Шыкъарэ шу и таурыхъ (мэзхъумэ Нэфыр) — КиберПедия 

Индивидуальные и групповые автопоилки: для животных. Схемы и конструкции...

Своеобразие русской архитектуры: Основной материал – дерево – быстрота постройки, но недолговечность и необходимость деления...

Шыкъарэ шу и таурыхъ (мэзхъумэ Нэфыр)

2017-06-02 645
Шыкъарэ шу и таурыхъ (мэзхъумэ Нэфыр) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

Еуэри, жеIэ, хъаныжь гуэр щыIэт, хъан лъэрызехьэ гуэр. Абы къуищ иIэт. Хъан лъэрызехьэр куэдрэ и унэ имысу зекIуэ кIуэ и хабзэти, и къуищри езым ещхьу лъэрызехьэ мэхъу. Хъан лъэрызехьэм и къуэхэр игъэунэхуну хуейти, сымаджэ зещIри мэгъуэлъ. И щIалэхэри сымаджэм йоплъри щхьэщысщ.

- Ей ди адэ, - жаIэ, - хущхъуэ пхуэхъунур къыджеIэ: дыщхьэ­хынкъым - къыпхуэтлъыхъуэнщ, къыпхуэтщэхунщ, къыпхуэд­зэунщ, - жаIэ. - Уэ дуней плъэгъуащ, уи хущхъуэ здэщыIэри пщIэуэ къыщIэкIынщ - укъытщымысхь, къыджеIэ!

- Си хущхъуэ здэщыIэр сэ сщIэрт, - жи хъан лъэрызехьэм. ­Ауэ хэт абы кIуэфын, хэт къихьыфын?

- КъыджеIэ закъуэ уэ! - жаIэри къызэфIоувэ и щIалищри.

- АтIэ вжесIэмэ, вжесIэ: къуэкIыпIэмкIэ бгъэзэнщи, укIуэм- укIуэурэ, мыIэрысэ джабэплъ пыту мыIэрысеишхуэ ухуэзэхукIэ укIуэнщ. Абы и лъабжьэм псынэ къабзэ цIыкIу къыщIожри, абдей жэщ бысым щипхынщ, - жи хъан лъэрызехьэм.- Нэху мыщу ушэсыжынщи, ипщэкIэ дэбгъэзеинщ аби, укIуэурэ, укIуэурэ, укIуэу­рэ, аргуэру мыIэрысэ хужь пыту мыIэрысей гуэр урихьэлIэнущ. Абы и лъабжьэм псынэ гъуагъуэ къыщIож, абдежми жэщ бысым щыпщIынщ, - жи. - Нэху укъекIмэ, уежьэжынщи, умыужьэжьу, умышынэу, ущIемыгъуэжу улъыхъуэнщ, къэбгъуэтыху, - жи. - Ауэ хэт зигурэ зи щхьэрэ зэтелъыр?

ЩIалэ нэхъыжьыр къотэдж:

- Сэ сигурэ си щхьэрэ зэтелъщ, - жери.

- Айдэ-тIэ, гъуэгу махуэ!

Арати, шынэхъыжьым гъуэмылэ къищтэщ, фэнд зыкIэрищIэщ, шэсщ аби, еуэри, ежьащ. Ежьэщ аби, кIуэм-лъэурэ, шы и кIуэкIэ мазитI икIуа, мэзищ икIуа - сытми мыIэрысэ джабэплъ пызу пыту зы мыIэрысеишхуэ хуозэ. Абы и лъабжьэм псынэ къабзэ цIыкIу къыщыщIэжырти, епсыхщ аби, абдей жэщ бысым щрихащ. Нэху къекIщ аби, ежьэжри, ипщэкIэ иунэтIщ аби, кIуэурэ, кIуэурэ, кIуэурэ, шы и кIуэкIэ мазих икIуа, мазибл икIуа - сытми мыIэрысэ хужь пызу пыту мыIэрысей гуэр ирохьэлIэ. Абы и лъабжьэм псынэ гъуагъуэ къыщIэжырти, епсыхри, абдеж гуэр жэщ, бысым щрихащ. Пщэдджыжьым ежьэжри, еши, шыни, щIегъуэжи имыIэу лъыхъуащ. Лъыхъуэщ, лъыхъуэщ, лъыхъуэщ аби, илъэсиплI енкIэ къэтри, къимыхыIуээ къекIуэлIэжащ. МыIэрысей хужьым и псынэ гъуагъуэм щыщ фэндым из къищIри къихьaщ.

- Алыхь-алыхь, хъан лъэрызехьэм и къуэр къэсыжащ, и адэм хущхъуэ къыхуихьа хъунщ, - жаIэри хьэблэр къызэхуэсащ, ныб­жьэгъу-жэрэгъухэр къекIуэлIащ.

- Узыншэу къэкIуэжащ, сыту фIыт! - жери гуфIащ хъан лъэрызехьэр, тхьэлъэIу хуищIащ.

Жэщищ-махуищыр докIри хъан лъэрызехьэм зыбгъэдешэ и къуэр.

- Сыт ухуэдэ, дядэ, унэхъыфI? - жи хъан щауэм.

- НэхъыфI сщIэркъыми, нэхъыкIэ сохъу. Унэса, къэбгъуэта?

- Уэлэхьи, къэзмыгъуэта, ауэ мыIэрысей хужьым и псынэ гъуагъуэм щыщ къыпхуэсхьащ, - жиIэри а жэуапыр иритащ.

Хъаныжьым фэндыр къыIихри, къигъэщIейщ аби - псы фар къижыжащ.

- Хъуакъым ар, - жи хъан лъэрызехьэм.- АдэкIэ укIуэIуащэрэт!- жи.- Къэбгъуэтакъым, унэсакъым, ушынащ, - жи.

И щIалэ курытыр къреджэ:

- Уэ укIуэфын, къэбгъуэтыфын? - жери.

- Сежьэнщ, тхьэм жиIэм, къэзгъуэтынщи, къыпхуэсхьынщ, - жеIэри, гъуэмылэ-шымылэр къыкIэрипхэщ, фэндри къызэдищтэри, еуэщ аби, шэсри ежьащ.

Ежьэри, шы и кIуэкIэ кIуэурэ, кIуэурэ, кIуэурэ, мыIэрысей джабэплъым деж нэсри, жэщ бысым щищIащ; пщэдджыжьым дригъэзейри, мыIэрысей хужьым деж нэсщ аби, жэщ бысым щрихащ. ФIыуэ зигъэпсэхуа нэужь, шэсыжри мы дунеижьыр къызэхикIухьащ. Игъуэтыркъым. Мыр хущхъуэ хъунщ жыхуиIэни игъуэтыркъым, и хъыбар къыжезыIэни игъуэтыркъым. Арати, илъэсиплIрэ мазихкIэ къэтауэ къокIуэлIэж я унэм. ИлъэситIкIэ кIуащ, мазихкIэ лъыхъуащ, илъэситIкIэ къэкIуэжащ.

- Алыхь-алыхь, хъан лъэрызехьэм и къуэ курытыр къэсыжащ, и адэм хущхъуэ къыхуихьа хъунщ, - жаIэри къуажэр зэхуос, ныбжьэгъу-жэрэгъухэр къокIуалIэ.

- Сыту фIыт узыншэу къызэрыкIуэжар!- жери, хъаныжьыр мэгуфIэри, тхьэлъэIу хуещIыж.

Жэщищ-махуищ гуэрыр докIри, хъан лъэрызехьэм зыбгъэдешэ и къуэ курытыр.

- Дауэ ущыт, дядэ, нэхъыфI ухъурэ? - къыщIоупщIэ хъан щауэр.

- СынэхъыфIкъым, - жи, - нэхъ Iей сохъу. Унэса, къэбгъуэта, къысхуэпхьа?

- Уэлей, къэзмыхьа, мы дунейм тезмыгъуэта! - жи. - Си шы­нэхъыжьым къихьаращ сэр и къэсхьыфар.

Хъаныжьым абы и фэндри къыIихщ аби, къигъэщIейри­ аргуэрым псы фар къижыжащ.

- Хъуакъым арикI, - жери хъан лъэрызехьэм и щхьэр къы­фIоху.

- НтIэ, уэращ иджы зи чэзур, укIуэнкъэ? - йоупщI къуэ кIасэм.

- Тхьэр согъэпцI, сыкIуэм! - жи къуэ кIасэм.- Хъаныр щыуэ зэгуэкIрэ адищ хъуауэ лIэми сыкIуэнкъым, - жи, - апхуэдэш сыте­су! Дунейм трамыгъуатэ хущхъуэр къэзбгъэлъыхъуэнумэ, шы хъун шы къызэт!

