Жылэр зэтезыiыгъэ Къуиижь цiыкiу — КиберПедия 

Общие условия выбора системы дренажа: Система дренажа выбирается в зависимости от характера защищаемого...

Таксономические единицы (категории) растений: Каждая система классификации состоит из определённых соподчиненных друг другу...

Жылэр зэтезыiыгъэ Къуиижь цiыкiу

2017-06-02 836
Жылэр зэтезыiыгъэ Къуиижь цiыкiу 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

Еуэрэ-еуэрэт, жи: мо Къалэжьым хуэдэ къуажэ гуэрым я Iэхъуэр Iуичри, жылэр Iэхъуэншэу къэнащ. ЩIэупщIэщ-къыщIэупщIэж-­ри, Iэхъуэн къахэкIакъым. Гъуо ягъаджэри, Iэхъуэу хуежьэн къыкъуэкIакъым. Къуажэр унащхьэ чэзууэ щIапщытыкIри, ерэхъу жызыIэн ягъуэтакъым. Жылагъуэр зэхуэсщ аби: «Уэ жылэ махуэ хъун, тхьэм и хьэтыркIэ ди былымыр къулейсыз дывмыгъэщI»­ - жаIэри зэчэнджэщащ.

А къуажэм дэст, жаIэ, Къуиижь ЦIыкIy, и щхьэфэр гъуэплърэ мы дыщэ плъыжьу, махуэм дыгъэм игъэлыдрэ жэщым дунейр игъэнэхуу. А Къуиижь ЦIыкIyм, езым хуэдитI и инагъыу хьэмкIутIей башышхуэ кърибзэщ аби, жылагъуэм я пащхьэм къыщыхисащ:

- Уей, жылэ махуэ хъун! - жиIэри. - Сэ Iэхъуэу сыфхуежьэнщ, ауэ махуэу си пыIэ щхьэрывмыгъэз, жэщу фыкъызэмыплъакIуэ, си зэхэзекIуэ фыкъемыщхьэкIуэ, си IэхъупщIэми къыкIэлъызывмыгъэ­кIyхь!

Жылэр гуфIащ:

- Айхай хъун! Ар мыхъумэ, сыт хъужын! - жаIэри Къуиижь ЦIыкIy Iэхъуэ лIыщIэу къащтащ.

Арати, езым хуэдитI хъу башыжьыр здещтэри, Къуиижь ЦIыкIy хъушэр хъун къырым еху. Пщэдджыжьым егъэхъуакIуэ, шэджа­гъуэм псыхъуэм щегъэбэдзауэ, пщыхьэщхьэм псынэпс ирегъафэри, жэм шхуэлхэр хьэфэ топу къехуж. Хъушэр щыдэкIкIэ сабэр къаIэтауэ докI, къыщыдыхьэжкIэ я быдзыпэм къыпыж шэм гъуэгу сабэр зэрипхъуэу къыдохьэж. ШкIэуэ къалъхур натIэ гъуджэрэ лъакъуэ джафэу - апхуэдэт, жи.

Арати, къуажэм зыкъаужьыж, жылэр псынщIэу бей мэхъу, цIыхур щокI.

Йоуэри, и пIалъэр къэса хъунти, Къуиижь ЦIыкIy и фызыжь цIыкIyp щIыгъуу хохьэри, IэхъупщIэр къыхах - шэр шэуэ, шатэр шатэу, кхъуейр кхъуейуэ, нартыхури апхуэдэу, хури апхуэдэу. Арати, нэху къокIри, пщэдджыжьым, Къуиижь ЦIыкIy, Iэхъуэ щыдэкIым, и фызыжь цIыкIум унафэ къыхуещI:

- Фызыжь цIыкIуу фызыжь цIыкIу, - жи, - шхурэ мырамысэрэ сигу къэкIащи, мо шэ пэгуныр схуэгъапцIэ, мо нартыху матэр хьэжи, мырамысэ лэгъуп схуэщI! Къуиижь ЦIыкIy хъушэр дехури докI, фызыжь цIыкIум нартыху матэр ещтэри, Анзорхэ я пщхьэлыжьым макIуэ. KIya щхьэкIэ щхьэлынэм ирагъэкIуалIэркъым: щхьэлтетыр нэкIэ къеплъыркъым щхьэлакIуэлIхэм Iумпэм къащI, щхьэлакIуэ фызхэр къодэмэпкъауэ:

- Сытым ещхь, - жаIэ, - и лIыр къуиижь цIыкIуу, езыр гъуабжэжь цIыкIуу, Iэхъуэу, пщампIахъуэу, я шыуан дзыгъуэ цIыкIу хэупIэрэ я хьэжыгъэр дзыгъуэшхуэ лIапIэу!

