Лэзэрыкъуэрэ уэзырджыз0 ябгэмрэ — КиберПедия 

Двойное оплодотворение у цветковых растений: Оплодотворение - это процесс слияния мужской и женской половых клеток с образованием зиготы...

Общие условия выбора системы дренажа: Система дренажа выбирается в зависимости от характера защищаемого...

Лэзэрыкъуэрэ уэзырджыз0 ябгэмрэ

2017-06-02 619
Лэзэрыкъуэрэ уэзырджыз0 ябгэмрэ 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

Еуэрэ-еуэрэт, жи, жылагъуэм зэрыжаIэжу гъунэгъум зэраIуэтэ­жымкIэ, зекIуэлI-зекIуэш жыхуаIэм хуэдэу, зэныбжьэгъуищ псэут. Зэман-зэманкIэрэ илъэс зекIуэ ежьэрт ахэри, щыкIуэкIэ дыхьэрэ зыщагъэпсэхуу, къыщыкIуэжкIи къыдэхьэрэ зыщагъэкъэбзэжу бы­сым гуэр яIэт зэныбжьэгъуищым - адэ Тэрч адрыщI. А бысымым иIэт, жи, мы аргъейм хуэдэу дахэу, хъыджэбз ишэгъуэ - Дахэпс фIызощ сэ абы! Зэныбжьэгъуищри зэрымыщIэу Хьэщыкъ хуохъу а Хъыджэбз дахэм. ЗэрымыщIэуи йожьэ щыри, Дахэпс лъыхъуну.

Зэныбжьэгъуищри, бысым куэбжэм щызэIуоуэжри, зэгъусэу дохьэ, зэрахабзэуи, йопсых аби, хьэщIэщымкIэ йоблагъэ. Ешхэ-ефэр зэфIокIри, зэныбжьэгъунщым зэрымыщIэ-зэрымыщIэу къыщIашурэ Дахэпс и дэлъхуиблым йопсалъэ.

Япэ щIыкIэ ныбжьэгъу нэхъыжьым - Безрыкъуэ фIызощ сэ абы! - къыщIеш Дахэпс и дэлъху нэхъыжьри жреIэ:

- Уи шыпхъур къызэт! - жери.

- Си шыпхъур уэстыфынукъым, - жи, - сядэм имыщIэу.

- АтIэ жеIэ уядэм.

- Ескуфынукъым, - жери идэркъым дэлъху нэхъыжьым.

Апхуэдэурэ зэшиблри къыщIишурэ епсэлъа щхьэкIэ, зы къахэ­кIакъым и адэм ирикуу ар жриIэну.

Мыдрей къэнагъитIми къыщIашурэ епсэлъа щхьэкIэ, зэшихми жаIаращ: дядэм еткуу жетIэфынукъым! НэхъыщIэ дыдэм щыж­раIэм:

- Хъунщ, дядэм, абы щхьэкIэ сиукIами, жесIэнщ, - къажреIэ.

МакIуэ я адэм дежи, зипIытI-зихузми, жреIэ:

- Дядэ, - жи, - умыгубжь, ауэ мыращ да хьэщIэхэм жаIэр: уи шыпхъур къыдэт, - жаIэ. Сыт жыпIэнур? - жери.

- Хъунщ, - жи Дахэпс и адэм, - абы и унэихьэгъуи хъуащ: къарэ лъакъуищу шищ, я лъакъуэ щырыщыр лъакъуэхурэ я лъакъуэ зырызыр фIьщIэу, щыри зэщхьыркъабзэрэ зыр адрейм къыхыумы­цIыхукIыу - апхуэдэ шищ къыфхуэзышэм фи шыпхъур еттынщ!­ - жери.

Зэныбжьэгъуищыр къыдошэсыкIыжри, Арыкъыжьым и щыгум къыщоувыIэ.