- Дэнэ къыпхуисхын сэ шы, зиунагъуэрэ: сыкъыхэнэжауэ пIэм сыхэлъщ, - жиIэри и адэм и жагъуэ хъуащ. - Мес, шы ди куэдщ, дунеир яуфэбгъуауэ! Мыр хъунщ жыхуэпIэм шэс: щолэхъу ухуей, шагъдий ухуей, трамэ ухуей, ло ухуей! Хьэуэ жыпIэрэ, къэбан пщIэгъуалэр ди хъушэщ, хьэгъундокъуэр ди куэдщ, хуарэр нэхъы­бэжщ. Хэдэ, къыхэх!

- Уэлэхьи, къэвгъуэтам делэ! - жи, идэркъым щIалэм.- Апхуэ­дэшкъэ си шынэхъыжьхэр зытесар? ИлъэситIкIэ шыбгым сису! ИлъэсиплIкIэ шыбгым сису! ИлъэситхукIэ шыбгым сису! Ахэр зекIуэкIэ хъурэ? - жи. - ЗекIуэ себгъэжьэнумэ, шы къызэт! - жи.­ Арыншауэ сежьэнкъым, - жи.

Арати, екъури щIэкIыжащ, тIысагъэххэкъым.

- Уэлей, ар ади хуэмей! Уэлей, ар анэкъилъхуи хуэмей!­ - жаIэри, ар шынэхъыжьитIым я жагъуэ мэхъу.

Ахэри щIэкIыжри гъуэлъыжащ. Жэщ ныкъуэ хъури, нэхъыщIэм иригъэджащ.

- Сыт ухуей, дядэ?

Щэхуу, зыми зэхамыхын хуэдэу йопсалъэ къуэ кIасэм:

- Уи къуэшитIыр сазэрыщыгугъауэ къыщIэкIакъым, - жи хъан лъэрызехьэм. - Я щхьэм жьыр щызопщэ иджыри. Уэ нэхъ гупсысэ уиIэу укъыщIэкIащ, - жи.- Еуи, уи шхуэ, уи уанэ здэщти, Хъуныбэ Iуащхьэ кIуэ, и папцIапIэ дыдэм теуви, дыжьынышхуэр гъэжь­гъыжьгъ, - жи. - Зэрыбгъэжьгъыжьгъыу, къыздикIар умыщIэу шы къарэ пэху къыщыхутэнущ абдеж. Шы къарэр къыббгъэдэхьэнурэ къопэмынущ, - жи. - Къопэмынурэ, сызэрымырар къызэрищIэу, къэлъэкъуэуэнурэ щIэцIывэжынущ. ЩIэцIывэжа нэужь, - жи, Iуащхьэр щэ къижыхьынущ, къыббгъэдэлъадэрэ къоуэну зищIу, и щхьэр къишиирэ уишхыну зищIу. Ауэ икIи къоуэнукъым, икIи уишхынукъым: умыщынэ! - Апхуэдэу Хъуныбэ Iуащхьэр щэней къижыхьа нэужь, езыр - езыру, кIуэнурэ а къыщепсыха дыдэм деж увыжынущ, - жи. Увыжа нэужь, псалъэ жумыIэу бгъэдыхьи, дахэу шхуэр пщIэхэлъхьэ, уанэри телъхьи фIыуэ зэщIэкъузэ шы зэрышэс хабзэкIи, уи шхуэмылакIэ тедзи, уи шыбг итIысхьи, зэуэ шэс, - жи. - Апхуэдэу умышэсыфынумэ, умыкIуэ: зэшэзэпIэу уиу­кIынщ, - жиIащ хъаныжьым.

- Уэлэхьи, - жиIащ къуэ кIасэм, - зылI ищIэн щхьэкIэ сыкъимыкIуэтын, абыкIэ къысIэрыхьэнумэ.

Арати, шынэхъыщIэр нэхущым къыщолъэтри, уанэмрэ дыжьыны­шхуэмрэ къещтэ аби, макIуэ Хъуныбэ Iуащхьэм. И папцIапIэ дыдэм тоувэри дыжьынышхуэр егъэжьгъыжьгъ. А дакъикъэм шы къарэ пэхур къопсыхри, псори и адэм къызэрыжриIам хуэдэу мэхъу. Шым зэрызищIынум хуэдэу зищIри, кIуэщ аби, къыщыхута дыдэм иувэжащ. Мыдрейми шхуэр пщIэхилъхьэщ, уанэри трилъхэщ, зэщIикъузэжри, и шхуэмылакIэ тедзи и шыбг ихуи зэуэ шэсащ щIалэр.

ЩIалэр зэрышэсарауэ, мы пцIащхуэм хуэдэу зиIэтри, уэгум ихьэжащ шыр. Пшэм хыхьэри зигъджэрэзащ, къуршыщхьэм ихьэри къызэхижыхьащ, тенджыз лъащIэм ехри зиутхыпщIащ - сыт ищIэ­ми, щIалэр хуэшынакъым. Щыхуэмышынэм, къепсыхыжри Хъуныбэ Iуащхьэ къытеувэжащ:

- Уащхъуэ Мыващхъуэ КIанэ, уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыхъун­мэ! - жери.

Махуищ дэкIауэ къуэ кIасэр къыдыхьэжащ, шы къарэ пэхум тесу. ПщIантIэдэтхэм къацIыхужакъым ар. Жэри хъан лъэрызехьэм жраIащ:

Мыбы зы шы къарэ шу къыдыхьащи, тхьэ гуIэ, ди гъащIэм апхуэдэши апхуэдэлIи дымылъэгъуа! - жаIэри.

Хъаныр, щхьэrъубжэмкIэ зыкъыдегъэжри, йоплъ:

- Дауэ фымылъагъунрэт, - жи, - дауэ зэхэвмыхынрэт!- жи.­ Си щIалэ кIасэращ ар. Ауэ а шыр дэнэу пIэрэ къыздрихар? - жери имыщIафэ зытрегъауэ.

Мис абдеж хъан лъэрызехьэм и къуэ кIасэм Шыкъарэ Шур цIэ хуохъу.

Ауэ шыр зейри къыздрихари цIыхум ищIэркъым.

- Мис иджы, шы хъун шы къэзгъуэтащи, сыкIуэнщ дядэм и хущхъуэхьэ, - жи Шыкъарэ Шу.

И адэм и Iэщэ-фащэмкIэ зрегъэхуапэ, и анэм гъуэмылэ хуещI, фэндыр и шым кIэрепхэри, йоуэр аби, дошэсыкI. ДэмышэсыкI щIыкIэ и адэм мыпхуэдэу къегъэIущ ар:

- УкIуэнщ, - жи, - ущынэси унэсынщ. ПсынитIми уащхьэщы­кIынщ абы адэкIэ шы и кIуэкIэ зы жэщ-зы махуэ укIуэн хуеищи, умыбэлэрыгъыу кIуэ, - жи. - УздэкIуэнур мыпхуэдэ щIыпIэращ. Уи шым а зы жэщ-зы махуэм унихьэсынущ. Уи къуэшхэр зытеса шым хуэдэкIэ илъэс псо текIуэдэнут. Набдзэгубдзаплъэурэ кIуэ. Гупсыси, псалъэ, зыплъыхьи, тыс! - жи.- Айдэ иджы, гъуэгу махуэ!

Арати, дэшэсыкIщ аби, кIуэм-лъейм, кIуэм-лъейурэ, а мыIэрысей джабэплъым блэкIащ емыпсыхыу; аргуэру кIуэм-лъейм, кIуэм­-лъейурэ, мыIэрысей хужьми блэкIащ емыпсыхыу. БлэкIри, аргуэ­рыжьти, кIуэурэ, кIуэурэ, кIуэурэ, къамыл куэд иту зы губгъуэшхуэ ихьащ.

Абдеж Шыпэхужьыр къопсалъэ:

- Уа, хъаныкъуэ, уи адэм ищIэу щытар пщIэрэ? - жери.

- Сло ищIэу щытар?

- Мес мо пщыIэм пэIэщIэу мэл зыгъэхъур плагъурэ?

- Сыт нтIэ?

- Ар мэлыхъуэ нэф жыхуаIэращ. Сызижэгъуэныр абы и нэп со лъэныкъуэмкIэ бгъурыухьэ! Уи адэм аби и нэ нэф лъэныкъуэмкIэ зыхуигъазэрти, еухт аби, зы гъэлъэхъу къищтэрти, мо пщыIэм къихьырт, сэри си уанэр стрихырт аби, сиутIыпщырт. Езым мэлыр игъавэрти ишхырт, сэ къурш дурэшым сыдыхьэрти, сыхъуакIуэрт.

- Алэхьэ, си адэм зы гъэлъэхъу къихьу щытамэ, сэ тIу къэсхынмэ! – жиIэри, еуэщ аби, мэлыхъуэ нэфым и нэфыпIэмкIэ бгъурыхьэри, епхъухщ, Iэ зырызымкIэ гъэлъэхъу зырыз къипхъуатэри, пщыIэм кърихьэлIащ.