Жэщ хъуху Iуфэр къижыхьу щот фызыжь цIыкIури, ихьар зэрихьауэ къехьыж. Къуиижь ЦIыкIy къосыжри, куэбжэм деж къыщогуо:

- ПсынщIэу, - жи, - шхын щхьэкIэ солIэ: мырамысэ лэгъупрэ шэ пэгун къипцIыкIа шхурэ къысхутегъэувэ!

Фызыжь цIыкIу магъри и Iуэху зэрыхъуар хуеIуэтэж.

- Тхьэм къахуигъэгъункъым! - жеIэри, зэлIзэфызыр нэщIу мэгъуэлъыж.

Нэху къокIри, пщэдджыжьым Къуиижь ЦIыкIy, хъушэр щыди­хум, и фызыжь цIыкIум унафэ къыхуещI:

- Фызыжь цIыкIуу фызыжь цIыкIу, - жи, - IэфI сигу къэкIащ: ди къамылыр Лъакъуэдыгъухэ я къамылфо пIытIым лъэфи пIытI, гъави, пщыхьэщхьэ сыгъэшх!

Къуиижь ЦIыкIy Iэхъуэ докI, фызыжь цIыкIум гъубжэ ехьри, я къамыл тIэкIур къехыжри, Лъакъуэдыгъухэ я фо пIытIым елъэф. АрщхьэкIэ фопIытIым къилъагъуркъым, фо пIытI кIya лIыхэр къеплъыххэркъым, фо пIытI кIya фызхэм Iумпэм къащI:

- Сытым ещхь зэлымпIыжауэ! - жаIэ. - И лIыр Iэхъуэу езым ихъун имыIэу, зылI иIэрэ къуийуэ, унэ иIэрэ нэфу! КIуэж, дихыжын, уи мэ къытщомыгъэу! - жаIэри къахуж.

Къуиижь ЦIыкIy къосыжри, куэбжэм къыщыдыхьэжкIэ, къогуо:

- ПсынщIэу, - жи, - фызыжь цIыкIу: фалъэм и нэр къыщып­кIрэ Iэнлъэм изыр пкIыжауэ! Сомэх!

Фызыжь цIыкIу магъри фо пIытIым къыщыхъуар жреIэж.

- Зымыгъэгъум ари игъэгъункъым! - жеIэри гъуэлъыжыну щыхуежьэкIэ, фызыжь цIыкIу къокIэрахъуэ и гупэми къегъэувыIэ:

- Къуиижь ЦIыкIуу къуиижь цIыкIу, - жи, - жылэм я Iэхъуэу зыхъун зымыгъуэт, ди гъунэгъум я хьэгъуэлIыгъуэщ: зыкъыблегъэх­зыблегъэхыж, хэт ищIэн, гу къыплъатэмэ, урагъэблэгъэнщ. КъэпшхIами уи хьэлэлщ, къэпхьIами си Iыхьэщ!

Къуиижь ЦIыкIу, йоуэри, зыблрегъэх-зыкъыблрегъэхыж, зыри щыжамыIэкIэ дохьэ, нэхъыжьхэм я деж щIохьэри, гуп махуэ апщий яжреIэ - къызэхахыркъым; нэхъыщIыхэм я дежкIэ йокIуэкIри, гуп махуэ апщии яжреIэ - кърадзэххэркъым, пщафIэм ябгъэдохьэри къыIуахуж. Арати, а жэщми зи ныбэ изыр шхащ, зи ныбэ нэщIыр мышхэу гъуэлъыжащ.

Нэху къокI, пщэдджыжьым Къуиижь ЦIыкIу къотэджри мэж­джытым макIуэ. Нэмэз нэужьым жэмхьэтыр къыдэкIыж пэтрэ Къуиижь ЦIыкIy япоув:

- Уей, жэмыхьэт махуэ хъун! - жи. - Фи былымыр дэнэ щыIэ?

- Дэнэ щыIэн? - жаIэ. - Ди пщIантэ дэтыжщ. Къэшын яухмэ ныдэтхунщ.

