Пащтыхьыжьымрэ Къуиижь цiыкiурэ — КиберПедия 

Кормораздатчик мобильный электрифицированный: схема и процесс работы устройства...

Таксономические единицы (категории) растений: Каждая система классификации состоит из определённых соподчиненных друг другу...

Пащтыхьыжьымрэ Къуиижь цiыкiурэ

2017-06-02 547
Пащтыхьыжьымрэ Къуиижь цiыкiурэ 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

Еуэщ аби, жеIэ, махуэ гуэрым Къэбэрдейм я уэлиипщыр пэщащэу пщIантIэм дэту, зы шу цIыкIурэ вы къуэхужьитI щIэщIауэ зы выгу­рэ къыдохьэ. Шу цIыкIyp йопсыхри, уэлиипщым тхылъ хуеший:

- Мыр пащтыхьыжьым къыпхузигъэхьащ, - жери.

Тхылъыр зэкIуэцIехри къоджэ: «Iуащхьэмахуэ лъабжьэ щехъу фи щолэхъу хакIуэжьыр къэщыщри, си шыбзищэм щаригъэнэжащи, абы къалъхун хуея шыщIэ щитIри, ар зэзгъэкIуэкIамэ, къащIэсхы­ну щыта дыщэ гулъэри къызэптыжынщ, - жи пащтыхьыжьым.­ - КъымыдэкIэ, а выгум илъ гъущIым, пэм ипкудэн хуэдэу, джэдыгу щабэ къысхухэфщIыкIи, къысхуэфшэж! - жери выгум илъ гъущI хъуреишхуэр быргу жиIэу кърадз. – Хьэуэ жыфIэрэ, фызырыс хэкум фикIи, сэ къысхуэвгъанэ – арыншамэ, си дзэр нэсшэнщи, фыслIынщ, фысшхынщ!»

- Мыр сыт, фи пащтыхьыжьыр делэ хъуауэ ара? – жери мэдыхьэшх уэлиипшыр.

Шу цIыкIум цIутI жиIакъым, мазэ пIалъэ къаритри дэкIыжащ.

«Уэлэхьа, делагъэм и кIэр ем хуэкIуэжынкIэ хъунум», - жеIэри, уэлиипщыр мэгупсысэ: ижь зещIри хъуркъым, сэмэгу зещIри хъуркъым. ЩымыхъукIэ, шу зэбгрегъэжри хасэр зэхуешэс:

- Мыращ, зиусхьэнхэ, пащтыхьыжьыр хъийм икIащи. Мыпхуэдэ игъуэджэ къытпеубыд, - жери, тхылъым къахуоджэ. – ЛIо тщIэнур: хьэуэ жыдоIэри дыпэлъэщынукъым, ерэхъу жыдоIэри тхузэфIэкIынукъым. Фи Iэдакъэр фи жьэпкъыпэм щIэвгъакъуи, фегупсыс! – жери езыр щIокIыж.

Махуэ мэгупсысэ, махуитI мэгупсысэ – зыри къахуэгупсысыркъым. КъащыхуэмыгупсыскIэ, хэкур хущанэным траубыдэ. Абы хэту, бжэр Iуехри, Къуиижь ЦIыкIу къыщIохьэ:

- УэршэрфIохъу апщий, зиусхьэнхэ! – жери.

Уэлиипщыр къыхуолъ:

- Сыт мы гъуамэм жиIэр! – жи. – Дэ дыуэршэру дызэхэс уфIэщрIэ?

- Iау, лIо-тIэ фщIэр? – жи Къуиижь ЦIыкIу.

- Дхасэ.

- НтIэ сыт къэвухэса, сыт къэвгупсыса?

- Хэкур хущыднэнущ.

- Уэлэй, ар хасэкIэ къысхуэмыхъуат! - Къуиижь ЦIыкIу.

Хасэр къолъ, арщхьэкIэ пщы уэлийм зэтреуIэфIэ:

- Зэ фыкъытримыч! – жери. – Уэ сыт нэхъ уфIэтэмэмыр, Къуиижь ЦIыкIу? – йоупщI, хэт ищIэн, къуийми зыгуэр къигупсысынкIэ мэхъу, жыхуиIэу.

- Абы щхьэкIэ фи щхьэ фымыгъэузу, сэ си пщэм къифлъхьэ, - жи, - ар!

- IохьоIу?

- Феуи, сэ си ныбжьу щIалэтанищэ къысхуэвгъэшэс, - жи Къуиижь ЦIыкIу, - бжы зырыз яIыгъыу. Абы и щIыIукIэ зы ажэ, зы махъшэ къысхуэвгъуэт, махъшэм зы штауч хъуржыни схутефпхэж!

Къэбэрдейм я дэжкIэ куэдрэт ар! Йоуэри, къыхузэрагъэпэщ жыхуиIа псори, етIуанэ махуэм, мафIэгум ирагъэтIысхьэр аби, ирагъажьэ.

Ирагъажьэри, кIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, Бытырбыху жыхуаIэм нос.

- Иджы, - жи Къуиижь ЦIыкIу, - фыкъэдаIуэ мыдэ: дэ иджыпсту мо уэрамышхуэмкIэ дыдэхьэнурэ дехынущи, хьэуэ фызрихьэлIэр феуэурэ фыукI. Пащтыхь куэбжэм дынэса нэужь, пщIыр си гъусэу куэбжэм фыныдыхьэ, бгъущIыр фыныдэмыхьэ, ауэ хьэзыру фыщыт! КъэхъунIа хуейкъым, ауэ къэхъу хъужыкъуэмэ, фыхуэгъэпсауэ щытын хуейщ.

