Сурэ 46. Пшахъуэху iуащхьэхэр (iэл iэхькъаф) — КиберПедия 

Эмиссия газов от очистных сооружений канализации: В последние годы внимание мирового сообщества сосредоточено на экологических проблемах...

Организация стока поверхностных вод: Наибольшее количество влаги на земном шаре испаряется с поверхности морей и океанов (88‰)...

Сурэ 46. Пшахъуэху iуащхьэхэр (iэл iэхькъаф)

2018-01-03 212
Сурэ 46. Пшахъуэху iуащхьэхэр (iэл iэхькъаф) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ.

 

(1) Хьа, миим.

(2) Мы тхылъыр Алыхь лъэщу Iущым нригъэхащ.

(3) Дэ уафэхэри, щIыри, абыхэм яку дэтри къэдгъэщIакъым пIалъэкIэ фIэкIа, хабзэм тету фIэкIа. Мыдрейуэ Iиман къэзымыхьахэм зэраущийр ящтэркъым.

(4) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: «Сытым щыщ Алыхьыр къэвгъэнауэ мы фэ фызыхуэпщылIхэр! Сывгъэлъагъут абыхэм мы щIылъэм зыгуэр къыщагъэщIамэ, е уафэм зыгуэр хащIыхьамэ. А фэ жыфIэр къигъэпэжу фIыцIагъэ гуэр къехамэ, е щIэныгъэ гуэрым и лъэужь къэнамэ, сывгъэлъагъут!»

(5) Алыхьыр къагъэнауэ, игъащIэкIэ къыпэмыджэжынум елъэIум нэхърэ хэт нэхъ гъуэщар? [ТхьэнэпцIхэм зэхахынукъым абыхэм я лъэIур.

(6) ЦIыхухэр зэхуашэсыжа нэужь, ахэр я бийуэ къыщIидзыжынущ, зэрахуэпщылIахэри ядэжынукъым.

(7) Пэжыр къахуэкIуа нэужь, ар зи фIэщ мыхъуахэм Ди Iэят наIуэхэр щызэхахкIэ: «Мыр гъэнэхуауэ удыгъэщ», — жаIэ.

(8) Абыхэм: «Мыр езым къигупсысащ!» - жаIэ хъумэ, яжеIэ, [Мухьэммэд]: «Мыр сэ къэзгупсысамэ, фэ Алыхьым сыкъызэревгъэлын къару вгъуэтынукъым. Абы нэхъыфIу ещIэ фэ къэвбжхэр. Фэрэ дэрэкIэ Ар щыхьэт ирокъу. Ар гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!»

(9) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: «Сэ [япэрей] лIыкIуэхэм къамыхьа къыфхуэсхьакъым. ИкIи сэ сщIэркъым сэ къысщыщIынури фэ къыфщыщIынури. Сэ уэхьий къысхуэкIуэм срилажьэу аращ. ИкIи сэ сыущиякIуэ наIуэ къудейщ».


 

(10) ЯжеIэ: «Дауэ фыхъуну мыр (КъурIэныр) Алыхьым къыбгъэдэкIарэ фэ абы фемыувэлIамэ? IисраIил и щIэблэм щыщ гуэр абы щыхьэту къытеуващ, и фIэщ хъури, ауэ фэ абы фепэгэкIащ». Алыхьым иузэщIыркъым джаур жылэр.

(11) Iиман зимыIэхэм жаIэ Iиман къэзыхьахэм жраIэу: «Ар фIыуэ щытатэмэ, мохэр абы дяпэ бгъэдыхьэнтэкъым». Ахэр абы и гъуэгум темыувэмэ, жаIэ: «Мыр пасэреипцIщ!»

(12) Мыбы ипэкIи Муса и тхылъыр гъуазэрэ гущIэгъуу недгъэхат. Мы гIэрыпыбзэ тхылъри [фIыцIагъэхэр] зэрыхьэкъым и щыхьэтщ, щIэпхъаджэхэр ираущийрэ, фIы зыщIэхэр ирагъэгуфIэу.

(13) «Ди Тхьэр Алыхьыращ!» — жызыIауэ захуэу псэуахэм шынагъуи нэщхъеягъуи къалъэIэсынукъым.

(14) Ахэращ жэнэтыр зылъысынур. Ахэр абы игъащIэкIэ исынущ, ялэжьам къыпэкIуэу.