- НтIэ, - жи Къуиижь ЦIыкIy, - фи былымыр фи пщIантIэ дэтыжмэ, мыри фи Iэхъуэ башщи, хъер фхухъу! - жиIэри, езым хуэдитI хъу хьэмкIутIей башыр жэмыхьэт пащхьэм къыщыхитIэщ аби, къеуэри къыдэкIыжащ.

КъыдэкIыжри, фызыжь цIыкIум и Iэпэр иубыдри мис мы ди къуажэ хуэдэ гуэрым кIуэри, Iэхъуэ лIыщIэу хуежьэри, игъэунащ.

МодэкIэ жэмыхьэт къэнар зэхэупщIыхьыжри, Къуиижь ЦIыкIy и хьэмкIутIей башыр къыхэзычын къахэкIакъым; гъуо ягъаджэри Къуиижь ЦIыкIу и башым зыгуэри къыкIэлъыкIуакъым; унащхьэ чэзууэ кърахьэкIри зэзыпэсын ягъуэтакъым. Апхуэдэурэ Къалэжьым я былымыр къулейсыз хъуащ, гъавэр гъейм ихьащ. ЦIыxyp къулейсыз щыхъум, я щхьэ щIахьэри щIэкIащ. КъуажэкIэ дыдэм деж зы фызыжь цIыкIу щыпсэути, еплъщ-еплъри, зэкуэфэуэжащ, жи:

- Тобэ, тобэ, мы жылэр Къуиижь ЦIыкIy зэтриIыгъэу хэт и фIэщ хъунт! - жиIэри.

А фызыжь цIыкIум нэхъ губзыгъэ а жылэм къыдэкIакъым, жи. Иджырей Къалэжьыр а фызыжь цIыкIум къетIысэкIыжахэращ. Ар уи фIэщ мыхъумэ, Къалэжьыкум деж ит мывэжьым бгъэдэс фызыжь цIыкIум еупщI: сэ аращ жызыIэу зэхэсхар - къызэрызащамкIэ узощэж.

 

ИНЫЖЬ ЗЭШИЩЫМ Я ТАУРЫХЪ

У хуейм, уи фIэщ щIы, ухуэмейм, уи фIэщ умыщI, ауэ мыр къыщыхъуар иныжьхэмрэ цIыкIужьхэмрэ зэрытемыгъакIуэу щызэ­зауэ лъэхьэнэрщ. Еуэщ аби, жеIэ, мы ди къуажэжьым зы лIыфI дэст а зэманым Шэчэрокъуэ ШэчэркIэ еджэу. Шэчэрокъуэ Шэчэрым жылэр ихъумэт, жылэp игъэпсэут. Мис а зэманым мо Шэчэр аузым иныжьищ дэст, жи, щыри зы анэм къилъхуауэ. Былым щхьэрыуауэ къагъуэтмэ, къаубыдырти, яшхырт; цIыху хутыкъуауэ япэщIэхуэмэ, яубыдырти, яшхырт. Арат зэшищри зэрыпсэур. Я нэхъыжьым щхьибл фIэтт, якурытым - щхьитху, я нэхъыщIэм - щхьищ.

Иныжьищыр куэд щIауэ мы ди къуажэжьым къещэрт, арщхьэкIэ Шэчэрокъуэ Шэчэрым къыщышынэрти, къыдэуэфыртэкъым, Гъуэлъ­пагуэ шытx къытеувэурэ къаплъэ мэхъу: «Гъуамэр цIыхущ, бзаджагъэкIэ къыттекIуэнурэ диукIынущ», - жаIэрти, ягъэзэжырт. Мы дунейм теттэкъым, жи, а зэшищыр зыщышынэрэ зыпэмылъэщ­рэ " - иныжьи, благъуи, цIыхуи, Шэчэрокъуэ Шэчэрым фIэкIа. Шэчэрокъуэр илъэс хъурейм, зы мазэ закъуэ фIэкIа, къуажэм дэкIыртэкъым, жи, иныжьхэм а мазэ закъуэр къахуэщIэртэкъыми, зэгуэпырт.