Арати, уэрамышхуэмкIэ ирагъэзыхри йох, хьэмаскIэ къыдэжми яукIыу, хьэуэ къыдэжми яукIыу, хьэджафэ къыдэжми яукIыу, хьэ самыр къыдэжми яукIыу. Пащтыхьым и куэбжэм носри, пащтыхьым и мэлыхъуэхьэр кърашэкIыу дэтти, Къуиижь ЦIыкIу еуэри иукIащ. Пащтыхьыжьыр щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъу щытти, ар щилъагъум, кIийуэ къыщэжащ:

- Хэт мы хьэ зэрахуэм къыхэкIауэ мы си хьэ дахэр зыукIар? – жери.

Модрей зи хьэ яукIа къомри, зэрыугъуейщ аби, тхьэусыхакIуэ къэкIуауэ щытт, я щхьэр бжыхьым къыщхьэпрыгъэжауи, къогуо:

- Уи хьэм фIэкIэ ямыукIамэ, Iуэхут, къуажэм хьэ къыданэжакъым! – жаIэри.

ИтIанэ пащтыхьым зыгуэр къыгурыIуэ хуэдэ мэхъу: «Уэлэхьи, - жи игукIэ, - мыр сэ сыщыгугъам щыщымыIэ, мыр зыгуэрым», - жери, унафэ ещI куэбжэр Iуахыу къыдагъэхьэну.

- Дэнэ фыкъикIа? – жи, пащтыхьыжьыр къабгъэдохьэри.

- Къэбэрдэй дыкъикIащ.

- Iаха, фынакIуэ – тIэ, хьэщIэщымкIэ фынеблагъэ!

- Дынеблэгъэнукъым, - жи Къуиижь ЦIыкIу, - дэ IуэхукIэ дыкъэкIуащ.

- НтIэ, IуэхукIэ фыкъэкIуамэ, сыту нэхъ иныIуэ фхэмытрэ – фэ фысабий защIэщ, - жи пащтыхьыжьым.

- Сыт щIытхэмытыр, ини тхэтщ: къафшэт мыдэ ди иныр! – жери маджэ Къуиижь ЦIыкIу.

Махъшэр къыбгъэдашэ IумпIэкIэ:

- Ин ухуеймэ, мисс мыр инщ! – жаIэри.

- Хьэуэ, - жи, - сэ мэуэ пащIэ-жьакIэ тету жыхуэсIэщ.

- Къафшэт а пащIэ-жьакIэ зытетыр! – жери, Къуиижь ЦIыкIу щыджэкIэ, и жьакIэр уфэфэжу ажэр къыбгъэдашэ:

- Мыбы и жьакIэм сыт и лажьэ? – жаIэри. – ПащIэ зытет ухуеймэ, ди джэдуужьым дзыгъуэ къиубыдыжыркъыми, къыпхуэтшэнщ.

- А зиунагъуэрэ, щхьэ зыфIэт, акъыл зиIэ жыхуэсIэщ сэ! – жери пащтыхьыр мэгубжь.

- Щхьэ зыфIэт, акъыл зиIэ ухуеймэ, сымис! - Къуиижь ЦIыкIу и пыIэр щхьэрех.

Дунейр пшагъуэ кIыфIу нэсати, Къуиижь ЦIыкIу и пыIэр зэрыщхьэрихыу, дыгъэр къыщIэкIри уэфI къэхъужащ, жи.

- Iау, къуий фIэкIа, Къэбэрдейм къысхуагъэкIуэн ямыгъуэтауэ ара? – щыжиIэкIэ Къуиижь ЦIыкIу мэIэбэр и бжымкIи, пащтыхьыжьым и пыIэр къыщхьэрех:

- Уэ си щхьэм къуий лажьэ иIэкъым, - жери: - тхьэр умыгъэпцIмэ, сыкъигъэкIуэт! – жи.

- Уэ уи игъэкIуэтым сыт хэлъ! – жи пащтыхьыжьым. – Уэ угубзыгъэу щытамэ, лажьэ зимыIэ апхуэдизыхьэр зытебукIэнт!

- Дауэ лажьэ зэрамыIэр! – жери Къуиижь ЦIыкIу мэгубжь. – Сядэ-сянэ тхьэмыщкIэм къащIэнауэ мэлыжьитI Iуащхьэмахуэ джабэ щызгъэхъурт сэ, пшэр хъумэ, я псэм хуэзгъэкIуэдыжын си мураду, - жи. – Зы махуэ гуэрым дыгъужьищ къыттеуэри, сапэмылъэщ щыхъум, хьэуэ дунейм тетым сакъеджащ, алыхьым хьэтыр иIэххэмэ, фыкъакIуи, си мэлитIыр евмыгъэшх жисIэри. Зы хьэ, зы хьэ закъуэ нэкIуа уфIэщIрэ? Мис абы щыгъуэ тхьэ сIуащ сэ хьэм къызащIар яхуэзмыгъэгъунуи, сызыхуэзэр cоукI.

- Пу, алаурсын! - жи пащтыхьыжьым: - Iуащхьэмахуэ джабэ укъыщыджар урысеихьэм зэрызэхамыхынур къызыгурымыIуэ уэ дауэ къэбэрдэй лIыкIуэ узэрыхъунур?

- Пу, алаурсын! - жеIэ мыдрейми:- Iуащхьэмахуэ лъабжьэ щIэт хакIуэм и щыщ макъыр урысей шыбзым зэхахыу зэрыщамынэ­жынур къызыгурымыIуэ уэ пащтыхь ущыхъукIэ, сэ лIыкIуэ сыщIэмыхъунур сыт? - жери.

