIыупсу сыбгъэкIуэжыну ара?

- EI, уэ Баринэ сыхуэпшэну къэбгъэгугъауэ! - жиIэри губ­жьауэ къежьащ сишхыну. Абы и жьэ ущIам выщIэ жьэдэхуэнт, апхуэдизкIэ быхъути! Сэр и си къамэр къисхри, зы бжэгъу кIэщI къыпызгъэлъэтщ аби, ар сIыгъыу мыщэ гъуахъуэм сыпежьащ. Мыщэр къэсри, къыщыпъуэм, бжэгъу кIэщIыр и кум деж щызубыдри жьэдэзгъэуващ: мыщэм и жьэр щызэтрипIэжым бжэ­гъум зэтримыгъэхьэу иубыдащ. КъэзгъапцIэри лей есхащ тхьэмыщ­кIэжьым, ауэ сыт сщIэнт - нэгъуэщI Iэмал сиIэжтэкъым.

Бжэгъу кIэщIым и зэхуэдитIым деж си аркъэныр щызгъэлъадэщ аби, сыкъэшэсыжри мыщэр гъуахъуэу Баринэм къыхуэсшэри, я шы фIэдзапIэм еспхащ. Жылэр абы еплъыну зэхуэсауэ зэхэту, Баринэр къызбгъэдыхьэщ аби, си пащIэ лъабжьэм хуэзэу ба къысхуищIри, щIэлъэдэжащ. И адэр къаплъэри, и пащIэкIэм щIэгуфIыкIа мыхъу, зыри жиIакъым.

Мыщэм и фэр ХьэтIохъущокъуэхэ я хьэщIэщышхуэм ирапхъуати, Iэбгъу къэмынэу унэ лъэгур щIиуфат.

Мыщэр делэщ, мыщэм сыт и къэубыд!

ВРАНЦОФ-ДАШКИНЫМ И ЖОРЫР

ВранцоФ-Дашкиныр Къэбэрдей псом я тетти, хэкум хьэIусыпэ зрату исым къыдигъаджэри дригъэшащ. Дригъашэри:

- Иджы, - жиIащ, - Къэбэрдейр шырэ IэщэкIэ фызэрыемынэр сощIэ, фи лIыгъэр здынэсми сыщыгъуазэщ. Ауэ, - жи, - фи щэкIуэ­кIэр зихуэдэм пащтыхьыжьыр къыщIоупщIэри, фызгъэунэхуну арат фыкъыщIезджар. Фыхьэзыр?

- Дыхьэзырщ!

- АтIэ фынакIуэ! - жиIэри дришэжьащ, езыр фитоным ису, шу тIощI и пэм къиту, шу тIощIи и ужь къитыжу. ДыкIуэм-дылъэурэ, зы жэщ-зы махуэкIэ дыкIуауэ, мэзышхуэ дынэсащ. Дыщынэсым, шу гупыр дызэбгъэдешэри къыджеIэ:

- Иджы мы мэзыжьым фыхыхьэнщ щхьэж и занщIэр и гъуэ­гууи, япэ къыфпэщIэхуа хьэкIэкхъуэкIэр къыщIэфхунщ, мы си фитоным къефхулIэнщи, сэ сеуэнщи, къэзукIынщ. Нэхъ пIащэ къэзыхур нэхъ пхъашэщ, нэхъ псынщIэу къэзыхур нэхъ жыджэрщи, зым и пщIи кIуэдынкъым. Хьайдэ маржэ! - щыжиIэм, си занщIэр си гъуэгуу сыхэлъэдащ мэзым.

Куэд дэмыкIыу кхъуэпIащэ ин срихьэлIащ. Гуу хуэдиз хъууэ зэрамыщIэжт! Пырхъыжу пабжьэм хэлъти, къыхэсхущ, мэзым къыщIэзгъэцIэфтри, фитоным къыбгъурысхуащ. Вранцоф-Дашки­ным тригъапсэщ аби, еуэри хутегъэхуакъым.

Мэзыкхъуэр щIолъэдэжыпэ жысIэри, селъэдэкъауэщ аби, аргуэ­ру къыбгъэдэсхуэжащ. Тригъапсэри, сеплъмэ, инэралым и Iэр кIэзызти, уэлэхьэ, аргуэру блегъэзым щыжысIэ дыдэм, «баргъ!»­еуэри хутегъэхуакъым. Ещанэрейуи къезгъазэри кхъуэ угъурсызыр IэщIэкIыжащ. Хутегъахуэркъым.