А мазэ закъуэми Шэчэрокъуэ Шэчэр щIыдэкIырат: тенджызыш­хуэ гуэр щыIэти, жи, а тенджызышхуэм а мазэ закъуэм зы шыбз хакIуэпщIэ къыхэкIырти, хы Iуфэр ирахъуэкIт аби, хэпкIэжырт. Шыхэр зы къэмынэу пщIэгъуалэт, жи; хакIуэжьри, мазэм хуэдэу, къахэщт абыхэм. Шэчэрокъуэ Шэчэр абы ещэу арати, сыт ищIэми къыхуэубыдтэкъым - хакIуэр къиубыдамэ, хакIуэпщIэр абы и ужь къиувэнурэ къэкIуэнут.

Арати, еуэри, а мазэр къызэрыблагъэу Шэчэрокъуэ Шэчэрыр шэсри ежьащ:

- Сэ мазэкIэ сыкъэтынущи, а мазэм и кIуэцIкIэ къуажэм фыдэмыкI, фыдэмыкIынкIэ Iэмал имыIэ хъумэ, жьэпкъымкIэ фымыкIуэу мо тIуащIэмкIэ фыкIуэ! - жиIэри.- Мо Гъулъпагуэ шытх къыщхьэщыхьа дыщэ тхьэгъур флъагъурэ?

- Долъагъу.

НтIэ а дыщэ тхьэгъур дыщэ сом зэрыхъуу сэ сыкъэсыжынущ апщIондэхукIэ фысакъ!

Арати, еуэри, Шэчэрокъуэ Шэчэр кIыфIым хэту дэкIащ. Мыдреи иныжьищыр мэжалIэурэ тэмакъкIэщI хъури зэщыхьэжа­уэ, я жьэ къихь зэтратхъуэу Шэчэр Iуфэ Iусти, зы къуаргъыжь, танэ лIа къилъыхъуэу, ящхьэщылъэт пэтрэ, иныжь щхьиблым къилъагъу­ри, дэпхъуеищ аби, къиубыдащ. Ишхыну щызэIуридзэм, къуаргъыр къолъаIуэ, жи:

- Уэ иныжь мыгъуэу жьыщхьэ мыгъуэжь хъун, сомышх: сэбэп сыпхуэхунщ.

- СыткIэ?

- Фи биижьыр къуажэм дэскъым, зекIуэ кIуащ: лъэныкъуищкIэ фекIуалIэм, зы фIэщIэмыкIыу, жылэр фи IэмыщIэ къихуэнщ.

Алыхь-алыхь, ди унэр алыхьым къибгъащ иджы! - жаIэри, къыщылъэтщ аби, къуажэм къыдэлъэдащ, жи.

Къуажэм къыдэлъадэщ аби, яхуэшхыр яшхри, пщэдджыжьышхэ иритщIыжынщ жаIэри, Шэчэрокъуэ Шэчэр и шыпхъуищыр яхьщ аби, Шэчэр ауз дэлъэдэжащ. Щхьибл зыфIэтым шыпхъу нэхъыжьыр къыпэщIэхуати, нэхущым деж ишхри, и Iэпэ ебзеижащ. Щхьитху зыфIэтым шыпхъу курытыр къыпэщIэхуати, дыгъэ къыщIэкIыгъуэм ишхри, и Iупэр къибзеижащ. Щхьищ зыфIэтым нэхъыщIэр къыпэ­щIэхуа хъунти, дыгъэр къызэрыщIэкIыу, ишхын мурадкIэ бгъэ­дохьэ. Зыбгъэдыхьар и щхьэц лъэныкъуэр дыщэплърэ адрей лъэныкъуэр дыщэхуу, езыр Iэхулъэхурэ набдзэ зытелъым я нэхъ дахэу - апхуэдэт, жи. Хъыджэбзым зэрыIуплъарауэ иныжьым и нихри иуфIыцIащ, делэ сохъу, жиIэри. Мо тIэпIыжу шха шынэхъы­жьитIым иныжь жей ящIыну гъуэлъати, зыкъаIэтри, шынэхъыщIэм къыщIэнэкIащ, жи:

-Мыр делэ хъуаи! - жаIэри. - А зиунагъуэрэ, цIыху дахэ щыIэ? ЩыIэмэ, щыIэр е пшэрщ, е уэдщ: пшэрмэ, IэфIщ, уэдмэ, IэфIын­шэщ. Айда, умыделэу шхэи, гъуэлъ!