- АбыкIэ укъыстекIуащ, - жи пащтыхъжьым. - Си джэдыгур энэ нэса?

- Уи джэдыгур ягъэтэджщ, яIуэтыжри, пэм ипкудэным хуэдэу, щабэ ящIщ аби, ябзыжащ, - жи Къуиижь ЦIыкIуи. - Иджы джэдыгур ириддыну мыр Iуданэ тхуегъэщI! - жаIэри къыпхузагъэ­шащ, - жери, щтауч хъуржыныр и пащхьэм кърекIутэ. - Апхуэдэ джэдыгур мытIэпIыжыну дын хуейкъэ, пащтыхьыжь? - жери и па­цIэкIэм щIогуфIыкI.

- Уэлэхьи, абыкIи укъыстекIуам! - жи пащтыхьыжьым.­ Иджы фыкIуэж хъунущ.

- Айхай, дыкIуэжын! - жи мыдрейми. - Мыдэ уи псалъитIри зэрыдгъэзэщIамкIэ хьэфэ тхылъ къыдэт!

- Сыт хьэфэ тхылъ? - жери къолъ пащтыхьыр. - Сэ си псалъэр хьэфэ тхылъ ирикъуркъэ! - жи.

- Хьэуэ, - жи мыдрейми, и щхьэфэ гъуэплъыр дыгъэм пэлыду, - псалъэр жьым ехьыж, сэ уэлиипщым тхылъ хуэзмыхьу и фIэщ сыхъунукъым.

Сыт ищIэнт пащтыхьым, хьэфэ тхылъ етхри кърет: «Нобэ щыщIэдзауэ дунейр къутэжыху Къэбэрдейм дауэ яхузиIэкъым икIи яхузиIэнукъым: яшри, я дыщэри, я хэкури къахуэнэжащ», - жиIэу иту. ИтIанэ дзэр фIыуэ игъэхьэщIэщ, тыгъэ зырыз къахуищIри къиутIыпщыжащ: бетэмал, апхуэдэ зылI сиIамэ, дуней псор зыIэщIэзгъэхьэнти!» - жиIэурэ, Къуиижь цIыкIy къыкIэлъыплъу.

Зэрежьэрэ нобэ мазэ ирокъу щыжаIэм Къуиижь цIыкIy дзэр къишэжри къэсыжащ, хьэфэ тхылъыр иIыгъыу.

Уэлийм и пщIантIэм Къуиижь цIыкIyy къыдыхьар пщы хъуауэ дэкIыжащ, жи: уэ плъэгъуамэ, сэри слъэгъуащ.

 

ЗЫ ПСАПЭРЭ ПСАПИБГЪУРЭ

Еуэри, зы ефэнды гуэрым даIимауэ уаз итырт, жи: «Зы псапэ пщIэмэ, алыхьым псапибгъу и гъусэу къыпхуищIэжынущ!»­ - жиIэурэ. А къуажэм щIалэ бзаджэжь гуэр дэсти, ар щызэхихым, и жэм закъуэр ефэндым деж ихури кIуащ. Ефэндым езым жэмибгъу иIэт. ЩIалэм къихуа жэмыр щилъагъум, ефэндыр къеупщIащ:

- Мыр сыт, щIалэ? - жиIэри.

- Мыр псапэу уэстыну къэсхуащ, зы псапэ пщIэмэ, алыхым псапибгъу щIыгъуу къыпхуещIэж жыпIати, - жи.

Ефэндыр щIалэм къыщытхъущ, къехъуэхъури къиутIыпщыжщ. Гъэ псом щIалэм мыбэлэрыгъыу мэкъу пиупщIри мэкъуэщым ирилъхьэжащ. Бжьыхьэу былымхэм я къекIуэлIэжыгъуэм деж щIалэжьым и жэм закъуэм ефэндым и жэмибгъури къыдэкIуэу къыздишэри пщIантIэм къыдыхьэжащ. ЩIалэжьым ахэр Iуэм иригъыхьэри мэкъу яритыжащ.

Ефэндым и жэмхэр къэт щыхъум, гузавэу щIэупщIащ. Ар уэ жыпIа, сэ жысIа-ефэндым деж нэсащ: «Уи жэмхэр мыпхуэдэ щIалэжьым и Iуэм итщ», - жаIэри. Ефэндыр къэкIуащ щIалэм деж.

- ЦIыхум къилъхуауэ цIыхугъэ зиIэр хэгъуэщэнкъым! Плъа­гъуркъэ абы ищIар: щхьэрыуэнущ, ефэндыр игъэлъыхъуэнущ, жиIэри и Iуэм ирихуащ. Муслъымэныгъэ зигу илъыр гъуэщэн­къым! - жиIэри пхъэрыгъажэр иригъэжыну хуежьащ.

- Сыт пщIэнур? - жеIэ щIалэжьым.

- Схужынущ си жэмхэр!

- Уэлэхьэ, сэ уи жэм сымылъэгъуа! - жи. - Зы псапэ пщIэмэ, алыхьым псапибгъу щIыгъуу къуитыжынущ жыпIати, къызитыжащ. Сэ алыхьым къызитар уэ уэстыжмэ, гуэныхьщ!

Абдежым зэныкъуэкъу щыхъум, ефэндым жиIащ:

- Ауэ щыхъукIэ, Жанхъуэтхьэблэ ефэндым деж накIуэ, шэ­рихьэт едгъэщIынщ!