- Иджы, - жи Безрыкъуэ. - Лэзэрыкъуэ нэхъыщIэщи, мы гъэр абы еттынщи, дыхуэлъыхъуэнщ: и насып къикIмэ, Дахэпсыр абы ейщи, дэ шыпхъу дощI. И насып къимыкIрэ, Нэмэтыкъуэ курытщи, илъэс къакIуэм абы дыхуэлъыхъуэнщ: и насып къикIмэ, Дахэпсыр абы къыхудошэри дэ шыпхъу дощI. И насып къимыкIрэ - унафэ зэрыфщIщ: ещанэгъэр сысейщи, фызигъусэрэ - сщыгъупщэнкъым, фызигъусэрэ - абы щыгъуи зыфхуэзгъэгусэнукъым.

Iэджэрэ зэныкъуэкъуаи ахэр, хэт и насып нэхъапэ идгъэщын жаIэри - зэныкъуэкъущ, зэныкъуэкъури, нэхъыжьым жиIар текIуэ­ри къащтащ.

- НтIэ, - жи Лэзэрыкъуэ, - сэ кърым хъаныр си малъхъэщи, абы деж дывгъакIуэ!

НакIуэ-сыкIуэ жаIэри макIуэ. Хъаныжьыр къащогуфIыкI, жэ­щищ-махуищ балыр къарещIэкI. Абы и ужькIэ къадошэсри и хэкур къызэдакIухь - ягъуэтыркъым. Арати, Лэзэрыкъуэ и илъэсыр йокIри Нэмэтыкъуэ ейр къохьэ.

- НтIэ, - жи Нэмэтыкъуэ, - сэ хьэрып хъаныр си малъхъэщи, абы деж дыкIуэнщ!

НакIуэ-сыкIуэ жаIэри макIуэ. Хъаныжь гуэрым жэщибл­-махуибл той къарещIэкI. Абы и ужькIэ къадошэсри и къэралыр къызэдакIухь - ягъуэтыркъым. Арати, Нэмэтыкъуэ гуэрым и илъэ­сыр йокI аби, Безрыкъуэ ейр къохьэ.

- НтIэ, - жи Безрыкъуэ, - сэ урыс пащтыхьыр си малъхъэщи, абы деж докIуалIэ!

НакIуэ-сыкIуэ жаIэри макIуэ. Урыс пащтыхьыр къыщIожри ирегъэблагъэ, мазэ бал къахуещI. Ар зэфIокI аби, пащтыхьыжьыр къадошэсри, Урысейр щIащыкI - ягъуэтыркъым.

ЩамыгъуэткIэ сыт ящIэнт - Я гугъэ хахыжри, щхьэж и унэ бжэн лъакъуэ! - зэбгрокIыж. ЗэбгрыкIыжа щхьэкIэ, Лэзэрыкъуэ и пщIантIэм дэхуэжыркъым: мэгузавэ, мэгупсысэ, зреудэкI. Щыхуэ­мыхьыжыххэкIэ, мэшэсри аргуэру йожьэ. Уэзырджызо Ябгэ жаIэри зы шэшэныжь и цIэ зэхих зэпытти, йоуэри абы деж йокIуалIэ.

ЕкIуалIэри, Уэзырджызо Ябгэм и фызышэр къыдыхьэжу хуозэ.

Апхуэдэу щыхъум, нэгъуэщI бысым къигъуэтри щепсыхащ. Нэху зэрыщу Лэзэрыкъуэм зрегъашэ Уэзырджызо Ябгэм и щауапIэу зэрысым. МакIуэр и щауапIэми, бгъэдохьэри жреIэ:

- Ярэби, Къэбэрдей сыкъикIри мыпхуэдэ IуэхукIэ сыкъыпхьэкIуащ, - жи. - Ар уэ къысхуумыщIэмэ, къысхуэзыщIэн

щыIэжкъым.

- ЖыIэ уи Iуэхур! - жи Уэзырджызо Ябгэм.