«Уэлэхьэ, инэралыжьым и напэжьыр токIмэ!» - жысIэри, мэзым хэлъэдэжа кхъуэпIащэм сыкIэлъежьщ, сыкIэщIыхьэри сыщеп­хъуэм, «уэлэхьэ, мыр хьэрэмщ, Iэ пцIанэкIэ семыIусэн!» - жысIэри, бэлътоку хужьыбзэ къисхщ аби, кхъуэм и кIэбдз сэмэгур бэлътокум­кIэ сыубыдри, пIэтIауэ-лъэкъуауэу къэсIэтащ. Абы щыгъуэ си щIалэгъуэт, си къару илъыгъуэт! КхъуэпIащэр кIийрэ зиукIыжу фитоным къесхьэлIэри, Вранцоф-Дашкиным и нэ нащхъуитIыр къижу и нэкIум есхьэлIащ.

- Къеуэ, инэрал, иджы къэбукIыфынщ! - жысIэри.

Дэнэ кIуэнт темыхуэу? Фочыпэр кхъуащхьэм иригъэкъури, итIанэщ кIакхъур щыщIичар. КхъуэпIащэм кIиин пичри зэпкъры­хуащ. Инэралым и гур къызэрыгъуэтыжри жор ищIыну щыхуежьэм, «едым и лыр ушхи-ушх, уэ хьэ цIапIэм!» - жысIэри, сыкъыIукIщ аби, сыкъежьэжащ. ЩакIуэ слIагъужатэкъэ сэ!

Ауэ ди гъусахэм тхьэ зыщаIуэжыращ, а махуэм зыгуэр къыхимыхуу зылI къыхэмыкIыжауэ, абы къыхахуам щыщуи зы тхьэкIумэкIыхь IэщIэмыкIыжауэ Вранцоф-Дашкиным.

Мазэ дэкIа-дэмыкIауэ ди пщIантIэ зы шу цIыкIу Ныдохьэ:

- Къуэдзым и къуэкIэ зэджэр уэра?

- Сэращ!

- АтIэ Вранцоф-Дашкиным укъызэрысын жиIэри сыкъыпхуигъэкIуащ.

«Сыту пIэрэ ахьмакъым аргуэру къылъыкъуэкIар?» - жысIэщ аби, сышэсри сыкIуащ. Сынэсрэ сыщIыхьэмэ, инэрал набдзэ къуийм ахъшэ ебжри щысщ, шэнт щабэм исрэ Iэнэ лъакъуиплIым бгъэдэсу. И набдзэ къуийр хишри:

- А, Къуэдзым и къуэр укъэса? - жиIэри, къэтэджщ аби, сригъэблэгъащ. - УкъыщIезджар пщIэрэ?

- КъызжепIэмэ, къэсщIэнщ!

- Мы Iэнэм телъ ахъшэр плъагъурэ?

- Солъагъу.

- Мыр ахъшэ хужь сом мин мэхъу.

- IэфIкIэ ушхыж!

- Хьэуэ, - жи, - мыр лIыгъапщIэу пхуэдгъэфэщауэ ууейщ.

- Берычэт бесын! Уэлэхьи, сэри ар здэсхьын къэзгъуэтынмэ!

Вранцоф -Дашкиныр зоIэбэкIри пхъуантэ цIыкIу гуэрым жор къыдех.

- Мы Джорджри ди пащтыхьыжьым лIыгъэ дамыгъэу къып­хуигъэфэщащ! - жиIэри къыщишийм:

- А хьитIым я кум къыдэкIа! Уи пащтыхьри джаурщи, уэри убзаджэнаджэщ: фэ жор къысхуэфшиинкIэ щхьэ yхъy? Уи жорри фи ахъшэри фи натIэ иукIэжащ!- жысIэри, сыгубжьщ аби, Вранцоф­-Дашкиныр къамышы накIэлъакIэ сщIыри сыкъыщIэкIыжащ.

Абы и ужькIэ бэлъшэвичкIэ зэджэр къежьэри бэлъшэвычым сахыхьэжащ.

МЭЗЫТХЬЭМ И ПХЪУР

Си щIалэгъуэрэ си фыз къэшэгъуэ дахэу ныбжьэгъу гуп си гъусэу, деуэри, хьэжэбажащэ дыкIуат. ДыщакIуэу мэзым дыздыщIэтым, сыкIэрахъуэри си гъусэхэр сфIэкIуэдащ. Ахэр, къэслъыхъуэжу къыздэскIухьым, сыплъэри зы бажэ ахъырзэман и гъуэм къипщарэ памэу къикIухьу солъагъу. Си фочыр къэзгъапкIэри, тезгъэпса щхьэкIэ, уакъым. «Мы игъащIэм убзэщхъу зи мыхабзэр щхьэ убзэщхъуауэ пIэрэ?» - жысIэри аргуэру къыщызгъапкIэм, си пыIэр зыгуэрым сщхьэрихащ. Сыдэплъеймэ - и анэ къызэрилъхуам хуэдэу пцIанабзэу зы хъыджэбз жыгым къытесщи:

- Уемыуэ, - жи абы. - Ар си дэлъхущ.