Шым уанэр трихри иутIыпщащ; пщыIэм шэмэдж щIэлът, сыджуадэ щIэлъти, къищтэри, шэмэджыр иуIущ, илъыжщ аби, хыхьэри къамыл пиупщIащ; къамылыр зэпигъэлъэлъри, ар мафэм трилъхьэурэ, зы гъэлъэхъур игъэващ. Нэху щыху а мэлыр ишхащ, лэпс лэгъупри трифыхьыжащ. А зы жэщ-зы махуэми абдей зыщигъэпсэхуащ. Етуанэ жэщ-махуэми ар ишх – ирифурэ зигъэпсэхуащ.

Шыми лIыми фIыуэ загъэпсэхуати, Шыкъарэ Шу и шхуэр игъэсысри - Шыпэхужьыр а дакъикъэм абдей къыщеувэхащ.

- Укъэсыжа, Шыпэхужь?

- Сыкъэсыжащ, хъаныкъуэ.

ЗэщIикъузэжщ аби, шэсри ежьэжащ. Еуэм кIуэм-лъейм, еуэм кIуэм-лъейурэ, зы гъуэгуфI зэпачауэ, Шыпэхужь къопсалъэ:

- Уа хъаныкъуэ, дыздэкIуэр дэнэ? – жери.

- Уэлэхьи, морщ бжэсIэну сымыщэ.

- НтIэ сэ сощIэ, - жи, - дыздэкIуэр. Уэ адэкIи-мыдэкIи сомыIуэнтIэкI закъуэ, дэ дыздэкIуэм сэ усхьынщ, - жи.

- Дэнэ дыздэкIуэр! Дэнэ сыздэпхьынур?

- Уи адэм и фыз етIуанэмрэ абы и бынхэмрэ я дей докIуэ, - жи. Аращ дэ дыздэкIуэу щытар, мыбыкIэ дыкъыщыкIуэм деж.

- Апхуэди щыIэ?

- ЩыIэщ.

- НакIэу – тIэ, налъэ! – жиIэри, адэкIи мыдэкIи иримыIуэнтIэкIыу шыр хуит ищIри, шы къарэжьыр лъатещ аби, здыдыхьену куэбжэм деж щеувэхащ, пхъэрыгъажэм елъэри, пщIантIэм дыхьащ.

Ар зылъэгъуа бынунагъуэр къызэрыщIох:

- Ди адэр къэкIуащ, ди адэр къэсащ! – жаIэурэ.

КъызэрыщIэхрэ къыбгъэдэлъадэмэ – я адэратэкъым, шым тесыр щIалэ мыцIыхут.

- А хьэурэ хьэм къилъхуа, мыбы тесар здэпхьар дэнэ? Мыр дэ ди адэм ишщ, удмыупщIатэм, тхьэр дгъэпцIащ! – жаIэри джатэм зэдоIэ.

- Алэхьэ, - жи Шыкъарэ Шу – фи адэм ишми сымыщIэ, ауэ сэ си адэм сигъэшэсри сыкъидигъэкIащ.

- Iэлоуэхьэлыхь, а уэ жыпIэр пэжмэ, удикъуэшу аращ! – жаIэри щIалэр IэплIэкIэ ирахьэх, щIым лъамыгъэIэсу хьэщIэщымкIэ щIахьэри шэнтжьейм ирагъэтIысхьэ.

Вы ехъуа хуаукI, ешхэ-ефэ хуащI, джэгу хуащI. ЩIалэхэм я анэми Iуэхур зыIутыр гурагъэIуати, къыщогуфIыкI, си щIалэхэм уахуэдэщ къыжреIэ. Шы къарэ пэхужьми и пIалъэ ящIэти, щытынщын зэгъапIэ ират.

Арати, зэшхэм я нэхъыщIэр шхын къыщIихыну пщэфIэпIэм щIохьери, и анэм мыпхуэдэу къыжреIэ:

- А си тIасэ, а къэкIуар щIалэ хъыжьещ, - жи, - зи шыжье емыкъужщ, - жи. – МащIи куэди Мэзхъумэ Нэфым и хъыбар зэхевмыгъэх. И тхьэкIумэ ицырхъамэ, а сэ слъэгъуар къызэтемыувыIэу кIуэнущ абы дей. КIуэмэ, IэщIэкIуэдэнущ, - жи. – Ар абы IэщIэкIуадэмэ, тхьэ, фи адэм дунейм дытримыгъэтыжын! Ауэ фи псалъи къыхэвмыгъахуэ абы и цIэ! – жи.

- Ерэхъу, зэхедгъэхынкъым, - жери щIокIыж щIалэр.

Шыкъарэ Шу тхьэкIумэ жанти, хьэщIэщым здыщIэсым зэхех абы жаIэр – псалъэ дэмыхуу.

ЩIалэм шхын ихьри щIыхьэжащ, тэлаифIи дэкIащ, зы бжьи ефащ, бжьитIи ефащ. Ауэрэ хъаныкъуэм жеIэ:

- Ярэби, си къуэшхэ, - жи, - фэ щыр пцIы хэмылъу фызикъуэш?

- Уэлэхьи, дурикъуэшым! – жаэ. – Дэ дызикъуэри уэ узикъуэри мыпхуэдэ хъаныжьыракъэ!

- НтIэ, фызикъуэшмэ, зы хъыбар сыныщIэупщIэнущи, и пэжыр къызжефIэ!

- КъыщIэупщIэ. КъыщIэупщIэ закъуэ!

- И хэкум цIыху иримыгъыхьэу, ихьам и щхьэр фIихыу зы пхъашэ гуэр щыIэу жаIэ мы фи лъэныкъуэкIэ, - жи Шыкъарэ Шу, - Мэухъумэ НэфкIэ еджэу. Мы сыкъыздэкIуэм мызэрэ мытIэу зэхэсхащ а псалъэмакъыр, ауэ и пэжыр жызыIэфын къахэкIакъым сэ сызыхуэзам. Сыт хэфщIыкрIэ? – жи.

ШынэхъыщIэм, и анэ къыжриIар ищIэжти, япэ зыкърегъэщ:

- ЩыIэкъым мыбы апхуэдэ, - жи. – ЖаIэуи зэхэтхакъым, - жи. – Шыпсэщ ар.

АрщхьэкIэ шынэхъыжьым ищIэртэкъым анэм и унафэри, хуидакъым ар:

- Щхьэ щымыIэу! Уэлэхьэ, щыIэм! – жери. – Узижэгъуэным и махуэщ зэрыщыIэр. Тхьэ дыгъэIэ, ищIри цIыхум яцIыхукIэ, ауэ зы лъэбакъуэ ипчэнкIэ Iэмал иIэкъым….

- Ар сыт щхьэкIэ?

- Зи щхьэкIэращ, - жи щIалэ нэхъыжьым, - шыр къарэлъакъуищщ, алъпщ. Къарэлъакъуищыр Iуащхьэм тетщи, жэщ иIэкъым, махуэ иIэкъым, цыху щибэкъуам, уэхьэхьейкIэ мэщыщ, - жи. – Езыр нэсыхун фIэкIа пIалъэ иIэкъым, уи щхьэр фIихынущ.

- НтIэ, - жи Шыкъарэ Шу, - сэ си щхьэр зэрыфIихым сеплъынущ абы.

Къэтэджри къыщIэкIащ:

- Сэ сокIуэ, - жи Мэзхъумэ Нэфым деж. СымыкIуэнкIэ Iэмал имыIэу тхьэ Iуа сиIэщ, - жи. – СыIэщIэкIуадэ хъужыкъуэмэ, дядэм си хъыбарыр Iэрывгъэхьэж, - жи. – СыIэщIэмыкIуадэу къэзгъэзэжмэ, фызикъуэшщи, дызэдэгуфIэжынщ.

- Тхьэр удогъэлъэIу, умыкIуэ! – къыпоув зэшищри.

Фызыжьри къыщIож:

- УмыкIуэ, си щIалэ, - жи, - абы ущыкIуэдмэ, уиадэм дыкъе­лынкъым, езыри уи бампIэм ихьынщ.

- Тхьэ Iуа сиIэщ, сымыкIуэу хъунукъым.

Къыпэлъэщакъым бысымхэр. И шы-уанэ зэтрилъхъэщ, зызэ­щIикъузэри, еуэщ аби, ежьащ. МакIуэри - малъэ, макIуэри-малъэ, а здэкIуэр дэнэ дежми ищIэркъым. КIуэурэ, кIуэурэ, кIуэурэ - тхьэм ещIэ абы икIуар зихуэдиз, сытми зы зэман зэ Шыпэхужьыр къоупщI:

- Уa, хъаныкьуэ, дэнэ дыздэбгъакIуэр? - жери. - Сэ сщIэ хъуну дыздэбгъакIуэр?