- ЖысIэмэ жысIэ: мопхуэдэпщым ипхъурэ мопхуэдэ зэшиблым я шыпхъуу зы хъьщжэбз щыIэщ, ДахэпскIэ еджэу. Къанжэм и хужьыр и хужьщ, къанжэм и фIыцIэр и фIыцIэщ. Шэрэ лъыуэ зэхэшащ. ЗекIуэ хъумэ, хуарэщ, псалъэ хъумэ, Сэтэней гуащэщ. Зэныбжьэгъуищ дыхъуу дылъыхъуати, къыджаIаращ: къарэ лъа­къуищу шищ, я лъакъуэ щырыщыр лъакъуэхурэ я лъакъуэ зырызыр фIыцIэу, зэщхьыркъабзэрэ зыр адрейм къыхыумыцIыхукIыy-­апхуэдэ шищ къытхуэзышэм ди шыпхъур ейщ, - жаIэри. Зэныб­жьэгъуищри илъэсищ енкIэ дылъыхъуэри дымыгъуэту дызэбгрыкIыжащ. Иджы апхуэдэ шищ къигъуэтыфыну щыIэр уэращи, сы­нолъэIу: Дахэпсым сыхыумыгъэкIыж!

Шэшэныжьыр къэпсалъэри:

- Хъунщ, - жиIащ. - Сэ ныжэбэ къыпхуэзгъэсынщ а шищыр - ­къарэлъакъуищу, я лъакъуэ щырыщыр лъакъуэхурэ я лъакъуэ зырызыр фIыцIэу, зэщхьыркъабзэрэ зэхыумыцIыхукIыу. Ауэ ныжэбэ си пIэкIэ уэ си фызым и гупэ ухэлъынщ! - жиIэри.

Уэзырджызо Ябгэр щауапIэ исти, жэщ хъумэ, щIыхьэжын хуейт - щIэмыхьэжмэ, мор тхьэщэрыпхъути, зигъэгусэнурэ лъэтэжынут. Арат апхуэдэ къыщIыпиубыдар.

- Хъунщ, - жиIэри Лэзэрыкъуэм и щхьэр къыфIэхуащ: лIы зэхэгъэкIыпIэт ар зэрыхуар.

Арати, зэгуроIуэри Уэзырджызо Ябгэр, мэшэс аби, йожьэ. Йожьэри, жэщ зэрыхъуу, Лэзэрыкъуэр шэшэныжьым и лэгъунэм щIохьэ.

Нэху здэщым Уэзырджызо Ябгэр къосыж, къарэ лъакъуищу шищыр и Iэдэжу - щыми я лъакъуэ щырыщыр лъакъуэхурэ лъакъуэ зырызыр фIыцIэу, езыхэр зэщхьыркъабзэрэ уахэплъэ пэтми зэхыумыцIыхукIыу.

- Тхьэм пхузигъэщIэж! - жиIэри Лэзэрыкъуэр къежьэжащ, къарэ лъакъуищу шищыр и Iэдэжу.

ШынэхъыщIэм къыщIидзэри зэшиблри ялъэкI къамыгъанэу хэплъащ шищым - зэхацIыхукIакъым. Я адэр къыщIэкIри яхэп­лъащ - зэхицIыхукIакъым. Дахэпсыр щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъ­ри:

- АIей, - жиIащ, жи, - сыту зэщхьыркъабзэт а шищыр, мо нэхъыщIэм зы шыкIэ налъэ хужь хэтщ армыхъуамэ!

Я адэр Iэбэри, шыкIэ налъэ хужьыр къыхичщ аби, ишыхьри и бгъэгущталъэм ирилъхьащ, итIанэ Дахэпсыр, щхьэгъубжэмкIэ къыдихри, Лэзэрыкъуэм и шыплIэм къыхудигъэтIысхьащ.

Безрыкъуэрэ Нэмэтыкъуэрэ нысаплъэ къащIри къэкIуащ, Да­хэпсри шыпхъу ящIщ аби, кIуэжащ.

Иджы модэкIэ къэхъум еплъ.

Уэзырджызо Ябгэр, йоуэри, етIуанэ жэщым щIохьэж лэгъунэм.

ЩIохьэжри, щыгъуэлъыжкIэ, нысащIэм жыр лэныстэ къещтэри, езымрэ щауэмрэ я зэхуакум делъхьэ.

- Мыр сыт, мы лэныстэри? - егъэщIагъуэ шэшэныжьым.