- Уэлэхьи, сигу пымыкI. Абы нэхърэ фыз сщIынщи нэ­хъыфIщ! - щыжиIэм, и шынэхъыжьхэр къыщыдыхьэшхри загъэу­кIуриижащ:

- УзэрегуакIуэщ, къэзыхьар уэращ, - жаIэри. - УкъэмэжалIэ­мэ, деплъынщ уигу зэрыпымыкIым.

Иныжь жейр мазищ жейщ. НэхъыжьитIыр жеиху мыдрей тIyp хьэщыкъ зэхуохъу. Модрейхэр къэушыжрэ я нэ щIэIуэтыхьмэ игъащIэм иныжьынэ зытемыплъа ялъагъу: я шынэхъыщIэм цIыхубз щхьэц еухуэн, дыщэплъымрэ дыщэхумрэ зыуэ зэгуеухуанэ; езы цIыхубзым губгъуэ джэдгын къричурэ йопэм. НэхъыжьитIыр къотэджри я шынэхъыщIэм ней-нейуэ къоплъ:

- А гъуэгу мыгъуэм ежьа, мы пщIэр сыт?

ШынэхъыщIэм и щхьэ сэмэгур йоплъэкIри яхуогуфIэ. НэхъыжьытIыр зоплъыж:

- Мы тхьэмыщкIэм и щхьэ сэмэгум акъыл ирищIэри делэ хъуащ, - жаIэ.

Щхьибл зыфIэтыр къогубжь:

- Адэ папщIэу сэ сыфщхьэщытыху, делагъэ фэзгъэщIэнкъым! Гъэузи, гъэхъуж жыхуаIэращ, - жеIэри, пхъуэщ аби, нэхъыщIэм и щхьэ сэмэгур къыгуичри Шэчэр хидзэжащ: уIэгъэм яжьэ триудэри, «хъужынщ дыкъэсыжыху», - жаIэщ аби, нэхъыжьитIыр хъуакIуэщакIуэ ежьащ.

Иныжь щакIуэр мазищти мазищыр щрикъум, нэхъыжьитIыр къосыж, цIыху тIурытI зэкIэрыпхауэ я дамэм телъу. Къосыж, загъэпсэхури, я цIыху зырызыр яшх аби, адрей зырызыр шынэхъыщIэм кърат:

- Мэ, насыпыншэ, умэжэлIа хъунщ, зыр уэ шхыи, адрейр уи цIыхубзым егъэшх! – жаIэри.

- Ей, си къуэшыжьхэ, - жи нэхъыщIэм, - фэ фыкъэтыхукIэ, сэ шхын хьэлэмэт къэзгъэунэхуащ.

- Сыт иджыри къэбгъэунэхуар?

- Щыхьыл гъэварэ щыхьыл гъэжьарэ пшхыну куэдкIэ нэхъ IэфIщ мо цIыхул цIынэм нэхърэ.

- Еууей, мыбы и щхьэ ижь гуэрым акъыл ирищIэри зэкIуэкIащ! – жаIэри, мапхъуэр аби, и щхьэ ижьыр къыгуачри, Шэчэр хадзэж, уIэгъэм яжьэ траудэри ягъэгъуэлъыж.

Тхьэмахуэ докI, тхьэмахуитIи докI, иныжь нэхъыщIэр мэхъужри къотэджыж. НэхъыжьитIым иныжь жей ящIу щылъти, тIури иукIри, и фызыр и IэплIэм илъу къуажэм къихьыжащ.

- Си щыкъу щауэр дэнэ щыIэ? – жи.

- ЗекIуэ щыIэщи, зы тхьэмахуэкIэ къэсыжынущ, - къыжраIэ.

Тхьэмахуэ докIри, Шэчэрокъуэ Шэчэр къосыж. И шыпхъур лъхуэри щIалэ къилъхуати, «уи анэ дэлъхужьыр къокIуэж», - щыжаIэм, гущэпсыр къызэпиудри, пщIантIэм къыдэлъэдащ. Шэчэрокъуэ Шэчэр иныжьыкъуэм къеплъри игъэщIэгъуащ, жи:

- Мыр хэт и щIалэ емынэ? – жиIэри.

- Уи малъхъэ закъуэм срищIалэ пасэщ, - жи иныжьыкъуэм. – Епсыхыж, си анэ дэлъхужь! – жеIэри, лъэрыгъыпсыр еубыдри кърегъэпсыхыж.

