Къуэдзокъуэр Мазэм зэрыкiуар — КиберПедия 

Археология об основании Рима: Новые раскопки проясняют и такой острый дискуссионный вопрос, как дата самого возникновения Рима...

Наброски и зарисовки растений, плодов, цветов: Освоить конструктивное построение структуры дерева через зарисовки отдельных деревьев, группы деревьев...

Къуэдзокъуэр Мазэм зэрыкiуар

2017-06-02 465
Къуэдзокъуэр Мазэм зэрыкiуар 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

- Уэлэхьэ, тIасэ, ар уэ уи фIэщ мыхъунщ, ауэ мы дуней псор къэзыгъэнэху мо мазэм къэскIухьу, сытетамэ сэ сыкъэплъагъур!

- Агъ! Ар дауэ, абы нэс сыткIэ удэкIуеят, ТIалиб?

- Уэлэхьэ, МылитIэ, уи гъащIэкI угупсысами, къыпхуэмыщIэн сэ абы сызэрыдэкIуея щIыкIэр! Схуэхъуу сыдэкIуея уфIэщIрэ? Уэлэхьэ, лъэщыгъэкIэ сыдрахуеямэ! Зыми жомыIэж, ауэ зэрыхъуар мыращ:

Ервэлуцэм и зэману Беслъэней Хьэбалэ дэрэ шу щэ ныкъуэ ди гъусэу къуршым дыкъикIыжауэ дыкъыздэкIуэжым, Гундэлэн жы­хуаIэ псыр Бахъсэн къыщыхэхуэжым деж, шокъу жиIэу белэм дыщыIущIащ, шу мин хъууэ, Инарокъуэ инэралыжьыр я пашэу. Сыт тщIэнт? Зэзаур едгъэжьащ. Къулъшыкъуэшхуэм щIэддзар шэджагъуэнэжь хъуху дызэзэуауэ, си щхьэр къэсIэтрэ сакъыхэплъэм - белэр иджыри шу щитхум зэрынэхьэсу, дэ зы шу пщикIутху­нэхъыбэ дымыхъужу! «Дашхыпэ иджы мыбыхэм!» - жысIэри Бес­лъэнейм седжащ:

- Хьэбалэ, шy пашэу япэ ниуви, къуршымкIэ нешажьэ ди дзэр, хьэлэч дыдэ дохъу, се шуукIэ къалэу фи ужь ситынщ, - жысIэри

- Ерэхъу! - жиIэри Хьэбалэм ди шу пщыкIутху къэнэжар иришэжьауэ Бахъсэн аузым ныдешэ, сэри шуукIэ къалэу сыщытщи, зызгъазэм сахэуэурэ, сахэуэурэ, сахэуэхуи шууищ яхэзудурэ дыкъокIуэ Апхуэдэххэурэ Iуащхьэмахуэ лъапэ сыкъыщыщIахуам, шууитху фIэкIа дыкъэнэжатэкъым, белэри шу щищ иримыкъужу апхуэдэт.

- Мы хьэ бзэджэхэр ди ужь икIынукъым, Хьэбэлэ, сыт ди Iэмал? - шыжысIэм:

- Сыт тщIэн, Къуэдзокъуэ? – жиIащ._- Уэлэхьэ, сымыщIэ, Iуа­щхьэмахуэ дыдэгъэкIуей. Дишхэр щолэхъущ, сшами, дыдахынщ. Щыгyp зэ дгъуэтмэ, шыплIэ пылимоткIэ дакъыхэуэурэ ныдэдгъэ­кIуеинкъым.

- Ерэхъу! - жысIэри Iуащхьэмахуэм дыкIэрыхьау дыдокI; диш­хэм я пэщхъыным кърих мафIэ бзийм уэсыр егъэткIу, игъэткIуар псыхьэлыгъуэу къежьэмэ, зэхэлъэдэжурэ, псышхуэ мэхъури, пхъэр нытлъеIэм зы шу-шууитI хичурэ ирехьэх. Псыдзэр Бахъсэн хохуэжри нэпкъитIым хуэфIу йох, къущхьэ жылэхэр къурш сыджхэм зэрыдэхауэ тетщ, къэхъуари къахуэмыщIэу.

Апхуэдэу дэри дыдэкIым, мохэри нытлъеIэурэ, Iуащхьэмахуэ уанэ зыщищI увыпIэм дыщынэсам, ди шу щэ ныкъуэм щыщу къэнэжар Беслъэней и къуэжьымрэ сэрэт. Дишхэм зедгъэлъэтэхщ аби, шыплIэ пылимотхэр къызэIуддзэри, нартыху пIэнкIым хуэдэу, шэр ятедгъэлъалъэу щIэддзащ, арщхьэкIэ дыгъэр щыкъухьэ дакъи­къэм ирихьэлIэу шэуэ диIар дыухащ. Ар щалъагъум, белэр зэрыгъэкIиящ, Инарокъуэ инэралыжьыр нэджащ:

- УкъыспэщIэхуакъэ иджы, Къуэдзокъуэ и къуэжь! - жиIэри. Инарокъуэм дэрэ куэд щIауэ дызэбийт, зыпылъ хъыджэбзыр къэзгъэкIуэсауэ.

- Умыгугъэ, инэралыжь! - жысIэри сыджэжащ сэри. - Уэлэхьэ, къамэ щыIэм иджыри.