- ЗищIысыращ, - жи нысащIэм: - уэ дыгъуэсжэщ дякум къамэ пцIанэ къыдэплъхьащ. ЦIыхухъум аращ фи Iэщэр, бзылъхугъэм ди Iэщэр лэныстэращи, сэ жыр лэныстэр ныдызолъхьэ.

Уэзырджызо Ябгэм псалъэ къыфIигъэкIакъым, Лэзэрыкъуэ лIыуэ къыщIэкIащ, жиIэри игукIэ жиIа мыхъумэ, Нэху щыри, зэлIзэфызти, къызэхуэнэжащ, къами лэнысти яку къыдэмыувэжу.

Илъэсих дэкIа, илъэсибл дэкIа - сытм шэшэныжьым и фызыр малIэри щIелъхьэж. Илъэс хуощыгъуэри йожьэ итIанэ: «Уэлэхьи, си фызым ещхь фIэкIа къэзмышэжын!» - жери. Илъэс енкIэ къэкIyxь, къекIухьри, и фыз лIам ещхь имыгъуэтауэ къегъэзэж. Къегъэзэжри Лэзэрыкъуэм деж къокIуалIэ:

- Мыращ, си фызыр лIати, абы ещхь фIэкIа къэзмышэжыну тхьэ сIуащ: къыздэIэпыкъу! - жери.

Дахэпс и дыщым кIуэжауэ щыIэт.

- КъигъэщIам яхэтыххэмэ, къэдгъуэтынщ, си ныбжьэгъужь: умыгузавэ уэ! - жеIэри, Лэзэрыкъуэр дошэс аби, тIури зэдожьэ. Илъэс гуэркIэ къакIухьри, дунейр щIащыкIауэ, къыздэкIуэжым, шэшэныжьыр плъэщ аби, аргъейм хуэдэу дахэу, зы бзылъхугъэ къилъэгъуащ, псы гуэгуэн ихьрэ кIуэжу. Къилъагъури:

- Мес, - жиIащ, - уэлэхьи, мо цIыхубзыр си фыз лIам ещ­хьыркъабзэм!

Лэзэрыкъуэ плъэри - Дахэпст ар, и дыщым псы яхуихьрэ кIуэжу.

- НтIэ уи Iуэхур зэфIэкIауэ бжы! - жиIэри Лэзэрыкъуэр и щыкъум я деж дыхьащ.

- Мыращ, фыз, зыгъэхьэзыр: Уэзырджызо Ябгэр къохъуэпса­щи, уезмыту хъуркъым, - жреIэ и щхьэгъусэм. - ЦIут жумыIэу накIуэ!

Лэзэрыкъуэм Дахэпс и Iэр еубыд аби, къыщещ, Уэзырджызо Ябгэм и шыплIэм дегъэтIысхьэри еутIыпщыж.

Шэшэныжьыр мэгуфIэри йожьэж. КIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, Тэрчыжь имыкIыж щIыкIэ, Дахэпс и нэпе лъэныкъуэр къыщIокI, щыгъэхурэ уэсэпсу.

- Мыр сыт, мы уи нэпсыр щыгъэхурэ уэсэпсу щхьэ къыщIэ­кIa?- жери шэшэныжьыр къоупщI.

АрщхьэкIэ Дахэпсым пэжыр къыжриIакъым: Лэзэрыкъуэм абы и тхьэкIумэр къыхуиIуэнтIат, си ныбжьэгъум псалъэ жепIэнкъым, жиIэри.

- Акъужьым къыщIеху! - жи, абы къыфIимыгъэкIыу.

Тэрчыж зэпрыкIри, Дахэпс и нэпсыр къудамитIу къыщIокI, щыгъэхурэ уэсэпсу.

Уэзырджызо Ябгэр къопсых:

- Мыбы зыгуэр щыщыIэщ! - жери. -ЩыщыIэр къызжумыIауэ лъэбакъуэ счынкъым. Догуэ, Лэзэрыкъуэ урисыт уэ? - къоупщI.

Дахэпсым сыт ищIэжынт:

- Срищхьэгъусэщ, - жреIэ.