- Укъэхъумэ, лIы ухъунщ уэ сэ слъагъур! – жиIэри, и щхьэфэм Iэ къыщыдилъэм, щIалэ цIыкIум и адэр къыкъуокI.

Ар щилъагъукIэ, Шэчэрокъуэ Шэчэрым и джатэр кърепхъуэт:

- А-а, си адэжьым и бийуэ си биижьым и къуэ! – жери.

Абдэжым и шыпхъу закъуэ къэнэжар унэм къыщIожри я кум зыкъыдедзэ, псори къызэрекIуэкIар къыхуеIуэтэж. И малъхъэми зыкъызэфIегъащIэ:

- ПызупщIащэрэт жыпIэмэ, мы зыращ къыпынэжари, къеуэ! – жи. – Хьэуэ жыпIэрэ, къуэш сыпхуэхъунщ, пщафIэ щIалэу уи я ужь ситынщ.

- Ерэхъу! – жеIэ Шэчэрокъуэ Шэчэрми, жэщибл-махуибл хьэгъуэлIыгъуэ яхуещI, иныжьыр зыщIэхуэн унэ хуегъэуври егъэтIы­сыж.

Мэпсэу иджы ахэр апхуэдэу – зэгурыIуэу, зэрылъытэу, зэдэтхъэу. Арати, йоуэри, илъэсыр докI аби, ежьэгъуэр къос. Шэчэрокъуэ Шэчэр зекIуэ кIуэн хуей мэхъу, зегъэхьэзыр. И малъ­хъэр къокIуэкIри къыпеубыд:

- Сыздэшэ, сэбэп сыпхуэхъужынщ, - жеIэри.

«НакIуэ-сыкIуэ!» - жаIэри зэщыкъу-зэмалъхъэр йожьэ: щыкъур шууэ, малъхъэр лъэсу, щыкъур малъхъэм ерагъкIэ дэхъу къудейуэ. КIуэм-лъейм, кIуэм-лъейуэрэ, нос тенджызми, шыбз хакIуэпщIэр къыхэкIарэ IуфэкIэ ехъуэкIыу ирохьэлIэ. Малъхъэр шыхэм я хэлъэ­жыпIэм деж тенджызым къыхотIысхьэ, щыкъур щэху цIыкIуурэ ябгъэдохьэ шыми, аркъэныр едзри хакIуэм пщIэхеупцIэ. ХакIуэр алъп лъэпкъти, йолъри, аркъэныр зэпеуд аби, хым холъэж. ЩыхэлъэжкIэ, иныжьыр къоуври, хакIуэр абы и IэплIэм йопкIэ. Иныжьым IэщIэкIынт ар - хакIуэ пщIэгъуалэр, чыцIым хуэдэу, и IэплIэм ису, щыщу-етхауэу къыхехри къыхокIыж. Шыбзри зэрыхэкIуапщIэу абыхэм я ужь къоувэри къакIэлъокIуэ.

Мы жылэшхуэм алъп хакIуэм шэсын къыдэкIыркъым. Къыщыдэ­мыкIкIэ, иныжьыкъуэр мэлъаIуэри яIех. Зей дамэкъуиблыр и кIэпкъ дэIуауэ щыбгъэдыхьэкIэ, алъпыр къопсалъэри къолъэIу:

- Си щIыб укъимытIысхьэ, сэ шы сыпхуэхъункъым, - жи, - сэ мы шыбзым сахэтын хуейщ. Абы нэхърэ ныщхьэбэмазэр къыщыщIэ­кIым зы кхъуэ кIэбдз къалъхунущи, ар убыди гъасэ, мис ар шы пхуэхъунщ. Ауэ умышэс щIыкIэ, мазэкIэ и анэм щIэгъэф, мазэкIэ хужьгъэ егъэшх, мазэ гуэркIи гъэхъуакIуи, итIанэ тенджызым хэгъапскIэ. Абы и ужькIэ дэни щытехуэ, укъигъэпцIэнкъым!

Арати, пшапэр зэхэуэри, мазэр зы къуэ гуэрым дэс хъунти, къыдэкIри вагъуэм яхыхьэжащ. Абы ирихьэлIэу зы пщIэгъуалэжь, лъхуэри кхъуэ кIэбдзу зы шыщIэ цIыкIу къилъхуащ, шэ тхъурым­бэм ещхьу хужьрэ и сокур вындыкIэм хуэдэу фIыцIэу. Шэчэрокъуэ Шэчэр еплъри жиIащ жи:

- Плъагъурэ абы и сокур! - жиIэри. - Алъп жыхуаIэжыр мис аращ. - ЛIы сызэрыхъурэ арат сэ сызэщэкIуар, зи насып хэлъу къыщIэкIар уэращи, узот:угъурлы пхухъу!