- Сыт щIэмыхъунур? - жи Шыкъарэ Шу. - Мэзхъумэ Нэфым дезэуэну докIуэ.

- Ей-ей, хъан и къуэ, уи адэм зримыпщытхэм еппщыту щIэбдзащ, - жи Шыпэхужь. - Ар нэхъыфIкъым. Ар фIыуэ щытамэ, уи адэр кIуэнт абы.

- Си адэр мыкIуами, сэ сымыкIуэу хъунукъым: тхьэ Iya сиIэщ.

- НтIэ а уздэкIуэм и лIыгъэ щIэкIэр пщIэрэ?

- СщIэркъым.

- НтIэ сэ сощIэри къедаIуэ, - жи Шыпэхужьым. - Ар къыдбгъэдэувэу кьыдэзэуэнукъым, жылэ цIыхум ещхьу. И шымрэ и уанэмрэ зэрызэлъэIэсу, жьым хуэдэу къэсынурэ, уи щхьэри фIихынущ, си щхьэри фIихынущ, - жи.

- Дауэ щытми, дымыкIуэу хъунукъым.

- Ауэ хъуамэ, хъаныкъуэ, уи кIуэдыр си кIуэдщ. Абы дызэры­пэлъэщыну Iэмал закъуэр сэ сощIэри къедаIуэ, - жи. - КъедаIуи, уи гум иубыдэ. Зы мэскъалкIи уфIэмыкI, - жи. - Иджыпсту сыкъэ­гъэувыIи, си кIэм налъэ къыхэпчурэ ухуэни цIоб щIы, - жи.- Уи щIопщыр уи лъей лъапщэм дэхуи, цIобыр пIыгъыу накIуэ, - жиIэри, Мэзхъумэ Нэфым ищIэнури езыхэм ящIэн хуейри зэхэхауэ къыж­риIэщ аби, зэгурыIуэри ежьэжащ.

Ежьэжщ аби, кIуэм-лъейм, кIуэм-лъейурэ, нэсащ Мэзхъумэ Нэф и щIы гъунэм. Хэкур мэз защIэщ, зы хуей закъуи имыIэу. Арат абы Мэзхъумэ Нэфи щIыфIащар, нэф лажьэ имыIэ пэтми.

Шыпэхужьыр къэувыIэри:

- Дыкъэсащ, - жи, - гъунапкъэм.

Шыкъарэ Шу зигъэхьэзырщ, зигъэбыдэри, Шыпэхужьыр лъэщ аби, Мэзхъумэ Нэфым и щIым ипкIащ. ЗэрипкIарауэ, Iуащхьэм тет къарэлъакъуищыр зэщIыс имыхьэжу мэщыщ. Абы ирихьэлIэу хъаныкъуэр цIобымкIэ йоухри щIыр зэгуеуд, Шыпэхужъыр малъэри абы долъэ, лIыри шыри къыдэмыщу. Алъпым щыщын иухатэкъым, уанэмрэ шхуэмрэ иIыгъыу Мэзхъумэ Нэфыр унэм къыщыщIэжам. Iуащхьэм дэжейри, зиплъыхьa щхьэкIэ, зыри илъэгъуакъым - дауэ илъагъунт, мохэр щIы зэгуэудам дэтт. Зыри щимылъагъум:

- Уэлэхьэ, Къарэлъакъуищ, уи мыхабзэххэу, нобэ сыкъэбгъэпцIам! - Ар зэ! - жиIэри Мэзхъумэ Нэфыр щIыхъэжащ.

Ар зэрыщIыхьэжу, Шыпэхужьыр къыдэпкIыжщ аби, аргуэру и къару къызэрихькIэ лъащ. 3эрылъарауэ, Къарэлъакъуищыр аргуэру мэщыщ. Абы и щыщыгъуэм хуэзэу хъаныкъуэр цIобымкIэ йоухри, абдежми щIыр щызэгуеуд, Шыпэхужьыр мапкIэри аби доувэ, шыри лIыри къыдэмыщу. Мэзхъумэ Нэфым уанэмрэ шхуэмрэ иIыгъыу къыщIож, Iуащхьэм дожейри зеплъыхь, арщхьэкIэ зыри илъагъуркъым - дауэ илъагъунт, мо тIyp щIы зэгуэудам дэтт.

- Уэлэхьэ, Къаржлъакъупщ, уи мыхабзэххэу, етIуанэрейуэ сыкъэ­бгъэпцIам! Ар тIэу! - жеIэри Мэзхъумэ Нэфыр щIохьэж.

Ар зэрыщIыхьэжу, Шыпэхужь гуэрыр къыдопкIыж аби, зэрылъэ­кIкIэ мрлъэри Iуащхьэ лъапэм щIолъэ. ЗэрыщIэлъарауэ, Къа­рэлъакъунщыр нэхъеижу мэщыщ. Абы ирихьэлIэу хъаныкъуэр йоух аби, щIыр зэгуеуд, Шыпэхужьыр мапкIэри абы доувэ, шыри лIыри къыдэмыщу. Мэзхъумэ Нэфыр уанэмрэ шхуэмрэ иIыгъыу къыщIож­ри, аргуэрыжьти, Iуащхьэм дожей, Iэдакъэ жъауэ ещIри зеплъыхь, арщхьэкIэ ящхьэпроплъри илъагъуркъым - дауэ илъагъунт, шымрэ лIымрэ Iуащхьэ лъабжьэм щэIту щIы зэгуэудам дэтт.

- Уэлэхьэ, Къарэлъакъуищ, уи мыхабзэххэу, ар ещанэ сыкъы­богъапцIэм! Ар щэ! ПхуэзгъэгъункIэ Iэмал зимыIэщ! - жери, зей дамэкъущ къыщIех аби, и алъыпым и щхьэм трекъутэ. - Уащхъуэ Мыващхъуэ КIанэ, дыпэкIэ уэ ущыщ щхьэкIэ сыкъыщIэмыкIын! - жери, Мэзхъумэ Нэфыр щIохьэж аби, зегъэукIурий.

- Мис иджы дызыхуейм хъуащ, - жи Шыпэхужъым, - Си шыныбэпхыр гъэтIасхъэ, си шхуэмылакIэр къытедзи, сэ сыу­тIыпщ, уэ дахэу уи кIапэлъапэр дэупщIэ, езыр къыщIэкIыххэ­къуищIэфIами къуищIынщ. Арщ, дэ тхуэмэхуэи, абы хуэмыгъуэн! ЩIыхьэ!

Шыкъарэ Шу и кIапэлъапэр деупщIэ, Шыпэхужьыр еутIыпщри, щIахьэ унэм. Мэзъхъумэ Нэфыр зигъэублэрэкIауэ гъуэлъыпIэм илъти, къаплъэри, мор къыщилъагъум, къыщылъэтащ.

- Сэлам алейкум, Мэзхъумэ Нэф!

- Алейкум сэлам, хъан икъуэ делэ! - жи.- СлIо щхьэ укъысхуэкIуа?

- Сынозэуэну сыкъыпхуэкIуащ.

- Дэгъуэщ. ШыбгъэкIэ дызэбгъэзэуэнумэ, дыщIэкIынщи, дышэсынщ; джатэкIэ дызэбгъэзэуэнумэ, ди джатэ къитхынщи, Iуащхьэм дытеувэнщ; IэпщэкIэ дызэбгъэзэуэнумэ, мыбдежи дыщызэзауэ хъунущ, дыщIэкIыуи дызэзауэ хъунущ. Хэдэ, уэ узыхуеймкIэ сэ сыхьэзырщ, - жи Мэзхъумэ Нэфым.

- Уэлэхьи, шыбгъэрызауэм лIыгъэ хэмылъ: зиш нэхъ бланэр текIуэнщ, - жи Шыкъарэ Шу. - Уэлэхьи, джатэрызауэми лIыгъэш­хуэ хэзмылъагъуэ: нэхъ джатэрыжэращ текIуэнур, - жи. - ЛIыгъэр, лIым и бланагъэр Iэпщэрыбанэращ къэзыгъэлъагъуэри, IэпщэкIэ дызэгъагауи, текIуэм щхьэр пихыпщ! - жи.

АбыкIэ дэгурыIуэри, унэм щIэмыкIыу, зызэрадзащ. Мо пелуанитIым зызэрадзри, зэныкъуэкъум зэбэным, зэныкъуэкъум-зэзауэурэ, Мэзхъумэ Нэфыр тридзэщ аби, хъаныкъуэр тетIысхьэжащ. Щыте­тIысхьэжым, мор къэубзащ:

- Хъаныкъуэ, си пыIэр щхъромыхыу щхьэр помыупщI! - жери. Шыкъарэ Шу еуэри, и пыIэр щхьэриудщ аби, Мэзхъумэ НэфкIэ тэджэр цIыхубзу къыщIэкIащ: пыIэм къыщIэхуа щхьэцышхуэр тIууэ ухуэнат, сэмэгур дыщэплърэ ижьыр дыщэхуу.