Хъыджэбзыр узримыгъэплъу дахэт: къанжэм и хужьыр и хужьрэ къанжэм и фIьщIэр и фIыцIэу.

- Ау! - згъэщIэгъуащ. - Мыр сыт: уцIыху цIыкIу хьэмэрэ тхьэIухудым уащыщ?

- ЦIыху цIыкIум я нэфI къыпщыхуэ! - жи. - ТхьэIухудым сащыщщ.

А зэ Iуплъэгъуэм хъэщыкъ сыхуэхъуащ: уи щIалэгъуэрэ уи делэгъуэмэ, гугъукъэ! Си къэпталыр щысхри худэздзеящ:

- Уи укIытапIэр щIэхъумэ! - жысIэри.

Къэпталыр зыщитIэгъауэ и лъакъуитIыр щIеупскIэри, хъыджэбз цIыкIу нэхъей, тесщ жыг къудамэм. АпхуэдизкIэ ситхьэкъуат и дахагъэми, жысIэри сщIэри сымыщIэжу селъэIуащ:

- КъыздэкIуэ! - жисIэри.

Жыг къудамэм зыкъригъэщэтэхри къэуващ. Си къэпталым и IэгъуапитIыр къьшылэлу щыгъыу:

- Уащхъуэ Мыващхъуэ KIaнэ, уэ лIы ухъумэ, сэ сыфызщ!­ - жиIэри. - Сэ сыныпхуейти, укъэзгъуэтащ, уэ укъысхуеймэ, мы мэзыжьым псынщIэIуэу сыщIэх: сэ мэзытхьэм срипхъущ, нетIрей бажэ уфIэщIар си дэлъхущ - хъыбар иригъэщIэжмэ, тIури дыкъе­лынкъым си адэм! - жи.

СепIэщIэкIыу си шыплIэм къыдэзгъэтIысхьэри, макIуэ щIыкIэ, мэзым сыкъыщIэкIыжауэ сыкъокIуэж. Лъэхъулъэущу дыкъыздэ­кIуэжым, жыгхэр иригъэщIу жьышхуэ къыкъуоу, щIыр игъэзджыз­джу зыгуэр къыскIэлъожэ. СыкъызэплъэкIмэ - и пкъыр кхъуэпIащэрэ и щхьэр цIыхущхьэу, и пащIитIыр мафIэбзиплърэ гъуэгу напщIитIыр илыгъуэу зы шынагъуэжь къожэ. СызэIэбэкIри фочыр дохъутейм къыщисхым, си шыплIэ дэсым идакъым:

- А къажэр си адэр арщI - жиIэри.

Си шыр зэрылъэкIкIэ къоIэ, къеIэ щхьэкIэ, мор гъунэгъу къохъу. Щымыхъужыххэм, тхьэIухудым и зы щхьэц налъэ къыхичщ, зэридзэри къызэридзэкIащ. А дакъикъэм Мэзытьэм дэрэ дякум банэ бжыхьышхуэ къихутащ. Ауэрэ дыкъеуэм-дыкъакIуэурэ, зыкъо­мыфI къэткIуауэ, Мэзытхьэм банэ бжыхьыр къызэпхитхъри къыткIэ­щIыхьэу хуежьащ. Сишри ешащи, мэпырхъ. ТхьэIухудым аргуэру зы щхьэц налъэ тIэу зэридзэри къыщызэридзэкIым, гъущI бжыхьышхуэ хъуащ. Мэзытхьэм ар къызэпитхъыху си шым зедгъэгъэпсэхури дыкъежьэжащ. Зы теуэгъуэфI къэткIуауэ сызэплъэкIмэ - гъущI бжыхьыр къызэпхитхъауэ Мэзытхьэр къожэ. Ари къожэ, дэри дожэ. Уии-итI, ди шыкIэм къопхъуэ иджы щыжысIэ дыдэм, тхьэIухудым зы щхьэц налъэ къыхичщ, щэней зэридзэри, дыгъэм хуишийщ аби, щIигъанэри къызэридзэкIащ. КъызэридзэкIар мафIэ бжыхь хъуащ. Мэзытхьэр, абы къыщемызэгъым, къэджаш:

- Ей, Къуэдзым и къуэкIэ я щIалэ делэ, мазэ уделэмэ, ущIегъуэжынщ! - жиIэри.