- НакIуэ! - жиIэри кIуащ, щIалэр лъэсу, ефэндыр шууэ. Нэсри джащ, ефэнды здэкIуам и цIэр жаIэри. Щыджэм, нысащIэ макъ цIу цIыкIур къыщIэкIащ:

- Ефэндыр дэскъым! - жиIэри.

Ефэндым нысащIэр игу ирихьати, епсыхри еблэгъащ, и ефэн­дэгъур зэрыдэмысыр и гуапэ хъуауэ. ИтIанэ ефэндыр нысащIэм дэгушыIэ-дэджэгуу щIедзэ. НысащIэм зыщимыхъунщIэм, ефэндым, тегушхуэри, жиIащ:

- Цыфэрыщымрэ цыфэ къалэмрэ ткъутэу дыгъэджэгу!

Цыфэрыщымрэ цыфэ къалэмрэ якъутэу щыхуежьэм, щIалэжьым бжэр Iуихри джащ:

- Ефэнды, мухьэрэбым уис щIыкIэ шэрихьэт къысхуэщIэ!­ - жиIэри.

ИужькIэ щIалэжьыр ефэндым и шым шэсри къэкIуэжащ.

Махуэ гуэрым, жумэхьэ махуэу, щIалэжьыр шууэ МэжджытымкIэ щыблэкIым, зыгуэр мэжджытым щIэлъэдащ:

- Ефэнды, уиш ядыгъуам зыгуэр тесу блокI! - жиIэри. ЦIыxyp къызэрыщIэхри щIалэжьыр яубыдащ:

- Мыр уищ ефэнды? - жаIэри.

- Тхьэуэ мыр зи амыщ, си шым!- жиIащ ефэндым, и Iэр шым трилъхьэри.

- Уэлэхьэ, уишми сымыщIэ, ауэ цыфэрыщымрэ цыфэ къалэмрэ щакъутэ махуэм къэзэуатым къыхэсхащ, - жи щIалэжьым.

- Тхьэуэ мыр зи амыщ, сысымей, игъащIэми сымылъэгъуа! Ещхьщ, ауэ сысейкъым!- жиIэри къыбгъэдэкIыжащ.

 

ДАРИДЖАНЭ

Еуэрэ-еуэрэт, жи, мис мы ди къуажэм хуэдэ зы къуажэ гуэрым зэлIзэфыз дэсти, фызыр нэчыхь къабзэкIэ лъхуэри, хъыджэбз цIыкIу къилъхуащ. ЗэгурыIуэщ аби, а къилъхуам Дариджанэ фIащащ. И анэр фызыфIти, ипхъури хъыджэбзыфIу игъэсащ - Iэдэб дахэ иIэрэ цIыхум фIыуэ закъригъэлъагъуу, IэщIагъэ дахэ иIэрэ зэIусам псэ хилъхьэжу.

Арати, анэри, и бауэ бжыгъэр иухри, лIащ. Илъэс дэкIри, и адэм фыз къишэжащ. Фызыр фыз бзаджэу къыщIэкIщ аби, и мылъхуп­хъум теплъэнкIэ Iэмал имыIэу хъуащ - лъэIэсмэ, епIэскIуу, лъэ­мыIэсмэ, ебгыу, блэкIын хъуамэ, и лъакъуэр пэщIидзрэ игъэлъэпэра­пэу. Дариджанэ ижь зыкъыхуещIри къезэгъыркъым, сэмэгу зыкъы­хуещIри къызыбгъэдигъыхьэркъым. Пэувынущи, и адэм фIолIыкI.

Фызыр абыи къыщыувыIэркъым. Йоуэри, махуэ гуэрым и лIым къыпеубыд:

- Мы Дариджанэ дэши гъэкIуэд! - жери.

- Дэнэ сыбгъэшэну, уанэ мыгъуэр тезылъхьэн? - хуидэркъым лIым. - Ар сэ си бынщ, дрырес! - жи.

Фызыр къыкIэрыкIыркъым лIым: махуэм йолъэIу, жэщым йохъуцацэ:

- Мы уипхъу нэмысыншэм дэрэ дызэзэгъынукъым, - жи, дэши гъэкIуэд!

- Уа, лIэун, сыт си пхъум къуищIар? - жи. - Зегъэзэгъ, и чэзур къэсмэ, унэ ихьэнщи, утыншыжынщ.

Фызыр ерыщ йокIуэ, инат мэхъу:

- Е уи пхъур дэкIынщ, е сэ сикIыжынщ: абы дэрэ мы дунеижьыр къыдозэвэкI! - жери, и Iэр и бгым иту къоув.

JIIым и къарур пэлъэщыжтэкъыми, и шыгур зэщIещIэ:

- Уэ пхуэмыгъуэн, сэ схуэмэхуэн! - жеIэри.

Дариджанэр шыгум ирегъэтIысхьэри, мэзышхуэм ешэр аби, ирегъэкI:

- Иджы, си хъыджэбз, уэ насып уиIамэ, уянэ тхьэмыщкIэр псэужынт! - жи. - Сэ мы блэ фIьщIэм афIэкIа сыпэщIэтыжы­фыркъым: уигу къызомыгъабгъэ! Уэри зы насып гуэр тхьэм къуитауэ къыщIэкIынщи, уи щхьэ бгъэпсэужынщ, - жеIэри, Дариджанэ мэзым къыщIенэр аби, езыр къоуэри къокIуэж.

Дариджанэми зы лъагъуэ еубыдри, йожьэ:

- Тхьэм гущIэгъу къыпхуищI, дядэ тхьэмыщкIэ! - жери.