- Ыхьы, хъаныкъуэ, - жи, - сэ сыт къысхужаIэми, сыбзылъху­гъэщ: Уащхъуэ мыващхъуэ КIанэ, фызкIэ укъысхуеймэ, сурифызмэ, шыпхъукIэ укъысхуеймэ, сурищыпхъумэ! - жи.- Укъысхуэмеиххэу укIуэжмэ, ари нэхъыфIыжмэ, ауэ абы щыгъуэм сомыIуэгэж! - жи.

Алэхьэ, сэ си анэ къимылъхуа шыпхъу схуэмыхъун! - жери идакъым Шыкъарэ шу.- Абы нэхърэ, укъысхуейуэ щытэ, фызу укъызогъанэ, дяпэкIэ умышэсыну, псэи умыгъэныну тхьэ къысхуэ­пIуэмэ! - жи.

Уащхъуэ Мыващхъуэ КIанэкIэ къыхуеIуэ:

- Нобэ щыщIэдзауэ уэ жыпIэр си унафэщ, уэ пщIэр сфIэза­хуэщ, ухуеймэ, си щIыб къитIысхьи, узесхьэнщ, си щхьэфэр лъэгущIыхь пхуэсщIынщ! - жери.

Арати, цIыхубзыр къигъэтэджыжри, Iэнэ яухуэщ аби, зэдешхащ­зэдефащ, абы и ужькIэ, лIы щыгъыныр зэрыщыгъым хуэдэу, Къарэлъэкъунщым къигъэшэсри, ижьырабгъур абы иритри, къыб­гъурыту къришэжьащ. Жэщибл-махуиблкIэ къэкIуа нэужь къосыж­ри, и куъэш къигъуэтыжахэм я деж кърешалIэ.

МыдэкIэ зэшищыр жэз нэрыплъэкIэ плъэуэ щытти, мо тIyp зэбгъурытрэ Мэзхъумэ Нэфым ижьырабгъур иIыгъыу къэкIуэжу щалъагъум, щыри Iэнкун хъуащ:

- Тхьэ дыгъэIэ, Мэзхъумэ Нэфыр къешэкIэ! - жаIэри.- Уэ­лэхьи, дэ абы дыкъемылын! ЩIэхыу фынакIуэ, дыIэщIэкIыфмэ, дыIэщIэкIынщ! - жаIэри, щхьэж и занщIэ и гъуэгуу доцIэфт.

Мэшынэри доцIэфт аби, я шыгъуэгупхэмкIэ къотIысхьэж.

- Ай-си! - жери маджэ хъаныкъуэр, къыкъуэкIаркъым.

Я анэр дэнэ кIуэнт, унэм къыщIэнауэ щIэсти, къыщIэкIащ, и IитIыр и кIэпхын щIагъым щIэлъу:

- А тIымышэ, а мытIy! - жери джэ щхьэкIэ, и къуэхэр игъуэтыжыркъым.

ЦIыхухъу щамыгъуэтыжым, езы тIyp епсыхщ, яшхэр щы фIэдзапIэм фIадзэри, хьэщIэщымкIэ щIыхьащ. ЩIыхьэри - зэшхэр къыпэплъэ хъунт абыи - я Iэнэр ухуауэ щытщ, я шхыныр телъщ, я фадэр тетщ, хъаныкъуэр ежьэн и пэкIэ зэрыщытам хуэдэу.

Арати, хъаныкъуэр щIохьэ и къуэшхэм я анэм дей:

- Ярэби, си къуэшхэр дэнэ кIуауэ пIэрэ? - жери.

- Тхьэ, сымыщIэ, - жи фызыжъым, - нетIэ дыдэщ щыслъэгъуар. Жыжьэ кIya хъункъыми, иджыпсту къэсыжынщ, умыгузавэ уэ!

Езыр щIэкIри шыгъуэгумкIэ джащ:

- А си щIалэхэ, фи къуэшыр къыводжэ, - Дэнэ фыщыIэми, фыкъэкIуэж: абы фIэкIмэ, eмыкIy къывохь.

Ди анэр къыщыджэкIэ къаугъэ щыIэу къыщIэкIынкъым жы­хуаIэу зэшхэр адэкIэ-мыдэкIэ къыкъуокIыж:

- МобыкIэ дыщыIат, мыбыкIэ дыщыIат! - жаIэурэ.

- Сыт хьэдыгъуэдахэ мы фэ фщIэр! - жи фызыжьым.- Ар фи къуэшым къыздишащ, фыщIыхьи, пщIэ хуэфщI, на-а! - жи, - Ахэр лIы бланэщ, апхуэдэ благъэрэ апхуэдэ ныбжьэгъурэ ягъэкIуэдыр­къым. - Мэзхъумэ Нэфыр бзылъхугъэу абы игу къэкIыххэркъым.

Апхуэдэу и къуэхэр игъэукIытэри хьэщIэщым щIигъэхьащ.

- Ей си къуэшыжьхэ, - жи Шыкъарэ Шу, - Мэзхъумэ НэфкIэ зэджэу мы дунейр зыгъэшынэр нысэу къыфхуэсшащ, - жи. - Мыр бзылъхугъэщ, - жери, и тажыр щхьэреуд аби, дыщэплърэ дыщэхуу и щхьэцышхуитIыр къыщIегъэху.

ПсынщIэу жаIэри, цIыхубз щыгъын къихьри, дыщэрэ дарийкIэ зрагъэхуапэ.

- Алыхьым и цIэмкIэ доIуэ, хьэгъуэлIыгъуэ хуэдмыщIым, бал хуэдмыгъэшым! - жаIэ.

И адэм зэрыхуищIыным хуэдэу, ехьэжьауэ хуаIац хьэгъуэ­лIыгъуэр, ягъэфIащ, я джэгур ину, я шыгъажэр нэхъ иныжу, я шыгъу-пIастэр берычэтрэ я фадэр мы псы къежэхым хуэдэу. ХьэгъуэлIыгъуэри зэфIэкIщ, псоми загъэпсэхужщ, тэлаифIи шыхьэщIэжри, итIанэ ежьэжыныр игу къэкIащ. ЩыкIуэжыну махуэмрэ зэрыкIуэжыну щIыкIэмрэ йогупсыс: шууэ зыбгъурегъэувэ­ри ищIэркъым, фитоным ирегъэтIысхьэри ищIэркъым. Апхуэдэурэ а Iуэхур игъэкIэрахъуэ-къигъэкIэрэхъуэжу здегупсысым, йоуэри, зы пщыхьэщхьэ гуэрым лIыри фызри тIысыжауэ хъаныкъуэм и нэ тохуэри и щхьэгъусэ псыгъуэ цIыкIум хузэфIэкIыу щытар егъэ­щIагъуэ:

- Уа, - жи, - мо фIэкIа шэрей зимыIэ уэ щхьэкIэ мы хэкур щхьэ шынэу щыта? - жери.

- Ей-й-й хъаныкъуэ, - жи фызми, ар зэпхридзащи, - ей хъа­ныкъуэ, - жи, - сыт си шэрейми, сэ цIыхур зыщызгъэшынащ, - жи.- Ауэ апхуэдэу зызыгъэщIагъуэ уэ сыт пхузэфIэкIа? Хэт утекIya? Сыт уи лIыгъэщIа?

- Зы сымыщIами, мы хэкур зыгъэшынэу щыта уэ укъэс­хьэхуакъэ? - зыкъегъэубэлэц Шыкъарэ Шуми.

- ПцIы хэлъкъым, уишри щы мэхъу, уигури илъщ, уи IэпщытIри лIы Iэпщэщ. Ауэ уэ сэ сыкъыщIэпхьэхуар аракъым, атIэ уи насып къысхилъхьауэ схэлъти, укъыстекIуэри сыпхьэхуауэ аращ, - жи Мэзхъумэ Нэфым. - Сэ сщIэрт уи насып къызэрысхэлъри, укъысте­кIуащ. Ауэ, - жи, - уэ сэ апхуэдизу ауан сыкъэпщIын хуэдэу улIы пхъашэмэ, улIы бланэмэ, Тхьэрыкъуэфыкъуэ жыхуаIэм кIуэи, абы дэс благъуэм езауэ. УтекIуэмэ, улIри пэжщ, цIыхум Iуэхутхьэбзэ яхуэпщIари хьэкъщ.

- Ара жыпIэнур?

- Аращ жысIэнур!

- НтIэ Тхьэрыкъуэфыкъуэ хъужыр дэнэдей?

- ЛIыгъэ уиIэр пэжмэ, сэ сыкъызэрыбгъуэтам ещхьу, ари къэбгъуэлынщ! - жиIэри, фызыр и щIыб къигъазэри, увыжащ.