- НтIэ, уэлэхьи, Лэзэрыкъуэ лIыгъэшхуэ хэлъмэ, ныбжьэгъум щхьэкIэ и гур кърихыу мафIэм щыпэридзэфакIэ! - жи Уэзырджызо Ябгэм. - Ауэ, уэлэхьи, сэ ныбжьэгъу и фыз къеIызмыхын, естар къеIысхыжа нэхъей!

Дахэпсыр и деж къихьщ, дахэу ихуапэщ, фэ илъхьэгъуэ леикI телъу, фадэ-пIастэри щIыгъуу кърегъэтIысхьэри, нысашэу зейм къыхуешэж аби, къретыж.

Арати, Уэзырджызо Ябгэр ныбжьэгъу еплIанэ яхуохъури. ЛIэжыхукIэ зэкIэлъыкIуэу, зэрылъытэу, зэрыгъэпэжу дунейм тетащ. Щехыжым, мы таурыхъыжьыр фэеплъу къытранащ.

 

МЫШТЫКЪ И ДЕЛАГЪЭР

ПцIыи пэжи - сытми, фызабэ гуэрым къуэ закъуэ иIэт, жи, жылэр МыштыкъкIэ къеджэу; и анэр МыштокIэ еджэу. Мыштыкъ илъэ­гъуари ибзыщIыртэкъым, жраIами текIыртэкъым.

Арати, йоуэри, мэкъушэж егъакIуэ ар и анэм. Мэкъур гум eкIyy кърилъхьэщ, быдэу икъузыжри, къежьэжынрэ пэт, еплъыхщ аби, мастэ щылъу къигъуэтащ. Абы щыгъуэ мастэр гъуэтыгъуейти, къищтэри мэкъум къыхилъхьащ, си анэр згъэгуфIэнщ жери.

Къэсыжри и анэм еджащ:

- Дянэ, сэ зы мастэ къыпхуэсшащи, дыщэ нэхърэ нэхъ лъапIэщ, - жери.

И анэр къыщIож:

- Дэнэ щыIэ, Мышто? - жи.

- Мэкъум хэлъщи, къыхэхыж.

- А Мышто делэ, - жи и анэм, - мастэ мэкъум халъхьэрэ, уи бгъэм хэпIуу къэпхьын хуеящ.

- Хъунщ, - жи Мыштыкъ, - дяпэкIэ апхуэдэу сщIынщ. ЕтIуанэ махуэм щхьэлым къикIыж пэтрэ зы хьэпшыр къигъуэ­тащ. Къиубыдри хьэпшырыр и бгъэм хиIуну хуежьа щхьэкIэ, хиIуфакъым: и джанэр зэфIитхъыжащ, хьэпшырри итхьэлащ. Къэсыжри и анэм хуэтхьэусыхащ:

- Хьэпшыр натIэху цIыкIу къэзгъуэтати, си бгъэм къысхухэ­мыIуурэ лIащ, си джанэри зэфIитхъащ, - жери.

- А си Мышто делэ, - жи фызабэм, - хьэпшыр бгъэм хаIурэ: мыщэ, мыщэ жепIэурэ уи ужьым иту къэпшэнт.

- Хъунщ, дянэ, - жи Мыштыкъ, - дяпэкIэ апхуэдэу сщIынщ. Йоуэри, пхъэ къишэн хуей мэхъури Мыштыкъыр мэз макIуэ.

Мэзым бажэ щыхуозэри, «мыщэ, мыщэ», жиIэу щеджэкIэ, бажэр йолъри пабжьэм хокIуэдэж. Мыштыкъ ар игъэщIагъуэри, къэсыжа нэужь, и анэм хуэтхьэусыхащ:

- Бажэ сыхуэзати, седжэ пэтми сыкъыфIэмыIуэхуу, мэзым хэлъэдэжащ, - жери.

- А си делэжь мыгъуэ, бажэм еджэ хабзэ, - жи и анэм, джыдэмкIэ уеуэнти, къэбукIынт.