Арати, йожьэр аби, кIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, зы гъуэг макъ зэхех. Хэту пIэрэ мы къулейсызыгъэ зыщыщIар, жери мажэ. Нэсмэ - мыщэжьт. Хъурейр къижыхьурэ магъ-мэгъуахъуэ Мы­щэжьыр.

- Сыт мыгъуэр къэухъу, Мыщэжь, сыт гущэр къэущIэ, Мыщэжь? - жери бгъэдохьэ.

- Си щIалэ закъуэр мащэм иухуэщ, си щауэ цIыкIур мащэм иупIэщ! - жи Мыщэжьым. - Дариджанэр уэрамэ, къысхуихыж!

- Иджыпсту, Мыщэжь, иджыпсту, си шыпхъужь, умыгъ уэ!­ - жеIэри, Дариджанэ мэзым холъадэр аби, пхъэ кIыхь къелъэфри нэгъуей мащэм ирегъэжэх.

Ирегъэжэхри, акъуш цIыкIум ар еубыд аби, къыдопщеиж. Мыщэжьри, и щIалэ закъуэр къепхъуэтэжри, мэзым хохьэж:

- Сыхьэтым я нэхъ махуэм тхьэм уригъажьэ, гъуэгуу щыIэм я нэхъ махуэм тхьэм утригъэувэ! - жеIэри.

Дариджани йожьэж аби, кIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, мэзым щIокIри губгъуэшхуэ гуэрым йохьэ. Губгъуэм иту кIуэм-кIуэурэ зы жэмыхъуэ пщыIэ ирохьэлIэ. Iэхъуэжь гуэр тести, къыпожьэ:

- А си нэху, а си нэхунэ, Дариджанэ хъужыр уэра? - жери.

- Сэращ, дадэ, сыт ухуейт?

- Сэ сытхьэмыщкIэщ, къыскIэлъыплъын сиIэкъым: тхьэм щхьэкIэ, схуэжьыщIэ, тхьэм щхьэкIэ, схуэдыжэ! - жи, къолъэIу Iэхъуэ­жьыр. - Сэри зы зэман зэ сыпщхьэпэжынщ!

- Иджыпсту, дадэ, къащтэ мыдэ уэ гъэкъэбзэн хуейуэ уиIэр! - ­жеIэри, фIейуэ иIэр зэщIекъуэр аби, псым ехьри, хуожьыщIэ­хуодыжэ, езы лIыжьми къабзэу зрегъэгъэпскI аби, ехуэпэж; IэфIу хуопщафIэри егъашхэ.

- Уэхухуху, си псэри сипкъыри псэхужащ! - жеIэри Дариджанэ кърегъэжьэж. - Сыхьэтым я нэхъ махуэм уригъэжьэж, гъуэгуу щыIэм я нэхъ махуэм тхьэм утригъэувэж!

Дариджани йожьэж аби, кIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, зы мэлыхъуэ пщыIэ хуозэ. Мэлыхъуэжьыр къыпожьэ:

- А си нэху, а си нэхунэ, ДариджанэкIэ зэджэр уэра? - жери.

- Сэращ, дадэ, сыт ухуейт?

- СытхьэмыщкIэ дыдэщ, къыскIэлъыплъын сиIэкъым: усхуэдыжамэ, усхуэжьыщIамэ, тхьэм щыгъупщэнтэкъым, - жери мэлыхъуэ­жьыр къолъэIу. - Сэри, хэт ищIэн, зы зэман зэ сыпщхьэпэжынкIэ хъунт.

- Иджыпсту, дадэ, къащтэ мыдэ уэ фIейуэ уиIэр! - жеIэри, жьыщIыну иIэр зэщIекъуэр аби, псым ехьри, хуожьыщIэ, хуодыжэ, ету хутредзэж; езы лIыжьми къабзэу зрегъэгъэпскI аби, ехуэпэж; IэфIу хуопщафIэри егъашхэ.

- Сытыншыжащ, си псэм уэху жиIэжащ, си хъыджэбз!­ - жеIэри Дариджанэ кърегъэжьэж. - Гъуэгу махуэ уижьэ, сыхьэт махуэ ухузэ!

Дариджанэ йожьэжри, кIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, зы хьэкужь гуэр щыту IуощIэ. Хьэкур къопсалъэри:

- А си нэху, а си нэхунэ, - жи, - Дариджанэр уэра?

- Сэращ, си хуабэ, сыт ухуейт?

- Сэ сытхьэмыщкIэ дыдэщ, гъуанэпщIанэ сыхъуащ, си хуабэр жьым ирехыж, си мафIэр уэшхым еуфэнщIыж, - жи. - Уи Iэщхьэ­лъащхьэ дэпхьейрэ сызэщIэпшхэжамэ, цIыхум уи сэбэп eкIынт, сэри зы зэман гуэр сыпщхьэпэжынт!

- Ар куэдрэ-тIэ, къащтэ мыдэ! - жиIэри, хьэкур къигъэкъэб­защ, зэщIишхэжащ, зыхуей псом хуигъазэри мафIи ирищIэжащ.

- Сытыншыжащ, сыпсэхужащ, си хъыджэбз! - жеIэри Да­риджанэ кърегъэжьэж. - Гъуэгу махуэ уижьэ, сыхьэт махуэ ухузэ!

Дариджанэ йожьэжри, кIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, зы псынэ цIыкIу ирохьэлIэ.

- А си нэху, а си нэхунэ, Дариджанэ жыхуаIэр уэра? - жи, псынэр къопсалъэри.