Иныжьыкъуэм и шыщIэр мазитIкIэ и анэм щIегъэф, мазищкIэ хужьгъэ ирегъэшх, мазиплIкIэ егъэхъуакIуэр аби, ешэри тенджызым хегъэсыхь, къабзэу хегъапскIэри, уэсыщIэ къесам хуэдэу, къыхе­шыж. Шыр тенджызым къыхокIыжри зеутхыпщI;, абы зыщиутхып­щIкIэ, щIыр егъэхъей, абы къиIэта жьым бжей мэзыжьхэр ирещIыкI, абы псыуэ дрипхъеяр махуэ псокIэ уэшхыу къожэхыж. Арати, шым гъущыжыху зеутхыпщI-зеутхыпщIри, иныжьыкъуэм къыбгъэдохьэж:

- Уащхъуэ Мыващхъуэ КIанэ! - жи. - Уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыпхуэхъункIэ! Ауэ уи къарур сыгъэлъагъу!

- Дауэ зэрозгъэлъагъунур?

Илъэс мин и ныбжьу зы жыгей ин къинауэ итт, жеIэ, абдеж, алъпым къиIэта жьыp пэмылъэщауэ. А жыгеижьым дежкIэ шым и кIэр еший, дэ ди Iэпэр зэрытшийм ещхьу:

- Мис мо жыгыжьыр плъагъурэ?

- Солъагъу.

- НтIэ, мис ар къипчмэ, лIы урокъу.

ЩIалэр жыгым йоIэри къыхуичыркъым. ИтIанэ шым жеIэ:

- Уэ лIы ухъун щхьэкIэ, си анэм зы тхьэмахуэ ущIэфын хуейщи, кIуэжи, щIэф. Сэ мыбдежым сыщыппэплъэнщ, - жи.

ЩIалэм къытредзэр аби, къокIуэж, шыбз пщIэгъуалэжьым тхьэмахуэ псокIэ щIоф - пщэдджыжьми щIэфу, шэджагъуэми щIэфу, пщыхьэщхьэми щIэфу. ШышэкIэ зигъэнщIа нэужь, егъэзэж­ри, жыгеижьым йоIэр аби, дунейр дэпсалъэу къреч. Къричам жыг лъабжьэм зы пхъуантэ фIыцIэшхуэ къыщIокI. Аp лъапэкIэ еуэрэ зэтриудмэ - зылI и фащэрэ зыш и фащэрэ дэлъу!

Шым, къыбгъэдохьэри, жиIэращ:

- Мыр, - жи, - си адэм и адэм и адэм и адэжым теса лIым и Iэщэ-фащэти, зыхуэмыфащэ пэщIэмыхуэн щхьэкIэ, мыбдеж щыщIитIати, зыхуэфащэм пэщIэхуащ. Айдэ маржэ, уэри зыхуапэ, сэри сыкъэхуапэ!

Иныжьыкъуэм Iэщэ-фащэр зыкIэрелъхьэ, ишри ехуапэр аби, мэшэсри, ари зы шу махуэу дунейм къытохьэ, жи, благъуэрэ иныжьу къытенар трегъэкъэбзыкIри, тхьэщэрыпхъуищым языр къехь аби, мис мы ди къуажэжьым къокIуэж.

Абы ищIар сэ слъэгъуакъым, зылъэгъуа бгъуэтмэ, еупщI, ауэ а щIалэм и къуэм и къуэм и къуэм и къуэм и къуэжыр уэрауэ жаIэ.

 


Поделиться с друзьями:

Организация стока поверхностных вод: Наибольшее количество влаги на земном шаре испаряется с поверхности морей и океанов (88‰)...

Биохимия спиртового брожения: Основу технологии получения пива составляет спиртовое брожение, - при котором сахар превращается...

Таксономические единицы (категории) растений: Каждая система классификации состоит из определённых соподчиненных друг другу...

История развития пистолетов-пулеметов: Предпосылкой для возникновения пистолетов-пулеметов послужила давняя тенденция тяготения винтовок...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.049 с.