(15) Дэ цIыхум къалэн щытщIащ и адэ-анэм яхуэфIэрафIэну. Ар и анэм гугъу ехьу кърихьэкIащ, гугъу ехьуи къилъхуащ. Ар мазэ щэщIкIэ ныбэкIэ кърихьэкIащ икIи быдз иригъэфащ. Ар лIыпIэ иувэу илъэс плIыщI хъуа нэужь, жеIэ: «Уэ си Тхьэ! Сэри си адэ-анэми къытхуэпщIар къызэрызгурыIуэн акъыл къызэт! Уэ арэзы узытехъуэн фIы сщIэным сыхуэузэщI! ЩIэблэфIи къызэт. Сэ Уэ сыноувэлIащ, икIи сэ муслъымэнхэм сащыщщ!»

(16) Дэ абыхэм ящIа псори я нэхъыфIым хуэдгъадэу къаIыдох, я гуэныхьри яхудогъэгъури жэнэтым догъакIуэ. ИпэжыпIэкIэ ахэр къызэрагъэгугъауэ щытар аращ.

(17) Зи адэ-анэм мыпхуэдэ яжезыIи щыIэщ: "Щай и уасэкъым а фэ жыфIэр! Сэ сылIа нэужь сыкъагъэтэджыжыну сыкъагъэгугъэу ара? Сэ сяпэкIэ щIэблэ Iэджи лIащ, [сыту къамыгъэтэджыжарэ]!" Ахэр (адэ-анэр) Алыхьым хуолъэIури [я къуэм жраIэ]: «Еей насыпыншэ, Iиман къэхь! Алыхьым и псалъэр хьэкъщ!» [Я къуэм] къажреIэж: «ЗырикIщ ар, ахэр пасэрей псысэщ!»

(18) Абы хуэдэхэращ нэхъапэм жинымрэ цIыхумрэ ящыщу Алыхьым и псалъэр[551] зытехуар. Ахэращ унэхъуар.

(19) Дэтхэнэми езым къилэжьам хуэфэщэн увыпIэ игъуэтынущ. Зым и жагъуи ящIынукъым, щхьэж ищIам пэкIуэр къылъысыжынущ.

(20) А Махуэм Iиманыншэхэр мафIэм ирашэлIэнурэ [къыжраIэнущ]: “Фэ фи тхъэгъуэр дуней хьэхум щывухащ, нобэ зыгъэпуд гIэзабыр къыфтепсыхэнущ, диным фепагэкIыу, жыIэмыдаIуэу дунейм фызэрытетам щхьэкIэ”.

(21) Ягу къэгъэкIыж, [Мухьэммэд], гIадхэм я къуэшыр. Абы ипэкIи иужькIи лIыкIуэ къахуэкIуэгъат. [Я къуэшыр] Пшахъуэхум тес и жылэм къайущият: «Алыхьым фIэкIа нэ-гъуэщIым фыхуэмыпщылI! Сэ фэ сыфхуошынэ а Махуэшхуэм и гIэзабымкIэ», — жиIэри.

(22) Абыхэм къыжраIэж: «АтIэ уэ пцIыкIэ ди тхьэхэм дабгъэдэпшыну укъэкIуа? Уэ жыпIэр пэжмэ, а дызэрыбгъэшынэр къэгъэлъагъуэт!»

(23) Езым яжриIащ: «Абы и пIалъэр зыщIэр Алыхьыращ. Сэ сыкъыщIагъэкIуар нывжызоIэж. Ауэ, сэ зэрыслъагъумкIэ, фэ фыжэхьил жылэщ».

(24) Абыхэм къуэладжэм дэту пшэ къакIуэу щалъагъум: «Дэ мы пшэм уэшх къытхуихьынущ», — жаIащ. [Хьуд яжриIащ]: «Хьэуэ! Ар фэ фызыхуэпIэщIаращ! Ар гIэзаб гуащIэр къыфхуэзыхь жьапщэщ».

(25) Абы (жьапщэм) Тхьэм и унафэкIэ сыт ищIысри зэтрекъутэ. Нэху щыри - абыхэм я унэ зэтекъутам фIэкIа зыри плъагъужыртэкъым. Аращ Дэ жылэ щIэпхъаджэм хуэдгъэфащэр!

(26) Абыхэм (гIадхэм) я лъэр нэхъ дгъэбыдат, фэ (мэчэдэсхэм) фи лъэр зэрыдгъэбыдам нэхърэ икIи яттат зэрызэхахыни, зэралъагъуни, гуи. Ауэ Алыхьым и Iэятхэр зэрамыдэм къыхэкIкIэ, зыкIи къащхьэпакъым я тхьэкIумэхэри, я нэри, ягури. ИкIи ахэр зыщIэнакIэу щытар къатепсыхащ.