- Сэращ, си къабзэ, сыт ухуейт? - жи.

- Сэ сытхьэмыщкIэщ, фIейм сисеижащ, цIыхум сабгынэжащ, - жи.

- Уи Iэщхьэлъащхьэ дэпхьейрэ сыбгъэкъэбзамэ, сыкъэбутIып­щыжамэ, цIыхуми сащхьэпэнт, псэущхьэри згъэтхъэжынт. Уэри зы зэман гуэр сэбэп сыпхуэхъужынт!- жери къолъэIу.

- Ахай узгъэкъэбзэн, ар куэдрэ езыр! - жери, и Iэщхьэлъащхьэ дрегъэджэрэзей аби, йоувалIэри, мывэ хадзамэ, къыхедзыж, пхъэ хэфыхьамэ, къыхехыж, ятIэр IэгукIэ кърегъэкъэбзыкIри, псынэ цIыкIур кIантIэу къеуэ мэхъуж.

Псынэпсыр кIантIэу къеуэ зэрыхъужу, Дариджани йоуэри йожьэж. Псынэ цIыкIури къохъуэхъу:

- Си гум жьы дебгъэхужащ, си псэр бгъэтыншыжащ, си хъыджэбз! - жеIэри. - Уежьэжми, гъуэгу махуэ, сыхьэтым я нэхъ махуэм ухузэ!

Йоуэри, Дариджанэ йожьэж аби, кIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, мэз блыгу гуэрым нэсауэ маплъэри зы фызыжь цIыкIу къелъагъу, къаз бын игъэхъуу губгъуэм иту. Йоплъыпэри - фызыжь цIыкIум и бы­дзитIыр и дамитIымкIэ къыщхьэпрыдзарэ къелэлэхыжу! «Адыдыд мыгъуэ, - жи Дариджанэ, - узым сыкъыжьэдэхури ажалым сыжьэ­дэхуай!» - Щэху цIыкIуурэ и щIыбымкIэ бгъэдыхьэри, фызыжь цIыкIум и быдзым зыщIидзэщ аби, щIэфащ. НэжьгъущIыдзэ жыхуаIэм хуэдэт ари, зэуэ зыкъиIуантIэри, къепхъуэщ аби, Да­риджанэр иубыдащ:

- Уэ узыхэзымыха тхьэкIумитIыр дэгу ухъу, уэ узымылъэгъуа нитIри хьэфизу къыунэ! - жи. - Бетэмал, си быдзым укъыщIэмыф щIыкIэ укъыспэщIэхуамэ, зэ шхыгъуэ усхуэхъунт! Иджы сытыр си Iэмалыж, си бын ухъуащи, жыIэ узыхуейр! Дэнэ укъикIрэ, дэни укIуэрэ?

- СянэнэпIэсым сыкъыдихуауэ, си щхьэ закъуэ-си лъакъуитIу дунейм сытетщ, - жи Дариджанэ. - СыекIуэлIапIэншэщ. Сыздэ­кIуэри сщIэркъым, сызэчэнджэщыни сиIэкъым.

- НтIэ, си хъыджэбз хужь, накIуэ неблагъэ, си деж ущыIэнщ, - жи НэжьгъущIыдзэм, Iэ къыдилъэурэ. - Сэ къазхэр згъэхъунщ, уэ унэр зепхьэнщ, упщэфIэнщ.

Дэгъуэщ жиIэри, Дариджанэ унэмкIэ кIуащ, фызыжь цIыкIур къазым къахэнащ.

Хъыджэбзыр зыщIыхьа унэр сызижэгъуэн и махуэт - къаз вейрэ пхъэнкIийуэ, бамэмрэ бадзэмрэ ущIамыгъэсу, тепIэнщIэлъыным шындырхъуохэр щызежэу. Дариджанэ и Iэщхьэ-лъащхьэр дригъэ­джэрэзейщ, унэр къитхъущ-къигъэкъабзэри сэху иритыжащ, унэ лъэгури ятIагъуэ дахэкIэ къриикIщ аби, бадзэхэри къыщIихужащ. Абы и ужькIэ тепIэнщIэлъынхэр зэхихри, ижьыщIщ аби, зэщIилъ­хьэжащ. ИтIанэ мафIэ зэщIигъанэри IэфIу пщэфIащ. Псори зыхуей хуигъазэщ аби, фызыжь цIыкIур псым ишэри, дыху сабынкIэ игъэпскIащ, щыгъын къабзэ щригъэтIэгъэжри, игъэтIысщ аби, игъэш­хащ.

НэжьгъущIыдзэр тIэпIу шхэри къэтIысыжащ:

- Ярэби яIэлыхь, цIыхур мыпхуэдэу IэфIу шхэрэ? - жиIэри. Фызыжь цIыкIур пIэ къабзэм хигъэгъулъхьэжри, къэуш имыIэу, нэху щыхукIэ жеящ. Дыгъэр къыщыщIэкIым къэушри къызэфIэ­тIысхьащ:

- Алыхь-алыхь, хъыджэбз ишэгъуэ сыхъужа хуэдэщ, - жиIэри.

- Ярэби, цIыхур апхуэдэу IэфIу жейрэ?

Фызыжь цIыкIури мэгуфIэ, Дариджани мэгуфIэ.

Апхуэдэурэ илъэскIэ зэдэпсэуа, илъэситIкIэ зэдэпсэуа - сытми, зэман гуэр дэкIауэ, Дариджанэ и адэм хуэзэшу щIедзэ. Нэщхъей мэхъу, и жейр мэкIуэд. НэжьгъущIыдзэр мэгузавэри:

- Сыт къэхъуа, си хъыджэбз хужь, щхьэ уемызэгърэ? - жеIэр аби, къоупщI.