- Армэ, хъунщ, - жи Мыштыкъ, - дяпэкIэ апхуэдэу сщIынкъэ. ЩIалэжьыр хадапщIэ къыздикIыжым, зы чыцI цIыкIу къуажэ­бгъум деж щыджэгуу къыхуозэ. И анэм къыжриIар игу къокIыжри, фIанэмкIэ иоуэр аби, eукI. EIым еIыж, ди чыцI лажьэ зимыIэр букIащ жаIэри, чыцIыхъуэхэр зэхуожэс аби, Мыштыкъыр хьэ къукIэу якъу. Мыштыкъыр гъуэгыу къокIуэжри и анэм хуотхьэусы­хэ:

ЧыцI сыкъыхуэзати, фIанэкIэ сеуэри сыукIащ, зыгуэрхэр къажэри, лажьэ симыIэу сакъуащ.

- А си Мышто тхьэмыщкIэ мыгъуэ, апхуэдэ ящIэ хабзэ!­ - жеIэри и анэри магъ. - УкъэувыIэнти, бохъу апщий яжепIэнти, мис арат хабзэр!

- Ар сэ сщIа-тIэ, дяпэкIэ апхуэдэу сщIынщ, - жери зызэпелъэ­щIыхьыж.

Куэд мыщIэу я хьэблэм щыщ гуэр малIэ. Жылэр абы кIуэуэ щилъагъум, езыри дыхьэри:

- Бохъу апщий! - яжриIащ.

EI, ди хьэдэр бэ хъуну укъыдэбгащ жаIэри Мыштыкъыр къыдахуж. Сыт ищIэнт, и анэм деж къегъэзэжри къыщыщIар жреIэж. Фызабэ насыпыншэм и Iэр Iэпоху:

- Еууей, апхуэдэ жаIэрэ! - жи. - Тхьэм жэнэтыр унапIэ хуищI жыпIамэ, псоми фIыщIэ къыпхуащIынт.

- Ар сигу изгъэлъынщ, - жери Мыштыкъ йожьэж.

Зэман докIри я гъунэгъум нысэ къашэ. Мыштыкъи йокIуэкIри нэхъыжьхэм йохъуэхъу:

- Фи нысащIэ цIыкIум жэнэтыр унапIэ тхьэм хуищI! - жеIэри.

- Уэ жыхьэнмэр унатIэ пхухъу, бзаджэнаджэ: укъэкIуауэ укъыщIыдэбгыр сыт! - жаIэри, Мыштыкъыу плъагъур, кхъужь мы­хъум хуэдэу, яудынри кърахужьэж.

Фызабэ тхьэмыщкIэр гупсысэщ, гупсысэри, итIанэ и къуэ закъуэм жриIащ:

- ДяпэкIэ, Мышто, сыт ухуэзами, уи жьэр убыд аби, зыри жомыIэу блэкI! - жери.

АбыкIэ зэгурыIуэри щхьэж и Iуэху и ужь ихьэжащ.

Тхьэмахуэ дэкIатэкъым ефэндыр къакIуэу фызабэм къыщехъур­джэуам:

- Дыгъуасэ ди унэгуащэм и лъакъуэр къутати, къыздэIэпыкъуи, мыр унэм щIэдгъэхьэж жесIэри селъэIуат уи къуэми, и жьэр иубыдри щIэпхъуэжащ, жиIэри.

И анэми нэгъуэщI Iэмал имыгъуэтыжу, Мышто и делагъэм сыт пэлъэщын жиIэри къигъэнэжащ. Нобэми аращ, ныжэбэми аращ.

 


Поделиться с друзьями:

Кормораздатчик мобильный электрифицированный: схема и процесс работы устройства...

История развития хранилищ для нефти: Первые склады нефти появились в XVII веке. Они представляли собой землянные ямы-амбара глубиной 4…5 м...

Механическое удерживание земляных масс: Механическое удерживание земляных масс на склоне обеспечивают контрфорсными сооружениями различных конструкций...

Типы оградительных сооружений в морском порту: По расположению оградительных сооружений в плане различают волноломы, обе оконечности...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.008 с.