(27) Фэ фи хъуреягъкIэ щыса къуажэхэр хьэлэч зэтетщIащ, Дэ абыхэм нэщэнэхэр къахуэдгъэкIуат, къагъэзэжын щхьэкIэ!

(28) Алыхьым пэгъунэгъу ирихъун щхьэкIэ, абыхэм къащта тхьэхэр щхьэ къадэмыIэпыкъужарэ? Ахэр бзэхыжащ. Апхуэдэщ абыхэм къагупсыса пцIыр.

(29) Дэ уи деж жин гуп нэдгъэкIуат, КъурIэным щIэдэIуну. Ахэр къыщысым, жаIащ: «Дев-гъэдаIуэ!» [Мухьэммэд КъурIэным къеджэн] щиухым, абыхэм ягъэзэжащ я жылэр яущиину.

(30) Абыхэм жаIащ: «Уэ ди жылэ! Дэ дедэIуащ Муса иужькIэ къеха Тхылъым, япэрейр къигъэпэжрэ пэжым ухуишэу, гъуэгу захуэм утригъэувэу.

(31) Уэ ди жылэ! Алыхьым фыхуезыджэм федаIуи, Iимани къэфхь: Абы фэ фи гуэныхьхэри къыфхуигъэгъунщи гIэзаб гуащIэри фщхьэщихынщ.

(32) Алыхьым хуезыджэм емыдаIуэр Абы дунейм щыIэщIэкIыфынукъым, Езым нэмыщI нэгъуэщI телъхьи иIэнукъым, ахэр нахуэу гъуэщащ».

(33) Абыхэм къагурыIуэркъэ еш имыщIэу уафэхэри щIыри къэзыгъэщIа Алыхьым лIахэри къызэригъэтэджыжыфынур? Ае, сытри Абы хузэфIокI!

(34) Iиманыншэхэр жыхьэнмэм щрашэлIэну Махуэм къыжраIэнущ: «Мыр хьэкъкъэ?"» — жаIэнурэ. Жэуап иратыжынущ: «Тхьэм и цIэкIэ доIуэ, хьэкъкIэ!» КъыжраIэнущ: "«АтIэ вгъэныщкIу иджы, Iиманыншэу фызэрыщытам и гIэзабыр!"

(35) Зыхуэгъэшэч, [Мухьэммэд], къэмылэнджэж лIыкIуэхэм зэрашэчам хуэдэу, [джаурхэм] къалъысынум ухуэмыпIащIэ. Ахэр зэрагъэшынар щалъагъуну Махуэм абыхэм къафIэщIынущ зы сыхьэт нэхъыбэ щIым щIэмылъауэ. ЗэвгъащIэ: жылэ мыдаIуэм нэмыщI нэгъуэщI ягъэкIуэдрэ?


СУРЭ 47. МУХЬЭММЭД

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ.

 

(1) Iиман къэзымыхьауэ, Алыхьым и гъуэгум цIыхухэр тезымыгъэхьахэм я Iуэхур псы-хэкIуадэ ищIынущ.

(2) Iиман къэзыхьауэ, фIы зыщIэу, Мухьэммэд къыхуеха [КъурIэныр] я Тхьэм къызэрыбгъэдэкIар зи фIэщ хъуахэм мыхъуну ящIар яхуигъэгъунурэ гупсэхугъуэ къаритынущ.

(3) Ар къызыхэкIыр джаурхэм пцIым зэрызратаращ, Iиман къэзыхьахэр я Тхьэм и пэжым зэрырикIуаращ. Апхуэдэу Алыхьым цIыхум щапхъэхэр къахуехь.

(4) [Джатэ къызэхуифхамэ], Iиман къэзымыхьахэм фатекIуэху я пщэр пывупщI. [Гъэрхэр] бы-дэу фпхы: зауэр иуха нэужь, е гущIэгъукIэ футIыпщыжынщ, е я щхьэр ящэхужынщ. Аращ [зэрыфщIынур]! Алыхьыр хуеямэ, абыхэм [фэрыншэу] яхурикъунт, ауэ [фыщIызэпигъэу-вар] фигъэунэхун щхьэкIэщ. Мыдрейуэ Алыхьым и диным текIуэдахэм я IуэхущIафэр кIуэдынукъым.

(5) Ахэр Абы гъуэгу махуэм тригъэувэнущ, гупсэхугъуи къаритынурэ

(6) жэнэт яхухихам игъэкIуэнущ.

(7) Уэ Iиман зиIэхэ! Алыхьым фыдэIэпыкъумэ[552], Езыри къывдэIэпыкъужынщи фи лъэр игъэбыдэнщ.