Хъаныкъуэм игуми зэпхидзащ абы къыжриIар:

- А Тхьэрыкъуэфыкъуэр мы дунейм тет закъуэмэ, сэ къэзгъуэ­тынщ, - жи. - Мы дунейм тетыххэмэ, а благъуэри сэ сIэщIэ­кIынкъым, - жи. - Бетэмал, умыбзылъхугъэу щытамэ, уэ пхуэфа­щэр сэ уэсщIэнт, ауэ уцIыхубэщи, сэ а благъуэм узыншэу сыкъыIэ­щIэкIмэ, тIуанэ птесщIэну укъызогъэгугъэ! - жи.

Ар зэрыжиIарауэ фызыр къыщеудри магъ.

Мыдрейр, зэшхэр къыпэмылъэщу, мэшэсри, йоуэр аби, йожьэ.

Йожьэри, еуэм кIуэм-лъэм, еуэм кIуэм-лъэурэ, зылIрэ зышрэ зыгъэпщын якIуауэ, Шыпэхужьыр къоупщI:

- Дэнэ дыбгъакIуэрэ, хъаныкъуэ? - жери.

- Алэхьэ, Шыпэхужь, дыздэкIуэрам, - жи.- Тхьэрыкъуэфыкъуэ дэс благъуэм дезэуэну докIуэ.

- Iэлоуэхь! - жери зэщIоувыIык! Шыпэхужьыр. - Уи адэм зри­мыпщыт зыбжанэм йопщыт, хъаныкъуэ. Ар фIыкъым, - жи, зыгуэрым уIэщIэкIуэдэжынущ. Бэяу, уи мыIуэху ухэмыIэбэ! - жи.­ Уи Тхьэрыкъуэфыкъуи къэткъым, уи благъуи кIуэдакъым, дыгъэгъэ­зэж! - жи.

- Тхьэ Iya сиIэщ, Шыпэхужь, сымыкIуэу хъунукъым, - жери, йолъэдэкъауэри йожьэж. - Е шырэ лIырэ хуэдэу дыкъэкIуэжынщ, е шырэ лIырэ хуэдэу дыкIуэдынщ!

- НтIэ а уздэкIуэм и лIыгъэщIэкIэр пщIэрэ?

- Уэлэхьи, зыри хэзмыщIыкI. Тхьэрыкъуэфыкъуэ зэрыдэсым фIэкIа.

- НтIэ къедаIуэ, сэ ныбжесIэнщ абы зэрызищIынур! - жиIэри, благъуэм и хьэрискхъуэрисы (1) къыжриIащ, зэрезэуэн-зэрытекIуэн IэмалхэмкIи зэгурыIуащ.- Аращи, лIы ищIэн тхьэм уигъащIэ! Сэ убгъэдэсхьэныр си къалэнщи, укъэзгъэпцIэнкъым, уэ еуэныр уи Iуэхущи, умыуэщхъу! - жи.

- Тхьэм зы жиIащи, тIy хъункъым, - жи Шыкъарэ Шуи.- Сэри зылIищIэнкIэ укъызогугъэ.

- НтIэ абы хуэмыгъуэн, дэ тхуэмэхуэн! - жиIэщ Шыпэхужьми, лъатэри, кIуэурэ, кIуэурэ, зы бжьэпэ гуэрым деж къыщеувэхащ.

Хъаныкъуэр епсыхщ, щIакIуэр идзри, шыр и Iэпэм фIэдзауэ зигъэукIуриящ. Шыпэхужьыр щытщ маплъэ-мэдаIуэри.

Абыхэм я мэр благъуэм щIихьэщ аби, IукIэ къеджэу къежьащ.

Ар къызэрежьар занщIэу къещIэри, Шыпэхужьым жьгъыру макъ иригъэщIу зеутхыпщI. Арат зэрызэгурыIуари, хъаныкъуэм и щхьэр къеIэтри:

- ЛIо, Шыпэхужь, ушынэрэ? - жи.

- Хьэуэ, жи, - cышынэркъым, ауэ мор къежащ.

Хъаныкъуэм и щхьэр егъэтIылъыж. Благъуэр къакIуэм, къа­кIуэм, къакIуэурэ, гъуэгум ибг къэсауэ, нэхъеижу IукIэ къаджэ мэхъу.

Абдежгуэрым щым зеутхыпщIри жьгъыру макъ къегъэIу.

Хъаныкъуэм и щхьэр къеIэтри:

- ЛIо, Шыпэхужь, ушынэрэ? - жи.

- Хьэуэ, сышынэркъым, - жи, - ауэ мор къокIуэ.

Хъаныкъуэм и щхьэр аргуэру егъэтIылъыж. Благъуэри къакIуэм, къакIуэм, къакIуэурэ, къоблагъэри, шыр IукIэ илъэфу хуожьэ. Шыпэхужьым и лъакъуиплIри щIегъакъуэри, жьгъырухэр игъаджэу зеутхыпщI. Хъаныкъуэм и щхьэр къеIэтри:

- ЛIо, Шыпэхужь, ушынэрэ? - Жи.

- Сышынэркъым, - жи, - ауэр мыр къэсащ.

Шыкъарэ Шу къыщолъэт, щIакIуэр ешыхьри кIэрещIэж, шыны­бэпхри щIекъузэ, езым и кIапэлъапэр деупщIэ, и къамышыр лъей лъапщэм дехуэр аби, мэшэс, шхуэмылакIэр треутIыпщхьэри уанэ къуапэмрэ шы сокумрэ еубыд, благъуэм IукIэ тримычын щхьэкIэ. Шыпэхужьым и лъакъуиплIыр фIигъэнауэ благъуэм IукIэ зримыгъа­шэу пэщIэтщ, и лъапщэм нэсыхун щIым хыхьауэ. Къеджэм-­къеджэм, къеджэм ишэурэ, шыр и лъэгуажьиплIым нэсыхукIэ щIым хохьэ. Аргуэру къеджэм-ишэм, къеджэм-ишэурэ, лIыри шыри благъуэм жьэдэхьэным зы арщын нэхъ къэмынэжауэ, хъаныкъуэри гузавэу - Iуэхур абы нэсауэ, Шыпэхужьым щIым зыкъыхечыжри, малъэраби, хъаныкъуэм и джатэр кърихыну хунэмыс щIыкIэ, благъуэм щхьэпролъ. ЕтIуанэу къыщелъэжым, лIым джатэр къре­лъэф аби, йоухри благъуэм и тхыр хуреупщIэ. Благъуэр мэгъуахъуэ благъуэм зешхыхьыж... Арати, алъпыр йолъэ, алъпыр къолъэж, благъуэр зылъимыгъэIэсу, апщIондэхукIэ Шыкъарэ Шу джатэкIэ еухыурэ мор еупщIатэ. Апхуэдэурэ тхьэм ещIэ ахэр зэрызэзэуам и жылыр - сытми хъаныкъуэм аp Iыхьэ-Iыхьэу иупщIэтащ.

Арати, благъуэр зэхиупщIатэщ аби, сызэуэн къэнэжакъым иджы щыжиIэм, ад рей нэкIум кIуэщ аби, къыкIэрыувэжащ. Епсыхщ аби, зиплъыхьри къуэм дэз хъуат.

- Тобэ Iэстофрилэхь, сыту инт, сыту зэрамыщIэжыт мыр!­ - жиIэри, абдежыращ, жи, хъаныкъуэм ар щигъэщIэгъуар.

Арати, хъаныкъуэр епсыхри и шым еплъыжащ: Шыпэхужьым фэи лыи телъыжтэкъым, и къупщхьэхэр къаплъэу къэнат. Благъуэм къыIурих бахъэм ишхауэ арат шыфэмрэ шылымрэ.

- Алыхь-алыхь, Шыпэхужь, сыту лей уэсха мыгъуэ! - жери гузэващ.

Езыр зэплъыжщ аби - щыгъыни щыгъыжтэкъым, лыи телъыж­тэкъым: ахэр бахъэ къыдэкIуейм ишхат.

- Алэхьэ, Шыпэхужь, зэIыхьам ди Iуэхур! - жи.- КIуэд жы­хуаIэрати, уэлэхьи, уэрэ дэрэ дыкIуэдам! ЦIыхум дахыхьэ мыхъуж­мэ, дуней м дытехьэ мыхъужмэ, ди псэуныгъэми сыт и сэбэп?- жи.-

- Уэри узгъэунэхъуащ, Шыпэхужь, сэри зызгъэунэхъужащ, Шы­пэхужь! НакIуэ, цIыху здэщымыIэ дыкIуэнщи, дыщыпсэунщ!­ - жеIэри, Шыпэхужьыр Iэдэжу иIыгъыу, езыми и щхьэр фIэлэлу мэзым хыхьауэ макIуэ. Зиуныгъуэджурэ макIуэ.