Абы къригъэкIар сэ сыткIэ сщIэнт? ТхьэIухудыр къэсхьри сыкъэкIуэжащ. «EI, дэ тхэкIуэсыкIри фызыхьэ кIуащ!» - жаIэри си ныбжьэгъухэм загъазэри дэкIыжащ. Ефэндым: «Бзаджэнаджэш къэпхьар!» - жиIэри нэчыхь схуитхын идакъым. Къуажэм хьэрэм сыкъащIаш.

- Къызофыгъуэри араш: уэлэхьэ, зызыгъэпщхэми тхьэIухуд къэзыхьыфа къахэмыкIа! - жысIэри сыщIыхьэжаш.

Ауэрэ махуэ докI - махуитIи докI. Псэун, шхэн хуейтэкъэ-­тхьэIухудым зыри схуищIэркъым, махуэ псом бзухэм ядофийри жыгыщхьэм исщ, жэш зэрыхъуу къохыжри къогъуэлъыж. Сэри си щхьэм сыхуопщэфIэж-сыхуолъэсэж. Къуажэми сыкъадэжыр­къым, лъэпкъри къысхуеижкъым. Апхуэдэу куэдрэ пхуэхьынт? Мазэ дэкIатэкъым сыIэбэмэ сылъэмыIэсыжу сыщыщIегъуэжам. Езым зыгуэр жесIэнуи сошынэ, сщIэнури сщIэркъым. Махуэ псом пцIанабзэу жыгышхьэм исти, жылэм ди напэр трех, жиIэри, ди гъунэгъур фоч къытриубыдэри къеуа щхьэкIэ, хьэ къебэнауи къыфIэIуэхуакъым, «уэхьэ-хьэхь!» жиIэу дыхьэшха мыхъумэ.

... Зы махуэ гуэрым сыхьэжауэ щхьэлым сыкъикIыжри сыкъы­щIыхьэжмэ, ди гъунэгъум я пхъумрэ си тхьэIухудымрэ щхьэцыкIэкIэ къызэрохьэкIри унэм щIэтщ.

- Мыр сыт мы къэхъуар? - щыжысIэм, тIури зэрыутIыпщыжри:

- Мы цIыхубз делэм сигъэпсэуркъым, - жи тхьэIухудым, - кIуэж укъыздикIам жеIэри. Унафэ щIы!

- Унафэращ, - жи ди гъунэгъум я пхъум, - уэ утхьэIухудмэ уи унэр мэзыращи, кIуэж, сэ сыцIыхубзщи, мы унэм сыкъыщIэнэнщ.

- Хьэуэ, - жи тхьэIухудми, - сэ сынэхъ дахэщи, мы унэр сысейщ, уэ уи унэ кIуэж!

- Хъункъым! - жи ди гъунэгъу хъыджэбзым. - Ауэ щыхъуакIэ къытхрыредэ: и нэр напэIэлъэщIкIэ щытпхэнщи, дыкъимылъагъуу и Iупэм ба зырыз хуэтщIынщ. Езым игу ирихьыр къыхихынщ.

- АтIэ уэ пхуэмыгъуэн, сэ схуэмэхуэн! - жиIэри тхьэIухудыр арэзы мэхъу.

Си нэр напэIэлъэщIкIэ япхэри унэкум срагъэуващ. Япэу къысхуащIа бар мыл кIанэм хуэдэт, етIуанэу къысхуащIа бар фо махъсымэм хуэдэти, ар къыхэсхащ, IэплIэ хуэсщIри. Си нэр къитIэтэжмэ - ди гъунэгъум я пхъур си IэплIэрылъу! ТхьэIухудыр, сабийм хуэдэу къэгъщ, си IэплIэм къилъ хъыджэбзым и зы щхьэц налъэ хичри, макIуэ-мэлъей! - Лъэтэжащ. Ди гъунэгъум я пхъур къэсша шхьэкIэ, лъхугъэ имыIэжу къыщIэкIащ - тхьэIухудым хича щхьэц налъэм дэкIуэдащ быну и Iэпкълъэпкъым илъар.

Нобэр къыздэсам си тхьэкIумэм имыкIыу итщ тхьэIухудым и гуIэкIар.


Поделиться с друзьями:

Типы оградительных сооружений в морском порту: По расположению оградительных сооружений в плане различают волноломы, обе оконечности...

Механическое удерживание земляных масс: Механическое удерживание земляных масс на склоне обеспечивают контрфорсными сооружениями различных конструкций...

История развития хранилищ для нефти: Первые склады нефти появились в XVII веке. Они представляли собой землянные ямы-амбара глубиной 4…5 м...

Автоматическое растормаживание колес: Тормозные устройства колес предназначены для уменьше­ния длины пробега и улучшения маневрирования ВС при...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.013 с.