(8) Мыдрейуэ Iиман къэзымыхьахэр зэпыту укIуэ! Я IуэхущIафэри кIуэдынущ.

(9) Апхуэдэу щIэхъунур, Алыхьым къригъэха [КъурIэныр] бий ящIащи аращ, абыхэм я IуэхущIафэри псыхэкIуадэ ищIынущ.

(10) АтIэ ахэр дунейм тетакъэ? Абыхэм япэкIэ щыIахэм я кIэух хъуар ялъэгъуакъэ? Ахэр Алыхьым хьэлэч ищIащ, апхуэдэщ джаур псоми къапэщылъыр.

(11) Ар къызыхэкIыр, Алыхьыр Iиман зиIэхэм я телъхьэщ, Iиманыншэхэм телъхьэ яIэкъыми аращ.

(12) Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэр Алыхьым игъэкIуэнущ жэнэту псыхъуэхэр щежэхым. Мыдрейуэ Iиман къэзымыхьахэр, былымым хуэдэу, матхъэмашхэ, я хэщIапIэнури мафIэ-ращ.

(13) Уэ, [Мухьэммэд], укъыдэзыхуа къуажэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъэщу къуажэ дапщэ дгъэкIуэда Дэ! Абыхэм къащыжыни яIакъым.

(14) АтIэ я Тхьэм къаригъэлъэгъуа гъуэгу наIуэм тетхэмрэ зи IуэхущIафэ бзаджэр зыхуагъэдахэмрэ зэхуэдэ? Иужьрейхэм я гукъыдэжым зыдагъэшауэ аращ.

(15) Тхьэм фIэлIыкIхэр къызэрагъэгугъа жэнэтым и теплъэр: абы псы зэмыкIуэкIхэр щожэх; зи IэфIагъым зимыхъуэж шэхэри, узэфэнкIэ гуакIуэ фадэхэри, фо щIэжхэри, псыхъуэм хуэдэу, щожэх. Сыт хуэдэ пхъэщхьэмыщхьэри абы изщ, я Тхьэри къахуэарэзыщ. [Ар дауэ хуэбгъэдэн] къыхэкI имыIэу жыхьэнмэм хэ-сым, псывэм ирагъафэрэ я кIэтIийр зэписыкIыу?

(16) Абыхэм яхэтщ уэ къодаIуэхэр, [Мухьэммэд]. Ауэ уи деж къызэрыщIэкIыжу, щIэныгъэ зиIэхэм йоупщI: «Сыт абы иджыпсту къибжар?» — жаIэри. Ахэр Алыхьым зи гур зэгуипIэжахэращ, зи гукъыдэжым зыдэзыгъэшхэращ.

(17) Мыдрейуэ гъуэгу захуэм тетхэм я захуэныгъэм хигъэхъуэнущ, тхьэм фIэлIыкIыныгъэри яхуигъэбэгъуэнущ.

(18) [Джаурхэр] ямыщIэххэу къатепсыхэну Къемэт махуэм нэмыщI, зыпэплъэр сыт? Абы и нэщэнэхэр къэкIуакIэщ. Ар къатепсыха нэужь, абыхэм я тобэм зыри къикIыжыркъым.

(19) ЗэвгъащIэ Алыхьым нэмыщI нэгъуэщI тхьэ зэрыщымыIэр! Уэ уи гуэныхьри, Iиман зиIэхэм я гуэныхьри къыфхуигъэгъуну елъэIу. Алыхьым ещIэ фэ мы дунейм щывлэжьри ахърэтым фызэкIуэлIэжынури.

(20) Iиман къэзыхьахэм жаIэ: «Сурэ гуэр къригъэхамэ арат!» Зауэм теухуауэ сурэ гъэхуа къыщехкIэ, уэ уолъагъу, Iиман тэмэм зимыIэхэр, ажалым Iуплъа хуэдэ, уэ къызэроплъыр. Абыхэм нэхъ къащхьэпэнт

(21) даIуэныгъэмрэ псалъэ дахэмрэ. [Зэуэным Iуэхур] щытраубыдэкIэ, абыхэм я дежкIэ нэхъыфIт Алыхьым хуэпэжыныр.

(22) [Диным фыщIэ-бэнын] фымыдэмэ, дунейр вгъэутхъуэрэ благъагъэр къивмыдзэу фыкъыщIидзыжынкIэ мэхъу.

(23) Ахэращ Алыхьым и нэлатыр зытехуар. Абы ахэр дэгуи нэфи ищIащ.