Апхуэдэурэ здэкIуэм, «kIы-кIы-кIы-кIыкI! хьэхьэхьэхь!» - жи­Iэурэ макъ гуэр къоIу.-«КIы-кIы-кIы-кIык! Хьэхьэхьэхьэхьэхь!»­ -жи, мэдыхьэшх, дэхьэшхыр сытми къыхуэщIэркъым.

- Ыхьыы, алэхьэ, мэзым дыщIэмыкI щIыкIэ ауаным щIадзамэ, къытщодыхьэшхмэ, - жи. - Уэлэхьи, жылагъуэм дыкъамылъагъуу дыкъащIа хуэдэм! - мэгузавэ, мэукIытэ хъаныкъуэр.

МакIуэ Шыпэхужьыр и Iэпэм фIэдзауэ. Дэхьэшх макъри нэхъ гъунэгъу къохъу. Апхуэдэурэ нос а макъыр къыздиIукI щIыпIэм. Иджы ар мэзым хэту жыгышхуэ гуэрщи, а жыг зэрамыщIэжым и щхьэм пщыIэ тетщ, дыхьэшх макъыр а пщыIэм къыщIоIукI. Хъаныкъуэр доплъейри а пщыIэм фIэкIа, цIыху илъагъуркъым. Абы хэту пщыIэм зыгуэр къыщIогуоукI:

- Ей, хъаныкъуэ, умыгузавэ: дэ ауани утщIыркъым, емыкIуи утщIыркъым. Уи шыр абдежым утIыпщи, уз къыдэкIуей мыдэ!

- Алыхьэ, - жи Шыкъарэ Шу, - сэ абы сызэрыныдэкIуеин Къару симыIэж.

- НтIэ занщIэу мэзым хыхьи, псынэ лей ухуэзэнщ, шынакъ кIэрахъуэ тетуи, шынакъыр къащти, а псынэпсымкIэ уишри гъэпскI, уэри зыгъэпскI.- жи.- ЗыгъэпскIи, ухъужа нэужь, къыдэкIуей! Хъункъэ?

- Хъунт, - жи, - ауэ сыпцIанэщ, дауэ сыныдэкIуеин?

- Абы щхьэкIэ къомыгъанэу къыдэкIуей: абыикI Iэмал къыхуэдгъуэтынщ.

Къепсалъэр цIыхубзми ищIэркъым, тхьэIухудми ищIэркъым. Тхьэм зы жиIащи, тIy хъункъым жеIэри, мэзым хохьэри псынэ лейр къегъуэт, шынакъ кIэрахъуэр къеубыдри, абыкIэ псынэпсыр трикIэу­рэ Шыпэхужьыр егъэпскI аби, лажьи хъати имыIэу Шыпэхужьыр мэхъуж. «Алыхь-алыхь, сыт телъыджэ мы сызыхуэзар!» - жери, щыр еутIыпщ аби, езым псынэпсыр зытрикIэу щIедзэ - езыри сау­сэлэмэту мэхъуж, щыгъын зэрыщымыгъым нэхъ лажьэ имыIэу.

Хъужщ аби, хъаныкъуэр укIытэ-гузавэурэ жыгыжьым дэкIуейри, и щхьэр яхукъуигъэжащ. Езыхэр къэмыплъэу, фащэ къыхуашийри зрагъэхуэпащ.

- УэршэфIохъу апщий!- жери щIохьэ лIыр пщыIэм. ЗыщIыхьам бзылъхугъищ щIэсщ, узрамыгъэплъу дахэу. Я нэ­хъыжьым И щIыбыр къигъэзащ, мыдрейхэм фIэхъуси кърахащ, IэплIи къыхуащIащ. ":

- Ярэби, - жи хъзныкъуэм, - фэ щыр фызэшыпхъуу къыщIэ­кIынщ, ауэ фыцIыху цIыкIу, хьэмэрэ фытхьэIухуд?

- ЦIыху цIыкIум я нэфI къыпщыхуэ, дытхьэIухудщ, - жаIэ.­Дядэр дыгъэ къухьэпIэм щыIэти, дянэм ар илъагъуну кIуащ. Иджыпсту къэсыжыну дыпоплъэ. Абы гъэ къэсыхукIэ зэшыпхъуищ къелъху, - ауэ абы къилъхум щыщ зыри къэхъуртэкъым, а уэ букIа благъуэр къэпщырти, IукIэ ишэурэ ишхырт. Иджы дэ щхьэкIэ гузавэу къэсыжынущ ари, зэрымыщIэкIэ упэщIэхуэмэ, уиукIынщ, уишхынщ, - жи.- Абы нэхърэ иджыпсту удгъэпщкIунщи, Iуэхур зыIутыр ди анэм гурыдгъэIуа нэужь, укъыкъуэкIыжынщ. Мис абдеж абы уэ къыпхуимыщIэн щыIэкъыми, узыхуей дыдэмкIэ елъэIу, ­жи.- Ауэ иджыпстуупцIэ удмыгъэпщкIуу хъунукъым, - жаIэри хъаныкъуэр епIэщIэкIыу щIауфэ, ауэ сыт къытрапIэми и зы нэр къыщIэплъу гъуанэ къегъанэ.

Арати, мор щIэуфэн яуха-ямыухауэ, дунейр кIыфI мэхъу.

- Умыгузавэ, ар ди анэм и дамэм дыгъэр щIиуфауэ аращ, - жаIэ.

Абы хэту дунейр зэрихьэу жьышхуэ къыкъуоу.

- УмыгумэщI, ар ди анэм и дамэм къыщIиху жьыращ, - жаIэ. Зытэлай дэмыкIыу, уридэкIуеиным хуэдэу, уэшхышхуэ къошх. -Умышынэ, ар ди анэм и нэпсщ:благъуэм дишха фIэщIу магъри аращ.

ЛIипщIым я IэплIэ къызэмыкIуэкIын мо жыгыжьыр иригъэщIу къытотIысхьэ бгъэ зэрамыщIэж, бгъафэр зытрегъэжыж аби, бзылъ­хугъэр къыщIокIыжри, пщыIэм къыщIохьэж. КъызэрыщIыхьэжу:

- Фу, цIыхумэ! Фу, цIыхумэ!- жери и пэр еубыд.

- ЛIо цIыхумэ жыхуэпIэр, дянэ!- жаIэри зэшыпхъухэр поув. - Мо Тхьэрыкъуэфыкъуэ дэплъэ япэ щIыкIи, итIанэ жыпIэпхъэр жыIэ!

ТхьэIухуд анэжьыр къуэм дэплъэри къэгуфIащ занщIэу:

- Мыр къытхуэзыщIар хэт?- жи.- Си гъащIэ псокIэ сыхуэп­щылIами схуэмыпшыныжынщ сэ абы къысхуищIар. Догуэ, ар зыхузэфIэкIар цIыху цIыкIу?

ТхьэIухуд хъыджэбзхэр мэдыхьэшхри, хъаныкъуэр къыщIагъэщыж:

- Мис ар къытхуэзыщIар, дянэ!- жаIэри.

ТхьэIухуд анэжьым IэплIэ къыхуещI, и нэм хуехь, и псэм хуехь:

- Сэ уэ пхуэзмыщIэн мы дунейм теткъым, - жи. - Фу, цIыхумэ зэрыжысIар къысхуэгъэгъу, уэим умыщI, дяпэкIэ узинэщ, узип­сэщ, - жи. - Мор жыIи къызэлъэIу закъуэ, сэ уэ пхуэсщIэфынур зихуэдизыр, тхьэр мыхъумэ, зыщIэ щыIэкъым: къызэлъэIу!- жи.

- Алэхьэ, сынолъэIунуми сызэрынолъэIунур сымыщIэ, - жи хъаныкъуэм.- Уэ плъэкIынур уэ нэхъ уощIэжри, узыхуей дыдэмкIэ къысхуэупсэ.

- НтIэ, - жи тхьэIухуд анэжьым, - сэ сызэрыпхуэупсэфыну щыIэм я нэхъ иныращи, мы си хъыджэбзищым яхэдэ!- жи.

Ар зэрыжиIэу хъыджэбз нэхъыжьым аргуэру и щIыбыр къегъазэ, плъыжь мэхъури.

- Ухуеймэ, нэхъыжьыгъэкIэ хэди, узыхуейр къыхэх, - жи.­Ухуеймэ, щыри узот. УзэгуакIуэм хуэдэу щIы!- жи.- Сэ узыхуейр пхуэсщIэну узогъэгугъэ. Бетэмал, я адэр щыIамэ, арат уэ узыгъэгу­фIэнури, екIурэ ещхьу къыпхуэупсэнури!

- НтIэ, - жи хъаныкъуэм, - къызэптыну щытмэ, щыри къыпIы­зох. КъызэрыпIысхыращ, - жи, - сэ къуэшитI сиIэщи, TIyp абыхэм я зырызу естынщ, зыр си щхьэм къыхуэзгъэнэжынщ, - жи.