- Дядэр сигу къэкIащ, - жи Дариджанэ. - Сыхуозэш. СыкIуэ­жамэ, сфIэигъуэт, - жи.

НэжьгъущIыдзэм и цыр уащ, и пэр къыпыхуащ, арщхьэкIэ умыкIуэж жиIэу къыпиубыдакъым:

- ПфIэигъуэмэ, кIуэж, си хъыджэбз, - къыжреIэ. - Сэ уэ цIыкIур гугъу узэрехьыр слъагъу нэхърэ сэ сыпхуэныкъуэм нэхъыфIщ. - И щхьэнтэ щIагъым пхъуантэ цIыкIу къыщIехри кърет. - Мыр си фэеплъу зехьэ! Мыбы дыщэрэ налкъутналмэсу дэлъыр уи гъащIэкIэ пшхынуи щыптIэгъэнуи урикъунщ. Ауэ къызжиIакъым жомыIэж: уи анэнэпIэсым деж уемыкIуэлIэжу унэ егъэщIи, уи адэжьыр зэшэлIэж! - жеIэри къеутIыпщыж.

Дариджанэ НэжьгъущIыдзэм IэплIэ хуещIыж аби, къожьэж. КъакIуэм-къалъэм, къакIуэм-къалъэурэ, псынэ цIыкIум деж къос ешарэ-елIауэ, и Iyp гъущIауэ. КъыщыскIэ псынэ цIыкIур къыпожьэ:

- А си хъыджэбз нэху, а си хъыджэбз хужь, къеблагъи, зы псы щIыIэ фалъэ къысхуефэ, къэтIыси, къыздэуэршэр, зыгъэпсэху!­ - жеIэри. - Сэ уэ къысхуэпщIар сщыгъупщакъым, цIыхуу сипc ефари тхьэ пхуелъэIуащ, псэущхьэу сэ къысхэфари къохъуэхъуащ.

Дариджанэ псы щIыIэ фалъэм къефэщ, и напэр итхьэщIщ, и Iэм псы дигъэжэхри къэщIэрэщIэжащ. Псынэ Iуфэ удзыпцIэм хэтIыс­хьэри дэуэршэращ:

- Сытым уепщIрэ, сытым уепщIыхьрэ, Дариджанэ? - къоупщI псынэр.

Хъыджэбзыр плъыжь мэхъури:

- Сэ сымыцIыхум сопщI, зи цIэр сымыщIэм сопщIыхь! - жи.

- И цIэри къэпщIэнщ, и щхьэри плъагъунщ: умыгумэщI! - жеIэри псынэ цIыкIум псы щIыIэ изу дыщэ псылъэ къретри къеутIыпщыж.

Дариджанэ къожьэжри, къакIуэм-къалъэм, къакIуэм-къалъэурэ, хьэкужьым деж къос, шхын щхьэкIэ лIэрэ къаруи-псэруи хэмылъы­жу. Хьэкужьыр къыпожьэри:

- А си хъыджэбз нэху, а си хъыджэбз хужь, къеблэгъэжи, мы щIакхъуэ хужьымрэ мы лы гъэжьамрэ къысхуеплъ! - жеIэ. - Сэ уэ къысхуэпщIар сщыгъупщакъым; блэкIри тхьэ пхуезгъэлъэIуащ, къыблэкIыжри къозгъэхъуэхъуащ.

Дариджанэ мэтIысри щIакхъуэ хужьымрэ лы гъэжьамрэ ешх, и дыщэ псылъэм йоIубыжри, занщIэу къощIэрэщIэж. Хьэку жьауэм щIегъэтIысхьэри зрегъэгъэпсэху, егъэуэршэр:

- Дариджанэ, - жи, - сытым уепщIрэ, сытым уепщIыхьрэ?

Хъыджэбзым и нэкIу хужьитIыр къоуцIыплъ:

- СымыцIыхум сопщIри сымылъэгъуам сопщIыхь, - жери.

- Умыгузавэ, - жи хьэкужьым, - и цIэри къэпщIэнщ, езыми ухуэзэнщ! - жери щIакхъуэ хужьышхуэ кърет. - Мыр нэхъыбэу пшхыху нэхъыбэрэ урикъунущ, - жери.

Дариджанэ къожьэжри, къакIуэм-къалъэм, къакIуэм-къалъэурэ мэлыхъуэ пщыIэм къосыж, ешарэ-елIауэ и лъакъуитIым ямыIыгъы­жу. Мэлыхъуэ лIыжьыр къыпожьэри пщыIэм щIешэ, зрегъэгъэпсэху, мэл пшэр хуеукIри егъатхъэ, псысэкIэ трегъэу, егъэуэршэр:

- Дариджанэ, - жи, - сытым уепщIрэ, сытым уепщIыхьрэ?

Хъыджэбзым и нэкIущхьитIыр къоуцIыплъ:

- СымыцIыхум сопщIри сымылъэгъуам сопщIыхь, - жери.

- Умышынэ, си Хъыджэбз хужь, - жеIэ мэлыхъуэжьым, - ар тхьэм иухащи, фызэблэкIынкъым. Сэри уэ къысхуэпщIар сщыгъуп­щакъыми, мы мэлищэр хъупхъэу узот: уэ укъемыплъэкIыу кIуэ, езыхэр ныпкIэлъыкIуэнущ, - жери кърегъэжьэж.