(24) КъурIэныр зыгурагъэIуэну щхьэ хэмытрэ? Хьэмэрэ ягухэм IункIыбзэ етауэ ара?

(25) Гъуэгу захуэр къэнэIуа нэужь зэщIэкIуэжахэм я Iуэхур шейтIаным къахуигъэдахэри гугъапIи къаритащ.

(26) Ар апхуэдэу щIэхъуар, абыхэм (зэщIэкIуэжахэм) Алыхьым и КъурIэныр зылъагъу мыхъухэм жраIати аращ: «Дэ Iуэхугъуэ гуэрхэмкIэ дынывэдэIуэнщ[553]», — жаIэри. Ауэ абыхэм я щэхум Алыхьыр щыгъуазэщ.

(27) Дауэ защIыну пIэрэ абыхэм, дунейм ехыжа нэужь мелыIычхэр я нэкIуми я щIыбми къыщеуэм деж?

(28) Апхуэдэу щIэхъунур, Алыхьыр зыгъэгубжьа гъуэгум теувахэт, Алыхьым игъэдурысар ялъагъу хъуртэкъыми аращ. Абыхэм я IуэхущIафэри Тхьэм псыхэкIуадэ ищIащ.

(29) АтIэ Iиман тэмэм къэзымыхьахэр гугъэрэт абыхэм я гужьгъэжьыр Алыхьым къимыгъэнэIуэну?

(30) Дэ дыхуеямэ, ахэр уэдгъэлъагъунти я теплъэмкIэ къэпцIыхунт. Ахэр, дауикI, я макъымкIэ уэ къэпцIыхунущ. Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фи IуэхущIафэхэм.

(31) Дэ фыдгъэунэхунущ, Алыхьым и диным щхьэкIэ гугъу зезыгъэхьхэмрэ бэшэчхэмрэ къэнаIуэху, фи хъыбару къытIэрыхьари зэхэдгъэкIынщ.

(32) Iиман къэзымыхьахэми, Алыхьым и гъуэ-гум цIыхур тезымыгъэхьахэми, гъуэгу захуэр наIуэ къэхъуа нэужь лIыкIуэм гуэкIахэми я зэран зыкIи екIынукъым Алыхьым. ИкIи абыхэм я IуэхущIафэхэр Езым псыхэкIуадэ ищIынущ.

(33) Уэ Iиман зиIэхэ! ФыхуэжыIэщIэ Алыхьым, фыхуэжыIэщIэ лIыкIуэм! Фи Iуэхухэри псыхэкIуадэ фымыщI!

(34) Iиман зимыIэу, Алыхьым и гъуэгум цIыхур тезымыгъэхьэу, иужькIэ джауру лIэжахэм зэикI Алыхьым къахуигъэгъунукъым.

(35) Фыкъэланджэу мамырыгъэм фыщIэмылъэIу. Фэ абыхэм нэхърэ фынэхъ лъагэщ, Алыхьыр фи гъусэщ, фи IуэхущIафэхэри игъэкIащхъэнукъым.

(36) Мы дуней хьэхур джэгурэ зэштегъэурэщ. Ауэ Iиман къэфхьрэ Тхьэм фыфIэлIыкIмэ, къэвлэжьар къывитынщ, фи мылъкумкIи къывэупщIынкъым[554].

(37) [Фи мылъкумкIэ] Ар къывэупщIрэ къыфтрикъузэмэ, фэ къузгъун фыхъунщи, фи гум илъ Iейр къигъэнэIуэнщ.

(38) Мис фэ Алыхьым и диным щхьэкIэ фи мылъкур вгъэкIуэдыну фыкъыхураджэ, ауэ фэ къузгъунхэр къыфхокI. Хэт къузгъунми и щхьэм хуэкъузгъуныжщ. Алыхьыращ бейр, фэращ тхьэмыщкIэр! Ауэ фи щIыб хуэвгъазэмэ, фи пIэм нэгъуэщI жылэ къригъэувэнщи, а жылэри фэ фхуэмыдэу къыщIэкIынщ.



Поделиться с друзьями:

Типы сооружений для обработки осадков: Септиками называются сооружения, в которых одновременно происходят осветление сточной жидкости...

Поперечные профили набережных и береговой полосы: На городских территориях берегоукрепление проектируют с учетом технических и экономических требований, но особое значение придают эстетическим...

История развития пистолетов-пулеметов: Предпосылкой для возникновения пистолетов-пулеметов послужила давняя тенденция тяготения винтовок...

Папиллярные узоры пальцев рук - маркер спортивных способностей: дерматоглифические признаки формируются на 3-5 месяце беременности, не изменяются в течение жизни...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.02 с.