АрщхьэкIэ къамэкIэ шуудзэ псом уапэлъэщынт! Iуащхьэмахуэ джабэм кIэрылъ уэсыр уамыгъэлъагъужу къыдэкIуейрт Инарокъуэм и дзэр. Шy пашэхэр къэсыным саржын тIощIырыпщI нэхъыбэ иIэжтэкъым. Абдежым, уэздыгъэр щIагъэнам хуэдэу, Iуащхьэмахуэ шыгур нэху къэхъуащ. Мыр сыту пIэрэ жысIэри сыкъыдэплъеймэ - мазэр пшэ гуэрэным къыщIэбрыуауэ къокIуэ, Iуащхьэмахуэ и дыкъуа­къуапIэм къытригъэпсэуэ.

- Хьэбалэ, умыбэлэрыгъ, иджы! – жысIэри, мазэр къыщысым, сылъэри зы жыг щхьэкIэ къэзубыдащ, Беслъэней и къуэжьри налъэри нэгъуэщI зы жыг щхьэкIэ иубыдащ.

Инарокъуэ инэралыжьым и жьэр Iурыхуауэ наплъэу, мазэм дытэсу, IуащхьэмахуэдыщхьэщыкIри, дежьэжащ. Жыгхэм дыкъеп­шыхыжри щIыгум дыкъытеува нэужь, фIыуэ зытплъыхьащ. Иджы ар мы ди щIым утету ущыплъэкIэ, мазэр жыжьэщи, цIыкIуу кыcIпфIощ, арщхьэкIэ гъунэгъуу убгъэдыхьэмэ, инщ, мо Ерысто Iуащхьэ хуэдэу тIу-щы хъунщ, езыр зэфэзэщу плъыжьщ, хъарбыз зэгуэгъэхуам ещхьу.

- Уэлэхьэ, псы схуолIэм, къуэдзокъуэ, - жиIащ Хьэбалэ, фIыуэ зытплъыхьа иужь, - ауэ псы шызмылъагъу мы сыкъыздэпшам.

Дежьэри псыи къэтлъыхъуаш. Шыгуэбыкъуэ хуэдиз хъун жыпIэну зы псы цIыкIy къежэхти, дыугъуалъхьэри дефащ. Псыр дзэм дыхьэу щIыIэт, фом хуэдэу IэфIт. Ди псыхуэлIэ икIри, псы цIыкIум и Iуфэ дыIутурэ, ипщэкIэ докIуэ. Доплъэри, мазэм и курыкупсэм къыщыщIэжу арат а псы IэфI цIыкIури, мэлыхъуэжь цIыкIум и хъушэр къихуауэ псы иригъафэу долъагъу.

- Бохъу апщий!

- Уэ упсэу апщий! Фыкъеблагъэ!

- Уэлэхьэ, дыкъеблэгъам, дэнэ дыкIуэжын!

Мэлыхъуэжь цIыкIум и пщыIэмкIэ дытришэри, ди Iуэху зыIутыр къыщищIэм, гъэлъэхъу тIущIэ къытридзэри тхуиукIащ.

Илъэс псокIэ дигъатхъэ-дигъашхэу дигъэхьэщIащ мэлыхъуэжь цIыкIум. Илъэсыр дэкIри, мазэм Iуащхьэмахуэ дыкъуакъуэм къытригъэпсауэ къыщыхуэкIуэм зредгъэхьэлIэри дыкъепкIэжащ. Мэлыхъуэжь цIыкIур, сыт жедмыIами, къытхуехыжын идакъым, сэ Амыщ сримэлыхъуэщ, мэлыр дауэ губгъуэм къизнэн, жиIэри.

Iуашхьэмахуэ дыкъехыжри, Бахъсэн Iуфэ дыкъышыIухьэжым, дишхэр щыщу мэзым къыхэкIыжащ. Дишхэмэ фIыуэ загъэпсэхуат, дэри ди къызэрыгъуэтыжати, дышэсыжри, ервэлуцэм дгъэзэжащ. Белэр къетхужьэщ аби, къэтхум-къэтхуурэ, Тэрч Iуфэ къэтхусауэ, Инарокъуэ инэралыжьыр псым щыхэпкIэм хуэзэу, си аркъэныр здзыри, уанэгум къисчщ аби, псым къыхэслъэфыжащ.

- Мис апхуэдэущ кIэс къызэраубыдыр, Инарокъуэ и къуэжь! - щыжесIэм:

- Уи насып къыстекIуаш, - жиIати, хуэздакъым:

- Уэ къыптекIуар зищIысыр уэ уощIэж! - жысIэри.

Беслъэней Хьэбалэ дунейм ехыжащи, и хьэдрыхэ фIы тхьэм хуищI! Абы къимыдэкIэ, уэр фIэкIа, ди Iуэхур зэрыхъуам щыгъуазэ дунейм зы цIыхуи теткъым. КъызжиIакъым жомыIэж, домыIуэтэж!


Поделиться с друзьями:

Организация стока поверхностных вод: Наибольшее количество влаги на земном шаре испаряется с поверхности морей и океанов (88‰)...

Типы сооружений для обработки осадков: Септиками называются сооружения, в которых одновременно происходят осветление сточной жидкости...

Опора деревянной одностоечной и способы укрепление угловых опор: Опоры ВЛ - конструкции, предназначен­ные для поддерживания проводов на необходимой высоте над землей, водой...

Историки об Елизавете Петровне: Елизавета попала между двумя встречными культурными течениями, воспитывалась среди новых европейских веяний и преданий...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.011 с.