- Алыхь-алыхь, дэгъуэкъэ, фIыкъэ! - жи тхьэIухуд анэжьым.

- Ауэ уи къуэшитIыр нэхъыжь, хьэмэ нэхъыщIэ?

- ТIури нэхъыжьщ.

- НтIэ, щынэхъыжькIэ, нэхъыжьитIыр еттынщ, - жи.

- Хъыджэбзхэм апхуэдэу нэхъ къащтэмэ, язот, - жи хъаныкъуэм.

- Езыхэр зэрыхуейм хуэдэу иджыпсту згуэшынкъэ! - жи.

- Уэ къытхуэпщI ди унафэщ, - жаIэ тхьэIухуд хъыджэбзхэм. Дэ дыхэдэнукъым.

Хъыджэбз нэхъыжь гуэрым зегъэкIэрахъуэри и щIыб къегъазэ, дэпым хуэдэу и нэкIущхьитIыр къэплъауэ.

- НтIэ, апхуэдэу щыщыткIэ, сэ япэ сыкъывихьэлIащи, фи шыпхъу нэхъыжьыр Къыхызох, адрей тIyp нэхъыжьыгъэкIэ си къуэшитIым я зырызщ.

Арати, зэгурыIуащ. ЗэгурыIуэри, хъыджэбзищыр чэзукIэ и пщэм къыдигъэтIысхьэурэ къигъэIэпхъуащ я анэм, хъаныкъуэм и бысы­мым къэблэгъэху. Езы хъаныкъуэр Шыпэхужьым тесу къэкIуэжащ. ИтIанэ и щыкъу анэм сэлам ирихыжри, тхьэIухуд хъыджэбзищыр и гъусэу и къуэшхэм я деж къекIуэлIэжащ.

- Алыхь-алыхь, тхьэ дыгъэIэ, мы тхьэIухудкIэ зэджэр къи­шам! - жаIэри и къуэшхэр гуфIэу къыпежьащ.- ТхьэIухудищри къишакIэу, тхьэ гуIэ!

Яригъэлъэгъуащ, яригъэцIыхуащ:

- Мы нэхъыжьыр сэ си щхьэгъусэщ, мы нэхъыщIитIыр си шынэхъыжьитIым я зырызщ, - жери.

Арати, ирагъэблэгъэж.

Езыр Мэзхъумэ Нэфым деж щIохьэ:

- Мэзхъумэ Нэф, - жи, - СыздэбгъэкIуа Тхьэрыкъуэфыкъуэри къэзгъуэтащ, благъуэра сыукIащ, узыншэуи къэзгъэзэжащ. Сы­щебгъажьэм, бжесIар пщIэжрэ! ТIуанэ птесщIэну бжесIати, мис мы тхьэIухудищым я нэхъыжьыр уи тIуанэщ. Адрей TIyp нысэу сошэ!

ТIуанэ Iуэхур щызэхихым, Мэзхъумэ Нэфыр къызэфIэмэхат, жи, ауэ и нысэгъухэр къепщэ-непщэурэ къызэфIагъэувэжащ.

Абы и ужькIэ ешхэ-ефэр зэIуахри, аргуэру хьэгъуэлIыгъуэшхуэр ящIащ, джэгуащ, шы къагъэжащ, къагъэфащ. А псом я ужькIи фIыуэ загъэпсэхужщ аби, итIанэ Шыкъарэ Шу яжреIэ и къуэшхэм:

- Иджы, сэ дядэр сымаджэу къэзгъэнащи, сымыгъэзэжу хъунукъым, - жери.- Ауэ фэ мыбы фыкъэзгъанэуи сыкIуэжыфынукъым. Псори ди адэм дей фысшэну си мурадщи, зывгъэхьэзыр, жи. - Фщэ хъунур фщэ, ныздэфщтэ хъунур зэкIуэцIыфпхэ, - жи. ­Мы хъыджэбзищым щхьэкIэ шищ, фи анэм щхьэкIэ зыш зэвгъэ­пэщ, - жи.- Гъуэмылэ вгъэхьэзыри, дахэу дызэщIэшэсэнщи, дымы­пIащIэурэ дыкIуэжынщ. Айдэ!- жиIэри Iуэхур езыр зыхуеим тригъэуващ.

Арати, къришэжьэжщ аби, хъатэ (2) къэмыхъуу къишэжащ.

И адэм джэдыхъуэ пщыIэ иIэти, абы къэсри, и гъусэхэр джэдыхъуэ пщыIэм къытринэри, езыр и адэм деж къэкIуэжащ.

- Алыхь-алыхь, хъан лъэрызехьэм и къуэ лъэрызехьэр къэсы­жащ, и адэм хущхъуэ къыхуихьа хъунщ, - жаIэри хьэблэр къызэ­хуос, благъэр къокIуэ, я кIуэгъужэгъухэр къызэхопсыхэ.

Хъаным и къуэр ирагъэпсыхыжри и адэм деж щIащэж: хъаныр зэрыхэлът. Бгъэдохьэри:

- Сыт ухуэдэ, дядэ, унэхъыфI?- жи, щIоупщIэ.

- Сыкъызэрыбгъэнащ, - жи хъаныжьым.- Уэ дауэ укъэкIуэжа? Хущхъуэр къэбгъуэта?

- Сэри лажьэ сиIэкъым, уи хущхъуэри къэзгъуэтащ, нэгъуэщI хущхъуэ Iэджи къыздэсшащ.

Хъаныжьыр хъущт жиIэу къыдэплъеящ:

- Сыт хуэдэ хущхъуэ къэпшар? - жи.- Дэнэ щыIэ?

- Си къуэшищри, си къуэшищым я анэри къэсшэжащ.

Ар зэрызэхихыу хъаныжьыр къэтэджыжащ:

- Уэхухухухуху! - жиIэри.- Ара мыгъуэт сэ къызэфыкIыр, нэгъуэщI уз сиIэтэкъым. Ар къыщыбгурыIуакIэ, щхьэ уиIэщ, ар щыпхузэфIэкIакIэ, лIы ухъуащ! - жи.- Ауэ нэгъуэщIуи къэпшар сыт?

- Уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу, дядэ, Мэзхъумэ Нэфыр щхьэгъусэу къэсшащ...

- ЖыпIэр сыт! Мэзхъумэ Нэфыр лIыкъэ?

- ТеkIуэн хуэзэхукIэ лIы фащэ зэрихьащ, - жи хъаныкъуэм,

и пащIитIри игъэгуфIэурэ.- И тажыр щхьэрызуду и щхьэцышхуитIыp къызэрыщIэхурэ, цIыхубз щыгъын щитIэгъэжащ, дыщэплъымрэ дыщэхумри зэхиухуэнэжащ...

- Мэзхъумэ Нэфым ущытекIуакIэ, упелуанщ!- мэгуфIэ и адэр.

- Абы нэмыщIкIи, дядэ, Тхьэрыкъуэфыкъуэ дэса благъуэр сыукIри тхьэIухуд зэшыпхъуищри къэсшащ, - жи.- Нэхъыжьыр сысейщ, нэхъыщIитIыр си къуэшитIым я зырызщ.

- Тхьэрыкъуэфыкъуэ дэса благъуэр щыбукIыфакIэ, нарт ухуэ­дэщ, си щIалэ!- жери къыщотхъу.- Дэнэ-тIэ къэпшахэр къы­щыбгъэнар?

- Джэдыхъуэ пщыIэм къытезнащ, - жери Шыкъарэ Шу лъэ­ныкъуэ зригъэзыжащ.

Хъаныжьым унафэ ищIыфынтэкъэ - Къэбэрдей псор къызэ­хуигъэсщ аби, и къуищымрэ и къуищым я анэмрэ къригъэшэжри бал яхуищIащ.

- Абы къыкIэлъыкIуэу и нысиплIри хьэгъуэлIыгъуэ зырызкIэ къригъэшэжащ.

Ар зэфIэкIщ аби, мыдреи и къуищми хъаныпхъу зырыз къахуишэри зэшихри унэ зырызу игъэтIысыжащ.

Абдеж щыщIэдзауэ а хэкум бий къихьэжакъым, гъаблэ къихъуэ­жакъым -тхъэрэ шхэуэ нобэр къыздэсам мэпсэу, жаIэ.

 

(1) Хьэрискхъуэрис - и щытыкIэр, и хабзэр жыхуиIэщ.

(2) Хъатэ - лажьэ.


Поделиться с друзьями:

Адаптации растений и животных к жизни в горах: Большое значение для жизни организмов в горах имеют степень расчленения, крутизна и экспозиционные различия склонов...

История развития пистолетов-пулеметов: Предпосылкой для возникновения пистолетов-пулеметов послужила давняя тенденция тяготения винтовок...

Кормораздатчик мобильный электрифицированный: схема и процесс работы устройства...

Таксономические единицы (категории) растений: Каждая система классификации состоит из определённых соподчиненных друг другу...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.219 с.