Дариджанэ къожьэжри, къакIуэм-къалъэм, къакIуэм-къалъэурэ, си псэр поху иджы щыжиIэм, жэмыхъуэ пщыIэм къосыж. Iэхъуэ лIыжьыр къыпожьэри пщыIэм трешэ, зрегъэгъэпсэху, танэ пшэр хуеукIри егъатхъэ, псысэ жриIэурэ жэщым щегъэIэ, егъэуэршэр:

- А си хъыджэбз нэху, а си хъыджэбз хужь, сытым уепщIрэ, сытым уепщIыхьрэ? - жери къоупщI.

Дариджанэ и нэкIущхьитIыр къоплъри и щхьэр ирехьэх:

- А си дадэ дыщэ, - жи, - eмыкIy сыкъомыщI: сымыцIыхум сопщIри сымылъэгъуам сопщIыхь.

- УдэIуж, Дариджанэ! - жи Жэмыхъуэжьым. - Тхьэми ухуи­шэнщ, гуи щыпхуэжынщ. Сэри уэ къысхуэпщIар сщыгъупщакъыми, жэм щэ ныкъуэр хъупхъэу узот: уэ укъемыплъэкIыу кIуэ, езыхэр уи ужь иту нэкIуэнущ, - жери кърегъэжьэж.

Дариджанэ къожьэжри, къакIуэм-къалъэм, къакIуэм-къалъэурэ, мэзыжьым къосыж. Мэзыжьым къыщIохьэри, къакIуэм-къалъэм, къакIуэм-къалъэурэ, и къару тIэкIур еухри къоукIурий. МащIэрэ щылъа, куэдрэ щылъа - сытми зы зэман зэ зыкъищIэжрэ къаплъэ­мэ - унэ мьщIыху гуэрым щIэлъу! Хъыджэбзыр къыщызэфIэтIыс­хьэм, бжэр Iуехри, Мыщэжьыр къыщIохьэ:

- А си хъыджэбз нэху, а си хъыджэбз хужь, укъэхъужа? - ­жери.

- Тхьэр арэзы къыпхухъу, Мыщэжь, сыкъэхъужащ. Мыщэжьым Iэнэ къыхуещтэ, щыхь куцIрэ фо цIынэрэ кърегъэшх аби, хъыджэбзым псэщIэ къыхохьэж.

- Иджы къызжеIэт, си тIасэ: сытым уепщIыхьрэ, сытым уепщIрэ? - жери.

Дариджанэ аргуэру къоуцIыплъ:

- Си нанэ дыщэ, - жи, - сымыцIыху гуэрым сопщIри сы­мылъагъухха гуэрым сопщIыхь: зыхуэсхьынур сщIэркъым.

Мыщэжьым бжэр Iуехри, цIыхум ямылъэгъуам хуэдиз и да­хагъыу, щIалэшхуэ къыщIешэ:

- Мыракъэ умылъэгъуауэ жыхуэпIэр, мыракъэ умыцIыхуххэу жыхуэпIар? - жеIэри.

Дариджанэ къощтэри къызэфIощахэ, щIалэр мапхъуэри имыгъэ­джалэу къегъэтIысыж.

- Мыр нэгъуей мащэм къипхыжа акъушыращ, - жи Мы­щэжьим. - Уэ абы щыгъуэ мыр акъушу уфIэщIами, акъуштэ­къым: сабий зеиншэу къэзгъуэтри спIауэ ара къудейщ - и Iэпкълъэ­пкъкIи и псэкIи цIыхущ. Фи насып зэхэлъу тхьэм иухати, фызэхуэза­щи, адэкIэ фэ фи Iуэхужщ.

ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ дунейм тетыхукIэ зэдэпсэуну тхьэ зэхуаIуэщ аби, къуажэ благъэм кIуэри, нэчыхь къабзэ ирагъэтхащ, Урыху Iуфэ унэ зэтет хужьышхуэ IурагъэщIыхьащ. ЕтIуанэ махуэм традзэри зэлIзэфызыр Дариджанэ и адэм дeж макIуэ. МакIуэри, анэнэпIэсыр щхьэнтэм тесрэ гъуэлъыпIэм ису шхэуэ, лIыр зэтегъуэ­жарэ абы и хьэихубжэхуэщIу ирохьэлIэ. ЦIутI жамыIэу Дариджанэ и адэм и Iэр яубыдри къыщIаш, фитоным ису къашэри, щхьэнтэ щабэм тесрэ шэнтжьейм ису шхэуэ ягъэпсэу. АнэнэпIэсым мылъку къыхуэнар ешхыжри, факъырэIус къыхихыу хохьэж.

Зэадэзэпхъумрэ малъхъэмрэ тхъэрэ шхэуэ я унэ зэтет хужьыш­хуэм щIэсщ, тхьэмахуэ къэс Мыщэжьри хьэщIэу къахуокIуэ, я бын цIыкIухэм ядоджэгури мэкIуэж.

 


Поделиться с друзьями:

Адаптации растений и животных к жизни в горах: Большое значение для жизни организмов в горах имеют степень расчленения, крутизна и экспозиционные различия склонов...

Семя – орган полового размножения и расселения растений: наружи у семян имеется плотный покров – кожура...

История развития пистолетов-пулеметов: Предпосылкой для возникновения пистолетов-пулеметов послужила давняя тенденция тяготения винтовок...

Историки об Елизавете Петровне: Елизавета попала между двумя встречными культурными течениями, воспитывалась среди новых европейских веяний и преданий...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.1 с.